Бэнэныгъэ ин

11/46

10 ӀЫХЬЭ—РЕФОРМАЦЭМ И ЕХЪУЛӀЭНЫГЪЭХЭР

Лютер щэхуу зэрыкӀуэдам Германие псор игъэгузэващ. ДэнэкӀи абы щыщӀэупщӀэрт. ФӀэщщӀыгъуей хъыбар гъэщӀэгъуэныщэхэр зекӀуэрт, куэдым я гугъэт ар яукӀауэ. Абы и ныбжьэгъухэм я мызакъуэу, цӀыху мын бжыгъэхэр, Реформацэм и лъэныкъуэгъуу зэрыщытхэр ямыбзыщӀыну иджыри темыгушхуэфахэр, къэхъуам иринэщхъейхэрт. Куэдым тхьэ яӀуэрт ар зэраукӀам щхьэкӀэ абы илъ ящӀэжыну. GCKar 168.1

Папистскэ къулыкъущӀэ нэхъ инхэм иригузавэу зэхащӀыкӀат, лъэпкъым ахэр къалъагъу мыхъуу зэрыхъуахэр. Лютер и лӀэныгъэм щегупсыскӀэ, япэм ахэр щыгуфӀыкӀыу щыта щхьэкӀэ, щӀэх дыдэ абыхэм къахуэнэжар зы хъуэпсапӀэ закъуэт — лъэпкъым я губжьым зыщагъэпщкӀунырт. Лютер и бийхэр ӀэджэкӀэ нэхъыбэу зыщышынэр хахуэу, гушхуауэ щхьэхуитыныгъэ иӀэу абы илэжьыфынухэртэкъым, атӀэ щэхуу абы ищӀэнкӀэ хъунухэрт. Я гур къикъуэлъыкӀыу а реформатор щхьэмыгъазэр ягъэкӀуэдыну хуейуэ къэзылъыхъуэу щытахэр, иджы щышынэрт абы, а дэӀэпыкъуэгъуншэ гъэрым. «Дыкъызэрелыну Ӏэмал закъуэу диӀэр, — жиӀэрт абыхэм ящыщ зым, — мафӀэ тӀэщӀэлъу дуней псом Лютер къыщытлъыхъуэу, лъэпкъым ар еттыжынырщ». Императорым къыдигъэкӀа унафэм къару лъэпкъ иӀэтэкъым. Папскэ легатхэр бампӀэу зэгуэудырт, а эдиктым нэхърэ Лютер къыщыщӀар цӀыхухэм нэхъыбэу къазэрыфӀэӀуэхур здалъагъум. GCKar 168.2

Лъэпкъым хъыбарыфӀхэр къащыӀэрыхьэм, бгъэдыхьэпӀэншэ быдапӀэм ар псэууэ, шынагъуэгъэншэу зэрыщыӀэр къыщащӀэм, я гур фӀы зэрыхъужам имызакъуэу, нэхъыбэжу ар фӀыуэ ялъагъу хъуат. Абы и тхыгъэхэм иджы япэм нэхърэ нэхъ егугъуу еджэрт цӀыхухэр. Апхуэдизу мышынэу Тхьэм и Псалъэм къыщхьэщыжа а лӀыхъужьым и лъэныкъуэгъу хъу цӀыхухэм я бжыгъэм щӀэчэ имыӀэу хэхъуэрт. Реформацэм кӀуэ пэтми нэхъыбэу зиубгъурт. Лютер хиса жылэхэр дэнэкӀи къыщыкӀырт. Ар зэрыщымыӀэр сэбэп хуэхъурт, щыӀатэмэ ямылэжьыфыну щыта лэжьыгъэр къазэрехъулӀэм. Ӏэтащхьэ щэджащэр щыкӀуэдым, нэгъуэщӀ лэжьакӀуэхэм куэду зэхащӀащ Тхьэр къазэрыщыгугъыр. Я фӀэщхъуныгъэр къэщӀэрэщӀэжауэ, къарууэ яӀэр халъхьэу, абыхэм ипэкӀэ кӀуэтэн щӀадзащ, яхузэфӀэкӀ псор ящӀэу, щӀыхь пылъу къежьа лэжьыгъэм зыри зэран къыхуэмыхъуу зиужьын папщӀэ адэкӀи. GCKar 168.3

Ауэ шейтӀанми зыри имыщӀу щыстэкъым. Иджы ар яужь ихьащ, цӀыхухэм зыкъыщащӀэжкӀэ е реформаторскэ Ӏуэхухэр къыщежьэкӀэ сытым дежи ищӀэ и хабзэхэр илэжьыну — къигъапцӀэурэ игъэунэхъуну цӀыхухэр, пэжыгъэр пцӀыкӀэ зэрихъуэкӀыурэ. Япэ лӀэщӀыгъуэм чристэн Члисэм Мэсихь нэпцӀхэр къазэрыхыхьам хуэдэу, иджыри ХУӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм, бегъымбар нэпцӀхэр къэунэхуат. GCKar 169.1

ЦӀыхубэр диным къызэрыхуэушам, чристэн дунейм къыщыхъуа зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэм дихьэхыпауэ, цӀыху зытӀущым къызыфӀагъэщӀыжащ, Уафэм къикӀыу зэӀухыныгъэхэр къаӀэрыхьа хуэдэу, арати, абыхэм жаӀащ Лютер къригъэжьа Реформэ Ӏуэхур и кӀэм нагъэсыну Зиусхьэным пщэрылъ къахуищӀауэ. ИпэжыпӀэкӀэ абыхэм ягъэкӀуэдыжырт Лютер къригъэжьа лэжьыгъэр. Абыхэм Ӏумпэм ящӀащ Реформацэм и лъабжьэ быдэр, Тхьэм и Псалъэр фӀэщхъуныгъэмрэ гъащӀэмрэ зытещӀыхьауэ щытын хуей хабзэ закъуэу зэрыщытыр. А щыуагъэншэ гъуэгугъэлъагъуэм и пӀэкӀэ абыхэм зыхуагъэзащ зызыхъуэж укъэзымыгъэпэжын пщалъэхэм — я гурыщӀэхэмрэ зыхащӀэхэмрэ. Пэжыгъэмрэ щхьэрыуагъэмрэ къызэрапщытэ пщалъэ иныр Ӏуахри, абыхэм шейтӀаным Ӏэмал иратащ я гупсысэхэр зэригъэкӀуэну. GCKar 169.2

