Бэнэныгъэ ин
8 ӀЫХЬЭ—ПЭЖЫГЪЭМ И БЭНАКӀУЭ
Германием и тахътэм дэкӀуеящ император Карл V-р, арати, Римым и лӀыкӀуэхэр епӀэщӀэкӀащ я хъуэхъухэр къыхуагъэсыну икӀи Реформацэм кӀэ етын зэрыхуейр занщӀэу и фӀэщ ящӀыну. АрщхьэкӀэ, тахътэм дэкӀуеиным къызэрыдэӀэпыкъуамкӀэ и щӀыхуэ къытезыгъэхуа курфюрст Саксонскэр Карл V-м къелъэӀуащ, Лютер и гугъу имыщӀыну, ямыгъэпсэлъарэ емыдэӀуауэ. Арати, императорым ищӀэнур ищӀэртэкъым. Папистхэр арэзы зыщӀынур реформаторым укӀ теплъхьэным и закъуэт. Ауэ курфюрст мызэ-мытӀэу быдэу къигъэуват, «доктор Лютер, къэзыхъумэн грамотэ ӀэщӀэлъу, къагъэпсэлъэн зэрыхуейр зи Ӏуэхум хэзыщӀыкӀ, Тхьэм пщӀэ хуэзыщӀ, захуагъэкӀэ зи лэжьыгъэр езыхьэкӀ судыщӀэхэм я пащхьэ, езы императорми нэгъуэщӀ зыгуэри ирехъуи, зыми Лютер и тхыгъэхэр пцӀыуэ къыщӀигъэщатэкъыми”. GCKar 132.1
Иджы псоми я гулъытэр зыхуэгъэзар Германием пщыуэ исым я сейм Вормс щекӀуэкӀынырт, Карл V-р тахътэм зэрыдэкӀуейрэ зэман кӀэщӀкӀэ егъэкӀуэкӀын хуейуэ къыхалъхьарт. А къэрал Ӏуэху зэӀущӀэм мыхьэнэшхуэ зиӀэ политикэ упщӀэхэр щызэпкърахынут, абы нэмыцэ пщыхэм къащыпэщылът монарх щӀалэщӀэм япэу щыхуэзэну. Къэралым и сеймым империем и гъунэ дэтхэнэми къикӀыу щызэхуэсахэт светскэ лӀыщхьэхэри динымкӀэ нэхъыщхьэхэри. Вормс къекӀуэлӀат лъэпкъ цӀэрыӀуэ къызэрыхэкӀахэм ирипагэ лӀакъуэлӀэшхэр; я къулыкъу лъагэхэмрэ я властымрэ щагъэкӀа дин-лэжьакӀуэхэр; пащтыхь бжаблэм дэт уэркъышхуэхэри, я Ӏэщэзехьэхэр ядэщӀыгъуу; къэрал жыжьэхэм я лӀыкӀуэхэри. Сеймым игъэзэщӀэн хуейуэ Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэ куэд къыпэщылъ щхьэкӀэ, а зэӀущӀэ иныщэр нэхъ фӀэгъэщӀэгъуэну зыпэплъэр саксонскэ реформаторырт. GCKar 132.2
Ассамблеяр щӀидзэным куэд имыӀэжу, Карл V-м унафэ хуищӀащ саксонскэ курфюрстым сеймым Лютер къишэну, ар и жьауэм щӀигъэтыну къигъэгугъэу икӀи зэрызэгурымыӀуэ упщӀэхэр зэхэзыгъэкӀыф цӀыхухэм Лютер хуиту яригъэпсэлъылӀэну Ӏэмал зэрыритынымкӀэ шэсыпӀэ ихьэу. Лютер къыхуэмыгъэсу ежьэрт а махуэм, императорым и пащхьэ щихьэным. А зэманым ирихьэлӀэу абы и узыншагъэр къэтӀэсхъат, ауэ курфюрстым хуитхащ: «Сыузыншэу абы секӀуэлӀэну слъэмыкӀ хъуми, сынолъэӀунущ сысымаджэуи сынэбгъэсыну. Езы императорым сыщригъэблагъэкӀэ, сэ шэч къытесхьэркъым абы сыщыӀэныр Тхьэм зэриӀэмырым. Абыхэм лей къызахми — апхуэдэу къэхъункӀэ хъунущи (абы сыщӀраджэр си ущиехэр зэхалъхьэн папщӀэкъыми) — псори Тхьэм и ӀэмыщӀэ изолъхьэ. ЩӀалищым я гъащӀэр мафӀэ жьэражьэ хьэкушхуэм Къезыгъэлар иджыри и тахътэм тесыж Тепщэщ. Тхьэм сыкъримыгъэлмэ, абы щыгъуэ си гъащӀэм мыхьэнэ имыӀэжу аращ. АтӀэ дызэгугъун хуей закъуэр Инджылыр щӀэнэкӀалъэ едмыгъэщӀынырщ нэмысыншэхэм икӀи ар тхъумэн папщӀэ ди гъащӀэр ттыну дыхьэзыру дыщытынщ. Сэ дауэ сщӀэн цӀыхухэр къелын папщӀэ сэбэп хъунур — си гъащӀэра хьэмэрэ си лӀэныгъэра? ... Уэ сыткӀи укъысщыгугъ хъунущ... ауэ сыщӀэпхъуэжыным е сепцӀыжыным нэмыщӀ. СыщӀэпхъуэжыну апхуэдэ схуэщӀэнукъым, сепцӀыжыныращи, и гугъу умыщӀыххэ». GCKar 132.3
Лютер сеймым къызэрыкӀуам цӀыхухэр къызэщӀигъэхъеят. Папэм и легат Алеандр, а Ӏуэхур зезыхьэну пщэрылъ зыхуащӀар, хуабжьу гузавэрт икӀи арэзытэкъым. Абы къыгурыӀуэрт а Ӏуэхум кърикӀуэнур папэм и дежкӀэ зэрымыщӀагъуэнур. Папэ хьэкум зытрищӀа Ӏуэхум къытебгъазэу иджыри ухэплъэным къикӀыр, псори зылъэкӀ щоджэн пашэм и тепщэм шэч хэплъхьэнырт. КъищынэмыщӀауэ, Алеандр гузавэрт пцӀы пхуэмыщӀыну щыхьэтыгъэу Лютер жьакӀуэу къигъэувынухэм пщы куэд тригъэгушхуэнут папствэм я щӀыб хуагъэзэну. Арати, ар хъыжьэу Карлу V-м пэщӀэувэрт Вормс щекӀуэкӀыну сеймым Лютер къигъэкӀуэныр хуимыдэу. Абы хэту дэнэкӀи щагъэӀуат буллэ, Лютер Члисэм къызэрыхахуар жызыӀэр. Арати, папскэ декретымрэ легатым и протестымрэ императорыр ирагъэкӀуэтащ. Абы хуитхащ курфюрстым, Лютер и гъэсэныгъэхэм епцӀыжын имымурадмэ, Виттенберг къыдренэ жиӀэри. GCKar 133.1
А текӀуэныгъэм арэзы къимыщӀауэ, Алеандр иджыри къигъэсэбэпырт хьилагъэу хэлъымрэ къарууэ ӀэщӀэлъымрэ, Лютер укӀ тралъхьэн папщӀэ. Нэхъ ӀуэхуфӀкӀэ къэбгъэсэбэпыну зыхуафащэ къызэрымыгуэкӀ нэрыгъыр хэлъу, абы а Ӏуэхур пщыхэми, прелатхэми сеймым щыщ нэгъуэщӀхэми я пащхьэ ирилъхьащ, реформаторыр игъэкъуаншэу «цӀыхухэр къызэщӀэзыӀэтэщ, пщӀэ-нэмыс зыхэмылъщ, щӀэпхъаджагъэ зылэжьщ, Тхьэр зыгъэпудщ” жиӀэу. АрщхьэкӀэ гу лъумытэнкӀэ Ӏэмал иӀэтэкъым прелатыр зезыгъакӀуэ гупсэр зыхуэдэм, абы реформаторыр игу зэрытемыхуэри, губжьауэ зэрыпсалъэри нэрылъагъут. «Ар зезыхуэр лъагъумыхъуныгъэмрэ Лютер мыгъуапцӀэ трилъхьэнымрэт, армыхъумэ, Тхьэр игъэлъэпӀэным зэрегугъуртэкъым» — къагурыӀуащ псоми. Сеймым щӀэсхэм я нэхъыбэр япэм зэи къызэрымыхъуауэ нэфӀкӀэ хэплъэрт Лютер и Ӏуэхум. GCKar 133.2
Алеандр къарууэ иӀэр ирихьэлӀэу императорыр хигъэзыхьырт папскэ декретыр иригъэгъэзэщӀэну. Ауэ нэмыцэ законым ипкъ иткӀэ пщыхэр арэзы темыхъуауэ апхуэдэу пщӀэну ухуиттэкъым, арати, къыщыхьа легатым икӀэм-икӀэжым, худичыхри, Карл V-м абы жриӀащ а упщӀэр сеймым къыщиӀэтыну. «Папэм и лӀыкӀуэм и дежкӀэ а махуэр текӀуэныгъэ махуэт. Къызэхуэсахэр икъукӀэ цӀыху лъапӀэхэт, ауэ зыхэплъэн хуейуэ абыхэм я пащхьэ къралъхьа Ӏуэхур нэхъ лъапӀэжт. Алеандр и къалэнт ихъумэну пщӀэрэ-щхьэуэ иӀэр Римым ... члисэу щыӀэм я тепщэу, я анэм». Абы псоми я фӀэщ ищӀын хуейт, папэм Петр къритауэ лъэкӀыныгъэ зэриӀэр, чристэн дунейм нэхъ пщӀэшхуэ зыхуащӀ цӀыхухэм я тепщэжу щытыну. «ПсалъэхуэӀэзэу зэчийуэ бгъэдэлъыр къигъэсэбэпурэ абы псоми ягу зырыригъэхьащ. Тхьэм и ӀэмыркӀэ къэхъуа Ӏуэхут ар, трибунал нэхъ лъапӀэм и пащхьэ Римым и оратор нэхъ лъэщхэм ящыщ зым Члисэр ихъумэу псалъэ жиӀэныр». Реформаторыр зыфӀэгуэныхь хъухэр къэгузэват Алеандр къыщыпсалъэм. Курфюрст Саксонскэр сеймым щӀэсатэкъым абы щыгъуэ, ауэ и чэнджэщэгъухэм унафэ яхуищӀри папэм и лӀыкӀуэм и псалъэхэр яригъэтхащ. GCKar 134.1
Пэжыгъэр хигъэщӀэн и мураду, Алеандр щӀэгъэкъуэн ищӀащ акъылу иӀэри жьакӀуагъэу бгъэдэлъри. Абы Лютер трикъутэрт кӀэ зимыӀэ къуаншагъэхэр, ар къигъэлъагъуэрт я бийуэ Члисэми, къэралми, псэухэми лӀахэми, диныр зезыхьэхэми Ӏимансызхэми, къапщтэмэ, Тхьэр зи фӀэщ хъу псоми икӀи дэтхэнэ зы чристэнми. «Лютер и щхьэрыуагъэхэр ирикъунущ, — жиӀэрт абы, — минищэ бжыгъэ еретикхэр бгъэсын папщӀэ». GCKar 134.2
И псалъэм и кӀэм ар яужь итащ реформаторскэ фӀэщхъуныгъэм и телъхьэхэм нэмыплъ хуаригъэщӀыну псоми: «Хэт сымэ хъужрэ а лютеран жыхуаӀэхэр? Екуэкуншэ егъэджакӀуэ жэхьил гупхэщ, динлэжьакӀуэ епцӀыжакӀуэхэщ, монах мыкхъэмывэхэщ, юрист ахьмакъхэщ, лӀакъуэлӀэш нэмысыншэхэщ, къагъэпцӀа, ягъэщхьэрыуа цӀыху къызэрыгуэкӀ закъуэтӀакъуэхэщ. Ахэр ебгъапщэ хъуну католикхэм, апхуэдизу куэд хъурэ акъылыфӀэхэм икӀи лъэщхэм? Мы суд лъапӀэм зэнэзэпсэу къыщыздэдывгъащтэ зы унафи, цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дузэщӀынщ, акъылыншэхэми абы дерс къыхахынщ, къебэ-небэхэр лъэ быдэкӀэ дгъэувынщ, къарууншэхэми къарууэгъу дахуэхъунщ». GCKar 134.3
