Бэнэныгъэ ин

12/46

11 ӀЫХЬЭ—ПЩЫХЭР ЗЫЩӀЭБЭНАР

Реформацэм къыдэщӀу фӀы дыдэу къыдэӀэпыкъуахэм ящыщ зыщ Германие къэралым и сеймым, Шпейер къалэм 1529 гъэм щекӀуэкӀам, пщыхэм щащӀа протестыр. Тхьэм и цӀыхухэм лӀыгъэуи, фӀэщхъуныгъэуи, таучэлуи яхэлъамкӀэ къазэуащ къэкӀуэну щӀэблэм диным ехьэлӀа щхьэхуитыныгъэ, икӀи езыр-езыру гупсысэну хуитыныгъэ яӀэныр. А протестым иужькӀэ реформацэм тет члисэм протестантскэкӀэ еджэ хъуащ. А протестым и купщӀэм къегъэлъагъуэр «протестантизмэр зищӀысыжыр”. GCKar 179.1

Реформацэм дежкӀэ махуэ кӀыфӀхэр, шынагъуэхэр къэунэхуат. Лютер хабзэм щӀэмыту зыгъэӀуа, абы и гъэсэныгъэхэр зыгъэхьэрэма Вормсскэ эдиктым къыпэмынэу къэралым кӀуэ пэтми нэхъыбэу зыщиубгъурт нэгъуэщӀ диныр шэчыным. Тхьэм и Ӏэмырым къыжьэдикъуэрт пэжыгъэм къебэн къарухэр. Карл V-м мызэ-мытӀэу и мурадат Реформацэр зэхэзыкъутэн удын иридзыну, ауэ икӀуэтыжын хуей хъурт. Зэман-зэманкӀэрэ къыпщыхъут, фӀэкӀыпӀэншэу кӀуэдыжыгъуэр къапэплъэу псоми, Римым пэщӀэувэну тегушхуэхэм, ауэ Ӏуэхур хэплъэгъуэ щыхъу дакъикъэхэм деж, къуэкӀыпӀэ гъунапкъэм къыщыхутэхэрт тыркудзэр е Францием и пащтыхьыр, е езы папэ дыдэр, императорым и лъэщагъэм кӀуэ пэтми зэрыхэхъуэм ефыгъуэу къеплъыр, — зауэм щӀидзэрти, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зэныкъуэкъу зэрызехьэхэм яхэту Реформацэр нэхъ хуабжьыж хъут икӀи зиубгъут. GCKar 179.2

ИкӀэм-икӀэжым, папскэ монарххэм я зэбииныгъэр къызэранэкӀри, зэгухьащ, зэгъусэу реформаторхэм ебэнын папщӀэ. Къэралым и сейм 1526 гъэм Шпейер къалэ щызэхашам, нэмыцэхэм я щӀыналъэ дэтхэнэми хуитыныгъэ яритат диным ехьэлӀа упщӀэхэмкӀэ, Дунейпсо хасэр зэхамышэху, ауэ апхуэдэу дичыхыну императорыр хэзыгъэзыхьа шынагъэр зэрыблэкӀыу, занщӀэу императорым 1529 гъэм етӀуанэрей сеймыр зэхуишэсащ ересыр игъэужьыхын папщӀэ. Унафэ къащтат пщыхэр мамыру Реформацэм пӀэщӀэтыфмэ еплъыну, ауэ къемыхъулӀэ хъумэ, Карл хьэзырт джатэр зыдигъэӀэпыкъуну. GCKar 179.3

Папэ и телъхьэхэр гуфӀэхэрт. Шпейер лӀыкӀуэшхуэ къигъэкӀуам я мурадтэкъым реформаторхэри ахэр зи жьауэ щӀэзыгъэтхэри зэрагъэбийр щӀахъумэну. Меланхтон итхат: «Дунейм дежкӀэ дэ дыхъуащ гущыкӀыгъуэ, цӀыху зэкӀуэкӀа, ауэ Мэсихь и лъэпкъ тхьэмыщкӀэм гущӀэгъу хуищӀынщи, къригъэлынщ”. Сеймым къэкӀуа пщы-протестантхэр хуиттэкъым, икӀэрауэ, къыщыувыӀа унэхэм Инджылыр щагъэӀуну. Ауэ Шпейер къалэ дэсхэр хуэлӀэрт Тхьэм и Псалъэр зэхахыну, арати, хуит зэрамыщӀами емыплъу, цӀыху мин бжыгъэхэр курфюрст Саксонскэм и тхьэлъэӀупэ унэм щызэхуэсхэрт. GCKar 180.1

Абы кризисым нэхъ щӀигъэхуэбжьащ. Императорым сеймым зыхуигъэзащ, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэну къащта унафэр якъутэжыну, къэхъуа хьэлэбэлыкъ инхэм ар щхьэусыгъуэ яхуэхъуащ жиӀэу. А залымыгъэм пщы-протестантхэр зэгуигъэпащ икӀи игъэгузэващ. Абыхэм ящыщ зым гу лъитащ: «Аргуэрым Мэсихь Каиафэрэ Пилатрэ яӀэщӀэхьауэ аращ». Римскэ дин-лэжьакӀуэхэр нэхъри къызэщӀэплъэхэрт. Зы папист-фанатикым жиӀащ: «Тыркухэр лютеранхэм нэхърэ нэхъыфӀщ, ахэр нэщӀ исщ, атӀэ лютеранхэм апхуэдэу ящӀэркъым. Тхьэм и Псалъэмрэ блэкӀам Члисэм иӀа щхьэрыуагъэхэмрэ уахэдэмэ, дэ япэр къыпедгъэхын хуейщ”. Меланхтон итхащ: «Махуэ къэс Фабер мывэщӀэкӀэ къытхоуэ Инджылым и хъыбарыфӀзехьэхэм». GCKar 180.2

ДинымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэныр къэрал унафэу къащтати, протестант Ӏуэхум хэт пщыхэм мурад ящӀащ я хуитыныгъэхэр зэракъутэм щхьэкӀэ бэнэну. Вормсскэ эдиктым ипкъ иткӀэ, Лютер, иджыри къэралым гужьгъэжь къыхуиӀэти, хуиттэкъым Шпейер кӀуэну, ауэ абы и пӀэкӀэ кӀуат и акъылэгъухэмрэ пщыхэмрэ, и Ӏуэхум къыщхьэщигъэжыну Тхьэм игъэӀущахэр. ЦӀыху угъурлы Фридрих Саксонскэр, япэм Лютер зи жьауэм щӀэзыгъэтар, дунейм ехыжат, ауэ абы и тахътэм дэкӀуея и къуэшым, герцог Иоганн Реформацэр и гуапэти, мамырыгъэм хущӀэкъуу, жыджэрагъи лӀыгъэ куэди къигъэлъагъуэу, фӀэщхъуныгъэ пэжым и Ӏуэху дигъэкӀыу ныкъуэкъуащ. GCKar 180.3

