Бэнэныгъэ ин
13 ӀЫХЬЭ—НИДЕРЛАНДХЭМРЭ СКАНДИНАВИЕМРЭ РЕФОРМАЦЭ ЗЭРЫЩЫӀАР
Нидерландхэм пасэ дыдэу папскэ залымыгъэм протест лъэщ пэщӀагъэуващ. Иджыри Лютер къэунэхуным илъэс 700 иӀэу, папэ римскэм пэщӀэувэу шынагъэншэу псэлъэн щӀадзащ нэхъ хахуэ дыдэу ялъытэ щихънагъитӀым, ахэр Римым кӀуа хъуауэ къалъэгъуат, «тахътэ лъапӀэм” тесыр ипэжыпӀэкӀэ зыхуэдэр. «Тхьэм игъащӀэкӀи иухуащ и Члисэр, и пащтыхь гуащэр икӀи и нысащӀэр, фӀы фӀэкӀ зэримыхуэу и щӀэиным хуигъэсакъыну; Абы дыщэ пыӀи щхьэритӀэгъащ, пащтыхь токъмакъри ӀэщӀилъхьащ... атӀэ, уэ, дыгъуэгъуакӀуэм ухуэдэу а тыгъэхэр зэплъэфэлӀащ. Уэ тхьэлъэӀупӀэм тахътэм ущытесщ, Тхьэм зыхуэбгъадэу; хъушэр зыгъэхъуу ущытыным и пӀэкӀэ, уэ дыгъужьым хуэдэу мэлхэм уахэтщ... уэ ухуейщ дыхэбгъэзыхьу ди фӀэщ пщӀыну удищихънагъ нэхъыщхьэу, ауэ уи зыщӀыкӀэкӀэ узалымщ... Уэ ӀуэхутхьэбзащӀэм ираӀуэхутхьэбзащӀэжым хуэдэу ущытын хуейт, узэрызэджэжым ипкъ иткӀэ, ауэ зиусхьэнхэм уаризиусхьэныж ухъуну ухущӀокъу... Уэ утеплъэ хъуркъым Тхьэм и унафэхэм. Дух ЛъапӀэм дунейм члисэу тетыр еузэщӀ Тхьэм и къалэр, дыщыпсэуну къытхуигъэфэщар, уафэм нос; ар нэхъ инщ бегъымбархэм Вавилон жыхуаӀам нэхърэ; Абы Тхьэ пэлъытэу зебжыж, уафэм нэси зиӀэтауэ мыкӀуэдыжын Ӏущыгъэ иӀэу къыщыхъужу зегъэщӀагъуэ икӀи, икӀэм-икӀэжым, щхьэусыгъуэ лъэпкъ имыӀэу зыщотхъуж зэи мыщхьэрыуауэ икӀи мыщхьэрыуэфыну жиӀэу”. GCKar 217.1
А протестым щӀэжьыуэу къекӀуэкӀащ лӀэщӀыгъуэ къэс цӀыхущӀэхэр. Япэрей егъэджакӀуэхэр, цӀэ лей зыфӀащыжхэурэ къэрал куэд къызэхэзыкӀухьахэр. Ахэр лэжьащ вальденс хъыбарыфӀзехьэхэм я гупсэм хуэдэ яӀэу, дэнэкӀи Инджылым и пэжыгъэхэр щагъэӀуу, ауэрэ Нидерландхэми къэсахэщ. Абыхэм я гъэсэныгъэхэм псынщӀэу заубгъурт. Вальденсхэм я бзэкӀэ тха Библиер абыхэм голландскэбзэкӀэ зэрадзэкӀащ, «абы сэбэпынагъышхуэ къыпыкӀыну жаӀэу, зыри щхьэпсыншагъэрэ шыпсэу, гушыӀэрэ ауану, хьилагъэ зэрыхэмытым къыхэкӀкӀэ, атӀэ пэжыгъэм и псалъэхэм фӀэкӀа; дауикӀ, мыбдежми нэгъуэщӀ гугъуехьхэми ущыхуэзэрт, ауэ фӀымрэ лъапӀэныгъэ зыпылъхэмрэ зыхуэдэр нэгъэсауэ гурыӀуэгъуафӀэщ дэтхэнэ цӀыхум дежкӀи». Апхуэдэу ятхат XII-нэ лӀэщӀыгъуэм пасэрей фӀэщхъуныгъэм и телъхьэхэм. GCKar 217.2