ЛӀэщӀыгъуэ къэс апхуэдэ Ӏэщэщ къагъэсэбэпар пэжыгъэм и хъумакӀуэхэм папщӀэ. Иджыри къыздэсым а щыхьэтыгъэ дыдэхэрщ къыхуахьыр, псоми я щхьэрыуагъэм къыпэмынэу Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ ӀупщӀхэр зыгъэӀуну тегушхуэхэм. «Хэт хъужрэ ахэр а гъэсэныгъэщӀэр зезыхьэхэр? — щӀоупщӀэр псори зэса диным ерыщу и телъхьэхэр. — Ахэр цӀыху мыфэмыцхэщ, щӀэныгъэншэхэщ икӀи мащӀэхэщ. Пэжыгъэр ящӀэу дауэ жаӀэфрэ абыхэм?! Тхьэм къыхиха лъэпкъыу щытыну дауэ закъыфӀэщӀыжрэ?! Ахэр жэхьилхэщ икӀи зыкъагъэпцӀэж. Фыкъеплъыт-тӀэ дэ ди Члисэм — апхуэдизу цӀыху куэд зыхэтрэ пщӀэшхуэ зиӀэм. Щэджащэрэ щӀэныгъэлӀхэу дапхуэдиз къытхэт дэ! ӀэджэкӀэ дынэхълъэщщ дэ абыхэм нэхърэ!” ИкӀи, дауикӀ, а щыхьэтыгъэхэр нэхъыбэм къащтэ, ауэ ахэр нэбэ фӀэщ пщӀын хуэдэу купщӀэншэхэщ, Лютер и махуэхэми зэрыщытам хуэдэу. GCKar 135.1
Реформацэр иухакъым, Лютер дунейм щехыжам, куэдым зэрагугъэм хуэдэу. Ар екӀуэкӀын хуейщ дунейр и кӀэм нэсыху. Лютер лэжьыгъэшхуэ зэфӀигъэкӀащ, Тхьэм кърита нэхум зригъэубгъуурэ, арщхьэкӀэ, дунейр зыхуэныкъуэ нэху псори абы иӀакъым. А зэманым щыщӀэдзауэ ди махуэхэм къэсыхукӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм нэху къытокӀ пэжыгъэр къытхузэӀукӀынымкӀэ къыддэӀэпыкъуу. GCKar 135.2
Легатым и псалъэхэр куууэ я гум хыхьащ сеймым щӀэсахэм. Абы Лютер щыӀакъым, армыхъумэ папэм и хъумакӀуэр абы зэхикъутэнт Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ ӀупщӀ лъэщхэмкӀэ. Зыри тегушхуэфакъым икӀэрауэ, зы мащӀэкӀэ нэхъ мыхъуми, реформаторым къыщхьэщыжыну. Къыпщыхъут, псори хьэзыр хъуауэ абы и гъэсэныгъэхэр ягъэкъуэншэным имызакъуэу, ересым хуэдэу ар ягъэкӀуэдыну. Римым къигъэсэбэпт ӀэмалыфӀ къыӀэрыхьар зихъумэжын папщӀэ. КъыдэӀэпыкъуну абы теухуауэ жыпӀэ хъуну псор жаӀат. Ауэ а текӀуэныгъэу къыпщыхъур зэрыхагъэщӀэным и нэщэнэт. Къару лъэщитӀым иджыри къапэщылът наӀуэу зэбэныну, абы нэрылъагъуу къыщыщӀэщын хуейт пэжыгъэмрэ щхьэрыуагъэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр. НаӀуэу екӀуэкӀа а зэпэщӀэувэныгъэм иужькӀэ, япэм зэрыщытам хуэдэу шынагъуэгъэншэу, афӀэкӀа зэи зибжыжакъым Римым. GCKar 135.3
Сеймым щыщым и нэхъыбэм Лютер Римым ирагъэубыдыну хьэзыр хъуа щхьэкӀэ, куэдыр хуейт, нэмыцэ лъэпкъыр гугъу езыгъэхь щӀэпхъаджагъэхэм кӀэ иратыну: абыхэм ялъагъут Члисэр щэнхабзэм ехьэлӀауэ зэрызэкӀуэкӀар, дин-лэжьакӀуэхэм я хьэрэмагъыр, я цӀапӀагъэр. Легатым папствэр фӀыуэ, гъэщӀэрэщӀауэ къигъэлъэгъуат удэзыхьэхыным хуэдэу. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм къигъэпсэлъащ сеймым щыщ зы цӀыху, папэ залымым и тепщэныгъэм кърикӀуар ипэжыпӀэкӀэ зыхуэдэр жригъэӀэу. Пщыхэм я зэӀущӀэм къыщытэджри, герцог Георг Саксонскэр, икъукӀэ гушхуауэ, зы псалъэ хэбдзыну хэмылъу пэж зэфэзэщкӀэ къыщӀигъэщащ пцӀырэ цӀапӀагъэу папствэм хэлъ псори, Германием абы и тепщэныгъэм шынагъуагъэу къыхуихьа псори. И псалъэм и кӀэм абы къыжиӀащ: GCKar 135.4
«Римыр зыгъэкъуаншэ щӀэпхъаджагъэу къекӀуэкӀхэм ящыщ языныкъуэ къудейщ мыхэр: Дин-лэжьакӀуэхэм укӀытэр зищӀысыр ящӀэжыркъым, зыхущӀэкъу закъуэр ... ахъшэщ, ахъшэщ иджыри ахъшэщ... лъэпкъыр пэжыгъэкӀэ зыущиину зи къалэнхэм, пцӀым хуагъасэ, а псор зэрыхуашэчым имызакъуэу, абыхэм саугъэтхэр хуагъэфащэ, пцӀы нэхъыбэ яупсыху, нэхъыбэ къалэжьри. Мис а псынэ гущыкӀыгъуэрщ къыздыщӀэжыр щхъухь зыхэлъ псыр. Еууей! Дин-лэжьакӀуэхэм напэтехыгъэу я щытыкӀэм цӀыху тхьэмыщкӀэ куэдыр ягъэунэхъу, игъащӀэкӀи ягъэкӀуэду. Ӏэмал имыӀэу дэнэкӀи реформэ едгъэкӀуэкӀыным дыхуэныкъуэщ». GCKar 136.1
Сыти жыӀи езы Лютер абы нэхърэ нэхъ Ӏэзэу икӀи нэхъ нэгъэсауэ къыхуэгъэлъэгъуэнтэкъым папскэ тепщэныгъэм лейуэ зэрихьэр, икӀи а герцогыр реформаторым зэрибийр псоми я дежкӀэ хьэкъти, абы и псалъэхэм нэхъ къару халъхьэрт уи фӀэщ хъунымкӀэ. GCKar 136.2
Зэхуэсахэм я нэр къагъэплъатэмэ, яхъуреягъкӀэ къалъагъунут Тхьэм и мелыӀычхэр, щхьэрыуагъэм и кӀыфӀыгъэр зэкӀэщӀэзыхухэр икӀи цӀыхухэм я акъылхэмрэ ягухэмрэ зэӀузыххэр, пэжыгъэр кърагъэщтэн папщӀэ. Псом я нэхъ Ӏущ Зиусхьэн пэжыр, уеблэмэ, Реформацэм и бийхэм я гум лъэӀэсащ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ гъуэгу хуигъэхьэзыру лэжьыгъэшхуэ екӀуэкӀын хуейм. Мартин Лютер зэӀущӀэм щыӀакъым, ауэ Лютер нэхърэ нэхъ Иным и макъ абы къыщыӀуащ. GCKar 136.3
Арати, занщӀэу сеймым комитет хихащ, пщэрылъ хуищӀу, папствэм и лъэныкъуэкӀэ лейуэ зэрихьэхэр къыщӀэзыгъэщ щыхьэтыгъэу щыӀэ псори къигъэлъэгъуэну, апхуэдизу бжьы хьэлъэу нэмыцэ лъэпкъым къатегуплӀахэр. А тхыгъэр, къуаншагъэ зэмылӀэужьыгъуэу пункт 101 зыхэтыр, императорым иратащ икӀи щытыкӀэр гъэзэкӀуэжа зэрыхъуным икӀэщӀыпӀэкӀэ яужь ихьэну елъэӀуащ. «Сыту чристэн куэд тфӀэкӀуэда, — ятхат а лъэӀур зытахэм, — сыту Ӏэджэ яхъунщӀа, чристэнхэм я нэхъыщхьэхэм я блыгущӀэтхэм ерыхьерышхыгъэу сыту куэд ялэжьа! Дэ ди къалэныр — ди лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуэкӀуэным щытхъумэнырщ, и напэр текӀауэ къэдмыгъэнэнырщ. А псом къыхэкӀкӀэ, ди щхьэр дгъэлъахъшэу, абы къыдэкӀуэуи нэрыгъыу, хуабжьу дынолъэӀу дэнэкӀи реформэ егъэкӀуэкӀын зэрыхуейр унафэу къэпщтэну икӀи ар егъэкӀуэкӀын щӀэбдзэну». GCKar 136.4
Иджы сеймым къигъэувт реформаторыр кърагъэблэгъэну. Алеандр къызэрелъэӀуахэмрэ зэригъэшынамрэ емыплъыжу, императорыр, икӀэм-икӀэжым, арэзы техъуэри, Лютер сеймым кърагъэблэгъащ. Къызэрырагъэблагъэм и гъусэу къэзыхъумэн грамоти хурагъэхьащ — бэӀутӀэӀуншэу игъэзэжа хъуным ар и шэсыпӀэт. А псори Виттенберг нэзыгъэса пхъэрым иджыри къалэн щащӀат Лютер Вормс къалэ къэсыхукӀэ дэщӀыгъуну. GCKar 137.1
Лютер и ныбжьэгъухэр шынэхэрт. Реформаторыр къалъагъу зэрамыхъури, жагъуэгъу куэд зэриӀэри здащӀэм, ахэр гузавэрт, уеблэмэ, къэзыхъумэн грамотэм Лютер зыри къыхуимыщӀэнкӀэ, арати, ахэр Лютер елъэӀурт шынагъуэ зыхимыдзэжыну. АрщхьэкӀэ, Лютер жиӀащ: «Папистхэр хуейкъым сэ Вормс сагъэкӀуэну, ахэр зыхуейр укӀ къыстралъхьэу сагъэкӀуэдынырщ. А псом мыхьэнэ иӀэкъым. Фэ Тхьэ фыщӀелъэӀуныр сэракъым, атӀэ, Тхьэм и Псалъэрщ ... Мэсихь быдэ сищӀынущ и ДухымкӀэ, пцӀым и лэжьакӀуэхэм сатригъэкӀуэн папщӀэ. Слъагъу хъуркъым сэ ахэр, сыпсэухукӀэ, икӀи сатекӀуэнущ абыхэм си лӀэныгъэмкӀэ. Ахэр гуныкъуэгъуэ щыщыщӀэнукъым Вормс къалэм, срагъэпцӀыжыну сыщыхагъэзыхькӀэ, аращи, мис си епцӀыжыныгъэр: япэм жысӀэрт папэр Мэсихь ипӀэ иту, иджы жызоӀэр, ар — ди Зиусхьэным и бийщ икӀи шейтӀаным и лӀыкӀуэщ». GCKar 137.2
Лютер гъуэгуанэ шынагъуэм щытеувэм и зэкъуакъым. Императорым и пхъэрым нэмыщӀ, абы гъусэ зыкъыхуащӀащ къыхуэпэж и ныбжьэгъуищым. Абыхэм я гъусэу кӀуэну хуабжьу хуеят Меланхтони. Апхуэдиз лъагъуныгъэ я зэхуаку дэлът Лютеррэ абыи, ар хьэзырт и гъусэу тутнакъми кӀуэну, и гъусэуи лӀэну. АрщхьэкӀэ, алейуэщ ар абы зэрелъэӀуар: Меланхтон Виттенберг къыщагъэнащ. Лютер ягъэкӀуэд хъумэ, абы къыпэщылът Реформацэ Ӏуэхур ипэкӀэ игъэкӀуэтэну. Меланхтон сэлам къыщрихыжым, реформаторым къыжриӀащ: «Къэзмыгъэзэж хъумэ, си бийхэм саӀэщӀэкӀуадэмэ, зэпумыгъэу пэжыгъэр бгъэӀуныр, лӀыгъэ зыхэгъэлъ. Сэ си пӀэкӀэ лажьэ... Уэ псэууэ укъанэмэ, сэ сызэрылӀам щхьэкӀэ зыри къэнэнукъым”. Лютер езыгъэжьэну зэхуэса студентхэмрэ къалэдэсхэмрэ хуабжьу гузавэхэрт. Инджылым и пэжыгъэр зи гум лъэӀэсахэм ящыщ куэдыр гъыт абы сэлам щрахыжым. Апхуэдэу, реформаторым и ныбжьэгъухэр щӀыгъуу, Виттенберг къыдэкӀащ. GCKar 137.3
