Бэнэныгъэ ин
7 ӀЫХЬЭ—И ЗЭМАНЫМ ИЛӀ
Члисэр папствэм и кӀыфӀыгъэм къыхишу, къабзагъэкӀэ нэхъ нэгъэса диным и нэхум хишэну Тхьэм къриджа цӀыхухэм ящыщу нэхъ гъуэзэджэ дыдэу щытар Мартин Лютерщ. Хуабжьу егугъурэ цӀыху жыджэру, Тхьэм хуэпэжу икӀи Тхьэм фӀэлӀыкӀыным фӀэкӀа нэгъуэщӀ шынагъэ имыщӀэу, Тхыгъэ ЛъапӀэм нэмыщӀ и фӀэщхъуныгъэм нэгъуэщӀ зыри лъабжьэ хуимыщӀу, Лютер и зэманым хъыбарегъащӀэ хуэхъуащ икӀи Тхьэм Члисэм зэхъуэкӀыныгъэ щригъэкӀуэкӀынымкӀэ, нэхур дунейм ятригъэпсэнымкӀэ лэжьыгъэшхуэ зэфӀигъэкӀащ ар къигъэсэбэпурэ. GCKar 109.1
Инджылым и лэжьакӀуэу щыта япэ хъыбарыфӀзехьэхэм хуэдэу, Лютер къулейсыз унагъуэщ къызыхэкӀар. И сабиигъуэр абы щигъэкӀуащ нэмыцэ мэкъумэшыщӀэ унагъуэм и унэжь цӀыкӀум. И адэр рудокопу лэжьыгъэ хьэлъэкӀэ къилэжьт и къуэр зэрыригъэджэну еджапщӀэр. Ар хуейт и къуэм щӀэныгъэ иригъэгъуэтыну, юрист хъуну, ауэ Тхьэм мурад ищӀащ ар лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ зызыужьын хуей члисэм и ухуакӀуэ гъуэзэджэ ищӀыну. Зи Ӏущагъыр Гъунапкъэншэм гугъуехьхэмкӀэ, щыщӀэныгъэхэмкӀэ, дисциплинэ ткӀиймкӀэ хуигъэхьэзырырт Лютер и гъащӀэм нэхъ Ӏуэхушхуэ дыдэу щригъэлэжьыным. GCKar 109.2
Лютер и адэр таучэл зыщӀыф, зи гур зэӀуха цӀыху пэжт, икъукӀэ зэпӀэзэрытт, акъыл жан зиӀэт. И къалэным хуэпэжу къэнэжт ар, абы кърикӀуэным емыплъу. И губзыгъагъэм къыхэкӀкӀэ абы монаххэм дзыхь яхуищӀыртэкъым. Ар хуабжьу хуэарэзытэкъым и къуэм, и адэм къыхуимыгъэдахэу къулъшырыфым зэрыщӀэтӀысхьам щхьэкӀэ икӀи илъэситӀ дэкӀа нэужьщ ар и къуэм щекӀужар, ауэ абы щыгъуэми а Ӏуэхум и еплъыкӀэм зихъуэжатэкъым. GCKar 109.3
Лютер и адэ-анэм гулъытэшхуэ хуащӀырт я бынхэр зэрагъэсэнымрэ щӀэныгъэ зэрырагъэгъуэтынымрэ. Ахэр егугъурт я бынхэм Тхьэр я фӀэщ хъууэ зэрапӀыным икӀи чристэн нэмыс зэрыхалъхьэным. Куэдрэ Мартин илъагъуу и адэр Тхьэ елъэӀурт и къуэм Тхьэр щымыгъупщэу щытын папщӀэ икӀи Тхьэм и пэжыгъэр цӀыхухэм езыгъащӀэ хъун папщӀэ. Абы и адэ-анэм зы Ӏэмали благъэкӀыртэкъым я бынхэм пщӀэ-нэмыс зэрыхалъхьэнымрэ я акъылым зэрызрагъэужьынымрэ ехьэлӀауэ, лэжьыгъэ хьэлъэм пэрыту здэпсэум къахудэхуэ зэману хъуар гъэсэныгъэм трагъэкӀуадэрт. Ерыщу а Ӏуэхум здегугъухэм щрагъэлеи къахуихуэрт, ауэ езы реформаторым зэриӀуэтэжщи, абы и адэ-анэр щыщыуаи щыӀами, я гъэсэныгъэм щытхъут хуэфащэр, бгъэкъуэншэным и пӀэкӀэ. GCKar 109.4
Лютер пасэу зыщӀэтӀысхьа школым, ткӀий дыдэу къыщыхущытат, уеблэмэ, къыщеуи къэхъуу. Абы и адэ-анэр апхуэдизу къулейсызхэти, Лютер еджэну нэгъуэщӀ къалэ щыкӀуэм, зы зэманкӀэ и щхьэ езым ипӀыжын хуей хъуащ уэрэд жыӀэнкӀэ и шхын къилэжьыжу унэ-унэкӀэрэ къикӀухьу икӀи куэдрэ мэжалӀэрт. А зэманым и тепщэу щыӀа суеверие шынагъуэхэм, диным епхауэ щытахэм щӀалэ цӀыкӀур ягъэшынэрт. Ар щыгъуэлъыжкӀэ и гур къигузэвыкӀырт, къэкӀуэным ирипӀейтейуэ егупсысу, Тхьэр игу къэкӀыхукӀэ зэпымычу щышынэрт, ар и нэгу къызэрыщӀыхьэр Уафэ Адэ фӀыуэ къыхущытым хуэдэутэкъым, атӀэ ткӀийуэ, гущӀэгъуншэ хьэкумщӀакӀуэут, залым ябгэут. GCKar 110.1
Куэдрэ хуабжьу гузэрыдзэ ищӀу зэрыщытам емылъытауэ, Лютер пхуэмыубыдыну ипэкӀэ екъурт, щэныфӀагъэкӀи акъылыфӀагъэкӀи нэгъэса зэрыхъунум хущӀэкъуу, апхуэдизу и псэр зыхуэлӀэхэм. Абы зимыгъэнщӀу щӀэныгъэ зригъэгъуэтырт, зэпӀэзэрыт и акъыл жаныр ирикъуртэкъым зыгъэлъэгъуэн къудей папщӀэ щхьэтелъэфу еджэным, атӀэ купщӀэ зиӀэу нэхъыбэ къызэрищӀэным хущӀэкъурт. GCKar 110.2
И ныбжьыр илъэс 18-м иту, ар Эрфурт къалэ дэт университетым щыщӀэтӀысхьам, мылъкукӀэ абы и Ӏуэхур зыхуэдэр нэхъыфӀт блэкӀа гъэхэм елъытауэ. Лэжьэрей, гъэтӀылъыгъэ зыщӀын зи хабзэ абы и адэанэм а зэманым ирихьэлӀэу ахъшэ зэхуахьэсат, иджы я къуэм дэӀэпыкъуфынут зыхуэныкъуэ псомкӀи. ЦӀыхуфӀхэр, цӀыху губзыгъэхэр ныбжьэгъу къыхуэхъури, абыхэм фӀыкӀэ яжь къыщӀихуурэ школым и гур зэрызыщагъэуауэ щытар щыгъупщэжащ Лютер. Абы егугъуу иджырт тхакӀуэ нэхъыфӀхэм я ӀэдакъэщӀэкӀхэр, арати, абыхэм я гупсысэ купщӀафӀэхэмкӀэ и акъылым зригъэужьырт, Ӏущхэм я Ӏущыгъэр езым зыхилъхьэрт. Япэрей и еджакӀуэхэм дисциплинэ ткӀийкӀэ яӀыгъыу щыщыта зэманми Лютер гурыхуагъэрэ акъыл жанрэ къигъэлъэгъуат, ауэ иджы нэхъ щытыкӀэфӀхэм къаухъуреихьу абы и акъылым нэхъ псынщӀэжу зиужьырт. Хьабжьу гурыхуэу, зэджэр и нэгу къыщӀигъэхьэфу, губзыгъэ гупсысэкӀэ иӀэу, хуабжьу егугъунагъ хэлъым и ныбжьэгъухэм я деж япэ увыпӀэр щригъэубыдат. Дисциплинэ хэлъу зэреджэм, ар зи акъылыр тӀысауэ гупсысэф ищӀащ икӀи и зэманым къэхъухэр зэхищӀыкӀыфу губзыгъагъэрэ жанагърэ къыхилъхьащ, иужькӀэ гъащӀэм зыхуэза лъэпощхьэпохэм пэщӀэтыфынымкӀэ ар сэбэп къыхуэхъужащ. GCKar 110.3
Лютер Тхьэм щышынэрт, апхуэдэу зэрыщытыр абы къыдэӀэпыкъурт и мурадхэр игъэзэщӀэным темыплъэкъукӀыу егугъуным икӀи Тхьэм и пащхьэ зыщигъэӀэсэным. Абы зыхищӀэрт сытым дежи Тхьэм зэрыхуэныкъуэр, и Ӏуэхухэр къехъулӀэным Тхьэм къыхуищӀэным зэрелъытар, абы къыхэкӀкӀэ и махуэр тхьэлъэӀукӀэ къыщӀидзэрт, и гур Тхьэм хузэӀухауэ щигъэтт сытым дежи, къыдэӀэпыкъуну икӀи и узэщӀакӀуэу щигъэтыну щӀэлъэӀуу. «ФӀыуэ Тхьэ уелъэӀуныр нэхъыфӀщ, — жиӀэрт абы куэдрэ, — уи унэ лэжьыгъэм и ныкъуэр зэбгъащӀэ нэхърэ». GCKar 111.1
Зэгуэрым университетым и библиотекэм тхылъхэм здахэплъэм, абы къигъуэтащ латиныбзэкӀэ тха Библие. Япэм зэи апхуэдэ тхылъ илъэгъуатэкъым абы икӀи, уеблэмэ, апхуэдэ щыӀэу ищӀатэкъым. Тхьэм къулыкъу щыхуащӀэхэм деж абы зэхихырт Инджылым хыхьэ Ӏыхьэхэм щыщ пычыгъуэхэр, арати, абы и гугъэт Библие хъужыр арауэ. Иджы япэу абы Библиер зэрыщыту къилъэгъуат. ПщӀэшхуэ хуищӀрэ зэригъэщӀэгъуэныр имыщӀэу абы Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэр къызэгуихырт; и гур къилъэтыкӀыным хуэдэу ину къеуэу, кӀэзызу ар еджэрт гъащӀэм и псалъэхэм, зэман-зэманкӀэрэ зэпигъэурэ егупсысу: «Мыпхуэдэ Тхылъ сысеину Тхьэм къызитам аратэкъэ!” — жиӀэу. Тхьэм и мелыӀычхэм ар къаухъуреихьат икӀи Тхьэм и тахътэм къыбгъэдэкӀ нэхум и бзийхэм абы къыхузэӀуахат пэжыгъэм и хъугъуэфӀыгъуэр. Ар сытым дежи шынэрт Тхьэр игъэпудынкӀэ, арати, иджы, зэи хуэмыдэу, хуабжьу зыхищӀэрт зэрыгуэныхьыщӀэр. GCKar 111.2
И гуэныхьхэр къыхуэгъуным икӀи Тхьэр къыхуэарэзыным зэрыхуэлӀэм къыхэкӀкӀэ, Лютер тегушхуащ къулъшырыфым щӀэтӀысхьэну. Абы ар щыхагъэзыхьырт лэжьыгъэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэр ирагъащӀэу икӀи факъырэӀус къыхрагъэхыу. Ар зэрыт ныбжьым щитым, цӀыхур хуэныкъуэт пщӀэ къыхуащӀынымрэ адрейхэм ягу ирихьынымрэ, арати, зэрагъэпщылӀыр а гумахэ щӀалэщӀэм и дежкӀэ щхьэгъэпудыныгъэт, ауэ а псор Ӏэдэбагъ хэлъу ишэчырт, и гуэныхьхэм щхьэкӀэ къилэжьа тезыру илъытэу. GCKar 111.3
