Бэнэныгъэ ин
6 ӀЫХЬЭ—АЖАЛЫМ ИРИМЫГЪЭКӀУЭТЫФА ЛӀЫХЪУЖЬИТӀЫР
Инджылыр Богемием нэсат e-IX-нэ лӀэщӀыгъуэм. Библиер зэрадзэкӀауэ, Тхьэм хуалэжь къулыкъур я бзэкӀэ ирагъэкӀуэкӀыжырт лъэпкъым. Ауэ папэм и тепщэныгъэм нэхъ зиубгъуху, Тхьэм и Псалъэр нэхъ ираудых хъурт, и мыхьэнэр нэхъ ягъэмащӀэу. Григорий е-УӀӀ-нэр, «пащтыхьхэм я пагагъэр зыгъэӀэсэну” мурад зыщӀар, и япэ ита папэхэм къакӀэрыхуртэкъым лъэпкъхэр зэригъэпщылӀыным хуиӀа хущӀэкъуныгъэмкӀэ, арати, а и мурадым и Ӏэр лъигъэӀэсыну абы буллэ къыдигъэкӀащ, тхьэлъэӀупӀэхэм чешскэ бзэмкӀэ къулыкъу щащӀэну хуит имыщӀу. Папэм жиӀэт: «Тхьэм и Ӏэмырщ, къагурымыӀуэ бзэкӀэ ирагъэкӀуэкӀыну къыхуащӀэ къулыкъур, ар ямыгъэзащӀэурэ абы кърикӀуар щхьэрыуагъэхэмрэ еретическэ гъэсэныгъэхэмрэщ». Арати, Римым мурад ищӀат Тхьэм и Псалъэм и нэхур игъэункӀыфӀу, лъэпкъыр кӀыфӀыгъэм къыхинэну. АрщхьэкӀэ, Тхьэм нэгъуэщӀ Ӏэмалхэр къигъуэтащ и члисэхэр зэрихъумэн щӀыкӀэу. Франциемрэ Италиемрэ къыщрахуэкӀа вальденс куэди альбигойц куэди Богемием къэӀэпхъуат. Псоми къащӀэу Тхьэм и хъыбарыфӀыр зэрахьэну темыгушхуэф щхьэкӀэ, ахэр щэхуу лажьэхэрт икӀи икъукӀэ егугъуу. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зы лӀэщӀыгъуэм къикӀрэ адрей лӀэщӀыгъуэм кӀуэуэ зэӀэпахыурэ яхъумэрт дин пэжыр. GCKar 88.1
Гус и деж дынэмыс щӀыкӀэ, Богемием щыӀащ къыщӀэгъэщакӀуэ цӀыхухэр, члисэр зэрызэкӀуэкӀари цӀыхухэр цӀапӀэ зэрыхъуари мышынэу сэтей къэзыщӀу щытахэр. Абыхэм жаӀэхэм куэдыр къыдахьэхырт. Абы къыхэкӀкӀэ къэгузэва дин-лэжьакӀуэхэм зыкъаӀэтащ Инджылым и еджакӀуэхэр ямыдэу, арати, зэхэзехуэнхэм къыщӀадзащ. Щхьэхуимыт хъуахэу Тхьэм хуащӀэ къулыкъур ӀэмалыншагъэкӀэ мэзхэмрэ бгыхэмрэ щрагъэкӀуэкӀ хъуат абыхэм, атӀэми а щӀыпӀэхэми къыщрахуэкӀырт зауэлӀхэм икӀи куэди хэкӀуадэрт. ИужькӀэ унафэ къыдэкӀащ мафӀэкӀэ ягъэсын хуейуэ, римскэ диныр зезыхьэн зымыдэхэр. Ауэ я гъащӀэр щаткӀэ, чристэнхэр щыгугъырт я Ӏуэхур текӀуэну. Хьэзаб зрагъэшэчахэм ящыщ зым, «жорым кӀэраӀулӀа КъегъэлакӀуэр уи фӀэщ зэрыхъумкӀэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыкӀэкӀэ цӀыхур и гуэныхьым къемылыфыну” зыгъасэу щытам, и гъащӀэр къыӀахын ипэ, мыпхуэдэу жиӀащ: «Иджыпсту пэжыгъэм и бийхэм я губжьыр къыттекӀуэми, ар апхуэдэу игъащӀэкӀи щытынукъым: цӀыху къэунэхунущ — джати ӀэщӀэмылъу тепщэныгъи имыӀэу, цӀыхубэ къызэрыгуэкӀым къыхэкӀауэ, мис абы текӀуэфынукъым ди бийхэр». Лютер и махуэхэр къэсыным иджыри зэман Ӏэджэ иӀэт, ауэ къалъхуакӀэт Римым пэщӀэувэу и щыхьэтыгъэхэм лъэпкъхэр зыгъэкӀэзызынур. GCKar 88.2
Ян Гус къызэрыгуэкӀ унагъуэт къыщалъхуар, и адэр дунейм ехыжри пасэу зеиншэу къэнат ар. Тхьэм шынагъэ хузиӀэу щыта абы и анэр, щӀэныгъэмрэ «Тхьэм шынагъэ ухуиӀэнымрэ” нэхъ хъугъуэфӀыгъуэ щымыӀэу зылъытэу щытар, къарууэ иӀэр ирихьэлӀэу хущӀэкъуащ а тыгъэхэр и къуэм щӀэин зэрыхуищӀыным. GCKar 89.1
ЯпэщӀыкӀэ Гус я къуажэм дэта училищэр къиухащ, итӀанэ щӀэтӀысхьащ Прагэ щыӀэ университетым, пщӀэ щӀимыту еджэну къыздащтам. Гус и анэр дэщӀыгъуу кӀуат Прагэ; фызабэ тхьэмыщкӀэм и къуэм зыри иритыфыртэкъым, ауэ къалэшхуэм гъунэгъу щыхуэхъум, ар лъэгуажьэмыщхьэу уври, и щӀалэ зейншэм бгъэдэту и Уафэ Адэм хуабжьу елъэӀуащ и нэфӀ къыщихуэну и къуэм. Абы и тхьэлъэӀум кърикӀуэнур зыхуэдэр ищӀатэкъым а дакъикъэм, дауикӀ. GCKar 89.2
Университетым Гус псоми къащыхэжаныкӀащ еш жыхуаӀэр имыщӀэу и егугъунагъымкӀэ, и ехъулӀэныгъэхэмкӀэ, и гъащӀэ къабзэмкӀи, и щэныфӀагъэмкӀи псоми ягу дыхьэрт, пщӀэ къыхуащӀу. Ар игу псомкӀэ хуэпэжт римскэ члисэм, хуабжьу егугъуу и нэфӀщыхуэныгъэхэр зыӀэригъэхьэну яужь иту. Махуэ лъапӀэхэм деж ар кӀуэ и хабзэт гуэныхьхэр Ӏуэтэжын жыхуаӀэм икӀи ахъшэу иӀэж тӀэкӀур иритырти къулыкъум яхыхьэрт, апхуэдэу ищӀэмэ и гуэныхьхэр къыхуэгъуну къызэрагъэгугъар и фӀэщ хъууэ. Университетыр къиуха нэужь, ар дин-лэжьакӀуэ хъури, псынщӀэ дыдэу пщӀэшхуэ а ӀуэхумкӀэ зригъэгъуэтри, императорым и сэрей пщӀантӀэм щылэжьэну ирагъэблэгъащ. Иджыри ар щеджауэ щыта университетым и профессор икӀи и ректор хъуащ абы иужьыжкӀэ. Дыгъуасэ хуэдэм еджакӀуэ щэныфӀэу щытам, и еджапщӀэр зытыну мылъку лъэпкъ зыбгъэдэмылъам, а илъэс зыбжанэм и кӀуэцӀкӀэ хэкур зэрыгушхуэ цӀыху къыхэкӀащ икӀи ар Европэ псом щыцӀэрыӀуэ хъуащ. GCKar 89.3
АрщхьэкӀэ, Гус Реформацэ лэжьыгъэм пэрыхьащ нэгъуэщӀ ӀуэхукӀэ. Дин-лэжьакӀуэ зэрыхъурэ илъэс зыщыплӀ нэхъ дэмыкӀыу, ар Вифлъеемскэ члисэм уазтакӀуэу трагъэуват. А члисэр къызэзыгъэпэщам хуитыныгъэ къилъэӀухуат чешскэ бзэмкӀэ уаз ятыну, абы мыхьэнэшхуэ иритырти. Римым къахуимыдэ щхьэкӀэ, Богемием я бзэмкӀэ уаз щат щӀыпӀэхэр иджыри щыӀэт. Ауэ хэкум исхэр зэрыщыту къапщтэмэ, Библиер ящӀэртэкъым, гуэныхь нэхъыкӀэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми я деж щыбагъуэрт. Тхьэм и Псалъэр тегъэщӀапӀэ ищӀурэ Гус бзаджагъэр гущӀэгъуншэу игъэкъуаншэрт, пэжыгъэмрэ къабзагъэмрэ зыхуэдэр цӀыхухэм къагуригъаӀуэрт. GCKar 90.1
Прагэ дэс зылӀ — ИеронимкӀэ зэджэр, иужькӀэ Гус и лэжьыгъэмкӀэ ныбжьэгъу къыхуэхъуар, Англием къикӀыжат, Уиклиф и тхыгъэхэр къыздихьри. Уиклиф и лэжьыгъэхэр къабыл зыщӀа Англием и пащтыхь гуащэр дэмыкӀуэ щӀыкӀэ Богемием и пащтыхьыпхъуу щытат, арати, абы и фӀыгъэкӀэ реформаторым и тхыгъэхэм зыщиубгъуащ пащтыхь гуащэм и хэкужь Богемием. Гус зимыгъэнщӀу еджэрт а тхыгъэхэм икӀи ар зи Ӏэдакъэ къыщӀэкӀар чристэн нэсу илъытэрт, абы къыхилъхьэ реформэхэр къищтэнуи хьэзырт. И кӀэм нэсу къыгурымыӀуэ щхьэкӀэ, Гус теуват гъуэгуанэ, римскэ члисэм жыжьэу блэзышынум. GCKar 90.2
Абы ирихьэлӀэу Прагэм къэкӀуащ цӀыху хамитӀ Англием къикӀхэри. Ахэр щӀэныгъэлӀхэт, пэжыгъэм и нэхур зи гум зытепсахэу, икӀи ахэр хуейт мы хэгъэгу жыжьэми пэжыгъэм зыщрагъэубгъуну. Утыку къихьэу папэр псом я нэхъыщхьэу щытыныр къемызэгъ Ӏуэхуу псалъэмакъ къаӀэту я лэжьыгъэр яубла щхьэкӀэ, абыхэм щӀэх дыдэ я Ӏуэху зехьэкӀэм зрагъэхъуэжын хуей хъуащ, тепщэныгъэр зыӀэщӀэлъхэм зэрахуэн щӀадзати. Уаз тыным имызакъуэу сурэтыщӀ гъуэзэджэу иджыри здэщытхэм, абыхэм я Ӏэзагъэр къагъэсэбэпыну ягу къэкӀащ. Арати, щӀэх дыдэ къалэдэсхэм я пащхьэ сурэтитӀ кърагъэуващ. Зым къигъэлъагъуэрт Мэсихь Ерусалим зэрыдыхьа щӀыкӀэр, «Ӏэдэбу, шыдыщӀэм тесу» и еджакӀуэхэр щӀыгъуу, зэпымыууэ здэгъуэгурыкӀуэм къыхэкӀкӀэ и щыгъыным и фэр текӀыжарэ лъапцӀэу дыхьэрт Ар къалэм. Адрей сурэтым щыплъагъут папскэ къулыкъур: папэ, щыгъын къулейхэмкӀэ зэщӀыхуэпыкӀарэ дыкъуакъуищ сыдж зиӀэ дыщэ пыӀэр щхьэрыгъыу, дэгъуэу ягъэщӀэрэщӀа шым тесу, бжьамияпщэхэр и япэ итрэ кардиналхэри прелатхэри, къулейуэ хуэпауэ абы къыкӀэлъыкӀуэу. GCKar 90.3