ГъуэгурыкӀуэхэм я гъуэгуанэр щызэпачым, гу лъатэрт цӀыхухэр фӀы зэрыпэмыплъэм, зэрыгузавэм. Языныкъуэ къалэхэм абыхэм яхуэфащэ гулъытэ къыщыхуащӀыртэкъым. Жэщыр щрахыну ахэр къыщызэтеувыӀа щоджэным, игу къыщӀэгъуу и шынагъэхэр Лютер къыхуиӀуэтат зы итальянскэ реформатор гуэрым, хьэзаб лӀэкӀэкӀэ дунейм ирагъэхыжам и сурэт къригъэлъагъури. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм абыхэм къащӀащ, Лютер и тхыгъэхэм хьэкум зэрыщытращӀар Вормс къалэ. Императорым и гъуохэм дэнэкӀи а декретыр щагъэӀурт икӀи лъэпкъыр къыхураджэрт реформаторым и тхыгъэ псори я куейм ит къэрал ӀуэхущӀапӀэхэм иратыну. Лютер къыдэщӀыгъу пхъэрыр, сеймым ар бэлыхь щыхэхуэнкӀэ къытегузэвыхьу икӀи адэкӀэ кӀуэну ар тегушхуэн имыгугъэу къеупщӀат абы, уи гъуэгуанэм къыпыпщэну ухуей, жиӀэри. Лютер жэуап иритыжащ абы: «Хуейми къалэ къэс щрагъэӀу Члисэм сыкъызэрыхахуар, сэ адэкӀэ сыкӀуэну сыхьэзырщ”. GCKar 137.4
Эрфурт къалэ Лютер пщӀэшхуэ къыхуащӀу щрагъэблэгъащ. КъыщыгуфӀыкӀыу къэзыухъуреихьа цӀыху къомым яхэту, ар хуэмурэ къалэ уэрамхэм ирикӀуэрт, и щӀалэгъуэм факъырэ къэлътмакъыр ӀэщӀэлъу Ӏэджэрэ къызэхикӀухьахэм. Монахыу здэщыӀа къулъшырыфым щиӀа пэш цӀыкӀум ар щыщӀыхьэм, абы игу къигъэкӀыжащ гугъуехьу и фэм дэкӀар зыхуэдизыр, псэкӀэ хьэзабу ишэчар, и гум нэхур къипсэн ипэ, иджы Германие псом зыщызыубгъу нэхур. Хагъэзыхьу мыбдеж къыщелъэӀуащ абы уаз жрагъэӀэну. Апхуэдэу ищӀэну ар хуиттэкъым, арщхьэкӀэ, королым и пхъэрым хуит ищӀри, зэгуэрым лэжьыгъэ нэхъ пщӀэншэ дыдэр къулъшырыфым щызыгъэзащӀэу щытар кафедрэм дэкӀуеящ. GCKar 138.1
Абы къыщызэхуэсахэм Лютер сэлам ярихащ Мэсихь и псалъэхэмкӀэ: «Гузэгъэгъуэ фреӀэ!» «Философхэми дин-щӀэныгъэлӀхэми тхакӀуэхэми, — жиӀащ абы, — алейуэ цӀыхухэр хуагъасэ мыкӀуэдыж гъащӀэ зэрагъуэтыну щӀыкӀэм. Сэ нывжесӀэнур мыращ: Тхьэм лӀахэм ЗылӀ къахигъэтэджыкӀыжащ, ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь, лӀэныгъэр Абы игъэкӀуэдыжын папщӀэ, гуэныхьым лъапсэрыхыр къыхуигъэкӀуэн папщӀэ икӀи жыхьэрмэм и бжэр зэхуищӀыжын папщӀэ. Ар къегъэлыныгъэ лэжьыгъэщ... Мэсихь текӀуащ! ГуфӀэгъуэщ а хъыбарыр зэхэпхыну! Дэ дыкъызэрелар Абы и фӀыщӀэхэмкӀэщ, дыдейхэмкӀэкъым ... Ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь жиӀащ: “Гузагъэгъуэ фреӀэ! Си Ӏэхэм феплъ...” НэгъуэщӀ псалъэхэмкӀэ: “Уо цӀыху, къаплъэ! Ар Сэращ, Сэ си закъуэщ уи гуэныхьхэр пщхьэщызыхыу укъезыгъэлар, иджы уэ мамырыгъэ уиӀэфынущ, жеӀэр Зиусхьэным”». GCKar 138.2
АдэкӀэ абы и гугъу ищӀащ, фӀэщхъуныгъэ пэжым гъащӀэ къабзэкӀэ зыкъызэригъэлъэгъуэн хуейр. «Зиусхьэным дыкъыщригъэлакӀэ, дэ дыхущӀэкъун хуейщ длэжьхэр Абы игу ирихьу дызэрыщытыным. Укъулейрэ? Абы щыгъуэм уи мылъкур хуэныкъуэхэм дэгъэӀэпыкъу. Укъулейсыз? Абы щыгъуэм къулейхэм Ӏумпэм ирамыщӀ лэжьыгъэу яхуэпщӀэфынур. Уи щхьэ закъуэ фӀэкӀа ухуэмылажьэмэ, уи лэжьыгъэр, Тхьэм игу ирихьыу къыпщыхъур, — зищӀысыр фэрыщӀагъэщ». GCKar 138.3
ЦӀыхухэр дихьэхыпауэ едаӀуэрт Лютер: а мэжэлӀа нэрыбгэхэм ГъащӀэм и щӀакхъуэр къаӀэрыхьащ. Абыхэм я пащхьэ Мэсихь щагъэлъэпӀащ, папэми, легатхэми, императорхэми, королхэми нэхърэ. Лютер зыри жиӀакъым езым и Ӏуэхур зэрыхэплъэгъуэм теухуауэ. Ар хуеятэкъым яфӀэгуэныхь зигъэхъуну. Мэсихь дэплъейуэрэ абы езым и щхьэ щыгъупщэжащ. Голгофэм и ЛӀым и ныбжьым щӀэуващ ар, гуэныхьыщӀэр Къэзыщэхужыфынур Хьиса Зэризакъуэр цӀыхухэм яригъэлъэгъуну хуейти. GCKar 139.1
Я гъуэгуанэм адэкӀэ къыпащэрт, арати, реформаторым гулъытэшхуэ къыхуащӀу дэнэкӀи къыщыӀущӀэрт. Къалъэгъуну хуейуэ цӀыху Ӏувхэр къыхузэхуэсырт икӀи ныбжьэгъугъэ зэрахьэу къыжраӀэрт Римым и телъхьэхэм мурадыфӀ къызэрыхуамыӀэм теухуауэ. «Абыхэм уагъэсынурэ, — къыжраӀэрт языныкъуэхэм, — итӀанэ уи сахуэр зэбгырапхъыжынущ: уигу къэгъэкӀыж Ян Гус иращӀауэ щытар”. Лютер жэуап итыжт: «Уеблэмэ Виттенберг щыщӀэдзауэ Вормс нэсыхукӀэ и Ӏугъуэр уафэм дэкӀуеин хуэдэу, мафӀэ абыхэм зэщӀагъанэкӀи, абы щыгъуэми Зиусхьэным и цӀэкӀэ сэ а мафӀэм сыпхыкӀынущ; сэ бийм и пащхьэ сихьэн хуейщ, сэ сынэсынущ а хьэкӀэкхъуэкӀэм и жьэшхуэм икӀи и дзэхэр хуӀузудынущ, Хьиса Мэсихь щыхьэт сытехъуэурэ”. GCKar 139.2
Лютер Вормс зэрынэблэгъам и хъыбарым цӀыхухэр игъэпӀейтеирт: ныбжьэгъухэр къыхуэгузавэрт, бийхэри тегузэвыхьырт Ӏуэхур фӀыкӀэ зэриухынкӀэ хъунум. Хуабжьу егугъуу ар трагъэчыныхьырт къалэм дамыгъэхьэну. Папэм къищэхуа цӀыхухэр абы къеӀущащэхэрт, фӀыуэ къыпхущыт уэркъ гуэрым и быдапӀэ зыщыгъэпщкӀу жаӀэу, апхуэдэу хъумэ, гугъуехьу щыӀэр фӀы дыдэу гъэзэкӀуэжа хъунут. И ныбжьэгъухэм реформаторыр ягъэшынэну къыпылъащ, гъэщӀэрэщӀауэ къыхуаӀуатэурэ шынагъэу къыпэщылъ къомыр. Ауэ мобыхэми мыдрейхэми гугъу зэрызрагъэхьыр алейуэт: Лютер япэми хуэдэу къыпхуикӀуэтынутэкъым, мыр здыжиӀэм: «Уеблэмэ, Вормс къалэ унэу дэтым я унащхьэхэм кхъуэщыну телъым хуэдиз жин бзаджэ дэсынуми, абы щхьэкӀи къэзмыгъанэу сэ абы сыдыхьэнущ». GCKar 139.3
Вормс къыщысым, къалэ куэбжэпэм цӀыху куэдыкӀей къыщыпежьэри, Лютер ирагъэблэгъащ. Уеблэмэ, езы императорыр щрагъэблагъэкӀэ апхуэдиз цӀыху къызэхуэс хабзэтэкъым. Асыхьэтым цӀыху Ӏувым къыхэӀукӀащ зыгуэрым и гууз макъ, хьэдагъэ гъыбзэ игъэӀуу, Лютер къыщыщӀынкӀэ хъунум щихъумэн и мураду. «Тхьэм сыкъихъумэнущ сэ”, — жиӀащ абы, гухъринэм къыщикӀым. GCKar 139.4
Папистхэм я фӀэщ яхуэщӀтэкъым Лютер пэж дыдэу Вормс зыкъыщигъэлъэгъуэну тегушхуэну, арати, ар къызэрыкӀуам абыхэм я фэр шэхум хуэдэу пигъэкӀащ. Императорым икӀэщӀыпӀэкӀэ и чэнджэщэгъухэр зэхуишэсащ, адэкӀэ ищӀэным егупсысын папщӀэ. Щихънагъхэм ящыщ зы, папист ткӀийр къэпсэлъащ: «КуэдыӀуэрэ дытопсэлъыхь мы упщӀэм, атӀэ уэ, зи щӀыхьыр ин император, зы унафэ закъуэкӀэ плъэкӀынущ а цӀыхум кӀэ ептыну. Сигизмунд Ян Гус иримыгъэгъэсауэ щыт? Дэ ди къалэнкъым къэзыхъумэн грамотэу еретикым еттар дгъэпэжыну». «Хьэуэ, — жиӀащ императорым, — дэ псалъэ ттам депцӀыж хъунукъым». Арати, унафэ къащтащ реформаторыр ягъэпсэлъэну. GCKar 140.1
Къалэм дэс псори хущӀэкъут а цӀыху гъуэзэджэр зрагъэлъэгъуну, арати, щӀэх дыдэ хьэщӀэ Ӏэджэ щӀэз хъуащ ар къыщыувыӀэу, бысым ищӀа унэм. Зэману дэкӀа щыӀэтэкъым Лютер уз хьэлъэ къызэрызэринэкӀрэ, къищынэмыщӀауэ, тхьэмахуитӀкӀэ гъуэгу зэрытетами зэхиукӀат; сеймым щыщхэм зэраӀущӀэным зыхуигъэхьэзырын хуейт абы, арати, шэч хэмылъу, ар хуэныкъуэт и закъуэ къагъэнэным икӀи зигъэпсэхуным. Ауэ ар къалъэгъуну апхуэдизу цӀыхухэр хуейти, сыхьэт зытӀущ нэхъ мыхъумэ зыгъэпсэхугъуэ игъуэтакъым, арати, мис лӀакъуэлӀэшхэм, уэркъхэм, дин-лэжьакӀуэхэм икӀи къалэдэсхэм ар къаухъуреихьащ, яфӀэгъэщӀэгъуэну икӀи зэрызехьэхэу. Абыхэм яхэтт члисэм лейуэ зэрихьэр зылъагъухэу пщыхэри уэркъышхуэхэри, мышынэу императорым Ӏэмал имыӀэу реформэ иригъэкӀуэкӀын хуейуэ хуэзыгъэувхэри, икӀи Лютер зэрыжиӀэмкӀэ, «абы и Инджылым хуит ищӀыжахэр». Ныбжьэгъухэм я гъусэу и бийхэри къыхуэкӀуэрт, мышынэ монахыр зрагъэлъэгъуну хуейуэ, ауэ абы ахэр зыкӀи мыпӀейтейуэ, мамыру иригъэблагъэрт, къызэрыӀурыупщӀыхьхэми и щхьэр имыгъэпуду Ӏущыгъэ хэлъу жэуап яритыжу. Абы и зыӀыгъыкӀэм дэплъагъут быдагъэ, лӀыгъэ зэрыхэлъыр; щхьэщыкӀа къудей узымрэ зэрезэшамрэ къызэрыщ абы и нэкӀу гъурым, фагъуэм, цӀыхуфӀыгъэрэ, уеблэмэ, гуфӀэгъуэрэ къыщхьэщихырт. Хьэрэмыгъэншэ дыдэу щыт абы и псалъэ лъапӀэхэм езым къару къыхалъхьэжырт, уеблэмэ, и бийхэр къыпэмылъэщыну. Псоми ягъэщӀагъуэт ар щалъагъукӀэ. Языныкъуэхэм я фӀэщ хъурт Тхьэм и къару абы зэрыхэлъыр, адрейхэм, Мэсихь зыгъэкъуэнша фарисейхэм хуэдэу, «жин бзаджэ хэсщ абы” жаӀэрт. GCKar 140.2
КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Лютер сеймым ирагъэблэгъащ. Къэрал лӀыщхьэм ар аудиенц-пэшым щӀишащ, ауэ ерагъкӀэт ар а унэм къызэрекӀуэлӀар. Уэраму щыӀэм цӀыхухэр дэзти, езы папэ хъужым пэщӀэувэфа монахыр къалъагъуну хуейуэ. GCKar 140.3
И судыр зыщӀэнухэм я пащхьэ ихьэн ипэ, зи ныбжьыр хэкӀуэта генерал, зауэ куэдым лӀыхъужьу къыхэкӀыжам, щабэу зыкъыхуигъэ защ абы: «Монах тхьэмыщкӀэ, монах тхьэмыщкӀэ! Зауэ куэд сэ сыхэтащи, сощӀэ, атакэ нэхъ ябгэ дыдэм упэщӀэтыну узэрыкӀуэр. Ауэ пэжыгъэр уэ уи телъхьэмэ, абы шэч къытумыхьэмэ кӀуэ, тӀасэ, Тхьэм и цӀэкӀэ, икӀи зыми ущымышынэ. Зиусхьэным укъигъэнэнкъым». GCKar 140.4
ИкӀэм-икӀэжым, Лютер сеймым и пащхьэ къихьащ. Императорыр тахътэм дэкӀуеящ икӀи империем нэхъ лӀыщхьэ дыдэу исхэм ар къаухъуреихьащ. Зэи цӀыху къызэрыгуэкӀ щӀыхьатэкъым апхуэдэ зэӀущӀэ лъапӀэ, Лютер и фӀэщхъуныгъэм папщӀэ жэуап зритын хуейм GCKar 141.1
хуэдэм. «Ар абы зэрыщыӀэ къудейм къигъэлъагъуэрт папствэм гъуэзэджэу зэрытекӀуар. Папэм а цӀыхур къуаншэу къыжиӀат, ауэ иджы ар судым и пащхьэ итт, апхуэдэу зэрищӀэмкӀэ папэм нэхърэ нэхъ лъапӀэу зызыгъэувхэм. Папэм Лютер Члисэм къыхихуат икӀи цӀыхухэм яхыхьэнуи хуит ищӀтэкъым, итӀанэми, пщӀэшхуэ къыхуащӀу ар ирагъэблэгъат дунейм яфӀэнэхъ лъапӀэхэм ящыщ зы зэӀущӀэм. Папэм абы игъащӀэкӀи и жьэр къызэтримыхыну хуигъэуват, атӀэ абы Ӏэмал иратащ гупсэхуу къедэӀуэну хьэзыр цӀыху мин бжыгъэхэм, чристэн дунейм и щӀыпӀэ жыжьэхэм и къуапэ дэтхэнэми къикӀахэм епсэлъылӀэну. Лютер революцэ иныщэ къигъэхъуащ. Римым и лъэщагъэр къигъэтӀэсхъащ икӀи римскэ тахътэр игъэзджызджащ монах щэныфӀэм и протестым». GCKar 141.2
Апхуэдизу лъапӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ зэӀущӀэм къыщыщыхутэм, унагъуэ къызэрыгуэкӀым къыхэкӀа реформаторым и Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀэнащ. Языныкъуэ пщыхэм, абы и щытыкӀэр щалъагъум, Лютер къызэрагъэжаныжыным яужь итт, арати, абыхэм ящыщ зым щэхуу къыжриӀащ: «МыкӀуэдыж гъащӀэ ффӀэзыгъэкӀуэдыну зылъэмыкӀыну, фызыукӀхэм фыщымышынэ, атӀэ Тхьэм фыщышынэ, фи псэри фи Ӏэпкълъэпкъри мафӀэм хэзыгъэкӀуэдэфынум». НэгъуэщӀми къыжриӀащ: «Си Ӏумэтым фызэритым щхьэкӀэ Ӏэтащхьэхэми пащтыхьхэми я пащхьэм фыщрашэкӀэ... фи Адэм и Духыр фэркӀэ псэлъэнущ” (еплъ Мф. 10:28, 18-20). Апхуэдэу гъэунэхуныгъэ сыхьэтым Тхьэм и пщылӀым игу къагъэкӀыжащ Мэсихь и псалъэхэр, и фӀэщхъуныгъэр ягъэбыдэу. GCKar 141.3
Лютер императорым и тахътэм и гупэ дыдэм деж ягъэуващ. Пэшышхуэр зэрыщыту щымыбзэ хъуат. Императорым и Ӏуэхузехьэр къэтэджри, Лютер и тхыгъэхэр игъэлъагъуэурэ реформаторым упщӀитӀ иритащ: мы тхыгъэхэр уэра зи Ӏэдакъэ къыщӀэкӀар икӀи мыбы ит гъэсэныгъэхэм уепцӀыжыну уи мурад къыжриӀэу. Тхылъхэм я цӀэхэр макъкӀэ кърабжэкӀа нэужь, Лютер жэуап итащ, ахэр езым зэритхыгъэр къыжиӀэри. «ЕтӀуанэ упщӀэм теухуауэ, — къыпищащ реформаторым адэкӀэ, — ар фӀэщхъуныгъэмрэ цӀыхур къызэрелымрэ ехьэлӀащ, абы Тхьэм и Псалъэр пыщӀащ — хъугъуэфӀыгъуэ нэхъ лъапӀэ дыдэу уафэми щӀылъэми щыӀэхэм ящыщ зыр, аращи, си лъэныкъуэкӀэ губзыгъагъэу щытынукъым, нэхъапэ семыгупсысауэ, жэуап фэстыныр. Армыхъумэ, сэ жызмыӀауэ къэнэнкӀэ хъунущ пэжыгъэм къигъэув псори, итӀанэ, зэгуэрым Мэсихь жиӀауэ щыта псалъэхэр: «Ауэ сыкъэзымыцӀыхуу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэр, Сэри сымыцӀыхуу щыжысӀэнущ си Уафэ-Адэм и пащхьэм” (Мф. 10:33), жыхуиӀар сэ къызэхьэлӀа хъунущ. Аращи, зи щӀыхьыр лъагэ император, хъуну щытмэ, сыныволъэӀу сегупсысыну зэман къызэфтыну, Тхьэм и Псалъэм пэщӀэмыувэ жэуап фэстыфын папщӀэ”. GCKar 141.4
Лютер Ӏущыгъэ хэлъу ищӀащ, апхуэдэ лъэӀукӀэ императорым зыщыхуигъазэм. Абы и щытыкӀэм зэӀущӀэм щӀэс псоми я фӀэщ игъэхъуащ пӀащӀэрыщӀагъэ зэрыхэмылъыр, гупсысэ зэриӀэр. А лӀы хъыжьэм икӀи щхьэмыгъазэм, апхуэдэ сабырагърэ Ӏэдэбагърэ далъэгъуну зыри зэрыпэмыплъам, абы и псалъэхэр быдэ ящищӀащ, икӀи и етӀуанэ жэуап тыгъуэм ар апхуэдизу губзыгъэрэ мышынэу, Ӏущыгъэрэ щӀыхьрэ бгъэдэлъу къэпсалъати, и бийхэм ар хуабжьу ягъэщӀэгъуащ, зэрыщымыгугъауэ къыщӀэкӀащ, икӀи я зыкъыфӀэщӀыжыныгъэри я пагагъэри хигъэщӀащ. GCKar 142.1
КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм абы и кӀэм нэсу жэуап итын хуейт. Пэжыгъэм пэщӀэувэу зэкъуэува къарухэр зыхуэдэр щилъагъум, Лютер зэман кӀэщӀкӀэ, ауэ хуабжьу къэшынащ. Абы и фӀэщхъуныгъэр къэтӀэсхъащ, и псэр гузавэ хъуауэ. ӀупщӀу къилъэгъуащ абы кӀуэ пэтми хэхъуэу шынагъуэ къыпэплъэр, къыпщхъут, бийхэр хьэзыру я текӀуэныгъэр ягъэлъэпӀэну, кӀыфӀыгъэм и къарухэр текӀуауэ. Пшэ фӀыцӀэжьхэм нэхъ Ӏувыжу къаухъуреихьт ар, хуабжьу Тхьэм пэӀэщӀэ ящӀу. Ар хуэлӀэрт Уафэ-Дзэпщ Зиусхьэныр зэрыщӀыгъунум и нэщэнэ. ПсэкӀэ хьэзабыр ишэчу, абы нэкӀукӀэ щӀым зытридзэри, игу зэщыуам ину тхьэджэ макъхэр къиӀукӀащ, псори зылъагъу Зиусхьэн гущӀэгъулым фӀэкӀа, зыми къыгурымыӀуэну. GCKar 142.2
«Уо, Псори ЗылъэкӀ икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэ Тхьэ, — елъэӀурт ар Тхьэм, — сыту шынагъуэ мы дунейр! Абы и жьэшхуэр иущӀащ, сригъэлъэтэхыну, атӀэ сэ сыту мащӀэу сызэрыпщыгугъыр... Сэ сызыщыгугъыну къысхуэнэжар мы дунейм и лъэщагъырамэ, сыкӀуэдауэ аращ... Абы щыгъуэм си яужь сыхьэтыр къэсауэ аращ, къыстращӀыхьынущ укӀ... Уо си Тхьэ! КъыздэӀэпыкъу мы дунейм и Ӏущыгъэ псоми сыпэщӀэтыфыну. КъысхуэщӀэ си лъэӀур... Уэ Езым Уи закъуэ... ар зи Ӏуэхур сэракъым, Уэращи. Сэ ахэр зыкӀи згъэкъуаншэкъым, дунейм я нэхъ щэджащэхэр... Ауэ ар зи Ӏуэхур Уэращ икӀи а Ӏуэхур захуагъэщ, мыкӀуэдыжынщ. Уо, Зиусхьэн, къыздэӀэпыкъу! Уэ у-Тхьэ пэжщ икӀи зэи зыпхъуэжкъым, зы цӀыху сыщыгугъ хъунукъым сэ... ЦӀыхухэр псори тӀасхъэщ икӀи зызыхъуэжщ... Уэ сыкъыхэпхащ сэ а Ӏуэхум щхьэкӀэ... КъысщӀыгъу, фӀыуэ плъагъу Уи Къуэ Хьиса Мэсихь и цӀэкӀэ сынолъэӀу, си мэӀухури си быдапӀэри Уэращ». GCKar 142.3
Тхьэм и Ӏэмырт ар апхуэдэу къэхъуныр, Лютер зэхищӀэныр шынагъэу къыпэщылъ псори, и къарум щыгугъыжу тхьэмыщкӀагъэ къылъымысын папщӀэ. Ауэ абы зэшэзэпӀэу къытекӀуа гузэвэгъуэр къызыхэкӀар апхуэдизу гъунэгъу къыхуэхъуа гугъуехьхэм, хьэзабхэм, лӀэныгъэм щышынауэ аратэкъым. Абы и гъащӀэм и зэхэгъэкӀыпӀэ дакъикъэр къэсат икӀи абы къарууншэ дыдэ хъуауэ зыхищӀэрт. Лютер шынэрт и махагъэм къыхэкӀкӀэ пэжыгъэм и Ӏуэхур къыхагъэщӀэнкӀэ. Ар Тхьэм «щӀебэнар” езым и бэӀутӀэӀуншагъэм щхьэкӀэтэкъым, атӀэ Инджылыр текӀуэн папщӀэт. Абы игу зэщыуам бэнэныгъэ щекӀуэкӀырт, жэщу Иавок псыхъуэм Израил щишэча бэнэныгъэм хуэдэ. ИкӀи, Израил хуэдэу, абы текӀуэныгъэр къихьащ. ДэӀэпыкъуэгъуншэ дыдэу ар фӀэщхъуныгъэ иӀэу Мэсихь елъэӀуащ, ЩэхужакӀуэ лъэщым. Арати, быдэу и фӀэщ хъуащ сеймым и закъуэу зэрыщымыӀэнур. Абы и гум мамырыгъэ щытепщэ хъуащ, икӀи щыгуфӀыкӀырт мы дунейм я нэхъ щэджащэхэм я пащхьэ Тхьэм и Псалъэр щигъэлъэпӀэну къызэрыхуагъэфэщам щхьэкӀэ. GCKar 143.1