Дин-лэжьакӀуэхэм къагъэувт Реформацэр къэзыщта пщыгъуэхэм, псалъэмакъ лъэпкъ къыхамыгъэкӀыу Римым и юрисдикцэм щӀэувэну. Реформаторхэр хуейт япэм ягъэӀуа хуитыныгъэр къаӀэрыхьэну. Ахэр арэзы техъуэфынутэкъым апхуэдизу яфӀэфӀу Тхьэм и Псалъэр къэзыщта щӀыналъэхэр аргуэру Римым и тепщэныгъэм щӀэхуэжыну. GCKar 180.4

ИкӀэм-икӀэжым, къыхалъхьащ зыр зым худачыхыу, лъэныкъуитӀри арэзыуэ унафэ къащтэну: Реформацэр лъэ быдэкӀэ иджыри щымыува щӀыпӀэхэм, Вормсскэ эдиктым къару щиӀэу, ауэ «иджыри Реформацэр лъэпкъым къыщамыщта щӀыпӀэхэм, Вормскэ эдиктыр щыбгъэзэщӀэным хьэлэбэлыкъ къыхэкӀынкӀэ хъунумэ, абы и Ӏуэху зэрамыхуэну, ауэ реформэ лъэпкъи щрамыгъэкӀуэкӀыну а щӀыпӀэхэм, уазхэр щаткӀэ зэдауэ къэзыхьынкӀэ хъуну упщӀэхэр къамыӀэтыну; мессэр егъэкӀуэкӀыным зэран хуэмыхъуну икӀи католикхэр хуит ямыщӀыну лютеранствэр къащтэну». GCKar 180.5

А унафэр гъащӀэм хапщатэмэ, «Реформацэм зыщиубгъуфынутэкъым... щӀыпӀэщӀэхэм икӀи лъэ быдэкӀэ щыувыфынутэкъым... ар нобэ здэщыӀэ щӀыпӀэхэм». Тхьэм и Псалъэр бгъэӀуну хуитыныгъэ зекӀуэнутэкъым, дин пэжым цӀыхухэр къытепшэну Ӏэмал щыӀэнутэкъым. Реформацэм и телъхьэхэм хуагъэувырт пӀалъэ имыӀэу а унафэр, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр дэзыкъузэр къащтэну. Дунейм папщӀэ гугъэр кӀуэдыпауэ къыпщыхъурт. «Римскэ иерархиер зэфӀэгъэувэжыным. фӀэкӀыпӀэншэу япэрей щӀэпхъаджагъэхэр къишэжынут» икӀи занщӀэу щхьэусыгъуэ тынш къагъуэтынут «реформацэр зэхакъутэжыпэным, арыншауи къагъэтӀэсхъар» фанатизмэмрэ зэныкъуэкъуныгъэхэмрэ. GCKar 181.1

Зэчэнджэщыну зэхуэза, протестантскэ партием и лӀыкӀуэхэр, гузавэу икӀи Ӏэнкуну, зыр адрейм еплъыжхэрт. Псоми къажьэдэкӀыр зы упщӀэт: «Сыт тщӀэнур?» А упщӀэм и жэуапым мыхьэнэшхуэ иӀэт дуней псом ехьэлӀауэ. Реформацэм и тетхэр арэзы техъуэну унафэщӀэр къащтэну? Пэж дыдэу а зэхэгъэкӀыпӀэ сыхьэтым реформаторхэм еплъыкӀэ мытэмэмыр къыхахыныр Ӏэмалыншагъэу щыту я фӀэщ ящӀыныр сыту тыншт! Дапхуэдиз щхьэусыгъуэ екӀухэр, захуагъэ щыхьэтыгъэхэр къагъуэтыфынут абыхэм, сеймым зэредэӀуахэм щхьэкӀэ загъэзэхуэжын папщӀэ! Лютеранскэ пщыхэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ къратат, шэсыпӀэ хуиувэжхэу. Апхуэдэ ефӀэкӀыныгъэ къаӀэрыхьэрт, а унафэр къыдэкӀын ипэ, Реформацэм и лъэныкъуэ хъуахэм. Дауэ хъун ар абыхэм яфӀэмащӀэу? Дапхуэдиз шынагъэ фӀэкӀыфынут ахэр, унафэщӀэм едаӀуэхэмэ! ЕмыдаӀуэ хъумэ ямылейуэ сыт хуэдэ борэнышхуэрэ уафэгъуагъуэшхуэрэ къапэплъэнур? ПщӀэну щыткъым, къэкӀуэнум зэгуэрым нэхъ щытыкӀэфӀхэр къэунэхуну? Еуэ, къыхэтхынщ мамырыгъэр; къэтщтэнщ Римым къытхуигъэлъагъуэ инжир къудамэри, деӀэзэнщ Германием и уӀэгъэхэм. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ еугупсысурэ, реформаторхэм къащтэфынут сеймым къыхилъхьа компромисс унафэр, щӀэх дыдэу я зэщӀэхъееныгъэм кӀэ къыхуэзыгъэкӀуэнур. GCKar 181.2

«Ди насыпти, фӀэщхъуныгъэшхуэм и унафэм щӀэту ялэжьырт абыхэм ящӀэ псори икӀи абыхэм гулъытэшхуэ хуащӀащ а къащтэну зыхуейуэ къыхалъхьа унафэр зытет принципым. Сытыт ар зищӀысыр? Ар Римым иӀэ хуитыныгъэрт цӀыхум и напэр хигъэзыхьу икӀи хуиту гупсысэну имыдэу. Ауэ езыхэм я щхьэкӀи я тепщэм щӀэт протестантхэми динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ кърамытрэт? Пэжщ, къратат, ауэ гущӀэгъу зыхуащӀахэм хуэдэут, зэгурыӀуэныгъэм хэхауэ и гугъу щащӀауэ, атӀэ хуитыныгъэм хуэмыдэу. Ауэ адрейхэм я гугъу пщӀымэ, зэгурыӀуэныгъэм хэмытахэм, абыхэм я деж япэми хуэдэу властым и культыр къыщынэрт, цӀыхухэм я щхьэхуитыныгъэр къафӀэӀуэхуртэкъым, Римыр зэи щымыуэ хеящӀэу къанэрт, зызыхуэбгъэщхъын хуейуэ. Къыхалъхьа зэгурыӀуэныгъэр къащтэным къикӀыр, протестантскэ Саксонием фӀэкӀа динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щымыӀэным арэзы утехъуэнырт, адрейуэ, чристэн дуней псом хуиту гупсысэныр, Реформацэм урителъхьэныр щӀэпхъаджагъэу щытынут икӀи тезыр къыкӀэлъыкӀуэнут — тутнакърэ мафӀэрэ. Арэзы техъуэфынут ахэр динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр щӀыпэ щхьэхуэм фӀэкӀа щымыӀэну, гъунапкъэхэр хуагъэувыну, абы къыдэкӀуэу арэзы утехъуэн хуейуэ афӀэкӀа зыми фэщхъуныгъэщӀэр къызэрыхуэмыщтэным? Абыхэм яхужыӀэнут, Римым и къарур здынэс щӀыналъэхэм Римым и тепщэныгъэр игъащӀэкӀэ щагъэувыну? Лажьэ зимыӀэхэу забжыжыфынут реформаторхэм, а компромиссым кърикӀуэу папскэ къэралхэм зи гъащӀэр зрагъэтыну цӀыху щэ бжыгъэхэм, мин бжыгъэхэмхэм я лъыр щыщагъажэкӀэ? Абы къикӀыр нэхъ псэзэпылъхьэпӀэ дыдэ сыхьэтым Инджылымрэ чристэн хуитыныгъэмрэ уепцӀыжынырт”. Хьэуэ, апхуэдэу ящӀэным нэхърэ абыхэм нэхъ къащтэнущ «яӀэ псори ятыныр: увыпӀэу яӀэри, мылъкуу яӀэри, я гъащӀэри”. GCKar 181.3