Зэхэзехуэныгъэхэм щӀадзащ, ауэ ӀэпкълъэпкъкӀэ хьэзаб ирагъэшэчми, мафӀэкӀэ ягъэсми, абы щхьэкӀэ къэмынэу фӀэщхъуныгъэ зыгъуэтхэм я бжыгъэр багъуэ зэпытт, абыхэм лӀыгъэ яхэлъу жаӀэрт диным теухуа упщӀэхэм ехьэлӀауэ Библиер пщӀэшхуэ зиӀэу щыуагъэншэ закъуэу зэрыщытыр икӀи трагъэчыныхьырт «зы цӀыху хэбгъэзыхь зэрымыхъунум, залымыгъэкӀэ къебгъэщтэну фӀэщхъуныгъэ, атӀэ уазхэм я закъуэкӀэщ ар къызэрыхъун хуейр, жаӀэу». GCKar 218.1
Лютер и гъэсэныгъэм щӀыгулъыфӀ къыщигъуэтат Нидерландхэм икӀи абы Инджылыр щагъэӀун папщӀэ зыкъаӀэтат, гу къабзэ зиӀэхэм икӀи пэжыгъэм и хъумакӀуэу Тхьэм хуэпщылӀхэм. Менно Симонс жыхуаӀэр Голландием щыщ куей гуэрым къыщалъхуащ. Римско-католическэ диным тету ягъэсарэ щоджэн къулыкъуи къратауэ, абы зыри хищӀыкӀыртэкъым Библием икӀи седжарэти жиӀэртэкъым, ересым и хъым ихуэнкӀэ шынэу. Зиусхьэным и ГукъэкӀыж Пшыхьыр щрагъэкӀуэкӀкӀэ щӀакхъуэмрэ санэмрэ, Мэсихь и пкъымрэ и лъымрэ хъууэ зэрыжыхуаӀэм шэч къытрихьэ хъуат абы зэгуэрым, арати, ар шейтӀаныр зэран къыхуэхъуу арауэ къыщыхъуу, и тхьэлъэӀухэмкӀи икӀи дин-лэжьакӀуэм и пащхьэ и гуэныхьхэр зэриӀуэтэжхэмкӀи апхуэдэ гупсысэхэр зыбгъэдихужыну егугъут, ауэ къехъулӀэртэкъым. Ар яужь ихьащ къэуш и напэм и макъыр игъэужьыхыжыну купщӀэншэ зэштегъэупӀэхэмкӀэ, ауэ абыи къикӀа щыӀэтэкъым. Зы зэман дэкӀри абы щӀидзащ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэмрэ Лютер и тхыгъэхэмрэ иджын, ауэрэ, икӀэм-икӀэжым, абы реформаторскэ диныр къищтащ. ЩӀэх дыдэ абы къыхуихуащ цӀыхум и укӀ зэращӀэр илъагъуну, етӀуанэу псыщӀэгъауэ къызэрищта къудейм щхьэкӀэ цӀыхум и щхьэр паупщӀат. А и нэгу щӀэкӀам абы игу къигъэкӀащ Библием зыхуигъазэу къыщилъыхъуэну, сабийхэр псым щӀэгъэуэным теухуауэ итхэр. Тхыгъэ ЛъапӀэм апхуэдэ Ӏуэхугъуэ лъэпкъ къыщыхуэгъуэтакъым абы, атӀэ быдэу зэхищӀыкӀащ хущӀегъуэжыныгъэмрэ фӀэщхъуныгъэмрэ Ӏэмал зимыӀэ щытыкӀэхэу къызэрыувыр, псыщӀэгъауэр къэпщтэн ипэ. GCKar 218.2
Менно римскэ члисэр къигъанэри, и гъащӀэр зэрыщыту хуигъэпсащ къищта пэжыгъэхэр игъэӀуным. Германиеми Нидерландхэми а зэманым мащӀэтэкъым фасикъхэу къыщыунэхуахэр, купщӀэншэ, убэтэныгъэ гъэсэныгъэхэр зэрахьэу, цӀыхубэм я щэнхабзэхэр зэрызэхакъутэным хуэгъэзарэ лей зехьэнымрэ къайгъэ къэгъэхъеинымрэ цӀыхухэр трагъэгушхуэу. А зэщӀэхъееныгъэхэм узижэгъуэн къызэрырикӀуэнур Менно къыгурыӀуэри, жыджэру япэщӀэтын щӀидзащ а фасикъхэм я идее