Ар уазт, сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀа цӀыху дэтхэнэми я гулъытэр зыбгъэдишэу. ЦӀыху гупышхуэхэр къызэхуэсырт а сурэтхэм еплъыну. Къанэ щымыӀэу псоми къагурыӀуэрт а сурэтитӀым къарыкӀыр. Мэсихь ЕгъэджакӀуэмрэ Абы и пщылӀу зызылъытэж зыкъызыфӀэщӀыжа папэ пагэмрэ хуабжьу зэрызэщхьэщыкӀыр цӀыху куэдым Ӏейуэ гъэщӀэгъуэн ящыхъуат. Прагэ цӀыхухэр хуабжьу къэпӀейтеят, арати, хамэ лӀитӀым а щӀыпӀэр ябгынэмэ зэрынэхъыфӀыр къагурыӀуэри загъэбзэхыжащ. Ауэ абыхэм цӀыхухэм халъхьа дерсыр ящыгъупщэжыгъуафӀэтэкъым. А суртхэр Гус хуабжьу и гум хыхьащ икӀи нэхъ егугъуу Библиемрэ Уиклиф и тхыгъэхэмрэ иджыным трагъэгушхуащ. Уиклиф и гъэсэныгъэхэр зэрыщыту къищтэным иджыри хуэхьэзыр мыхъуами, абы папствэр зищӀысыр нэхъ наӀуэ къыхуэхъуащ, арати, папскэ иерархием и пагагъэр, зэрыщӀыхьщӀэкъухэр, гуэныхьым зэрыщӀигъэнахэр къызэремызэгъыр нэхъ егугъупэу къыщӀигъэщын щӀидзащ. GCKar 91.1
Богемием икӀри нэхур Германием нэсащ, Пражскэ университетым зэрызехьэ къызэрыщыхъуам къыхэкӀкӀэ студент нэмыцэ куэд я унэ кӀуэжын хуей хъуати. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм Библиер япэу къацӀыхуат Гус и фӀыгъэкӀэ, иджы Инджылыр я хэкум щагъэӀурт. GCKar 91.2
Прагэ къыщыхъуам и хъыбар Римым нэсащ, арыххэти, Гус къраджащ папэ и пащхьэ жэуап щихьын хуейуэ. А унафэм уедэӀуэным къикӀыр ажалым уфӀэмыкӀыфынырт. Богемием я королми, я пащтыхь гуащэми, университетми, уэркъхэми, къэралым и лӀыщхьэхэми папэм лъэӀукӀэ зыхуагъэзащ Гус Прагэ къыщынэну хуит къищӀыну, гурыӀуэгъуэ ищӀын хуейхэм папщӀэ и лӀыкӀуэхэр игъэкӀуэну. А лъэӀур къахуищӀэным и пӀэкӀэ, папэ суд Ӏуэху кърихьэжьэри, Гус игъэкъуэншащ, Прагэ дэс псори члисэм къыхихуащ. GCKar 91.3
А зэманым апхуэдэ къуащӀэныр икъукӀэ игъуэджэт, псори игъэпӀейтейуэ. Апхуэдэ хабзэ къыщӀекӀуэкӀри, хуабжьу ягъэшынэн папщӀэт зэрылъэпкъыу. Ахэр папэм еплъу ирагъэсат Тхьэм и пӀэм итым хуэдэу, уафэмрэ жыхьэрмэмрэ я ӀункӀыбзэхэр зыӀэщӀэлъым хуэдэу, гражданскэ Ӏуэхухэми члисэ Ӏуэхухэми я унафэщӀу щытыну къару зыбгъэдэлъым хуэдэу. ЦӀыхухэм я фӀэщ хъут члисэм къыхахуахэм я дежкӀэ уафэм кӀуэ куэбжэр зэхуэщӀауэ щытыну икӀи папэм къатрилъхьа а тезырыр къащхьэщимыхыжыху я лӀахэр жэнэтым мыкӀуэфыну. А насыпыншагъэм къыхэкӀкӀэ, члисэхэм я бжэхэр зэхуащӀауэ, Тхьэм хуащӀэ къулыкъури зэпагъэуат, нэчыхьхэри иджы щатхыр члисэм и пщӀантӀэрт. ЛӀахэр щыщӀалъхьэну хуиттэкъым ягъэлъэпӀа щӀыпӀэхэм, арати, я лӀахэм дин хабзэ лъэпкъ кӀэлъызэрамыхьэу, щӀыпӀэ нэщӀ дэнэ деж къыщагъуэтми, арыххэу щыщӀатӀэрт. Мис апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ игъэшынэхэурэ Римыр яужь итащ цӀыхухэр зэрызригъэдэӀуэным. GCKar 91.4
ЗэрыПрагэу къызэщӀэхъеят, гузавэхэу. КъащыщӀа насыпыншагъэмкӀэ Гус ягъэкъуаншэрт нэхъыбэм икӀи къагъэувырт ар римскэ судым етыпхъэу. ЗыкъэзыӀэта борэныр сабырыжыхукӀэ жиӀэри, реформаторыр къыщалъхуа къуажэм кӀуэжащ. Прагэ къыдэна и ныбжьэгъухэм захуигъазэу мыпхуэдэу яхуитхащ: «Фызбгынами апхуэдэу щӀэсщӀар Хьиса Мэсихь и щапхъэм сытетщи аращ: Ӏей зигу илъ цӀыхухэр хуит тщӀы хъунукъым, загъэунэхъужыну, Тхьэр зылъытэхэми лей къатедгъэхьэ хъунукъым, кърахуэкӀын щӀедгъадзэу. ПӀалъэкӀэ сыкъыщӀыфхэкӀар гурыщхъуэ сощӀри аращ: тхьэншэ дин-лэжьакӀуэхэм зэман кӀыхькӀэ ирагъэкӀуэкӀыфынущ бэнэныгъэ, Тхьэм и Псалъэр жыпӀэну хуит уамыщӀу, ауэ сэ зэкӀэ фыкъыщӀэзгъэнар, фэ Тхьэм и пэжыгъэм фезгъэпцӀыжын папщӀэкъым, сэ си щхьэкӀэ сыхьэзырщ абы папщӀэ Тхьэм сыщыгугъуу си гъащӀэр стыну». Гус и лэжьыгъэр зэпигъэуатэкъым, атӀэ Ӏэгъуэблагъэр къызэхикӀухьурэ дэнэкӀи уаз щитырт, пэжыгъэм хуэлӀэ цӀыхухэм папщӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Инджылым и хъыбарыр къызэтригъэувыӀэн и мураду папэм къыдигъэкӀа унафэр сэбэп хуэхъуащ нэхъыбэу абы зиубгъуным. «Аращи, пэжыгъэм дыпэщӀэувэну дыкъарукъым, атӀэ абы дрителъхьэу дылъэщщ” (2 Кор. 13:8). GCKar 92.1
Къэунэхуа махуэхэр Гус и дежкӀэ хьэзабт, и псэр бэнэныгъэм къыхэмыкӀыу. Члисэм уафэгъуагъуэм хуэдэу, къридза удынхэмкӀэ ар иущыгун и гугъами, Гус иджыри члисэм пщӀэшхуэ хуищӀырт. Римскэ члисэр япэми хуэдэу, абы и дежкӀэ Мэсихь и нысащӀэт, папэри Зиусхьэным и лӀыкӀуэу и пӀэм итут къызэрыщыхъур. ИпэжыпӀэкӀэ, Гус имыдэхэр члисэр зытет принципхэртэкъым, атӀэ папскэ властым къигъэхъу бзаджагъэхэрт. Арати, абы и акъылыр зыхэт гупсысэхэр и напэм къимыдэхэм пэщӀэувэрти, хуабжьу зэныкъуэкъурт. Папскэ тепщэныгъэр захуагъэм тетрэ гуэныхьыншэу щытмэ, езым зэрибжу щытам хуэдэу, сыт-тӀэ абы щыгъуэм абы пэщӀэувэн хуейуэ и гум щӀыжиӀэр? УдаӀуэмэ, езым зэрилъагъумкӀэ, гуэныхь пщӀэуэ хъурт, атӀэ члисэ пэжым уедэӀуэныр напэмрэ акъылымрэ зэхэзехуэн щхьэ ищӀын хуей? А упщӀэхэм жэуап иритыфыртэкъым абы, арати, зы дакъикъи къыхуихуэртэкъым шэч щӀыным имыгъэпӀейтейуэ. ИкӀэм-икӀэжым, ар хуэкӀуащ мыпхуэдэ гупсысэм: КъегъэлакӀуэр щыпсэуа зэманым щыӀа къэхъукъащӀэхэм къытрагъэзэж, нэмысыншэ дин-лэжьакӀуэхэм хабзэм тету яӀэщӀэлъа тепщэныгъэр хабзэншагъэ Ӏуэхухэр ялэжьынымкӀэ къагъэсэбэпу щытащ. Ар тегъэщӀапӀэ ищӀри, Гус адрейхэми яжриӀэ хъуащ, акъылкӀэ къэпщта Тхыгъэ ЛъапӀэм ит пэжыгъэхэрщ уи напэм унафэщӀу иӀэн хуейр жиӀэу, аращи, нэгъуэщӀ псалъэхэмкӀэ дгъэтэмэмынщи, пэжыгъэм ухуэзышэ гъуэгу пэжыр уэзыгъэлъагъур БиблиемкӀэ къыдэпсалъэ Тхьэм и закъуэщ, армыхъумэ, дин-лэжьакӀуэхэмкӀэ къэпсалъэ члисэркъым, жиӀэрт. GCKar 92.2
Зы зэман дэкӀри, Прагэ щекӀуэкӀа зэрызехьэр нэхъ тӀасхъэ щыхъум, Гус Вифлъеемскэ члисэм къигъэзэжащ, нэхъыбэжу егугъуу, нэхъ лӀыгъэ зэхилъхьэу Тхьэм и Псалъэр игъэӀун папщӀэ. Абы и бийхэр зэфӀэкӀ яӀэу лъэщхэт, ауэ пащтыхь гуащэри, уэркъхэм я нэхъыбэри, къанэ щымыӀэу зэрылъэпкъыуи абы и телъхьэт. Абы и гъэсэныгъэ къабзэр, купщӀафӀэр, абы и гъащӀэ щыпкъэр Римым и гъэсэныгъэ зэкӀуэкӀамрэ дин-лэжьакӀуэхэм я нэпсеягъэмрэ я цӀапӀагъэмрэ ирагъапщэурэ, куэдым Гус и лъэныкъуэгъуу щытыныр яфӀэлъапӀэт. GCKar 93.1