«Дэ дыарэзыкъым а унафэмкӀэ, — жаӀащ пщыхэм. — Напэм теухуа упщӀэхэм, нэхъыбэм я еплъыкӀэм къару иӀэкъым». Депутатхэм жаӀащ: «Империер зыгъатхъэ мамырыгъэр, — зи фӀыщӀэр 1526 гъэм къыдэкӀа декретырщ. А декретыр пкъутэжмэ, Германием щыз щыхъунущ зэрызехьэхэмрэ зэныкъуэкъухэмрэ. Сеймыр хуиткъым нэгъуэщӀ ищӀэну, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэным дэӀэпыкъуным нэмыщӀ, хасэр зэхамышэху”. Напэм и щхьэхуитыныгъэ щигъэӀэныр — ар къэралым и къалэнщ, мыбдежым щыблокӀ дин ӀуэхухэмкӀэ къэралым иӀэ хуитыныгъэм и гъунапкъэр. Дин гъащӀэр игъэтэмэмыну е гражданскэ законхэмкӀэ диныр цӀыхухэм яхипщэну яужь ит сыт хуэдэ Правительствэми апхуэдизу я псэр щӀату чристэн-протестантхэр зыщӀэбэна принципыр ӀэщӀыб ищӀу аращ. GCKar 182.1

Папистхэм мурад ящӀат зрагъэдэӀуэну «ерыщыгъэ удэфа” зыфӀащар. Ахэр яужь ихьат Реформацэм къыщхьэщыжхэм зэгурымыӀуэныгъэ халъхьэну икӀи наӀуэу къыдэмыщӀхэри ягъэшынэну. ИкӀэм-икӀэжым, сеймым къриджэщ къалэ щхьэхуитхэм я лӀыкӀуэхэри, абыхэм яжриӀащ къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу жэуап къратыну: къыхуагъэув щытыкӀэхэм арэзы техъуэрэ ахэр? Ахэр къэлъэӀуащ зэман къратыну, ауэ алейуэт апхуэдэу зэращӀар. Я жэуапыр жрагъэӀэну аргуэру ахэр къыщраджэм, къызэрыщӀэкӀымкӀэ къалэхэм я депутатхэм я зэхуэдитӀыр реформаторхэм ягухьат. ДинымкӀэ щхьэхуитыныгъэ яӀэнымрэ хуиту гупсысэнымрэ зыфӀэзыгъэкӀуэдыну хуэмейхэм фӀы дыдэу зэхащӀыкӀырт къапэплъэр: зэрагъэкъуэншэнур, укӀкӀэ я хьэкумыр зэращӀэнур, зэрызэрахуэнур. Депутатхэм ящыщ зым жиӀащ мыпхуэдэу: «Дэ е Тхьэм и Псалъэм депцӀыжын хуейщ е дагъэсынущ». GCKar 182.2

Императорым и лӀыкӀуэу сеймым щыӀэ король Фердинанд къыгурыӀуэрт унафэм зэгурымыӀуэныгъэшхуэ къызэрихьынур, пщыхэм ар къаригъащтэу и тельхьэ имыщӀмэ. Арати, абы Ӏэзагъыу бгъэдэлъ псори къигъэсэбэпырт ахэр тригъэгушхуэн папщӀэ, фӀыуэ щыгъуазэрти, хигъэзыхьмэ ахэр нэхъыбэжу ерыщ зэрекӀуэнум. Ар елъэӀурт пщыхэм а унафэр къащтэну, «императорыр хуабжьу вгъэгуфӀэнущ», — жиӀэу тригъэчыныхьурэ. Ауэ щӀылъэ пащтыхьхэм нэхърэ нэхъ тепщэныгъэшхуэ зыӀэщӀэлъырт зэдаӀуэр Тхьэм хуэпэж а лӀыхэр, арати, сабыру жэуап къратащ: «Дэ императорым додаӀуэ мамырыгъэр зыхъумэну псомкӀи икӀи Тхьэр зыгъэлъэпӀэну псоми ехьэлӀауэ”. GCKar 183.1

ИкӀэм-икӀэжым, королым Саксонием и курфюрстми абы и лъэныкъуэгъухэми сеймым щӀэсхэм я пащхьэ щажриӀащ, «мыгувэу а эдиктыр къызэрыдэкӀынур императорым и унафэу, икӀи абыхэм къахуэнэжыр нэхъыбэм жаӀэм едэӀуэнырщ». Ар жиӀэри, Фердинанд зэӀущӀэр ибгынащ, реформаторхэм зы Ӏэмал къахуимыгъэнэжу гупсысэнуи жэуап ятынуи. «Алейуэт абыхэм лӀыкӀуэ зэрыхуагъэкӀуар королым, кърагъэгъэзэжыну елъэӀухэу». Абыхэм я упщӀэ псоми зы жэуапщ къаритар: «Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, фыдэӀуэн хуейуэ аращ”,— жиӀэу. GCKar 183.2

Императорым и телъхьэхэм шэч къытрахьэртэкъым, чристэн пщыхэм япэми хуэдэу Тхыгъэ ЛъапӀэр ӀэджэкӀэ нэхъ лъапӀэу зэралъытэм, цӀыхухэм я гъэсэныгъэхэмрэ къагъэувхэмрэ нэхърэ. Абыхэм ящӀэрт а еплъыкӀэр щытепщэ щыпӀэхэм, папствэр, икӀэм-икӀэжым, зэрыщыхагъащӀэр. Ауэ, нэм къилъагъум фӀэкӀа гу лъамытэу, я зэманым псэу цӀыху мин бжыгъэхэми хуэдэу, абыхэм зыкъагъэпцӀэжырт императорымрэ папэмрэ я лъэныкъуэгъухэр реформаторхэм нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщхэу икӀи я еплъыкӀэхэри нэхъ быдэу. Реформаторхэр цӀыхухэм ядэӀэпыкъуныгъэм фӀэкӀа щымыгугъатэмэ, ипэжыпӀэкӀэ къарууншэу къыщӀидзынут, я бийхэм къызэралъытэм хуэдэу. Ауэ ахэр зэрымащӀэми, Римыр къазэрыхуэмыфӀми емылъытауэ, лъэщхэт. Абыхэм зыхуагъэзащ «сеймым и унафэм емыплъу Тхьэм и Псалъэм, император Карл къагъанэри — пщыхэм я Пщыж, тепщэхэм я Зиусхьэныж Хьиса Мэсихь”. GCKar 183.3