нэпцӀхэмрэ я мурад игъуэджэхэмрэ. А убатэныгъэ гъэсэныгъэхэм япэм зыдезыгъэхьэхауэ щытахэм ящыщ зыкъомым я щхьэрыуагъэ зыгъэунэхъу пэтахэр иужькӀэ къагъэнэжащ. КъищынэмыщӀауэ, пасэрей чристэнхэм я лъэужь ирикӀуэ куэди щыӀэт, вальденсхэм къатехъукӀыжахэр. А цӀыхухэм я дежщ Менно и лэжьыгъэр щиублари — икӀи ехъулӀэныгъэшхуэ иӀэт. GCKar 218.3
Илъэс тӀощӀрэ тхукӀэ ар зэхэзекӀуащ и щхьэгъусэри и бынхэри щӀыгъуу, Ӏэджэм зыхуигъэныкъуэрэ гугъуехьхэри ишэчу, куэдрэ псэзэпылъхьэпӀи щита щыӀэщ. Абы къызэхикӀухьащ Нидерландхэр зэрыщыту икӀи Ищхъэрэ Германиери, нэхъыбэу цӀыху къызэрыгуэкӀхэрт зыдэлажьэу щытар икӀи хэлъхьэныгъэшхуи я гъащӀэм къыщигъанэрт. ЖьакӀуагъэкӀэ Тхьэр къыхуэупсауэ здэщытым, Менно, щӀэныгъэ зэмылӀэужьыгъуэ имыӀа щхьэкӀэ къэмынэу, икъукӀэ цӀыху пэжу, гулъытэ нэс зыхэлъ цӀыху Ӏэдэбт. Ар цӀыху зэтест, напэ хужькӀэ Тхьэм хуэлажьэрэ цӀыхухэр зыхуригъаджэ хабзэхэр езым и гъащӀэм щигъэзащӀэу, абы къыхэкӀкӀэ псоми пщӀэшхуэ къыхуащӀрэ я дзыхь кърагъэзу. Абы и гъуэгу къытехьэхэр дэнэкӀи щыхэпхъауэ, гугъуехьышхуэхэр яшэчырт. Хуабжьу ар зыгъэгузавэр цӀыхухэм ахэр фасикъ-мюнстеритхэм зэрыхагъэгъуащэрт. Дауэ мыхъуми, Менно и лэжьыгъэм и фӀыгъэкӀэ, цӀыху куэдым Тхьэм и деж ягъэзэжащ. GCKar 219.1
Зы щӀыпӀи реформаторскэ гъэсэныгъэр апхуэдизу цӀыху куэдым гуапэу къыщызэдащтэу щытакъым Нидерландхэм хуэдэу, зэрызэрахуэм щхьэкӀэ къэмынэу, зы къэрали къызэрыщымыхъуауэ дапхуэдизу гуащӀэу щӀамыхуами, языныкъуэ Ӏуэхухъуэхэр хыумыбжэмэ. Германием Карл V-м Реформацэр хуит ищӀтэкъым щигъэӀэну, зы цӀыху къимыгъанэу абы и телъхьэхэр псори зэтригъэсхьэнт абы, ауэ пщыхэр щхьэмыгъазэу икӀи лӀыгъэшхуэ зэрахьэу абы лей зэрихьэм пэщӀэтахэщ. Ауэ Нидерландхэм абы щиӀа тепщэныгъэр нэхъ лъэщти, щӀэчэ имыӀэу мыбы унафэхэр къыщыдигъэкӀт зэхэзехуэныгъэхэм, мыгъэпсэуныгъэм теухуауэ. Библиер бджыным, абы теухуауэ уаз птыным е апхуэдэ уазхэм уедэӀуэным, уеблэмэ, абы утепсэлъыхьыным — а псоми къарыкӀыр мафӀэкӀэ уагъэсу дунейм узэрехыжыныр къыхэпхыут. ӀэкӀэ ящӀа сурэтым и пащхьэ мыхъуу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щэхухэм, лъэныкъуэегъэзыпӀэхэм Тхьэ ущелъэӀуныр, Тхьэр зэрагъэлъапӀэ уэрэдхэр жыпӀэныр — ахэри апхуэдэ щӀэпхъаджагъэу ябжырт, укӀ зытелъхьэпхъэу. Уеблэмэ, щхьэрыуагъэхэм допцӀыж жызыӀэхэми, абы щхьэкӀэ къамыгъанэу я гъащӀэр Ӏахырт. ЦӀыхухъухэр джатэкӀэ яукӀырт, цӀыхубзхэр зэрыпсэууэ щӀым щӀатӀэрт. ЦӀыху мин бжыгъэхэр ягъэкӀуэдащ Карл V-мрэ Филипп ӀӀ-мрэ я тетыгъуэ зэманым. GCKar 219.2