Щхьэхуитыныгъэ щигъуэт зэману къыдигъэхуэф дакъикъэ дэтхэнэри, абы щӀэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къигъэсэбэпырт, уеблэмэ, и жеигъуэ зэманри, и шхэгъуэ тӀэкӀури хигъэкӀуадэу. Нэхъыбэу и гур хэзыгъахъуэр Тхьэм и Псалъэр иджынырт. Абы къигъуэтат Библие, къулъшырыф блынджабэм цепкӀэ пыщӀауэ, арати, куэдрэ абдежым къыщызэтеувыӀэрт. ЗэрыгуэныхьыщӀэр нэхъыбэу зыхищӀэху, ар нэхъ егугъут хуэгъэгъуныгъэрэ мамырыгъэрэ езым и ӀуэхухэмкӀэ зригъэгъуэтыну. Абы хуабжьу гугъу зригъэхьу псэут, нэщӀ исурэ, жэщ - кӀэ Тхьэ елъэӀуурэ, щӀопщкӀэ зригъэукӀыурэ и хьэл мыхъумыщӀэхэм текӀуэн и гугъэу, монахым и жыӀэдэӀуагъэмкӀэ зримыгъэхъулӀэфхэр. Абы зыкӀи къытемыхьэлъэу иӀэу хъуар тригъэкӀуадэт и гур игъэкъабзэным, Тхьэм захуащӀэу зригъэбжын папщӀэ. «Пэжыр жысӀэнщи, сэ икъукӀэ Тхьэр зыгъэлъапӀэ монахыу сыщытащ, — иӀуэтэжащ абы иужькӀэ, — орденым къигъэувхэр уи нэгу къызэрыщӀэбгъэхьэфыным нэхърэ нэхъыфӀу згъэзащӀэу. Монаххэм ящыщ зыгуэрым езым и лӀыгъэкӀэ Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр къилэжьыфыну щытамэ, шэч хэмылъу, сэ ар къэзлэжьырт... Апхуэдэ щӀыкӀэу иджыри адэкӀэ тӀэкӀу есхьэкӀыжамэ, симылӀэгъуэу сылӀэнут”. Зыми химыгъэзыхьу езым хуейуэ гугъу зригъэхьурэ абы къару куэд фӀэкӀуэдащ, и Ӏэпкълъэпкъым хуэш къыхыхьэ хъуащ, къэмэх хъуащ, арати, иужькӀэ зэи узыншэ дыдэ хъужакъым. Ауэ цӀыхум апхуэдэ хузэфӀэкӀыну жыуигъэӀэу, абы гугъуехьу зытрилъхьэжам къикӀа щыӀэтэкъым — и гур псэхуртэкъым. ИкӀэм-икӀэжым, абы и гугъэр хихыжыпащ. GCKar 111.4
Лютер псори фӀэкӀуэдауэ къыщыщыхъум, Тхьэм абы дэӀэпыкъуэгъу икӀи ныбжьэгъу къыхуигъэкӀуащ. Тхьэр зыгъэлъапӀэ Штаупиц зыкъыщӀигъэкъуащ Лютер Тхьэм и Псалъэр къыгуригъэӀуэнымкӀэ; и гупсысэхэр и щхьэм щхьэщигъэуащ, Тхьэм и Унафэр зэрикъутамкӀэ лажьэ иӀэу зибжыжу и псэр хьэзабым зэрыхэтым къригъэлри, и нэгур Хьиса хуригъэгъэзащ — гуэныхьыр зыгъэгъу КъегъэлакӀуэм и деж... «Уи гуэныхьхэм щхьэкӀэ зыплӀэж нэхърэ, ЩэхужакӀуэм и ӀэплӀэ зэӀухам екӀуалӀи нэхъыфӀщ. Быдэу щыгугъ Абы, дзыхь хуэщӀ Абы и гъащӀэм и щыпкъагъэм, Абы и лӀэныгъэмкӀэ укъищэхужыфыну къару зэриӀэр уи фӀэщ щӀы... ХуэӀурыщӀэ Тхьэм и Къуэм. Ар ЦӀыху щӀэхъуар, Тхьэр нэфӀкӀэ къызэроплъыр быдэу уи фӀэщ хъун папщӀэщ. ФӀыуэ лъагъу Ар, Езым япэу фӀыуэ укъилъэгъуащи”. Апхуэдэурэ къыжриӀащ абы, Тхьэм и гущӀэгъум и хъыбарыр зыгъэӀум. Штаупиц и псалъэхэр Лютер и гум хуабжьу хыхьащ. Зыхимыныф хьэл мыхъумыщӀэхэм зэман кӀыхькӀэ ебэна нэужь, икӀэм-икӀэжым, абы пэжыгъэр къыгурыӀуащ, арати, и псэ пӀейтейр псэхужащ. GCKar 112.1
Лютер дин къулыкъур къищта нэужь, Виттенбергскэ университетым егъэджакӀуэ лэжьыгъэр щрихьэкӀыну ирагъэблэгъащ. Абы здэщыӀэм Библиер зэратхауэ щыта бзэмкӀэ иджыну пэрыхьащ. Абы хэту Лютер Библием теухуа лекцэхэм къеджэрт, хуабжьу дихьэхауэ къыщӀэдэӀухэм зэрагъэцӀыхуащ Библием щыщ Зэчырхэр, Инджылыр, апостолхэм ятхыжа Тхыгъэхэр. И ныбжьэгъу икӀи и егъэджакӀуэ Штаупиц ар тригъэгушхуэну яужь итт кафедрэм иту Тхьэм и Псалъэр жригъэӀэну. Лютер тегушхуэфыртэкъым, Мэсихь и цӀэкӀэ цӀыхубэм захуигъэзэну езым хуэмыфащэу зибжыжу. Зыкъомрэ а Ӏуэхум егупсыса нэужьщ, ар и ныбжьэгъухэм я лъэӀум арэзы щытехъуар. А зэманым ирихьэлӀэу ар Библием фӀы дыдэу щыгъуазэ хъуат, Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуари нэрылъагъут. Абы и жьакӀуагъэм хуабжьу къыдихьэхырт къедаӀуэхэр: къару зыщӀэлъу къиӀуатэ пэжыгъэ лъэщхэр цӀыхухэм я акъылым хэпщӀэрт, гушхуэныгъэу Лютер къыбгъэдэкӀыр ягукӀэ зыхащӀэу. GCKar 112.2
Лютер япэми хуэдэу папскэ члисэм хуэпэж и къуэт, уеблэмэ, и гущхьэ къэкӀыртэкъым ар абы зэрыхущытым зихъуэжыну зэгуэрым. Тхьэм и ӀэмыркӀэ ар Рим къалэ кӀуат. Лъэсу здежьам, ар гъуэгурыкӀуэу къулъшырыфхэм къыщызэтеувыӀэрт. Италием щыӀэ хэщӀапӀэ гуэрым и къулеягъэр, зыкърихыу и дэгъуагъэр хуабжьу гъэщӀэгъуэн щыхъуат абы. Къэралым и ахъшалъэм къикӀымкӀэ псэууэ, монаххэр унэ дэгъуэхэм щӀэст, щыгъын лъапӀэхэр зэрахьэу, шхыныгъуэ хэплъыхьахэр яшххэу. Хуабжьу игу къеуэу Лютер а теплъэгъуэхэр иригъапщэрт и щхьэкӀэ куэдым зыхуигъэныкъуэу, Ӏэджэм зыхигъэкӀыжу зэрыпсэум, арати, илъагъухэр зэрызыгуригъэӀуэнур имыщӀэу и щхьэм дэуеят. Зы Ӏей гуэр къэхъуну и гум жиӀэу абы и псэр гузавэрт. GCKar 113.1
ИкӀэм-икӀэжым, жыжьэу абы къилъэгуащ Ӏуащхьиблым тет къалэ зыщӀэхъуэпсыр. Хуабжьу гуфӀауэ, бгъэгукӀэ щӀым зытридзэри, Лютер: «Сэлам узох, Рим лъапӀэ!” — жиӀащ макъышхуэкӀэ. Абы къалэр къызэхикӀухьащ, тхьэлъэӀупӀэхэми кӀуащ, дин-лэжьакӀуэхэмрэ монаххэмрэ ящӀэдэӀуащ, телъыджэлажьэ зэмылӀэужьыгъуэ къэхъуа хуэдэхэр емызэшыжу зыӀуатэхэм, дин хабзэу ягъэзащӀэ псоми яхэтащ. ДэнэкӀи зыхуэзэ теплъэгъуэхэр фӀэигъуэджэу игъэщӀагъуэрт абы, и гум техуэртэкъым. Абы илъагъурт дин-лэжьакӀуэхэм, къулыкъу нэхъ лъахъшэ зезыхьэхэм я деж щыщӀэдзауэ нэхъыщхьэхэм я деж нэсыжу хабзэншагъэр зэратепщэр. Прелатхэм я деж щызекӀуэ гушыӀэ къемызэгъхэри зэхихат, арати, абыи и щхьэфэцым зригъэӀэтащ, абыхэми Тхьэр зэрагъэпудыр здилъагъум, уеблэмэ, мессэр щрагъэкӀуэкӀкӀи. Монаххэми къалэдэсхэми ядилъэгъуар, купщӀэншэу ахъшэр зэрагъэкӀуэдымрэ къэхьпагъэрэщ. ДэнэкӀи щыпкъагъэм и пӀэкӀэ ар зыхуэзэр цӀапӀагъэт. «Римым щалэжь гуэныхьхэмрэ напэтехыгъэу щекӀуэкӀхэмрэ уи нэгу къыщӀэбгъэхьэну гугъущ; — итхыжащ абы, — ахэр уи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, уэ езым плъагъун икӀи зэхэпхын хуейщ. Мыпхуэдэу щыжаӀэ абы: “Жыхьэрмэр щыӀэу щытмэ, Римыр абы тещӀыхьащ. Ар щыхупӀэ щӀэншэщ, гуэныхьу щыӀэр къыздикӀыу”». GCKar 113.2
Папэм къыдигъэкӀа унафэмкӀэ я гуэныхьхэр къахуэгъуну къигъэгугъэрт «Пилат и дэкӀуеипӀэ» жыхуаӀэм лъэгуажьэмыщхьэу дэкӀуей дэтхэнэри, зэрыжаӀэмкӀэ, а дэкӀуеипӀэмкӀэ къехыжат ди КъегъэлакӀуэр римскэ суд ӀуэхущӀапӀэ нэхъыщхьэм къыщыщӀэкӀыжам щыгъуэ. А дэкӀуеипӀэр телъыджэ щӀыкӀэу Ерусалим кърахри, Римым къахьа хуэдэт. Зэгуэрым Лютер лъэгуажьэмыщхьэу пщӀэшхуэ хуищӀу абы дэкӀуейт, напӀэзыпӀэм уафэгъуагъуэм хуэдэу макъ къэӀури, къыжриӀащ абы: «ЦӀыху щыпкъэр фӀэщхъуныгъэкӀэ псэунущ” (Рим. 1:17). Ар къыщылъэтри, къэщтауэ икӀи укӀытауэ а щӀыпӀэр пӀащӀэу ибгынащ. ИкӀи абдеж щыщӀэдзауэ а псалъэхэр, Библием итхэр, абы и гум ихужакъым. Асыхьэтым абы къилъэгъуащ цӀыхум езым илэжь и ӀуэхухэмкӀэ зыкъригъэлыну щыгугъыныр зэрыгъэпцӀагъэр икӀи къыгурыӀуащ Мэсихь и фӀыщӀагъэхэм зэпымыууэ ущыгугъын зэрыхуейр. Абы къыхузэӀукӀащ папствэм и щхьэрыуагъэхэр. Лютер и щӀыб Римым щыхуигъазэм, игу псомкӀэ и щӀыб хуигъэзащ, икӀи а зэманым щыщӀэдзауэ папскэ члисэм къыпэӀукӀуэтын щӀидзэри, кӀуэ пэтми нэхъ пэӀэщӀэ хъуурэ къекӀуэкӀащ, икӀэм-икӀэжым, къыгуэкӀыпащ, пыщӀэныгъэ лъэпкъ хуимыӀэжу. GCKar 113.3
Рим къалэм къикӀыжа нэужь, Лютер Виттенбергскэ университетым дин-щӀэныгъэм и доктор степень къыщратащ. Иджы ар и зэманым нэхъ хуитт, арати, пщӀэшхуэ зыхуищӀ Тхыгъэ ЛъапӀэр нэхъыбэу иджыну ӀэмалыфӀ къыӀэрыхьат. Абы Тхьэм нузыр хуищӀащ псэухукӀэ егугъуу Тхьэм и Псалъэр зыгуригъэӀуэну икӀи папскэ догмэхэмрэ папэм и псалъэхэмрэ къигъанэу, Тхьэм и Псалъэр пэжу цӀыхухэм яригъэщӀэну. Иджы ар монах къызэрыгуэкӀтэкъым е дин-щӀэныгъэм и профессор къудейтэкъым, атӀэ пэжыгъэм хуэлӀэ икӀи щӀэхъуэпс, цӀыхухэр зыущиину Тхьэм къыхуриджа хъыбарыфӀзехьэт, зэфӀэкӀрэ пщӀэшхуэрэ зиӀэу, Библиер зыӀуатэу. Чристэн диным и гъэсэныгъэхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм темыкӀыу щытын зэрыхуейр къехьэкӀ-нехьэкӀ имыӀэу къыжиӀэрт абы, зы цӀыкӀу мышынэу. А псалъэхэм удын лъэщ ирадзырт папскэ тепщэныгъэм и лъабжэм икӀи а псалъэхэр Реформацэм и принцип нэхъыщхьэт, гъащӀэм мыхьэнэшхуэ щаӀэу. GCKar 114.1