Я напэм кърамыгъэзэгъыр Фердинанд къыщыфӀэмыӀуэхум, пщыхэм мурад ящӀащ, ар зэрыщымыӀэм щхьэкӀи къамыгъанэу, икӀэщӀыпӀэкӀэ протест иратыну я къэрал хасэр хагъэплъэн папщӀэ. Декларацэ зэпэщ ягъэхьэзырри сеймым и пащхьэ иралъхьащ: GCKar 184.1

«Дэ протест къыщыдогъэлъагъуэ Тхьэм и пащхьэ, ДыкъэзыгъэщӀа, ди ХъумакӀуэ, ди ЩэхужакӀуэ Закъуэм деж икӀи ди КъегъэлакӀуэ Закъуэм и пащхьэ. Зэгуэрым дэ псоми хьэкум къыттезыщӀэнум и пащхьэ икӀи цӀыху псоми, псэууэ дунейм тет дэтхэнэми я пащхьэ, ди фӀэщу къыжыдоӀэ, дэри, ди лъэпкъри унафэм и зы Ӏыхьэ закъуэкӀи дызэрымыарэзыр, Тхьэми, Тхьэм и Псалъэ ЛъапӀэми, ди напэ къабзэми, ди псэхэр къелынми япэщӀэувэу щытщи. GCKar 184.2

Дауэ дэ къызэрытщтэнур а унафэр?! Дауэ арэзы узэрытехъуэнур, Зиусхьэн Лъэщым зыкъыдигъэцӀыхуну дэтхэнэ зыри дыкъыхуриджэу, абы хэту цӀыхум Тхьэм теухуауэ апхуэдэ щӀэныгъэ зригъэгъуэтыну хуитыныгъэ имыӀэным? Тхьэм и Псалъэм техуэ гъэсэныгъэрщ пцӀы хэмылъу пэжу убж хъунур. Зиусхьэным хуит дищӀыркъым нэгъуэщӀым цӀыхухэр хуедгъэджэну... Тхыгъэ ЛъапӀэр зэхэщӀыкӀыгъуафӀэ зыщӀ тхыгъэхэмкӀэ гурыӀуэгъуэ щӀын хуейщ;. Ар Тхылъ ЛъапӀэщ, чристэнхэр зыхуэныкъуэу, ар гурыӀуэгъуафӀэщ икӀи кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀихуныр и къалэнщ. Тхьэм и гущӀэгъукӀэ дэ мурад дощӀыр къабзэу щыт икӀи ямыхъуэжа Тхьэм и Псалъэм, Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэмрэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэ тхылъхэмрэ ярытхэм фӀэкӀа дымыгъэӀуну, цӀыхухэм къагупсыса лъэпкъ ящӀыдмыгъуу. А Псалъэрщ — пэжыгъэ закъуэу щыӀэр, гъащӀэр зытепщӀыхь хъуну, укъэзыгъэпэжын хабзэу щыӀэр икӀи дэтхэнэ гъэсэныгъэми и лъабжьэу щытын хуейр, абы зэи дыкъигъэпцӀэжынукъым икӀи дыщигъэуэнукъым. А лъабжьэм тетыр Ӏэмал имыӀэу пэщӀэтын хуей мэхъу жыхьэрмэм и къару псоми, ауэ цӀыху пагагъэр Тхьэм и пащхьэ щыхагъэщӀэнущ. GCKar 184.3

А щхьэусыгъуэхэр диӀэу дэ бжьы къыттралъхьэр ддэкъым... Абы хэтуи дыщогугъ, зи щӀыхьыр лъагэ императорыр, псом нэхъапэщи, Тхьэр фӀыуэ зылъагъу чристэным зэрикъалэным хуэдэу къытхущытыну, дызэхищӀыкӀыну, ари, фэ, зи щӀыхьыр ин зиусхьэнхэри, щыгъуазэ фытщӀыну дыхуейщ фӀыуэ фызэрытлъагъухэм икӀи дызэрыфхуэжыӀэщӀэнум, апхуэдэу тщӀэныр ди къалэнщ икӀи ди хьэкъщи». GCKar 184.4

Хуабжьу гъэщӀэгъуэн ящыхъуауэ а декларацэм сеймым гулъытэшхуэ щыхуащӀащ. Апхуэдэ протест къэзыӀэта цӀыхухэм я хахуагъэр куэдым яфӀэтелъыджэ хъуат икӀи хагъэгупсысыхьат. КъэкӀуэнум ехьэлӀауэ абыхэм я нэгу къыщӀыхьэтэр шынагъуэрэ мыгурыӀуэгъуэрэт. Зэныкъуэкъуныгъэхэр, зэбииныгъэхэр икӀи лъыгъажэр узыфӀэмыкӀыфыным хуэдэут къызэрыпщыхъур. Ауэ, реформаторхэм, я Ӏуэхур зэрызахуэм шэч къытрамыхьэу, Тхьэ Лъэщым и къарум щыгугъыу «лӀыгъэрэ быдагъэрэ яхэлът”. GCKar 184.5

Мы цӀэрыӀуэ хъуа протестым къиӀуатэ принципхэрщ протестантизмэр зищӀыс хъужыр къэзыгъэлъагъуэр. А протестыр зыхуэгъэзар диным ехьэлӀа упщӀэхэм щыщу ялэжь щӀэпхъаджагъитӀырщ: светскэ властыр цӀыхум и дин гъащӀэм зэрыхэӀэбэр, итӀанэ, дин-лэжьакӀуэхэм сыт ящӀэнуми хуиту лей зэрызэрахьэр. Протестантизмэм къыжиӀэрт цӀыхум и напэр зэрынэхълъапӀэр светскэ властым нэхърэ икӀи Тхьэм и Псалъэр зэрынэхълъапӀэр Члисэм и щӀыхьым нэхърэ. Диным ехьэлӀа Ӏуэхухэм дуней властыр хэӀэбэныр ямыдэу, протестантхэм апостолхэм ящӀыгъуу жаӀэр: «ЦӀыхухэм нэхърэ нэхъыбэу Тхьэм дедэӀуэн хуейщ”. Протестантхэм Хьиса Мэсихь и тажыр Карл V-м ейм нэхърэ нэхъ лъагэу яӀэтащ. «ЦӀыхухэм къагупсысауэ щыӀэ гъэсэныгъэ псори, Тхьэм и пэжыгъэм хуэлэжьэным хуэӀурыщӀэн хуейщ”. Протестантхэм апхуэдэуи къыжаӀащ диным ехьэлӀа я еплъыкӀэхэм, я фӀэщ хъухэм къызэӀухауэ тепсэлъыхьыну хуитыныгъэ яӀэн зэрыхуейр. Ахэр зыхуейр езыхэм я фӀэщ хъуным, езыхэр дэӀуэным и закъуэтэкъым, атӀэ Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэхэр цӀыхухэм ирагъэщӀэну хуейт, дин-лэжьакӀуэхэмрэ светскэ властымрэ зыкӀи а Ӏуэхум хэӀэбэныр ямыдэу. Шпейер къалэ щащӀа протестым, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щымыгъэӀэныр зымыдам, цӀыху псоми щхьэхуитыныгъэ яӀэу жиӀэт, щхьэж и напэм къызэрекӀукӀэ Тхьэм хуэлэжьэну. GCKar 185.1

