Бэнэныгъэ ин
12 ӀЫХЬЭ—ФРАНЦИЕМ ЩЫӀА РЕФОРМАЦЭР
Шпейер щыӀа протестымрэ протестант фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр Аугсбургск къабыл зэрыщащӀамрэ Реформацэм текӀуэныгъэр Германием къыщрагъэхьат, ауэ а Ӏуэхугъуэхэм къыкӀэлъыкӀуа илъэсхэр бэнэныгъэрэ кӀыфӀыгъэкӀэрэ гъэнщӀауэ щытащ. Езыхэр зэгурымыӀуэу зэрыщытхэм къигъэтӀэсхъахэу, къищынэмыщӀауэ, я бий лъэрызехьэхэр къатеуэ зэпыту здэщытым, протестантизмэм и ужь махуэхэр ирихьэкӀыу къыпщагъэхъут. ЦӀыху мин бжыгъэхэр я лъымкӀэ щыхьэт техъуэрт пэжыгъэм зэрыхуэпэжым. Гражданскэ зауэ къызэщӀэнащ; протестантскэ зэщӀэхъееныгъэм и унафэщӀхэм ящыщ зы къепцӀыжащ; пщы-протестант цӀэрыӀуэхэр императорым ӀэщӀыхьащ, арати, ахэр гъэру зы къалэм ирашурэ нэгъуэщӀ къалэ яшэхэрт. Ауэ и текӀуэныгъэр щигъэлъэпӀэну къыщыпщыхъу дакъикъэм, императорыр икӀуэтыжащ. Абы илъагъурт и къуентхъыр зыӀэщӀимыгъэкӀыжу зэрыхуэмыӀыгъынур, арати, икӀэм-икӀэжым, гъэсэныгъэщӀэхэм худичыхыну, ишэчыну ӀэмалыншагъэкӀэ арэзы техъуэн хуей хъуащ, игъэкӀуэдыну и гъащӀэ псор зыхуигъэпсауэ щытам. Абы ифӀэфӀыпсу Ӏисраф зэтрищӀэрт и империер, иунэщӀырт къэралым и ахъшалъэр, икӀи ересыр игъэкӀуэдын папщӀэ и гъащӀэми щысхьыххэртэкъым. Ауэ иджы абы къилъэгъуащ и дзэхэм лъыпсае зауэхэм къазэрыхамынэжаӀар, и мылъкур зэрыкӀуэщӀар, и тепщэм хиубыдэ щӀыналъэ куэдым зыкъаӀэтыным зэрыхунэсар, абы хэту, апхуэдизу игъэкӀуэдыну хуейуэ алейуэ зи ужь ита диным нэхъри зэрызиубгъур. Карл V-р зэбэнар псори зылъэкӀ къарурт. Тхьэм жиӀат: «ЩреӀэ нэху!” — ауэ императорыр хуейтэкъым кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀахуну. Абы и мурадхэр сэхыжащ; и ныбжь нэмысауэ жыхуаӀэу кхъахэ хъури, зэман кӀыхькӀэ зыхэта бэнэныгъэм зэхиукӀэпауэ, и тахътэр ибгынэри, и гъащӀэр къулъшырыфым щиухащ. GCKar 192.1
Германием къызэрыщыщӀам хуэдэу, Швейцариеми Реформацэм и махуэр къытеункӀыфӀащ. Кантон щӀыналъэ куэдым реформаторскэ диныр къыщащтэ щхьэкӀэ, абы хэту хэку куэдым нэуфӀыцӀщхьэрыуэу Римыр я фӀэщ хъурт. Пэжыгъэр зыхъумэну хуейхэр зэрахуэурэ икӀэм-икӀэжым, гражданскэ зауэм хуэкӀуащ. И лъэныкъуэгъу куэд и гъусэу Цвингли хэкӀуэдащ лъыпсае зауэм, Каппелэ къалэм пэмыжыжьэу. А насыпыншагъэ шынагъуэхэм и лъэр щӀахри, Эколампадиус куэд дэмыкӀыу дунейм ехыжащ. Иджыри щӀыналъэ куэдым Римым текӀуэныгъэ щиӀэт, къыпщыхъут абы фӀэкӀуэдауэ щыта и къарур зэригъэгъуэтыжауэ. Ауэ зи мурадхэр мыкӀуэдыжыным, и Ӏуэхури ӀэщӀыб ищӀакъым и лъэпкъри зыщигъэгъупщакъым. Ахэр къызэрыригъэлын щӀыкӀэ игъэхьэзырт Тхьэм. НэгъуэщӀ къэралхэм Реформацэ Ӏуэхур адэкӀэ зезыхьэфын цӀыхухэр Тхьэм игъэхьэзыращ. GCKar 193.1
Францием пшэкӀэплъым щыщӀидзащ Лютер теухуауэ иджыри зыри зэхамых щӀыкӀэ. Нэхур япэу къэзыщтахэм ящыщ зыщ зи ныбжьыр хэкӀуэта Лефевр, зи къэухьыр ин цӀыху, Парижскэ университетым и профессор, и фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэмкӀэ ар папствэм и динщӀэкъут. Пасэрей тхылъхэр иджурэ, абы гулъытэ хуищӀащ Библием, арати, ар студенхэм яригъэдж предметхэм хигъэхьащ. GCKar 193.2
Лефевр езыфыгъулӀэу щихъхэр зылъытэхэм ящыщт икӀи члисэм щызекӀуэ хъыбарыжьхэр къигъэсэбэпурэ щихъхэмрэ хьэзаб лӀэкӀэу дунейм ирагъэхыжахэмрэ я тхыдэ итхыжыну яужь ихьат. А лэжьыгъэшхуэр жыжьэ игъэкӀуэтат абы, Библиер а ӀуэхумкӀэ икъукӀэ дэӀэпыкъуэгъу къыхуэхъуну гу лъитэу иджын щыщӀидзам. Библием абы ипэжыпӀэкӀэ къыщигъуэтащ щихъхэм я гъащӀэм и къекӀуэкӀыкӀар, ауэ римскэ махуэгъэпсым зи гугъу ищӀ щихъхэртэкъым. Тхьэм и нэхум и толъкъунхэм абы и акъылыр къагъэнэхуащ. Хуабжьу игъэщӀагъуэу икӀи игу зыщыкӀыжауэ абы япэм иӀа мурадыр къигъанэри, Тхьэм и Псалъэр джыным и гъащӀэр хуигъэпсащ. Куэд дэмыкӀыу абы къыхузэӀукӀа Тхьэм и пэжыгъэ лъапӀэхэр игъэӀун щӀидзащ. GCKar 193.3
1512 гъэм, Лютери Цвинглии реформаторскэ лэжьыгъэм иджыри щӀамыдзауэ, Лефевр итхащ: «Тхьэм фӀэщхъуныгъэкӀэ дегъэзэхуэж; Тхьэм и гущӀэгъумкӀэ къытӀэрыхьэ пэжыгъэрщ мыкӀуэдыж гъащӀэ дэзыгъэгъуэтыну дызыгъэзэхуэжыр”. Тхьэм дыкъызэрищэхужым щэхуагъэу хэлъхэм егупсысурэ абы жиӀэрт: «Уо, сыту къыпхуэмыӀуэтэну лъэщ икӀи лъапӀэ пэжыгъэр: гуэныхь зимыӀэр ягъэкъуэншащ, лажьэ зиӀэр ягъэзэхуэжащ; Тхьэм и нэфӀ зыщыхуам нэлатыр ехь, нэлатыр зытелъым — Тхьэм и нэфӀыр къыщохуэр; ГъащӀэр малӀэр, лӀар къохъужыр; ЩӀыхьыр кӀыфӀыгъэм щӀехъумэр, зи напэ текӀам щӀыхь иӀэ мэхъур». GCKar 193.4
ИкӀи къегъэлыныгъэ ӀуэхумкӀэ щытхъур зейр Тхьэм и закъуэу Лефевр и гъэсэныгъэм къыжиӀэ щхьэкӀэ, абы хэту цӀыхухэр игъасэрт, цӀыхум и хьэкъыр — КъэзыгъэщӀам едэӀуэнырщ жиӀэу. «Уэ Мэсихь и Члисэм ущыщмэ, — жиӀэрт Лефевр, — абы щыгъуэм Мэсихь и Ӏэпкълъэпкъым ущыщщ; Абы и Ӏэпкълъэпкъым ущыщмэ, Абы Тхьэ щытыкӀэ иӀэр нэгъэсауэ ууей мэхъур... Уо, цӀыхухэм зэхащӀыкӀауэ щытамэ, аратэкъэ абы фӀагъыу хэлъыр! Дапхуэдизу нэхъ къабзэу, щыщӀэныгъэншэу, нэхъ лъапӀэу щытынут абыхэм я гъащӀэр; дапхуэдизу ягу щыкӀауэ я щӀыбыр хуагъэзэнут абыхэм мы дунейм щӀыхьу иӀэ псоми, цӀыхунэкӀэ умылъагъуну ягукӀэ яӀэ щӀыхьым елъытауэ зыри имыщӀысым». GCKar 194.1
Хуабжьу дихьэхауэ къедаӀуэхэр яхэтт Левефр и студентхэм, арати, я егъэджакӀуэм и макъыр игъащӀэкӀи щызэпыум, абыхэм иджыри илъэс куэдкӀэ пэжыгъэр ягъэӀуащ. Апхуэдэ хъыбарыфӀгъэӀухэм ящыщащ Уильям Фарель. Тхьэм пщӀэшхуэ хуэзыщӀ, хуабжьу зылъытэ адэ-анэ къыщхьэщыту къэхъуауэ икӀи нэуфӀыцӀщхьэрыуэу жыхуаӀэу Члисэм и гъэсэныгъэ псори къэзыщтэу щытам, абы апостол Павел щӀыгъуу хужыӀэнут: «Сэ фарисейуэ сыпсэуащ, ткӀийуэ диным къигъэув псори згъэзащӀэу» (Деян. 26:5). ЕзыфыгъулӀэ католикыу здэщытым, ар щӀэхъуэпсырт Члисэм пэув псоми лъапсэрыхыр къахуигъэкӀуэну. «Сэ си дзэхэр яхузэзгъэшхырт, дыгъужь нэщӀам хуэдэу, — иӀуэтэжат абы иужькӀэ, и гъащӀэм а и лъэхъэнэр игу къыщигъэкӀыжым, — зыгуэр папэм хуэпсалъэу щызэхэсхкӀэ схуэмышэчу”. Емышыж жыхуаӀэу щихъхэр зылъытэхэм ящыщат ар икӀи Лефевр щӀыгъуу Париж члисэу дэтым кӀуэрт зэи имыужэгъуу, ТхьэлъэӀу щӀыпӀэхэм Тхьэм щелъэӀурэ щихъхэу ялъытэхэм я кхъэлэгъунэхэм захуигъэщхъыу тыхьхэр ярихьэлӀэу. Ауэ а псоми гупсэхугъуэ къыхуахьыртэкъым и псэм. ЗэрыгуэныхьыщӀэр нэхъыбэжу зыхищӀэ хъуат абы, уеблэмэ, епитимье Ӏэджэм хэта щхьэкӀэ къэмынэу. Уафэм къиӀукӀа макъым хуэдэу абы и тхьэкӀумэм иӀуащ реформаторым и псалъэхэр: «Къелыныгъэр Тхьэм и гущӀэгъукӀэщ къызэрыхъур. Лажьэ зимыӀэр ягъэкъуэншащ, щӀэпхъаджащӀэм гущӀэгъу хуащӀри. Мэсихь и жорым и закъуэщ уафэм и бжэр зэӀузыхыр икӀи жыхьэрмэм и бжэр зэхуэзыщӀыр». GCKar 194.2
Фарель щыгуфӀыкӀыу пэжыгъэр къищтащ. Павел хуэдэу абы Тхьэм зыхуигъазэри, хабзэжьхэм я бжьыр зыпщӀэхидзри, Тхьэм и бынхэм яӀэ хуитыныгъэр къыӀэрыхьащ. «ГущӀэгъуншэ дыгъужьыгум и гум и пӀэкӀэ абы къратащ щынэ Ӏэсэм и гу щабэр; и щӀыбыр папэм хуигъазэри, абы и гъащӀэр зэрыщыту Хьиса Мэсихь хуигъэпсащ”. GCKar 195.1
Пэжыгъэм и нэхур Лефевр студентхэм щатригъапсэм, япэм папэм хуабжьу зэрыхуэлажьэу щытам хуэдэу, иджы Мэсихь и Ӏуэхум хуэлажьэ хъуа Фарель, утыку къихьэурэ пэжыгъэр игъэӀун щӀидзащ. Куэд дэмыкӀыу абы акъылэгъу къыхуэхъуащ Мец къалэм и щихънагъыр, католическэ члисэм и щихънагъ нэхъ инхэм ящыщыр. НэгъуэщӀ егъэджакӀуэхэри къыгухьащ абы, пэжыгъэрэ зэчийуэ ябгъэдэлъхэмкӀэ пщӀэшхуэ зыхуащӀ цӀыхухэр. Абыхэм зэпымыууэ ХъыбарыфӀыр ягъэӀурт, арати, щӀэх дыдэ Инджылым итхьэкъуащ цӀыху зэмылӀэужьыгъуэхэм я гур — ӀэщӀагъэлӀхэмрэ мэкъумэшыщӀэхэмрэ я деж щыщӀэдзауэ пщыхэми пащтыхьхэми я деж нэсыжу. А заманым тетыгъуэр зыӀыгъа Франциск Езанэм и шыпхъум реформаторскэ диныр къищтащ. Езы пащтыхьри абы и анэри зы зэманкӀэ фӀыуэ хущытат диныщӀэм, арати, реформаторхэр щыгугъат куэд дэмыкӀыу Францием зэрыщыту Инджылыр къащтэну. GCKar 195.2