А бегъымбар хуэдэхэм ящыщ зым жиӀэрт, езы ДжэбрэӀил мелыӀычым и унафэм щӀэту. Абы гъусэ зыкъыхуищӀат еджапӀэр хыфӀэзыдза зы студент гуэрым, и Псалъэр гурыӀуэгъуэ иригъэщӀыну Зиусхьэным Ӏущыгъэшхуэ къритауэ жызыӀэм. Абыхэм иджыри къахыхьат нэгъуэщӀ цӀыхухэри, фанатизмэм дихьэххэр. А жэрдэмщӀакӀуэхэм ялэжьхэм псалъэмакъ куэд къагъэхъейт. Лютер и уазхэр цӀыхухэм ядэӀэпыкъуат реформэ щӀын зэрыхуейр зэхащӀыкӀынымкӀэ, ауэ иджы а цӀыху хьэрэмыгъэншэхэм ящыщ языныкъуэхэр бегъымбарыщӀэхэм ягъэщхьэрыуэрт. GCKar 169.3

ЗэщӀэхъееныгъэщӀэм и пашэхэр Виттенберг кӀуэри, Меланхтонрэ абы и дэлэжьэгъухэмрэ яхуэзэри, хуитыныгъэу яӀэм я гугъу ящӀащ. Абыхэм жаӀэрт: «Дэ Тхьэм дыкъигъэкӀуащ лъэпкъыр дыущиину, гъунэгъу дыдэуи Тхьэм допсалъэ. Дэ дыщыгъуазэщ къуэкӀуэнум, кӀэщӀу жытӀэнщи, дэ дыбегъымбархэщ икӀи Тхьэм дрилӀыкӀуэхэщ, доктор Лютер къэзыщтэхэу”. GCKar 169.4

А псом реформаторхэр зэхэзещхъуэн ящӀащ. Иджыри къыздэсым апхуэдэ лъэпкъ ахэр хуэзатэкъыми, ящӀэн хуейр къагурыӀуэртэкъым. Меланхтон жиӀащ: «Пэжщ, а цӀыхухэр къызэрыгуэкӀыу щымыт дух гуэрхэм я тепщэм щӀэтщ, ауэ сыт хуэдэ а духхэр?.. Зы лъэныкъуэкӀэ, дысакъын хуейщ, Тхьэм и Духыр едмыудыхын папщӀэ, нэхъуэщӀ лъэныкъуэкӀи дыкъеплъмэ, иджыри дысакъын хуейщ шейтӀаным и духым зыкъедмыгъэгъэпцӀэн папщӀэ”. GCKar 170.1

Куэд дэмыкӀыу гъэсэныгъэщӀэм къапыкӀхэр наӀуэ къэхъуащ. ЦӀыхухэм Библиер къафӀэмыӀуэхуж хъури, щӀэх дыдэ ар ябгынэжыпащ. ЕджапӀэхэм зэрызехьэхэр къыщыхъун щӀидзащ. Студентхэм, зыми едэӀуэну хуэмеижу, еджэныгъэр ӀэщӀыб ящӀри, университетхэр ябгынащ. Реформацэ Ӏуэхур зи пщэрылъу зыбжыжу щытахэм, ар зэтрагъэщэщэжыпэ пэтащ. Римым и телъхьэхэр гуфӀэхэрт: «Зы тӀэкӀу дегугъужмэ — аргуэру псори ди ӀэмыщӀэ къихьэжынущ», — жаӀэу. GCKar 170.2

Абыхэм я хъыбарыр Вартбург щынэсым, Лютер хуабжьу нэщхъейуэ жиӀащ: «Сэ сытым дежи сегупсысат шейтӀаным апхуэдэ насыпыншагъэ гуэр къызэрытхуигъэкӀуэнкӀэ хъунум». Лютер илъагъут а бегъымбар нэпцӀхэр ипэжыпӀэкӀэ зищӀысхэр икӀи пэжыгъэм и Ӏуэхум къыкӀэщӀэзэрыхьа шынагъуэр. Папэмрэ императорымрэ къазэрытеуэхэм апхуэдизу ягъэгузавэртэкъым ар, мы насыпыншагъэм гугъапӀэншэ зэрищӀам хуэдэу. Реформацэм и ныбжьэгъу нэпцӀхэр абы и бий кӀэуфӀыцӀ хъуахэт. Гугъу ехь цӀыхум гуфӀэгъуэрэ мамырыгъэрэ къыхуэзыхьа пэжыгъэхэр иджы Члисэм къыщыхъуа зэныкъуэкъуныгъэмрэ зэрызехьэмрэ я щхьэусыгъуэ хъуат. GCKar 170.3

Реформэ щригъэкӀуэкӀым Лютер Тхьэм и Духым и унафэм щӀэтат, икӀи Абы зэригъакӀуэурэ цӀыхум хуэщӀэным нэхъыбэ илэжьат. Абы и гугъатэкъым апхуэдизу хъыжьэу Ӏуэхур зэрихьэну, ипэжыпӀэкӀэ къызэрыхъуам хуэдэу; ар хуеятэкъым икӀэщӀыпӀэкӀэ псори ихъуэжыну. Ар Гъунапкъэншэу Лъэщым Ӏэмэпсымэу ӀэщӀэлъа къудейщ. И лэжьыгъэм кърикӀуахэм щегупсысыжкӀэ, ар куэдрэ къыхэщтыкӀырт икӀи зэгуэрым къыхигъэщащ: «Сэ нэхъ тыншу арэзы сытехъуэнт пщӀэнейрэ сылӀэну, си гъэсэныгъэм зыгуэрым зэраныгъэ къыхуихьыну сщӀэным нэхърэ, зы цӀыху закъуэ мыхъуми, ар къызэрыгуэкӀыу жэхьил дыдэу щырети. АрщхьэкӀэ, дауикӀ, апхуэдэ къэхъункӀэ хъунутэкъым, сэ си гъэсэныгъэр Инджылым и купщӀэ дыдэрщи”. GCKar 170.4