Лютер илъагъут цӀыхухэм я теориехэр Тхьэм и Псалъэм нэхърэ нэхъ бгъэлъэпӀэным кърикӀуэну шынагъуэр. Арати, схоластхэм я тхьэншэ философием хахуэу ебгъэрыкӀуэурэ, апхуэдизу зэман кӀыхькӀэ цӀыхухэм я акъылым тепща щхьэрыуагъэхэр къыщӀигъэщырт. Абыхэм къагупсысахэр имыдэу, Лютер къигъэлъагъуэрт ахэр зэрыкупщӀэншэм имызакъуэу зэранагъэу къахьри. Абы хэту ар егугъут и псалъэм щӀэдэӀухэр акъылыфӀафэ зытезыгъауэ философхэмрэ дин-щӀэныгъэлӀхэмрэ я гупсысэ мышухэм къатришу бегъымбархэмрэ апостолхэмрэ къаӀуатэ мыкӀуэдыжын пэжыгъэм хуиунэтӀыну. GCKar 114.2
Сыту хъыбарыфӀ лъапӀэ яхуихьрэт абы пэжыгъэм хуэлӀэ цӀыхубэм, апхуэдизу ягукӀи я псэкӀи яфӀэфӀу абы и псалъэм щӀэдэӀухэм! Зэи апхуэдэ лъэпкъ зэхахатэкъым цӀыхухэм. КъегъэлакӀуэм и фӀылъагъуныгъэр зыӀуатэ хъыбарыфӀым, КъегъэлакӀуэм укъызэрищэхуж и Лъым и тыгъэхэу, уи гуэныхьхэр къызэрыпхуэгъуар уи фӀэщ зэрищӀым, уи гум мамырыгъэ кърилъхьэм — а псоми цӀыхухэм я гур хагъахъуэт икӀи мыкӀуэдыжын гугъэ лъапӀэ яригъэщӀырт. Виттенберг къалэм щыщӀагъэнат нэхугъэ, иджы абы и бзийхэр дунейм и щӀыпӀэ пхыдзахэми нэсын хуейт, иужь зэманыр нэхъ къэблагъэху нэхъ нэхуж хъууэрэ кӀуэуэ. GCKar 115.1
Ауэ кӀыфӀыгъэмрэ нэхугъэмрэ зэзэгъыркъым. Пэжыгъэмрэ щхьэрыуагъэмрэ зэпымычу зоныкъуэкъу. Укъыщхьэщыжу зым удэщӀыным къикӀыр адрейм упэщӀэувэнырщ, умыдэнырщ. Ди КъегъэлакӀуэм Езым жиӀат: «СыкъыщӀэкӀуар мамырыгъэ къэсхьын щхьэкӀэкъым, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ», — жиӀэу (Мф. 10:34). Лютер реформацэ лэжьыгъэм зэрыпэрыхьэрэ илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкӀауэ жиӀэгъащ: GCKar 115.2
«Тхьэм сызэригъакӀуэ къудейкъым — Ар Езыр къыскӀэщӀэрыӀэурэ ипэкӀэ сешэр. Сэ афӀэкӀа си щхьэ сыхуитыжкъым. Сыхуейт мамыру сыпсэуну, ауэ абы и пӀэкӀэ зэрызехьэм и курыкупсэм сыкъыщыщӀедз”. Иджы ипэжыпӀэкӀэ абы къыпэплъэр зауэ-банэ дыдэт. GCKar 115.3
Католическэ члисэм Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ и гущӀэгъумрэ ищэрт. Я тыхь телъхьэпӀэхэм къабгъэдэту ахъшэхъуэжхэм я стӀолхэр зэхэтт, зыщэхэми къэзыщэхухэми я гуо макъхэр къиӀукӀыу. Щихъ Петр и цӀэкӀэ тхьэлъэӀупӀэ унэ Рим къалэ щаухуэн папщӀэ ахъшэ зэхуэхьэсыпхъэу щхьэусыгъуэ ищӀауэ, папэ къригъэжьат лъэпкъ псоми индульгенцэ ярищэу; гуэныхьхэр ахъшэкӀэ ягъэгъуу. ЩӀэпхъаджагъэ ялэжь щӀыкӀэурэ яухуэн я гугъэт тхьэлъэӀупӀэ, Тхьэм и цӀэр щагъэлъэпӀэн я мураду, хабзэншагъэкӀэ зэхуахьэса мылъкукӀэ — унэм и лъабжьэр ягъэжынут! Ауэ Римыр зыгъэлъэпӀэну зыщыгугъам, абы и лъэщагъымрэ и лъапӀагъымрэ зэхикъутэу удын къридзыжащ. Папэм илэжьхэм къыхуихьар бий лъэщ щхьэмыгъазэхэр къызэрыхуэунэхуарщ, арати, бэнэныгъэм щӀидзащ, папэм и тахътэр тӀасхъэ зыщӀар, римскэ щихънагъ нэхъыщхьэм и дыщэ пыӀэу щхьэрыс тиарэ дыкъуакъуищ зиӀэр зыгъэзджызджар. GCKar 115.4
Зы къулыкъущӀэ гуэр ТецелькӀэ зэджэр, индульгенцэхэр Германием щащэным и унафэщӀыр, щӀэпхъаджагъэ икӀагъэ дыдэхэмкӀэ цӀыхубэм екъуэншэкӀауэ, Тхьэм и Унафэри икъутауэ япэм ягъэкъуэншауэ щытыгъат, ауэ хуэфащэ тезырым фӀэкӀыфауэ щытат, а псом и гущӀыӀужкӀэ абы пщэрылъ щащӀат папэм и нэпсеягъэ, и напэншагъэ мурадхэр игъэзэщӀэну. УкӀытэ жыхуаӀэр зымыщӀэ абы, фӀэщхъуныджэ шыпсэхэр телъыджэлажьэу къэхъуа хуэдэхэм теухуауэ къиӀуатэрт, щӀэныгъэншэ суевернэ цӀыхубэр къигъапцӀэу. Тхьэм и Псалъэр цӀыхубэм яджыну яӀатэмэ, ахэр апхуэдизу къэгъэпцӀэгъуафӀэ хъунутэкъым. Библиер цӀыхубэм щӀыфӀагъэпщкӀур, римскэ члисэм ахэр зэрыхуейуэ и ӀэмыщӀэ иригъэлъын папщӀэт, зызыгъэбэлыхь римскэ Ӏэтащхьэхэм я къарумрэ я мылъкумрэ ягъэбэгъуэфын хуэдэу. GCKar 115.5
Тецель къалэм щыдыхьэкӀэ гъуор абы япэ иту кӀуэрт, кӀийуэрэ: «Тхьэмрэ папэ лъапӀэмрэ я нэфӀщыхуэныгъэр иджы фи куэбжэпэм къыӀутщ», — жиӀэу. ЦӀыхубэм ирагъэблагъэрт а нэмысыншэ нэмыукӀытэр, Езы Тхьэр уафэм къехыу къахуэкӀуам хуэдэу. Члисэ кӀуэцӀыр напэтехыгъэу сату щӀыпӀэ ящӀат, арати, Тецель кафедрэм къипсэлъыкӀыу индульгенцэр иӀэтырт Ар Тхьэм и тыгъэ нэхъ лъапӀэ дыдэу жиӀэу. Абы цӀыхухэм ягуригъаӀуэт индульгенцэр зиӀэм и гуэныхьхэр къыхуэгъуу, нобэ ищӀэри, пщэдей ищӀэнури, уеблэмэ, «Ӏичрам къомыхьыжми хъунущ”, — жыхуиӀэу. А псом къинэмыщӀыжкӀэ абы къедаӀуэхэм я фӀэщ ищӀырт, индульгенцэхэм къару яӀэ хуэдэу, псэухэм я мызакъуэу, атӀэ дунейм ехыжахэри къригъэлыф хуэдэу, арати, ахъшэхэр абы и ашыкым зэрихуэу, дунейм ехыжам и псэр чистилищэу хьэзабшэчыпӀэу ялъытэм илъэтыкӀыу уафэм кӀуэ хуэдэу. GCKar 116.1
Удыгъэм дихьэха Симон, телъыджэхэр къигъэхъуфын папщӀэ, Тхьэм и апостолхэм я деж ахъшэкӀэ къару къыщищэхуну щабгъэдыхьам щыгъуэ, Петр абы къыжриӀауэ щытащ: «Уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд, Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын узэригугъэм щхьэкӀэ!» — жиӀэри (Деян. 8:20). Ауэ Тецель и жэрдэмыр цӀыху миным къыдаӀыгъат. Дыщэри дыжьынри псы ежэхым хуэдэу абы и ахъшалъэм къихъуэрт. АхъшэкӀэ къэпщэху хъу къелыныгъэр нэхъ тыншу къыпӀэрыхьэрт, гуэныхьыщӀэр хущӀегъуэжын хуейуэ, фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейуэ, икӀи зэпымычу гуэныхьым ебэнын хуейуэ къэзыгъэув къелыныгъэм нэхърэ. GCKar 116.2
ЩӀэныгъэлӀхэуи Тхьэм пщӀэ хуэзыщӀ цӀыхухэуи католическэ Члисэм щыщхэм зыкъаӀэтащ индульгенцэхэм теухуа гъэсэныгъэр ямыдэу икӀи куэдым я фӀэщ хъуртэкъым Тхьэм къызэӀуиха пэжыгъэхэмрэ губзыгъагъэмрэ къемызэгъ а гъэсэныгъэр. Зы прелат тегушхуэфакъым а мызахуагъэ сату щӀэным ехьэлӀауэ псэлъэну, ауэ гупсысэ зиӀэ цӀыхухэр хуабжьу игъэпӀейтеят абы икӀи яфӀэщу иригузавэрт: «Езым къыхиха ӀэмэпсымэкӀэ Тхьэм Члисэр имыгъэкъэбзэну пӀэрэ?» — жаӀэу. GCKar 116.3
Иджыри къыздэсым папствэм и лъэныкъуэгъуу къэна Лютер хуабжьу къэуӀэбжьащ, екуэкуншэу Тхьэр зыгъэпуд индульгенцэ сатуущӀхэм щхьэкӀэ. Абы и члисэм къекӀуалӀэ куэдым, гуэныхьыр къахуэгъуныр къащэхуауэ, я дин-ущиякӀуэм хуэдэу, Лютер деж къакӀуэхэрт, я гуэныхь зэмылӀэужыгъуэхэмкӀэ заумысыжу, нэгъэсауэ къахуэгъуным щыгугъыу, арщхьэкӀэ, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжауэ гъащӀэщӀэ щӀадзэну хуейуэ аратэкъым, атӀэ индульгенцэ къызэращэхуам щхьэкӀэт. Абыхэм зэрызаумысыжхэм едэӀуэн идэртэкъым Лютер икӀи яжриӀэрт я гуэныхьхэм хущӀемыгъуэжмэ, я псэукӀэр ямыхъуэжмэ зэрыкӀуэдынухэр. ЯщӀэнур ямыщӀэжу Ӏэнкун хъуауэ, ахэм Тецель деж ягъэзэжырти хуэтхьэусыхэхэрт, зэрызаумысыжхэм я дин-ущиякӀуэр едэӀуэн зэримыдэр жраӀэу, языныкъуэ нэхъ мышынэхэр ди ахъшэхэр къыдэтыж жаӀэу ныкъуакъуэхэрт. А Ӏуэхугъуэм Тецель хуабжьу къигъэгубжьащ. Нэлату щыӀэм я нэхъ шынагъуэр къатритхъуэурэ, абы ахэр къигъэгугъащ цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж мафӀэ щыщӀигъэнэну, абы къыжиӀащ «папэм къритауэ лъэкӀыныгъэ зэриӀэр, игъэсыну еретик псори, и индульгенцэ лъапӀэ дыдэхэр зымыдэну тегушхуэхэр”. GCKar 117.1
