Бэнэныгъэ ин

10/46

9 ӀЫХЬЭ—ПЭЖЫГЪЭМ И НЭХУР КЪЫЩЫБЛА ХЭКУР

Реформацэр зэрыригъэкӀуэкӀын Ӏэмэпсымэ къыщыхихым, Зиусхьэныр зэрыхэда щӀыкӀэр, Члисэр къыщызэригъэпэщым зэрищӀам хуэдэ къабзэущ. Уафэ ЕгъэджакӀуэр яблэкӀащ дунейм яфӀэщэджащэхэм, лъэпкъ цӀэрыӀуэ къыхэкӀахэм икӀи къулейхэм, щӀыхьымрэ щытхъумрэ есахэм. УвыпӀэ лъагэ зэраӀыгъым, адрейхэм нэхърэ зэрынэхъыфӀым щигъэкӀахэу, абыхэм зэи зэхащӀыкӀыфынутэкъым цӀыху къызэрыгуэкӀхэр зыхуэныкъуэхэр икӀи Назарет щыщ ЛӀы Ӏэдэбым и лэжьэгъу хъуфынутэкъым. «Си яужь фыкъиуви, Сэ цӀыхухэр къэзыубыд фысщӀынщ» псалъэхэр (Мф. 4:19) зыжраӀар емыджа галилейскэ бдзэжьеящэхэрт. Ахэр цӀыху къызэрыгуэкӀхэт щӀэныгъэщӀэ зэзыгъэгъуэтыну хуейхэу. Я зэманым щыӀа щхьэрыуагъэ гъэсэныгъэхэр къазэрылъэӀэсар нэхъ мащӀэху, ахэр Мэсихь къызэрыхуэлэжьэным хуигъэхьэзырын нэхъ къехъулӀэнут. Апхуэдэу щытащ Реформацэ иным и зэманми. Абы Ӏэтащхьэ хуэхъуахэр цӀыху пэж къызэрыгуэкӀхэрт, щӀыхьымрэ пагагъэмрэ ямыуцӀэпӀахэу, фанатизмэмрэ члисэм щызекӀуэ бзаджагъэхэмрэ къалъэмыӀэсахэу. Тхьэм и мурадыр сытым дежи цӀыху къызэрыгуэкӀхэр къигъэсэбэпынырт, Ӏуэхушхуэхэр яригъэщӀэн папщӀэ. Абы щыгъуэхэм деж ехъулӀэныгъэри щытхъури зрахьэлӀэр цӀыхухэртэкъым, атӀэ ахэр къэзыгъэсэбэпурэ Ӏуэхухэр Зылэжьарт, а цӀыхухэм «хуеиныгъи лэжьыгъи Езым и ӀэмырыфӀымкӀэ” Езытарт. GCKar 155.1

Саксонскэ рудокопым и бгъэныщхьэ унэм Лютер дунейм къыщытехьа нэужь, тхьэмахуэ зытӀущ нэхъ дэмыкӀыу, Алъпийскэ бгыхэм яхэт мэлыхъуэм и унэжь цӀыкӀум Ульрих Цвингли къыщалъхуащ. Цвингли и зыужьыгъуэм къэзыухъуреихьам икӀи пэщӀэдзэ щӀэныгъэ игъуэтам я нэхъыфӀу зыми хуигъэхьэзырыфынтэкъым ар къыпэщылъ лэжьыгъэм. ЩӀыуэпс уардэм, гъуэзэджэм хэту къыздэхъуам, абы иджыри сабийуэ зыхищӀыкӀат Тхьэм псори зэрылъэкӀыр, Абы и лъапӀагъэмрэ и лъэщагъымрэ. Къыщалъхуа бгыхэм, лӀыгъэ зыхэлъ цӀыхухэм зэгуэрым лӀыхъужьыгъэ щызэрахьахэм егупсысурэ, щӀалэ цӀыкӀум и акъыл жаным зиужьырт. Лъытэныгъэ Тхьэм хуэзыщӀ и анэм абы къыжриӀэжт Библием къиӀуэтэж хъугъуэщӀагъэхэм ящыщ хъыбархэр, члисэм бжыгъэншэу щызекӀуэ ӀуэрыӀуатэхэмрэ таурыхъхэмрэ хэплъыхьауэ къахиххэр. ИкъукӀэ фӀэгъэщӀэгъуну едаӀуэрт ар, адэжьхэмрэ бегъымбархэмрэ зэрахьа лӀыхъужьыгъэ инхэм, Вифлъеем къыщалъхуа Сабийм и хъыбарыр мелыӀычхэм къызыхуахьа мэлыхъуэхэу палестинэм щыпсэуахэм теухуауэ икӀи Голгофэм хьэзаб Щызышэчам теухуауэ. GCKar 155.2

Цвингли и адэр, Мартин Лютер и адэми хуэдэу, хуабжьу хуейт и къуэм щӀэныгъэ иригъэгъуэтыну, арати, иджыри сабийуэ щӀалэ цӀыкӀум пасэ дыдэу ибгынэн хуей хъуащ къыщалъхуа бгыхэмрэ аузхэмрэ. Абы псынщӀэу зиужьт, арати, щӀэх дыдэ и адэ-анэр егупсысащ щӀэныгъэ нэс я къуэм зэрырагъэгъуэтыным. Илъэс пщыкӀущ фӀэкӀа мыхъу щӀалэр Берн ягъэкӀуащ, Швейцарием ит еджапӀэхэм я нэхъыфӀхэм ящыщ зым. АрщхьэкӀэ, абдежым абы шынагъэ къыщыпэплъэрт, и гъащӀэ псор хузэхакъутэнкӀэ — монаххэм ялъэкӀ къамыгъанэу Цвингли трагъэгушхуэу къулъшырыфым щӀагъэтӀысхьэну яужь къитат. Бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту монашескэ зэкъуэшыныгъэхэу, доминиканскэхэри францисканскэхэри хущӀэкъурт зэрыхъукӀэ цӀыху нэхъыбэ къыдахьэхыну. А мурадым хуэгъэпсат абыхэм я тхьэлъэӀупӀэхэм щӀэт унэлъащӀэ къулейхэри, дин хабзэхэр тощмыщу зэрагъэкӀуэкӀхэри, щихъхэм я хьэдэкъупщхьэхэм лъытэныгъэ зэрыхуащӀхэри, псори есэжауэ икӀи телъыджэхэр зыпащӀэ тхьэнапэхэми зэрызыхуагъэщхъхэри. GCKar 156.1