Алъандэрэ Гус дэлэжьэгъу иӀатэкъым, ауэ иджы Реформацэм къыгухьат Иероним, Англием щыщыӀам Уиклиф и гъэсэныгъэхэр къэзыщтар. Абдежым щыщӀэдзауэ а лӀитӀым я къекӀуэкӀыкӀар зэщхьщ, уеблэмэ, я лӀэкӀэри. Иероним зэчиишхуэ бгъэдэлът, ар икъукӀэ жьакӀуэу утыку щыпсалъэфт икӀи щӀэныгъэлӀт, цӀыхубэм пщӀэшхуэ къыхуащӀу, фӀыуэ къалъагъуу, ауэ Гус нэхъ зэпӀэзэрытт икӀи быдэт, дэчыхыгъуафӀэтэкъым. Зы щхьэкӀи мыгузавэу, акъылыфӀэу гупсысэф Гус, шхуэмылакӀэм хуэдэу къызэтриӀыгъэт зи хьэлыр пщтыр икӀи псынщӀэ Иероним. Ауэ чристэным хуэдэу и щхьэр игъэлъахъшэу, Иероним, и ныбжьэгъур къызэрефӀэкӀыр, езым нэхърэ Тхьэм зэрынэхъ пэгъунэгъур зэхищӀыкӀыу, Гус и чэнджэщхэм щӀэдэӀурт. А тӀум я лэжьыгъэмкӀэ Реформацэ Ӏуэхур псынщӀэу ипэкӀэ кӀуатэрт. GCKar 93.2
Тхьэм и нурымкӀэ къигъэнэхуат а лӀитӀым я акъылыр, Римым и щхьэрыуагъэ куэд къахузэӀуихри, ауэ абыхэм къаӀэрыхьатэкъым дунейм къытепсэн хуей нэхуу хъуар. А лӀыхэр къигъэсэбэпурэ Тхьэм лъэпкъхэр къыхишыжырт католицизмэм и кӀыфӀыгъэм, ауэ абыхэм къапэплъэрт мытӀасхъэу лъэпощхьэпо Ӏэджэ, арати, Тхьэм ахэр ишэрт хуэм-хуэмурэ, къагурыӀуэфынум хуэдиз къахузэӀуихыурэ. Ахэр хуэхьэзыртэкъым нэхур зэрыщыту къащтэным. А нэхур зы къэмынэу къатепсатэмэ, кӀыфӀыгъэм куэдрэ хэта цӀыхухэм хуэдэу, абыхэм яхуэшэчынутэкъым махуэ шэджагъуэм къэлыд дыгъэр. Аращи, Тхьэм и нэхур хуэм-хуэмурэ а лӀыхэм къахузэӀуихырт — цӀыхухэм къагурыӀуэфыным хуэдиз. ЛӀэщӀыгъуэ къэс Тхьэм хуэлажьэ цӀыху пэжхэр къэунэхуащ, лъэпкъхэр Реформацэ гъуэгум тету ипэкӀэ зыунэтӀахэр. GCKar 93.3
Члисэр зэгуэкӀыным къыпищэрт. Иджы папищым бжьыпэр яхузэрыгъэгъуэттэкъым, абыхэм я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэм чристэн дунейр ягъэнщӀат зэныкъуэкъуныгъэхэмрэ щӀэпхъаджагъэхэмкӀэ. Анафемэщ жаӀэу члисэм къызэрахахур яфӀэмащӀэ хъуауэ, папэхэм Ӏэщэр къагъэсэбэпыным хуэкӀуащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хущӀэкъут езым и дзэ зэхишэу, зэриузэдыным, арати, а Ӏуэхур ялэжьын папщӀэ зыхуэныкъуэ ахъшэр къагъуэтын щхьэкӀэ, дэнэкӀи щащэрт члисэм и тыгъэхэри, къулыкъухэри, нэфӀщыхуэныгъэхэри. Дин-лэжьакӀуэхэм я нэхъыщхьэхэм щапхъэ трахыурэ, симониери зауэ-банэри къагъэсэбэпырт, я тепщэныгъэр ягъэбыдэн, я бийхэр ягъэӀэсэн папщӀэ. Шынэ жыхуаӀэр имыщӀэу, кӀуэ пэтми нэхъ хъыжьэу Гус сэтей къищӀырт диныр къагъэсэбэпурэ цӀапӀагъэу ялэжь къомыр, арати, цӀыхухэм къимыкӀуэту ягъэкъуаншэрт римскэ иерархиер, чристэн дунейр щӀэзыгъэна насыпыншагъэхэмкӀэ. GCKar 94.1
Аргуэрым, къыпщыхъут Прагэ къалэр лъыпсае зауэ-банэм хуэкӀуэу. Пасэрей зэманми хуэдэу, Тхьэм и пщылӀыр ягъэкъуаншэрт «Израилыр Ӏэнкун ещӀыр” жаӀэу (еплъ 3 Цар. 18:17)! Папэ иджыри къалэм нэлат ирихащ, арати, аргуэру Гус къыщалъхуа къалэм игъэзэжащ. Апхуэдизу хуэпэжу, лӀыгъэ хэлъу, Вифлъеемскэ члисэм и кафедрэм къиӀукӀыу пэжыгъэр зыгъэӀуа макъыр зэпыуащ. Гус къыпэщылът трибунэ нэхъ лъагэжым тету, чристэн дуней псом захуигъазэу уаз итыну, пэжыгъэм зэрыхуэпэжыр и гъащӀэр зэритымкӀэ игъэлъэгъуэн ипэ. GCKar 94.2
Европэ псор зыгъэхыщӀэ уӀэгъэхэм еӀэзэн папщӀэ, Констанц къалэ Дунейпсо хасэр щызэхуэсащ. Ар зэхишащ зэныкъуэкъу папищым я зым — Иоанн ХХӀӀӀ-нэм, император Сигизмунд хигъэзыхьри. А зэманым щыӀа дин-лжьакӀуэхэми гуэныхьыщӀэ прелатхэми ягу иримыхь папэ Иоанн зыкӀи хуеятэкъым а хасэр зэхишэну. АрщхьэкӀэ, ар тегушхуэфакъым Сигизмунд и Ӏэмырым пэщӀэувэну. GCKar 94.3
А хасэм унафэ зытращӀэн хуей упщӀэ нэхъыщхьэхэм ящыщт: члисэр зэгуэкӀыныр къэгъэувыӀэныр икӀи ересхэм кӀэ етыныр. Адрей антипапитӀми ядэщӀыгъуу ирагъэблэгъат Ян Гуси, гъэсэныгъэщӀэр зыгъэӀу нэхъыщхьэм хуэдэу. Зи гугъу тщӀа папэхэм я лӀыкӀуэхэр къаутӀыпщри, езыхэр къэкӀуакъым я пщӀэр яфӀэкӀуэдынкӀэ шынэрти. Езым и жэрдэмкӀэ хасэр зэхишэу фэ зытезыгъауэ папэ Иоанн хуабжьу гузавэрт, абы императорым гурыщхъуэ хуищӀт, и тахътэм тридзыну зиущэхуауэ, ар тешыныхьт тиарэр зэригъэпуда бзаджагъэ псомкӀи, тиарэр къызыхуигъэнэн папщӀэ илэжьа щӀэпхъаджагъэ псомкӀи жэуап сагъэхьыжынкӀэ хъунущ жиӀэу. ИтӀанэми ар Констанц дыхьащ хуабжьу къулейуэ зэщыхуэпыкӀарэ зыкърихыу, къэралым и лӀыщхьэхэуи уэркъхэуи куэд дэщӀыгъуу. Дин-лэжьакӀуэ псори, къалэм и лӀыщхьэхэри цӀыху Ӏув къызэхуэсахэм яхэту абы къыпежьащ. Абы и щхьэм къыщхьэщытт дыщэм къыхэщӀыкӀа балдахиныр, судья нэхъыщхьиплӀым яхьу. Дин-лэжьакӀуэхэр япэ иту кӀуэрт, кардиналхэмрэ уэркъхэмрэ я щыгъын лъапӀэхэр нэм къыщӀэуэрт. GCKar 94.4
Абы хэту Констанц гъунэгъу къыхуэхъут нэгъуэщӀ гъэгурыкӀуи. Гус фӀы дыдэу щыгъуазэт шынагъуэу къыпэплъэхэм. Абы афӀэкӀа имылъагъужынухэм хуэдэу и ныбжьэгъухэм сэлам ярихыжат гъуэгуанэ теувэн ипэ, лъыгъажэ дин-лэжьакӀуэхэм псэдзыгъэ зэращӀынур и гум жиӀэу. Къэзыхъумэн грамотэ Богемскэ королым къритами, гъуэгу здытетым нэгъуэщӀ зы грамоти император Сигизмунд къыбгъэдэкӀыу къыӀэрыхьами, итӀанэми, абы лӀэныгъэм зыхуигъэхьэзырат. GCKar 95.1
Прагэ къыдэна и ныбжьэгъум хуитха письмом итт: «Си къуэшхэ... сэ сыкъэзыхъумэн щӀыхь тхылъ королым къызитауэ сожьэ, си бий кӀэуфӀыцӀ къомым саӀущӀэн папщӀэ... ауэ сэ Псори зылъэкӀ Тхьэм икӀи си КъегъэлакӀуэм сыщогугъ; сэ си фӀэщ мэхъу, Абы фи тхьэлъэӀу нэрыгъхэр зэхихыу и Ӏущыгъэмрэ и губзыгъагъэмрэ си Ӏум кърилъхьэну, си жагъуэгъухэм сапэщӀэтыфын папщӀэ; икӀи и Дух ЛъапӀэр къызитыну, пэжыгъэм быдэу сытетын папщӀэ икӀи сымышынэу гъэунэхуныгъэхэми, тутнакъми сыӀущӀэн папщӀэ, хуей хъумэ, гущӀэгъуншэ лӀэныгъэри къэсщтэфын папщӀэ. Хьиса Мэсихь гугъу зригъэхьащ фӀыуэ илъэгъуахэм папщӀэ, аращи, гъэщӀэгъуэнкъым абы щапхъэ къызэрытхуигъэнар, дыкъелын папщӀэ шыӀэныгъэ тхэлъу псори зэрытшэчыпхъэм теухуауэ. Ар — дэ ди Тхьэщ, дэ — Абы дыкъигъэщӀащ; Ар — ди Зиусхьэнщ, дэ — Абы дрипщылӀщ; Ар — дунейм и ЕгъэджакӀуэщ, дэ — уахъты зиӀэхэм дащыщщ, итӀанэми, Ар гугъу ехьащ! Сыт-тӀэ дэри гугъу зедгъэхь щӀэмыхъунур, гугъуехьхэм дыщӀагъэкъабзэкӀэ? Аращи, си ныбжьэгъу лъапӀэхэ, си лӀэныгъэм Ар игъэлъэпӀэнумэ, Тхьэ фысхуелъэӀу а зэманыр нэхъ псынщӀэу къэсыну икӀи Ар къыздэӀэпыкъуну, къыспэплъэ псори сыкъэмыскӀэу сшэчыфын папщӀэ. Аргуэру фи деж нэзгъэзэжыну Тхьэм и Ӏэмырмэ, абы щыгъуэми Тхьэ фысхуелъэӀу, гуэныхь сымыщӀауэ нэзгъэзэжыфын папщӀэ, зи гугъу сщӀыращи, Инджылым и зы пэжыгъи сымыбзыщӀауэ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ си къуэшхэм щапхъэ зытрахыфын Ӏуэхугъуэ къахуэзгъэнауэ. Дэ афӀэкӀа зэи Прагэ дыщызэхуэзэжыну къыщӀэкӀынкъым, ауэ Псори зылъэкӀ Тхьэм и ӀэмыркӀэ нызигъэгъэзэж хъумэ, абы щыгъуэм дызэгъусэу нэхъыбэжу лӀыгъэ зыхэтлъхьэнщи, нэхъыбэжу Тхьэр фӀыуэ зэрытлъагъунымкӀэ, и Унафэр зэрызэдгъэщӀэнымкӀэ дефӀэкӀуэнщ». GCKar 95.2