Апхуэдэу щыхъум, Лютер лӀыгъэшхуэ хэлъу пэжыгъэм къыщхьэщыжын щӀидзащ. Абы ифӀэщу, егугъуу кафедрэм къипсэлъыкӀыу цӀыхухэр иущийт. Гуэныхьым и Ӏеягъэ дыдэр къыщӀигъэщурэ, абы къыжиӀэрт цӀыхум езым и ӀуэхухэмкӀэ и къуаншагъэр нэхъ мащӀэ зэримыщӀыфынур е и тезырым зэрыфӀэмыкӀыфынур. Тхьэм и пащхьэ уи гуэныхьхэм ущыхущӀегъуэжыным и закъуэщ, Мэсихь уи фӀэщ хъуным и закъуэщ гуэныхьыщӀэр къезыгъэлыфынур. Мэсихь и гущӀэгъур ахъшэкӀэ къыпхуэщэхунукъым — ар пщӀэ щӀэтын хуэмейуэ Тхьэм къуит тыгъэщ. Лютер цӀыхухэм чэнджэщ яритырт индульгенцэ къамыщэхуну, атӀэ жорым кӀэраӀулӀа ЩэхужакӀуэм фӀэщхъуныгъэ хуаӀэу дэплъеину. Гугъуехь Ӏэджэ и фэм дэкӀыу езым гъащӀэм щигъэунэхуахэр яхуиӀуэтэжырт абыхэм, и щхьэр игъэлъахъшэурэ, и Ӏэпкълъэпкъым хьэзаб иригъэшэчурэ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къелыныгъэр зыӀэригъэхьэну, алейуэ яужь зэритар, абыхэм я фӀэщ ищӀыну быдэу яжриӀэжырт, мамырыгъэрэ гуфӀэгъуэрэ къыщигъуэтар езыр зыщыгугъыжыныр къигъанэу, фӀэщхъуныгъэ хуиӀэу Мэсихь зыхуигъэза нэужьщ. GCKar 117.2
Тецель япэми хуэдэу индульгенцэхэр ищэрт, апхуэдэу зэрищӀэмкӀэ зигъэзахуэу щыхьэт нэпцӀхэр къихьу. Арати, Лютер мурад ищӀащ протест нэхъ лъэщ къигъэлъэгъуэну а бзаджэнаджагъэ ялэжьым теухуауэ. ИкӀи куэд дэмыкӀыу ӀэмалыфӀ абы къыӀэрыхьащ. Виттенберг дэт члисэм хьэдэкъупщхьэ куэд щыӀэт, махуэшхуэхэм деж цӀыхубэм ирагъэлъагъуу. Абы еплъыну члисэм къакӀуэу, зи гуэныхьхэмкӀэ зызыумысыжхэм я гуэныхьхэр къыхуагъэгъурт. Апхуэдэ махуэхэм икъукӀэ цӀыху куэд къызэхуэсырт. Арати, апхуэдэ махуэшхуэхэм ящыщ зы — «щихъ псоми я махуэ” жыхуаӀэр къэблагъэт. Пщэдей хуэдэм а махуэшхуэм щӀидзэу, Лютер члисэм кӀуэ цӀыхухэм захигъэгъуащэри, члисэм и бжэм тезис 95-рэ зытет напэкӀуэцӀ кӀэриӀулӀащ индульгенцэхэр зымыдэу. ИкӀи и тезисхэм ехьэлӀауэ къыжиӀащ, университетым ахэм къыщыщхьэщыжыну, игъэзэхуэну зэрыхьэзырыр, и бийхэм я пащхьэ къихьэу. GCKar 117.3
А 95-рэ хъу пунктхэм цӀыхубэм я гулъытэр зыӀэпашат. Псори къытрагъэзэжурэ еджэхэрт абыхэм. Къалэ кӀуэцӀми университетми цӀыхухэр хуабжьу къыщызэщӀэхъеят. Лютер и тезисхэм къыжаӀэрт, езы папэми, е нэгъуэщӀ зыгуэрми, зэи цӀыхум иратауэ апхуэдэ къару зэрамыӀар, гуэныхьхэр ягъэгъуфыну икӀи гуэныхьым пэкӀуэ тезырхэр ягъэкӀуэдыфыну. Тезисхэм къыщӀагъэщырт а псор зэрыгъэпцӀагъэр, хьилагъэкӀэ ахъшэ хэхыным зэриӀэмэпсымэр, цӀыхухэм я суевериехэм тещӀыхьауэ икӀи ар зэрышейтӀан ӀэщӀагъэр, а пцӀыр зи фӀэщ хъу цӀыхухэр игъэунэхъуну хуейуэ. Абы хэту Лютер щыхьэт къихьырт Члисэм хъугъуэфӀыгъуэ нэхъ ин дыдэу иӀэр Мэсихь и Инджылырауэ зэрыщытымкӀэ икӀи а Инджылым къызэӀуих Тхьэм и гущӀэгъур пщӀэ щӀумыту тыгъэу Тхьэм зэрыритыр дэтхэнэ зы цӀыхуми, хущӀегъуэжыныгъэрэ фӀэщхъуныгъэкӀэ ар къэзылъыхъуэхэм. GCKar 118.1
Лютер и тезисхэр пэжыгъэм и бийхэм хуабжьу къатехьэлъэрт, ауэ къыпэщӀэувэжыну абыхэм ящыщ зыри тегушхуэфыртэкъым. Махуищ-плӀы нэхъ дэмыкӀыу, Германие псор щыгъуазэ хъуат Лютер къиӀэта упщӀэхэм, куэд дэмыкӀыуи чристэн дуней псом абыхэм тепсэлъыхьын щӀадзащ. ЯгукӀи я псэкӀи Тхьэр зылъытэу католикхэм ящыщ цӀыху куэдым ягу къеуэу кӀэлъыплъырт Члисэм щытепщэ щӀэпхъаджагъэ шынагъуэм, ауэ ящӀэртэкъым абы зэрыпэлъэщыну щӀыкӀэр. Мис ахэр хуабжьу гуфӀэу еджэрт Лютер и тезисхэм, ар Тхьэм и макъыу ялъытэу. А Ӏуэхугъуэм абыхэм халъагъуэрт Тхьэм и Ӏэмырыр, римскэ тахътэм къыбгъэдэкӀ щӀэпхъаджагъэхэм кӀэ езытыну мурад ищӀауэ. Пщыхэри судыщӀэхэри щэхуу щыгуфӀыкӀхэрт, зыкъызыфӀэщӀыжа папскэ тепщэныгъэм и унафэхэм едэуэну, пэрыуэну зыри хуит зымыщӀым, и къарур зэрыхагъэщӀэным. GCKar 118.2
Ауэ гуэныхьыр фӀыуэ зылъагъу, суевернэ цӀыхубэр къэшынат, гужьеигъуэрэ шынагъэу яӀэр ящхьэщызыгъэу гъэпцӀагъэ ӀэфӀым хагъэкӀыжынкӀэ. Дин-лэжьакӀуэ бзаджейхэм, щӀэпхъаджагъэхэр ялэжьыну цӀыхухэр зыгъэлъэпэрапэхэм, я фейдэ хэхыпӀэм шынагъэ къакӀэщӀэзэрыхьар зыхащӀауэ, хуабжьу губжьауэ зашхыхьыжхэрт. Дин-лэжьакӀуэхэр зэгухьэрт, хуитыныгъэ яӀахэр яхъумэжын папщӀэ. Реформаторым къыпэплъэрт и бий нэхъ Ӏэл дыдэхэм хуэзэну. Языныкъуэхэм ар ягъэкъуаншэрт пӀащӀэрыщӀэщ, цӀыху пщтырщ жаӀэу. Адрейхэми ягъэкъуаншэрт и щхьэ щогугъыжыӀуэ жаӀэу, Тхьэм и ӀэмыркӀэ а Ӏуэхур имылэжьа я гугъэу, атӀэ и пагагъэкӀэ зыкъигъэлъэгъуэну хуея къудейуэ. «Хэт зымыщӀэр, — итхыжащ Лютер абыхэм я жэуапу — идеещӀэ гуэр жызыӀэ цӀыхум нэхъыбэм пагафэ къызэрытеуэр, икӀи Ӏэмал имыӀэу ар зэрагъэкъуаншэр зэгурымыӀуэныгъэ къихьынкӀэ? Сыт Мэсихьи адрей хьэзаб зрагъэшэча псори щӀаукӀар? Абыхэм цӀыху пагэ Ӏейхэм хуэдэу еплъырти аращ, я зэманым зекӀуа Ӏущыгъэм нэмыплъ езыххэу къащыхъуу, атӀэ абыхэм мышынэу идеещӀэхэр къыжаӀэрт, Ӏэсагъэ яхэлъу емычэнджэщауэ зыми, я лъэхъэнэм хабзэ-бзыпхъэу быдэу ягъэувауэ зытетхэм я лъэныкъуэгъухэм”. GCKar 118.3
Иджыри абы итхырт: «Сэ злэжьыр, гъэзэщӀа зэрыхъунур цӀыху ӀущыгъэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм и ӀэмыркӀэщ. А Ӏуэхур Тхьэм къыбгъэдэкӀамэ, хэт ар къэзыгъэувыӀэфынур? Ар Тхьэм къыбгъэдэмыкӀамэ хэт ар ипэкӀэ зыгъэкӀуэтэфынур? Сэ сызыхуейри, ахэр зыхуейри, дэри дызыхуейри мыхъуу, Уафэм ЩыӀэу ди Адэ ЛъапӀэ, Уэ уи Ӏэмырыр къырырехъу!» GCKar 119.1
Тхьэм и Духым а лэжьыгъэмкӀэ Лютер зэригъэкӀуа щхьэкӀэ, абы бэнэныгъэ гуащӀэ дыдэ къыпэщылът. Толъкъун лъэщым хуэдэу, абы къытегуплӀат и бийхэр, ар ягъэкъуаншэу, икӀи, дауикӀ, абы и мурадхэр пцӀыкӀэ зэрахъуэкӀыу кӀэрымылъ зэрыкӀэралъхьар лъэужьыншэу къэнакъым. Лютер и фӀэщ хъурт лъэпкъ Ӏэтащхьэхэри, члисэм я нэхъыжьхэри, еджапӀэхэм я унафэщӀхэри Реформацэ Ӏуэхур гъэкӀуэтэнымкӀэ къыгухьэну, зыкъыщӀагъэкъуэну хьэзыру. ПщӀэшхуэ зиӀэ къулыкъущӀэхэм ящыщхэм псалъэ гуапэ щызэхрагъэхкӀэ, жиӀэхэр къащыгурыӀуэкӀэ Лютер и гур хэхъуэрт, гугъэ ищӀырт. Абы и фӀэщ хъурт Члисэм махуэщӀэм и пшэкӀэплъ къыхущӀэкӀыну. Ауэ дахэу къыхущытахэм щӀэх дыдэ зыкъыхузэрадзэкӀыжащ, ар ягъэкъуаншэу, лажьэ къыкӀэралъхьэу. Къэралми члисэми я къулыкъущӀэ куэдым я фӀэщ хъурт Лютер и тезисхэр зэрыпэжыр, ауэ щӀэх дыдэ абыхэм къагурыӀуащ Лютер и гъэсэныгъэхэр къащтэмэ, Ӏэмал имыӀэу абы зэхъуэкӀыныгъэшхуэ къызэрырикӀуэнур. ЦӀыхухэм щӀэныгъэ ебгъэгъуэтыным, реформэ ебгъэкӀуэкӀыным къикӀыр Римым и тепщэныгъэ лъэщыр бгъэтӀэсхъэнырт; гурыӀуэгъуэт щӀэх дыдэ папэм и ахъшалъэм, папэм и сэрей пщӀантӀэшхуэр бей зыщӀым, жумарту къихьэ хабзэхэм зэрыщагъэтынур. КъищынэмыщӀауэ, цӀыхухэр езыр-езыру гупсысэну, Ӏуэху ялэжьыну бгъэсэныр, къелыныгъэмкӀэ Мэсихь фӀэкӀа щымыгугъыу ебгъэджэным къикӀыр папэм и тахътэр зэщӀэбгъэскъыскъэнырт, икӀэм-икӀэжым, абы кърикӀуэнур а къулыкъущӀэхэм пщӀэрэ-щхьэрэ ямыӀэжынырт. А гупсысэхэмкӀэ, а щхьэусыгъуэхэмкӀэ абыхэм ядакъым щӀэныгъэм и гъуэгуу Тхьэм къахузэӀуихым техьэну. Абыхэм щӀэныгъэ къахузэӀуихыну Тхьэм къахуигъэкӀуа цӀыхур къыщамыдэм, абыхэм Мэсихьрэ пэжыгъэмрэ я щӀыб хуагъэзауэ аращ. GCKar 119.2