Берн щыӀэ доминиканцхэм къагурыӀуэрт — зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ а студент щӀалэщӀэр къыдахьэхыфрэ я лъэныкъуэгъу ящӀмэ, щӀыхь куэди ахъшэ куэди къазэрыхудэкӀуэнур. ЩӀалагъэм хэлъ жыджэрагъэри, ораторскэ жьакӀуагъэри, литературэм, музыкэм икӀи усыгъэм щиӀэ зэчийхэри нэрылъагъу беягъэм нэхърэ нэхъыбэу къыдэӀэпыкъунут абыхэм я орденыр цӀэрыӀуэ хъунымкӀэ, аращи, я хэхъуэр яхуигъэбэгъуэнут. БзаджагъэкӀэ къеубзэу монаххэр яужь къитащ Цвингли къагъэделэу къулъшырыфым щӀагъэтӀысхьэну. Щыстудента гъэхэм Лютер къулъшырыф пэш цӀыкӀум зыщыщӀилъхьэжат икӀи игъащӀэкӀи дунейр а лӀым хэкӀыжынкӀэ хъунут Тхьэр и ӀэмырыфӀымкӀэ и гъащӀэм къыхэмыӀэбатэмэ. Апхуэдэ шынагъэм Цвингли кърагъэлащ. Монаххэм я мурадыр щӀалэм и адэм къищӀащ. ЗыкӀи хуейтэкъым ар и къуэм и гъащӀэр махуэлу икӀи купщӀэншэу монахыу иригъэхьэкӀыну. И къуэм и къэкӀуэнум шынагъэ къызэрыщхьэщыхьар къыгурыӀуэри, абы унафэ хуищӀащ Ӏэмал имыӀэу псынщӀэу унэм къигъэзэжыну. GCKar 156.2

Цвингли и адэм едэӀуащ, ауэ къыщалъхуа жылэм афӀэкӀэ къыщынэжыфынуткъым, арати, щӀэх дыдэ ежьащ и щӀэныгъэхэм къыщыпищэну Базель. А къалэм абы япэу щызэхихащ Тхьэм и гущӀэгъум и ХъыбарыфӀыр. Пасэрей бзэхэм и егъэджакӀуэ Виттембах, алыджыбзэри журтыбзэри иджурэ Тхыгъэ ЛъапӀэм щыгъуазэ хъуат, арати, а цӀыхумкӀэ студентхэм ятепсэрт Тхьэм и нэхур. Абы щӀалэщӀэхэм я фӀэщ ищӀырт философхэмрэ дин-щӀэныгъэлӀхэмрэ я гъэсэныгъэхэм нэхърэ нэхъ лъапӀэу икӀи ныбжьышхуэ зиӀэу зэрыщыӀэр пэжыгъэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ щыӀэ а пэжыгъэр зытеухуар: Мэсихь и лӀэныгъэм и закъуэщ гуэныхьыщӀэм и гуэныхьхэр зыпшыныжыфынур. А псалъэхэр Цвингли и дежкӀэ нэхум и япэ бзийхэт, пшэкӀэплъым и нэщэнэу. GCKar 157.1

Куэд дэмыкӀыу Цвингли и япэ къулыкъур къыӀэрыхьэри, Базель ибгынащ. Япэу ар щылэжьар Алъпхэм щыӀэ члисэрщ, къыщалъхуа къуажэм пэгъунэгъуу щытам. Цвингли щоджэн къулыкъур къызэрищтэрэ, «и гъащӀэр зэрыщыту хуигъэпсащ Тхьэм и пэжыгъэр иджыным, къихутэным; фӀы дыдэу къыгурыӀуэрти, — жеӀэр абы и зэманым псэуа лӀы гуэрым, — Мэсихь и хъушэр игъэхъуну зи пщэ далъхьам куэд ищӀэн зэрыхуейр». Тхыгъэ ЛъапӀэр нэхъыбэу зыгуригъэӀуэху, нэхъ зэхэщӀыкӀыгъуэу илъагъурт абы Библием ит пэжыгъэхэмрэ Римым и щхьэрыуагъэхэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр. Ар едаӀуэрт Библием итым Тхьэм и Псалъэм хуэдэу — зэи щымыуэ закъуэм икӀи укъэзыгъэпэжын ущием хуэдэу. Ар щыгъуазэт а Тхылъым езым гурыӀуэгъуэ зэрызищӀыжым. Ар тегушхуэртэкъым япэм яубзыхуа доктринэхэм я щыхьэт Тхыгъэ ЛъапӀэм къыщигъуэтыну, атӀэ езым и хьэкъыу ибжырт, псори зэрытха дыдэм хуэдэу зыгуригъэӀуэну. Библиер щиджкӀэ зыри дэӀэпыкъуэгъу ищӀтэкъым абы, Дух ЛъапӀэм фӀэкӀа, быдэу и фӀэщ хъути, тхьэлъэӀу нэрыгъкӀэ къэзылъыхъуэхэм Ар къазэрыӀэрыхьэнур. GCKar 157.2

«Тхыгъэ ЛъапӀэр, — жиӀэрт Цвингли, — къыдэзытар Зиусхьэнырщ, цӀыхуркъым икӀи псоми щӀэныгъэ Езытым, Езым къыбгъэдэкӀ псори къыдгурыӀуэнкӀэ къыддэӀэпыкъунущ. Тхьэм и Псалъэр... щыуэфынукъым; абы цӀыхухэм зыкъытхузэӀуех, Тхьэм и гущӀэгъумрэ къегъэлыныгъэмрэ нэгъэсауэ къытхуегъэнэху, Зиусхьэным и пащхьэ цӀыхур щегъэӀэсэри игури фӀы хуещӀыж, аращи, езыр зыщымыгугъыжу цӀыхум Тхьэм зыхуегъазэ”. Цвингли и гъащӀэр щыхьэт техъуащ а псалъэхэр зэрыпэжым. А зэманым игъэунэхуахэр иужькӀэ щиӀуэтэжым, абы итхыжащ: «Тхыгъэ ЛъапӀэр джыным си гъащӀэр зэрыщыту щыхуэзгъэпсым, япэм зэзгъэщӀауэ щыта философиеми схоластикэми зэпымычу сыхагъэзэрыхьу щытащ. ИкӀэм-икӀэжым, сэ жысӀащ: «Уэ езым къэбгъэнэн хуейщ а пцӀы къомыр икӀи езыр-езыру Тхьэм и Псалъэхэм я купщӀэр зэгурыбгъэӀуэну яужь уитын хуейщ, Абы и Тхыгъэ къызэрыгуэкӀым фӀэкӀа къыумыгъэсэбэпу”. Сэ Тхьэм хуабжьу селъэӀун щӀэздзащ и Нэхур къысхуригъэхыну, арати, абы лъандэрэ нэхъ тыншу къызгурыӀуэ хъуащ Тхыгъэ ЛъапӀэр». GCKar 157.3