НэгъуэщӀ письмом, Инджылым и егъэджакӀуэ хъуа динлэжьакӀуэ гуэрым хуитхам, Гус хуабжьу и щхьэр игъэлъахъшэу, и щыуагъэхэм теухуауэ щитхыжащ, зигъэкъуэншэжу, «ифӀэфӀыпсу щыгъын лъапӀэхэр зэрихьэу зэрыщытамкӀэ икӀи купщӀэншэу сыхьэт куэд зэштегъэупӀэу зэригъэкӀуамкӀэ”. ИтӀанэ абы мыпхуэдэ гущӀыхьэ ущие дыщӀегъу: «Хэхъуэхэмрэ мылъкумрэ мыхъуу, Тхьэр бгъэлъэпӀэнымрэ цӀыхухэр къебгъэлынымрэ теухуауэ щрет уи акъылыр. Уи гум нэхърэ нэхъыбэу уи унэр гъэщӀэрэщӀэным зыщыхъумэ, псом я щхьэу хущӀэкъу Тхьэм гъунэгъу узэрыхуэхъуным. ПщӀэ-нэмыс яхуэпщӀу, Ӏэдэбагъ пхэлъу тхьэмыщкӀэхэм фӀыуэ яхущыт икӀи ахъшэр зыгъэтхъэжынкӀэ умыгъэкӀуэд. Уи гъащӀэр умыхъуэжмэ, егъэлеиныгъэхэм зыщумыхъумэмэ, сэр хуэдэу хуабжьу гугъу уехьыжынкӀэ сошынэ... Уэ ущыгъуазэщ си гъэсэныгъэм, уи сабиигъуэм щыщӀэдзауэ узущиящи, аращи, сэ лейуэ къызолъытэ аргуэру абы теухуауэ ныпхуэстхыныр. Тхьэм и гущӀэгъум и хьэтыркӀэ сынолъэӀу — щӀыхь зэзгъэгъуэтыным къыхэкӀкӀэ, злэжьа си щыуагъэхэм ящыщ зыри умыщӀэ». Конвертым абы тритхэжат: «Хуабжьу сынолъэӀу, си ныбжьэгъу, мыр къызэтумых, си лӀэныгъэм теухуауэ хъыбар пэж къыпӀэрымыхьауэ». GCKar 96.1
И гъуэгум Гус щрихьэлӀэрт и гъэсэныгъэм зэрызиубгъуам и щыхьэтхэм, абы и Ӏуэхум гулъытэшхуэ зэрыхуащӀыр илъагъурт. ЦӀыхухэр Ӏуву къызэхуэсырт ирагъэблагъэу, зы щӀыпӀэхэми къалэ лӀыщхьэхэм гъусэ зыкъыщыхуащӀхэрти, уэрамхэм и гъусэу ирикӀуэрт. GCKar 96.2
Констанц къэса нэужь, Гус хуитыныгъэ нэс иратат. Къэзыхъумэну грамотэу пащтыхьым къритам иджыри папэм езым и грамоти дыщӀигъужат, и жьауэм щӀигъэтыну къигъэгугъэу. Ауэ, мызэ-мытӀэу апхуэдэу къагъэгугъа щхьэкӀэ, папэмрэ кардиналхэмрэ я унафэкӀэ реформаторыр яубыдри, щӀыунэ гущыкӀыгъуэм ирадзащ. ИужькӀэ ар мывэ къалэм, Рейн псыхъуэм и адрыщӀымкӀэ щыӀэм, яшэри, абы гъэру щаӀыгъащ. Ауэ папэм щэхурыпхъуэу илэжьа а Ӏуэхум фейдэ щӀагъуэ къыхухэкӀакъым, щӀэх дыдэ езыри а лъэхъуэщым гъэру ираубыдащ. УкӀыгъэхэм, симониехэм, зинэ щӀагъэхэм я мызакъуэу ар щӀэпхъаджагъэ нэхъ икӀагъэ дыдэхэмкӀи ягъэкъуэншат — «псалъэкӀэ жыпӀэну емыкӀухэмкӀэ”. Хасэр папэ Иоанн зэрыкъуаншэм щыхьэт техъуэри, икӀэм-икӀэжым, абы тиарэр къыӀэщӀахри лъэхъуэщым ирадзащ. Антипапэхэри апхуэдэ къабзэу традзри, папэщӀэ хахащ. GCKar 96.3
Реформэ егъэкӀуэкӀын зэрыхуейр къигъэлъагъуэу, Гус дин-лэжьакӀуэхэр зэгуэрым зэригъэкъуэнша щӀэпхъаджагъэхэм нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыкӀэ езы папэм илэжьа пэт, итӀанэми, а папэр тезыдза хасэм тригъэчыныхьырт реформаторри бгъэпсэу мыхъуну. Гус зэраубыдам щхьэкӀэ губжьауэ Богемием куэд къызэщӀэхъеят. Пщы лъэщхэм хасэм хурагъэхьат апхуэдэ лейзехьэ зэращӀам щхьэкӀэ къазэрыхуэмыарэзыхэм, къазэрыхуамыдэным и дэфтэрхэр. И грамотэ къыпрагъэхам, зэбэкъуам щхьэкӀэ зихъунщӀэу, королри Гус къыщхьэщыжырт. АрщхьэкӀэ, реформаторым и бийхэр губжьат икӀи къикӀуэтхэртэкъым. Абыхэм императорым и предрассудкэхэр, суевернэу зэрыщытыр, Члисэм зэрыхуэпэжыр къагъэсэбэпащ. Арати, щхьэусыгъуэ куэд къагупсысащ, абы и фӀэщ ящӀын папщӀэ: «Ӏэмалыншэу щыткъым еретикхэм, ересь къызыбгъэдэкӀыу гурыщхъуэ зыхуащӀхэм уахуэпэжыныр, пщыхэм я грамотэ къэзыхъумэн хуейхэр яӀэщӀэлъми», — жаӀэри. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абыхэм текӀуэныгъэр къахьащ. GCKar 96.4
Лъэхъуэщымрэ узымрэ къарууншэ ящӀауэ (лъэхъуэщым щӀэт мэ Ӏеймрэ хьэуа хьэлъэмрэ абы плъыржьэрыр къыхуигъакӀуэурэ зэхиукӀат, щӀы фӀыцӀэм щӀигъэхьэнми тӀэкӀут къэнэжар) Гус хасэм къашащ. Ӏэхъулъэхъухэр илъу и пащхьэ итт ар императорым, зи псалъэр, зи щӀыхьыр ар къихъумэным шэсыпӀэ хуэзыщӀам. Зэман кӀыхькӀэ къеӀурыупщӀыхьу здаӀыгъам, къэмылэнджэжу абы пэжыгъэр къыжиӀащ икӀи члисэми къэралми и лӀыщхьэхэу абдежым къызэхуэсахэм я пащхьэ къэмыскӀэу, лӀыгъэ хэлъу члисэ иерархием я гуэныхьыщӀагъэр къыщыщӀигъэщащ. И псалъэхэм хущӀрагъэгъуэжын щхьэкӀэ, и фӀэщхъуныгъэр къигъэнэну е лӀэныгъэр къихыхыну щыхагъадэм, — абы хьэзаб зыпылъ лӀэныгъэр къыхихащ. GCKar 97.1
Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр абы къыдэӀэпыкъурт. УкӀыгъэр къытращӀэным пэплъэу, гугъу ехьу ирихьэкӀа тхьэмахуэхэм я кӀыхьагъкӀэ, уафэ мамырыр абы и гум щызащ. «Сэ мы письмор нызогъэхь, — хуитхырт абы и ныбжьэгъум, — тутнакъым сису, лъэхъухэр силъу, пщэдей си укӀыр зэращӀэным сежьэу... Хьиса Мэсихь и фӀыщӀэкӀэ уафэ псэупӀэ гъуэзэджэм дыщызэхуэзэмэ, уэ къэпщӀэнущ, гущӀэгъулы Зиусхьэныр къызэрыздэӀэпыкъуар, гъуэзэджэу зыкъызэрысщӀигъэкъуар гъэунэхуныгъэхэм сыщыхэтым, судыщӀэхэм я пащхьэ сыщитым”. GCKar 97.2
Лъэхъуэщ кӀыфӀым здисым, Гус илъагъурт дин пэжым и текӀуэныгъэр. Зэгуэрым и нэгу щӀэкӀа пщӀыхьэпӀэр абы хуабжьу игу къеуат: ар епщӀыхьат Прагэ къалэ, Инджылым теухуа уазхэр щыжиӀэу щытам, члисэ блынджабэм трищӀыхьа Мэсихь и сурэтхэр папэмрэ щихънагъхэмрэ трагъэкӀыжауэ. Ауэ къыкӀэлъыкӀуэ махуэм абы нэгъуэщӀ пщӀыхьэпӀи елъагъу: и бийхэм трагъэкӀыжахэр сурэтыщӀ куэдыкӀейм шэкъэ нэхъ наӀуэхэмкӀэ тращӀыхьыжу. Я лэжьыгъэр щаухым, а сурэтыщӀхэм, цӀыху Ӏувым зыхуагъазэри макъышхуэкӀэ къыжаӀащ: «КърекӀуэ иджы папэ и щихънагъхэр щӀыгъуу, афӀэкӀа абыхэм ялъэкӀынкъым мы сурэтхэр трагъэкӀыжын!” А пщӀыхьэпӀэр иӀуэтэжа нэужь, реформаторым жиӀащ: «Сэ быдэу си фӀэщ мэхъу Мэсихь и образыр зэи трамыгъэкӀыжыфыну. Абыхэм я мурадщ Ар ягъэкӀуэдыну, ауэ Ар аргуэрым цӀыхухэм я гум къыщагъэщӀэрэщӀэжынущ сэр нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщ уазтакӀуэхэм”. GCKar 97.3