Быдэу Тхьэм щыгугъыу, Лютер зыхуигъэхьэзыращ къыпэщылъ бэнэныгъэм. Ар егупсысащ и псалъэхэр зэригъэпсыну щӀыкӀэм, езым и ӀэдакъэщӀэкӀ тхыгъэхэм къыхитхыкӀащ зыхуейхэр икӀи и псалъэхэр зыгъэпэжын щыхьэтхэу Тхыгъэ ЛъапӀэм итхэр къигъуэтащ. ИтӀанэ и Ӏэ сэмэгур къызэӀухауэ и пащхьэ илъ Тхылъ ЛъапӀэм трилъхьэри, и Ӏэ ижьыр уафэмкӀэ дриӀэтейри, нузыр итащ «Инджылым хуэпэжу къэнэну икӀи и фӀэщ хъур зыхуэдэр псоми я пащхьэ щыжиӀэну, уеблэмэ, и лъымкӀэ абы щыхьэт техъуэжын хуей хъуми». GCKar 143.2
Ар аргуэру сеймым и пащхьэ къыщихьам, абы и нэгум иплъагъуэнутэкъым гузавэ е Ӏэнкунагъ лъэпкъ. Нэхъуейуэ икӀи сабыру, щхьэмыгъазэу, пщӀэ-нэмыс хэлъу икӀи лӀыгъэ зэрихьэу щытт ар абдежым — Тхьэм и щыхьэтыр дунейм я щэджащэхэм я пащхьэ. Императорым и Ӏуэхузехьэр жэуап щхьэпэ къритыну къыхуигъэуву, и гъэсэныгъэм епцӀыжыну и мурадрэ и мымурадрэ къажриӀэну къыщеупщӀым, Лютер жэуап итыжащ Ӏэсэу икӀи Ӏэдэбу, абы и макъым гурыщхъуэ лъэпкъ уигъэщӀынутэкъым ар пӀейтейуэ е губжьауэ. Абы нэмысыфӀэу зиӀыгът, уеблэмэ, укӀытэрэ жыуигъэӀэу, ауэ гуитӀщхьитӀыгъэ лъэпкъ думылъагъуу, абы и нэгум гуфӀэгъуэ къызэрыщхьэщихыр къызэхуэса псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэрт. GCKar 143.3
«Зи пщӀэр лъагэ император, зи щӀыхьыр ин пщыхэ, гущӀэгъулы зиусхьэнхэ, — къэпсэлъэн къыщӀидзащ абы. — Сэ нобэ фи пащхьэ сыкъихьащ, дыгъуасэ къэфщта унафэм ипкъ иткӀэ, аращи, Тхьэм щхьэкӀэ сыныволъэӀу, зи пщӀэр лъагэхэ, зи щӀыхьыр инхэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀу, Ӏуэхур зытетым фыкъедэӀуэну, сэ быдэу си фӀэщ зэрыхъущи, захуагъэрэ пэжу къэслъытэ Ӏуэхум. Сэ зыгуэркӀэ фи хабзэр скъутэ хъумэ, сыныволъэӀу, къысхуэвгъэгъуну, сыщагъэсар пащтыхь унэкъыми, атӀэ къулъшырыф пхыдзарщи”. GCKar 144.1
ИтӀанэ, абы къыжиӀащ и Ӏэрытх къыдигъэкӀахэр зэрыщыту зытеухуахэм уахэплъэмэ, зэрызэщхьэщыкӀхэм. Языныкъуэхэм, уеблэмэ, и бийхэм зэраныгъэншэу зэралъытэм имызакъуэу, сэбэпу ябжхэм, ар щытопсэлъыхь фӀэщхъуныгъэмрэ псапащӀэ Ӏуэхухэмрэ. Абыхэм уепцӀыжыным къикӀыр — псоми шэч къызытрамыхьэу къащтэ пэжыгъэхэр бгъэкъуэншэнырщ. НэгъуэщӀ тхылъхэм папствэм щӀэпхъаджагъэу ялэжьымрэ лейуэ зэрахьэмрэ къыщӀагъэщ. А лэжьыгъэхэр мыхъуну къыжыпӀэмэ — абы къикӀыр Римым залымыгъэу зэрихьэр дэпӀыгъынырщ икӀи иджыри щӀэпхъаджагъэ шынагъуэ Ӏэджэм бжэр ину яхузэӀупхынырщ. АдэкӀэ, къыпыпщэмэ, а тхыгъэхэм ящыщ гуэрхэр абы хуигъэпсащ цӀыху щхьэхуэхэр зэригъэкъуаншэм, дунейм щытепщэ бзаджагъэхэм къыщхьэщыжхэр. Мис абыхэм ехьэлӀауэ абы зиумысыжащ, куэдрэ гурыуэу зэрыригъэлеяр. Щыуагъэрэ щыщӀэныгъэрэ зимыӀэу зэрыщымытыр къыжиӀащ. Дауэ мыхъуми, къыхигъэщащ адэкӀэ Лютер, уеблэмэ, а тхылъхэми сепцӀыжыфынукъым, пэжыгъэм и бийхэм къаруущӀэ къаӀэрэмыхьэн щхьэкӀэ, ар къагъэсэбэпурэ нэхъ Ӏеижу Тхьэм и лъэпкъыр гугъу ирагъэхьынущи. GCKar 144.2
«Сэ уахъты зиӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэм сащыщ къудейщ, сэ сыТхьэкъым, — къыпищащ адэкӀэ и псалъэм абы, — Аращи, си щхьэ зэрысхъумэжынур Мэсихь зэрищӀам хуэдэущ: «Мыхъун сщӀамэ, сыгъэлъагъу, сыт мыхъуну сщӀар?»... Тхьэм щхьэкӀэ сыныволъэӀу, зи пщӀэр лъагэ император лъапӀэ, фэри, зи щӀыхьыр ин пщыхэ, икӀи къулыкъу лъагэ зезыхьэ псоми, Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ сывгъэлъагъужыну щыуагъэу злэжьахэр. Ар си фӀэщ фщӀа нэужь, си щхьэрыуагъэхэмкӀэ зызумысыжынщи, псом япэ сэ езым мафӀэм хэздзэнщ си тхылъхэр». GCKar 144.3
«Си псалъэхэм ӀупщӀу къагъэлъагъуэ псори зэрызэпэсшэчар, зызыхэздзэж шынагъуэхэр зыхуэдэм сызэрыщыгъуазэр. Ауэ сэ си псэр гузавэркъым, атӀэ согуфӀэ, Инджылым, япэми хуэдэу, ди махуэхэми цӀыхухэм я гупсысэкӀэхэр зэрызэпэщӀигъэувэм, я зэхуаку бэнэныгъэ зэрыдилъхьэм щхьэкӀэ. АтӀэ Тхьэм и Псалъэр зигу зылъэмыӀэс цӀыху щыӀэкъым. “Сэ сыкъыщӀэкӀуар мамырыгъэ къэсхьын щхьэкӀэкъым, атӀэ джатэ къэсхьын щхьэкӀэщ”, — жиӀащ Хьиса Мэсихь. Зиусхьэным и щӀыхьыр инщ, лъапӀэщ икӀи шынагъуэщ димыгъэлъэпэрэпэну дыщиущийкӀи, хьэкум щищӀэкӀи, — аращи, фысакъ, зэгурымыӀуэныгъэхэр зэрывгъэужьыхыным фегугъуурэ, Тхьэм и Псалъэ лъапӀэр дэзыкъузэ фымыхъун щхьэкӀэ, фыщӀэзыгъэнэн гузэвэгъуэрэ насыпыншагъэрэ зыфщхьэщыфшэнкӀэ хъунущи, игъащӀэкӀэ фыкӀуэдыжыныр абы къыхэкӀынкӀэ хъунущи... Сэ щапхъэ куэд къысхуэхьынущ Тхьэм и Псалъэм къисхыурэ: я гугъу фхуэсщӀыжыфынущ фирхьэунми, вавилон пащтыхьхэми Израилым и пащтыхьхэми, я кӀуэдыжыгъуэр псынщӀэу къэзыгъэсахэм, я къэралыр лъэщ ящӀыным яужь итурэ, губзыгъагъэу икӀи Ӏущыгъэу къыпщыхъу чэнджэщхэр ягъэзащӀэурэ. “Тхьэм бгыхэр егъэӀэпхъуэф, ауэ ар абыхэм ящӀэркъым”». GCKar 144.4
Лютер къызэрыпсэлъар нэмыцэбзэкӀэт, итӀанэ абы къелъэӀуащ жиӀар иджыри зэ къажриӀэжыну, ауэ латыныбзэкӀэ. Езэшами, ар арэзы техъуэри, аргуэру къытригъэзэжащ япэм къызэрыпсэлъам хуэдэу ӀупщӀу икӀи жану къэпсалъэурэ. КъекӀуэкӀ псори, шэч хэмылъу, Ӏуэхур зи ӀэмыщӀэ илъ Тхьэм и ӀэмыркӀэт къызэрыхъур. Пщы куэдым я предрассудкэхэм я нэр къыщипхъуауэ щытти, япэу Лютер щедэӀуам щыгъуэ, абы и щыхьэтыгъэхэм и логикэр зэхащӀыкӀатэкъым, абыхэм ар нэгъэсауэ ӀупщӀ щащыхъуар Лютер жиӀа псоми къыщытригъэзэжам щыгъуэщ. GCKar 145.1
Ерыщу нэхум зыпызыӀудзхэр икӀи пэжыгъэр зыгурызыгъэӀуэну зыкӀи хуэмейхэр хуабжьу къагъэгубжьащ Лютер щхьэтечу жиӀа псалъэхэм. Лютер и псалъэхэр щиухым, сеймым и унафэщӀыр зэгуэпауэ къеупщӀащ абы: «Уэ дызэрыноупщӀамкӀэ жэуап къыдэптакъым... Жэуап пыухыкӀа къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу къыдэптын хуейщ... УепцӀыжрэ хьэмэрэ уемыпцӀыжрэ?” GCKar 145.2
Реформаторым жэуап итыжащ: «Зи щӀыхьыр ин императорми зи пщӀэр лъагэ пщыхэми жэуап пыухыкӀа, жэуап кӀэщӀ фэстыну къыщысхуэвгъэувкӀэ, фэстынщ апхуэдэ жэуап. Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтхэмкӀэ икӀи ӀупщӀу, губзыгъагъэ зыхэлъ щыхьэтхэмкӀэ си фӀэщ фымыщӀмэ, — сэ дзыхь хуэсщӀыфынукъым папэми е хасэхэми, ахэр куэдрэ зэрыщыуар икӀи GCKar 145.3
жаӀэхэр зэтемыхуэжу куэдрэ къызэрыхъуар нэрылъагъущи, — сэ сепцӀыжынукъым, чристэным и дежкӀэ шынагъуэгъэншэкъым напэм къемызэгъ ищӀэну. Аращ сызытетыр икӀи нэгъуэщӀу схуэщӀэнукъым. Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу! Амин”. GCKar 145.4
Апхуэдэущ зэрыбэнар а лӀы щыпкъэр, Тхьэм и Псалъэм и лъабжьэ быдэм зытригъащӀэурэ. Уафэм къикӀ нурым къигъэнэхурт абы и нэгур. Щхьэрыуагъэхэр сэтей къыщищым щыгъуэ, икӀи дунейм текӀуэ фӀэщхъуныгъэм и фӀагъым щыхьэт щытехъуэм щыгъуэ, абы и щӀыхьымрэ и къабзагъэмрэ, гуфӀэжу и мамырагъэр псоми я дежкӀэ нэрылъагъут. GCKar 146.1