Зэзэмызэ Лютер и гур къыщикӀэзызыкӀ щыӀэт и махуэ къыхуэкӀуам егупсысу: абы и закъуэ япэщӀэтт дунейм я нэхъ лъэщхэм. Шэч къыщытрихьи къэхъурт: ипэжыпӀэкӀэ Тхьэм ар зэригъакӀуэрэ члисэм и къарум пэщӀигъэувэну? «Сыхэт сэ, — итхырт абы, — щӀылъэм пащтыхьу тетхэри дуней псори зыхуэкӀэзыз папэм и лъапӀагъэм сыпэщӀэувэну?.. Зыми ищӀэркъым, япэ илъэситӀым сэ псэкӀэ згъэвар, гузэрыдзэу сщӀар зыхуэдизыр». Ауэ Тхьэм иухатэкъым абы гузэрыдзэ иригъэщӀауэ къигъэнэну. Зы цӀыху абы къыдэӀэпыкъуж щымыхъум, ар Тхьэм и закъуэт зыщыгугъыр, апхуэдэу абы зригъэсат нэгъэсауэ щыгугъыу псори зылъэкӀ Тхьэм. GCKar 120.1
И акъылэгъу гуэрым зыхуигъазэу Лютер итхат мыпхуэдэу: «Дэ Тхыгъэ ЛъапӀэр зыгурыдгъэӀуэфынукъым, дапхуэдизу дегугъуу дымыджми, дапхуэдизу демыгупсысми. Уэ уи къалэн нэхъыщхьэр — тхьэлъэӀукӀэ къыщӀэбдзэнырщ, Тхьэм хуабжьу уелъэӀуу, и гущӀэгъу иным къыхэкӀкӀэ и Псалъэм и купщӀэ пэжыр къыпхуэзэӀуихыну. Тхьэм и Псалъэр гурыӀуэгъуэ зыщӀыфыну щыӀэр а Псалъэр КъызыжьэдэкӀам и закъуэщ, Абы Езым мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм псори игъэсэнущ”. Ущымыгугъ уэ езым уи егугъунагъкӀэ, уи къарукӀэ зыгуэр зэбгъэхъулӀэну; уи акъылым дзыхь тумыщӀэж; узыщыгугъынур Тхьэм и закъуэщ икӀи Абы и Духым къыпхуищӀэнырщ. Сэ езым си гъащӀэмкӀэ ар згъэунэхуащи, уи фӀэщ гъэхъу а си псалъэхэр”. И зэманым псэу цӀыхухэм пэжыгъэ лъапӀэхэр яхуригъэӀуэтэну Тхьэм къыхиха псоми а псалъэхэм дерс щхьэпэ къыхахыфынущ. А пэжыгъэхэм шейтӀаныр къагъэгубжьынущ, шыпсэхэмкӀэ зытезыгъэун зи фӀэфӀ цӀыхухэри. Бзаджагъэм и къарум упэщӀэтыфын папщӀэ, цӀыху Ӏущыгъэмрэ цӀыху акъылымрэ урикъунукъым. GCKar 120.2
Лютер и бийхэм тегъэщӀапӀэ ящӀу щытар я зэманым кърагъэкӀухэмрэ щызекӀуэ хабзэхэмрэт е папэм и унафэхэмрэ папэм и лъапӀагъэмрэт, атӀэ реформаторым зызыхуигъазэр Библие лъапӀэрт икӀи Библие лъапӀэм и закъуэт. Формализмэмрэ суевериехэмрэ я пщылӀ губжьахэм яхузэфӀэкӀхэртэкъым Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтыгъэр пцӀы ящӀыну, арати, Лютер и лъыр ягъэжэну щӀэхъуэпсхэрт, иудейхэм Мэсихь и лъыр ягъэжэну зэрыхущӀэкъуам хуэдэу. «Еретикщ ар — кӀийхэрт езыфыгъулӀэу римым и телъхьэхэр. — А еретик шынагъуэр зы сыхьэт нэхъ мыхъуми бгъэпсэуныр Члисэм и Ӏуэхум уепцӀыжынырщ. Щхьэ пылъапӀэр къыщӀохъуэпс абы!!!» АрщхьэкӀэ, Тхьэм иухатэкъым абыхэм я губжьым и псэдзыгъэ хъун хуейуэ Лютер. Тхьэм хухиха лэжьыгъэр игъэзэщӀэн хуейт абы, уафэ мелыӀычхэм ар къахъумэрт. Ауэ Лютер зэрихьэ нэху лъапӀэр къэзыщта цӀыху Ӏэджэм я фэм куэд дэкӀащ, хэхауэ абыхэм шейтӀаныр къатеплъэ хъуртэкъыми икӀи, икӀэм-икӀэжым, пэжыгъэм и хьэтыркӀэ абыхэм шынэ ямыӀэу гугъуехьхэри лӀэныгъэри яшэчащ. GCKar 120.3
Лютер и гъэсэныгъэм къыдихьэхат Германием гупсысэ зиӀэу цӀыхуу исыр. Абы и уазхэмрэ и тхыгъэхэмрэ нэхур цӀыхухэм хуахьт, цӀыху мин бжыгъэм я акъылыр къагъэушу. Апхуэдиз зэман кӀыхькӀэ Члисэр зыхуэпщылӀа псэншэ формализмэм и пӀэр иубыдырт фӀэщхъуныгъэ нэсым. КӀуэ пэтми цӀыхухэм я фӀэщ мыхъужу хъурт католицизмэм и суевериехэр. Предрассудкэхэм я Ӏэхъулъэхъухэр хуэм-хуэмурэ зэхэкъута хъурт. Джатэ жаным хуэдэ, Тхьэм и ПсалъэмкӀэ Лютер къипщытэрт икӀи игъэунэхурт сыт хуэдэ гъэсэныгъэри сыт хуэдэ ущиери, ауэрэ, цӀыхухэм я гум гъуэгу къыхуигъуэтырт. ДэнэкӀи щыплъагъурт цӀыхубэр диным нэхъ хущӀэкъуу нэхъ зэрефӀакӀуэр. Щыпкъагъэм щӀэмыхъуэпс щыӀэжтэкъым. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ апхуэдэ лъэпкъ япэм къэхъуатэкъым. Апхуэдиз зэманкӀэ хабзэжьхэм щыгугъыу, щихъыу ялъытэ я лъэӀуакӀуэ дуней цӀыхухэм щыгугъыу къекӀуэкӀахэр, иджы хущӀегъуэжыныгъэ яӀэу, фӀэщхъуныгъэ яӀэу, езыхэр елъэӀухэрт Мэсихь, жорым кӀэраӀулӀауэ щытам. GCKar 121.1
Диным ехьэлӀауэ цӀыхухэр къызэрыушам хуабжьу игъэгузавэрт пщӀэшхуэ зиӀэ папскэ къулыкъущӀэхэр. Лютер къраджат Римым кӀуэн хуейуэ, ерескӀэ зэрагъэкъуаншэм ипкъ иткӀэ жэуап ирагъэхьыну. Лютер и ныбжьэгъухэм я щхьэфэцым зиӀэтащ а унафэр щызэхахым. Абыхэм зэхащӀыкӀырт а нэмысыншэ къалэм, Хьиса Мэсихь и цӀэкӀэ хьэзаб лӀэкӀэу укӀ зытралъхьа цӀыхухэм я лъыр щагъэжам, сыт хуэдэ шынагъэ къыщыпэплъэми я ныбжьэгъум. Ар Римым кӀуэн зэрыхуейр ямыдэу, абыхэм къагъэуващ, Лютер Германием зэрыщыӀэу и жэуапыр ирагъэтхыну. GCKar 121.2
Абыхэм къагъэувхэм, икӀэм-икӀэжым, арэзы къытехъуащ Римыр, арати, Лютер жэуап иригъэхьыну папэ и лӀыкӀуэ къэкӀуащ, Лютер еретикыу жызыӀэ грамотэ ӀэщӀэлъу. Папскэ легатым и пщэрылът «Ӏэмал имыӀэу Лютер игъэкъуаншэу иубыдыну». Лютер абы къемыдаӀуэ хъумэ, прелатым абы къригъэгъэзэжын лъэмыкӀмэ, прелатым къару иӀэт «Германие къэрал псом Лютер хуитыныгъэ лъэпкъ щимыӀэжу, укӀ хуэфащэу унафэ къищтэну, апхуэдэуи Лютер и телъхьэхэри къэралым кърахуну, нэлат тралъхьэну, Члисэм къыхахуну унафэ къищтэну». Абы ищӀыӀужкӀэ, папэ легатым къалэн щищӀат ересь шынагъуэр гъэкӀуэдын папщӀэ, Лютер и лэжьыгъэри и телъхьэхэри къэзыгъэувыӀэну яужь имыт дэтхэнэри Члисэм къыхихуу, Римым и судыщӀэхэм иритыну, императорым къищынэмыщӀа, зыкӀи еплъынутэкъым къэралми Члисэми абыхэм щаӀыгъ увыпӀэхэм. GCKar 121.3
А псом къыщӀагъэщырт папствэм и гупсэр ипэжыпӀэкӀэ зыхуэдэр. А дэфтэрым жыжьэуи гъунэгъууи къыхэщыртэкъым чристэн щэнхабзэм и принципхэр, уеблэмэ, захуагъэ лъэпкъи хэбгъуэтэнутэкъым. Лютер щыпсэури щылажьэ щӀыпӀэри икъукӀэ пэжыжьэт Римым, абы Ӏэмал иӀатэкъым диным хуиӀэ еплъыкӀэхэр гурыӀуэгъуэ ищӀыну, арщхьэкӀэ, иджыри Ӏуэхур зэхагъэкӀыным пэрымыхьэ щӀыкӀэ абы еретик цӀэр къыфӀащащ икӀи зы махуэм и кӀуэцӀкӀэ и Ӏуэхум къыхэплъэри, ягъэкъуаншэри, хьэкуми къытращӀэжащ. А псор зыщӀар «адэ лъапӀэ» цӀэр езым зыфӀэзыщыжарщ, Члисэми къэралми псом я нэхъ лъагэу ялъытэу, пщӀэ нэхъ ин дыдэр зыхуащӀырт, гуэныхь зымыщӀэфыну ялъытэрт!!! GCKar 122.1
Абы хэту, и ныбжьэгъум зэхищӀыкӀыным, чэнджэщ къритым хуабжьу Лютер щыхуэныкъуэм ирихьэлӀэу, Тхьэм и ӀэмыркӀэ, Виттенберг къэкӀуащ Меланхтон. ЩӀалэщӀэу, нэмысыфӀэу, укӀытэхыу щыт Меланхтон и губзыгъагъэ гупсысэкӀэм, и къэухьым и инагъым, и жьакӀуагъэм, и къабзагъэм, и хьэрэмыгъэншагъэм псоми гулъытэрэ пщӀэрэ къыхурагъэщӀырт. Зэчийуэ абы наӀуэу бгъэдэлъхэм щӀауфэртэкъым абы и щабагъэри и щэныфӀагъэри. ЩӀэх дыдэ хъуат ар Инджылым и телъхьэ, Лютер къыхуэпэж нэхъ ныбжьэгъуфӀ икӀи и дэӀэпыкъуэгъу нэхъыфӀ. Меланхтон пщӀэ-нэмысу хэлъыр, гукъэкӀыу иӀэр икӀи и зэкӀэлъыкӀуагъэр декӀурт Лютер и жанагъымрэ и лӀыгъэмрэ. А тӀур зэрызэдэлажьэр щӀэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъут Лютер икӀи Реформацэ Ӏуэхум къаруущӀэ хилъхьэрт. GCKar 122.2
Судыр щащӀэну зытраухуа щӀыпӀэр Аугсбург къалэрти, Лютер лъэсу ежьащ абы кӀуэну. Шынагъуэшхуэ къыкӀэщӀэзэрыхьат абы. И бийхэр къыхуэдэлъат ар гъуэгум щаукӀыну, абы къыхэкӀкӀэ и ныбжьэгъухэр хуабжьу къелъэӀуат Лютер ирамыгъэжьэну, уеблэмэ, трагъэгушхуэну яужь къитат зы зэманкӀэ Виттенберг дыдэ ирагъэбгынэу, и хэгъэрей гуэрым и деж щагъэпсэуну. Ауэ ар хуейтэкъым Тхьэм къыхуигъэфэща Ӏуэхухэр ӀэщӀыб ищӀыну. Абы къыгурыӀуэрт пэжыгъэм и хъумакӀуэу щытын зэрыхуейр, ихъуреягъкӀэ щызэрызехьэ сыт хуэдэ борэнми щымышынэу. Мыпхуэдэу жиӀэрт абы: «Сэ Ирмий сыхуэдэщ — «дауэу икӀи яфӀэнэу цӀыхухэм» (еплъ Иер. 15:10). Ауэ нэхъыбэрэ къысхуэдэлъэхукӀэ, нэхъыбэжу согуфӀэ... Абыхэм пщӀэрэ щӀыхьрэ къысхуагъэнэжакъым. Къэнэжар зыщ: си Ӏэпкълъэпкъ мыхьэнэншэрщ. Сыт-тӀэ абы щхьэкӀэ, ари къращтэ, си гъащӀэр сыхьэт зыбжанэкӀэ нэхъ кӀэщӀ ящӀын къудейщ. Си псэм ехьэлӀауэ жысӀэнщи, абыхэм яхузэфӀэкӀынукъым ар зыӀэрагъэхьэфыну. Тхьэм и Псалъэр дунейм щызыгъэӀуну хущӀэкъур пэплъэн хуейщ лӀэныгъэм сыт хуэдэ дакъикъэми». GCKar 122.3