Реформацэм и къежьапӀэу щыта Виттенберг къалэр псом япэ щӀэхуащ фанатизмэмрэ хабзэншагъэмрэ я тепщэныгъэм. А къэхъуа ӀуэхумкӀэ лажьэ лъэпкъ зимыӀэр Лютер и гъэсэныгъэрт, ауэ абы и бийхэм Германие псом щыжаӀэр нэгъуэщӀт. Хуабжьу игу къеуэу Лютер щызэупщӀыж щыӀэт: «Дауэ хъун Реформацэ иным и Ӏуэхур апхуэдизу щӀыхьыншэу иухыну?” — жиӀэу. Ауэ, аргуэру тхьэлъэӀукӀэ ар Тхьэм ебэна нэужь, мамырыгъэр и гум щыз хъужащ. «Сэракъым ар зи Ӏуэхур, Зиусхьэн, атӀэ Уэращ, — жиӀэрт, — Уэ къэбгъэхъунукъым апхуэдэ, суевериехэмрэ фанатизмэмрэ ар ягъэулъиину», — жиӀэрт. Ауэ, абы, а зэман шынагъуэм, бэнэныгъэр щӀекӀуэкӀ щӀыпӀэм пэжыжьэ щыӀэу къэнэн хузэфӀэкӀынутэкъым, арати, быдэу мурад ищӀащ Виттенберг игъэзэжыну. GCKar 170.5

ЗимыӀэжьэу Лютер а гъуэгуанэ шынагъуэм теуващ. Империем ар къэзыхъумэн истэкъым, хабзэм щӀэмыту хагъэӀуати. Бийхэм, япэми хуэдэу, ар яукӀыну хуитт; и ныбжьэгъухэри, иджыри хуиттэкъым абы къыдэӀэпыкъуну, икӀэрауэ, я унэ ирагъэблэгъэну. Императорым и тепщэныгъэм тезыр нэхъ ткӀий дыдэхэр къигъэсэбэпат Лютер и телъхьэхэм папщӀэ. Ауэ Лютер илъагъут Инджылым и лэжьыгъэм шынагъэ къыкӀэщӀэлъэзэрыхьауэ, арати, мышынэу Зиусхьэным и цӀэкӀэ ежьащ, пэжыгъэм щӀэзэуэну. GCKar 171.1

Курфюрст хуитха письмом Лютер Вартбург ибгынэну тезыгъэгушхуа щхьэусыгъуэхэр къыщрибжэкӀри, адэкӀи къыпищащ: «ФӀы къысхуэзыщӀэ пщыр, щыгъуазэ усщӀыну сыхуейщ Виттенберг зэрызгъэзэжым; сэ абы сыкӀуэнущ, пщым нэхърэ нэхъыфӀу сыкъэзыхъумэфынум и жьауэм сыщӀэту. ИкӀи си мурадкъым Уэ, зи щӀыхьыр лъагэм сынолъэӀуну, уи жьауэм сыщӀэбгъэувэну, ауэ сызэригугъэмкӀэ, Уэ сыкъызэрыпхъумэфынум нэхърэ нэхъыбэу сэ езым усхъумэфынущ. ДауикӀ, Уэ, зи щӀыхьыр лъагэм, сыкъэпхъумэну иужь уиту къэсщӀатэмэ, сэ зыми сыхигъэзыхьыфынутэкъым Виттенберг сыкӀуэну. А Ӏуэхур джатэкӀэ бгъэкӀуатэ хъунукъыми; Псори Тхьэм ищӀэн хуейщ, цӀыхухэм я дэӀэпыкъуныгъи я арэзыныгъи хэмыту. Аращи, хэт и фӀэщхъуныгъэр нэхъ инми, ар псом нэхърэ нэхъ хъума хъунущ”. GCKar 171.2

И етӀуанэ письмом, Виттенберг кӀуэуэ, гъуэгу здытетым итхам, Лютер и псалъэхэм дыщӀигъужащ: «Сэ сыхьэзырщ Уэ, зи щӀыхьыр лъагэр, укъызыхуэзгъэшхыдэнуи дунейр зыхуэзгъэгубжьынуи. АтӀэ Виттенберг щыпсэухэр си мэл хъушэм щымыщрэ? Тхьэм ахэр анэмэт къысхуимыщӀауэ щыт? Сэ си къалэным хыхьэкъэ Ӏэмалыншагъэ хъумэ, абыхэм папщӀэ си гъащӀэр стыныр? А псом къинэмыщӀауэ, сэ хуабжьу сошынэ, Германием лъэпкъым зыкъыщамыӀэтарэт жысӀэу, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Тхьэм ди лъэпкъым тезыр къытрилъхьэнкӀэ хъунущи». GCKar 171.3

Хуабжьу сакъыу икӀи Ӏэсагъ хэлъу, абы къыдэкӀуэуи хахуэу икӀи щхьэмыгъазэу Лютер пэрыхьащ и лэжьыгъэм. «ПсалъэкӀэ, — жиӀащ абы, — дэ зэхэткъутэн икӀи дгъэкӀуэдыжын хуейщ, лей зэрахьэурэ зыӀащӀахэр. Сэ си мурадкъым къарукӀэ суевериери фӀэщмыхъуныгъэри згъэкӀуэдыну... Зыри хэбгъэзыхь хъунукъым. Хуитыныгъэ — аращ фӀэщхъуныгъэм и купщӀэ хъужыр». GCKar 171.4

ЩӀэх дыдэ Виттенберг дэнэкӀи щызэлъащӀысащ Лютер къызэрыкӀуэжам и хъыбарыр икӀи абы уаз зэритынур. ЦӀыхухэр дэнэ лъэныкъуэкӀи къикӀыурэ къызэхуэсхэрт, арати, щӀэх дыдэу члисэм щӀэмыхуэж хъуащ. Кафедрэм дэкӀуейри, Лютер Ӏущыгъэшхуэ, Ӏэдэбагъ хэлъу, цӀыхухэр иригъэджащ, иущиящ, я къуаншагъэхэри къыщӀигъэщащ. КъарукӀэ мессэр зыгъэкӀуэдыжыну яужь итахэм я гугъу ищӀри, жиӀащ: «Мессэр — дызыхуэмей дин хабзэщ, Зиусхьэным имыӀэмыру GCKar 172.1