Цвингли и гъэсэныгъэр Лютер и деж къыщищтатэкъым. Ар зи гъэсэныгъэр Мэсихьт. «Лютер Мэсихь теухуауэ уаз итмэ, — жиӀэрт швейцар реформаторым, — сэ сщӀэ дыдэращ, абыи ищӀэр. Абы Мэсихь ӀэджэкӀэ цӀыху нэхъыбэ къыхуишащ, сэ къыхуэсшам нэхърэ. Ауэ абы зыри къикӀыркъым. Сэ зыри згъэлъэпӀэнукъым, Мэсихь и цӀэм фӀэкӀа; Сэ — Инджылым сризауэлӀщ икӀи Мэсихьщ си УщиякӀуэ закъуэр. Лютер дэрэ зэи письмо зэхуэттхакъым. Сыт щхьэкӀэ? Псоми хьэкъыу япхыкӀын папщӀэщ Тхьэм и Духыр Езыр зэрызэпэщӀэмыувэжыр, дэ тӀури дызэрымыгъэӀущауэ, Мэсихь и гъэсэныгъэр зыгурэ зы псэрэ диӀэу дызэтехуэу догъэӀу». GCKar 158.1

1516 гъэм Цвингли ирагъэблэгъащ щоджэну Эйнзидельнскэ къулъшырыфым щылэжьэну. Абы къыщыпэщылът Римым и щӀэпхъаджагъэ псоми щыжьэхэуэну икӀи и зэманым псэуахэм, къыщалъхуа Алъпхэм жыжьэу фӀэкӀыу, я гупсысэкӀэм зэхъуэкӀыныгъэшхуэ хэзылъхьа реформатор хъуну. Эйнзидельн лъытэныгъэ зыхуащӀу ягъэлъапӀэхэм ящыщу хуабжьу щыцӀэрыӀуэт Дева Мария жыхуаӀэм и тхьэнапэр, телъыджэлажьэхэр къигъэхъуфу къару зиӀэу ялъытэр. Къулъшырыфым и куэбжащхьэм укъыщеджэт мы псалъэхэм: «Мыбдеж уи гуэныхь псори къыщыпхуэгъуфынущ”. Дева Мария жыхуаӀэм щхьэщэ хуащӀыну мыбы къекӀуалӀэ паломникхэр бжыгъэншэт. Илъэс къэс тхьэнапэр щагъэлъэпӀэну махуэщӀым ирихьэлӀэу цӀыху куэдыкӀей къызэхуэсырт, Швейцарием и къуапэ дэтхэнэми къызэрикӀхэм нэмыщӀ, уеблэмэ, Франциеми Германиеми къикӀхэрт. Цвингли, а къекӀуэкӀ Ӏуэхум хуабжьу иригузавэу, икъукӀэ фӀэхьэдэгъуэдахэрэ игу къеуэу здэщытым, хьэщыкъ хуэхъуауэ суеверием хуэпщылӀхэм Инджылым къуит хуитыныгъэр зыхуэдэр къагуригъэӀуэну иӀэ Ӏэмалыр къигъэсэбэпащ. GCKar 158.2

«Фимыгугъэ, — жиӀащ абы, — нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым зэрыщыӀэм нэхърэ нэхъыбэу Тхьэр мы тхьэлъэӀупӀэм щыӀэу. Дэнэ фы щымыӀами, Зиусхьэныр фи гъунэгъущ икӀи фызэхех... КупщӀэншэ Ӏуэхухэм, паломничествэ гъуэгуанэ кӀыхьхэм, къурмэнхэм, тхьэнапэхэм, Дева Мария е нэгъуэщӀ щихъхэм фазэрелъэӀум къыватыфыну фэ Тхьэм и гущӀэгъур?.. Сыт и мыхьэнэ Тхьэм дыщелъэӀукӀэ псалъэ куэд жытӀэным? Сыт къытхуащӀэр щыгъын лъапӀэхэм, екӀуу щхьэцхэр зэрыпыдупщӀхэм, щыгъын кӀыхьхэм, дыщэ зытрада вакъэхэм?.. Зиусхьэныр зэплъыр цӀыхум игуращ, атӀэ дэ дигухэр Абы пэжыжьэщ”. «Мэсихьщ, — жиӀэрт абы, — зэгуэрым жорым КӀэраӀулӀарщ лӀэщӀыгъуэ къэси фӀэщхъуныгъэ зиӀэу псэуахэм я гуэныхьхэр зыпшыныж щэхужакӀуэ Къурмэныр». GCKar 158.3

КъедаӀуэ куэдым апхуэдэ псалъэхэр ягу ирихьыртэкъым. Абыхэм я дежкӀэ гухэщӀт зэхахыныр зэхэзыукӀэу гъуэгуанэ кӀыхь зэрызэпачар купщӀэншэу. Абыхэм зэхащӀыкӀыфакъым МэсихькӀэ уи гуэнхьхэр къызэрыпхуэгъум теухуа пэжыгъэр. Уафэ Пащтыхьыгъуэм кӀуэ гъуэгуу Римым къахуигъэлъагъуэм ахэр нэгъэсауэ арэзы къищӀырт, ауэ нэхъыфӀ гуэр лъыхъуэным пыщӀа гугъуехьхэм ягъэшынэрт. Къелын папщӀэ щӀэн хуейхэр дин-лэжьакӀуэхэмрэ папэхэмрэ дзыхь хуащӀыныр ӀэджэкӀэ нэхъ тыншт, уэ езым уи гур зэрыбгъэкъабзэным ухущӀэкъуным нэхърэ. GCKar 159.1

Ауэ нэгъуэщӀхэри щыӀэт, щыгуфӀыкӀыу къэзыщтахэр Хьиса Мэсихь укъызэрищэхужымкӀэ уи гуэныхьхэр къызэрыпхуэгъум теухуа хъыбарыр. Римскэ члисэм иригъэкӀуэкӀ дин хабзэхэм цӀыхум и гур зыщӀэхъуэпс мамырыгъэр иригъэгъуэтыртэкъым, арати, иджы цӀыхухэм я фӀэщ хъууэ КъегъэлакӀуэм и Лъыр къащтат, я гуэныхьхэр Тхьэм къазэрыхуигъэгъуу. Абыхэм я унэ ягъэзэжащ къаӀэрыхьа нэху лъапӀэм теухуауэ нэгъуэщӀхэми хуаӀуэтэжыну. Пэжыгъэм зиубгъурт, зы къуажэм, зы къалэм икӀыурэ адрей къуажэм, къалэм кӀуэурэ, ауэ Дева Мария жыхуаӀэм и тхьэлъэӀупӀэм паломникыу къекӀуалӀэм и бжыгъэм хуабжьу хэщӀат, зэрыгурыӀуэгъуэщи, езы Цвингли ахъшэу къыхэхъуэми кӀэрыхуат. Ауэ ар абы щыгуфӀыкӀ къудейт, абы къикӀыр фанатизмэмрэ суевериехэмрэ цӀыхухэр къызэрыдахьэх къарур зэрафӀэкӀуэдырти. GCKar 159.2