Зэгуэрым инквизицэм и пащхьэ жэуап щатын хуей хъуат зы унагъуэм зэрыщыту, мессэм зэрыхэмытыжхэм, я унэ Тхьэ зэрыщелъэӀухэм щхьэкӀэ ягъэкъуаншэр. А унагъуэм я нэхъыщӀэ дыдэм я унэ Тхьэм щхьэщэ зэрыщыхуащӀ щӀыкӀэм теухуауэ щыӀурыупщӀыхьым, щӀалэ цӀыкӀум къажриӀащ: «Дэ лъэгуажьэмыщхьэу доуври, Тхьэ долъэӀу, ди акъылыр къытхуигъэнэхун папщӀэ икӀи ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъун папщӀэ; дэ долъэӀу ди королым щхьэкӀи, бэӀутӀэӀуншагъэ щыӀэн папщӀэ абы и тепщэныгъэм, езыри насыпыфӀэу щытын папщӀэ; ди къалэм и тетхэм щхьэкӀи долъэӀу, Тхьэм ахэр къихъумэн папщӀэ”. Апхуэдэ псалъэхэр хуабжьу я гум хыхьат языныкъуэ хеящӀэхэм, ауэ, икӀэм-икӀэжым, а щӀалэ цӀыкӀум и адэри и къуэшхэм ящыщ зыи ягъэсащ. GCKar 220.1
Лейзехьэхэм я губжьыр хьэзаб зрагъэшэчхэм яӀэ фӀэщхъуныгъэм хуэдэу гуащӀэт. ЦӀыхухъухэм я закъуэтэкъым, атӀэ цӀыхубз гумахэхэми хъыджэбз ныбжьыщӀэхэми щӀэмыщхъуэж лӀыгъэ къагъэлъагъуэрт. «Фызхэр мафӀэхэм къабгъэдэкӀыртэкъым, зи бзийхэм ялӀхэр здыхэкӀуадэм, ягухэр фӀы зыщӀын псалъэ къаӀущэщхэу е уэрэд лъапӀэхэмкӀэ къару ирагъэгъуэтхэу”. «НыбжьыщӀэ пщащэхэу, псэууэ кхъэм щӀатӀэхэм, зэрызащӀыр я пэшым щӀэт гъуэлъыпӀэ гъуэлъыжым хуэдэут; эшафотым щыдэкӀуейкӀи е мафӀэм щрагъэскӀи, абыхэм я бостей нэхъыфӀ дыдэхэр щатӀагъэрт, лӀэныгъэм ӀущӀэну кӀуэуэ къыпхуэщӀэнутэкъым я нэчыхь ятхыну фӀэкӀа». GCKar 220.2
Мажусийхэм Инджылыр ягъэкӀуэдыжыну яужь щита зэманым зэрыщытыгъауэ, чристэнхэм ялъ ягъажэр жылэ лъапӀэ хъурт. Зехуэныгъэхэм ягъэбагъуэрт пэжыгъэм щыхьэт техъуэхэм я бжыгъэхэр. Илъэс къэс лъэпкъым я хахуагъэ химыгъэщӀэфым къызэригъэкӀуэкӀ монархым, и Ӏуэху шынагъуэм къыпищэрт, арщхьэкӀэ, алейуэт. ИкӀэм-икӀэжым, революцэ нэужьым Вильгельм Оранскэ щэджащэр я Ӏэтащхьэу Голландием Тхьэм хуэлэжьэну хуитыныгъэ игъуэтащ. GCKar 220.3