Иужь дыдэу Гус хасэм къашащ. Ар зэӀущӀэ ин дыдэт икӀи къулей теплъэ зиӀэт: императорыр, къэралым и лӀыщхьэхэр, королхэм я лӀыкӀуэхэр, кардиналхэр, щихънагъхэри дин-лэжьакӀуэхэри, гъэщӀэгъуэн къэзылъагъуну хуей цӀыху гупышхуэхэри. Чристэн къэрал псоми къикӀауэ, мыбдежым щызэхуэсат динымкӀэ щхьэхуитыныгъэм щӀэбэну къекӀуэкӀа зэман кӀыхьым япэу псэдзыгъэшхуэ ящӀым и щыхьэтхэу. GCKar 98.1
Иужь псалъэ жиӀэну Гус хуит щащӀым, абы аргуэру хущӀегъуэжын идакъым и гъэсэныгъэхэми къахутекӀакъым икӀи, къэзыхъумэну къэзыгъэгугъэу емыкӀушхуэу и псалъэм епцӀыжа монархым зыхуигъазэри, и нэм щӀэплъэу жиӀащ: сэ зыми сыхимыгъэзыхьу сыкъэкӀуащ мы хасэм, мыбдежым щӀэс императорым сыкъихъумэну Тхьэ къысхуиӀуэри». Абдежым псоми я нэхэр къыщыхуагъазэм, Сигизмунд занщӀэу цӀыплъ къэхъуащ. GCKar 98.2
Гус укӀ хуэфащэу унафэ къащтащ, арати, а тезырыр зэрагъэзэщӀэным пэрыхьахэщ. Щихънагъхэм гъэру къаӀэщӀыхьам дин-лэжьакӀуэм и абэр щытраупхъуэм, абы къажриӀащ мыпхуэдэу: «Ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихьи щыгъын хужьхэр щӀэнакӀэу траупхъуат, Ирод Ар Пилат и деж иригъэшэн ипэ». Иджыри зэ Гус хущӀегъуэжыну Ӏэмал иратат, ауэ абы цӀыхубэм захуигъазэри и жэуапыр къыжиӀащ: «Сыт напэр сиӀэу Уафэм сызэрыдэплъеинур итӀанэ? Сыт яжэсӀэнур итӀанэ, Инджыл пэжыр зыхуэсӀуэтахэм? Хьэуэ, сэ ахэр къелыныр нэхъ сфӀэлъапӀэщ, нобэ ажалым иратыну мы си Ӏэпкълъэпкъ фыжынум нэхърэ». Арыххэти, абы къыщахыжын щӀадзащ дин-лэжьакӀуэм и щыгъыну къыщатӀэгъахэр, а Ӏуэхум хэта щихънагъ дэтхэнэми нэлат хужиӀэт щыгъыну абы къыщахыжу хъуам. ИкӀэм-икӀэжым, абы тхылъымпӀэм къыхэщӀыкӀауэ пирамидэ теплъэ зиӀэу щыт митрэ и щхьэм къыщатӀэгъащ, шейтӀан сурэт шынагъуэхэр зытещӀыхьар икӀи нэм къыщӀэуэу тхыгъэ зытетар: «Еретик тхьэгъэпцӀщ”, — жиӀэу. «Напэтех тажыр сыгуфӀэжу щыстӀэгъэнщ уэр папщӀэ, си Мэсихь, — жиӀащ Гус, — Уэ Езым сэр папщӀэ банэм къыхэщӀыкӀа тажыр пщыгъащ». GCKar 98.3
ИтӀанэ къыжаӀащ прелатхэм: «Иджы уи псэр шейтӀаным идот”. «АтӀэ сэ, — къыжиӀащ Гус, — си духыр уэ пӀэщӀызолъхьэр, си Зиусхьэн Мэсихь, Уэ сыкъэпщэхужащи». GCKar 99.1
Абы иужькӀэ къэрал къулыкъущӀэхэр а Ӏуэхум къыхыхьэри, и укӀыр щащӀэну щӀыпӀэм ар яшащ. Пхуэмыбжыну цӀыху Ӏув кӀэлъыкӀуащ абы: щэ бжыгъэ зауэлӀхэр, щыгъын къулейхэр зыщыгъ дин-лэжьакӀуэхэри, щихънагъхэри, Констанц къалэ дэсхэри. Пкъом ирапхауэ мафӀэр щӀагъэнэн фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыри къыщымынэжым, иджыри зэ зыкъыхуагъэзащ абы, уи щхьэрыуагъэхэм хущӀегъуэжи, зыкъегъэл жаӀэу. «Сыт хуэдэ щхьэрыуагъэ сызыхущӀегъуэжын хуейр, — къеупщӀащ абыхэм Гус? Лажьэ лъэпкъ сиӀэу къысхуэлъагъукъым. Тхьэр си щыхьэт хъуну солъэӀу — стха псомкӀи, уазу жысӀа псомкӀи мураду сиӀар цӀыхухэр я гуэныхьхэмрэ игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынымрэ къезгъэлынырт, икӀи цӀыхухэр зыхуезгъэджа пэжыгъэм сыгуфӀэжу Си ЛъымкӀэ щыхьэт сытохъуэжыр». Зэрыщыту мафӀэм къыщаухъуреихьым, абы уэрэд лъапӀэ жиӀэн щӀидзащ: «Даут и Къуэ Хьиса, гущӀэгъу къысхуэщӀ”, — жиӀэу, икӀи и уэрэдыр зэпыуакъым и макъыр игъащӀэкӀэ зэпымыуху. GCKar 99.2
Уеблэмэ, Гус и бийхэми яфӀэтелъыджэт абы лӀыгъэу зэрихьар. Папист ерыщ гуэрым, Гусрэ, Гус иужькӀэ щӀэх дыдэу ягъэкӀуэда Иеронимрэ я хьэзаб лӀэныгъэм и гугъу щищӀыжым, мыпхуэдэу жиӀащ: «ХьэгъуэлӀыгъуэм хуэдэу, мафӀэм зыхуагъэхьэзырауэ, абыхэм лӀыгъэ яхэлъу ирахьэкӀащ я иужь сыхьэтыр. Узым и кӀий макъыу зыри къажьэдэӀукӀакъым. МафӀэ бзийхэм зыкъыщаӀэтым, уэрэд лъапӀэхэр жаӀэн щӀадзэри, уеблэмэ, мафӀэ гуащӀэми зэуэ кӀэ хуетакъым абыхэм я уэрэдым». GCKar 99.3
Узижэгъуэн мафӀэм Гус и Ӏэпкълъэпкъыр щызыӀэрилъхьэм, абы и сахуэр, щӀыри дэщӀыгъуу зэхуахьэсри, Рейн псым хадзэжащ, адэкӀэ псышхуэм ар тенджызым хихьащ. Гус щӀэзыхуахэм алейуэ зыкъагъэпцӀэжт, абы игъэӀуу щыта пэжыгъэхэр ягъэкӀуэдыжын ялъэкӀа я гугъэу. Абыхэм я нэгу къыщӀагъэхьэфынутэкъым, а махуэм псым хадза сахуэхэр, жылэхэм хуэдэу, щӀым и къуапэ дэтхэнэми нэсу, хэку пхыдзахэми нэгъунэ бэву къызэрыщыкӀынур — пэжыгъэм и щыхьэтхэр зэрыбэгъуэнур. Констанц къалэ хасэр щекӀуэкӀа пэшышхуэм Инджылым щыхьэт щытехъуэу къыщыӀуа макъым и джэрпэджэжыр къэкӀуэну лӀэщӀыгъуэ псоми щызэхахынущ. Гус щыӀэжкъым, ауэ абы и псэр щӀита пэжыгъэр зэи кӀуэдыжынукъым. Абы и фӀэщхъуныгъэмрэ и быдагъэмрэ щапхъэ яхуэхъуащ хьэзабрэ лӀэныгъэкӀэ ягъэшынэ щхьэкӀэ къимыкӀуэту пэжыгъэр зыхъума куэдым. Гус укӀ тралъхьэу щагъэкъуаншэм, дуней псом къалъэгъуащ Римыр емынэрылъхуу зэрытхьэгъэпцӀыр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ пэжыгъэм и бийхэм, къагурымыӀуэжами, езыхэм зрагъэубгъурт алейуэ ягъэкӀуэдыну зыпылъа идеехэм. GCKar 99.4
Ауэ щӀэх дыдэу Констанц къалэм иджыри зы хьэзаб пкъо щагъэуващ. Лажьэ зимыӀэу иджыри гугъуехь зрагъэшэчыну зы цӀыху, и лъымкӀэ щыхьэт техъуэн хуейт пэжыгъэм. Иероним, Гус щежьэм щыгъуэ сэлам здрихыжым, игу къигъэкӀыжу жриӀат лӀыгъэ зыхилъхьэу быдэу зиӀыгъын зэрыхуейр, шынагъуэкъыщхьэщыхьэ хъумэ, къыдэӀэпыкъуну къэкӀуэну къигъэгугъэу. Реформаторыр тутнакъым ирадзауэ щызэхихым, еджакӀуэ пэжым зимыӀэжьэу зигъэхьэзыращ ита псалъэхэр зэригъэзэщӀэным. Къэзыхъумэн грамотэ лъэпкъи ӀэщӀэмылъу, и ныбжьэгъу закъуэм фӀэкӀаи дэщӀымыгъуу, Иероним гъуэгуанэ теуващ. А щӀыпӀэм щынэсым, абы къилъэгъуащ, езыми шынагъэ къыщхьэщыхьа фӀэкӀа, Гус къаутӀыпщыжын папщӀэ зыри зэрыхуэмыщӀэнур. Къалэр ибгынэу щӀэпхъуэжыну хэтат ар, арщхьэкӀэ, къаубыдащ. Ӏэхъулъэхъухэр илъу Констанц яшащ ар, зауэлӀ гупым къахъумэу. Хасэм и пащхьэ иту, зэрагъэкъуаншэхэм теухуауэ жэуап итыну яужь щихьэм, ямыгъэпсалъэу абы щӀэсхэр зэрыгъэкӀиящ: «МафӀэм хэдзэн хуейщ ар, мафӀэм! — жаӀэу. Иероним тутнакъым ирадзэри, быдэ Ӏейуэ Ӏэпхлъэпх ящӀащ, пхуэмышэчын жыхуаӀэ узхэр зыхищӀэу, икӀи щӀакхъуэрэ псырэ фӀэкӀа къратыртэкъым. ГущӀэгъуншэу зэрагъэтӀысрэ мазэ зытӀущ дэкӀауэ, Иероним хуабжьу сымаджэ хъури, тутнакъым щылажьэхэр абы апхуэдизу гущӀэгъуншэ дыдэу къыхущытын щагъэтыжащ, лӀэныгъэм мыр къытӀэщӀихынкӀэ хъунущ жаӀэри. Дауэ мыхъуми, ар илъэс нэблагъэ зэманкӀэ тутнакъым щаӀыгъащ. GCKar 100.1