Ауэ ахэр зыщӀэхъуэпсар къехъулӀэну иухатэкъым. Гъэунэхуныгъэхэмрэ зехуэныгъэхэмрэ къапэплъэрт Мэсихь и гъэсэнхэм. АрщхьэкӀэ, Мэсихь и гущӀэгъукӀэ ахэр абы щыгъуазэртэкъым. Мамырыгъэ зэману абыхэм къратам, ахэр хуэныкъуэрт къару зэхуахьэсын папщӀэ икӀи щӀыхь яӀэу ӀущӀэфын папщӀэ къапэплъэ гъэунэхуныгъэхэмрэ зехуэныгъэхэмрэ. Реформацэм ехъулӀэныгъэ иӀэу зиубгъурт. Мец къалэ и щихънагъыр и жьауэ щӀэт члисэхэм щылажьэрт, пэжыгъэм и нэхур ятригъапсэу дин-лэжьакӀуэхэми цӀыхубэми. Жэхьилхэмрэ щӀэпхъаджагъэ зылэжь щоджэнхэмрэ я къулыкъухэм трагъэкӀхэри абыхэм я пӀэкӀэ зи ӀэщӀагъэм хэзыщӀыкӀ, Тхьэр зыгъэлъапӀэ цӀыхухэр трагъэуват. Щихънагъыр хуабжьу хуейт Тхьэм и Псалъэр цӀыхухэм яӀэрыхьэну, арати, щӀэх дыдэ абы и хъуэпсапӀэр нэхуапӀэ хъуащ. Лефевр яужь ихьащ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр зэридзэкӀыну, арати, Лютер нэмыцэбзэкӀэ зэридзэкӀа Библиер Виттенберг къыщыдэкӀа зэманым ирихьэлӀэу, Мец къали къыщыдэкӀащ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр французыбзэкӀэ. Щихънагъыр и лэжьыгъэкӀи и мылъкукӀи зыщымысхьыжу, тхьэлъэӀупӀэхэм къекӀуалӀэ псоми ар яӀэригъэхьэрт, арати, куэд дэмыкӀыу а Ӏэгъуэблагъэм щыпсэу мэкъумэшыщӀэ псоми ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр яӀэ хъуащ. GCKar 195.3
Псы щхьэкӀэ лӀэ гъуэгурыкӀуэхэр псэ къыпхэзылъхьэж псынэм зэрыщыгуфӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэми уафэм къикӀа хъыбарыр къащтащ. Я ӀуэхущӀапӀэ щӀыпӀэхэми, щылажьэ губгъуэхэми цӀыхухэр я ӀэнатӀэм здыпэрытым Тхыгъэ ЛъапӀэм ит пэжыгъэ лъапӀэхэм щытепсэлъыхьырт. ПщыхьэщхьэкӀэрэ зыкъомым зэрахабзэу щытар къызэранэкӀауэ, шхапӀэхэми зэштегъэупӀэ гуэныхьщӀапӀэхэми щызэхуэсыжхэртэкъым, атӀэ зыгуэрым и унэ екӀуалӀэхэрти, зэгъусэу Тхьэм и Псалъэм еджэрт, Тхьэм елъэӀухэурэ, Зиусхьэныр ягъэлъапӀэурэ. Зэман куэд дэмыкӀыу ахуэдэ къуэш зэӀущӀэхэм зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэм гу щылъыптэ хъуат. ЦӀыху къызэрыгуэкӀхэр, щӀэныгъэ зимыӀэхэр нэхъ хуэмыщӀа лъэпкъхэм къыхэкӀауэ лэжьыгъэ хьэлъэм есэжахэр Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм и къарум гушхуэныгъэ къахилъхьахэу, я хьэл ӀуэнтӀар зыханахэу щэныфӀэ дыдэ хъуахэт. Ӏэсэхэу, фӀылъагъуныгъэ я зэхуаку дэлъу, Тхьэм пщӀэшхуэ хуащӀу ахэр я гъащӀэмкӀэ щыхьэт нэс техъуэрт, ягукӀи я псэкӀи Инджылыр къэзыщтэхэм зэхъуэкӀыныгъэу къахилъхьэр зыхуэдэм. GCKar 195.4
Я ӀуэхущӀапӀэ щӀыпӀэхэми, щылажьэ губгъуэхэми цӀыхухэр
я ӀэнатӀэм здыпэрытым Тхыгъэ ЛъапӀэм ит пэжыгъэ
лъапӀэхэм щытепсэлъыхьырт. ПщыхьэщхьэкӀэрэ зыкъомым
зэрахабзэу щытар къызэранэкӀауэ, шхапӀэхэми зэштегъэупӀэ
гуэныхьщӀапӀэхэми щызэхуэсыжхэртэкъым, атӀэ зыгуэрым
и унэ екӀуалӀэхэрти, зэгъусэу Тхьэм и Псалъэм еджэрт
Мец къалэ щыпагъэна нэхум адэкӀи зиубгъурт. Махуэ къэс Тхьэм и деж зыгъэзэжхэм я бжыгъэр хэхъуэрт. Щихънагъ нэхъыщхьэхэм я губжьыр зы зэманкӀэ зэтриӀыгъат королым, монаххэм я акъыл кӀэщӀымрэ я фасикъыгъэмрэ и гум техуэртэкъыми, ауэ икӀэм-икӀэжым папистхэм текӀуэныгъэр къахьащ. МафӀэхэр къызэщӀагъэнащ. Мец къалэ и щихънагъыр мафӀэмрэ епцӀыжыныгъэмрэ щыхагъадэм, епцӀыжыныр нэхъ къищтащ, ауэ хъушэм я Ӏэхъуэр дэхуэха щхьэкӀэ къэмынэу, хъушэр щхьэмыгъазэу къикӀуэтыртэкъым. Куэдыр мафӀэ бзийм хэту щыхьэт техъуащ пэжыгъэм зэрыхуэпэжым. А чристэн Ӏэдэбхэм, щагъэскӀэ лӀыгъэу яхэлъар икӀи пэжыгъэм зэремыпцӀыжар ӀэджэкӀэ нэхъ уаз лъэщт, къару зыщӀэлъу, пэжыгъэр уи фӀэщ зыщӀыну, зэман мамырым жаӀа сыт хуэдэ псалъэхэми нэхърэ. GCKar 196.1
ЦӀыху къызэрыгуэкӀхэм, къулейсызхэм я закъуэтэкъым щӀэнэкӀалъэ хъуауэ гугъуехьхэм хэту Мэсихь щыхьэт техъуэхэр. Уардэунэхэми пщы-уэркъ лъэпкъышхуэм къыхэкӀа нэрыбгэхэр щыӀэт, я къулеягъэми, я увыпӀэ лъагэми, уеблэмэ я гъащӀэми нэхърэ пэжыгъэр зыфӀэнэхълъапӀэхэр. Пащтыхьыгъэ дамыгъэхэм щӀахъумэрт Тхьэм хуэпэж гупсэр, абэхэмрэ дыщэ пыӀэхэмрэ зезыхьэ щихънагъхэм ядумылъагъур. Луи де Беркен жыхуаӀэ цӀыхур лъэпкъ цӀэрыӀуэ къыхэкӀат. ДжатэпэрыкӀуэ хъужарэ пщӀэ нэмыс лъагэ зыхэлъ уэркът ар, щӀэныгъэм дихьэхарэ икъукӀэ зыӀыгъыкӀэ екӀу зиӀэу икӀи и щэныфӀагъкӀэ зыхуэбгъэдэн щымыӀэ жыхуаӀэу. «Ар папизмэм гуащӀэу и телъхьэт, — жиӀэжт зы тхакӀуэ гуэрым, — егугъуу мессэхэм кӀуэуэ, ифӀэфӀу уазхэм щӀэдэӀуу, абы фӀыуэ илъытэхэм ягъэхьэрэмт лютеранскэ хъуж псори”. Ауэ нэгъуэщӀ куэдым хуэдэу, фӀыгъуэр къыхуэзыщӀа Тхьэм и ӀэмыркӀэ Библиер къицӀыхуа нэужь, хуабжьу игъэщӀагъуэу «Библием къыщигъуэтар Римым и доктринэхэркъым, атӀэ Лютер и доктринэхэрщ”. А дакъикъэм щыщӀэдзауэ абы и гъащӀэр зэрыщыту хуигъэпсащ Инджылым и Ӏуэхум. GCKar 196.2
«Францием щыпсэу пщы-уэркъхэм ящыщу нэхъ щӀэныгъэшхуэ дыдэ зыбгъэдэлъ, икъукӀэ цӀыху жьакӀуэ, лӀы хахуэ, цӀыху мафӀэ, пащтыхь сэрейм пщӀэшхуэ къыщызыхуащӀ, королым и щӀасэ Беркен куэдым ялъытэрт и хэкум реформатор нэс щыхъун хуейуэ. Беза абы хужиӀат: «Беркен хъунут Лютер етӀуанэ, Франциск Ӏ-р курфюрст Саксонскэ етӀуанэ къыхуэхъуатэмэ”, — жиӀэри». «Ар Лютер нэхърэ нэхъыкӀэжщ», — гъуахъуэхэрт папистхэр. Псом нэхъыбэу абы щышынэр Римым и телъхьэу Францием щыпсэухэрт. Беркен тутнакъым ирадзащ, ересь зезыхьэщ жаӀэу ягъэкъуаншэри, ауэ королым ар щхьэхуит ищӀыжащ. Илъэс зыбжанэкӀэ а бэнэныгъэр екӀуэкӀащ. Франциск Ӏ-м, Римымрэ Реформацэмрэ къыхихынур имыщӀэу, зэм монаххэм я губжь Ӏэлым худичыхырт, зэми къыжьэдикъуэрт. Щэнейрэ папскэ властым Беркен тутнакъым ирадзащ, икӀи дапщэрэ ирамыдзами королым ар къригъэкӀыжащ. А цӀыхум бгъэдэлъ Ӏущагъышхуэмрэ хэлъ цӀыхугъэшхуэмрэ итхьэкъуауэ, королым идэртэкъым дин-лэжьакӀуэ губжьахэм ар псэдзыгъэ яхуищӀын. GCKar 197.1
Беркен куэдрэ щахъумащ Францием шынагъуэ къызэрыщыпэщылъым икӀи трагъэчыныхьу къеущиящ езыр-езыру а щӀыналъэр зыбгынэу щхьэегъэзыпӀэ шынагъуэншагъэ къэзыгъуэтахэм щапхъэ ятрихыну. ЩтэӀэщтаблэ, зэманымрэ щытыкӀэхэмрэ зыдезыгъэкӀу Эразм, бгъэдэлъ щӀэныгъэшхуэм емылъытауэ, пэжыгъэр и гъащӀэм и уасэкӀэ, и щӀыхькӀэ ихъумэфын хуэдэу щэнхабзэ нэс зыхуэчэма цӀыхум къыхуитхат Беркен мыпхуэдэу: «ЛъаӀуэ, лӀыкӀуэу Европэм щыщ къэрал гуэрым уагъэкӀуэн щхьэкӀэ; е зыплъыхьакӀуэ ежьэ Германием. Уэ уоцӀыху Бези абы хуэдэхэри. Ар хьэкӀэкхъуэкӀэ щхьэ мин зыпытщ, щхъухьыр къыӀурихыу. Уи бийхэр пхуэмыбжыну Ӏэджэ мэхъу. Уеблэмэ, уи Ӏуэхур Мэсихь ейм нэхърэ нэхъ захуэу щытатэми, итӀанэми ахэр зэгъэнукъым, уамыгъэкӀуэдауэ. Дзыхь хуумыщӀыщэ королым и жьауэм узэрыщӀигъэтым. Дауэ мыхъуми — дин-щӀэныгъэ факультетым си щӀыхьыр щумыгъэпуд». GCKar 197.2
Шынагъуэм къыхэхъуэрт, ауэ абы Беркен егугъунагъ нэхъыбэрэ л!ыгъэ нэхъыбэрэ къыхалъхьэу арат. Эразм и чэнджэщ дипломатичнэр, щхьэхуещагъэр къищтэн дэнэ къэна, нэхъри нэхъ хахуэж хъуат Беркен — абы игу ирилъхьат пэжыгъэр ихъумэным имызакъуэу, щхьэрыуагъэхэр къыщ!игъэщыну. ЕрескЬ папистхэм ар зэрагъэкъуэншар езыхэм я щхьэм трикъутэжащ. Диным ехьэл^ упщЬхэмкЬ къэрал псом нэхъ пщЬшхуэ зыхуащ!у щыта Парижскэ университетым дин-щ!эныгъэмк!э и къудамэм щылажьэ еджагъэшхуэхэмрэ монаххэмрэт абы и бий кIэуфIыцI нэхъ ябгэхэр. А дин-щ!эныгъэл!хэм я Ьрытххэм зэпкъраххэм ящыщу упщЬ 12 къыхигъэщхьэхукIри, ахэр «Библием пэщЬувэу игъэIури, арыххэу еретическэщ жиӀэри, утыкум кърилъхьащ», итӀанэ, королым зыхуигъазэри, елъэ^ащ, а зэдауэм хеящIэ къахуэхъуну. GCKar 198.1