Пьемонт и бгылъэ щӀыпӀэхэми, Францием и тафэхэми икӀи хы Ӏуфэм Ӏус Голландиеми Инджылым и гъэсэнхэм я лъыр щыщӀакӀащ Инджылым и жылэм. Ауэ, ищхъэрэ къэралхэм ар щытекӀуащ мамырыгъэ щӀыкӀэкӀэ. Реформаторскэ диныр Скандинавием къахьащ Виттенберг къикӀыжу я хэку къэзыгъэзэжа студентхэм. Лютер и тхыгъэхэр къызэрыдагъэкӀари сэбэп хуэхъуат нэхум зиубгъуным. ИщхъэрэкӀэ щыпсэу лъэпкъ къызэрыгуэкӀхэу, бэшэчынагъ зыхэлъхэм я щӀыб хуагъэзащ Римым илэжь гуэныхьхэми, и къулеягъэми и суевериехэми, Библием и гъэсэныгъэ къабзэр, къызэрыгуэкӀыр, гъащӀэ зытыр къащтэн папщӀэ. GCKar 220.4
Таузен, «Данием и реформаторыр”, мэкъумэшыщӀэм и къуэт. ЩӀалэ цӀыкӀум пасэу дэплъагъурт зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр; ар хуабжьу хущӀэкъут щӀэныгъэ зригъэгъуэтыну, ауэ и адэ-анэм яхузэфӀэкӀыртэкъым еджапщӀэр хуатыну, арати, ар къулъшырыфым щӀэтӀысхьэн хуей хъуащ. ЩӀалэм и къабзагъэм, и гурыхуагъэм икӀи и пэжагъым къулъшырыфым и Ӏэщхьэтетыр нэфӀкӀэ къригъэплъащ. Я щӀэныгъэр здынэсыр къыщахутэм, абы куэдкӀэ узыщыгугъын зэчий бгъэдэлъу къигъэлъэгъуащ, къэкӀуэнум Члисэм сэбэп хуэхъуфыну. Унафэ къащтащ Германием е Нидерландхэм я университетхэм ящыщ зым абы щӀэныгъэ щрагъэгъуэтыну. Студент щӀалэщӀэр езыр хагъэдащ щеджэну зыхуей щӀыпӀэр къыхрагъэхыну, ауэ Виттенберг къалэм къыщынэмыщӀа. КъэкӀуэным дин-щӀэныгъэлӀ хъунум зыщихъумэн хуейт узыгъэунэхъу ересь шынагъуэм — арат жаӀэр монаххэм. GCKar 221.1
Таузен иунэтӀащ Кельн къалэ, а зэманым папствэм и быдапӀэу щытам, иджыри къыздэсым апхуэдэу къэнэжам. Куэд дэмыкӀыу и гъэсакӀуэхэм я мистицизмэр щӀалэм и гум темыхуэ хъуащ. Хуэгъэфэщауэ а зэманым ирихьэлӀэу абы зыхигъэгъуэзащ Лютер и тхыгъэхэм. Ар абыхэм еджэрт игъэщӀагъуэу икӀи щыгуфӀыкӀыу, арати, реформаторым сыхуэзарэт, сечэнджэщарэт жиӀэ хъуащ. ДауикӀ, апхуэдэу ищӀэным шынагъуэ хэлът къулъшырыфым и Ӏэщхьэтетыр игъэпудынкӀэ, и дэӀэпыкъуныгъэхэм зыхигъэкӀыжынкӀэ. Апхуэдэу ищӀэным щӀэх дыдэ тегушхуащ ар икӀи зы зэман дэкӀри, Виттенбергскэ университетым и студент хъуащ Таузен. GCKar 221.2
Данием къигъэзэжа нэужь, ар аргуэру и къулъшырыфым кӀуащ. Зыми иджыри гурыщхъуэ къыхуащӀыртэкъым ар лютеранствэм и лъэныкъуэгъу хъуауэ; абыи и щэхур зыми хуиӀуатэртэкъым, ауэ егугъут, и ныбжьэгъухэм я предрассудкэхэм жьэхэмыуэу, фӀэщхъуныгъэ нэхъ къабзэм икӀи гъащӀэ нэхъ лъапӀэм зэрыхуиузэщӀыным. Абы Библиер къызэӀуихырт, и мыхьэнэ пэжыр гурыӀуэгъуэ ищӀурэ, ауэрэ, зэӀухауэ уазхэр итын щӀидзащ абы Мэсихь теухуауэ — гъэзэхуэжа икӀи къела зэрыхъуным ехьэлӀауэ гуэныхьыщӀэхэр зыщыгугъ хъуну закъуэм теухуауэ. ИкъукӀэ шынагъуэт къулъшырыфым и Ӏэщхьэтетым и губжьыр, римскэ члисэм и хъумакӀуэ лӀы гуащӀэ хъунщ жиӀэу, апхуэдизу абы къыщыгугъауэ щытам. ИкӀэщӀыпӀэкӀэ Таузен нэгъуэщӀ къулъшырыф ягъакӀуэри, пэш щхьэхуэ щӀаубыдащ, темыплъэкъукӀыу быдэу яхъумэу. GCKar 221.3