Гус и лӀэныгъэм папистхэр зэрыщыгугъар къахуищӀакъым. Къэзыхъумэн грамотэр зэракъутам мыарэзыныгъэ куэд къыхэкӀащ. Арати, хасэм къыгурыӀуащ, Иероним мафӀэм хидзэ нэхърэ дапхуэдэ щӀыкӀэми хущӀрагъэгъуэжмэ езыхэм я дежкӀэ зэрынэхъыфӀыр. Ар я зэӀущӀэм къашэри, хущӀегъуэж жаӀэри хагъэзыхьащ, армыхъумэ, улӀэныр къыхэх жаӀэу. Тутнакъым щрадзагъащӀэм лӀэныгъэм щӀэхъуэпст Иероним, абы ишэч гугъуехь къомыр имышэчын папщӀэ, ауэ иджы узымрэ цӀыхугъэншэу къызэрыхущытхэмрэ хагъэщӀауэ, шынэмрэ шэч къытехьэнымрэ зэщхьэщахуауэ, и ныбжьэгъухэм япэӀэщӀэу, Гус и лӀэныгъэм игъэшынауэ, Иероним лӀыгъэр фӀэкӀуэдри, хасэм едэӀуэну мурад ищӀащ. Абы тхьэрыӀуэ итащ католическэ диным тетыну икӀи Уиклифрэ Гусрэ я гъэсэныгъэхэр хасэм зэрагъэкъуэншар захуагъэу арэзы техъуащ, дауэ мыхъуми абыхэм зыхурагъэджа «пэжыгъэ лъапӀэхэм” къищынэмыщӀа. GCKar 100.2
Апхуэдэ бзаджагъэ хуекӀуат Иероним и напэр къемыныкъуэкъужын и гугъэу, къыпэплъэ ажалым фӀэкӀыфын и гугъэу. Ауэ и закъуэ хъужа нэужь, ищӀар зищӀысыр къыгурыӀуэжащ. Абы игу къигъэкӀыжащ Гус и лӀыгъэри и пэжагъри, икӀи абы и щытыкӀам зригъапщэурэ къилъагъужащ езыр пэжыгъэм зэрепцӀыжар. Иероним егупсыст и Тхьэу и ЕгъэджакӀуэм, зыхуэлэжьэну къигъэгугъам икӀи Иероним щхьэкӀэ жорым кӀэрылъу зи гъащӀэр Зытам. Пэжыгъэм емыпцӀыж щӀыкӀэ, абы дапхуэдиз гугъуехь имышэчами, Тхьэм и гъэгугъэныгъэ гущӀэгъу зыхэлъхэм гупсэхугъуэ щигъуэту, ахэр щӀэгъэкъуэн хуэхъуат, ауэ иджы и напэр сырэ шэч къытрихьэу и псэр хьэзабым хэкӀыртэкъым. Абы ищӀэрт иджыри пэжыгъэ куэдым епцӀыжын зэрыхуейр, Римым гурыӀуэжын ипэ. Ар зытехьа гъуэгум зыхуишэнур дин пэжым уепцӀыжыпэнырт. Арати, абы быдэу мурад ищӀащ зэман кӀэщӀкӀэ гугъуехь ишэчыным зыкъригъэлыным и хьэтыркӀэ, Тхьэм емыпцӀыжыну. GCKar 101.1
Куэд дэмыкӀыу ар аргуэру хасэм къашащ. Ар къазэредэӀуам арэзы ищӀатэкъым судыщӀэхэр. Гус и лӀэныгъэм къызэщӀигъэплъауэ, ахэр иджыри нэгъуэщӀ псэдзыгъэ зэращӀыным щӀэхъуэпсхэрт. Пэжыгъэм епцӀыжыпэнымкӀэт Иероним лӀэныгъэм зыкъызэригъэлыфынур. Ауэ абы мурад ищӀащ и фӀэщхъуныгъэр имыбзыщӀыну икӀи хьэзабыр зрагъэшэча и къуэшым и ужь иту мафӀэм хыхьэну. GCKar 101.2
Япэм зэрыхущӀегъуэжар зэрыщыуагъэр къыжиӀэри, укӀ зытращӀэну цӀыхум хуэдэу къахуигъэуващ, езыр и щхьэм къыщхьэщыжыну хуит къащӀыну. Абы жиӀэну псалъэхэм къару зэрыщӀэлъынум щышынэри, прелатхэм ар хагъэзыхьын щӀадзащ, ар зэрагъэкъуаншэ псор зэрызахуагъэм теухуауэ е пэжщ е пцӀыщ жиӀэн къудейуэ. Иероним идакъым апхуэдэ гущӀэгъуншагъэр икӀи мызахуагъэр. «Махуэ 340-кӀэ фэ щӀы щӀагъ узижэгъуэным сыщыфӀыгъащ — яжриӀащ абыхэм, — зыри сыхуимыту, фӀеигъэм, бамэм сыхэсу сыпсэууэ; итӀанэ, фэ мыбдеж сыкъэфшащи, си бий кӀэуфӀыцӀхэм факъыдэщӀу, сывгъэпсэлъэн вдэкъым... ИпэжыпӀэкӀэ фыӀущмэ, дунейм фаринэхуу фыщытыну фыхуеймэ, захуагъэм теухуауэ гуэныхь зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Сэ стеухуауэ жысӀэнщи, сэ уахъты зиӀэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, си гъащӀэри зыри ищӀыскъым, къуаншагъэкӀэ хьэкум къыстефщӀэным фыщысхъумэ щхьэкӀэ, ар щӀэсщӀэр нэхъыбэу фэращ, армыхъумэ, си щхьэм щхьэкӀэкъым». GCKar 101.3
ИкӀэм-икӀэжым, абы и лъэӀур къыхуащӀащ. СудыщӀэхэм ялъагъуу, Иероним лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ, Дух ЛъапӀэм абы и гупсысэхэри и псалъэхэри хуиузэщӀыну, пэжыгъэм къемызэгъ, ЕгъэджакӀуэми хуэмыфэщэн псалъэ къыжьэдэмыкӀын папщӀэ. А махуэм абы и гъащӀэм къыщыхъуащ Тхьэм и гъэгугъэныгъэу япэ гъэсэнхэм яритауэ щытар: «Си Ӏумэтым фызэритым щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэми пащтыхьхэми я пащхьэм фрашэнущ... Судым фыщраджэкӀэ, “Сыт жытӀэнур?” е “Дауэ зэрыжытӀэнур” — жыфӀэу, фымыгузавэ. Псори асыхьэтым Тхьэм къывжьэдилъхьэнущ. Фэракъым жызыӀэнур, атӀэ фи Адэм и Духыр фэркӀэ псэлъэнущ” (Мф. 10:18-20). GCKar 102.1
Иероним и псалъэхэр ягъэщӀагъуэт, яфӀэгъуэзэджэт, уеблэмэ, и бийхэм ящыщхэми. Илъэс нейм и кӀыхьагъкӀэ ар щӀыунэм щаӀыгъат, еджэну, уеблэмэ, Тхьэм къигъэщӀа нэхур илъагъуну Ӏэмал имыӀэу, пхуэмыӀуэтэн гугъуехьхэр и ӀэпкълъэпкъкӀэ ишэчрэ и гупсэри зэхэзехуэн ящӀауэ. Ауэ а къомми емылъытауэ, абы къихьырт къару зыщӀэлъ щыхьэт пыухыкӀахэр, алъандэм зигъэхьэзыру, щӀэныгъэ зригъэгъуэту абы хуеджа хуэдэ. Иероним абыхэм гу лъаригъэтащ япэм псэуа хъыбарыфӀзехьэ куэдым, судыщӀэ хьилэшыхэм укӀ зытралъхьахэм. Къанэ щымыӀэу лӀэщӀыгъуэ къэс щыӀащ цӀыхухэр, я зэманым псэухэр фӀым хуэзыузэщӀыну хущӀэкъуахэр, ауэ нэлат ирахыурэ цӀыхухэм къызэхахурт ахэр, атӀэми зэман гуэр зэрыдэкӀыу пщӀэрэ щӀыхькӀэ яӀэтыжхэрт. Уеблэмэ, гуэныхьлы судыщӀэхэм Езы Мэсихьи укӀ тралъхьауэ щытащ, бзаджащӀэм хуэдэу. GCKar 102.2
Япэм, пэжыгъэм щепцӀыжам щыгъуэ, Иероним арэзы техъуат, Гус ягъэкъуаншэу тралъхьа тезырым, ауэ иджы псоми къалъагъуу ар хущӀегъуэжащ абы щыгъуэ жиӀауэ щыта псалъэхэм, икӀи къыжиӀащ хьэзаб зрагъэшэчам лажьи-хъати зэримыӀар. «СызэрыцӀыкӀу лъандэрэ сцӀыхут ар, — жиӀащ абы. ИкъукӀэ щэджащэу, захуащӀэу, цӀыху нэгъэсат ар; лажьэ лъэпкъ имыӀа пэтми, итӀанэми, ягъэкъуаншэри укӀ тращӀащ... сэ стеухуауэ жысӀэнщи, сылӀэнуи сыхьэзырщ, сыкъикӀуэтынукъым си бийхэмрэ щыхьэт нэпцӀ техъуэхэмрэ къысхуагъэхьэзыра хьэзабхэм щхьэкӀэ. Ауэ, зэгуэрым абыхэм жэуап яхьыжыну къапэщылъщ, зыми къимыгъэпцӀэфыну Тхьэм и пащхьэм пцӀыуэ щаупсам кърикӀуэу”. GCKar 102.3
Пэжыгъэм зэрепцӀыжауэ щытам щхьэкӀэ зигъэкъуэншэжу, Иероним адэкӀэ къыпищащ: «Си цӀыкӀущхьэ щыщӀэдзауэ гуэныхьу сщӀауэ хъуам, ящыщ зыми апхуэдизу сигъэукӀытэжакъым, апхуэдизу сигъэнэщхъеижу хьэзабыр сигъэшэчакъым, мис мы псэзэпылъхьэпӀэ щӀыпӀэм деж щызлэжьа гуэныхьым хуэдэу, Уиклифрэ хьэзаб лӀэныгъэкӀэ дунейм ехыжа си ныбжьэгъу икӀи си егъэджакӀуэ Ян Гус цӀыху щихъымрэ хабзэншэу тращӀа хьэкумым арэзы сыщытехъуам щыгъуэ. Пэжщ, сигу псом къыбгъэдэкӀыу сыхущӀогъуэж си гуэныхьым икӀи хьэдэгъуэдахэ сщӀамкӀэ зызоумысыж ... лӀэныгъэм сыщышынати арат сэ абыхэм я гъэсэныгъэр щӀэзгъэкъуэншар. Сэ хуабжьу солъэӀу... Тхьэуэ Лъэщым си гуэныхьхэр къысхуигъэгъуну, псом хуэмыдэу а си иужьрей гуэныхьым щхьэкӀэ, адрей псом нэхърэ нэхъ гущыкӀыгъуэм щхьэкӀэ. СудыщӀэхэм я дежкӀэ и Ӏэр ишийри, абы лӀыгъэ зыхэлъ макъкӀэ къыжиӀащ: «Фэ Уиклифи Ян Гуси хьэкум щӀытефщӀар абыхэм Члисэм и гъэсэныгъэхэр ягъэпудауэ аратэкъым, атӀэ дин-лэжьакӀуэхэм ялэжь емыкӀушхуэхэр къыщӀагъэщырти аращ; нэпсеягъэр, пагагъэр икӀи прелатхэмрэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ я гуэныхь къомыр. Абыхэм зи гугъу ящӀа псори мыпэжу пхужыӀэнукъым икӀи сэ сраакъылэгъущ абыхэм”. GCKar 102.4