Члисэм и унафэщӀхэр щхьэрыуэртэкъым Цвингли илэжьхэм ехьэлӀауэ, ауэ зэкӀэ и гугъу ящӀыртэкъым. Реформаторыр я лъэныкъуэ дахьэхыным я гугъэ хамыхыжу, ахэр яужь итт фэрыщӀагъэкӀэ къыщытхъуурэ къащэхуну. Абы хэту пэжыгъэр цӀыхухэм я гум нэхъ кууужу ихьэрт. Эйнзидельн къалэ щригъэкӀуэкӀ лэжьыгъэм Цвингли хуигъэхьэзырт куэд дэмыкӀыу иублэну къыпэщылъ нэхъ лэжьыгъэшхуэм. Эйнзидельн зэрыщыӀэрэ илъэсищ дэкӀауэ, абы къыхуагъэфэщащ Цюрих къалэ дэт кафедральнэ хасэм щихънагъыу щылэжьэну. Швейцарскэ конфедерацэм и къалэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыт ар, арати, мыбдежым икӀыу Цвингли и гъэсэныгъэр жыжьэ нэсын хуейт. АрщхьэкӀэ, дин-лэжьакӀуэхэр, Цвингли Цюрих къэзышахэр, щӀэуэ зыгуэрхэр кърагъэжьэнкӀэ хъунухэм щышынэрти, абы къыжраӀащ и къалэным хиубыдэ псори. GCKar 159.3

«Уэ къыумыгъэсэбэпу къэбгъанэ хъунукъым, хасэм и фейдэ зыхэлъ зыри, и хэхъуэр зыгъэбэгъуэну щытхэр. Кафедрэм укъипсэлъыкӀыу уаз щыпткӀи, гуэныхь яӀуэтэжхэм ущедаӀуэкӀи, уэ бущиин хуейщ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Ӏыхьэ пщӀанэ псори тыгъэхэри егугъуу къахьыну, Члисэр фӀыуэ зэралъагъур апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къагъэлъагъуэн папщӀэ. Уэ уи къалэнщ хэхъуэхэр бгъэбэгъуэну, сымаджэхэм Тхьэ уащыхуелъэӀукӀи, мессэр щебгъэкӀуэкӀкӀи, къапщтэмэ, Члисэм сыт хуэдэ хабзэ щыземыкӀуэми, а псор щыбгъэзащӀэкӀэ. Уаз тыным е хъушэм ухуэсакъыным теухуауэ, — къыщӀагъужащ абы и ущиякӀуэхэм, — ахэри, щоджэным и къалэнщ. Ауэ ахэр уи дэӀэпыкъуэгъум и пщэ дэплъхьэ хъунущ, псом хуэмыдэу, уаз тыныр. Причастиер уэ зыхуебгъэкӀуэкӀын хуейр лъэпкъ цӀэрыӀуэ щыщхэрщ, абы щыгъуэми укъраджауэ щытмэщ; сыт къэмыхъуами, уэ зэи псори зэдэкӀуэу причастием хэбгъэхьэ хъунукъым». GCKar 160.1

Цвингли щыму щӀэдэӀущ а къызэреущия псалъэхэми, фӀыщӀэ яхуищӀащ абыхэм, апхуэдиз щӀыхь зиӀэ щӀыпӀэм щагъэлэжьэну дзыхь къызэрыхуащӀамкӀэ, итӀанэ къыпэщылъ лэжьыгъэм езым хуиӀэ еплъыкӀэхэр яжриӀащ. «Мэсихь и гъащӀэр, — жиӀащ абы, — икъукӀэ зэман кӀыхькӀэ цӀыхухэм щыгъэпщкӀуауэ щытащ. Сэ уазхэр зэрыстынур Матфей итхыжа ИнджылымкӀэщ... Тхыгъэ ЛъапӀэм фӀэкӀа къэзмыгъэсэбэпу, абы хэлъ купщӀэшхуэхэр ягурызгъэӀуэнущ цӀыхухэм, Тхыгъэм и зы Ӏыхьэхэр адрей Ӏыхьэхэм езгъапщэурэ, икӀи зэпымыууэ быдэу Тхьэм селъэӀунущ губзыгъэ сищӀыну. Сэ сызытелэжьэнур Зиусхьэнымрэ Абы и Къуэ ЛъапӀэмрэ я цӀэр зэрызгъэлъэпӀэнырщ, пэжу цӀыхухэр къелынымрэ ахэр дин пэжым зэрыхуэзущиинымрэщ». Языныкъуэ щоджэнхэм ягу ирихьакъым Цвингли и мурадхэр, ахэр яужь итащ ар хущӀрагъэгъуэжыну, ауэ Цвингли къахуикӀуэтакъым, щӀэуэ къэбгупсысахэр сыт жыхуаӀэу зэрагъэкъуэншахэри яхуимыдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ Члисэм къигъэсэбэп ӀэмалхэмкӀэ зэрылажьэр яжриӀащ. GCKar 160.2

ЦӀыхухэр дихьэхат Цвингли игъэӀу пэжыгъэхэм; иджы абы и деж цӀыху нэхъыбэ къакӀуэрт къедэӀуэну. Куэд щӀауэ тхьэлъэӀупӀэм къекӀуэлӀэн щызыгъэтыжахэри къакӀуэрт. Цвингли и къулыкъум пэрыхьащ Инджылыр гурыӀуэгъуэ ищӀу. Мэсихь и гъащӀэм, и лӀэныгъэм, и гъэсэныгъэм техуауэ Ар цӀыхубэм къахуеджэрт, гур хэзыгъахъуэ пэжыгъэхэр къагуригъаӀуэу. Мыбдежым Эйнзидельн къалэ щыщыӀами хуэдэу, абы Тхьэм и Псалъэр зэи щымыуэу икӀи пщӀэшхуэ зыхуэщӀыпхъэ закъуэм хуэдэу, уазхэр итырт икӀи Мэсихь и лӀэныгъэр къурмэн нэгъэса закъуэу зэрыщытыр къыжиӀэт. «Мэсихь и деж и закъуэщ фыздэсшэну сызыхуейр сэ, — жиӀэрт абы, — къелыныгъэм и псынэ пэж закъуэм и деж”. УазтакӀуэр къаухъуреихьт къызыхэкӀа лъэпкъхэмкӀэ зэмыщхь цӀыхухэм, къэралым хуэлажьэ лӀыщхьэхэмрэ щӀэныгъэлӀхэмрэ я деж щыщӀэдзауэ къызэрыгуэкӀ лэжьакӀуэхэмрэ мэкъумэшыщӀэхэмрэ я деж щиухыжу. Псори едаӀуэрт абы, хуабжьу яфӀэхьэлэмэту. Тхьэм дэтхэнэми тыгъэ яхуищӀыну зыхуей къегъэлыныгъэм и закъуэтэкъым Цвингли зытепсэлъыхьыр, атӀэ мышынэу къыщӀигъэщырт щӀэпхъаджагъэрэ гуэныхьу и зэманым ялэжьхэр. Хасэм къыщыщӀэкӀыжкӀэ, куэдым Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀырт. «Мы цӀыхур пэжыгъэр зыгъэӀущ, — жаӀэрт абыхэм. — Ар дэ Муса бегъымбар папщӀэ тхуэхъунщ, мысыр кӀыфӀыгъэм дыкъыщӀишыжыну”. GCKar 160.3