Протестым зэрылъэпкъыу щыгъуазэ ящӀащ. ЦӀыху мин бжыгъэхэм я гум къинэжащ ар икӀи уафэм щыӀэ тхылъхэми иратхащ, ар тезыгъэкӀыжыфыну зы цӀыхуӀэ здэщымыӀэм. Протестантскэ Германием зэрыщыту а протестыр къыщащтащ я фӀэщхъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэу. ДэнэкӀи цӀыхухэм а декларацэм халъагъуэрт лӀэщӀыгъуэщӀэ нэхъыфӀ къэунэхум и щӀэдзапӀэ. Пщыхэм ящыщ зыгуэрым Шпейер щыӀэ протестантхэм мыпхуэдэу яжриӀащ: «Тхьэуэ Лъагэм, зи гущӀэгъукӀэ апхуэдизу жыджэру, хуиту икӀи шынагъэ фымыщӀэу фи фӀэщхъуныгъэм фытепсэлъыхьыну къару къыфхэзылъхьэм, фи чристэн быдагъэр гъадэщӀыдэм и махуэхэм нэсыху ирехъумэ». GCKar 185.2

ЕхъулӀэныгъэ гуэрхэр иӀэ хъуауэ, Реформацэм, дунейр фӀы къызыхуищӀын мурадкӀэ, зэманым е щытыкӀэхэм зыдригъэкӀуну яужь ихьатэмэ, абы щыгъуэм ар Тхьэм епцӀыжынут икӀи езым иӀа мурадми епцӀыжынут, икӀэщӀыпӀэкӀэ зигъэкӀуэдыжу. А реформатор угъурлыхэм ялэжьам къыкӀэлъыкӀуэ щӀэблэ псоми дерс къыхахыпхъэщ. Тхьэмрэ Тхьэм и Псалъэмрэ зэрезауэ Ӏэмалхэр шейтӀаным ихъуэжакъым, XVI-нэ лӀэщӀыгъуэми хуэдэу, ар иджыри йобэн цӀыхум Тхыгъэ ЛъапӀэр и гъащӀэм и тегъэщӀапӀэ иримыгъэщӀыным. Ди зэманым цӀыхухэр хуабжьу къыбгъэдокӀ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит хабзэхэмрэ унафэхэмрэ, аращи, зэхыдощӀэр хуабжьу дызэрыхуэныкъуэр протестантскэ принцип иным и деж дгъэзэжыным — Библием, Библием и закъуэщ фӀэщхъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ я пщалъэ закъуэр жызыӀэм. ШейтӀаным и лэжьыгъэм къыпещэр, сыт хуэдэ Ӏэмалри къигъэсэбэпу, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр игъэкӀуэдын папщӀэ. Чристэн диным пэщӀэувэ властым, Шпейер къалэ протестантхэм ямыдам, иджы къаруущӀэ иӀэу иужь итщ фӀэкӀуэда тепщэныгъэр зэрызэфӀигъэувэжыным. Ди махуэхэм щыӀэ протестантхэм гугъэ закъуэу къахуэнэжыр щӀэмыщхъуэжу Тхьэм и Псалъэм хуэпэжынырщ, XVI-нэ лӀэщӀыгъуэм кризис зэманым реформаторхэр зэрыхуэпэжам хуэдэу. GCKar 185.3

Протестантхэм шынагъуэ къащыщхьэщыхьэм, Псори ЗылъэкӀ Зиусхьэным и Ӏэр къахуишиящ, къыхуэпэж и бынхэр ихъумэн папщӀэ. Мис зы щапхъэ наӀуэ. «Шпейер къалэ и уэрамхэм Рейн лъэныкъуэкӀэ псынщӀэу ирикӀуэрт Меланхтон и ныбжьэгъу Симон Гренаус и гъусэу. Абы и ныбжьэгъур игъэпӀащӀэрт Рейн зэпригъэкӀыну, адрей Ӏуфэм къыщигъэхутэн папщӀэ. Мыдрейм игъэщӀагъуэрт абы ар апхуэдизу зэрыхигъэзыхьыр. «Сэ къысхуэлъэгъуащ зи ныбжьыр хэкӀуэта сымыцӀыху лӀыжь гуэр, и щхьэцхэр хужьыбзэу тхъуауэ, — къыгуригъаӀуэрт Меланхтон. — Абы къызжиӀащ зэман кӀэщӀкӀэ Фердинанд унафэ къидигъэкӀыну, Гренаус яубыдыну”. GCKar 186.1

Махуэм папскэ дин-щӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэ ФаберкӀэ зэджэм уаз итат, Гренаус лажьэ тритхъуэу. Гренаус Фабер игъэкъуэншауэ щытат «щхьэрыуагъэ гущыкӀыгъуэхэм» уакъыщхьэщож жиӀэри. Фабер и губжьыр иущэхуат, ауэ икӀэщӀыпӀэкӀэ Фердинанд деж нэсри, ар акъылэгъу къищӀащ я щхьэр езыгъэужэгъуа Гейдельбергскэ профессорыр яубыдыну. Меланхтон шэч къытрихьэртэкъым, Тхьэм и мелыӀыч къазэрыхуигъэкӀуам, я гужьгъэжьыр къатезыкъутэну зызыгъэхьэзырхэм щихъумэн папщӀэ. GCKar 186.2

Рейн Ӏуфэм жауэ Ӏуту ежьэрт ар, Гренаус къезыхуэкӀхэм псым къыщригъэлыным пэплъэу. «ИкӀэм-икӀэжым, — и гур псэхужауэ къэкӀиящ Меланхтон, ар адрей Ӏуфэм нэсауэ щилъагъум. — ИкӀэмикӀэжым, къаӀэщӀэкӀащ ар гъущӀ дзэпкъхэм, лажьэ зимыӀэм и лъым къыщӀэнэцӀу къезыхуэкӀхэм». Меланхтон и унэ къыщигъэзэжым къыжраӀащ, Гренаус къалъыхъуэу офицерхэм унэр цырыцу зэрызэӀащӀар». GCKar 186.3