И кӀэлъыплъакӀуэщӀэхэр хуабжьу къэгузэващ, щӀэх дыдэ монах зыбжанэм дыпротестантщ щыжаӀэм. И пэш щхьэгъубжэ гъущӀ хъар зыхэлъымкӀэ Таузен абыхэм пэжыгъэр яхуиӀуатэрт. Члисэм и лэжьакӀуэхэм еретикхэм иращӀапхъэр датскэ адэжьхэм ящӀамэ, Таузен и макъыр игъащӀэкӀэ зэпыунут; ауэ ар щӀы щӀагъ тутнакъ гуэрым ягъэкӀуэным ипӀэкӀэ, абыхэм ар къулъшырыфым къыщӀахуащ. Иджы абыхэм зыри ялъэкӀыжынутэкъым. Королым и унафэ къыдэкӀа къудейт, диныщӀэм и егъэджакӀуэ псори и жьауэм щӀигъэувэу. Таузен хъыбарыфӀыр игъэӀун щӀидзащ. Члисэхэм я бжэр абы къыхузэӀуахащ икӀи цӀыху куэдыкӀей къакӀуэрт къедэӀуэну. НэгъуэщӀхэми апхуэдэу Тхьэм и Псалъэр ягъэӀурт. ДатскэбзэкӀэ зэрадзэкӀа ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр дэнэкӀи щызэбграхырт. А лэжьыгъэр къигъэувыӀэну папствэр егугъуа щхьэкӀэ къикӀаӀакъым, лэжьыгъэм зиубгъуным сэбэп хуэхъуа фӀэкӀа. Арати, псынщӀэ дыдэу Данием протестантскэ диныр къищтащ. GCKar 222.1
Виттенбергскэ псынэм къыщӀэж гъащӀэ зыт псымкӀэ гъэнщӀа щӀалэщӀэхэр а тыгъэмкӀэ Швецием щыдэгуэшащ я хэкуэгъухэм. Шведскэ Реформацэм и ӀэтащхьитӀ, Оребру щыщ гъукӀэм и къуэхэу Петри Олайрэ Лаврентийрэ еджэхэрт Лютеррэ Меланхтонрэ я жьауэ щӀэту, арати, езыхэми езыфыгъулӀэу пэжыгъэр я хэкужьым щагъэӀурт. Реформатор щэджащэм хуэдэу, Олай и лъэпкъыр игъэгушхуэрт и езыфыгъулӀагъымкӀэ, и жьакӀуагъэмкӀэ, абы хэту гупсысакӀуэ Лаврентий, Меланхтон хуэдэу цӀыху зэпӀэзэрытыр, щӀэныгъэлӀым нэхъ ещхьт. ТӀури напэ хужькӀэ Тхьэр зыгъэлъапӀэхэу, Тхьэм теухуауэ Библием жиӀэхэм куэд хэзыщӀыкӀт икӀи лӀыгъэшхуэ яхэлът пэжыгъэр ягъэӀунымкӀэ. Ауэ папистхэми я Ӏэр зэтедзауэ щыстэкъым. Католическэ дин-лэжьакӀуэхэм суевернэ цӀыху жэхьилхэр реформаторхэм бий зэрыхуащӀыным я ужь итхэт. Олай Петри куэдрэ цӀыху жэхьилхэр къытеуэрт яукӀыну хуейуэ икӀи зыбжанэрэ ерагъкӀэщ абыхэм къазэрелар. Дауэ мыхъуми, королыр а реформаторхэм фӀыуэ къахущытт икӀи и жьауэм щӀигъэтт. GCKar 222.2