ирагъэкӀуэкӀыу икӀи гъэкӀуэдыжын хуейщ. Сэ сыхуейт абы и пӀэкӀэ Зиусхьэным и Пшыхьыр, Инджылым игъэувар, дуней псом ирагъэкӀуэкӀыну. Ауэ дэ зыри хэдгъэзыхь хъунукъым апхуэдэу едгъэщӀэну. Псори Тхьэм и ӀэмыщӀэм илъщ икӀи а Ӏуэхур зылэжьын хуейр Абы и Псалъэрщ, дэракъым. Ар сыт щхьэкӀэ? — фыкъызэупщӀынущ фэ. Сэ цӀыхухэм ягухэр сӀыгъкъыми аращ, кхъуэщынгъэжым ятӀэр зэриӀыгъым хуэдэу. Дэ дыхуитщ яжетӀэну, ауэ едгъэщӀэну дыхуиткъым. Дэ пэжыгъэр дгъэӀун хуейуэ аращ, адрей псори Тхьэм и ӀэмыщӀэм итлъхьэн хуейщ. Сэ къару къэзгъэсэбэпын щӀэздзэмэ, сыт абы дызэхуишэнур? ФэрыщӀагъэрщ, формализмэрщ, зегъэщхьыныгъэрщ, фитӀнагъэрщ икӀи унафэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къыдэгъэкӀынырщ... Ауэ абыхэм зыми яхэлъынукъым гу къабзагъи, фӀэщхъуныгъи, лъагъуныгъи. А фӀыгъуищыр здэщымыӀэм зыри щыӀэкъым икӀи сэ зы кӀэпӀейкӀэ естынукъым апхуэдэу Ӏуэхур иухынкӀэ... И ПсалъэмкӀэ Зиусхьэным ищӀэр нэхъыбэщ, фэри, сэри, мы дуней псоми ящӀэм нэхърэ. Тхьэм гур етхьэкъу, гур щытхьэкъуам деж, псори тхьэкъуауэ щытынущ. ” GCKar 172.2

«Сэ уаз стынущ, дискуссиехэр езгъэкӀуэкӀынущ, сытхэнущ, ауэ сэ зыри хэзгъэзыхьынукъым, фӀэщхъуныгъэр хэмыгъэзыхьауэ фӀэкӀа щытыфынукъыми. Сэ сщӀэм фегупсыс. Сэ папэми, индульгенцэхэми папистхэми сапэщӀэувэу сыпсэлъащ, ауэ зэи къарукӀэ залымыгъэ ехыным зыри къыхуезджакъым, лъэпкъыр къызэщӀэзгъэстакъым. Сэ Тхьэм и Псалъэр згъэӀуа къудейщ: уаз стащ икӀи сытхащ — аращ сщӀар зэрыхъур. Уеблэмэ, сыщыжейкӀи... си уазым папствэм и быдапӀэр зэхакъутэрт, зы императори зыпщи лъэкӀынутэкъым апхуэдэ. ИтӀанэми, сэ зыри сщӀакъым. Псори зылэжьар Псалъэрщ. КъарукӀэ хэгъэзыхьыным зыхуэзгъэзатэмэ, зэрыГерманиеу лъыпсым щӀигъэнэнут. Сытыт абы дызыхуишэнур? Псэри Ӏэпкълъпкъри кӀуэдынырт. Аращи, сэ мамырыгъэр схъумэнущ икӀи дунейр къэзызэур Тхьэм и Псалъэм и закъуэу щырет”. GCKar 172.3

Тхьэмахуэ псом и кӀыхьагъкӀэ Лютер махуэ къэс Тхьэм и Псалъэр яжриӀащ абы хуэлӀэ цӀыхухэм. Арати, Тхьэм и Псалъэм зэхикъутащ фанатизмэм и Ӏэщэхэр. Инджылым и къарум щхьэрыуахэр пэжыгъэм и гъуэгум тришэжащ. GCKar 173.1

Лютер зыкӀи хуейтэкъым фанатикхэм яхуэзэну, Реформацэ Ӏуэхум апхуэдиз хэщӀыныгъэ езытахэм. Абы ищӀэрт ахэр зэрыцӀыху Ӏэлхэр, губзыгъагъэ гупсысэкӀэ зимыӀэхэу, Уафэм къехауэ зэӀухыныгъэ яӀэу жаӀэ щхьэкӀэ, къепсалъэӀауэ зэрахуэмышэчыр, уеблэмэ, нэхъ щэныфӀэ дыдэу щагъэкъуаншэкӀи, чэнджэщ щраткӀи яхэмызагъэу. Бжьыпэр яубыдыну я мураду, абыхэм къагъэувырт, цӀыхухэм я унафэщӀу щытыну ахэр зэрыхуитыр зы псалъэ къапимыдзыжу дэтхэнэми къищтэн хуейуэ. Ауэ Лютер къыхуэзэну хуейуэ абыхэм щытрагъэчыныхьым, ар арэзы хъури апхуэдизу ахэр сэтей джафэ къищӀати, а пцӀыупсхэм асыхьэтым Виттенберг ябгынащ. GCKar 173.2

Зы зэманкӀэ а зэщӀэхъееныгъэр къызэтеувыӀащ, ауэ илъэс зытӀущ дэкӀри, фанатизмэр аргуэру къызэщӀэнэжащ, лей зехьэ нэхъыбэрэ шынагъуэ нэхъыбэрэ кърикӀуэу. А зэщӀэхъееныгъэм я унафэщӀхэм теухуауэ Лютер мыпхуэдэу жиӀэрт: «Абыхэм я дежкӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэр — псэ зыхэмыт хьэрфхэщ, абы къыхэкӀкӀэ кӀиин щӀадзащ: “Дух! Дух!” — жаӀэу. Сэ си мурадкъым сыкӀуэну а гупсэм ахэр здиунэтӀымкӀэ. ГущӀэгъулы Зиусхьэным сыщихъумэ сэ апхуэдэ члисэ, псори щихъыу здэщытым. Сэ сыхуейщ цӀыху къызэрыгуэкӀхэм саригъусэну, къарууншэхэм икӀи сымаджэхэм — зи гуэныхьхэр зэхэзыщӀыкӀыжхэм; я гущӀэм къикӀыу зэпымычу Тхьэм елъэӀухэм, гузэгъэгъуэ къаритыну, къадэӀэпыкъуну, хуабжьу Абы щӀэлъэӀухэм”. GCKar 173.3