Реформацэр зэхегъэхын хуейт дунейм яфӀэщэджащэхэм. Фердинанд щӀэдэӀун идатэкъым протестант пщыхэм, ауэ абыхэм Ӏэмал иратащ я еплъыкӀэхэр жрагъэӀэну императорри, къэрал къулыкъущӀэхэри, диным и лӀыщхьэхэри зэхэсу. Шпейер къалэ протест зэрыщыӀэрэ зы илъэс дэкӀауэ, Карл V-м, империер зычатхъэ зэныкъуэкъуныгъэхэм кӀэ иритыну хущӀэкъуу сеймыр щызэхишащ Аугсбург къалэ икӀи езыр унафэщӀу абы щыӀэну хуеящ. Абы ирагъэблэгъат протестантизмэм и Ӏэтащхьэхэри. GCKar 187.1

Реформацэм шынагъэшхуэ къыщхьэщыхьат, ауэ абы и телъхьэхэр япэми хуэдэу Тхьэм и Ӏэмырым щыгугъхэрт икӀи псалъэ быдэ ятхэрт Инджылым хуэпэжу къэнэнухэу. Курфюрст Саксонскэм и блыгущӀэтхэм трагъэчыныхьырт абы сеймым зыкъыщимыгъэлъэгъуэну. «Императорым, — жаӀэрт абыхэм, — пщыхэр игъэхутыкъуэну хуейуэ аращ. Апхуэдизу къару бийм и гъусэу къалэ блыным зыдебгъэубыдэныр дзыхьщӀыгъуэджэщ”. Ауэ нэгъуэщӀ лӀыфӀхэм жаӀащ: «ЛӀыгъэр пщыхэм яфӀремыкӀуэди, Тхьэм и Ӏуэхур къелынущ». «Тхьэм дыкъигъэнэнукъым», — жиӀэрт Лютер. Курфюрст гъусэ куэд иӀэу Аугсбург кӀуэну ежьащ. Псоми фӀы дыдэу къагурыӀуэрт сыт хуэдэ шынагъэ абы къыхуэдалъэми, арати, куэдым абы сэлам ирахыжащ я гур къыхуэгузавэу. Ауэ, Кобург нэс курфюрст къыдэщӀыгъуа Лютер, ахэр зэрежьэм щхьэкӀэ иуса уэрэд лъапӀэхэр жиӀэурэ абыхэм я фӀэщхъуныгъэ къэдзыхар нэхъ быдэ зэрищӀыжыным яужь итащ. «Зиусхьэныр — ди быдапӀэщ!” — жиӀэрт. Арати, гур хэзыгъахъуэ а уэрэд лъапӀэм абыхэм нэхъ псынщӀэ ящищӀащ бжьыуэ ятелъ гупсысэгъейхэр. GCKar 187.2

Реформацэм и лъэныкъуэгъу пщыхэм я еплъыкӀэхэр зэгъэкӀуауэ тхын хуейуэ къалъытащ, тхылъымпӀэм тету, Тхыгъэ ЛъапӀэм къиха щыхьэтхэмкӀи гъэбыдэжауэ, а дэфтэрыр сеймым и пащхьэ иралъхьэн папщӀэ. Ар зэхалъхьэну я пщэ далъхьащ Лютери, Меланхтони икӀи абыхэм я дэӀэпыкъуэгъухэми. Я фӀэщ хъухэр зищӀысыр, я еплъыкӀэхэр псори щызэхуэхьэса а тхыгъэр протестантхэм къащтащ я диным и дамыгъэу икӀи ахэр зэхуэсащ щхьэж и Ӏэ тридзэну а мыхьэнэшхуэ зиӀэ дэфтэрым. Сыту купщӀэшхуэ зиӀэ икӀи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ дакъикъэт ар! Реформаторхэр хущӀэкъут политикэ упщӀэхэм зыкъыпагъэщхьэхукӀыну; абыхэм къагурыӀуэрт, Реформацэм и мурад нэхъыщхьэр — ар лъэпкъым Тхьэм и Псалъэр хуэхьынырщ. Хьэзыр хъуа дэфтэрым протестант-пщыхэм Ӏэ щӀадзыну зыщагъэхьэзырым, Меланхтон ахэр абы щихъумэну яужь итащ: «Дин-щӀэныгъэлӀхэмрэ члисэм и лэжьакӀуэхэмрэ апхуэдэу иращӀэ, ауэ дунейм и щэджащэхэм я щӀыхьыр нэгъуэщӀ упщӀэхэм хуэтхъумэн хуейщ”, — жиӀэу. «Тхьэм хуит уимыщӀкӀэ, сэ а списокым сыкъыхэбгъэкӀыну! — къэкӀиящ Иоганн Саксонскэр. — Сэ сыхьэзырщ захуагъэм къигъэув псори згъэзэщӀэну икӀи зы цӀыкӀу сытегузэвыхькъым абы кърикӀуэнкӀэ хъунум. Сэ сыхуейщ псоми я пащхьэ щыжысӀэну Зиусхьэныр си фӀэщ зэрыхъур. Сэ си дежкӀэ Хьиса Мэсихь и жорыр нэхъ лъапӀэщ хеящӀэм иӀэ лъэкӀыныгъэхэм нэхъри курфюрст щыгъын зесхьэным нэхъри». А псалъэхэр здыжиӀэм абы Ӏэ щӀидзащ. НэгъуэщӀ пщыми къалэмыр къищтэри жиӀащ: «Зиусхьэн Хьиса Мэсихь и щӀыхьым къигъэувмэ сэ сыхьэзырщ... си мылъкур зэрыщыту стыну икӀи си гъащӀэри. Сэ нэхъ тыншу къэзгъэнэнущ сищӀхэр икӀи зы щӀэгъэкъуэн башыжь фӀэкӀа сӀэщӀэмылъу си адэжьхэм я щӀыналъэр збгынэнщ, — къыпищащ абы адэкӀэ, — мы дэфтэрым къыщыхьа еплъыкӀэхэм темыхуэ гъэсэныгъэ къэзмыщтэн щхьэкӀэ”. Мис апхуэдэт Тхьэм хуэлажьэ лӀы хъыжьэхэм я фӀэщхъуныгъэр. GCKar 187.3