Ауэ щӀэдзапӀэм апхуэдизу я гур хигъахъуэу къащта Цвингли, щӀэх дыдэ жэхэуащ къыпэувхэм. Монаххэм мурад ящӀащ абы и лэжьыгъэм кӀэ иратыну икӀи и гъэсэныгъэми хьэкум тращӀэну. Языныкъуэхэм ар ауан ящӀырт, нэгъуэщӀхэри къыхуэдалъэрт икӀи ягъэпудт. Ауэ, а псори Цвингли шыӀэныгъэ хэлъу ишэчырт, мыпхуэдэу жиӀэурэ: «ГуэныхьыщӀэхэр Мэсихь и деж тшэну дыхуеймэ, куэдым папщӀэ ди нэхэр зэтетпӀэн хуейщ”. GCKar 161.1

Абы ирихьэлӀэу Реформацэ Ӏуэхум ямыщӀэххэу щӀэгъуэкъуэн игъуэтащ. Зыгуэрым, Лукиан зи цӀэм, Цюрих къихьат Лютер и тхыгъэхэм ящыщ языныкъуэхэр — ар, Реформацэм и идеехэр зигу ирихьу, Базель дэс цӀыху гуэрым къригъэхьат, а тхылъхэр щэныр пэжыгъэм зегъэубгъунымкӀэ сэбэпышхуэ хуэхъун и гугъэу. «Уэ езыр егупсыс, — къыхуитхырт абы Цвингли, — си лӀыкӀуэр губзыгъэмэ, Лютер и тхылъхэр иӀыгъыу швейцархэм я деж ирекӀуи, зы къалэм икӀрэ адрей къалэм кӀуэурэ, зы къуажэм икӀрэ адрей къуажэм кӀуэурэ, уеблэмэ, унэ-унэкӀэ къызэхикӀухьурэ, псом хуэмыдэу Зиусхьэным и тхьэлъэӀур мыдин-лэжьакӀуэхэм папщӀэ гурыӀуэгъуэ зыщӀ тхылъыр ищэнщ. ЦӀыху нэхъыбэм ар къащӀэху, экземпляр нэхъыбэ ща хъунущ». Арати, апхуэдэ щӀыкӀэу нэхур къытепсащ къаралым. GCKar 161.2

ЩӀэныгъэншагъэмрэ суевериехэмрэ я лъэхъухэр зэхикъутэну Зиусхьэныр яужь щихьэкӀэ, шейтӀаным жыджэру лэжьэн щӀедзэр, цӀыхухэр узыпхрымыплъыф кӀыфӀыгъэм щӀригъэхъумэурэ гуэныхьым и лъэхъухэр нэхъ быдэж ищӀын и мураду. Мэсихь и ЛъымкӀэ я гуэныхьхэр къахуэгъуу, гъэзэхуэжа зэрыхъуфынур лъэпкъым езыгъэлъагъу цӀыхухэр къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм къыщыунэхум, Римым нэхъ егугъун щӀидзауэ, и сату щӀыпӀэхэм зригъэубгъурт, чристэн къэрал псоми ис цӀыхухэм я гуэныхьхэр ахъшэкӀэ къахуигъэгъуу. GCKar 161.3

Дэтхэнэ гуэныхьми уасэ щхьэхуэ хуагъэувауэ иӀэт, арати, цӀыхухэр хуитт щӀэпхъаджагъэхэр ялэжьыну, члисэм и ахъшалъэм из ящӀ къудеймэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ гъэсэныгъэу гупитӀ къэунэхуащ: зым гуэныхьхэр ахъшэкӀэ къыпхуигъэгъурт; адрейм МэсихькӀэ уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуфыну жиӀэрт. Римым гуэныхь пщӀэуэ идэрт икӀи ар и фейдэ хэхыпӀэ ищӀырт; реформаторхэм гуэныхьыр ягъэкъуаншэрт икӀи уи гуэныхьхэр къызэрыпхуэгъун къурмэну икӀи ЩэхужакӀуэу Мэсихь ягъэлъагъуэрт. GCKar 162.1

Германием индульгенцэ щэныр доминиканскэ орденым пщэрылъ щащӀауэ, Тецель и унафэ щӀэту, я къалэныр ягъэзащӀэрт. Швейцарием а сату щӀэныр зи ӀэмыщӀэ иралъхьар францисканскэ орденырт, итальянскэ монаххэм ящыщ СамсонкӀэ зэджэм и унафэм щӀэту. Абы ипэ Самсон лэжьыгъэфӀ хузэфӀигъэкӀат Члисэм, Германиемрэ Швейцариемрэ ахъшэшхуэ къахихри хузэхуихьэсат папэм. Иджы абы Швейцарие псор къызэхикӀухьырт, цӀыху гупышхуэхэр къыдихьэхыу, тхьэмыщкӀэхэмрэ мэкъумэшыщӀэхэмрэ къихъунщӀэу, беижьхэм жумарту къыхуащӀ тыгъэхэр къыхихыу. Реформэм и ягъэкӀэ индульгенцэу ящэхур зэуэ нэхъ мащӀэ хъуат, ар ящэн зэпамыгъэуами. Цвингли иджыри Эйнзидельн щыӀэт, абы пэгъунэгъу къалэм Самсон къыщыкӀуам, и «сатур» иӀыгъыу. Реформаторым ар зэрызэхихыу, икӀэщӀыпӀэкӀэ гъуэгу теуващ, Самсон зэран хуэхъун щхьэкӀэ. А тӀур зэхуэзэну я натӀэтэкъым, ауэ Цвингли апхуэдизу къехъулӀэрт Самсон и мурадхэр къыщӀигъэщынуи, Самсон а хэкур ибгынэм нэхъыфӀу къилъытэри, Швейцарием и адрей щӀыпӀэхэм кӀуащ. GCKar 162.2

Цюрих къалэ Цвингли къыщыпищэрт индульгенцэ щэным пэщӀэту езыфыгъулӀэу къэпсэлъэныр, арати, Самсон а къалэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, къалэм и лӀыщхьэхэм ящыщ зым чэнджэщ къритащ я къалэм къыдэмыбэкъуэну. Хьилагъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ, Самсон къехъулӀащ къалэм дыхьэну хуитыныгъэ зригъэгъуэтын, ауэ зы индульгенцэ хуэмыщауэ, ар Цюрих къыдахужащ икӀи куэд дэмыкӀыу Швейцариер ибгынэпащ. GCKar 162.3