Зэныкъуэкъу лъэныкъуит!ым къарурэ Iущыгъэу ябгъэдэлъыр зэригъэпщэн и мураду икЫ монах пагэ зыкъызыфIэщIыжахэр зэригъэIэсэн Iэмал къызэры!эрыхьам щыгуфIыкIыу, монархым къигъэуващ католикхэм Библием ф!эк!а тегъэщIапIэу зыри къамыгъэсэбэпыну зыщагъэзахуэк!э. Абыхэм фIы дыдэу къагуры!уэрт апхуэдэ Iэщэм ехъулIэныгъэ къазэрыхуимыхьынур; ц!ыхур тутнакъым ирадзэным, хьэзаб ирагъэшэчыным, мафЬм ирагъэсыным ахэр IэджэкIэ нэхъ хуэЬзэхэт. Иджы абыхэм я увыпЬхэр зэрахъуэжа хъуат, ахэр къыщыщЫдзат щыхупIэм, Беркен зрадзыхыну здыхуеям. ЯщЬнур ямыщIэжу зэрыхуа щытыкIэм къизышыжыфын Ьмал къалъыхъуэрт абыхэм. GCKar 198.2
«Абы хэту зыгуэрхэм ягъэпуда хъуат Дева Мария жыхуаЬм и мывэ сыныр, къалэм и зы уэрам дурэшым дэтар”. Абы къалэдэсхэр хуабжьу игъэпкйтеят. А ^эхугъуэр хуабжьу зигу къеуа, абы иризэгуэп ц!ыхухэр !уву щызэхуэсхэрт ар къыщыхъуа щ!ып!эм. Королри хуабжьу къигъэгубжьат а ^эхугъуэм. Беркен и бийхэм дакъикъэф! къаIэрыхьат, арати, а къэхъуар къагъэсэбэпри, абыхэм къыжа!ащ: «Мис Беркен и гъэсэныгъэм къри^уар. Лютеран зэрыгъэ!ущахэм куэд дэмыкIыу зыри къызэханэжынукъым: дини, хабзи, тахъти”. GCKar 198.3
Арати, аргуэрым Беркен яубыдащ. Абы ирихьэлЬу королыр Париж щыӀэтэкъым, арыххэу монаххэм хуитыныгъэ къаӀэрыхьащ зыхуейр ящЬну. Реформаторым и судыр ящЬри, ук! тралъхьащ икIи Франциск I-м ар къримыгъэлыфын хуэдэу, икIэщIыпIэкIэ абы и укIыр зэращIэным иужь ихьащ. Ук! зытралъхьар махуэ шэджагъуэм щаук!ыну щIыпIэм къашащ. ЦIыху куэдыкIей абдеж щызэхуэсат; куэдым гузавэу ик!и ягъэщ!агъуэу гу лъатат папствэм псэдзыгъэ ищӀыр Францием ис лъэпкъ нэхъыфӀ дыдэхэм, нэхъ щэджащэхэм зэращыщым. ЗэрагъэщӀэгъуэныр ямыщӀэу, ирибампӀэрэ зэгуэудхэу, къекӀуэкӀыр я гум зэрытемыхуэр цӀыхухэм я нэгум къищырт нэщхъейхэу, ауэ зы цӀыху закъуэт нэхъуейуэ сабырыр. Хьэзаб зрагъэшэчынум и гупсысэхэр а къекӀуэкӀ зэрызехьэм пэжыжьэт; абы зыхищӀэр Зиусхьэныр зэригъусэм и закъуэт. GCKar 198.4
Беркен гу лъитэртэкъым ар зэрашэ зэщӀэскъыскъэ гу фэладжэм, зыукӀыну и лӀыукӀхэм я нэгу нэщхъыджэхэми; ар егупсысыртэкъым лӀэныгъэкӀей къыпэплъэм. ЛӀауэ щытауэ игъащӀэкӀэ «Псэур”; жыхьэрмэмрэ жэнэтымрэ я бжэхэм я ӀункӀыбзэр зыӀэщӀэлъыр абы и гъусэти. Уафэм къикӀ нэхурэ мамырыгъэрэ къищырт Беркен и нэгум. Лъэпкъышхуэм къыхэкӀарэ увыпӀэ лъагэ иӀыгъым зэрыхуэфащэм хуэдэу абы щыгът «къэдабэ къэпталрэ алътес кӀагуэ дыхьэрэнрэ, гъуэншэдж дыщафэ”. Пщыхэм я Пщыжымрэ Дунейпсомрэ я пащхьэ ар и фӀэщхъуныгъэм щыхьэт щытехъуэн хуей сыхьэтыр къэсат, арати, гузэвэгъуэм и зы ныбжьми зэхиуфэн лъэкӀынутэкъым абы и гуфӀэгъуэр. GCKar 199.1
Лейзехьэхэр хуэмурэ ирикӀуэрт цӀыхур зыдэз уэрамхэм икӀи псоми ягъэщӀагъуэу еплъырт Беркен и нэгум къыхэщтыкӀыншэу, дунеягъэям къуимытыфын насып къызэрищым. «ТхьэлъэӀупӀэм щӀэту лъапӀэныгъэ зыпылъ гуэрым егупсыс цӀыхум ещхьщ мыр”, — жаӀэрт кърихьэлӀахэм. GCKar 199.2
Пкъом ирапха Беркен цӀыху цӀыкӀум псалъэ зытӀущ яжриӀэну хуеят, ауэ монаххэр абы кърикӀуэнкӀэ хъунум щышынэхэри, кӀийн-гуоун хуежьащ, зауэлӀхэми я Ӏэщэхэр ягъэжьгъыруун щӀадзэри, арати, хьэзаб зрагъэшэчым и макъыр а гъуэрэ-бжьэуэм хэкӀуэдащ. «ХьэзабшэчакӀуэм и псэр хэкӀын ипэ жиӀэну зыхуея псалъэхэр яужьыгури, щэнхабзэ нэс зиӀэу ялъытэ Париж къалэ дэс динлэжьакӀуэ бжьыпэр зыӀыгъхэм, иджыри 1529 гъэм бзаджэнаджагъэ щапхъэ къыхуагъэнащ 1793 гъэм псэуа француз жэхьилхэм». GCKar 199.3
Беркен ятхьэлэри и Ӏэпкълъэпкъыр ягъэсыжащ. Ар зэраукӀам и хъыбарым хуабжьу игъэнэщхъеящ Францием щыӀэ Реформацэр къызыфӀэӀуэхухэр. Ауэ ар алейуэ кӀуэдакъым. «Дэри апхуэдэу дыхьэзырщ ди нэгур гъадэщӀыдэм хуэгъэзауэ, дыгуфӀэу лӀэныгъэр къэтщтэну”, — жаӀэрт пэжыгъэм и щыхьэтхэм. GCKar 199.4
Мец къалэ зэхэзехуэныгъэ щыщыӀам реформаторскэ диным и егъэджакӀуэхэм уаз ятыну хуитакъым, арати, абыхэм нэгъуэщӀ хэкухэмкӀэ заунэтӀащ. Зы зэман дэкӀри, Лефеври Германием кӀуащ. Фарели къыщалъхуа къалэм, Францием и къуэкӀыпӀэмкӀэ итым игъэзэжащ, абы пэжыгъэм и нэхум зыщригъэубгъун папщӀэ. Ауэрэ абыи нэсащ Мец къалэ къыщекӀуэкӀхэм я хъыбар икӀи апхуэдизу мышынэрэ егугъуу абы игъэӀу пэжыгъэр цӀыхухэм къащтэрт. Ауэ щӀэх дыдэ властыр зыӀэщӀэлъхэм абы и жьэр зытрагъэпӀэну хагъэзыхьын щӀадзэри, иужьым ар къалэм къыдахуащ. Псоми укъащӀэу хъыбарыфӀыр зепхьэну Ӏэмал щыӀэжтэкъым, апхуэдэу щыхъум, абы мэкъумэшыщӀэхэм уаз яритын щӀидзащ, щӀыпӀэ пхыдзахэми нэсу, зы унэ икӀрэ нэгъуэщӀ унэ ихьэу, къуажэ къуажэкӀэ къызэхикӀухьурэ, щхьэегъэзыпӀэ нэхъыбэм мэзхэм, бгъуэнщӀагъхэм къыщигъуэтырт, и сабиигъуэм мызэ-мытӀэу зыщигъэпщкӀуу щыта щӀыпӀэхэм. Тхьэм ар гъэунэхуныгъэ инхэм хуигъэхьэзыру арат. «Жорыр, зэхэзехуэныгъэхэр икӀи шейтӀаным и лъакъуэпэщӀэдзхэр, сыщахъумэну зи гугъу къысхуащӀауэ щытахэр — жиӀэрт абы — узижэгъуэнхэу къыщӀэкӀащ икӀи си къарукӀэ сызыпэмылъэщщ, ауэ Зиусхьэныр — си Адэщи, Абы къару къысхелъхьэр икӀи си фӀэщ мэхъу сэ Абы зэи сыкъызэримыгъэнэнур». GCKar 199.5
Апостолхэм я махуэхэм зэрыщытам хуэдэу зехуэныгъэр «сэбэп хуэхъуащ хъыбарыфӀым нэхъыбэу зиубгъуным» (Флп. 1:12). Парижрэ Мецрэ къыдахуахэр, «зэбгрыкӀауэ Тхьэм и Псалъэр зэрахьэурэ Ӏэпхъуэшапхъуэхэрт» (Деян. 8:4). Аращи, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ нэхур нэсырт Францием щыщ щӀыналъэ нэхъ жыжьэхэми. GCKar 200.1
Зиусхьэным иджыри и нэӀэ тригъэтт, кӀуэ пэтми цӀыху нэхъыбэм ХъыбарыфӀыр зэрыӀэрыхьэным. Париж дэт еджапӀэхэм ящыщ зым гупсысэ зиӀэ щӀалэщӀэ зэпӀэзэрыт щеджэрт. Ар адрейхэм къазэрыхэжаныкӀыр къызэрымыгуэкӀ акъыл жан зэриӀэм и закъуэтэкъым, атӀэ и гу къабзагъэкӀи диным зэрыхущӀэкъумкӀи къахэщырт. Зэчийуэ бгъэдэлъымрэ и егугъунагъымрэ ар щӀэх дыдэ еджапӀэр зэрыпагэ щӀалэ ящӀащ икӀи зыми шэч къытрихьэртэкъым Жан Кальвин римскэ члисэм и хъумакӀуэ Ӏэзэхэм, пщӀэ зыхуащӀхэм ящыщ зы зэрыхъунум. Ауэ Тхьэм и нэхум и бзийхэр пхырыкӀыфащ Кальвин къэзыухъуреихь схоластикэмрэ суевериехэмрэ я блыным. ГъэсэныгъэщӀэхэр абы фӀэигъуэджэу щытащ икӀи абы зыкӀи шэч къытрихьэртэкъым еретикхэм мафӀэр зэрахуэфащэ дыдэм. Ауэ, узэримыгугъэну ар езыр натӀэкӀэ жэхэуащ ересь хъужым икӀи щхьэхуимыту игъэунэхун хуей хъуащ римскэ дин-щӀэныгъэм и къарур зыхуэдэр, протестантскэ гъэсэныгъэхэм щебэнкӀэ. GCKar 200.2
Кальвин и унэкъуэщ щӀалэ, Реформацэм и телъхьэр, Париж щыпсэут. Зэкъуэшхэр куэдрэ зэхуэзэрти чристэн псори зыгъэпӀейтей упщӀэхэм тепсэлъыхьырт. «Дунейм динитӀ тетщ, — жиӀэрт протестант Оливетан, — зы диныр цӀыхухэм къагупсысащ; ар зыӀыгъ цӀыхухэр хущӀокъу къелыныгъэр дин хабзэхэр зэрагъэзащӀэхэмрэ ӀуэхуфӀхэмрэкӀэ къалэжьыну; адрей диныр — Библиерщ къызыбгъэдэкӀыр икӀи абы уегъасэ къелыныгъэр Тхьэм и гущӀэгъум, Тхьэм тыгъэу цӀыхухэм къаритым и деж фӀэкӀа къыщумылъыхъуэну». GCKar 200.3
«Сэ зыкӀи сыхуейкъым апхуэдэ гъэсэныгъэщӀэ, — къэпщтыращ Кальвин, — хьэмэрэ уигугъэрэ игъащӀэкӀэ сыщхьэрыуауэ сыпсэууэ?” GCKar 201.1
Ауэрэ, хуэмеяуэ икӀи хущӀэмыкъуауэ, щӀалэр зыпэмыплъа гупсысэхэм къагъэуӀэбжь хъуащ. И закъуэ къыщынэхэм деж, и къуэшым и псалъэхэм егупсысырт ар. ЗэрыгуэныхьыщӀэр зэрызэхищӀыкӀыжым гупсэхугъуэ къритыртэкъым; абы зилъагъужырт и закъуэ ХеящӀэ пэжым, захуащӀэм и пащхьэ иту, Уэчылыншэу. Щихъхэр хуэлъэӀуэнми, ӀуэхуфӀхэми, члисэм и дин-хабзэхэми — зыми абы и гуэныхьыр ипшыныжын лъэмыкӀыну къыщыхъурт абы. Узыщыгугъ хъун зыгуэр ипэкӀэ щилъагъуртэкъым, игъащӀэкӀэ гузэвэгъуэм ухэтыным и шынэгъуагъэм фӀэкӀа. Алейуэт дин-щӀэныгъэлӀхэр абы и гуауэр щхьэщахыну къыдэӀэпыкъуну зэрыхэтар. Сэбэп къыхуэхъуакъым зыумысыжыныгъэхэу гуэныхьыр Ӏуэтэжын дин-хабзэри, епитимье хъужхэри, зыми абы и псэм Тхьэм и деж гупсэхугъуэ щригъэгъуэтын лъэкӀакъым. GCKar 201.2