Къызэхуэсахэм зы зэманкӀэ я бзэр иубыдауэ щысащ, хуабжьу ягъэщӀагъуэрти ар. ЩыщӀидзам, Лютер апхуэдизу щэхуу икӀи нэмыс хэлъу псалъэти, ар къазэрыщыхъуар къахуэгъэӀурыщӀэным хуэдэущ. Папистхэм я гугъэт абы и лӀыгъэр къэтӀэсхъауэ. Егупсысыну зэман къратыну Лютер зэрылъэӀуар абыхэм къазэрыгурыӀуар епцӀыжыным и нэщэнэущ. Лютер зэхэукӀаифэ зэрытетым гу лъызыта езы Карли, абы и щыгъынри и псэлъэкӀэри къызэрызэрыгуэкӀыр ауан ищӀу, мыпхуэдэу жиӀат: «Мы монахым сэ зэи еретик сыхуэщӀынукъым», — жиӀэу. Ауэ иужькӀэ, Лютер и быдагъэр, хахуэу и зыӀыгъыкӀэр, къару щӀэлъу къихь щыхьэт ӀупщӀхэр псоми зэрагъэщӀэгъуэныр ямыщӀэу хъуат. ФӀэтелъыджэу императорым хэӀэтыкӀауэ жиӀащ: «Сыту мышынэу псалъэрэ мы монахыр икӀи сыту къимыкӀуэту лӀыгъэшхуэ хэлъ!” — жиӀэу. Нэмыцэ пщы куэд ирипагэу еплът я хэкуэгъум, щыгуфӀыкӀыу абы и ехъулӀэныгъэм. GCKar 146.2
Римым и телъхьэхэр къыхагъэщӀащ; абыхэм ялэжьхэр зэрыщӀэпхъаджагъэр сэтей къэхъуащ. Я тепщэныгъэр зэрагъэбыдэну ахэр яужь зэритыр Тхыгъэ ЛъапӀэр тегъэщӀапӀэ ящӀурэтэкъым, атӀэ цӀыхухэр ягъэшынэурэт — Римым и аргумент зызымыхъуэжхэмкӀэ. Сеймым и унафэщӀым Лютер зыкъыхуигъазэри, жриӀащ: «УемыпцӀыжмэ, императорри къэралым и лӀыщхьэхэри зэчэнджэщынущ, жыхьэрмэ дакъэжь еретикым сыт епщӀэ хъунми унафэ къащтэну». GCKar 146.3
Лютер и ныбжьэгъухэр, екӀуу абы зэрызихъумэжа щӀыкӀэм дихьэхыпауэ щӀэдэӀуахэр, къэкӀэзызащ а псалъэхэр щызэхахым, ауэ реформаторым мамыру жэуап къитащ: «Сэ сепцӀыжыфынукъым, Зиусхьэныр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу!» GCKar 146.4
Пщыхэр зэчэнджэщыху, Лютер унафэ хуащӀат сеймым къыщӀэкӀыну. ЗэхэпщӀэрт зэхэгъэкӀыпӀэ дакъикъэр къызэрысар. Лютер къимыкӀуэту а чристэн хасэм жиӀэм едэӀуэн зэримыдам мыхьэнэшхуэ щиӀэнут Члисэм и къэкӀуэным. Арати, псоми къалъытэрт абы иджыри зэ Ӏэмал етын хуейуэ, епцӀыжын папщӀэ. Иужь дыдэу ар сеймым къраджащ. Аргуэрым упщӀэ къэӀуащ, епцӀыжыну ар и гъэсэныгъэм? «Сэ жэуап фэстакӀэщ, — жиӀащ абы, — нэгъуэщӀ зыри фэ си деж щызэхэфхынукъым” ГурыӀуэгъуэт, гъэгугъэныгъэкӀи, шынагъэкӀи ар зэрыхыумыгъэзыхьыфынур Римым къигъэувхэм яхудичыхыну”. GCKar 146.5
Папскэ Ӏэтащхьэхэр хуабжьу зэгуэпт, манарххэри, пщыхэри я пащхьэ щызыгъэкӀэзыз я лъэщагъэр, къызэрыгуэкӀ монахым къызэрыфӀэмыӀуэхуам къыхэкӀкӀэ. Абыхэм я гум къикъуэлъыкӀ губжьыр зыгъэтӀысыфынур Лютер хьэзаб езыгъэшэчын укӀ тралъхьэнырт. Ауэ Лютер, къыщхьэщыхьа шынагъуэр нэгъэсауэ зэхищӀыкӀми, чристэн щӀыхь иӀэрэ сабырыбзэу зиӀыгъырт. Пагэуи тэмакъкӀэщӀуи пхужыӀэнутэкъым ар, бзаджагъэкӀэ щыхьэт нэпцӀ къихьауи щыттэкъым. Абы и щхьэр щыгъупщэжыпат, къэзыухъуреихь лӀыщхьэхэри, — зыхищӀэр папэми, прелатхэми, королхэми икӀи императорхэми йомыгъэпщэфыну Абы и Гъусэрт. Лютер и жьэкӀэ къэпсэлъат Езы Мэсихь икӀи апхуэдиз къарурэ лъапӀагъэрэ иӀэу къэпсэлъати, Реформацэм и ныбжьэгъухэми и бийхэми пщӀэшхуэ къыхуащӀу, зэрагъэщӀэгъуэнур ящӀэртэкъым. Къызэхуэсахэм умылъагъуу яхэта Тхьэм и Духыр империем ис лӀы щэджащэхэм я гум лъэӀэсащ. Языныкъуэ пщыхэм мышынэу къащтащ Лютер жиӀахэр зэрызахуагъэр. Куэдым пэжыгъэр я фӀэщ хъуащ, адрейхэр япэщӀыкӀэ дихьэхауэ дэӀуа щхьэкӀэ, щӀэх дыдэ икӀуэтыжри, япэм яӀа еплъыкӀэр къащтэжащ. Абыхэм яхэтащ, я фӀэщ хъуныр сытми иджыри а зэманым зыхуэмыгубзыгъахэр, ауэ иужькӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэр зыджурэ Реформацэм и телъхьэ хъуа цӀыхухэр. GCKar 147.1
Лютер сеймым къызэрыкӀуэным хуабжьу гузавэу ежьа курфюрст Фридрих, гурыгъузыр иӀэу, щӀэдэӀуащ ар къызэрыпсэлъам. ИригуфӀэу икӀи ирипагэу гу лъитащ абы и жьауэ щӀэтым хэлъ лӀыгъэм, и быдагъэм, зэпӀэзэрыту и зыӀыгъыкӀэм, арати, ар ихъумэну иӀэ мурадыр зэригъэзэщӀэным нэхъыбэжу тегушхуащ. ЗэпэщӀэт лъэныкъуитӀыр зэригъапщэурэ курфюрст илъагъурт папэхэми, прелатхэми, королхэми я Ӏущыгъэр сабэм хуэдэ зэрыхъур пэжыгъэм и лъэщагъым и пащхьэ. Папствэр къыхагъэщӀащ икӀи къыкӀэлъыкӀуэ лӀэщӀыгъуэхэм лъэпкъ псоми я деж щыӀуащ ар зэрыхагъэщӀам и макъыр. GCKar 147.2
Лютер къызэрыпсэлъар цӀыхухэм къазэрыщыхъуар легатым щилъагъум, ар япэу тегузэвыхьын щӀидзащ папскэ тепщэныгъэм и быдагъэм, арати, мурад ищӀащ дауэ мыхъуми, реформаторыр хигъэщӀэн зригъэхъулӀэну. ЖьакӀуагъэу бгъэдэлъри, апхуэдизу цӀэрыӀуэ зыщӀа, дипломатическэ Ӏэзагъэу иӀэ зэфӀэкӀ псори къигъэсэбэпри, абы императорыщӀэм гуригъэӀуащ монах мыхьэнэншэ гуэрым щхьэкӀэ римскэ тахътэ лъэщым и дэӀэпыкъуныгъэмрэ и ныбжьэгъугъэмрэ зыфӀэбгъэкӀуэдыныр зэрыакъылыншагъэр, абы кърикӀуэну шынагъуэхэр. GCKar 147.3
Абы и псалъэхэм къыхуащӀэну зыщыгугъар къехъулӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм, Лютер къэпсэлъэн иуха нэужь, Карл сеймым щыжиӀащ и мурадыр: и адэжьхэм я политикэм и лъэужь зэрихунур, дэӀэпыкъуу икӀи ихъумэу католическэ диныр. Аращи, Лютер и щхьэрыуагъэхэр къигъэнэн щимыдакӀэ, абыи абы и гъэсэнхэми ткӀийуэ тезыр зэратрилъхьэнур. «Монах щхьэзакъуэм, и делагъэм и нэр къыщипхъуэжауэ, мыукӀытэжу тегушхуащ чристэн дуней псом я диным пэщӀэувэну. Мылъкуу сиӀэри, ахъшэуи, ныбжьэгъууи сиӀэри, сэ езыри, си гъащӀэ псори хэслъхьа пщӀондэ, кӀэ естынщ сэ а нэмысыншагъэм. Мы монах факъырэр къыздикӀам ирекӀуэж икӀи лъэпкъыр Ӏэнкун ирещӀи иреплъ. Сэ щӀэздзэнщ абыи абы и телъхьэхэми нэгъэсауэ быдэу, ерещу себэнын. Члисэм къыхэсхунщ, цӀыхухэм яхыхьэну хуит сщӀынкъым, Ӏэмалу щыӀэр къэзгъэсэбэпынщ, ахэр сымыгъэкӀуэдыху. ЩӀыналъэ дэтхэнэ щыпсэухэри къыхузоджэ чристэныгъэ нэгъэса къагъэлъэгъуэну”. Абы хэту императорым къыхигъэщащ, къэзыхъумэн грамотэу Лютер иратам къару зэриӀэр, аращи, Лютер теухуауэ зыгуэр ящӀэн ипэ, ар бэӀутӀэӀуншэ дыдэу и унэ нэсыжын зэрыхуейр. GCKar 148.1
Иджы сеймыр зэпэщӀэувэ гупитӀыу зэгуэкӀат. Папскэ лӀыкӀуэхэм къагъэувырт Лютер къэзыхъумэн грамотэр къытехыжын хуейуэ. «Рейн хэщэщэн хуейщ абы и сахуэр, — жаӀэрт абыхэм, — илъэсищэ ипэкӀэ Ян Гус и сахуэр зэрыхапхъам хуэдэу». Ауэ нэмыцэ пщыхэм, папствэм и лъэныкъуэгъуу икӀи Лютери и бийхэу зэрыщытхэри зымыбзыщӀхэм, ядэтэкъым апхуэдэ бзаджэнаджагъэ, лъэпкъым и напэ тезыхыныр ялэжьыну. Абыхэм ягу къагъэкӀыжащ Ян Гус зэраукӀам кърикӀуа насыпыншагъэ къомыр, икӀи жаӀащ апхуэдэ шынагъуэ афӀэкӀа Германиеми я император щӀалэм и щхьэми къыщхьэщашэну зэрамыдэнур. GCKar 148.2
Езы Карл идакъым апхуэдэ икӀагъэ илэжьыну: «ПщӀэ-намысри фӀэщхъуныгъэри дуней псом трахужми, абыхэм егъэзыпӀэ щагъуэтын хуейщ пщыхэм ягухэм”, — жиӀэри. Лютер и бий кӀэуфӀыцӀхэм императорыр хагъэзыхьт Сигизмунд Гус ирищӀам хуэдэ реформаторым ирагъэщӀэну, Члисэм гущӀэгъу къыхуищӀынщ жаӀэу ирагъэтыну; ауэ и судыр щащӀэ зэӀуха зэӀущӀэм здыщӀэтым, Гус и лъэхъухэр хуигъэлъагъуэу монархым тхьэрыӀуэ ищӀу кърита псалъэхэм зэрепцӀыжар зэрыриӀуэкӀыжар игу къигъэкӀыжри, Карл V-м жиӀащ: «Сэ сыхуейкъым Сигизмунд плъыжь зэрыхъуам хуэдэу, сагъэукӀытэжыну”. GCKar 148.3