Императорым и пащхьэ щихьэн хуей зэманыр къэсащ. Курфюрстхэмрэ пщыхэмрэ къаухъуреихьу, тахътэм тесу, Карл V-м протестант реформаторхэр иригъэблэгъащ. Абыхэм я диным и дамыгъэм и Ӏыхьэхэм къеджащ. ЦӀыху лъапӀэ дыдэхэм я зэӀущӀэм щхьэтехауэ икӀи пыухыкӀауэ къыщыжаӀащ Инджылым и пэжыгъэхэр икӀи папскэ щхьэрыуагъэхэри къагъэлъэгъуащ. Алейуэтэкъым а махуэм «Реформацэм и зы махуэ нэхъ лъапӀэ дыдэщ икӀи чристэнхэмрэ цӀыхухэмрэ я тхыдэм къриубыдэу нэхъ махуэ гъуэзэджэ дыдэщ” — зэрыхужаӀар. GCKar 188.1

Илъэс зыплӀытху дэкӀауэ арат, Вормс къалэ лъэпкъ хасэм и пащхьэ и закъуэ зэритрэ виттенбергскэ монахыр. Иджы абы и пӀэ къихутахэт нэхъ угъурлы дыдэу, нэхъ лъэщ дыдэу империем ис пщыхэр. Лютер хуит ящӀатэкъым Аугсбург ягъэкӀуэну, ауэ ар абы щыӀащ и псалъэхэмкӀи и лъэӀухэмкӀи. «Сэ хуабжьу согуфӀэ, — итхырт абы, — мы сыхьэтыр къэсыху сызэрыпсэуам щхьэкӀэ, Мэсихь и цӀэм апхуэдэ чристэн цӀыху пэжхэр, щэджащэхэр хуиту, апхуэдиз зи лъапӀагъ зэӀущӀэшхуэм и пащхьэ щыхьэт щытехъуэм”. Апхуэдэу зэщӀа хъуащ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэр: «Уи къызэӀухыныгъэхэм сащытепсэлъыхьынущ пащтыхьхэм я пащхьэм” (Пс. 118:46). GCKar 188.2

Апостол Павел и махуэхэми, гугъу ехьу ар тутнакъым щӀисын хуей хъуа Инджылыр Римым и пащтыхьхэми я пщы уэркъышхуэхэми я пащхьэ щагъэӀуат. ХъугъуэщӀагъэхэм къытрагъэзэжащ: кафедрэм щыжаӀэну императорым хуит имыщӀар, пащтыхь сэрейм щагъэӀурт; куэдым къемызэгъыу ялъытэр, уеблэмэ, унэӀутхэм я дежи къыщемыкӀуу ябжыр, пщыжь-уэркъыжьхэу, лӀакъуэлӀэшхэу империем исхэр щӀэдэӀун хуей хъурт, зэрагъэщӀэгъуэнур ямыщӀэу. Таж зезыхьэхэмрэ титул лъагэ зиӀэхэмрэ щӀэдэӀухэрт, пщы лъэщхэр — уаз такӀуэхэт, уазыр зытеухуар — Тхьэм и пэжыгъэ пащтыхьыгъэ зыӀыгъырт. «Апостолхэм я зэманым щыщӀэдзауэ, — жиӀэрт зы тхакӀуэм, — нэхъ лэжьыгъэшхуэ зэфӀагъэкӀакъым икӀи нэхъ лъэщу пэжыгъэм щыхьэт техъуакъым мыбы хуэдэу”. GCKar 188.3

«Лютеранхэм жаӀа псори пэжщ, дэ ар пцӀыуэ тхужыӀэнукъым”, — жиӀащ папскэ щихънагъым. «ФхузэфӀэкӀыну фэ щыхьэтыгъэ нэсхэр къэфхьурэ пщыхэм я фӀэщхъуныгъэр пцӀыуэ къыщӀэвгъэщын?» — еупщӀащ нэгъуэщӀ зы доктор Эккен. «Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ я ТхыгъэхэмкӀэ — хьэуэ, — къэӀуащ жэуап, — ауэ Члисэм и адэжьхэм я тхыгъэхэмрэ хасэхэм я унафэхэмкӀэ — нтӀэ!” «ГурыӀуэгъуэщ, — гу лъитащ а упщӀэр зытам. — Уэ жыпӀа псалъэхэм къокӀыр, лютеранхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм тету, ауэ дэ — дытемыту». GCKar 189.1

Языныкъуэ нэмыцэ пщыхэм реформаторскэ фӀэщхъуныгъэр къащтащ. Езы императорым жиӀат протестантскэ фӀэщхъуныгъэм пэжыгъэр нэгъэсауэ зэрыхэлъыр. А дэфтэрыр, фӀэщхъуныгъэм и дамыгъэ хъуар, бзэ куэдкӀэ зэрадзэкӀауэ Европэ псом щызэлъащӀысащ икӀи къыкӀэлъыкӀуэ щӀэблэм щыщу цӀыху мелуан бжыгъэхэм ар я диным и лъабжьэу къащтащ. GCKar 189.2

Тхьэм хуэпэжу хуэпщылӀхэр я закъуэутэкъым зэрылажьэр. «ЛӀыщхьэхэр, властхэр икӀи уафэ лъабжьэм щӀэт жин бзаджэхэр” зэгъусэу абыхэм къапэщӀэтыну щызэгухьэм, абы хэту Зиусхьэным и лъэпкъыр щыгъупщакъым. Я нэхэр къызэӀукӀатэмэ, пасэм псэуа бегъымбарым хуэдэу, абыхэми ялъагъунут Тхьэр зэрагъусэм и щыхьэт шэчыншэхэр. Елисей и унэӀутыр, ахэр къэзыухъуреихьа биидзэхэм щышынауэ, хэкӀыпӀэншэ дыдэ хъуахэ щигугъам, бегъымбарыр щӀэлъэӀуащ: «Зиусхьэн! КъыхузэӀух абы и нэр, къилъэгъун папщӀэ», — жиӀэри (4 Цар. 6:17). Апхуэдэу унэӀутым къилъэгъуащ мафӀэшыгу куэдыкӀей, шууейхэр ядэщӀыгъужу икӀи уафэдзэр, Тхьэм и цӀыхур зыхъумэну къагъэкӀуар. Апхуэдэ щӀыкӀэу мелыӀычхэм къахъумэрт реформаторхэри. GCKar 189.3

Лютер быдэу нэрыгъыу зытета еплъыкӀэхэм ящыщ зыщ, Реформацэр хъумэн мурадкӀэ Ӏэщэ къамыщтэныр икӀи светскэ властым и дэӀэпыкъуныгъэ къамыгъэсэбэпыныр. Ар гуфӀэрт нэмыцэ пщыхэм Инджылыр я фӀэщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, ауэ зэрызахъумэжын зэгухьэныгъэ зэхашэну абыхэм къыщыхалъхьэм, Лютер идакъым. Абы жиӀащ: «Тхьэм и закъуэщ Инджылым и гъэсэныгъэр зыхъумэн хуейр... цӀыхухэр нэхъ мащӀэрэ а Ӏуэхум хэӀэбэху, нэхъ нэрылъагъу хъууэрэ екӀуэкӀынущ Зиусхьэныр къызэрыхэӀэбэр. Сакъыныгъэу къыхалъхьа политикэ Ӏэмал псори, ар зэреплъымкӀэ, къызыхэкӀауэ жыхуиӀэр узытеукӀытыхьын шынагъэмрэ гуэныхь зыпылъ дзыхь мыщӀыныгъэмрэщ». GCKar 189.4