ПсэкӀэ апхуэдэ бэнэныгъэ здыхэтым, Кальвин зэгуэрым утым къыщыхутащ, арати, абдежым къыщилъэгъуащ еретик зэрагъэсар. Абы хуабжьу гъэщӀэгъуэн щыхъуат хьэзабшэчакӀуэм и нэгум мамырыгъэу къищар. Апхуэдэ лӀэкӀэ шынагъуэ здишэчым, члисэми къыхахуауэ (ӀэпкълъэпкъкӀэ пшэчын гугъуехьым нэхърэ яфӀэнэхъшынагъуэт ар), абы и фӀэщхъуныгъэри лӀыгъэри фӀэкӀуэдатэкъым, студент щӀалэщӀэм езым зэхищӀэ гугъапӀэншагъэмрэ хэкӀыпӀэншагъэмрэ иригъапщэрт ахэр, Члисэм и гъэсэныгъэхэр ткӀийуэ езым игъэзащӀэ пэт. Ар щыгъуазэт а еретикхэм я фӀэщхъуныгъэр Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрытещӀыхьам, арыххэу мурад ищӀащ Библиер иджыну, абыхэм я гуфӀэгъуэм и щэхур здыхэлъыр къищӀэн папщӀэ. GCKar 201.3
Библием абы Мэсихь къыщигъуэтащ. «Уо, си Адэ, — Тхьэ елъэӀурт ар, — Абы и къурмэным Уи губжьыр игъэтӀысащ; Абы и Лъым си фӀейр игъэкъэбзащ, си нэлатыр Абы жорым щызэтрилъхьащ, Абы и лӀэныгъэмкӀэ сыкъищэхужащ. Дэ акъылыншагъэм дыщӀигъэнащ, ауэ Уэ уи Псалъэр къысӀэщӀэплъхьащ нэхунэм хуэдэу икӀи си гум укъылъэӀэсащ, псоми сигу къабгъэдэкӀын папщӀэ, Хьиса и фӀыщӀагъэхэм нэмыщӀ”. GCKar 201.4
Кальвин хуагъэхьэзырт дин къулыкъу лъагэ къызэрагъэщтэным. Ар иджыри илъэс 12 фӀэкӀа щымыхъум, члисэ цӀыкӀу гуэрым и дин-лэжьакӀуэм и дэӀэпыкъуэгъуу ягъэуври, щихънагъым абы и щхьэцыр члисэ хабзэм тету ищауэ щытащ. Ауэ ар иджыри дин-лэжьакӀуэу хахатэкъым икӀи щоджэнхэм я къалэн зыри игъэзащӀэртэкъым, ауэ щыхъукӀи дин-лэжьакӀуэхэм хабжауэ улахуи къратырт. GCKar 201.5
Дин-лэжьакӀуэ хъуну зэи зэрытемыгушхуэнур иджы къыгурыӀуауэ, абы щӀидзащ юристу еджэну, ауэ щӀэх дыдэ ари къигъэнащ, и гъащӀэр Инджылым хуигъэпсын и мураду. АрщхьэкӀэ, Инджылым и лэжьакӀуэм и къалэнхэм ар щышынэрт: ар зэрыцӀыкӀурэ укӀытэхт, армырами а лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъым щыгъуазэт; ауэ щыхъукӀи ар хуейт щӀэныгъэ къэхутэныгъэ иригъэкӀуэкӀхэм къыпищэну. ИкӀэм-икӀэжым, и ныбжьэгъухэм щыхагъэзыхьым, ар арэзы хъуащ. «ГъэщӀэгъуэнщ, — жиӀэрт абы, — пщӀэи щхьэи зимыӀэу къэтэджа цӀыхум апхуэдиз пщӀэшхуэ зэригъуэтар”. GCKar 202.1
Мамыру иублащ Кальвин и лэжьыгъэр икӀи абы и псалъэхэр щӀым къытехэ уэсэпс къабзэм хуэдэт. Абы Париж ибгынэри, щӀыпӀэ пхыдзам ит къалэ цӀыкӀу дэтӀысхьащ, Инджылым хуэпэж, абы и еджакӀуэхэм ядэӀэпыкъуу, принцессэ Маргаритэ и жьауэм щӀэту. Кальвин а зэманым щӀалэщӀэт, зыщӀыкӀэ дахэ зиӀэрэ цӀыху Ӏэдэбу. ЯпэщӀыкӀэ абы унэ-унэкӀэ къызэхикӀухьащ къалэр. Унэм ис псоми я гъусэу ар Библием еджэрт икӀи укъезыгъэл пэжыгъэр цӀыхухэм къахузэӀуихырт. А хъыбарыр зэхэзыхахэм нэгъуэщӀхэм хуахьырт, арати, щӀэх дыдэ егъэджакӀуэщӀэм къалэм и Ӏэгъуэблагъэм ит къуажэхэмрэ жылэхэмрэ къызэхикӀухьын щӀидзащ. Абы зэрыдыхьэн Ӏэмал къигъуэтырт мывэ сэреишхуэхэми, тхьэмыщкӀэу псэухэм я бгъэныщхьэ унэжь цӀыкӀухэми. Ар зэикӀ мыувыӀэу ипэкӀэ кӀуэрт, къэкӀуэнум къэхъуну члисэхэм лъабжьэ яхуигъэтӀылъу, къэмылэнджэжу пэжыгъэр зыгъэӀуну къызыпэщылъхэм. GCKar 202.2
Мазэ зыбжанэ дэкӀри, абы аргуэру Париж къигъэзэжащ. ЩӀэныгъэлӀхэм ямылейуэ пӀейтеиныгъэ къахыхьат. Пасэрей бзэхэр яджурэ ямыщӀэххэу цӀыхухэр Библием хуэкӀуат, уеблэмэ, абы ит пэжыгъэхэр зи гум лъэмыӀэсахэри дихьэхауэ абы ит упщӀэхэм тепсэлъыхьырт, папистхэм щедауи къэхъуу. Диным ехьэлӀа полемикэхэмкӀэ Кальвин лъэщу щытами, а щӀэныгъэлӀ псалъэмакъ къэзыгъэхъейхэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиӀэ къалэнышхуэ игъэзэщӀэн хуейуэ къыпэщылът абы. ЦӀыхухэм я акъылыр къэушат икӀи ар къэбгъэсэбэпыну дакъикъэфӀт абыхэм пэжыгъэр къебгъэщӀэн папщӀэ. Университетхэм я пэшышхуэхэм диным ехьэлӀа диспут гуащӀэхэр щекӀуэкӀ зэманым, абы хэту Кальвин унэхэр къызэхикӀухьырт, зы унэ икӀрэ адрейм ихьэурэ цӀыхухэм Библиер къахузэӀуихырт икӀи жорым кӀэраӀулӀа Мэсихь теухуауэ яхуиӀуатэрт. GCKar 202.3
Тхьэр хуейт Париж къалэ иджыри зэ ХъыбарыфӀыр щыӀуну.Лефеврэ Фарелрэ къащелъэӀуам цӀыхухэм ядатэкъым, ауэ а къалэшхуэм дэс дэтхэнэми аргуэру а хъыбарыр зэхихын хуейт. Политикэ щхьэусыгъуэхэр иӀэти, королыр иджыри Римым и лъэныкъуэгъу хъуатэкъым и гъусэу Реформацэм ебэныну. Принцессэ Маргаритэ япэми хуэдэу и гум гугъэ щигъафӀэрт протестантизмэр Францием щытекӀуэну. Арати, абы быдэу мурад ищӀащ, реформаторскэ диным Париж зыщригъэубгъуну. Королыр щымыӀэу принцессэ Маргаритэ протестантскэ дин-лэжьакӀуэм унафэ хуищӀащ къалэм дэт тхьэлъэӀупӀэхэм уазхэр щатыну. Папскэ къулыкъущӀэхэм апхуэдэу щрамыгъащӀэм, принцессэм и сэрейр хуит яхуищӀащ уаз щатын щӀыпӀэу къагъэсэбэпыну. Унэ кӀуэцӀыр члисэ щӀыкӀэу псынщӀэу къызэрагъэпэщри цӀыхубэм хагъэӀуащ, махуэ къэс зэман хэхам ирихьэлӀэу Тхьэм щхьэщэ щыхуащӀу зэӀущӀэ щрагъэкӀуэкӀыну а щӀыпӀэм, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори къызыхэкӀа лъэпкъым емылъытауэ кърагъэблагъэрт. GCKar 202.4
ЦӀыху Ӏув махуэ къэс щызэхуэсащ а унэм. Абыхэм яхэтт къэрал къулыкъущӀэхэри, юристхэри, сатуущӀхэри, ӀэщӀагъэлӀхэри. Пащтыхь сэрей пщӀантӀэм дэт члисэм имызакъуэу абыхэм яубыдт къыбгъэдэт унэхэри. Королым а зэӀущӀэхэр зэхуищӀыжыным и пӀэкӀэ, унафэ ищӀащ ахэр щрагъэкӀуэкӀыфын хуэдэу иджыри Париж члиситӀ къыщызэӀуахыну. Иджыри къыздэсым къэхъуатэкъым апхуэдизу Тхьэм и Псалъэр цӀыхухэм я гум дыхьэу. Къыпщыхъут уафэ гъащӀэм и гупсэм цӀыхухэр къигъэщӀэрэщӀэжу. Фадэ ефэныр, къэхьпагъэр, зэбииныгъэр, хьэулеиныр зыханауэ цӀыхухэм ахэр яхъуэжат зышыӀэныгъэкӀэ, къабзагъэкӀэ, зэкӀэлъыкӀуагъэкӀэ лэжьыгъэр фӀыуэ лъагъунымкӀэ. GCKar 203.1
Ауэ диным и къулыкъущӀэхэр жейтэкъым. Королым уазхэр къигъэувыӀэн щимыдэм, папистхэм зыхуагъэзащ жэхьилу къалэм дэсхэм, абыхэм къамыгъэсэбэп щыӀэтэкъым, щӀэныгъэншэ сеувернэ цӀыхухэм я предрассудкэхэмрэ я фанатизмэмрэ къызэщӀагъэплъэу ягъэшынэн папщӀэ. НэуфӀыцӀщхьэрыуэу егъэджакӀуэ нэпцӀхэм едаӀуэри, Париж, пасэм Ерусалим къызэрыщыщӀам хуэдэу, Тхьэр къащыхыхьа зэманыр къищӀакъым, мамырыгъэ къыхуэзыхьынури зэхищӀыкӀакъым. ИлъэситӀ нейм и кӀыхьагъкӀэ къалащхьэм Тхьэм и Псалъэр уазу щатащ, куэдым Инджылыр къащта щхьэкӀэ, я нэхъыбэм нэхур ядакъым. Франциск Ӏ-м псоми яригъэлъагъурт динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ ит хуэдэу, ауэ ар зэрищӀэр фейдэ къыхихын мурадыр иӀэут, арати, папистхэм яхузэфӀэкӀащ япэм яфӀэкӀуэда тепщэныгъэр зыӀэрагъэхьэжын. Аргуэру члисэхэр зэхуащӀащ икӀи лӀыукӀыпӀэхэр яӀэтащ. GCKar 203.2
Кальвин иджыри Париж щыӀэт. Еджэным, гупсысэным тхьэлъэӀум и гур етауэ, абы зыхуигъэхьэзырырт къыпэщылъ лэжьыгъэм, нэхум зэрызригъэубгъунум. Ауэ, икӀэм-икӀэжым абы гуры щхъуэ къыхуащӀ хъуащ. Къалэр зи ӀэмыщӀэ илъхэм ар ягъэсыну мурад ящӀащ. Шынагъуэ къыкӀэщӀэзэрыхьауэ зи гущхьэ къэмыкӀ Кальвин, и псэупӀэ щхьэхуэу, лъэныкъуэегъэзыу щытым, зэгуэрым хуабжьу къэгузэва и ныбжьэгъухэр къыщӀэлъадэри къыжраӀащ, зы дакъикъэ нэхъ дэмыкӀыу ар зэраубыдынур. Асыхьэтми бжэм къытеуӀуэ макъи къэӀуащ. Зы меданкӀи зыпӀэжьэ хъунутэкъым. Абы и ныбжьэгъухэм и ныкъуэр кӀуащ офицерхэр яӀэжьэну, иныкъуэр Кальвин дэӀэпыкъуащ щхьэгъубжэмкӀэ дэкӀыну, арати, псынщӀэу абы зыщигъэбзэхащ къалэм и гъунэм. Реформацэр къызыфӀэӀуэху зы ӀэщӀагъэлӀ гуэрым и унэ егъэзыпӀэ къыщигъуэтри, бысымым хуэдэу зыкъихуапэщ аби, фӀани и дамэ трилъхьэжри, ар гъуэгуанэ теуващ. Сыт щыгъуи ипщэ лъэныкъуэкӀэ кӀуэурэ, абы аргуэру хэщӀапӀэ къыщигъуэтащ принцессэ Маргаритэ ӀэщӀэлъ щӀыналъэхэм. GCKar 203.3