Абы и псалъэр зэпаудащ. Прелатхэр губжьым къызэщӀигъэплъауэ кӀийхэрт: «Сыт хуэдэ щыхьэтыгъэ иджыри дызыхуейр? Ди пащхьэ итыр еретик фасикъщ!» — жаӀэу. GCKar 103.1
Зы цӀыкӀу мыпӀейтейуэ, сабырыбзэу Иероним ину къэпсалъащ: «СылӀэн сышынэ фи гугъэу ара? Фэ илъэс нейм и кӀыхьагъкӀэ щӀыунэ шынагъуэм, лӀэныгъэм нэхърэ нэхъыкӀэм сыщыфӀыгъащ. Тыркухэм, иудейхэм е мажусийхэм зэрахущытым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ фыкъысхущытащ; си Ӏэпкълъэпкъыр сызэрыпсэууэ си къупщхьэм тевгъэфыхьащ, итӀани, сытхьэусыхэркъым, тхьэусыхафэм гурэ псэрэ зиӀэ цӀыхур егъэпудри; ауэ сэ сымыгъэщӀагъуэу схуэшэчкъым чристэным апхуэдэу цӀыхугъэншагъэу фызэрыхущытыр”. GCKar 103.2
Аргуэрым цӀыхухэр мыарэзыуэ къызэщӀэващ, арыххэти, Иероним тутнакъым яшэжащ. АрщхьэкӀэ, абдежым щӀэсахэм къахэкӀащ, Иероним и псалъэхэр зи гум хыхьахэр — ахэр хуейт ар кърагъэлыну. Иероним къыкӀэлъыкӀуащ Члисэм щыщ лӀыщхьэ цӀэрыӀуэхэм ящыщхэр, ар хасэм едэӀуэну къытрагъэхьэфын я гугъэу. Римым пэщӀэувэн щигъэтмэ, дуней фӀыгъуэ Ӏэджэ къыпэкӀуэну къагъэгугъэу. Ауэ дунейм щӀыхьу иӀэр къызыхуагъэлъэгъуа ЕгъэджэкӀуэм хуэдэу, Иероним зыкӀи дашэхыфакъым. GCKar 103.3
«Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ сывгъэлъагъу сызэрыщхьэрыуэр, — жиӀэрт абы, — итӀанэ, сыкъикӀуэтыжынщ». GCKar 103.4
«Сыт Тхыгъэ ЛъапӀэ! — къэкӀиящ гъэӀулакӀуэхэм ящыщ зы. — Сыт иджы, ар псоми пщалъэ яхуэхъун хуейуэ ара? Ауэ хэт ар Члисэм зэхэщӀыкӀыгъуэ имыщӀмэ къызыгурыӀуэфынур?” GCKar 103.5
«АтӀэ цӀыхухэм къагупсыса хабзэхэм дзыхь нэхъ егъэзыпхъэу ара, ди КъегъэлакӀуэм и Инджылым нэхърэ? — итыжащ жэуап Иероним. — Павел къыхуриджакъым фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр цӀыху хэм къагупсыса хабзэхэм едэӀуэну, ауэ, яжриӀэрт абыхэм: “Тхыгъэ ЛъапӀэр вджы”, — жиӀэу”. GCKar 103.6
«Уеретикщ! — къэӀужащ жэуап. Алейуэ апхуэдиз зэман птезгъэкӀуадэу сынолъэӀуащ. Узэрыслъагъущи, уэ шейтӀан пхэсщ”. GCKar 104.1
Мыгувэу укӀкӀэ хьэкум къытращӀэри, арыххэти, Гус и гъащӀэр щрагъэуха щӀыпӀэ дыдэм ирашэлӀащ Иероним. Гъуэгум здытетым, абы уэрэд лъапӀэхэр жиӀащ икӀи абы и нэгум нурыр къыщхьэщихыу гуфӀэгъуэрэ мамырыгъэрэ къищырт. Абы и нэплъэгъуэм щӀэтыр Мэсихьт икӀи лӀэныгъэр абы дежкӀэ шынагъуэжтэкъым. МафӀэр къыщӀидзыну и щӀыбагъкӀэ цӀыхуукӀыр къыщыбгъэдыхьэм, хьэзаб зрагъэшэчынум и макъыр къэӀуащ: «УмыӀэнкуну си гупэмкӀэ къызбгъэдыхьэ! Си нитӀкӀэ слъагъуу си пащхьэ щыщӀэгъанэ мафӀэр. Сэ сышынэу щытамэ, мыбдежым сыщыӀэнутэкъым”. GCKar 104.2
ИхъуреягъкӀэ мафӀэм къыщызэщӀащтэм, абы и яужь псалъэу щытар и Тхьэм зэрелъэӀуа и псалъэхэрщ: «Зиусхьэну Псори ЗылъэкӀ си Адэ! ГущӀэгъу къысхуэщӀи, си гуэныхьхэр къысхуэгъэгъу, Уэ уощӀэр сэ сытым щыгъуи уи пэжыгъэр фӀыуэ зэрыслъэгъуар”. Абы и макъыр зэпыуащ, ауэ и Ӏупэхэр иджыри пӀэжьажьэрт и тхьэлъэӀур иджыри къиӀущэщу. МафӀэм и лэжьыгъэр щиухым, хьэзаб лӀэкӀэу дунейм ирагъэхыжам и сахуэр щӀыр дэщӀыгъуу зэхуатхъусри, Гус и сахуэм иращӀам хуэдэу, Рейн псым хадзэжащ. GCKar 104.3
Тхьэм и нэхузехьэхэр апхуэдэу псэдзыгъэ ящӀащ. Ауэ абыхэм ягъэӀу пэжыгъэм и нэхур, лӀыгъэ зэрахьэу къагъэна щапхъэм и нэхур пхуэгъэункӀыфӀынкӀэ зы Ӏэмал щыӀэтэкъым. Дыгъэр зы бжьизкӀэ иригъэкӀуэтыжыну зыми зэрылъэмыкӀынум хуэдэу, дунейм къыхукъуэкӀ пщэдджыжь пшэкӀэплъым зыри зэран къыхуэхъуфынутэкъым. GCKar 104.4
Гус зэраукӀам щхьэкӀэ, Богемием цӀыхухэр мыарэзыуэ къыщызэрыӀэтащ. Псоми ящӀэрт ар дин-лэжьакӀуэхэм я губжьымрэ императорыр къызэрепцӀыжамрэ зэрытекӀуэдар. Пэжыгъэм и егъэджакӀуэ пэжу ар зэрыщытам тепсэлъыхьырт цӀыхухэр, абы укӀ тезылъхьа хасэр ягъэкъуаншэрт, цӀыхуукӀхэщ жаӀэу. Иджы Гус и гъэсэныгъэм псоми гулъытэ хуащӀырт. Папэхэм я унафэкӀэ, Уиклиф и тхыгъэхэр япэм зэтрагъэсхьауэ щытат. Ауэ абы и тхыгъэ псоуэ къызэтенахэр иджы гъэпщкӀупӀэхэм къыщӀахыжурэ, Библием е абы щыщ Ӏыхьэ зыӀэрагъэхьэфхэм дэщӀыгъуу яджырт, арати, апхуэдэ щӀыкӀэурэ куэдым къащтащ реформаторскэ фӀэщхъуныгъэр. GCKar 104.5
Псэдзыгъэ ящӀам и Ӏуэхур къазэрытекӀуам кӀэлъыплъу, лъэныкъуэегъэз защӀауэ зыкъагъэнэну я мурадтэкъым Гус зыукӀахэм. Папэмрэ императорымрэ зэкъуэувэри, а Ӏуэхур зэрызэтракъутэным яужь ихьащ, арыххэти, Сигизмунд и дзэ фӀыцӀэр къытезэрыгуащ Богемием. GCKar 105.1
Ауэ, щхьэхуитщӀыжакӀуэ къэунэхуащ. Богемием я дзэм пашэ хуэхъуащ а зэманым генерал нэхъ лъэщ дыдэу щытахэм ящыщ зы, Жижкэ зи цӀэр, хэкум зауэ къызэращӀылӀэрэ куэд дэмыкӀыу нэф хъуар. Тхьэр къадэӀэпыкъункӀэ щыгугъыу, захуагъэ Ӏуэху зэращӀэр я фӀэщ хъууэ, лъэпкъым уэуитӀыр къыхуагъэкӀуащ Римым и дзэ нэхъ лъэщ дыдэхэм. Аргуэру зыр зым къыкӀэлъыкӀуэу императорым дзэщӀэхэр къатриутӀыпщхьэрт, ауэ, ахэми я напэр текӀауэ Богемием къикӀыжхэрт. Ажалым щымышынэу гуситхэр хъыжьэу зауэхэрт, арати, зыми ахэр хигъэщӀэфакъым. Зауэр зэрыщӀидзэрэ илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу Жижкэ щхьэмыгъазэр дунейм ехыжащ, апхуэдэу щыхъум абы и пӀэ иуващ Прокоп лӀы хахуэу, генерал Ӏэзэу щытар, уеблэмэ, япэрейм зыгуэрхэмкӀи ефӀэкӀыу зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Ӏэтащхьэр. GCKar 105.2