Лютер Аугсбург къэсауэ и хъыбар къыщыӀэрыхьэм, папскэ легатым и гур хуабжьу зэгъащ. Зымыгъэпсэу еретикыр, дуней псом я гулъытэр къыдэзыхьэхар, къызэрыщыхъумкӀэ, иджы Римым и ӀэмыщӀэ къихьат, арати, легатым мурад ищӀащ и къуентхъыр зыӀэщӀимыгъэкӀыжын папщӀэ лъэкӀ къимыгъэнэну. Реформаторым хузэфӀэкӀатэкъым къэзыхъумэн грамотэ къыдихыну. И ныбжьэгъухэр къелъэӀуат абы легатым и пащхьэ ар имыӀэу имыхьэну, езыхэри яужь итат апхуэдэ грамотэ абы къыхураӀыхыну императорым. Легатыр щыгугът Лютер и тхыгъэхэм иригъэпцӀыжыну, армыхъумэ, ар Римым зэришэным хуэдэу хьэзырт, Гусрэ Иеронимрэ я махуэр къыхуигъэкӀуэну. Прелатым къищэхуа цӀыхухэр пылъащ къэзыхъумэн грамотэ имыӀыгъыу Лютер легатым и пащхьэ ихьэну трагъэгушхуэну, абы и гущӀэгъум щагъэгугъыу. Ауэ реформаторым тригъэчыныхьу идакъым императорыр къыдэщӀу къэзыхъумэн дэфтэр имыӀыгъыу папэм и лӀыкӀуэм деж кӀуэн. GCKar 123.1
Апхуэдэу щыхъум, Лютер и бийхэр яужь къихьащ дахэ зыкъыхуащӀурэ, бзэ ӀэфӀкӀэ къагъэӀулэну. Легатыр Лютер щыхуэзэхэм деж икъукӀэ фӀыуэ къыхущытт, ауэ къыхуигъэувырт Члисэм и нэхъыщхьэхэм нэгъэсауэ едэӀуэн хуейуэ икӀи темыпсэлъыхьарэ, щыхьэтыгъэ лъэпкъи къамыхьауэ, зэпкърамыхауэ, ар и гъэсэныгъэхэм и пункт дэтхэнэми епцӀыжын хуейуэ. Ауэ, Ӏуэху зыхуиӀэ цӀыхум и лӀыгъэр здынэсым ар иджыри щыгъуазэтэкъым. Абы жэуап щритыжым, Лютер къыжиӀащ Члисэм пщӀэ зэрыхуищӀри пэжыгъэм зэрыхущӀэкъури, и гъэсэныгъэхэм теухуауэ упщӀэу къыхуаӀэ псомкӀи жэуап ихьынуи, университет нэхъ цӀэрыӀуэхэм ахэр яриту, яхигъэплъэну зэрыхьэзырри. Абы къыдэкӀуэу Лютер идакъым и гъэсэныгъэхэм епцӀыжын, абыхэм хэмыплъаӀарэ, зэпкърамыхауэ, икӀи диспути щымыӀауэ. GCKar 123.2
Еш ямыщӀэу, абы къыжраӀэр зыт: «ЕпцӀыж, епцӀыж!” АтӀэ реформаторым быдэу къыжиӀащ, пэжыгъэм зэремыпцӀыжыфынур, ар зытетыр Езы Тхыгъэ ЛъапӀэращи. Прелатым, Лютер и щыхьэтыгъэхэр пцӀыуэ къыщӀригъэдзын щылъэмыкӀым, Ӏэджэ къытритхъуащ, къешхыдэрэ игъэкъуаншэу, зэм яужь къитащ Ӏурыбзэ защӀэкӀэ къищэхуну, зэми къыхуилъащ Члисэм и адэжьхэм я жыӀэгъуэхэмрэ псалъэжь зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ къыхурибжэкӀыурэ, реформаторым зы псалъэ жиӀэну хуит имыщӀу. Апхуэдэ псалъэмакъхэм купщӀэ зэрамыӀэр къыщилъагъум, Лютер, икӀэмикӀэжым, зыӀэригъэхьащ, дауэ мыхъуми, ерагъпсэрагъкӀэ кърата хуитыныгъэр — и жэуапыр тхауэ итыну. GCKar 124.1
«А хуитыныгъэр щызыӀэригъэхьэкӀэ, — хуитхат Лютер и ныбжьэгъум, — ягъэкъуаншэм ар тӀукӀэ къыхуэщхьэпэнущ: псом япэрауэ, тхыгъэм суд тращӀэну цӀыху зэхуэмыдэхэм иратынкӀэ хъунущ, етӀуанэрауэ, Ӏэмал нэхъыбэ къыкъуокӀ, напэ яӀэну къыхуебджэну мыхъуми, зэхэщӀыкӀыгъуейуэ, гъумэтӀымэу зыкъызыфӀэщӀыжа залымым шынагъэ иӀэхэр къыпхуэгъэсэбэпынущ, армыхъумэ, ар егугъунущ дэпсэлъейуэрэ ущӀипӀытӀэну». GCKar 124.2
КъыкӀэлъыкӀуэ зэӀущӀэм Лютер кӀэщӀу, ауэ и жэуапыр нэгъэсауэ гурыӀуэгъуэ ищӀу псалъэ жиӀащ, Тхыгъэ ЛъапӀэм къриха щыхьэтыгъэ куэдыкӀейр тегъэщӀапӀэ ищӀурэ. Тхыгъэм макъкӀэ къеджа нэужь, Лютер ар кардиналым иритащ, мыдрейм ар нэмыплъ ирихыу зыбгъэдидзащ, кӀийуэрэ, купщӀэншэ псалъэрэ цитатэхэмрэ зэхуэпхьэсауэ аращ мыр зищӀысыр, Ӏуэхум зыкӀи къемыкӀуалӀэу, жиӀэри. Апхуэдэу щыхъум Лютер гушхуауэ тепсэлъыхьын щӀидзащ прелатым и фӀэщ хъухэм — хабзэжьхэмрэ Члисэм и доктринэхэмрэ икӀи ахэр къигъэсэбэпурэ прелатым жиӀа псори зэрыпцӀыр сэтей къищӀащ. GCKar 124.3
Лютер и щыхьэтыгъэхэм, хэбдзын зэрыхэмытыр прелатым щилъагъум, зыхуэмыӀыгъыжу къэгубжьри, кӀиящ: «ЕпцӀыж! Армыхъумэ, Римым усшэнурэ, зи Ӏуэхум фӀыуэ хуэӀэзэ судыщӀэхэм я пащхьэ уисшэнущ. Уэри уи лъэныкъуэгъухэри анафемэм фестынущ, зи фӀэгуэныхь ухъу псори Члисэм къыхэсхунущ». ЗыкъыфӀэщӀыжауи къыдищӀыгъужащ: «ЕпцӀыж, армыхъумэ, афӀэкӀа зыкъызумыгъэлъагъу”. GCKar 124.4
Асыхьэтым Лютер и ныбжьэгъухэр щӀыгъуу ар ябгынащ, епцӀыжыныгъэ лъэпкъ зэрыщымыӀэнур апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ наӀуэу ягъэлъагъуэу. Ӏуэхум апхуэдэ кӀэ игъуэтыну игугъатэкъым кардиналым. Абы зыкъигъэпцӀэжат къарукӀэ е шынагъэкӀэ Лютер хигъэзыхьу зригъэдэӀуэфыну и гугъэу. Ауэ иджы и мурадхэр къыщемыхъулӀэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм зэрыхуэмыарэзыр хущӀэхъумэтэкъым. GCKar 124.5
ЛӀыгъэ хэлъу Лютер къызэрыпсэлъар лъэужьыншэу къэнакъым. ЗэӀущӀэм щыӀа цӀыхухэм Ӏэмал яӀат лӀитӀым я щытыкӀэр зэрагъапщэу, хэт захуэми хэт лъэщми зэхагъэкӀыну. Сыту хуабжьу зэщхьэщыкӀрэт-тӀэ ахэр! ЩэныфӀэ, къызэрыгуэкӀ икӀи щхьэмыгъазэ реформаторым Тхьэм и къарур тегъэщӀапӀэ ищӀырти пэжыгъэм къыщхьэщыжт; папэм и лӀыкӀуэр апхуэдэтэкъым, и щхьэм щыгугъыжрэ унафэ ищӀу, зыкъыфӀэщӀыжарэ акъылыншэу, Тхыгъэ ЛъапӀэм кърихыу зы щыхьэт псалъэ къыхуэхьакъым хьэщхьэрыӀуэм хуэдэу кӀия мыхъумэ: «ЕпцӀыж! Армыхъумэ, Римым усшэнурэ пхуэфащэ тезырыр къыптрезгъэлъхьэнущ!» — жиӀэу. GCKar 125.1
Къэзыхъумэн грамотэ иӀыгъ щхьэкӀэ къэмынэу, Лютер яубыдынкӀэ шынагъэ щыӀэт. Реформаторыр Аугсбург къалэм иджыри щыӀэным афӀэкӀа купщӀэ зэримыӀэжыр щалъагъум, Лютер и ныбжьэгъухэм хагъэзыхьырт псынщӀэу Виттенберг ирагъэгъэзэжыну. ИкъукӀэ сакъыныр Ӏэмалыншагъэт. GCKar 125.2
Арати, жэщым шууэ, магистратым къыхуищӀауэ зы гъусэ фӀэкӀа имыӀэу, Лютер Аугсбург ебгынэр. Ӏей гуэр къэхъуну и гум жиӀэрэ абы игъэпӀейтейуэ, реформаторыр щэхуу ирокӀуэ къалэм и уэрам кӀыфӀ нэщӀхэм. Лютер щыгъуазэт и бий бзаджейхэм яукӀыну зэрызэрыгъэӀущар, и зы лъэбакъуи къамыгъанэу къызэрыкӀэлъыплъыр. КъехъулӀэну пӀэрэ абы къыхуагъэува хъыхэм фӀэкӀыфыну? Гузэвэгъуэшхуэм хэту, быдэу Тхьэм елъэӀуу игъакӀуэрт абы а дакъикъэхэр. Мис ауэрэ къалэ блынхэм нэсакӀэщ. Куэбжэхэр къызэӀукӀри, ар зыри зэран къыхуэмыхъуу къалэм къыдэкӀащ, и лъагъуэхэшри щӀыгъуу. Шынагъуэ щымыӀэжу къыщалъагъум, щӀэпхъуэжхэр яшхэм ялъэдэкъауэри зрачащ икӀи римскэ прелатым Лютер зэрежьэжар къимыщӀэ щӀыкӀэ, ар жыжьэ къыщыщӀидзащ. ШейтӀанри абы и ӀупэфӀэгъухэри къыхагъэщӀащ. Къуентхъ ящӀауэ абыхэм ягугъа цӀыхур, яӀэщӀэцӀэфтащ, хъым илъэтыкӀыжа бзум хуэдэу. GCKar 125.3
Лютер зэрыщӀэпхъуэжар къыщищӀэм, прелатым хуабжьу игъэщӀэгъуащ икӀи губжьащ. Ар щыгугъат члисэр зыгъэпӀейтей цӀыхур иригъэкӀуэтын хузэфӀэкӀыу, а Ӏуэхум зэрыхэлӀыфӀыхьамкӀэ саугъэт лъапӀэхэр къыӀэрыхьэну, ауэ иджы апхуэдизу и гур игъэфӀу зыпэплъахэм и напэр текӀауэ хэкӀыжат. Губжьу кӀуэцӀылъыр абы къыщрикӀутащ, Фридрих, курфюрст Саксонскэм хуитха письмом, псалъэ дыджхэмкӀэ Лютер игъэкъуаншэурэ абы Фридрих къалэн щищӀырт реформаторыр Рим къалэм игъэкӀуэну, мыхъужыхэмэ, Саксонием ар кърихуну. GCKar 125.4