Мыбдежым ар мазэ зыбжанэ щыпсэуащ, и ныбжьэгъу лъэщхэм я жьауэ щӀэту, зэрихабзэу зэпымычу щӀэныгъэ зригъэгъуэту икӀи Тхьэм и Псалъэр иджу. Ауэ абы игу икӀыртэкъым пэжыгъэм Францием дауэ зэрызыщригъэубгъуа хъунуми, арати, имыщӀэӀауэ куэдрэ щысыфынутэкъым. Борэныр тӀэкӀу щыужьыхыжым, абы университет зыдэт Пуатье къалэ лэжьыгъэщӀэ къыщигъуэтащ икӀи а къалэм гъэсэныгъэщӀэр фӀыуэ къыщащтэрт. Дэтхэнэ лъэпкъ щыщ цӀыхухэми гуфӀэжу Инджылым и пэжыгъэхэр къащтэрт. Кальвин утыку къихьэу хуиту а къалэм уазхэр щитакъым, ауэ здэщыпсэуа унэм, хеящӀэ нэхъыщхьэм ейуэ щытам, цӀыхухэр щиущийрт, языныкъуэкӀи къалэм и жыг хадэм цӀыху куэд здекӀуалӀэм, мыкӀуэдыж гъащӀэм и псалъэхэр къащыхузэӀуихырт къедэӀуэну хуейхэм. ИужькӀэ къыщӀэдэӀухэр зыкъомкӀэ нэхъыбэ щыхъум, шынагъуэншагъэм и хьэтыркӀэ къалэ кӀуэцӀым афӀэкӀа щызэхуэзэну тегушхуэжакъым. Абыхэм бгъуэнщӀагъ гуэр къагъуэтащ, жыгхэм къаухъуреихьрэ къырхэм я дакъэхэри къыщхьэщыту, абдежым бгъуэнщӀагъ зэрыщыӀэр къэщӀэгъуей ящӀу. Абы къекӀуалӀэрт цӀыхухэр гуп цӀыкӀуурэ, гъуэгу зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ къалэм къикӀхэурэ, зыми гу зэрызылърамыгъэтэным егугъухэурэ. А бгъуэнщӀагъ пхыдзам цӀыхухэр Библием щеджэрт икӀи зыхуэныкъуэ гурыӀуэныгъэхэр къащыӀэрыхьэрт. Абдежым Францием щыӀэ протестантхэм япэу щрагъэкӀуэкӀащ Зиусхьэным и ГукъэкӀыж Пшыхь жыхуаӀэр. А члисэ цӀыкӀум хъыбарыфӀзехьэ пэж зыбжанэ къыхэкӀащ. GCKar 204.1
Ауэ, аргуэру Кальвин Париж игъэзэжащ. Ар иджыри щыгугът француз лъэпкъым Реформацэм и идеехэр къащтэным. Ауэ щӀэх дыдэ къыгурыӀуащ, ущылэжьэну а къалэм Ӏэмал лъэпкъ зэрыщымыӀэр. Инджылыр бгъэӀуным къикӀыр фӀэкӀыпӀэншэу лӀыукӀыпӀэм укъыщыхутэнырт, арати, икӀэм-икӀэжым, ар Германием кӀуащ. Франциер къызэрызэринэкӀыу, бетамалу протестантхэм борэн шынагъуэ къащхьэщыхьащ аргуэру, аращи, ар Францием къэнатэмэ, и щхьэр фӀахынут. GCKar 205.1
Француз реформаторхэм, я къуэш нэмыцэхэмрэ швейцархэмрэ зыкъыкӀэрамыгъэхун я гугъэу, мурад ящӀащ Римым и суевериехэм удын лъэщ ирадзыну икӀи абыкӀэ зэрылъэпкъыу къаӀэтыну, къызэщӀагъэушэну. Зы жэщым и кӀуэцӀкӀэ плакатхэр дэнэкӀи щыфӀадзащ мессэм и ныкъусаныгъэхэр хьэлэчу сэтей къэзыщӀхэр. Ауэ зыпэплъа ехъулӀэныгъэм и пӀэкӀэ, пӀащӀэрыщӀэу ялэжьа а зэмыгупсыса Ӏуэхум, лъапсэрыхыр къахуигъэкӀуащ, ар зылэжьахэм имызакъуэу, Реформацэм и ныбжьэгъуу Францием щыӀэ псоми. Папистхэм къаӀэрыхьащ апхуэдизу куэдрэ зэжьар, — щхьэусыгъуэ, къагъэсэбэп хъун, зэрыщыту еретикхэр ягъэкӀуэдын папщӀэ, агитатор шынагъуэхэм хуэдэу, пащтыхь тахътэм имызакъуэу лъэпкъ зэгурыӀуэныгъэм зэран хуэхъухэм хуэдэу. GCKar 205.2
Зыгуэрым и Ӏэм — Реформацэм и ныбжьэгъу губзыгъагъэ щыщӀа гуэрым е пщӀэну щыткъым бий бзаджейм и Ӏэрами — иджыри къыздэсым ар щэхуу къонэ — сытми зыгуэрым и Ӏэм плакатхэм ящыщ зы кӀэригъэпщӀащ королым и пэшыбжэм. Королыр Ӏэлу къызэкӀуэкӀащ: а напэкӀуэцӀхэм удынышхуэ ирадзырт илъэс щэ бжыгъэхэм я кӀыхьагъкӀэ цӀыхухэм пщӀэшхуэ зыхуащӀу, яфӀэлъапӀэу къадэгъуэгурыкӀуа суевериехэм. Апхуэдэ къыгуэуда псалъэ пщтырхэр монархым езыдзыну тегушхуахэм, къэхъу зи мыхабзэ екуэкуншагъэ къагъэлъэгъуам, королыр къызэригъэкӀуэкӀащ. Зы зэманкӀэ абы и бзэр иубыдат, губжьым игъэкӀэзызу, ауэ, итӀанэ и губжьым кърикӀуэу псалъэ шынагъуэхэр къыжиӀащ: «Дэтхэнэри ирапхъуатэ, лютеранствэ зезыхьэу гурыщхъуэ зыхуащӀхэр, сыт хуэдэ увыпӀэ имыӀыгъами. Сэ ахэр псори згъэкӀуэдынщ”. Ар зэфӀэкӀа Ӏуэхут. Королыр къэгъазэ имыӀэу Римым и лъэныкъуэгъу хъуащ. GCKar 205.3
ИкӀэщӀыпӀэкӀэ Ӏэмалу щыӀэр къагъэсэбэпащ Париж лютерану дэс псори яубыдын папщӀэ. Папистхэм зы ӀэщӀагъэлӀ тхьэмыщкӀэ гуэр, реформаторскэ диным и лъэныкъуэгъу, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зэӀущӀэ щэхухэм езыгъэблагъэу щытар, яубыдри, зыфӀэмыкӀыфын лӀэныгъэкӀэ ягъэшынэри, хагъэзыхьащ, протестанту ицӀыхуу хъуам я хэщӀапӀэхэр папскэ эмиссарым иригъэлъагъуну. ЯпэщӀыкӀэ насыпыншэ цӀыхум апхуэдэ икӀагъэ ищӀэныр фӀэигъуэджэу идакъым, ауэ, икӀэм-икӀэжым, хьэзаб ирагъэшэчу зэраукӀыным щышынэри, и къуэшхэм епцӀыжащ. ЗауэлӀхэри, щоджэнхэри, монаххэри щӀыгъуу, Морин, королым и жасусыр икӀи зи напэр зыфӀэкӀуэда цӀыху насыпыншэр, хуэмурэ къалэ уэрамхэм ирикӀуэрт. А Ӏуэхур «щихъхэм хуагъэзащӀэ дин-хабзэ щэхум” папщӀэ яубла хуэдэт, протестантхэм мессэр зэрагъэпудар ирагъэзэкӀуэжу. Ауэ абыхэм «къагъэлъэгъуамкӀэ» щӀахъумэр я икӀагъэ дыдэ мурадхэрт. Лютераным и унэ гъунэгъу зэрыхуэхъуу хашэм и Ӏэр ищӀырти, и гъусэ къомыр къэувыӀэрт, асыхьэтым зауэлӀхэр унэм щӀэзэрыгуэрти, унэм щӀэсу хъуар япхъуатэрти, Ӏэхъулъэхъухэр иралъхьэрт, итӀанэ, адэкӀэ къыпащэжырт я гъуэгум, иджыри псэдзыгъэ ящӀынхэр къалъыхъуэу. Ахэр «зы унэ къамыгъанэу щӀыхьэхэрт, унэжь цӀыкӀу фаджэхэм щыщӀэдзауэ унивеситетым и пэшышхуэхэм нэсыжу... Морин и пащхьэ зэрыкъалэу щызэкӀэщӀэзызэрт... ДэнэкӀи щытепщэрт шынагъэрэ гужьеигъуэрэ”. GCKar 205.4
Яубыдахэр ажалым иратырт, хьэзаб шынагъуэхэр ирагъэшэча нэужь. Унафэ хэхам ипкъ иткӀэ мафӀэхэр цӀыкӀуут зэрыщӀагъанэр, нэхъыбэрэ я псэм гузэвэгъуэ трагъэлъын папщӀэ, ягъэсхэм. Ауэ бэлыхь зытралъхьахэм текӀуэныгъэр къэзыхьахэм хуэдэут я псэр зэрыхэкӀыр, щӀэмыщхъуэжу быдэхэу икӀи нэгъэсауэ мамырхэу. Ахэр щӀэзыхуэхэм къыхагъэщӀауэт къазэрыщыхъур мобыхэм быдэу яхэлъ я лӀыгъэр ягъэтӀэсхъэн здалъэмыкӀым. «Париж къалэ и куей къэс лӀыукӀыпӀэхэр щагъэуват икӀи махуэ къэс псоми ялъагъуу абдежхэм щагъэсырт щӀэуэ псэдзыгъэ ящӀхэр, цӀыхухэр ягъэшынэн папщӀэ икӀи еретикхэм къапэплъэр сытми ирагъэлъэгъун папщӀэ. Ауэ, икӀэм-икӀэжым, текӀуэныгъэр Инджылым и лъэныкъуэкӀэ къыщыщӀидзащ. Париж дэс псоми хьэкъыу япхыкӀащ, гъэсэныгъэщӀэм сыт хуэдэ цӀыхухэр къыхэхъукӀми. Кафедрэхэм нэхърэ нэхъыфӀу къыщӀэкӀырт хьэзаб зрагъэшэчхэр зрапх пкъохэр. УкӀыпӀэ щӀыпӀэм ирашалӀэ цӀыхухэм я нэгур къэзыгъэнэху гуфӀэгъуэр; дэлыпщӀей мафӀэ бзий гуащӀэм ящыфӀэмыкӀуэду яхэлъ лӀыгъэ хъыжьэм, Ӏэдэбу псоми къызэрахуэгъэгъум мызэ-мытӀэу губжьыр гущӀэгъу ящӀырт, жагъуагъэр — лъагъуныгъэ; а псори узыпэмылъэщын къарукӀэ дахэу Инджылым и телъхьэу щыхьэт техъуэрт». GCKar 206.1
ЦӀыхубэм я губжьыр мыупщӀыӀун папщӀэ, дин-лэжьакӀуэхэм ямыгъэхъыбар щыӀэтэкъым протестантхэм теухуауэ. Ахэр ягъэкъуаншэрт католикхэм лъапсэрыхыр къыхуагъэкӀуэну зэрыгъэӀуща хуэдэу, правительствэр традзыну я мураду икӀи королыр яукӀыну. Ауэ щыхъукӀи зы щыхьэтыгъэ къахуэхьыртэкъым, апхуэдэ лажьэ кӀэралъхьэхэр уи фӀэщ зыщӀыфыну. КъэхъункъэщӀэну абыхэм ягъэӀуахэр къэхъуакӀэщ, ауэ нэгъуэщӀ щытыкӀэ яӀэущ. Лажьэ зимыӀэ протестантхэм ехьэлӀауэ католикхэм я гущӀэгъуншагъэр езыхэм я щхьэ ирикӀуэжащ. ЛӀэщӀыгъуэ зыбжанэ дэкӀри, ахэр зэджа борэнышхуэр Францием къыщхьэщыхьащ. Королми и бжаблэм дэтхэми, и жьауэм щӀэтхэми леишхуэ шынагъуэ ирахащ Ӏимансыз цӀыхухэм. Протестантизмэм зэрызиубгъуаракъым, атӀэ ар зэрагъэкӀуэдарщ илъэс щищ дэкӀа нэужь тхьэншэ революцэм насыпыншагъэ шынагъуэ Францием къыщӀыхуихьар. GCKar 206.2
Гурыщхъуэ щӀыным, дзыхь мыщӀыным, шынагъэм цӀыхуцӀэ зиӀэ псори зэщӀищтат, зыщыщ лъэпкъи, яӀыгъ увыпӀи емылъытауэ. Гузэвэгъуэшхуэм здыхэтым нэрылъагъу хъуат апхуэдизу куууэ цӀыхухэм я акъылым лютеранскэ гъэсэныгъэр хэпща зэрыхъуар, щӀэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакӀуэ пэрытхэм, зи хьэлым и дахагъкӀэ лъэпкъым фӀагъ езыгъэкӀхэм. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиӀэ къулыкъухэр, нэхъ жэуаплыныгъэ зыпылъхэр зезыхьэн щымыӀэжу нэщӀ хъуахэт. Къалэм дэбзэхыкӀат ӀэщӀагъэлӀхэр, тхылъ тезыдзэхэр, щӀэныгъэлӀхэр, университетхэм я профессорхэр, тхакӀуэхэр, уеблэмэ, лӀакъуэлӀэшхэр. ЦӀыху щэ бжыгъэхэм Париж ябгынат, зыми хамыгъэзыхьауэ хэкум икӀыжахэт, апхуэдэ щӀыкӀэу къагъэлъагъуэрт реформаторскэ гъэсэныгъэм зэрилъэныкъуэгъухэр. Папистхэр Ӏэнкун хъуауэ къэхъу-къащӀэм кӀэлъыплъхэрт — абыхэм я гущхьэ къэкӀтэкъым апхуэдиз еретикхэм щэхуу къазэрыухъуреихьыр... ИтӀанэми, нэхъыкӀэжу ахэр тезэрыгуэрт я ӀэмыщӀэ илъхэм. Тутнакъхэм цӀыхухэр щӀэхуэжыртэкъым, хьэуам Ӏугъуэр хэзт, Инджылым и щыхьэтхэр щагъэсу зэщӀагъанэ мафӀэхэм къапиххэмкӀэ. GCKar 207.1