Нэхъ зэфӀэкӀ зиӀэ фанатикхэм ящыщт Томас Мюнцер. Ар зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цӀыхут, сэбэпынагъ куэд къэзыхьыфыну щытауэ, гъуэгу захуэм тету зекӀуатэмэ, ауэ абы дин пэжым и лъабжьэ нэхъыщхьэхэр къищтакъым. «Ар хьэщыкъ хуэхъуат дунейр ихъуэжыну, ауэ жэрдэмыщӀхэм къазэрыщыщӀ хабзэти, щыгъупщат япэщӀыкӀэ зэхъуэкӀыныгъэхэм езым и деж къыщыщӀадзэн зэрыхуейр”. Ар хущӀэкъурт увыпӀэ лъагэ дунейм щиубыдыну, ижь ящӀригъэхун папщӀэ и зэманым псэухэм, етӀуанэу щытыну хуейтэкъым ар — уеблэмэ, Лютер и ужькӀи. Абы жиӀэрт Библием и щӀыхьыр тегъэщӀапӀэ зыщӀ реформаторхэм папствэм и зы лӀэужьыгъуэ иджыри къагъэхъуу. Абы зэрижиӀэмкӀэ, Зиусхьэным езырат унафэ зыхуищӀар реформэ пэжыр иригъэкӀуэкӀыну. «А гупсэр зиӀэм, — жиӀэрт Мюнцер, — фӀэщхъуныгъэ пэж иӀэщ, уеблэмэ, игъащӀэм зэи Тхыгъэ ЛъапӀэр имылъэгъуами”. GCKar 173.4

А егъэджакӀуэ-фанатикхэр зэрыщыту гурыщӀэхэм я тепщэм щӀэтт, я гупсысэ дэтхэнэри я гум къэкӀ псори Тхьэм и макъыу ябжу, абы кърикӀуэу ирагъэлейхэурэ къемызэгъын куэд къагъэхъурт. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм, уеблэмэ, я Библиехэр ягъэсыжат: «Хьэрфым уеукӀ, Духым укъегъэхъуж», — жаӀэри. Мюнцер и гъэсэныгъэм цӀыхухэр трагъэгушхуэрт телъыджэ гуэрхэм хущӀэкъуну, я пагагъэр ягъэнщӀу, — абыхэм цӀыхухэм я идеехэмрэ я еплъыкӀэхэмрэ Тхьэм и Псалъэм нэхърэ нэхъ лъагэу ягъэувырт. ЦӀыху мин бжыгъэхэм къащтат абы и гъэсэныгъэр. Куэд дэмыкӀыу абы игъэкъуэншащ, Тхьэм щхьэщэ зэрыхуащӀу ирагъэкӀуэкӀ къулыкъур хабзэ гуэрым тетыныр икӀи жиӀащ, пщыхэм уедэӀуэным Тхьэми Велиарми зэуэ уахуэлэжьэныр къикӀыу. GCKar 174.1

Папэм къатрилъхьа бжьым къыщӀэкӀыжын щӀэзыдза цӀыхухэм яшэчыну хуеижтэкъым светскэ властым зэрыдикъузэр. Мюнцер и гъэсэныгъэ революционнэм, Тхьэм къыбгъэдэкӀ хуэдэм, ар къэзыщтэхэр хуит ищӀырт властхэм я тепщэм щӀэмытыжу щхьэхуиту забжыну икӀи я предрассудкэхэмрэ я суевериехэмрэ хуитыныгъэшхуэ яритырт. Абы къихьам куэдрэ узригъэжьакъым: зэжьэхэуэхэм, зыкъэӀэтыныгъэхэм щӀадзащ, Германием лъыр кӀэщӀэлъэдащ. GCKar 174.2

Реформацэм лажьэр къытралъхьэу фанатизмэм кърикӀуахэр здилъагъум, Лютер аргуэру псэкӀэ хьэзабышхуэ игъэвт, Эрфурт къалэ щишэчам хуэдэ. Папскэ Ӏэтащхьэхэм жаӀэрт икӀи куэдми апхуэдэу я гугъэт, зыкъэӀэтыныгъэхэр — Лютер и гъэсэныгъэм къыхэкӀауэ. Апхуэдэу ар зэрагъэкъуаншэм лъабжьэ лъэпкъ имыӀами, реформаторым и щхьэ къыфӀигъэхут. Абы и къарур пэлъэщынутэкъым — илъагъуну, пэжыгъэр жэхьилыгъэ фанатизмэм зэрыхуагъадэр, апхуэдэу ар зэрагъэпудыр. КъищынэмыщӀауэ, зыкъэӀэтыныгъэхэр къэзыгъэхъухэм Лютер къалъагъу хъуртэкъым, къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу я гъэсэныгъэхэм зэрыпэщӀэтым, Тхьэр ягъусэ хуэдэу зэрыжаӀэр зэрахуимыдэм имызакъуэу, абыхэм светскэ властым пэщӀэувэ зэщӀэгъэстакӀуэщ зэрахужиӀэм щхьэкӀэ. Жэуап къратыжу Лютер цӀыху напэншэ, фӀэрыщӀ къыфӀащат абыхэм. Къыпщыхъут Лютер пщыхэмрэ лъэпкъымрэ къызэхуигъэгубжьауэ. GCKar 174.3