Езым и лъэныкъуэкӀэ Лютери къигъэувырт, прелатым е папэм Тхыгъэ ЛъапӀэр тегъэщӀапӀэ ящӀурэ и щыуагъэхэр къыщӀагъэщыну, быдэуи псалъэ яритырт, апхуэдэу ящӀэрэ и щыуагъэхэр сэтей къащӀмэ, и гъэсэныгъэхэм епцӀыжыну. Абы ехьэлӀауэ Лютер зэпымычу Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀырт, апхуэдэ Ӏуэхушхуэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчыну къызэрыхуигъэфэщам щхьэкӀэ. GCKar 126.1
Курфюрст мащӀэт хищӀыкӀыр Лютер и гъэсэныгъэм, ауэ абы хуабжьу игъэщӀэгъуащ реформаторым и хьэрэмыгъэншагъэр, и псалъэхэм къарурэ губзыгъагъэу яхэлъыр, арати, мурад быдэ ищӀащ ар и жьауэм щӀигъэувэну, и Ӏуэхур зэхагъэкӀыху. Абы прелатым зыкъызэрызыхуигъэзам и жэуап мыпхуэдэу хуитхыжащ: «Уэ арэзы укъищӀын хуеящ доктор Мартин Лютер Аугсбург нызэрыкӀуам. Дэ ди гугъакъым уэ ар и гъэсэныгъэм ебгъэпцӀыжыну хэбгъэзыхьыну, пэжыгъэкӀэ и фӀэщ пщӀыным и пӀэкӀэ. Ди къэралым ис зы щӀэныгъэлӀ къысхуэтхьэусыхакъым Мартин Лютер и гъэсэныгъэр тхьэншэщ, чристэн диным пэщӀоувэр е еретическэщ жиӀэу”. Апхуэдэу курфюрст идакъым Лютер Рим игъэкӀуэну хьэмэрэ хэкум ирихуну. GCKar 126.2
Фридрих илъагъут цӀыхубэм я щэнхабзэр зэрыдэхуэхар. Реформэм хуабжьу зэрыхуэныкъуэр нэрылъагъут. Абы къыгурыӀуэрт, цӀыхухэм Тхьэм и унафэхэр ягъэзащӀэу щытамэ икӀи пэжыгъэм игъэкъэбза напэм гурыӀуэу псэуамэ, итӀанэ апхуэдиз мылъку тригъэкӀуэдэнутэкъым щӀэпхъаджагъэм ебэныным. Абы илъагъут Лютер и тхыгъэхэр а ӀуэхуфӀым зэрыхуэгъэпсар, арати, щэхуу щыгуфӀыкӀырт, зэхъуэкӀыныгъэм и жьы къабзэ Члисэм къызэрыхукъуэуам. GCKar 126.3
Абы гу лъимытэу къэнэфынутэкъым, Лютер профессору университетым здэлажьэм ехъулӀэныгъэшхуэ зэриӀэм. Зы илъэст дэкӀар Лютер и тезисхэр тхьэлъэӀупӀэм и бжэм зэрыриӀулӀрэ, итӀанэми, щихъ псоми я махуэшхуэ жыхуаӀэм пилигриму къэкӀуар зыхэпщӀэу нэхъ мащӀэ хъуат. Римыр хэкӀыжащ япэм и телъхьэу щытахэм, ахъшэ тыну иратри нэхъ мащӀэ хъуат, ауэ Виттенберг къалэр нэщӀ хъуакъым — иджы абы дэтхэр хьэдэкъупщхьэхэм щхьэщэ хуэзыщӀыну къэкӀуа паломникхэртэкъым, атӀэ университетым и студентхэрт. Лютер и тхыгъэхэм псори къызэщӀигъэушауэ Тхыгъэ ЛъапӀэр яджыну яфӀэгъэщӀэгъуэн хъуат; Германием имызакъуэу къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм къикӀыурэ щалэщӀэхэр къакӀуэрт Виттенберг дэт университетым щеджэну. Виттенберг гъунэгъу къыхуэхъуу а къалэр япэ зылъэгъуа щӀалэхэм «я Ӏэр уафэмкӀэ драӀэтейрти, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀырт, а къалэм икӀыу пэжыгъэм и нэхум и бзийхэр нэгъуэщӀхэми зэратепсэм щхьэкӀэ, пасэ зэманым Сионым къыбгъэдэкӀыу къэрал пхыдзахэми нэхур зэрынэсу щытам хуэдэу». GCKar 126.4
Ауэ щыхъукӀи, Лютер иджыри и кӀэм нэсу гузэрыдзэ хуищӀатэкъым католицизмэм и гъэсэныгъэм. Ауэ пэжыгъэ лъапӀэхэр папэм и гъэсэныгъэхэм и унафэхэм иригъапщэурэ абы зэригъэщӀэгъуэныр ищӀэртэкъым: «Сэ соджэ, — итхырт абы, папэм и унафэхэми ... сщӀэркъым — папэр Мэсихь пэщӀэувэр армырауэ пӀэрэ хьэмэрэ ар Абы и апостол — зыкӀэ Мэсихь егъэулъий икӀи егъэпудри абы и дэфтэрхэм”. ИтӀанэми, Лютер а зэманым, япэми хуэдэу, римскэ члисэм щыщт икӀи егупсысыртэкъым, зэгуэрым ар абы къызэрыхахуным. GCKar 127.1
Лютер и тхыгъэхэр, и гъэсэныгъэр чристэн диныр зезыхьэу щыӀэ лъэпкъ псоми ялъэӀэсат. Абы и идеехэм къуэпс щадзат Швейцариеми Голландиеми. Абы и тхыгъэхэм лъагъуэ щыхашат Франциеми Испаниеми. Англием Абы и гъэсэныгъэр къыщащтащ гъащӀэ зыт псалъэм хуэдэу. Пэжыгъэр апхуэдэуи Бельгиеми Италиеми нэсат. ЦӀыху мин бжыгъэхэм, лӀэныгъэм хуэкӀуэу зэщӀэдияуэ щытахэм, зыкъащӀэжауэ, гугъэ, гуфӀэгъуэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат, гъащӀэ дахэ ирахьэкӀыным къыхуэушахэт. GCKar 127.2
Лютер зэригъэкъуаншэхэр Римым кӀуэ пэтми хуэмышэчыж хъурт, арати, языныкъуэ католик фасикъхэм, католическэ университетхэм щыщ щӀэныгъэлӀ языныкъуэхэри ядэщӀыгъуу, жаӀэн щӀадзат а убэтакӀуэ монахыр зыукӀым, гуэныхь имыӀэну. Зэгуэрым реформаторым имыцӀыху щӀалэ, гъэпщкӀуауэ и жыпым кӀэрахъуэ илъу, къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ: «Уи закъуэ къыщӀэпкӀухьыр сыт?» — жиӀэри. «Си гъащӀэр Тхьэм и ӀэмыщӀэ илъщ, — иритыжащ Лютер абы жэуап. — Ар си Къарущ икӀи си МэӀухущ, сыт-тӀэ абы щыгъуэм цӀыхум къызищӀэфынур?» А псалъэхэр щызэхихым, мыцӀыху щӀалэм и фэр зэуэ пыкӀри, псынщӀэуи кӀэбгъу зищӀыжащ, уафэ мелыӀыч къилъэгъуа хуэдэ. GCKar 127.3
Римым лъэкӀ къигъанэртэкъым Лютер игъэкӀуэдын папщӀэ, ауэ ар Тхьэм къихъумэрт. Абы и гъэсэныгъэр дэнэкӀи щаджт, дэнэкӀи зыщиубгъут — «бгъэныщхьэ унэхэми къулъшырыфхэми... уэркъ мывэ къалэхэми, университетхэми, королхэм я сэрейхэми”, икӀи дэнэкӀи къыщыкъуэкӀт абы къыщхьэщыж лӀы щыпкъэхэр. GCKar 127.4
Гус и тхыгъэхэр иджри, Лютер къищӀащ, богемскэ реформаторым и фӀэщ хъууэ зэрыщытар пэжыгъэ лъапӀэр — цӀыхур фӀэщхъуныгъэкӀэ Тхьэм и пащхьэ щыпкъэ зэрыщыхъур — езым апхуэдизрэ куэдрэ къилъыхъуа пэжыгъэр, иджы псоми яхуиӀуатэр. «Дэ псори, — жиӀэрт Лютер, — Павели, Августини сэри Гус дриакъылэгъущ, ар апхуэдэу зэрыщытыр ди гущхьэ къэмыкӀами!” «Тхьэм дунейм тезыр трилъхьэнущ, — къыпищащ абы адэкӀэ, — пэжыгъэр абы зэригъэсам щхьэкӀэ, илъэсищэ ипэкӀэ къалъигъэӀэса пэжыгъэр!” GCKar 127.5
Чристэн диным реформацэ щегъэкӀуэкӀыным къыхуриджэу, Лютер императорми Германием пщыуэ исми яхуригъэхьа письмом, папэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Шынагъуэщ икӀи жагъуэщ плъагъуну Мэсихь и пӀэм иту зызыбжыжыр тхьэжыгъуэм хэсу зэрыпсэур, уеблэмэ, императорыр апхуэдэу псэукъым. Дауэ хъун ар къулейсыз Хьиса ещхьу хьэмэрэ нэмысыфӀэ Петр ещхьу? Папэр дуней псом и тепщэу жаӀэ! Ауэ абы зи пӀэм иувауэ жыхуиӀэ Мэсихь жиӀауэ щытащ: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунеиракъым”. Зиусхьэным ипӀэкӀэ щытым и пащтыхьыгъуэр Зиусхьэным ейм нэхърэ нэхъ ину щытыфыну?» GCKar 128.1
Университетхэм теухуауэ итхар мыращ: «Сэ срогузавэ, ди еджапӀэ нэхъыщхьэхэр жыхьэрмэм и куэбжэ хъункӀэ, абыхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр егугъуу щаджу щымытмэ, щӀалэгъуалэм ар я гъуэгугъэлъагъуэ ямыщӀмэ. Зыми чэнджэщ схуетынукъым Тхыгъэ ЛъапӀэр псом япэ ирагъэщу здэщымыт щӀыпӀэ фи бын вгъакӀуэ жесӀэу. Сыт хуэдэ еджапӀэ ирехъуи, гулъытэ нэс хуащӀу Тхьэм и Псалъэр щамыджым, щӀалэгъуалэр зригъэкӀуэкӀынущ». GCKar 128.2
А псалъэхэр зы напӀэдэхьеигъуэм хуэдэу жыхуаӀэу, Германие псом ялъэӀэсащ икӀи цӀыхубэм я гум хуабжьу хыхьащ. ЦӀыху куэд хьэзыр хуэхъуат Реформацэм и ныпым щӀэувэну. Лютер и бийхэр, хуэфӀ къыхуэхъуну хуейуэ, захуэмыубыдыжу, папэр трагъэгушхуэрт абы кӀэ иритыну. Унафэ къащтат икӀэщӀыпӀэкӀэ абы и гъэсэныгъэм нэлат тралъхьэну. Реформаторымрэ абы и лъэныкъуэгъухэмрэ махуэ 60 къратащ гупсысэнхэу, а пӀалъэр дэкӀмэ, я идеехэм емыпцӀыжмэ, Члисэм къызэрыхахуныр жраӀэри. GCKar 128.3