Франциск Ӏ-м зигъэпагэрт е-ХУӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзапӀэм щӀэныгъэр зэрефӀэкӀуар къызыхэкӀа зэщӀэхъееныгъэм и Ӏэтащхьэу зыкъыщигъэхъужурэ. Абы ифӀэфӀу иригъэблагъэрт дунейм щӀэныгъэлӀу тетхэр. Реформацэми худичыхыу зэрыщытар зы лъэныкъуэкӀэ къызыхэкӀар щӀэныгъэм хуиӀэ лъагъуныгъэрт икӀи жэхьилыгъэр и гум зэрытемыхуэрт, монаххэм я суевериехэри зэрыхуэмышэчырт. Ауэ ересыр зэригъэкӀуэдыным хуабжьу здегугъум, щӀэныгъэм хущӀэкъуу щытам унафэ къыдигъэкӀат Францие псом зыщӀыпӀи тхылъ щытрадзэну хуит имыщӀу! Акъылым и телъхьэ щэнхабзэр нэгъуэщӀ диныр мыдэныгъэм къызэрыдэгъуэгурыкӀуам и щапхъэ куэд тхыдэм къыщыхощыж, аращи, Франциск Ӏ-м мыбдежым зэи къэмыхъуа Ӏуэхугъуэ илэжьауэ къытхуэлъагъукъым. GCKar 207.2
Протестантизмэр игъэкӀуэдыну мурад ткӀий зэрищӀам, Франциер щыхьэт техъуэжащ, псоми ялъагъуу цӀыху куэд хьэлэчу зэтриукӀэри. Щоджэнхэм къагъэувырт мессэр ягъэкъуаншэу Уафэр зэрагъэпудар лъыкӀэ гъэзэкӀуэжын хуейуэ, абы ипкъ иткӀэ королыр лъэпкъым и цӀэкӀэ псоми ялъагъуу арэзы техъуэн хуейт а Ӏуэхугъуэ шынагъуэр ирагъэкӀуэкӀын папщӀэ. GCKar 207.3
ХьэкӀэкхъуэкӀагъэ а Ӏуэхугъуэ шынагъуэр екӀуэкӀащ 1535 гъэм январым и 21-м. Абы ирихьэлӀэу ялъэкӀ къагъэнатэкъым протестантхэм суевернэ шынагъэрэ жагъуагъэрэ нэуфӀыцӀщхьэрыуэу, зэрылъэпкъыу хурагъэщӀын папщӀэ. Париж и зы уарам къэмынэу цӀыхухэр дэзт. ПэкӀушхуэ ехьэжьа ягъэхьэзырт. «ПэкӀум хэтхэр зыблэкӀыну унэхэм щыгъуэ щэкӀхэр фӀащӀат, дэнэкӀи къурмэн укӀыпӀэхэр щагъэхьэзырат». Унэ къэс и гупэ факел щыщӀагъэнат, «лъапӀагъэ щэхугъэ” жыхуаӀэу я дауэдапщэ ирагъэкӀуэкӀым и цӀэкӀэ. ПэкӀум хэтынухэр королым и сэреишхуэм деж щызэхуэсат, иджыри нэху мыщ щӀыкӀэ. «Япэу кӀуэхэм яхьырт члисэ зэмылӀэужьыгъуэхэм я ныпхэмрэ жорхэр зытет я тхьэнапэхэмрэ; итӀанэ, къалэдэсхэр тӀурытӀурэ къакӀэлъыкӀуэрт, факел къаблэхэр яӀэщӀэлъу”. Абыхэм я ужь итт ордениплӀым я монаххэр, я абэхэр ящыгъыу. ИтӀанэ, къакӀэлъыкӀуэрт щихъ цӀэрыӀуэхэм я хьэдэкъупщхьэхэр зыхьхэр, иужь дыдэ иту кӀуэхэрт зыкъызыфӀэщӀыжа кардиналхэр, мывэ лъапӀэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀа я щыгъын плъыжьхэмкӀэ хуэпауэ. GCKar 208.1
«ПэкӀум я пашэт Париж и щихънагъыр... икӀи пщиплӀ цӀэрыӀуэм абы и щхьэм балдахин дэгъуэр щхьэщаӀыгъэу яхьырт... А цӀыху гупышхуэм яужь иту кӀуэрт королыр . а махуэм абы и дыщэ пыӀэр щхьэрыстэкъым, хуэфащэ щыгъыни щыгътэкъым. И щхьэр пцӀанэрэ и напӀэр ехьэхауэ шэху уэздыгъэ пыгъэнар ӀэщӀэлъу, Францием и королыр кӀуэрт, Ӏичрам къэзыхьыж гуэныхьыщӀэм хуэдэу». Къурмэн-телъхьэпӀэ къэс абы зигъэӀэсэу лъэгуажьэмыщхьэу зригъауэрти, я гуэныхьхэр къахуэгъуну Тхьэ елъэӀурт — и гур зэзыгъэкӀуэкӀа гуэныхьхэм щхьэкӀэтэкъым, лажьэ зимыӀэ цӀыхухэм езым и ӀэкӀэ ялъ зэригъэжам щхьэкӀэтэкъым — хьэуэ, абы и тепщэм щӀэтхэм, мессэр къуаншагъэу къэзыгъэлъэгъуахэм, ялэжьа гуэныхь шынагъуэр ипшыныжыну тхьэджэу лъаӀуэрт. Абы дэщӀыгъут и пащтыхь гуащэри къэрал лӀыщхьэхэри, пыгъэна факелхэр яӀэщӀэлъу тӀурытӀыххэу зэкӀэлъыкӀуэу иужь итхэу. GCKar 208.2
А махуэм щихънагъым и сэреишхуэм хэт пэшышхуэм королым псалъэкӀэ защыхуигъэзащ и къэралым увыпӀэ лъагэ щызыӀыгъ лӀакъуэлӀэшхэм. Ар абыхэм я пащхьэ къихьат и нэгур зэхэуфарэ нэщхъейуэ, француз лъэпкъым нэлат яхуэхъуа «щӀэпхъаджагъэр, емыкӀур икӀи гуауэр» хуабжьу игу къызэреуэр гум щӀыхьэн псалъэхэмкӀэ къыжиӀэу. ИтӀанэ абы и тепщэм щӀэт псори къыхуриджащ а ересь узыгъэунэхъур, Францием лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкӀуэну шынагъуэ зыхэлъыр гъэкӀуэда зэрыхъунымкӀэ зыкъыщӀагьэкьуэну. «ГущӀэгъулы зиусхьэнхэ, — захуигьэзащ абыхэм, — мы си Ӏэм е си льакьуэм а гущыкӀыгьуэ уз зэрыцӀалэр кьеуэлӀатэмэ, хуит фысщӀынти пывэзгьэупщӀынт, шэч хэлъкъым апхуэдэу зэрывэзгъэщӀэнутэм, сэ сызэрыфипащтыхьым шэч зэрыхэмылъым хуэдэу... КъищынэмыщӀауэ, а нэлатыр зытелъ гъэсэныгъэмкӀэ сы бынхэм ящыщ гуэрым зигъэпудыжауэ сэ къэсщӀауэ щытамэ, гущӀэгъу лъэпкъ хуэсщӀынутэкьым... Сэ езым ар судыщӀэхэм естынт икӀи Тхьэм къурмэну хуэзукӀынт». И нэпс къещэщэххэм ягъэбауэртэкъым ар, зэхуэса псори гъыуэ, зэдежьууэ я макъхэр яӀэтащ: «Дэ дыхьэзырщ католическэ диным папщӀэ ди гъащӀэр ттыну!» — жаӀэу. GCKar 208.3
Сыту кӀыфӀыгъэ шынагъуэм зэщӀиубыдат лъэпкъыр, пэжыгъэр къэзыщтэн зымыдахэр! Францием «укъезыгъэл гущӀэгъур” къыхуэлъэгъуауэ щытат; зэрыкъэралу ялъэгъуат абы и къарури и лъапӀагъэри, Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ нэгъэсауэ зэрыщытым дихьэхауэ цӀыху мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат, къалэхэри къуажэхэри абы и нэхум къигъэнэхуат; ялъэгъуат — ялъэгъуа щхьэкӀэ пэжыгъэр ядакъым, нэхугъэм и пӀэкӀэ кӀыфӀыгъэр къыхахри. Францием къищтэн идакъым уафэм къыхуищӀ тыгъэр. Абы бзаджагъэм фӀыгъэ фӀищри, фӀыгъэм — бзаджагъэ фӀищащ, икӀэмикӀэжым, пцӀым и псэдзыгъэ мыхъуху. ПщӀэну щыткъым абы пэж дыдэу и фӀэщ хъууэ щытами Зиусхьэным хуэлажьэу, Зиусхьэным и лъэпкъыр щимыгъэпсэум щыгъуэ, ауэ и къуаншагъэр абы щхьэщихтэкъым. Ӏумпэм ищӀри, абы нэхур идакъым, къезыгъэлыфынутэр ар щхьэрыуагъэхэми лъы гъэжэнми. GCKar 209.1
Ересыр ягъэкӀуэдыну тхьэрыӀуэ быдэ щащӀащ щихънагъым и ут иным, илъэс щищ дэкӀа нэужь лъэпкъым Тхьэ псэу зэрыщыӀэр ящыгъупщэжыпауэ «акъылым и тхьэм” пащтыхь пыӀэ щыщхьэратӀэгъа щӀыпӀэм. Абы и ужькӀэ пэкӀу ябгэр Париж и уэрамхэм дыхьащ, арати, Францием и напэр зыдалъагъу цӀыхухэр пэрыхьащ, тхьэрыӀуэ щӀащӀа Ӏуэхур ягъэзэщӀэну. «Зэпэмыжыжьэхэу лъагапӀэхэр ягъэуват, зэрыпсэууэ протестантхэр щагъэсыну хуагъэхьэзырахэр. «Псэухэр щагъэс мафӀэхэр» къызэщӀэнэн хуейт королыр гъунэгъу къызэрыхъуу; пэкӀум хэтхэр къэувыӀэрт, абыхэм яшэч хьэзабыр ялъэгъун папщӀэ”. Уи щхьэфэцым зимыӀэту къыпхуэӀуэтэжынукъым Хьиса Мэсихь и щыхьэтхэм хьэзабу ирагъэшэчар зыхуэдизыр, ауэ, жыӀапхъэращи, абыхэм я гъащӀэр къимыкӀуэту, шэч лъэпкъ къытрамыхьэу ятащ. Зы протестант гуэр хущӀрагъэгъуэжыну щыхагъэзыхьым, жэуап къаритащ: «Сэ си фӀэщ хъур бегъымбархэмрэ апостолхэмрэ жаӀаращ, аращ я фӀэщ хъууэ щытар цӀыху щихъхэми. Сэ си фӀэщ мэхъу Зиусхьэныр, жыхьэрмэм и къару псори зэхэзыкъутэнур». GCKar 209.2
Зэпымычу пэкӀур хьэзаб щрагъэшэч щӀыпӀэхэм къыщызэтеувыӀэрт. ИкӀэм-икӀэжым, королым и сэреишхуэм щынэсым, цӀыхухэм зэбгрыкӀыжын щӀадзащ, пащтыхьми прелатхэми загъэбзэхыжащ, хуабжьу арэзыхэу махуэр зэрекӀуэкӀамкӀэ икӀи зыр зым ехъуэхъужхэу, ересыр ягъэкӀуэдын Ӏуэхур икъукӀэ ехъулӀэныгъэшхуэ яӀэу зэраубламкӀэ. GCKar 210.1
Францием къищтэн имыда мамырыгъэм и Инджылым, щӀэх дыдэ лъабжьи къуэпси къыхуамыгъанэу лъапсэкӀуэдыр къыхуагъэкӀуащ; абы кърикӀуар узижэгъуэнщ. 1793 гъэм январым и 21-м, реформаторхэр игъэкӀуэдыну Францием тхьэрыӀуэ зэрищӀрэ илъэс 258 дэкӀауэ, Париж и уэрамхэм нэгъуэщӀ пэкӀу ирикӀуащ, и мурадхэри емыщхьу. «Аргуэру GCKar 210.2
пэкӀум псоми гулъытэшхуэ зыхуащӀтэр королырт, аргуэру цӀыхухэри зэрыгъэкӀийхэрт, аргуэру зэрызехьэ цӀыху цӀыкӀур псэдзыгъэ хуейт, аргуэру лӀыукӀыпӀэ щтэгъуэхэр яӀэтат, аргуэру махуэр ирагъэухат хьэзаб шынагъуэхэмкӀэ. Людовик XVI-р, и псэр хэзыхыну лӀыукӀхэм къаӀэпыщӀэкӀыжыну хуейуэ хъыжьэу ныкъуакъуэр, къарукӀэ щхьэпыупщӀыпӀэм деж ялъэфри, абдежым щаӀыгъащ, цӀыхуукӀым абы и щхьэр фӀимыхыху». Террорыр щытепща а лъыпсае махуэхэм, королым и закъуэкъым яукӀар; хьэдэлъэмыжу абы дагъэкӀуащ цӀыху 2800 -рэ, щхьэпыупщӀыпӀэм зи щхьэр щыпахахэр. GCKar 210.3