Дауэ мыхъуми, Карл ищӀэр ищӀэжу къищтэн идакъым Лютер игъэӀу пэжыгъэхэр. «Сэ быдэу си мурадщ си адэжьхэм я лъэужьыр схуну», — итхат абы. Карл игу ирилъхьащ хабзэжьхэм къатемыкӀыну, уеблэмэ, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ я хьэтыркӀи. И адэжьхэм апхуэдэу щащӀакӀэ, езыри хьэзырщ папствэм дэӀэпыкъуну, дапхуэдизу гущӀэгъуншэуи икӀи дзыбэуи щымытами. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, емыгупсысауэ абы мурад ищӀащ и адэжьхэм я щапхъэм тетыну икӀи хуеякъым нэхущӀэр къищтэн е и къалэнхэр игъэзэщӀэн, хащӀыкӀыу е я жэхьилыгъэкӀэ ямыщӀэу и адэжьхэм ямыгъэзэщӀахэр. GCKar 149.1
Ди зэманми цӀыху мащӀэкъым щыӀэр, я адэжьхэм зэрахьа хабзэхэм ерыщу тетхэу. Тхьэм нэхущӀэ къыщызэӀуихкӀэ, абыхэм къащтэн щӀамыдэр я адэжьхэм я жэхьилыгъэкӀэ а нэхум хэту зекӀуэн зэрамыдарщ. Ауэ дэ дызэрытыр нэгъуэщӀ щытыкӀэщ, ди адэжьхэм хуэмыдэу, аращи, абы къыхэкӀкӀэ дэ ди къалэнхэри ди хьэкъри нэгъуэщӀщ. Тхьэм къытхуигъэдэхэнукъым, дэ езыр-езыру пэжыгъэм и Псалъэхэр зэгурыдгъэӀуэну яужь диту, ди къалэнри ди пщэрылъри зэдгъэщӀэным и пӀэкӀэ ди адэжьхэм дахуеплъэкӀыныр. Дэ хьэкъ нэхъыбэ ттелъщ дыкъызытехъукӀахэм ятелъам нэхърэ: атӀэ дэ дигухэр къагъэнэху ди адэжьхэм къащӀэна нэхумрэ Тхьэм и Псалъэм и напэкӀуэцӀхэм къытекӀыу къыттепсэ нэхущӀэмрэ. GCKar 149.2
Мэсихь мыпхуэдэу жиӀат фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иудейхэм щхьэкӀэ: «СыкъакӀуэу яжезмыӀатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ лъэпкъ яӀэкъым” (Ин. 15:22). А Тхьэм и къару дыдэрщ Лютер и жьэкӀэ нэмыцэ сеймым епсэлъари. Тхьэм и Псалъэм хэлъ пэжыгъэм и нэхур къызэхуэсахэм щатепсэм, Тхьэм и Духыр иужь дыдэ абыхэм ящыщ куэдым елъэӀуащ Тхьэм и деж яригъэгъэзэжыну. ЛӀэщӀыгъуэ зыбжанэ ипэкӀэ, пагагъэмрэ щӀыхьым зэрыщӀэхъуэпсымрэ и гур зэхуезыгъэщӀу, дунейм и ЩэхужакӀуэр къэзымыщта Пилат хуэдэу, пэжыгъэр зезыхьэм «Иджы кӀуэж, зэман къэзгъуэтмэ, сыноджэнщ», — жезыӀа, къэгузэва Феликс хуэдэу, икӀи «Апхуэдизу псынщӀэу Мэсихь и гъуэгу сытебгъэхьэфын уи гугъэ?» жызыӀэу Уафэм къыхуеха нэхур, дауэ мыхъуми зытезымыгъэпса, зыкъызыфӀэщӀыжа Агриппэ хуэдэу (Деян. 24:25; 26:28) ищӀащ Карл V-ми, пэжыгъэм и нэхур къищтэн щимыдам, щӀылъэм щиӀэну пщӀэшхуэр нэхъ къищтэу. GCKar 149.3
Лютер къыхуэдалъэ шынагъуэм и хъыбарым зэрыкъалэу къызэщӀигъэхъеят. Реформаторым ныбжьэгъу куэд иӀэт, Римыр бзаджэнаджэу зэрыщэхурыпхъуэр, икӀи и гуэныхьхэр сэтей къищӀыну тегушхуэ дэтхэнэми гущӀэгъуншэу зэрыхуэябгэм щыгъуазэу, Лютер къезыгъэлыну мурад зыщӀахэр. Лъэпкъ цӀэрыӀуэхэм щыщ лӀы щэ бжыгъэхэми я жьауэ Лютер щӀагъэувэну зэрыхьэзырыр къыжраӀауэ щытт. Куэдым ямыбзыщӀу жаӀэрт императорым къищта унафэр Римым хуэпщылӀыныгъэу зэрыщытыр. Куэбжэхэм, къэрал ӀуэхущӀапӀэ унэхэм я блынхэм плакатхэр щыплъагъунут: Языныкъуэхэр Лютер къыщхьэщыжырт, нэгъуэщӀхэм — ягъэкъуаншэрт. ЗыщӀыпӀэхэм дежи укъыщеджэфынут Сэлмэн бегъымбар Ӏущым и псалъэхэм, къызэрыгуэкӀхэу, ауэ куэд къызэрыкӀхэм: «Мыгъуэр уи махуэщ щӀылъэ, уи пащтыхьыр щыщӀалэм деж” (Еккл. 10:16). Германием щыпсэууэ хъуам Лютер ягу къыщӀэгъуу зэрыщытым, императорми сеймми я фӀэщ ищӀат, мызахуагъэ гуэр реформаторым иращӀэмэ, империем и мамырыгъэр зэрызэхикъутэным имызакъуэу, пащтыхь тахътэр гузэвэгъуэм зэрыхидзэнур. GCKar 149.4
Фридрих Саксонскэр хуабжьу сакът, ипэжыпӀэкӀэ реформаторым дапхуэдэу хущытми къыщӀимыгъэщу, абы хэтуи темыплъэкъукӀыу ар ихъумэу, дэнэ кӀуэми кӀэлъыплърэ бийхэм ялэжьхэми зыщигъэгъуазэу. Ауэ Лютер фӀыуэ зэрыхущытыр щӀэзыхъумэну яужь имыт куэди щыӀэт. Абы деж къакӀуэрт пщыхэр, графхэр, баронхэр, светскэ къулыкъущӀэхэри члисэм и лэжьакӀуэхэри. «Лютер и пэш цӀыкӀум щӀэхуэртэкъым, — итхыжащ Спалатин, — абы и деж къакӀуэ псори». ЦӀыхубэр а лӀым зэреплъыр цӀыху щэджащэм хуэдэут. Уеблэмэ, абы и гъэсэныгъэхэр дэзымыӀыгъхэми, ямыгъэщӀагъуэу яхузэфӀэкӀтэкъым, и напэм къемыкӀун илэжьыным ипӀэкӀэ, реформаторым лӀэныгъэр къищтэну тезыгъэгушхуэу, игукӀи и псэкӀи Тхьэм зэрыхуэпщылӀыр икӀи и напэм и къабзагъэр. GCKar 150.1
Лютер нэрыгъыу хагъэзыхьащ Римым худичыхыну. Пщыжь-уэркъыжьхэр пылъащ абы къыгурагъэӀуэну Члисэми сеймми ерыщу емыдаӀуэмэ, къыхуихьынухэр зыхуэдэр — къэралым кърахуарэ къэзыхъумэн имыӀэжу къызэрынэнур. Абыхэм Лютер мыращ ярита жэуапыр: «Мэсихь и Инджылыр сытым дежи зыгуэрхэм жэхоуэ, зыгуэрхэри зэпэщӀегъэувэ... Сыт шынагъэмрэ сакъыныгъэмрэ сэ Зиусхьэнымрэ пэжыгъэ закъуэу щыт Тхьэм и Псалъэмрэ япэӀэщӀэ сыщӀащӀын хуейр? Хьэуэ, абы нэхърэ си гъащӀэр стымэ нэхъыфӀщ!” GCKar 150.2
Аргуэру абы къеныкъуэкъуащ императорым ирагъэдэӀуэну, итӀанэ шынагъэ лъэпкъ къыпщхьэщытыжынукъым жаӀэу и фӀэщ ящӀыну пылъу. «Сэ сыарэзыщ, — жиӀащ Лютер, — ягу псомкӀэ хуейуэ дэтхэнэри — императорым деж щыщӀэдзауэ нэхъ Ӏэдэб дыдэ чристэным деж нэсыжу — си тхыгъэхэм еджэныр икӀи щыуагъэу хэтыр къыщӀагъэщыныр, ауэ Тхьэм и ПсалъэмкӀэ къапщытэурэщ зэращӀэну сызэрыхуейр. ЦӀыхухэм ящӀэн хуейуэ зыри къанэркъым, Тхыгъэ ЛъапӀэм едэӀуэным нэмыщӀ. Сэ езыр сызэрыщыту абы сыхуэпэжщ, икӀи мыхьэнэ иӀэнукъым си напэр хэвгъэзыхькӀи». GCKar 150.3
ТӀэкӀу дэкӀауэ апхуэдэ псалъэмакъ гуэрым абы щыжиӀащ: «Сэ сыарэзыщ сыкъэзыхъумэн грамотэр естыжу си гъащӀэр императорым и ӀэмыщӀэ ислъхьэну, ауэ Тхьэм и Псалъэм зэи сепцӀыжынукъым!” Лютер къыжиӀащ сеймым къищтэ унафэм едэӀуэну зэрыхьэзырыр, ауэ а унафэр Тхыгъэ ЛъапӀэм гурыӀуэу щытмэщ. «Тхьэм и Псалъэмрэ фӀэщхъуныгъэмрэ теухуауэ, — жиӀащ абы, — дэтхэнэ зы чристэнми зэхигъэкӀыфынущ папэми абы и хасэ бжыгъэншэхэми хуэдэ къабзэу”. ИкӀи щӀэх дыдэу псоми — и ныбжьэгъухэми, и бийхэми къагурыӀуащ Лютер Римым ирагъэкӀужыну адэкӀэ яужь итыным къызэримыкӀынуӀар. GCKar 151.1
Лютер зы мащӀэкӀэ, ауэ зы пункт закъуэкӀэ яхудичыхатэмэ, шейтӀанымрэ абы и пэщӀэщӀэгъухэмрэ текӀуэныгъэр ягъэлъэпӀэнут. Ауэ Лютер щӀэмыщхъуэжу и быдагъэр шэсыпӀэ хуэхъурт Члисэр щхьэхуит зэрыхъужынум икӀи абы лӀэщӀыгъуэщӀэм, лӀэщӀыгъуэ нэхъыфӀым и щӀэдзапӀэр иублащ. Диным ехьэлӀауэ езыр-езыру гупсысэфу икӀи Ӏуэхухэр зэрихьэфу а зы цӀыхум илэжьам, Члисэми дунейми зэхъуэкӀыныгъэфӀхэр яхимылъхьэу къэнэфынутэкъым, къищынэмыщӀауэ, а зэхъуэкӀыныгъэхэр абы и зэманым къызэтригъэувыӀэфакъым, атӀэ къэкӀуэну лӀэщӀыгъуэ псоми зыщаубгъуащ. Лютер иӀа фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэр зэригъэпэжамрэ дунейм и кӀэм нэсыху дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъунущ ар зэрыта щытыкӀэм ихуэнухэм. Тхьэм и къарумрэ и лъапӀагъэмрэ нэхъ инщ цӀыхухэм ящӀ унафэхэм нэхърэ, шейтӀаным и лъэщагъэм нэхъри. GCKar 151.2
Куэд дэмыкӀыу императорым и унафэкӀэ, Лютер и унэм зэрыкӀуэжын хуейр къыжраӀащ, ар щыгъуазэт абы къыкӀэлъыкӀуэнур — и хьэкумыр зэращӀэнур. Пшэ фӀыцӀэжьхэр абы къыщхьэщыхьат, ауэ абы Вормс ибгынэрт и гур къигуфӀыкӀыу. «Езы шейтӀаным ихъумэрт папскэ быдапӀэр, — жиӀэрт абы, — ауэ, Мэсихь блыныр зэприкъутыкӀри, шейтӀаным къилъэгъуащ, езым нэхърэ Зиусхьэныр зэрынэхълъэщыр”. GCKar 151.3