Ар шынагъуэт икӀи зэхэгъэкӀыпӀэ дакъикъэт Реформацэм и дежкӀэ. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ Римым и тезыру Члисэм укъыхахуным монарх нэхъ лъэщ дыдэхэри щышынэрт; абы империе инхэм насыпыншагъэрэ тхьэмыщкӀагъэрэ къахуигъакӀуэрт. Апхуэдэ нэлат зытехуэхэм цӀыхухэр щыщтэхэрт, щышынэхэрт; япэм яӀа ныбжьэгъухэри фӀэкӀыпӀэншэу яфӀэкӀуэдырт; щӀэпхъаджащӀэхэм хуэдэут абыхэм зэрахущытыр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм хуэдэуи зэтраукӀэрт. Лютер ищӀэрт а борэн шынагъуэр къытеуэну хьэзыру зэрыщытыр, ауэ быдэу къанэрт, Мэсихь къыдэӀэпыкъуным, къихъумэным щыгугъыу. Хьэзаб зрагъэшэчым и фӀэщхъуныгъэ иӀэу, и лӀыгъэ хэлъу, абы итхат: «Сэ сщӀэркъым къэхъунур, сщӀэнуи сыхуейкъым... Удыныр дэнэ деж къыщыстехуэми, сэ гухэщтыншэу сыкъэнэнущ... Адэ лъапӀэм и Ӏизыншэу зы тхьэмпэ жыгым пымыщэщыжу щыщыткӀэ, быдэу ди фӀэщ хъун хуейщ Ар дэ къызэрытхуэсакъыр. Тхьэм и Псалъэм папщӀэ улӀэну тыншщ, Езы псалъэр Ӏэпкълъэпкъ хъури лӀащи. Дэ Абы и гъусэу дылӀэмэ, Абы и гъусэу дыкъэхъужынущ, дэ ди япэ Абы ишэча псори дэри тшэчмэ, Ар здэщыӀэм дэри дыщыӀэнущ, игъащӀэкӀэ, гъадэщӀыдэм». GCKar 128.4
Папэм и буллэр Лютер деж къыщысым, абы жиӀащ: «Сэ Ӏумпэм сощӀ икӀи къасщтэркъым мыр, зэрытхьэншэм, зэрыпцӀым къыхэкӀкӀэ... Мыбы Езы Мэсихьи егъэкъуаншэри... Сэ согуфӀэ, мы ӀуэхуфӀым ехьэлӀауэ тӀэкӀу гугъу сызэрехьыфыным щхьэкӀэ. Уеблэмэ, нэхъ щхьэхуит сыхъуауэ къысщохъу, сэ иджы шэч къытесхьэжкъым Мэсихь пэщӀэувэр папэу зэрыщытым икӀи абы и тахътэр езы шейтӀаным и тахътэу зэрыщытым». GCKar 129.1
Римым и декретым къримыкӀуэӀауэ къэнакъым. Тутнакъыр, Ӏэпкълъэпкъым хьэзаб ирагъэшэчыныр, джатэр икъукӀэ Ӏэмал лъэщхэт цӀыхур хэбгъэзыхьу бгъэдэӀуэн и лъэныкъуэкӀэ. Псэ махэхэр, суевернэхэр папэм и унафэм щышынэхэрт, япэми хуэдэу, абыхэм Лютер я гум дыхьэу къэнэжа щхьэкӀэ, куэдым зэралъытэр Реформацэм щӀэптын щхьэкӀэ гъащӀэр лъапӀэӀуэут. ИхъуреягъкӀэ псоми къагъэлъагъуэу къыпщыхъут реформаторым и гъащӀэр и кӀэм нэсауэ. GCKar 129.2
АрщхьэкӀэ, Лютер япэми хуэдэу зэрымышынэт. Римым ар анафемэм иритат, арати, псори пэплъэрт ар и гъэсэныгъэм ӀэмалыншагъэкӀэ епцӀыжын хуейуэ, армыхъумэ кӀуэдынут. Ауэ Лютер къызэрымыгуэкӀ къарукӀэ Римым триткъутащ езым и лъэныкъуэкӀэ зэригъэкъуаншэхэр икӀи псоми зэхахыу къыжиӀащ къэгъазэ имыӀэу Члисэм къыгуэкӀыну зэримурадыр. Студент куэди, щӀэныгъэлӀхэри, къалэдэсхэри щыту, Лютер папэм и буллэр игъэсащ каноническэ законхэри, унафэхэри, папэм къару зэрыбгъэдэлъым щыхьэт техъуэ дэфтэр хэхахэри зэрыдэщӀыгъуу. «Си бийхэм си тхылъхэр ягъэсащ, — жиӀащ абы, — цӀыху къызэрыгуэкӀхэм я зэхэщӀыкӀыныгъэм пэжыгъэр хагъэкӀуэдыкӀыу, кӀуэдыпӀэр къыхуагъэкӀуэн папщӀэ, атӀэ, иджы, абыхэм ящӀам кърикӀуэу я тхылъхэр согъэс. Иджы, ипэжыпӀэкӀэ бэнэныгъэ гуащӀэм щӀидзэнущ. Нобэр къыздэсым сэ ауэ зы мащӀэкӀэщ папэр зэрызгъэпӀейтеяр. Мы Ӏуэхум сыпэрыхьащ сэ Тхьэм и цӀэкӀэ, ар зэриухынур сэ сыхэмытыжущ, ауэ Тхьэм и къарукӀэщ». GCKar 129.3
И бийхэр къехъурджауэурэ и Ӏуэхум теухуауэ псалъэ дыдж къыщрапэскӀэ, Лютер абыхэм жэуап яритыжырт: «Хэт ищӀэрэ Тхьэм сыкъримыджауэ; ахэр шынэн хуейкъэ, сэ нэмыплъ къыщызахкӀэ, Тхьэм нэмыплъ зэрырахым щхьэкӀэ? Муса и закъуащ Мысырым къыщикӀыжам; Иляс и закъуащ Ахав и пащтыхьыгъуэм; Есихьи и закъуащ Ерусалим щыдэсам; Изкъили — и закъуащ Вавилон щыщыӀам... Тхьэм зэи бегъымбар ищӀыну щоджэн пашэхэр е лӀыщхьэхэр къриджакъым, ауэ зэрыхабзэти, уигу къэмыкӀын цӀыху къызэрыгуэкӀхэр къыхихырт; уеблэмэ, зэгуэрым Амос Ӏэхъуэр къыхихауэ щытат. Дэтхэнэ зы щӀэблэми цӀыху щыпкъэхэр яхэтащ, я гъащӀэр яфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъэ щыӀэу, дунейм яфӀэщэджащэхэм я гуэныхьхэр къыщӀэзыгъэщу щытахэр, пщыхэми, дин-лэжьакӀуэхэми щӀэныгъэлӀхэми... Сэ жысӀэркъым сыбегъымбару, ауэ жызоӀэ ахэр шынэн зэрыхуейр, сэ си закъуэщи, ахэр куэд мэхъури. Сэ быдэу си фӀэщ мэхъу Тхьэр си жьэкӀэ къызэрыпсалъэр, ауэ абыхэм Тхьэр ягъусэркъым». GCKar 129.4
АрщхьэкӀэ, Лютер Члисэм къыгуэкӀыпэныр псэкӀэ бэнэныгъэншэ имышэчауэ хузэфӀэкӀакъым. А зэманым абы итхащ: «Махуэ къэс зэхызощӀэ, сыту гугъу анэм и быдзышэм щӀыгъуу къыпхалъхьа щыуагъэхэр зыхэбнын. Тхыгъэ ЛъапӀэр си лъэныкъуэгъу щхьэкӀэ, сыт хуэдиз гугъуехь сэ сызыхэтар, папэр Мэсихь пэщӀэувэращ жысӀэу сыпэувынымкӀэ сызэрызахуэр шэч къытезымыхьэжу зыхэсщӀыкӀын ипэ! ПсэкӀэ сыт хуэдиз хьэзаб сэ згъэвар! Сыту куэдрэ зы упщӀэ дыдж зэстыжу щыта, папистхэм зэпымычу я Ӏупэм телъар: «Дауэ хъун уэ зыр апхуэдизу уӀущу, адрей псори щыуэу? АтӀэ, уэ ущхьэрыуауэ укъыщӀидзыжмэ щэ, цӀыху Ӏэджи бгъэщхьэрыуэу игъащӀэкӀи бгъэунэхъуауэ?» Сэ езыр сызэныкъуэкъужт, шейтӀанми себэнт, икӀэм-икӀэжым, Мэсихь и Псалъэ щымыуэмкӀэ си гур игъэбыдащ, шэч лъэпкъ къытезмыхьэжу сищӀащ”. GCKar 130.1
Папэ Лютер къыхуэдалъэрт Члисэм укъыхэсхунущ уи гъэсэныгъэм уемыпцӀыжмэ, жиӀэу, арати, иджы къызэрыхуилъ и псалъэр игъэзэщӀащ. БуллэщӀэ, къэгъазэ имыӀэу реформаторыр римскэ члисэм къызэрыхахуар къыжызыӀэм, нэлат шынагъуэ Лютери абы и гъэсэныгъэр къэзыщтэхэми ярихырт. GCKar 130.2
Бэнэныгъэр Ӏыхьэ яхуохъу я зэманым хуэгъэза хъыбарыр ягъэӀуну Тхьэм пщэрылъ зыхуищӀхэм. Лютер щыпсэуам я зэманым ехьэлӀауэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэхэр уазу итырт, ди махуэхэми Члисэм папщӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэхэр ягъэӀу. Псори зи ӀэмыркӀэ къэзыгъэхъум, цӀыхухэр щытыкӀэ зэхуэмыдэхэм ирегъэувэри къалэн хэха ярет, ахэр щыпсэу зэманыр зыхуэдэм ехьэлӀауэ. Абыхэм къыхурагъэха нэхур яфӀэлъапӀэу пщӀэ хуащӀмэ, нэхъыфӀ Ӏэджэ къахукъуокӀ. Ауэ нобэ цӀыхухэм я нэхъыбэм пэжыгъэр зэращӀэну зэрегугъур Лютер къебэна папистхэр зэрыщытам зыкӀи къащхьэщыкӀкъым. Ди махуэхэм, лӀэщӀыгъуэ блэкӀахэми хуэдэу, нэхъ яфӀэфӀыр Тхьэм и Псалъэракъым, атӀэ цӀыхухэм къагупсысахэмрэ зэса хабзэжьхэмрэщ. Ди зэманым пэжыгъэр зыгъэӀухэр пыремыплъэ реформаторыр щыпсэуа зэманым нэхърэ нэхъыфӀу ар нобэ къащтэну. Пэжыгъэмрэ щхьэрыуагъэмрэ, Мэсихьрэ шейтӀанымрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэр нэхъ гуащӀэж хъууэрэ кӀуэнущ ди дунейр и кӀэм щынэскӀэ. GCKar 130.3
Хьиса и гъэсэнхэм яжриӀащ: «Дунейм фрицӀыхухэу щытамэ, дунейм езым ейхэр фӀыуэ илъагъунут; ауэ фэ дунейм фрицӀыхухэкъыми, дунейм фыкъыхэсшри фыкъезджащи, дунейр къыфтеплъэ щӀэмыхъур аращ. Фигу ивгъэлъ псалъэ нывжесӀар: «ПщылӀыр и Зиусхьэным нэхърэ нэхъ инкъым. Сэ сызэрахуамэ, фэри фызэрахуэнущ; Си псалъэр ягъэзэщӀамэ, фи псалъэри ягъэзэщӀэнущ» (Ин. 15:19, 20). КъищынэмыщӀауэ, ди Зиусхьэным гурыӀуэгъуэу жеӀэр: «Фыунэхъуащ, цӀыху псоми фӀы фӀэкӀа къыфхужамыӀэмэ, абыхэм я адэжьхэри бегъымбар нэпцӀхэм щытхъуу щытащи» (Лк. 6:26). Нобэрей дунейм и гупсэр Мэсихь и гупсэм пэщӀоувэр, япэрей зэманым зэрыщытам хуэдэу, икӀи Тхьэм и Псалъэр ямыхъуэжу зэрыщыт дыдэм хуэдэу щагъэӀукӀэ, ар нобэ нэхъыфӀу къащтэкъым, блэкӀам зэрыщытам ебгъапщэмэ. Пэжыгъэм пэщӀэувэ бэнэныгъэр зэрекӀуэкӀ щӀыкӀэм зихъуэжынкӀэ хъунущ, ялъагъу зэрымыхъур уи нэм къыщӀэуэу апхуэдизу наӀуэу щымыту, ауэ пэжыгъэр ялъагъу мыхъуныр иджыри щыӀэщ икӀи кӀуэдыжынукъым зэманыр икӀэм нэсыху. GCKar 131.1