ГуфӀэгъуэр зезыхьэ папистхэм я гугъэт щӀэх дыдэ Реформацэм кӀэухыр къыхуэкӀуэну. Ахэр Лютер къехъурджауэт, уеблэмэ, апхуэдизу хьэрэмыгъэншэу игъэзэкӀуэжыну ар зэгугъу щыуагъэхэм щхьэкӀи. Реформацэ нэпцӀым и телъхьэхэм гъэпцӀагъэ Ӏэмалу ягъуэт псори къагъэсэбэпурэ, лей зытехьахэм хуэдэу, зыкъагъэлъэгъуэну яужь итт,— икӀи фэрыщӀ нэдж-нэпцӀхэм куэдрэ къазэрехъулӀэ хабзэщи, — абыхэм цӀыхухэр еплъ хъуат хьэзаб зрагъэшэчхэм хуэдэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къарууэ яӀэр ирахьэлӀэу Реформацэм пэщӀэтхэр, ебэнхэр гущӀэгъуншагъэмрэ лейзехьэхэмрэ я псэдзыгъэу ялъытэ хъуащ цӀыхухэм, ахэр яфӀэгуэныхь хъурэ пщӀэи хуащӀу. Ар зи лэжьыгъэр шейтӀанырт, зыкъэӀэтыныгъэ гупсэм и унафэм щӀэтарт, уафэм зауэ къыщиӀэтам щыгъуэ. GCKar 174.4

ШейтӀаныр, хущӀыхьэгъуэ имыӀэу, сыт щыгъуи яужь итщ цӀыхухэр къызэригъэпцӀэным, ахэр хегъэзыхь гуэныхьыр щыпкъагъэу, щыпкъагъэр гуэныхьу жаригъэӀэу. Сыту куэд къехъулӀа-тӀэ абы! Сыт хуэдизкӀэ ягъэкъуаншэрэ лажьэ тралъхьэурэ Тхьэм хуэпэжу хуэпщылӀ цӀыхухэр, мышынэу пэжыгъэм къызэрыщхьэщыжхэм щхьэкӀэ! ШейтӀаным и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм пщӀэ хуащӀ; абыхэм щотхъу, йоубзэ икӀи хьэзабыр зрагъэшэчхэм хуэдэу йоплъ, абы хэту ипэжыпӀэкӀэ пщӀэ зыхуэфащэхэр икӀи Тхьэм зэрыхуэпэжхэм щхьэкӀэ зыдэӀэпыкъун хуейхэр псоми къагъанэ, Ӏумпэм ящӀ икӀи мурадыфӀхэр ямыӀэ хуэдэу гурыщхъуэ хуащӀ. GCKar 175.1

Щихъыфэ зытегъэуэным, фэрыщӀагъэ къабзагъэм цӀыхухэр иджыри егъэщхьэрыуэ. Фащэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зыщатӀагъэурэ, абыхэм Лютер и махуэхэм зэращӀэу щытам хуэдэу, цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм къыбгъэдашурэ, хагъэзыхь Тхьэм и Унафэм зэредаӀуэм нэхърэ, нэхъыбэу я гурыщӀэхэм щӀэдэӀуну. Къабзагъэмрэ пэжыгъэмрэ игъэпудыну хущӀэкъуурэ, шейтӀаным сыт щыгъуи апхуэдэущ зэрищӀэр — икӀи къохъулӀэ. GCKar 175.2

Лютер шынэ жыхуаӀэр имыщӀэу Инджылыр щихъумащ дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщытеуэхэм. Тхьэм и Псалъэм мыбдежми лъэщу текӀуэныгъэр къэзыхь Ӏэщэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. А ПсалъэмкӀэ Лютер езэуащ тепщэныгъэр зэзылъэфэлӀа папэм, щӀэныгъэлӀхэм я рационалистическэ философиехэм; абы хэту иджыри Реформацэм къыхэпщӀэну хущӀэкъуа фанатизмэм и удынхэр къимыкӀуэту игъэлъеижащ, къырым хуэдэу. GCKar 175.3

А къару зэныкъуэкъухэм щыщ дэтхэнэми езыхэр зэрыхуейуэ, Тхыгъэ ЛъапӀэр мыпэжу къыжаӀэрт, диныр цӀыхум и Ӏущыгъэм къыхэкӀыу ябжырт. Рационализмэм акъылым щхьэщэ хуещӀ, пэжыгъэм и пщалъэ ещӀ. Римскэ члисэм, папэр тхьэпэлъытэ зыщӀым, икӀи папэм и къежьапӀэр апостолхэм я зэманым пызыщӀэм, лӀэщӀыгъуэ псом я кӀыхьагъкӀэ зызымыхъуэжу абы и тепщэныгъэр къекӀуэкӀауэ жызыӀэм, сыт хуэдэ удафэныгъэри, нэмысыншагъэри Тхьэм и лӀыкӀуэ хуэдэу зэрыщытымкӀэ папэм зэрихьэ щыгъын лъапӀэмкӀэ щӀихъумэжыф ищӀырт. Тхьэм и Духыр яхэту жызыӀэ Мюнцеррэ абы и лъэныкъуэгъухэмрэ ипэжыпӀэкӀэ къапщтэмэ, апхуэдэу щыту езыхэм закъыфӀагъэщӀыж къудейуэ арат, абыхэм е куэд къыхуахьащ светскэ властми члисэми. Чристэныгъэ пэжым Тхьэм и Псалъэр къещтэ, Тхьэм и пэжыгъэм и хъугъуэфIыгъуэшхуэм хуэдэу икӀи сыт хуэдэ идеери къызэрапщытэм хуэдэу. GCKar 175.4

Вартбург къикӀыжа нэужь, Лютер иухащ ЗэгурыIуэныгъэщIэр зэдзэк!ыныр, арати, куэд дэмыкIыу нэмыцэ лъэпкъыр я анэдэлъхубзэмкIэ Инджылым еджэф хъуат. Пэжыгъэр ф!ыуэ зылъэгъуа псоми, хуабжьу щыгуфIыкIыу къащтащ нэмыцэбзэкIэ зэрадзэкӀа Инджылыр, ауэ хабзэжьхэмрэ цIыху унафэхэмрэ тетхэм, ар !умпэм ящIри къащтэн ядакъым. GCKar 176.1