Ежьэжа нэужь Лютер, императорым письмо хуитхащ, къызэримыкӀуэтар нэгъуэщӀу къагурымыӀуэн щхьэкӀэ: «ЩӀыхь сиӀэнуми щӀыхьыншэ сыхъунуми, си псэукӀэкӀи си лӀэныгъэкӀи Уэ, Зи ПщӀэр Лъагэм, сэ Ӏэсэу сыпхуэӀурыщӀэну сызэрыхьэзырым щыхьэт схутехъуэну солъэӀу, псоми я гум илъыр зылъагъу Тхьэм, ауэ зы Ӏэмал щыӀэкъым цӀыхур зэрыпсэу Тхьэм и Псалъэм сыпэщӀэувэу зыгуэр сщӀэнкӀэ. Светскэ гъащӀэм ехьэлӀауэ сызэрыпхуэпэжынум шэч лъэпкъ къытумыхьэ, къелыныгъэр пыщӀакъым мы дуней гъащӀэм къыщысхэхъуэнкӀэ хъунум е щысфӀэкӀуэдынкӀэ хъунум. Ауэ гъадэщӀыдэм ехьэлӀа Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэр хуейкъым зы цӀыхур нэгъуэщӀ цӀыхум жыӀэщӀэ хуэхъуну. Диным ехьэлӀа упщӀэхэм теухуауэ апхуэдэу хуэжыӀэщӀэныр хуэпщылӀыным хуэдэщи, атӀэ дызыхуэпщылӀын хуейр ДыкъэзыгъэщӀам и закъуэщ». GCKar 151.4
Вормс икӀыжу игъэзэжауэ гъуэгу здытетым, Лютер дэнэкӀи къыхуэгуапэу, къыщыгуфӀыкӀыу ирагъэблагъэрт. Дин-лэжьакӀуэ нэхъыщхьэхэми сэлам кърахырт Члисэм къыхахуа монахым, къэралым и лӀыщхьэхэми пщӀэшхуэ къыхуащӀу къыӀущӀэрт, императорым хьэкум зытрищӀа цӀыхум. Абы къелъэӀурт уаз ирагъэтыну, арати, императорым зэримыдар къыфӀэмыӀуэхуу, ар кафедрэм дэкӀуеящ. «Сэ зэи зыри къэзгъэгугъакъым Тхьэм и Псалъэм лъэхъу ислъхьэну, — жиӀащ абы, — икӀи апхуэдэу сщӀэнукъым». GCKar 152.1
Лютер Вормс къалэ зэрибгынэу, папистхэм императорыр хагъэзыхьащ абы хьэкум трищӀэу унафэ къыдигъэкӀыну. А декретым итт Лютер теухуауэ «ар цӀыху сэфэтым ихьа шейтӀанщ, монах щыгъын зыщитӀэгъауэ», — жиӀэу. Унафэм къыжиӀэт къэзыхъумэн грамотэм и пӀалъэр зэриухыу, Ӏэмал нэхъ ткӀийхэр къагъэсэбэпу ялъэкӀ къамыгъэнэну абы и лэжьыгъэр зэпрагъэун папщӀэ. Зыри хуит ящӀыртэкъым ар иригъэблэгъэну, дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуну, зыщӀагъэкъуэну е ягу щӀэгъуну, псалъэкӀи ӀухукӀи. Ар дэнэ деж щыӀэми, дэнэкӀи ар щаубыдыфынут икӀи къэралым и лӀыщхьэхэм ӀэщӀагъэхьэн хуейт. Абы и лъэныкъуэгъухэри апхуэдэ дыдэу яубыдын хуейт, я мылъкури къытрахын хуейт. Абы и тхыгъэхэр ягъэкӀуэдын хуейт икӀи а декретыр зыкъутэ дэтхэнэми, апхуэдэ тезыр дыдэкӀэ хуэдалъэхэрт. Курфюрст Саксонскэри, Лютер фӀыуэ къыхущыт нэгъуэщӀ пщыхэри, реформаторым Вормс зэрибгынэу, куэд дэмыкӀыу ежьэжахэщ, арати, сеймым асыхьэтым императорым и унафэр къабыл ищӀащ. Римым и лъэныкъуэгъухэр гуфӀэхэрт. Иджы, абыхэм къазэрыщыхъумкӀэ, Реформацэм кӀуапӀэ иӀэжтэкъым. GCKar 152.2
Ауэ Зиусхьэным ищӀэрт и пщылӀыр дапхуэдэ щӀыкӀэу шынагъэм къригъэлынми. ПлъакӀуэ сакъыр темыплъэкъукӀыу кӀэлъыплъырт Лютер и лъэбакъуэ дэтхэнэми, арати, уэркъыгъэ зезыхьэм ар къригъэлыну иӀэ мурадым кӀуэ пэтми нэхъ тегушхуэрт. ГурыӀуэгъуэ хъуат, Римыр арэзы къэзыщӀынур реформаторым и лӀэныгъэм зэризакъуэр, кӀуэдыпӀэм укъызэрелыфынур быдапӀэ щэхум зыщыбгъэпщкӀумэт. Тхьэм Фридрих Саксонскэм Ӏущагъ иритри, абы къигупсысащ Лютер къызэрыригъэлыну щӀыкӀэр. Къыхуэпэж цӀыхухэр дэӀэпыкъуэгъу ищӀри, курфюрст и мурадыр зригъэхъулӀащ, арати, реформаторыр и ныбжьэгъухэми и бийхэми щагъэпщкӀуащ. Игъэзэжауэ гъуэгуанэ здытетым, Лютер зэуэ япхъуатэри, и гъусэхэм къыкӀэрачри, епӀэщӀэкӀыу мэз лъапэ гъуэгукӀэ Вартбургскэ быдапӀэм яшащ — бгым хэт быдапӀэ екӀуэлӀапӀэншэм. Лютер зэрадыгъуар апхуэдизу узыхунэмысыфын щэхукӀэ къэухъуреихьати, уеблэмэ, езы Фридрихи ар здэщыӀэ щӀыпӀэр дэнэми зыкъомрэ имыщӀэу щытащ. Курфюрст псоми щыгъуазэ щӀамыщӀар: зыри хэзымыщӀыкӀым, тыншу щэхур ихъумэфынути аращ. Фридрих арэзыт реформаторыр шынагъуэгъэншэ щӀыпӀэм зэрыщыӀэр зэрищӀэмкӀэ. GCKar 152.3
Гъатхэри, гъэмахуэри, бжьыхьэри блэкӀри, щӀымахуэр къэсат, ауэ Лютер япэми хуэдэу гъэру къанэрт. Алеандри абы и телъхьэхэми гуфӀэгъуэр зэрахьэрт, куэд дэмыкӀыу Инджылым и нэхур ункӀыфӀын я гугъэу. Ауэ, абыхэм зэрымыгугъауэ реформаторым и уэздыгъэм къыхигъахъуэрт пэжыгъэм и хъугъуэфӀыгъуалъэм хэӀэбэурэ, икӀи абы и нэхур нэхъ нурыжу къызэщӀэблэн хуейт. GCKar 153.1
Псори гуапэу къыздэхущыт Вартбург, Лютер зы зэманкӀэ зыщигъэпсэхуащ, апхуэдиз зэхэзехуэным икӀи бэнэныгъэ гуащӀэм иужькӀэ. Ауэ тыншыгъуэрэ мамырыгъэмкӀэ абы куэдрэ зигъэтхъэн лъэкӀынутэкъым. Жыджэру гъащӀэм хэлэжьыхьу, ерыщу бэнэныгъэм хэту есам, абы къегугъуэкӀт зыри имыщӀэу щытын хуейуэ зыӀууа ӀэнатӀэр. И закъуэу къэнауэ, ар щӀэмычэу егупсыст Члисэр зэрыт щытыкӀэм икӀи иригузавэрт: «Уо, Абы и губжьым и иужь махуэхэм зы цӀыху щыӀэкъым, блыным хуэдэу итыну Зиусхьэным и пащхьэм, Израилыр къригъэлын папщӀэ!” — жиӀэу. Зэзэмызэ Лютер къыщыхъут, зауэ-банэр щекӀуэкӀ губгъуэр къыздигъэнам, иджы абы шынэкъэрабгъафэ къраплъыну. Лютер зигъэкъуаншэрт махуэл дихыу сабыру игъакӀуэ зэманхэм щхьэкӀэ, абы хэту махуэ къэс илэжь лэжьыгъэм, апхуэдиз хузэфӀэкӀыну цӀыхум жыуигъэӀэрт. Абы и къалэмыр зэи Ӏуэхуншэу щылътэкъым. Лютер и бийхэр, и жьэр зэтредгъэпӀакъэ жаӀэу, гугъэ нэпцӀкӀэ зигухэр зыгъэфӀхэр, щӀэх дыдэ хуабжьу къэуӀэбжьыжахэщ икӀи къэгузэвахэщ абы и лэжьыгъэм зэрызэпимыгъэуам наӀуэу щыхьэт техъуэхэр къалъагъури. Толъкъуным хуэдэу трактат Ӏэджэ, абы и къэлэмыпэм къыщӀэкӀахэр дэнэкӀи щызэрахьэрт Германие псом. Уасэншэу лъапӀэщ Лютер и фӀыгъэу и хэкуэгъухэм яригъэкӀар — атӀэ аращ япэу нэмыцэбзэкӀэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр зэзыдзэкӀар. Къырылъэ Патмос здэщыӀэм, абы илъэс нейм и кӀыхьагъкӀэ Инджылым и макъыр щигъэӀуащ, и зэманым псэухэм я гуэныхьхэмрэ я щхьэрыуагъэхэмрэ къыщӀигъэщу. GCKar 153.2
Жылагъуэ гъащӀэм и утыкум Тхьэм и пщылӀыр къыщӀришыжар, и гъащӀэр къригъэлу мыхьэнэшхуэ зиӀэ нэгъуэщӀ лэжьыгъэхэр ищӀэну Ӏэмал иритыным и закъуэтэкъым. Хьэуэ, Тхьэм и Ӏэмырым нэхъ жыжьэ зыщиубгъурт, икӀи и мурадхэри нэхъ лъапӀэт. Бгым хэт егъэзыпӀэ щэхум и закъуэу здэщыӀэм, Лютер цӀыхухэм фӀыщӀэ къыхуащӀыным, къыщытхъуным пэӀэщӀэт. Ар кърагъэлащ пагагъэм икӀи зыщыгугъыжыныгъэм, ехъулӀэныгъэхэм и нэхъыбэм ухуэзышэхэм. Гугъуехьхэмрэ Ӏэсагъэмрэ аргуэру ар хуагъэхьэзыращ шынагъуэгъэншэу щызекӀуэну, уи щхьэр щыуназэнкӀэ хъуну лъагапӀэхэу, ар зэуэ здаӀэта хъуам. GCKar 154.1
Пэжыгъэм къарита хуитыныгъэм цӀыхухэр щыщыгуфӀыкӀхэм деж, абыхэм я хьэлщ ягъэлъэпӀэну, щхьэрыуагъэмрэ суевериехэмрэ я лъэхъухэр Зиусхьэным зэрызэпича Ӏэхэр зейр. ШейтӀаныр йогугъу цӀыхухэм я гупсысэхэри я гурыщӀэхэри Тхьэм къызэрыбгъэдишыным, абыхэм я гулъытэхэр зэрахуигъэзэным Ӏэмэпсымэу Тхьэм къигъэсэбэпахэм. ШейтӀаным абыхэм ягу къегъэкӀ къагъэсэбэпа Ӏэмэпсымэхэм фӀэкӀа ямыгъэлъэпӀэну, абы щыгъуэм Ӏуэхугъуэ псори зезыгъэкӀуа Ӏэр Зейр зыщагъэгъупщэу. Куэдрэ къохъу диным и Ӏэтащхьэхэм, щытхъумрэ лъапӀагъэмрэ щӀагъэнауэ, Тхьэм къахуищӀэным зэрыхуэныкъуэр зэхамыщӀэжу, аращи, закъыфӀэщӀыжхэу. ИтӀанэ ахэр яужь йохьэр цӀыхухэр хагъэзыхьыну, Тхьэм и Псалъэр кърагъэгъанэу, езыхэм дзыхь нэхъыбэ зыхурагъэщӀыну. Члисэм Реформэр куэдрэ къыщагъэувыӀащ, абы и телъхьэхэм я гум щагъафӀэрти цӀыхум щхьэщэ хуэщӀыным и гупсэр. Зиусхьэныр хуейт Реформацэ Ӏуэхур апхуэдэ шынагъуэхэм щихъумэну. Ар хущӀэкъут а лэжьыгъэр цӀыхум и мыхъурыр мыхъуу Тхьэм и мыхъурымкӀэ игъэбыдэну. ЦӀыхухэр Лютер еплъын щӀадзат пэжыгъэр къагурызыгъаӀуэу, арати, ар ӀуагъэкӀуэтри, ныбжьым хагъэуващ, псоми я нэгур ягъэзэн папщӀэ мыкӀуэдыжыныгъэ зиӀэу, пэжыгъэр КъызыбгъэдэкӀым и деж. GCKar 154.2