Псом хуэмыдэу Реформацэм зыщиубгъуар 1519 гъэрщ, зэрыШвейцариеу уз зэрыцӀалэ, ажал фӀыцӀэкӀэ зэджэ емынэ узыр къащыхыхьарт. ЛӀэныгъэм натӀэкӀэ щыӀууэм, куэдым зэхащӀыкӀащ гуэныхьхэр зыгъэгъуу къащэхуа тхылъымпӀэ напэжьхэр зыри зэримыщӀысыр икӀи мыхьэнэ зэрамыӀэр. ЦӀыхухэм я псэр хуэлӀэрт я фӀэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ хуэхъуфыным. Цвингли къемыуалӀэу къэнакъым а уз шынагъуэр. Ар апхуэдизкӀэ лӀэнкъэнэну хьэлъати, лӀащ жаӀэу хагъэӀуауэ щытат. Ауэ, гъэунэхуныгъэ сыхьэтми гугъэмрэ лӀыгъэмрэ фӀэкӀуэдакъым реформаторым. ФӀэщхъуныгъэ иӀэу ар дэплъеящ Голгофскэ жорым, Мэсихь и къурмэн къэзыщэхужым псомкӀи щыгугъыу. Ажалым къыӀэщӀэкӀыжа нэужь, абы хъыжьэу Инджылыр игъэӀун щӀидзащ, и псалъэхэр щыӀукӀэ къару зэрыщӀэлъыр плъагъуу. ЦӀыхухэр гуапэу къыӀущӀэрт фӀыуэ ялъагъу я егъэджакӀуэм, кхъэ мащэм и Ӏуфэм Ӏутам. Сымаджэхэм еӀэзэхэурэ, ныкъуэлӀэхэм якӀэлъыплъхэурэ, цӀыхухэм, зэи хуэмыдэу Инджылым и уасэр зэхащӀэрт. GCKar 162.4

Тхыгъэ ЛъапӀэр иджурэ, абы хэлъ пэжыгъэр нэхъыбэжу зыхищӀыкӀын щӀидзащ Цвингли, арати, а пэжыгъэм укъэзыгъэхъуж къарууэ хэлъыр нэхъыбэжу игъэунэхуащ. ЦӀыхум гуэныхь зэрищӀа хъуар, Тхьэм цӀыхур къызэрищэхуж щӀыкӀэр — мис а упщӀэхэрщ ар сыт щыгъуи зытепсэлъыхьу щытар. «Ӏэдэм и гъусэу дэ псори долӀэр, — жиӀэрт абы, — ди щӀэпхъаджагъэхэм дыщӀапӀытӀэри, дыкӀуэдыжынымрэ дагъэкъуэншэнымрэ ди натӀэу». «Мэсихь... дэ игъащӀэкӀэ дыпсэуну дыкъищэхужащ... Абы и гугъуехьхэр... ар мыкӀуэдыжын къурмэнщ, цӀыхупсэр игъэхъужын папщӀэ къахьауэ икӀи быдэу къимыкӀуэтыжу Абы щыгугъхэм ехьэлӀауэ Тхьэм и хьэкум захуэр арэзы къищӀын папщӀэ». Абы щӀыгъуу Цвингли къыхигъэщт, Тхьэм и гущӀэгъум цӀыхухэм хуитыныгъэ къазэрыримытыр гуэныхь ящӀэну: «Тхьэр я фӀэщ здэхъум, абдежым Тхьэри щыӀэщ; Тхьэр здэщыӀэми, ӀуэхуфӀхэр зыщӀэну хуабжьу хуейхэр щыӀэщ». GCKar 163.1

Цвингли и уазхэм апхуэдизу цӀыхухэр дихьэхти, хасэ иныщэр щекӀуэкӀ пэшым щӀэхуэртэкъым абы едэӀуэну хуей псори. Абы пэжыгъэр цӀыхухэм хуэм-хуэмурэ къахузэӀуихырт, къагурыӀуэфынум хуэдиз. ЯпэщӀыкӀэ ар быдэу хуэсакът, шынагъэ е предрасудкэ гуэрхэр ягу къэзыгъэкӀын упщӀэхэм я гугъу зэримыщӀыным. Ар зи ужь итыр цӀыхухэм я гур тригъэухуэнырт Мэсихь и пэжыгъэм; Абы и фӀылъагъуныгъэмкӀэ ягухэр щабэ ищӀынырт икӀи и щапхъэсхэмкӀэ игъэгушхуэнырт. Инджылым и принципхэр къызэращтэу, абыхэм я суевериехэри я предрассудкэхэри езыр-езыру кӀуэдыжырт. GCKar 163.2

Ауэрэ Реформацэм и идеехэр Цюрих дэс цӀыхухэм я акъылым хэпща хъут. Бий къэгузэвахэр зэгухьащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ Реформацэр къагъэувыӀэн папщӀэ къыпэувыну. Зы илъэс закъуэт дэкӀар Вормс къалэ виттенбергскэ монахым папэми императорми «хьэуэ» зэражриӀэрэ, арати, иджы Цюрихи псори щыхьэзырт папэм къигъэувхэм япэщӀэтыну. Цвингли ягъэкъуэншэныр зэпыутэкъым. Папскэ кантонхэм зэман-зэманкӀэрэ щагъэсырт Инджылым и гъэсэнхэр, ауэ ари яфӀэмащӀэт: ересым и егъэджакӀуэм и жьэр зэтрагъэпӀэн хуейт. Констанцскэ щихънагъым и лӀыкӀуищ къигъэкӀуащ Цюрих щыӀэ чристэн хасэм. Абыхэм Цвингли ягъэкъуаншэрт члисэм и хабзэхэр яригъэкъутэну цӀыхубэр къызэщӀэзыгъастэ гъэсэныгъэхэм зрегъэубгъу жаӀэу икӀи апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ псоми я мамырыгъэмрэ я бэӀутӀэӀуншагъэмрэ зэран хуохъу жаӀэу. «Члисэм и пщӀэр фӀэкӀуэдмэ, — къыпащэрт адэкӀэ, — абы дызыхуишэнур анархиерщ”. Цвингли жэуап щаритыжым, яжриӀащ Инджылыр илъэсиплӀкӀэ зэрыщигъэӀуар Цюрих къалэ «икӀи я конфедерацэм хиубыдэ къалэхэм щыщу нэхъ сабыр дыдэ, нэхъ мамыр дыдэ зэрыхъуар я къалэр». «Абы къикӀыркъэ, — щӀэупщӀащ ар адэкӀэ, — псоми я бэӀутӀэӀуншагъэм Инджылыр шэсыпӀэ зэрыхуэхъур?” GCKar 163.3