Реформацэм цӀыхухэм Библиер яхуишийрт, Тхьэм и Унафэм къигъэувхэр къагуригъаӀуэрт, дэтхэнэми я акъылым хэпща хъун хуэдэу, напэ яӀэн папщӀэ. ФӀылъагъуныгъэ гъунапкъэншэм цӀыхухэм къахузэӀуихат Уафэм щызекӀуэ пщэрылъхэмрэ хабзэхэмрэ. Тхьэм жиӀащ: «Аращи, фегугъуу вгъэзащӀэ ахэр — итӀанэ, фызэрыӀущми, фи акъылыфӀагъэми лъэпкъ псоми гу къылъатэнущ. А унафэхэр зэхаха нэужь, абыхэм «сыту Ӏущ икӀи губзыгъэ мы лъэпкъышхуэр!” жаӀэнущ» (Втор. 4:6). Францием а уафэм и тыгъэр къищтэн щимыдам, абы хисащ анархиемрэ къэсэхыжыгъуэмрэ я жылэхэр, фӀэкӀыпӀэншэу революцэмрэ террорымрэ къыхуэзыхьахэр. GCKar 210.4
Мессэр зыгъэкъуэнша плакатхэм кърикӀуа зехуэныгъэхэм зыкъом ипэкӀэ, цӀыху хахуэ икӀи цӀыху мафӀэ Фарель и хэкум икӀыжын хуей хъуащ. Ар Швейцарием кӀуэри, абы Цвингли щыдэӀэпыкъуурэ, цӀыхубэр Реформацэм и лъэныкъуэгъу ищӀын хузэфӀэкӀащ. Дунейм тетыху ар Швейцарием щыӀащ, арщхьэкӀэ, зэпымычу зэфӀэкӀышхуэ иӀэу ижь къыщӀригъэхурт Францием щекӀуэкӀ Реформацэм. Хэкум щикӀыжа япэ илъэсхэм ар нэхъыбэу зэгугъуар къыщалъхуа щӀыналъэм Инджылым зэрызыщиубгъуа хъунырщ. Абы куэду хъыбарыфӀыр яжриӀэрт и хэкуэгъухэм, хэгъэгум и гъунапкъэхэм пэмыжыжьэу псэухэм икӀи темыпыӀэу гулъытэшхуэ хуищӀу кӀэлъыплъырт бэнэныгъэр зэрекӀуэкӀым, зыгъэгушхуэн псалъэкӀи чэнджэщкӀи ядэӀэпыкъуурэ. Хэкум кърахуа нэгъуэщӀхэм я егугъуныгъэкӀэ нэмыцэ реформаторхэм я тхыгъэхэр французыбзэкӀэ зэрадзэкӀащ. Библием щӀыгъуу ахэр французыбзэкӀэ тиражышхуэу къыдагъэкӀащ. А тхылъхэр Францием дэнэкӀи щызэрахьэрт — ахэр тхылъ зыщэхэм уасэ мащӀэкӀэ иращэрти, мыдрейхэм ахъшэ къазэрыхэхъуэм адэкӀи я лэжьыгъэр зэрырахьэкӀыным нэхъыбэжу трагъэгушхуэрт. GCKar 210.5
Фарель Швейцарием лэжьэн зэрыщыщӀидзар школ егъэджакӀуэ щэныфӀэущ. Зы члисэ цӀыкӀу гуэрым лъэныкъуэегъэз зыщищӀауэ, абы цӀыкӀухэр щригъаджэу. ЕджапӀэ дерсхэм къинэмыщӀауэ, абы сакъыурэ сабийхэр Библием ит пэжыгъэхэм щигъэгъуэзэн щӀидзащ, иужькӀэ я адэ-анэхэри къыдихьэхыным щыгугъыу. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ щоджэнхэр зэран къыхуэхъуащ абы и лэжьыгъэм, суевернэ жылэдэсхэр Фарель жагъуэгъу къыхуащӀри. «Ар Мэсихь и Инджылу пхужыӀэнукъым, — ядэртэкъым абыхэм ерыщу, — ар зепхьэным кърикӀуэр мамырыгъэкъым, атӀэ зауэщи», — жаӀэу. Япэрей гъэсэнхэм я щапхъэм тету, Фарель зы къалэм щыщамыгъэпсэукӀэ нэгъуэщӀ къалэ Ӏэпхъуэрт. Арати, Ӏэпхъуэшапхъуэу, ар зы къуажэм икӀыурэ нэгъуэщӀ къуажэ кӀуэрт, зы къалэм икӀыурэ нэгъуэщӀ къалэ дэтӀысхьэрт, мэжалӀэри, щӀыӀэри, езэшри зэхищӀэу икӀи зэпымычу шынагъэхэм ӀущӀэу. Сату щащӀэ щӀыпӀэхэми, члисэхэми, иныкъуэхэм дежи щихънагъхэм я утми абы уазхэр щитырт. Зэзэмызэ ар ирихьэлӀэрт члисэхэр нэщӀыпсу, иныкъуэхэм деж абы и уазхэр зэпаудырт кӀий макъхэмрэ щӀэнэкӀалъэ псалъэхэмрэкӀэ, кафедрэм къыщыӀуалъэфи къэхъурт. Мызэ-мытӀэу жэхьилхэр абы ирауштурэ, ныкъуэлӀэ хъуху жыхуаӀэу ирагъэукӀащ. ИтӀанэми, ар ипэкӀэ кӀуэрт. Ӏэджэрэ къыхагъащӀэ щхьэкӀэ, абы емызэшыж нэрыгъыр зыхигъэлъу ебгъэрыкӀуэн щӀидзэжырт, арати, япэм папствэм и быдапӀэу щыта къуажэхэм щӀэх дыдэ я куэбжэхэр хузэӀуахын щӀадзэрт ХъыбарыфӀым. Фарель япэ дыдэу лэжьэн щыщӀидзауэ щыта члисэ цӀыкӀум куэд дэмыкӀыу реформаторскэ диныр къищтащ. Морат, Нойхатель къалэхэми католическэ хабзэхэр щагъэзэщӀэн ямыдэж хъуащ икӀи я члисэхэм тхьэнапэхэр къыщӀадзащ. GCKar 211.1
Фарель куэдрэ и гум щигъэфӀат зы хъуэпсапӀэ — протестантизмэм и ныпыр Женевэ къыщиӀэтыну. А къалэр къахуэзэуатэмэ, ар Франциеми, Швейцариеми, Италиеми щекӀуэкӀ Реформацэм къалащхьэ яхуэхъунут. А мурадыр иӀэу егугъуу къыпищащ абы и лэжьыгъэм, Женевэ къэзыухъуреихь къалэ куэдымрэ жылэ куэдымрэ реформаторскэ гъэсэныгъэр къамыщтэху. ИтӀанэщ ар и ныбжьэгъу закъуэр щӀыгъуу Женевэ щыдыхьар. Ауэ абы уазитӀ къудей щыжиӀэфауэ аращ. Къалэм и тетхэм абы укӀ къытрагъэлъхьэн щоджэнхэм щалъэмыкӀым, Фарель къраджащ я члисэ хасэм, ар яукӀыну мурад быдэ ящӀауэ, я абэ щӀагъхэм щагъэпщкӀуауэ Ӏэщэ здыщӀахьа зэӀущӀэм. Унэр къаухъуреихьырт хьэӀуцыдзым хуэдэу къызэкӀуэкӀа цӀыху гупышхуэм, баш гъумыщӀэхэрэ джатэхэрэ яӀэщӀэлъу — икӀи ар а унэм щыщӀэпхъуэжыфамэ, жэхьилхэм яӀэщӀыхьэнут. Ар къезыгъэлар зэщӀэузэда зауэлӀхэр ящӀыгъуу къалэм и тетхэр а хасэм зэрыщыӀарщ. КъыкӀэлъыкӀуэ пщэдджыжьым Фарель и ныбжьэгъур щӀыгъуу гуэлым зэпрагъэсыкӀри шынагъуэншэ щӀыпӀэ ягъэкӀуащ. Апхуэдэ щӀыкӀэу иухащ абы Женевэ япэу Инджылыр щигъэӀуну яужь зэрихьауэ щытар. GCKar 211.2
ЕтӀуанэу а Ӏуэхум ар яужь ихьащ нэхъ гу зылъумытэн Ӏэщэ къигъэсэбэпу — щӀалэщӀэ апхуэдизу фэншэ, уеблэмэ, Реформацэм и ныбжьэгъухэми щӀыӀэ-щӀыӀэу ирагъэблэгъар. Сытыт хуэщӀэнур а щӀалэ танэм езы Фарель къыщыхагъэщӀа щӀыпӀэм? Дапхуэдэ щӀыкӀэут ар, а мычэмыфэр, гъащӀэм иджыри хэзымыщӀыкӀыр, къызэрызэтенэнур апхуэдизу лӀы лъэщ икӀи хахуэхэр щӀэзыгъэпхъуэжа борэныр къыщытегуплӀэкӀэ? «Дзэрэ къарукӀэкъым, атӀэ си Дух ЛъапӀэмкӀэщ, жеӀэр Зиусхьэну уафэм и Дзэпщым” (Зах. 4:6). «Тхьэм къыбгъэдэкӀа мыӀущыгъэу ябжыр, цӀыхухэм я Ӏущыгъэм нэхърэ нэхъ лъагэщ икӀи къарууншэр Тхьэм щӀыгъумэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ лъэщщ”. «Аращи, Тхьэм къыхихар мы дунейм яфӀэакъылыншэхэрщ, Ӏущхэр игъэукӀытэн папщӀэ» (1 Кор. 1:25,27). GCKar 212.1
Фромент школ егъэджакӀуэу иублащ и лэжьыгъэр. Сабийхэм абы яригъащӀэ пэжыгъэхэр унэм къыщапщытэжырт. Арати, щӀэх дыдэ адэ-анэхэм къэкӀуэн щӀадзащ, Библиер гурыӀуэгъуэ зэращӀым едэӀуэн папщӀэ, аурэ, хуэм-хуэмурэ классым и пэшым щӀэз хъууэ хуежьащ я тхьэкӀумэр гъэхуауэ даӀуэхэр. ГъэсэныгъэщӀэм щӀэдэӀун папщӀэ къэкӀуэну темыгушхуэфахэм иратырт ирагъэджэну ЗэгурыӀуэныгъэщӀэмрэ трактатхэмрэ; а тхылъхэр псоми я дежкӀэ гурыӀуэгъуафӀэхэт. Зы зэман дэкӀри, а лэжьакӀуэри щӀэпхъуэжын хуей хъуащ, ауэ абы игъэӀуа пэжыгъэхэр цӀыхухэм я акъылым хэпща хъуакӀэт. Реформацэм и жылэхэр щӀыгулъым хадзат, зэщӀэхъееныгъэр кӀуэ пэтми нэхъ лъэщ хъурт икӀи нэхъ зиубгъурт. ХъыбарыфӀзехьэхэм къагъэзэжащ икӀи абыхэм я лэжьыгъэм и фӀыгъэкӀэ Тхьэр щагъэлъапӀэ протестант зэӀущӀэхэр, икӀэм-икӀэжым, Женевэ щекӀуэкӀ хъуащ. GCKar 212.2
Зыкъомрэ Ӏэпхъуэшэпхъуа нэужь, бэӀутӀэӀу Ӏэджэ къызэринэкӀа нэужь, мыбдежым Кальвин къыщыщыщӀидзым, Женевэ къызэӀухауэ Реформацэм и телъхьэ хъуакӀэт. Кальвин и адэжь щӀыналъэ къикӀыжу Базель кӀуэжырт, ауэ гъуэгур Карл V-м и дзэм зэхуащӀауэ къыщӀэкӀащ, арати, ӀэмалыншагъэкӀэ абы къыхихын хуей хъуащ нэгъуэщӀ гъуэгу Женеви дыхьэу. GCKar 213.1
Кальвин къызэрыкӀуам Фарель хилъэгъуащ Тхьэм и Ӏэмыр. Женевэ реформаторскэ диныр къищта щхьэкӀэ, мыбдежым иджыри щегъэкӀуэкӀын хуейт лэжьыгъэшхуэ. Тхьэм зэрызыхуагъэзэжыр цӀыху гупышхуэхэукъым, атӀэ зы цӀыху къэс щхьэхуэущ; абы игури и напэри къызэрыщӀэрэщӀэжри хасэхэм я унафэкӀэкъым, атӀэ Дух ЛъапӀэм и лэжьыгъэкӀэщ. Женевэ дэсхэм Римым и тепщэныгъэр ямыдэж щхьэкӀэ, абы игъэбэгъуауэ щыта гуэныхьхэр зыханыну ахэр иджыри хуэхьэзыртэкъым. Тхьэр къазэрыщыгугъыр ягъэпэжын хуэдэу, Инджылым и хабзэ къабзэхэм тету псэуну зэрыхуейр цӀыхухэм я фӀэщ пщӀыныр — ар лэжьыгъэ мытыншу къыщӀэкӀащ. GCKar 213.2
Фарель шэч къытрихьэртэкъым а Ӏуэхум ехьэлӀауэ Кальвин дэлэжьэгъу пщӀы хъун цӀыхуу зэрыщытым. Тхьэм и хьэтыркӀэ абы а щӀалэщӀэр, Инджылым и лэжьакӀуэр, хигъэзыхьырт къанэу мыбдеж щылэжьэну. А Ӏуэхум Кальвин игъэшынащ. ЩтэӀэщтаблэу икӀи къайгъэншэу щыт щӀалэр Женевэ дэсхэм ӀущӀэну хуейтэкъым, ахэр нэшхуэгушхуэу, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу икӀи губжьыгъуафӀэу зэрыщытым щхьэкӀэ. И узыншагъэр зэрымыщӀагъуэм икӀи щӀэныгъэм дихьэхыу здэщытым, ар цӀыхухэм яхэту псэуну хуейтэкъым, лъэныкъуэегъэзыпӀэ къигъуэтмэ нэхъ къищтэрт. Абы къилъытэрт и Ӏэрытххэр Реформацэм ӀэджэкӀэ нэхъ сэбэп хуэхъуну езым нэхърэ, арати, щеджэфын щӀыпӀэ щэху къигъуэтыну хуейт, и тхыгъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуну икӀи иущиину члисэр. Ауэ Фарель ифӀэщу къызэрелъэӀуар абы къыщыхъуащ уафэм и макъыу, арати, тегушхуэфакъым ар игъэщӀэхъун. Абы къыщыхъурт «Тхьэм и Ӏэр уафэм къришиикӀыу и дамэм къытеӀэбауэ, хьэуэ лъэпкъи емыдаӀуэу, Кальвин къигъэнэну зытемыпыӀэ щӀыпӀэм щигъэлэжьэну щигъэувауэ». GCKar 213.3