Реформаторскэ фӀэщхъуныгъэр къыхагъэщӀэну, бий лъэщхэр щызэгухьэм, абы къыпэщӀэтыну джатэ мин бжыгъэхэр кърахауэ къыщыпщыхъум, Лютер итхащ: «ШейтӀаным и губжьыр егъэлъагъуэр; тхьэншэ щихънагъхэм Ӏэджэ къытхузэӀуащэ, зауэ къыдащӀылӀэну къытхуодалъэ. Хъыбар евгъащӀэ лъэпкъым фэщхъуныгъэрэ тхьэлъэӀукӀэ хахуэу Тхьэм и тахътэм и гупэ щызэуэнхэу, ди бийхэм Тхьэм и ДухымкӀэ датекӀуэу, ӀэмалыншагъэкӀэ мамырыгъэ къыдащӀылӀэн хуей хъун папщӀэ. Псом я щхьэу дызыхуэныкъуэр, нэхъыбэу дызэлэжьын хуейр — ар тхьэлъэӀурщ; цӀыхухэм иращӀэ, джатэдзэм щызекӀуэн хуей щӀэхъуар шейтӀаныр къэгубжьащи аращ, ахэр Тхьэ ирелъэӀу”. GCKar 190.1

Зэрызахъумэжын зэгуэтыныгъэ зэхашэну протестант пщыхэм къыхалъхьауэ щытар, иужькӀэ Лютер игу къыщигъэкӀыжым, жиӀауэ щытащ, а зауэм къыщыбгъэсэбэп хъуну Ӏэщэ закъуэр — ар «Духым и джатэрщ», — жиӀэри. Абы саксонскэ курфюрст хуитхащ: «Дэ ди напэм къезэгъынукъым а зэгухьэныгъэр дгъэзэхуэну. Дэ пщӀэнейрэ дылӀэми нэхъ къэтщтэнущ, Инджылым папщӀэ зы лъы ткӀуэпс нэхъ мыхъуми гъэжауэ тлъагъу нэхърэ. Дэ ди къалэныр — ар фӀагъэжыну яшэ щынэхэм хуэдэу дыщытынырщ. Мэсихь и жорыр тхьын хуейщ. Зи щӀыхьыр лъагэр иремыгузавэ. Дэ ди тхьэлъэӀухэмкӀэ нэхъыбэ длэжьынущ, ди бийхэр зэрыдэпсэлъейм нэхърэ. Уи Ӏэхэр уи къуэшхэм я лъымкӀэ йомыӀэ закъуэ. Императорым и хьэкумым и пащхьэ дришэну дыкъриджэкӀи апхуэдэу тщӀэну дыхьэзырщ. Дэ ди фӀэщхъуныгъэр уэ пхуэхъумэнукъым; дэтхэнэми и диныр зэриӀыгъын хуейр, и гъащӀэр фӀэкӀуэдынкӀэ дзыхьщӀыгъуэджэущ, шынагъэхэм пэщӀэтущ”. GCKar 190.2

ТхьэлъэӀу щащӀа щӀыпӀэ щэхухэм къару къыщежьэрт Реформацэ зэщӀэхъееныгъэшхуэу зэхыхьэжу дуней псор зыгъэзджызджар. ЛъапӀагъэ зыпылъ мамырыгъэ яӀэу, Тхьэм хуэпщылӀхэм щӀэгъэкъуэн ящӀырт къырым хуэдэу быдэ Тхьэм и гъэгугъэныгъэхэр. Аугсбург къалэ бэнэныгъэ щекӀуэкӀым, Лютер «махуэ къэс сыхьэтищ хухихырт тхьэлъэӀум икӀи ар сытым щыгъуи еджэным хухиха сыхьэт нэхъыфӀ дыдэхэм ящыщт”. Лъэныкъуэегъэз зыщищӀауэ и пэшым, абы и гум илъ псори Тхьэм хуиӀуатэрт «и лъапӀагъэр зэрызэхищӀэри, шынагъэрэ гугъэуи иӀэр зыгъэлъагъуэ псалъэхэмкӀэ. Абы Тхьэм зыхуигъазэрт и ныбжьэгъум хуэдэу”. «Сэ сощӀэр Уэ — узэрыдиАдэр икӀи узэрыдиТхьэр, — жиӀэрт абы, Уэ зэрызэбгрыпхунур уи бынхэр зэхэзехуэн зыщӀахэр, шынагъуэхэм дыздыхэтым Уэ Езыр утщӀыгъущи. Мы Ӏуэхур Уэращ зызейр, ар Уэ уи Ӏэмырти аращ, армыхъумэ, дэ абы дыпэрыхьэнутэкъым. Дыкъэхъумэ, ди Адэ”. GCKar 190.3

Шынагъэхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ зэхаукӀа Меланхтон зыхуигъазэу абы итхащ: «НэфӀщыхуэныгъэрэ мамырыгъэрэ Мэсихь и цӀэкӀэ зигъэӀэ. «Мэсихь и цӀэкӀэщ” — жыхуэсӀэр, армыхъумэ, мы дунейм, жысӀэкъым. Амин. Сэ зыкӀэ си жагъуэщи уэ апхуэдизу узэрыгузавэр, уэ езым зыбоукӀыжыр. Мы Ӏуэхур мызахуагъэмэ къэдгъэнэнщ, захуагъэу щытмэ, сыт абы щыгъуэм пцӀыуэ къыщӀэтлъытэн хуейр шынагъэншэу дыжеину унафэ КъытхуэзыщӀам и гъэгугъэныгъэхэр?.. Мэсихь лъэкӀынущ и кӀэм нигъэсыну захуагъэ Ӏуэху пэжыр. Ар псэущ икӀи пащтыхьыпӀэм иту и тахътэм тесщ, сыт-тӀэ абы щыгъуэм дыщӀэгузэвэн хуейр?» GCKar 191.1

Тхьэм зэхихащ и пщылӀхэр тхьэджэу къызэрелъэӀуар. Дунейм и кӀыфӀыгъэм и тепщэхэм япэщӀэту пэжыгъэр зыхъума пщыхэмрэ къыхуэлэжьа цӀыхухэмрэ Тхьэм нэфӀщыхуэныгъэрэ лӀыгъэрэ яхилъхьащ. Зиусхьэным жеӀэр: «Мис Сэ къыхэсха мывэ лъапӀэр, унэр зэтезыӀыгъэ лъабжьэр, Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр хущӀегъуэжынукъым” (1 Петр. 2:6). Протестант реформаторхэм яухуар Мэсихь тращӀыхьащ, икӀи жыхьэрмэм и куэбжэм ахэр хигъэщӀэфакъым. GCKar 191.2