Щихънагъым и лӀыкӀуэхэр яужь итащ, хасэм щыщхэм я фӀэщ ящӀыну, Члисэр хэмыту зыри къемылыфыну. Цвингли жэуап яритыжащ абыхэм: «Апхуэдэу фызэрагъэкъуаншэм фыщымышынэ. Члисэм и лъабжьэр — Мэсихьщ, Симон Петр фӀэзыща Къырырщ, Мэсихь и фӀэщ зэрыхъур имыбзыщӀу, псоми я пащхьэ зэрыщыжиӀэм щхьэкӀэ. Сыт хуэдэ лъэпкъ щыщ цӀыхури Тхьэм къещтэ, игу псомкӀэ Хьиса и фӀэщ хъууэ щытмэ. Мис апхуэдэ цӀыхухэмкӀэ зэхэт Члисэрщ зыхужыпӀэ хъунур: “Члисэншэу къегъэлыныгъэ щыӀэнукъым”, жыпӀэу». А хасэм и зэӀущӀэм кърикӀуэу щихънагъым и лӀыкӀуищым я зым реформаторскэ фӀэщхъуныгъэр къищтащ. GCKar 164.1

Чристэн хасэм Цвингли зыкӀи игъэкъуэншэн идакъым, арати, Римым къыкӀэлъыкӀуэу абы къызэрытеуэнум зыхуигъэхьэзырт. И бийхэм я мурадым щыгъуазэ щащӀым реформаторым жиӀащ: «Сыт хуейми ирыращӀэ, сэ абыхэм сызэрыщышынэр, тенджызым къыщхьэщыт къырыр къеуэу зэбгырылъэлъыж толъкъунхэм зэрыщышынэм хуэдэущ». Папистхэм я егугъунагъхэм къахуищӀэ щыӀэтэкъым, зыпэщӀэт Ӏуэхур ипэкӀэ ягъэкӀуатэ жумыӀэмэ. Пэжыгъэм зиубгъуныр зэпыуртэкъым. Германием пэжыгъэм и телъхьэхэм, Лютер зэрыкӀуэдам игъэнэщхъейхэм, ягухэр къызэрыгъуэтыжат, Инджылым Швейцарием щиӀэ ехъулӀэныгъэхэм и хъыбар яӀэрыхьэри. GCKar 164.2

Реформацэм и идеехэм Цюрих зэрызыщаужьам и фӀыгъэкӀэ, цӀыхухэм я гъащӀэм зыхэпщӀэу зэхъуэкӀыныгъэфӀхэр къыщыхъуат: щӀэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр мащӀэ хъуат, зэгурыӀуэныгъэ яку дэлъу, цӀыхухэм я зэхэтыкӀэр зэӀузэпэщ хъуат. «Мамырыгъэр къыдэтӀысхьащ ди къалэм, — итхырт Цвингли, — мыбы зэфӀэни, фэрыщӀагъи, фыгъуэныгъи зэныкъуэкъуныгъи щыӀэкъым. Апхуэдэ зэгурыӀуэныгъэ къыздикӀынкӀэ хъунур дэнэ, Зиусхьэным къыдимытамэ, мамырыгъэмрэ Тхьэр дгъэлъэпӀэнымрэ къызыхэкӀа, фӀыгъуэр къытхуэзыхьа, ди гъэсэныгъэм къыбгъэдэмыкӀамэ?» GCKar 165.1

Реформацэм и текӀуэныгъэхэм къызэщӀигъаплъэри, папистхэр нэхъ гущӀэгъуншэу ар зэрагъэкӀуэдыным яужь ихьащ. Лютеррэ абы и лъэныкъуэгъухэмрэ Германием зэхэзехуэн зэрыщащӀам къахуихьа щӀагъуэ зэрыщымыӀэр здалъагъум, абыхэм мурад ящӀащ реформаторхэм я Ӏэщэ дыдэр къагъэсэбэпурэ хагъэщӀэну. Унафэ къащтащ диспут ирагъэкӀуэкӀыну икӀи абы Цвингли ирагъэблэгъэну, ауэ япэщӀыкӀэ папистхэм я текӀуэныгъэр къызэгъэпэщын хуейт, щекӀуэкӀыну щӀыпӀэр тэмэму къыхахыу икӀи судыщӀэхэм яхэтынри езыхэм къыхахыу. Ауэ езыхэм я деж Цвингли къэкӀуэну зыгуэрурэ къыдахьэхыфамэ аратэкъэ — итӀанэ, дауэ мыхъуами, зыкӀи зыӀэщӀагъэкӀыжынтэкъым ар. Ахэр мыпхуэдэу егупсысырт: я унафэщӀым и жьэр зэтредгъэпӀэн тлъэкӀмэ, и лъэныкъуэгъухэми ялъэкӀыжынӀакъым, псынщӀэу ужьыхыжынщ я гъэсэныгъэр итӀанэ. АрщхьэкӀэ, а я мурадыр абыхэм егугъуу щӀахъумэрт. GCKar 165.2

Диспутыр щрагъэкӀуэкӀыну къыхахар Баден къалэт, ауэ Цвингли абы кӀуакъым. Цюрих къалэм и хасэм, а бзаджэнаджэ папистхэм я мурадыр зыхуэдэр къащӀэри икӀи папистхэм я кантонхэм Инджылым и хъыбарыфӀзехьэхэр зэрыщагъэсыр ягу къагъэкӀыжри, я пасторыр хуит ящӀакъым шынагъэ зыхидзэжыну. Ар хьэзырт Цюрих щыхуэзэну Римым и лӀыкӀуэ дэтхэнэми, ауэ пэжыгъэм и телъхьэхэм я лъыр, хьэзаб лӀэныгъэ тралъхьэурэ, щагъэжэ Баден укӀуэным къикӀыр, фӀэкӀыпӀэншэу лӀэныгъэм ухуэкӀуэнырт. Реформацэм и Ӏуэхухэм къыщхьэщыжахэщ Эколампадиусрэ Хаммеррэ, римскэ дин-лэжьакӀуэхэм я лӀыкӀуэт доктор Экк цӀэрыӀуэр, щӀэныгъэлӀхэуи прелатхэуи зыкъом щӀыгъуу. GCKar 165.3