Абы хэту протестантхэм шынагъуэшхуэ къакӀэщӀэзэрыхьащ. Женевэ къытещэщащ папэм и анафемэхэр икӀи къэрал лъэщхэм ар ягъэкӀуэдыну къыхуэдалъэрт. Дауэ хузэфӀэкӀынт апхуэдэ къалэ цӀыкӀум лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ иерархием пэщӀэтыфын, королхэри императорхэри Ӏэджэрэ зыгъэӀурыщӀэфу щытам? Дауэт къызэрелыфынур къэзэуакӀуэ инхэм я дзэм ар? GCKar 213.4
Протестантизмэм чристэн дунейм дэнэкӀи къыщыхуэдалъэрт бий шынагъуэхэр. Реформацэм и япэ текӀуэныгъэм и зэманыр блэкӀат; Римым къаруущӀэ зэхуихьэсат, ар игъэкӀуэдын и мураду. Абы ирихьэлӀэу иезуитхэм я орден къызэрагъэпэщащ — нэхъ гущӀэгъуншэ дыдэр, шынэ-укӀытэ зимыӀэр, къэзыгъэувыӀэн щымыӀэу, лъэщу папствэм щӀэкъуар. Дуней гъащӀэм езыпхын лъэпкъ къызыхуамыгъэнэжауэ, цӀыхум иӀэ хабзэ гурыщӀэхэмрэ хъуэпсапӀэхэмрэ я гум щамыхъумэжу, напэмрэ акъылымрэ и макъ щӀэмыдэӀужу, абыхэм хабзэ лъэпкъи, къалэн лъэпкъи къафӀэӀуэхужыртэкъым, зыри кърадзэжыртэкъым я орденым хуэлэжьэным фӀэкӀа, я хьэкъ закъуэу ябжыр я орденым и тепщэныгъэм зэрызрагъэубгъунырт. Мэсихь и Инджылым и лъэныкъуэгъухэр ищӀырт сыт хуэдэ шынагъэми щымыщтэу ӀущӀэфхэу, гугъуехьхэр яшэчыфу, щӀыӀэри, мэжалӀэри, щыщӀэныгъэхэри, хуэныкъуэныгъэхэри икӀи пэжыгъэм и ныпыр лъагэу Ӏэтауэ яӀыгъыфыным къадэӀэпыкъурт, ӀэпкълъэпкъкӀэ хьэзаб яшэчынми, тутнакъми, мафӀэми щымышынэу. А къарум иезуитхэм пэщӀагъэуващ я фанатизмэр, апхуэдэ гугъуехьхэри шынагъэхэри яшэчыфыну къадэӀэпыкъуу щытар, сыт хуэдэ Ӏэмал къагъэсэбэпынми щымымэхъашэу. ЩӀэпхъаджагъэ абыхэм ямылэжьыфын щыӀэтэкъым; пцӀы, къагъэсэбэпынкӀэ икӀагъэу абыхэм ялъытэн щыӀэтэкъым; хьилагъэ къамыгъэсэбэпыфыни щыӀэтэкъым. ИгъащӀэкӀэ факъырэу, я орденым хуэӀурыщӀэу щытыну тхьэ щаӀуэкӀэ абыхэм мурад зыхуагъэувыжырт — я орденыр къулей икӀи нэхъ лъэщ ящӀыныр, протестантизмэр ягъэкӀуэдыныр икӀи папствэм и тепщэныгъэр зэфӀагъэувэжыныр. GCKar 213.5
Орденым щыщхэм щихъыфэ зытрагъауэурэ цӀыхухэр къагъапцӀэрт, тутнакъхэмрэ сымаджэщхэмрэ кӀуэурэ, къулейсызхэмрэ сымаджэхэмрэ ядэӀэпыкъуурэ, дуней Ӏуэхухэр къызэрагъэнар къыхагъэщырт икӀи псоми ягу къагъэкӀыжырт дэнэкӀи къыщикӀухьыурэ ӀуэхуфӀхэр зыщӀэу щыта Хьиса и цӀэ лъапӀэр зэрызэрахьэр. Ауэ фэ дахэ зытрагъауэ щхьэкӀэ, Ӏэджэрэ абыкӀэ щӀахъумэрт я щӀэпхъаджагъэхэмрэ я хьэкӀэкхъуэкӀагъэ мурадхэмрэ. Орденыр зытет принцип нэхъыщхьэр зыт: мурадым егъэзахуэр къэбгъэсэбэп Ӏэмалыр. А еплъыкӀэм ипкъ иткӀэ, пцӀыри, дыгъуэнри, щэхурыпхъуагъэри, цӀыху укӀынри зэрагъэзахуэм имызакъуэу ягъэдахэрт, члисэр зыхуейхэм хуэлэжьэф къудеймэ. ИпэжыпӀэкӀэ яӀэ мурадхэр ябзыщӀурэ, иезуитхэм зэрагъэгъуэтырт къэралым мыхьэнэшхуэ щызиӀэ къулыкъухэр, королым и чэнджэщэгъуу зрагъэувын зылъагъэкӀырт икӀи къэрал куэдым я политикэм хэпщэфӀыхьыфхэрт. Абыхэм ӀуэхутхьэбзащӀи защӀыфырт, я зиусхьэнхэм я тӀасхъэщӀэх хъун папщӀэ. Апхуэдэу колледжхэр къыхузэӀуахырт пщыхэм я бынхэм, еджапӀэхэр къыхузэӀуахырт цӀыху къызэрыгуэкӀхэм, протестант унагъуэхэм я сабийхэм папскэ хабзэхэр ирагъэгъэзэщӀэн папщӀэ. Я къулеягъэр къагъэлъагъуэу, театрым хуэдэу я дин хабзэхэр щӀрагъэкӀуэкӀтэр, цӀыхум и акъылыр ягъэункӀыфӀурэ къащыхъухэм къыхуагъэушын папщӀэт. Абы кърикӀуэу сабийхэр щхьэхуитыныгъэм и купщӀэ нэхъыщхьэхэм епцӀыжырт, апхуэдизу лӀыгъэ яхэлъу я адэжьхэм ялъ щӀату зыщӀэбэнахэр. А орденым псынщӀэу зыщиубгъуащ Европэ псом икӀи дэнэкӀи сэбэп щыхуэхъут папствэр зэфӀагъэувэжыным. GCKar 214.1
А орденым тепщэныгъэ нэхъыбэ ӀэщӀигъэхьэн папщӀэ, папэм декрет щхьэхуэ къыдигъэкӀащ инквизицэр къригъэжьэжу. Псори яфӀэгущыкӀыгъуэу абы къеплъ щхьэкӀэ къамыгъанэу, а узижэгъуэн трибуналыр папэм хиха Ӏэтащхьэхэм щызэфӀагъэувэжащ, уеблэмэ, католическэ къэралхэми. ХьэкӀэкхъуэкӀагъэ апхуэдизу шынагъуэхэр, махуэ нэхум къыщӀигъэщу пхуэмылэжьынухэр, тутнакъ щэхухэм щащӀэрт. Къэрал куэдым щаукӀащ е кърахуащ цӀыху мин щэ бжыгъэхэр, лъэпкъым я нэхъыфӀхэр: цӀыху пэжхэрэ щэджащэхэр; щӀэныгъэшхуэ зиӀэхэрэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъхэр; Тхьэм фӀэлӀыкӀхэрэ хуэпэж уазтакӀуэхэр; лэжьакӀуэхэрэ зи хэкур фӀыуэ зылъагъухэр; щӀэныгъэлӀ нэсхэр; сурэтыщӀ Ӏэзэхэр; ӀэщӀагъэлӀ гъуэзэджэхэр. GCKar 215.1
Апхуэдэ Ӏэмалхэм хуекӀуащ Римыр, Реформацэм и нэхур игъэункӀыфӀын щхьэкӀэ, цӀыхухэм Библиер къатрихыу, курыт лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀым и жэхьилыгъэмрэ и суевериехэмрэ хидзэн папщӀэ. Ауэ Тхьэм и ӀэмыркӀэ, Лютер и лэжьыгъэм къыпызыща лӀы угъурлыхэм я ӀэдакъэщӀэкӀхэм я фӀыгъэкӀэ протестантизмэр кӀуэдыжакъым. ГъащӀэ къыпхэзылъхьэ къару абы зэрыхэлъар зи фӀыщӀагъэр пщыхэм я гущӀэгъуркъым, хьэмэрэ я Ӏэщэхэркъым. Протестантизмэм щӀэгъэкъуэн хуэхъурт къэрал нэхъ цӀыкӀухэр, лъэпкъ нэхъ Ӏэдэб, нэхъ мащӀэхэр. Псалъэм папщӀэ, Женевэ, щӀыпӀэ нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщыр, ар зэрагъэкӀуэдыным егупсыс бий лъэщхэм къаухъуреихьу щытар; Голландиер, хы Севернэ жыхуаӀэм и Ӏуфэ пшахъуэщӀым Ӏусар, лӀыгъэ зэрихьэу пэщӀэтар Испанием и тепщэныгъэм, а зэманым дунейм къэралу тетхэм я нэхъ инхэм, я нэхъ къулейуэ щытахэм ящыщам; Швеция щӀыӀэр, зи щӀыналъэхэр хъерыншэр, Реформацэм текӀуэныгъэ къыщихьар. GCKar 215.2
Илъэс щэщӀ хуэдизкӀэ Кальвин щылэжьащ Женевэ — Члисэ зэхишэн папщӀэ, цӀыхухэм я зэхущытыкӀэн хуейм теухуауэ Библием и гъэсэныгъэ къабзэм фӀэкӀа темытыну, итӀанэ — Реформацэм Европэ псом зыщригъэубгъуным егугъуащ. Абы цӀыхубэм яхилэжьыхьа Ӏуэхухэр псори щыуагъэншэу щытауэ пхужыӀэнукъым, и доктринэхэми щхьэрыуагъэхэри хэтащ. Ауэ абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищӀащ пэжыгъэм зегъэубгъуным, я зэманым ехьэлӀауэ мыхьэнэшхуэ зиӀэу щытахэм; протестантизмэр хъума хъуным, зи лъэкӀыныгъэр псынщӀэу зэфӀэзыгъэувэж папствэм пэщӀэтыфын папщӀэ; ар дэӀэпыкъуащ реформаторскэ члисэхэр къызэрыгуэкӀыныгъэм икӀи гъащӀэ къабзэм и гъуэгу теувэным, папэм и тещэныгъэм щыбэгъуа пагагъэмрэ зэкӀуэкӀыныгъэмрэ япигъэуву. GCKar 215.3
Женевэ егъэджакӀуэхэр дэнэкӀи игъакӀуэрт реформаторскэ гъэсэныгъэмрэ тхылъхэмрэ цӀыхухэм хуаригъэхьу. Дэнэ къэрали щызэрахуэхэр абы къыхуэплъэрт, дэӀэпыкъуныгъэрэ гъэсэныгъэрэ хуэныкъуэу. Кальвин и къалэр зыгъэпщкӀупӀэ яхуэхъуащ КъухьэпӀэ Европэ псом щызэрахуэ реформаторхэм. Илъэсищэ бжыгъэкӀэ екӀуэкӀа зехуэныгъэ шынагъуэхэм зыкърагъэлу, я хэкухэр зыбгынэн хуей хъуахэр Женевэ и куэбжэм къекӀуалӀэхэрт. МэжалӀэхэрэ ягъэпудахэр, я унагъуэхэмрэ я адэ хэкужьхэмрэ хагъэкӀыжахэр мыбдежым гуапэу щрагъэблагъэрти, зыхуеи щрагъэгъуэтырт. ХэкущӀэ ягъуэтауэ, ахэр нэфӀщыхуэныгъэ яхуэхъурт бысым щагъуэта къалэм, я ӀэщӀагъэкӀи я щӀэныгъэкӀи, Тхьэр зэрагъэлъапӀэмкӀи яфӀ ирагъэкӀыу. Куэдым мыбдежым щхьэегъэзыпӀэ шынагъэншагъэ къыщагъуэта нэужь, я щӀыналъэ ягъэзэжащ, Римым и тепщэныгъэ залымыгъэм пэщӀэтынхэ папщӀэ. Джон Нокс, шотландскэ реформатор хахуэм; английскэ пуритан зыкъомым; голландскэ икӀи испанскэ протестантхэм; француз гугенотхэм — абыхэм псоми Женевэ икӀыу пэжыгъэм и нэхур зэрахьащ, къыщалъхуа я щӀыналъэр щӀэзыуфа кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀахун папщӀэ. GCKar 216.1