Дин-лэжьакӀуэхэр къэгузэват, цIыху къызэрыгуэкIхэм езыхэм хуэдэу Тхьэм и Псалъэм егупсысыну Ӏэмал зэрагъуэтам щхьэкӀэ, иджы абыхэм я щIэныгъэншагъэр къыщIагъэщынут. Дуней гъащӀэм фIэкIа темыщIыхьа абыхэм я Ӏущыгъэр къарууншэ щыхъут Духым и джатэм и пащхьэ. Тепщэныгъэу !эщ!элъыр зыдигъэ!эпыкъуурэ, Римыр хущIэкъурт Тхыгъэ ЛъапIэр ц!ыхухэм яIэримыгъэхьэну, ауэ сыт хуэдэ унафэ къыдимыгъэк!ми, анафеми хьэзаби цIыхухэм ятримылъхьэми, къик! щыIэтэкъым. Нэхъыбэрэ Римым Библиер игъэкъуэншэху, ц!ыхухэр абы еджэну хуит имыщ!ыху, нэхъыбэжу цIыхухэм къащIэну хущӀэкъурт пэжыгъэм и лъабжьэр. ЕджэкIэ зыщӀэ псори иужь итт Тхьэм и Псалъэр зэрызэрагъэц!ыхуным. Тхылъыр къыздрахьэкIырт, къеджэурэ, къытрагъэзыжурэ ириплъэжурэ, пычыгъуэ к!ыхьхэр гукIэ зрагъэщIэху. Гулъытэшхуэ хуащIу ЗэгурыIуэныгъэщIэ тхылъыр цIыхухэм къызэращтар щилъагъум, Лютер зимьЛэжьэу пэрыхьащ Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэр зэридзэкӀыным икӀи ар къыдигъэкӀырт Ӏыхьэ Ӏыхьэурэ, и лэжьыгъэр ипэкӀэ игъэкӀуэтэху. GCKar 176.2

Къалэхэми жылэхэми зэхуэдэу яфӀэгъэщӀэгъуэну къыщащтэрт Лютер и тхыгъэхэр. «Лютеррэ и ныбжьэгъухэмрэ ятхыр нэгъуэщӀхэм цӀыхухэм я деж нахьэсырт. Монашескэ нузыр ятам мыхьэнэ зэримыӀэр зэхэзыщӀыкӀахэу икӀи апхуэдиз зэманкӀэ я гъащӀэр Ӏуэхуншэу зэрагъэкӀуар зигу къеуэу иджы лэжьыгъэм зезытыну хуей монаххэм, ауэ уаз ятын хуэдэу Тхьэм и Псалъэм фӀыуэ хэзымыщӀыкӀхэм, Лютеррэ абы и ныбжьэгъухэмрэ я тхылъхэр ящэрт, къалэхэри къуажэхэри къызэхакӀухьурэ. Куэд дэмыкӀыу Германие псом щызекӀуэ хъуат а Ӏэпхъуэшапхъуэ тхылъзехьэ хахуэхэр». GCKar 176.3

А тхыгъэхэр хуабжьу яфӀэгъэщӀэгъуэнт къулейхэми къулейсызхэми, щӀэныгъэлӀхэми щӀэныгъэншэхэми. Къуажэ еджапӀэхэм я егъэджакӀуэхэр жэщкӀэ къахуеджэрт а тхыгъэхэм пэшхьэкум деж щызэхуэса цӀыху гупхэм. Еджэгъуэ къэси цӀыху зыщыплӀым пэжыгъэр зыхащӀыкӀырт, итӀанэ, езыхэм я щхьэкӀэ нэгъуэщӀхэм ядэгуэшэжырт ХъыбарыфӀымкӀэ. GCKar 176.4

Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэр къэхъурт: «Уи псалъэхэр ягурыбгъаӀуэурэ цӀыхухэм ар нэхунэ яхуохъур, къызэрыгуэкӀхэми зэхэщӀыкӀ яретыр» (Пс. 118:130). Библиер зэраджым зэхъуэкӀыныгъэшхуэ яхилъхьэрт цӀыхухэм я акъылми ягуми, апхуэдиз зэманкӀэ папскэ тепщэныгъэм гъущӀ лъэхъукӀэ иӀыгъахэм. Суевернэ шынагъэ яӀэу дин-хабзэ псори ягъэзащӀэу щытат абыхэм, арщхьэкӀэ, я акъылхэми зригъэужьыртэкъым, ягухэри игъэкъабзэртэкъым. Лютер и уазхэмкӀэ зи гугъу ищӀ, Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ ӀупщӀхэм, итӀанэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэм ӀэщӀалъхьа Езы Тхьэм и Псалъэхэм, динымкӀэ къаруущӀэ цӀыхухэм яхилъхьэрти, ягури я псэри ягъэкъабзэу фӀым зэрыхуаузэщӀым имызакъуэу, я акъылми зригъэужьырт. GCKar 177.1

Пэжыгъэм и нэхур дэнэкӀи нэсырт. Псэхугъуэ зрамыту
зэрахуэхэм, зыщӀыпӀэ щрагъэблагъэу егъэзыпӀэ щагъуэткӀэ,
абдежым Мэсихь и хъыбарыр щагъэӀурт, иныкъуэхэм
деж члисэми апхуэдэу щыщащӀэф къэхъурт, ауэ апхуэдэ
Ӏэмал щамыӀэм деж, абыхэм хъыбарыфӀыр унэ-унэкӀэ
щыжаӀэрт, губгъуэхэми мэзхэми. ТхьэлъэӀупӀэ лъапӀэ
хъут сыт хуэдэ щӀыпӀэри, нэхъ мыхъуми зы цӀыху дэӀуэну
хуейуэ здэщыӀэр. Апхуэдизу ерыщу икӀи жыджэру ягъэӀу
пэжыгъэм кӀуэ пэтми цӀыху нэхъыбэм я гур къихьэхурт.