Римскэ члисэм я лъэгущӀэту цӀыхубэр факъырэу псэурт. Тхыгъэ ЛъапӀэм хамыщӀыкӀӀарэ фэрыщӀагъэмрэ дин-хабзэхэмрэ тещӀыхьауэ щыт диныр, акъылым щӀэныгъэ езымыгъэгъуэтыфыр, зэрахьэу здэщытым, цӀыхухэм мажусий дин-хабзэхэр кърагъэжьэжырт, тхьэнапэхэм яхуэпщылӀу щыта я адэжьхэм къащӀэнар. Лъэпкъыр зэгуэкӀат зэмылӀэужьыгъуэ партиехэу, зыр зым игъэбийхэу икӀи щӀэмычэу ахэр зэрызэбэным дэнэкӀи щытепщэ къулейсызыгъэр нэхъыкӀэж ищӀырт. Королым мурад ищӀащ Реформацэр къэралми Члисэми хабзэу къаригъэщтэну, арати, Римым пэщӀэтынымкӀэ зэфӀэкӀ зиӀэ а дэӀэпыкъуэгъухэр зэригуапэр дапхуэдэ щӀыкӀэуи игъэлъагъуэрт. GCKar 222.3
Монархри Швецием и тетхэри щысхэу, Олай Петри Ӏэзагъышхуэ хэлъу реформаторскэ диным и гъэсэныгъэхэм къыщхьэщыжырт католическэ дин-щӀэныгъэлӀхэм диспут щадригъэкӀуэкӀкӀэ. Абы къыжиӀат адэжьхэм я гъэсэныгъэхэр къапщтэ щыхъунур, Тхыгъэ ЛъапӀэм узыхуигъасэм гурыӀуэу щытмэщ, жиӀэу; диныр зытещӀыхьауэ щытын хуей лъабжьэ нэхъыщхьэхэр Библием къызэриӀуатэр акъылым къитӀэсэфын хуэдэу зэхэщӀыкӀыгъуафӀэщ, аращи, цӀыху псоми ахэр къагурыӀуэфынущ, жиӀэу. Мэсихь жиӀащ: «Си гъэсэныгъэр Сэракъым къызыбгъэдэкӀыр, атӀэ СыкъэзыгъэкӀуарщ» (Ин. 7:16), Тхьэм и лӀыкӀуэ Павели жиӀащ: «Тхьэм къыбгъэдэкӀам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ зыгуэр ныфхуэсӀуэтэн щӀэздзэмэ, Тхьэм и ней къысщрехуэ”, — жиӀэу (еплъ Гал. 1:8). «Дауэ-тӀэ, — жиӀэрт реформаторым, адрейхэр зэрытегушхуэр езыхэр зэрыхуейм хуэдэу догмэхэр ягъэувыну икӀи укъелын папщӀэ ахэр Ӏэмалыншагъэщ жаӀэу, залымыгъэкӀэ цӀыхухэм кърагъэщтэну?” Абы хьэкъ ящищӀырт цӀыхухэм Члисэм игъэув унафэхэмрэ хабзэхэмрэ къару лъэпкъ зэрамыӀэр, ахэр Тхьэм и унафэхэм щытемыхуэм деж икӀи игъэӀурт протестантизмэм и принцип иныр «Библиерщ, икӀи Библием и закъуэщ” фӀэщхъуныгъэри гъащӀэри зытещӀыхьауэ щытын хуейр. GCKar 223.1
А бэнэныгъэм, куэдыр щымыгъуазэми, абы «къытхузэӀуехыр Реформацэм и дзэм зауэлӀ къызэрыгуэкӀыу хэта цӀыхухэр. Ахэр щӀэныгъэ щӀагъуэ зыбгъэдэмылъа фасикъхэу щытакъым, я хъуреягъыр къызэщӀэзыгъастэхэу. Хьэуэ, иджыри зэ хьэуэ. Абыхэм Тхьэм и Псалъэр куууэ яджат икӀи фӀыуэ ящӀэрт, Библием къарит Ӏэщэр къызэрагъэсэбэпыну щӀыкӀэр. ЩӀэныгъэм теухуауэ ахэр щыпсэуа зэманым япэ ищат. ЩӀэныгъэм и къалащхьэ гъуэзэджэхэу Виттенберг, Цюрих