Цвингли диспутым щымыӀа щхьэкӀэ, и гъэсэныгъэм и къарур абы щызэхэпщӀэрт. Папистхэм езыхэм хахыжащ секретархэр, адрейхэр зыри хуит ящӀакъым ятхынӀауэ, ажалкӀэ къыхуэдалъэри. Ауэ абы щхьэкӀэ къэмынэу, Цвингли махуэ къэс къыӀэрыхьэрт Баден къыщыхъу псоми я хъыбар. Диспутым щӀэс студентхэм ящыщ зым пщыхьэщхьэ къэс лъэныкъуитӀми я аргументхэр итхыжырт. НэгъуэщӀитӀым а тхыгъэхэмрэ Эколампадиус и письмохэмрэ Цюрих къагъэсырт. Абыхэм жэуап яритыжу реформаторым езыр зыхуейхэмрэ и чэнджэщхэмрэ къахуригъэхьыжырт. И жэуапхэр абы жэщым итхырти, пщэдджыжьым студентхэм Баден къагъэзэжырт. Къалэ куэбжэм Ӏут хъумакӀуэхэм гурыщхъуэ зыхурамыгъэщӀын щхьэкӀэ, абыхэм я щхьэм телъу джэдкъаз зис матэ къыздрахьэкӀырт, арати, зыри зэран къахуэмыхъуу къалэм дыхьэхэрт. GCKar 165.4

Апхуэдэу ебэнащ Цвингли и бий бзаджейхэм. «И напӀэр зэтримылъхьэу жэщкӀэ гупсысэурэ, и тхыгъэхэр Баден иригъэхьурэ, — итхыжат Миконий, — абы апхуэдэу нэхъыбэ лъэкӀащ, езыр и щхьэкӀэ и бийхэм едэуа нэхърэ». GCKar 166.1

Папистхэр, я текӀуэныгъэм щӀэнэцӀу, Баден къэсахэщ, къулейуэ зэщӀэхуэпыкӀарэ, хъугъуэфӀыгъуэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀэжауэ. Абыхэм тощмыщхэмкӀэ зыкъаухъуреихьат, яшхынхэри хэплъыхьа защӀэхэт, зэфэхэри санэхут, бжьыуэ къащыхъу я дин-лэжьыгъэри псынщӀэ зыщащӀырт ефэ-ешхэхэмкӀи, нэгъуэщӀ тхъэжыгъуэхэмкӀи. ЗыкӀи ещхьтэкъым абыхэм реформаторхэр, цӀыхубэм я нэкӀэ факъырэхэм къазэрыщхьэщыкӀ щӀагъуэ щыӀэтэкъым ахэр! Ерыскъы къызэрыгуэкӀым зэману мащӀэт абыхэм къатрихыр. Эколампадиус бысым ищӀа унэм и тхьэмадэр, абы и пэшым къыщӀэплъэху, ар еджэу е тхьэлъэӀум пэрыту зэпымычу ирихьэлӀэрт. Арати, хуабжьу игъэщӀагъуэу абы зэхищӀыкӀащ, «мы еретикыр, — икъукӀэ Тхьэр зыгъэлъапӀэ цӀыхущ”, — жиӀэу. GCKar 166.2

Диспутыр щыщӀидзэм «Эккен, и пэр дрикъейуэ, дэкӀуеящ гъуэзэджэу ягъэщӀэрэщӀа кафедрэм, абы хэту щэныфӀэ Эколампадиус къулейсыз щыгъыныр щыгъыу, и ныкъуэкъуэгъум пэзанщӀэу хухаха тӀысыпӀэм, пхъашэу ӀущӀа пхъуэбгъум къыхэщӀыкӀа тетӀысхьэпӀэм, етӀысэхащ». Макъ лъагэмрэ егъэлеяуэ дэпсэлъеинымрэ сыт щыгъуи дэщӀыгъут Эккен. Псом хуэмыдэу дыщэ къыпылыдыкӀымрэ щытхъумрэ нэхъыбэжу абы и гур хагъахъуэрт — атӀэ диным и хъумакӀуэм гугъуехьыпщӀэу саугъэт лъапӀэхэр къыхуащӀыну къагъэгугъауэ щытт. ПсалъэхуэӀэзэу къыжьэдэлъэлъа щыхьэтыгъэ къомыр щыӀэщӀэухэм, ахэр игъэикӀэн щӀидзащ абы, уеблэмэ, нэлатхэр къатрикъутэу. GCKar 166.3

Ӏэдэбу икӀи и къару щымыгугъыжу, Эколампадиус дэуэну хуэмейуэ и псалъэр къыщӀидзащ фӀэлъапӀэу и фӀэщ хъухэр къыжиӀэу: «Сэ нэгъуэщӀ пщалъэ къасщтэркъым, Тхьэм и Псалъэм фӀэкӀа», — жиӀащ. Щабэу икӀи нэмысыфӀэу къэпсэлъа щхьэкӀэ, абы дэплъагъурт щӀэмыщхъуэж Ӏэмыррэ акъылышхуэрэ зэриӀэр. Римым и дин-лэжьакӀуэхэм я хьэлыжьым тету, Члисэм къигупсыса хабзэхэмрэ адэжьхэм къащӀэна гъэсэныгъэхэмрэ ягъэлъапӀэу тегъэщӀапӀэ щащӀым, реформаторыр быдэу тетащ Тхыгъэ ЛъапӀэм. «Хабзэжьхэм, — жиӀащ абы, — Швейцарием къару щаӀэкъым, конституцэм иратхауэ щымытмэ; ауэ фӀэщхъуныгъэм ехьэлӀа упщӀэхэм, дэ ди конституцэ хъужыр Библиерщ». GCKar 166.4

Диспутым хэтхэр хуабжьу зэрызэщхьэщыкӀыр нэм къыщӀэуэрт, арати, цӀыхухэм абы гу лъамытэу къэнакъым. ӀупщӀхэу, пыухыкӀахэу реформаторым къиӀуэта гупсысэхэм, щабэу икӀи зышыӀэ хэлъу къыжиӀахэм, кърикӀуаращ: цӀыхухэм ягу щыкӀауэ я щӀыбыр хуагъэзащ, зыщытхъужрэ къахуэдалъэу макъышхуэкӀэ кӀыхьу къэпсалъа Эккен. GCKar 167.1

Диспутыр махуэ пщыкӀуийкӀэ екӀуэкӀат. Ар иуха нэужь папистхэм закъыфӀэщӀыжауэ къыжаӀащ текӀуэныгъэр езыхэм къахьауэ. Депутатхэм я нэхъыбэр Римым къыдэщӀахэти, сеймым реформаторхэр хагъэщӀауэ къыжаӀэри, унафэ къащтащ, ахэр Цвингли дэщӀыгъуу Члисэм къызэрыхахур. Ауэ иужькӀэ гурыӀуэгъуэ хъуащ, текӀуэныгъэр хэт къихьами. Баден щекӀуэкӀа диспутыр хуабжьу щӀэгъэкъуэн хуэхъуащ протестантизмэм зиубгъуным, арати, зэман кӀэщӀкӀэ къалэшхуэхэу Базельи Берни Реформацэм и лъэныкъуэгъу хъуахэщ. GCKar 167.2