ДэнэкӀи ущрихьэлӀэфынут лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэхэм къыхэкӀа цӀыхухэм, Библиер яӀэщӀэлъу Реформацэм и гъэсэныгъэхэм къыщхьэщыжхэу. Папистхэм я зэманым Тхыгъэ ЛъапӀэр джыныр зи лэжьыгъэу ябжыр дин-лэжьакӀуэхэмрэ монаххэмрэт, иджы абыхэм елъэӀухэурэ кърагъэблагъэрт, къагъэпсэлъэну, гъэсэныгъэщӀэр пцӀыуэ къыщӀрагъэдзын папщӀэ. Ауэ дин-лэжьакӀуэхэр, Тхыгъэ ЛъапӀэми Тхьэм и къаруми зы цӀыкӀу хэзымыщӀыкӀхэр къыхагъащӀэхэрт жэхьилрэ еретикрэ зыфӀащахэм. «Ди жагъуэ зэрыхъущи, — итхыжырт зы католик гуэрым, — Лютер и гъуэгу къытехьахэм я фӀэщ ищӀащ зыми дзыхь хуамыщӀыну, Тхыгъэ ЛъапӀэм нэмыщӀ”. ЦӀыху гупышхуэхэр къызэхуэсырт дин-щӀэныгъэлӀ жьакӀуэхэм диспут щрагъэкӀуэкӀкӀэ едэӀуэну, щӀэныгъэшхуэ зыбгъэдэмылъхэр пэжыгъэм къызэрыщхьэщыжым. Напэтехыгъэу а цӀыхушхуэхэм я щӀэныгъэншагъэр псом хуэмыдэу сэтей къэхъурт, абыхэм я аргументхэр Тхьэм и Псалъэм ит къызэрыгуэкӀ пэжыгъэхэм щыжэхэуэхэм деж. ӀэщӀагъэлӀхэми, сэлэтхэми, цӀыхубзхэми, уеблэмэ, сабийхэми библейскэ гъэсэныгъэм нэхъыбэ хащӀыкӀыу къыщӀэкӀырт щоджэнхэмрэ дин-щӀэныгъэлӀхэмрэ нэхърэ. GCKar 177.2

Инджылым и еджакӀуэхэмрэ папскэ суевериехэм и телъхьэхэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр щӀэныгъэлӀхэм я деж нэхъ мащӀэу щыплъагъутэкъым къызэрыгуэкӀ цӀыхухэм я деж зэрыщыплъагъум нэхърэ. «Сыт щыгъуи иерархием и хъумакӀуэу щытахэм, бзэхэми тхылъхэми хуемыджахэм... япэщӀэтт фӀым хущӀэкъу протестантскэ щӀалэгъуалэр, Тхыгъэ ЛъапӀэр джыным я гур етауэ щытхэу, античнэ пасэрей тхылъхэми щыгъуазэ зызыщӀахэр. Акъыл жан, гу къабзэ яӀэу, шынэ жыхуаӀэр ямыщӀэу, а щӀалэщӀэхэм псынщӀэу щӀэныгъэшхуэ зрагъэгъуэтати, зэман кӀыхькӀэ зыкъомрэ зыри тегушхуэфакъым абыхэм едэуэну. А щӀалэщӀэхэр католическэ дин-щӀэныгъэлӀхэм щарихьэлӀэкӀэ, апхуэдизу тыншу икӀи гушхуауэ абыхэм я аргументхэр зэрыпцӀыр къыщӀагъэщхэрти, мо жэхьилхэр дурэшым къыдэнэрт, ящӀэныр ямыщӀэжу я напэр текӀарэ псоми ягу зыщагъэкӀауэ”. GCKar 178.1

Католическэ щоджэнхэм я члисэхэр нэщӀ зэрыхъур щалъагъум, зыдагъэӀэпыкъуну светскэ властхэм зыхуагъазэри, Ӏэмалу ягъуэт псомкӀэ яужь итащ кърагъэгъэзэжыну «яфӀэкӀуэда мэлхэм». Ауэ лъэпкъым гъасэныгъэщӀэм къыщигъуэтат псэр зыхуэныкъуэхэр зыгъэнщӀхэр, арати, я щӀыбыр хуагъазащ апхуэдиз зэманкӀэ ахэр зымыгъэнщӀыфын укӀэпщӀахуэхэмкӀэ — суевериехэмрэ цӀыхухэм кърагъэжьа хабзэжьхэмкӀэ зыгъэшхахэм. GCKar 178.2

Пэжыгъэм и егъэджакӀуэхэр ябгэу зэрахуэн щыщӀадзэм, абыхэм ягу къагъэкӀыжащ Мэсихь и псалъэхэр: «Фамыгъэпсэууэ зы къалэм фыкъыщрахуэкӀкӀэ, нэгъуэщӀ къалэ фыщӀэпхъуэ» (Мф. 10:23). Пэжыгъэм и нэхур дэнэкӀи нэсырт. Псэхугъуэ зрамыту зэрахуэхэм, зыщӀыпӀэ щрагъэблагъэу егъэзыпӀэ щагъуэткӀэ, абдежым Мэсихь и хъыбарыр щагъэӀурт, иныкъуэхэм деж члисэми апхуэдэу щыщащӀэф къэхъурт, ауэ апхуэдэ Ӏэмал щамыӀэм деж, абыхэм хъыбарыфӀыр унэ-унэкӀэ щыжаӀэрт, губгъуэхэми мэзхэми. ТхьэлъэӀупӀэ лъапӀэ хъут сыт хуэдэ щӀыпӀэри, нэхъ мыхъуми зы цӀыху дэӀуэну хуейуэ здэщыӀэр. Апхуэдизу ерыщу икӀи жыджэру ягъэӀу пэжыгъэм кӀуэ пэтми цӀыху нэхъыбэм я гур къихьэхурт. GCKar 178.3

Диным и тепщэхэми светскэ властми ересыр ягъэкӀуэдыну сыт ямыщӀами зыри къикӀакъым. Алейуэщ ахэм тутнакъхэри, хьэзаб шэчыпӀэхэри, мафӀэри джатэри къызэрагъэсэбэпар. Тхьэм хуэпэж цӀыху мин бжыгъэхэр ялъхэмкӀэ щыхьэт техъуэжащ я фӀэщхъуныгъэм, щхьэмыгъазэу зызыубгъу пэжыгъэр ягъэӀухэурэ. Зехуэныгъэхэр абы сэбэп хуэхъу къудейт, ауэ шейтӀаным пэжыгъэмрэ фанатизмэмрэ зы ищӀыну яужь зэритам къихьар шейтӀаным и лэжьыгъэмрэ Тхьэм и лэжьыгъэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр нэхъ наӀуэ зэрыхъуарщ. GCKar 178.4