хуэдэхэм зыхуэдгъазэрэ цӀыху цӀэрыӀуэхэу Лютер, Меланхтон, Цвингли, Эколампадиус сымэ хуэдэхэм фӀэкӀа гулъытэ яхуэдмыщӀмэ, дауикӀ къыджаӀэнущ ахэр Реформацэ зэщӀэхъееныгъэм и Ӏэтащхьэхэу зэрыщытар икӀи абыхэм акъыл къызэрымыгуэкӀрэ зэфӀэкӀышхуэрэ зэраӀар дгъэщӀэгъуэнукъым, ауэ абыхэм я гъуэгу теувахэр я Ӏэтащхьэхэм хуабжьу къащхьэщыкӀырт. Швецием щекӀуэкӀахэм, куэдыр зыщымыгъуазэм захуэдвгъэгъазэт, цӀыху Ӏэдэбхэу Петри Олайрэ Лаврентийрэ — егъэджакӀуэхэм дакъыбгъэдэкӀыу я еджакӀуэхэм. Сыт къэтлъагъур?.. Ахэр щӀэныгъэхутэхэщ икӀи дин-щӀэныгъэлӀхэщ, Инджылым ит пэжыгъэхэм нэгъэсауэ щыгъуазэхэу икӀи тыншу текӀуахэщ Римым идеолог нэхъ акъылӀыфӀэхэу щабжу щытахэм». GCKar 223.2
Зи гугъу тщӀауэ щыта диспутым кърикӀуэу шведскэ королым протестантскэ диныр къищтащ, куэд дэмыкӀыу парламентми абы щапхъэ трихащ. Петри Олай ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр шведыбзэкӀэ зэридзэкӀащ икӀи королыр зыхуейр хуащӀэу Библиер зэрыщыту зэрадзэкӀыну яужь ихьащ зэкъуэшхэр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, швед лъэпкъым япэу Тхьэм и Псалъэр я бзэкӀэ къаӀэрыхьащ. Парламентым унафэ къыдигъэкӀащ члисэхэм я лэжьакӀуэхэм къэралым дэнэкӀи Тхыгъэ ЛъапӀэр гурыӀуэгъуэ щащӀыну, школхэм сабийхэр Библием щыдрагъэхьэхыну, еджэн яфӀэфӀын папщӀэ. GCKar 224.1
Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэ Инджылым и нэхум, тегушхуэпауэ хуэм-хуэмурэ жэхьилыгъэмрэ суевериехэмрэ я кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀихурт. Римым и бжьым къыӀэщӀэкӀауэ, лъэпкъыр япэм къызэрымыхъуауэ хуабжьу ефӀакӀуэрт икӀи зиужьат. Швециер протестантизмэм и быдапӀэхэм ящыщ зы хъуащ. Илъэсищэ дэкӀри, нэхъ сыхьэт шынагъуэ дыдэм, а къэрал цӀыкӀунитӀэр нэхъапэм къарууншэу щытыгъар, Европэ псом абы и закъуэщ Германием илъэс щэщӀкӀэ хьэлэчыпцӀэ зауэ щекӀуэкӀам къыдэӀэпыкъуну тегушхуэфар. Ищхъэрэ Европэр аргуэру Римым и лъэгущӀэт хъужыну къыпщыхъурт, ауэ шведхэм я дзэр Германием дэӀэпыкъуащ папистхэр къазэребгъэрыкӀуэр къагъэувыӀэн папщӀэ, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ ирагъэгъуэтын папщӀэ протестантхэм — кальвинистхэми лютеранхэми — Реформацэр къэзыщта къэралхэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ егъэгъуэтыжыни папщӀэ. GCKar 224.2