Дзэпашэ нэфыр зэрыщымыӀэжыр богемцхэм я бийхэм къыщащӀэм, яфӀэкӀуэдар щызыӀэрагъэхьэжыфын дакъикъэфӀ къахуихуауэ къащыхъуащ. Арати, папэм жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэр гуситхэм къарищӀылӀэри, аргуэру и дзэ фыцӀэшхуэр Богемием къытригъэуащ, ауэ, ахэми хьэлэчыпцӀэр къыхуагъэкӀуащ. ЕтӀуанэу жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэр зэхаублащ. Папэ къыкъуэту Европэм къэралу щыӀэм цӀыхухъухэр зауэм къыщраджэрт, ахъшэрэ Ӏэщэ-фащэрэ щызэхуахьэсырт. ЦӀыху куэд кӀэщӀэуващ папэ и ныпым, богемскэ еретикхэм кӀэ къыхуагъэкӀуауэ щӀэх дыдэ къалъагъун щыгугъыу. Шэч къызэтрамыхьэ я текӀуэныгъэм дамэ къатригъэкӀащ жыуагъэӀэу, дзэшхуэ лъэщхэр къытеуащ Богемием. Аргуэрым зэрылъэпкъыу зэкъуэувэри, зэрыӀыгъыу къаӀущӀащ я бийхэм. ДзитӀри къызэрехьэжьауэ зыхуэпӀащӀэу зыхуэкӀуэрт, арати, икӀэм-икӀэжым, я зэхуаку дэлъыжыр псыхъуэм и закъуэт. «Къару лъэщ зыкъуэлъхэр жорзехьэхэрт, ауэ, псыр зэпаупщӀу гуситхэм езэуэным и пӀэкӀэ, ахэр щыму къызэтеувыӀэри, къапэува бийхэм яхэплъэу иувыкӀащ». Асыхьэтым къызыхэкӀари гурыӀуэгъуэ пхуэмыщӀыну биидзэр зэрыщыту зэрыгъэгужьеящ. Гуситхэр къемызэуауэ езыр-езыру а дзэ лъэщыр хьэжэпхъажэ хъури, зэпкърыщэщыжащ, мынэрылъагъуу зыгуэрым зэӀищӀам хуэдэу. Абдежым гуситхэм я бийхэм удын лъэщ ирадзащ; щӀэпхъуэжахэм якӀэлъыжэурэ къуентхъ къулейхэр къатхъунщӀащ, арати, зауэм къулейсыз зэтрищӀэным ипӀэкӀэ богемцхэр къулей хэхъухьащ. GCKar 105.3
Илъэс зыбжанэ дэкӀри, папэщӀэ теувауэ аргуэру жор зекӀуэ жыхуаӀэ зауэр къращӀылӀащ. Арати, аргуэру папэ и телъхьэ хэкуу Европэм итым дзэхэр зэхашэурэ Ӏэщэ-фащэкӀэ зэщӀаузадэрт. Жор зекӀуэ жыхуаӀэм хыхьэхэр къагъэгугъэрт сыт и лъэныкъуэкӀи фӀы къахухэкӀыну, уеблэмэ, нэхъ икӀагъэ щӀэпхъаджагъэхэри къахуэгъуну. А зауэм хэкӀуэдэну псори къагъэгугъэрт уафэм тыгъэшхуэ щагъуэтыжыну, псэууэ къэнэнухэми — щӀыхьрэ сэугъэтышхуэ къулейхэмкӀэ. Аргуэру дзэшхуэ зэхашащ, Богемием и гъунапкъэр зэпаупщӀри хэкум теуащ. Гуситхэм я дзэхэр икӀуэтхэрт, зэрыпхъуакӀуэхэр хэкум и кум ирашэу щӀэх дыдэ къатекӀуэн ирагъэгугъэу. ИкӀэм-икӀэжым, Прокоп и дзэр къызэтеувыӀэри, бийм зэрыӀущӀэным зыхуигъэхьэзыращ. Абдежырщ жорзехьэхэм зэрыщыуар къыщыгурыӀуэжар, арати, зэрызэуэным хуэдэу игъуэлъыкӀахэщ. Иджыри гуситхэр къэмылъагъуэ щӀыкӀэ, ахэр гъунэгъу къызэрыхъум и макъхэр жорзехьэхэм щызэхахым, аргуэру ахэр зэрыгъэгужьеижащ. Генералхэми зауэлӀ къызэрыгуэкӀхэми я Ӏэщэхэр хыфӀадзэурэ дэнэ лъэныкъуэкӀи щызэбгырыжхэрт. А дзэ фӀыцӀэм и унафэщӀ папскэ легатым, зэпэӀэщӀэ хъуа, шына дзэхэр зэхуишэсыжыну зэрегугъуам зыри къикӀакъым. Алейуэ гугъу зэрехьам и къарур щӀихауэ, езыри здахьащ щӀэпхъуэж цӀыху гупышхуэхэм. И кӀэм нэсу къыхагъэщӀащ ахэр, аргуэру гуситхэм къуентхъ къулейхэр къаӀэщӀыхьащ. GCKar 106.1
Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ етӀуанэ дзэшхуэр, Европэм и къэрал лъэщхэм зэщӀэзаузэдар, лӀыхъужьхэрэ лӀы хахуэ защӀэу зэхашар, гъуэзэджэу зауэм хуагъэсауэ щытар, щӀэмыпхъуэжу хъуакъым къэрал цӀыкӀу дыдэм и хъумакӀуэхэр иджыри къемызэуауэ. Тхьэ къарукӀэ а псор къызэрыхъуар нэрылъагъут. ЗэрыпхъуакӀуэхэр гужьеигъуэ телъыджэм хигъэщӀащ. Къамыл тенджызым фирхьэуным и дзэр хэзыгъэкӀуэдам, Гедеонрэ абы и зауэлӀ щищымрэ щигъэшынэу мадиам дзэ фӀыцӀэр езыхужьэжам, зы жэщым и кӀуэцӀкӀэ ассирий пагэхэр зэтезыукӀам аргуэру и Ӏэр къишийри зэрыпхъуакӀуэхэм тезыр ятрилъхьащ. «Ахэр абдежым щышынэнущ, шынагъэ здэщымыӀэнум деж; уэ къыппэщӀэувэу зэкъуэувэхэм я къупщхьэхэр зэбгрипхъынущ Тхьэм. Уэ ахэр бгъэукӀытэнущ, Тхьэм ахэр Ӏумпэм ищӀащи» (Пс. 52:6). GCKar 106.2
Апхуэдэу щыхъум, папскэ Ӏэтащхьэхэм, къарукӀэ текӀуэныгъэр къахьыным я гугъэр хахыжри, дипломатие хьилагъэм хуэкӀуащ. ЗэгурыӀуэныгъэ зэращӀылӀащ, нэпцӀу богемцхэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ яриту, ауэ, ипэжыпӀэкӀэ ахэр Римым ӀэщӀигъэхьэхэу. Богемцхэм я лъэныкъуэкӀэ пунктиплӀ къагъэуващ Римым зэгурыӀуэныгъэ кърищӀылӀэфын папщӀэ къыхуащӀэн хуейуэ: Библиер яджыну хуиту; Зиусхьэным и Пшыхьым щӀакхъуэри жызумыпсри яӀухуэу, загъэкъабзэну зэрыЧлисэу хуитыну икӀи Тхьэм къулыкъу хуащӀэр я анэдэлъхубзэкӀэ ирагъэкӀуэкӀыну хуитыну; дин-лэжьакӀуэхэр къэрал унафэм хэӀэбэну хуимытыну икӀи зы къэрал ӀуэхущӀапӀэми я унафэщӀ хъуну хуимытыну; хабзэр зыкъута дин-лэжьакӀуэхэр гражданскэ судым иратыну хуитыну. Папствэр, икӀэм-икӀэжым, «арэзы техъуащ гуситхэм къагъэува пунктиплӀми, ауэ езым и деж къыщигъэнащ ахэр игъэтэмэмыныр, нэгъуэщӀу гурыӀуэгъуэ тщӀынщи, хасэм хуитыныгъэ иӀэт мыхьэнэшхуэ зиӀэ сыт хуэдэ Ӏуэхухэри зэхигъэкӀыну; нэхъ кӀэщӀу жытӀэнщи, иужь псалъэр папэмрэ императорымрэ къахуэнэрт”. Апхуэдэ щытыкӀэхэр ягъэнахуэри, мамырыгъэкӀэ зэухылӀэныгъэ зэращӀылӀащ, арати, Римым бзаджагъэрэ хьэгъэщагъэкӀэ зригъэхъулӀащ, бэнэныгъэ наӀуэкӀэ, зауэкӀэ зыхунэмысыфар. Гуситхэм къагъэува щытыкӀэхэр игъэтэмэмыну, зэхигъэкӀыну езым хуитыныгъэ къыщызэхуигъанэм, Библиери гурыӀуэгъуэ ищӀыну хуитыныгъэ зэриӀэм хуэдэу, Римым Ӏэмал къыӀэрыхьащ езыр зэрыхуейм хуэдэу, и мурадым елъытауэ, абыхэм я купщӀэхэр зэригъэкӀуэкӀыну. GCKar 106.3
Богемцхэм я нэхъыбэм а Ӏуэхум халъагъуэр динымкӀэ хуитыныгъэ яӀэнымкӀэ шынагъуэгъэшхуэт, арати, апхуэдэ зэгурыӀуэныгъэм арэзы техъуэфынутэкъым. Гуситхэм зэдауэ къахыхьэри, зауэ-банэмрэ лъыгъажэмрэ хуашащ. А зэныкъуэкъуныгъэм Прокоп цӀыху щэджащэр хэкӀуэдащ, арати, Богемием щхьэхуитыныгъэр фӀэкӀуэдащ. GCKar 107.1
Гусрэ Иеронимрэ епцӀыжа Сигизмунд, Богемием и король хъуащ, богемцхэм я хуитыныгъэм хущӀэкъуну тхьэрыӀуэ ищӀар къыфӀэмыӀуэхужу, папствэр лъэ быдэкӀэ и хэкум зэрыщыувыным дэӀэпыкъуащ. Ауэ ар Римым зэрыхуэпщылӀам фейдэшхуэ къыхухэкӀакъым. Илъэс тӀощӀым и кӀыхьагъкӀэ абы и гъащӀэр шынагъэрэ гузэвэгъуэкӀэ гъэнщӀауэ щытащ. ХэщӀыныгъэ фӀэкӀ текӀуэныгъэ лъэпкъ къыхухэмыкӀыу, зэман кӀыхькӀэ екӀуэкӀа зауэхэм, абы и ахъшалъэр яунэщӀащ, и дзэшхуэхэри хэкӀуэдащ, иджы зы илъэс фӀэкӀа мыпащтыхьауэ ар лӀащ, и хэкум зауэ къыщызэщӀэнэным пэгъунэгъуу къигъанэри, езыми и щхьэр игъэулъиижауэ. GCKar 107.2
Зэрызехьэхэр, зауэ-банэр икӀи лъыгъажэр увыӀэтэкъым. Богемием аргуэру хамэщӀ дзэжьхэр къихьащ, зэхэкуэгъухэр зэгурымыӀуэжу зэрызэзэуэжым лъэпкъыр кӀэ имыӀэу Ӏисраф зэтрищӀэрт, Инджылым хуэпэжу къэнахэр гущӀэгъуншэу зэрахуэн щӀадзат. GCKar 107.3
Япэм я къуэшу ябжу щытахэр, Римым гухьэу абы и щхьэрыуагъэхэр къащта нэужь, пасэрей диным тету къэнэжахэм члисэ щхьэхуэ къагъэхъуащ «зэш зэкъуэтхэр» жаӀэу зэджэжу. Апхуэдэу зэращӀам щхьэкӀэ, хэкум ису хъуар жагъуэгъу къахуэхъуащ, къатеплъэ мыхъуу. АрщхьэкӀэ, ахэр икъукӀэ щхьэмыгъазэу быдэхэт. ӀэмалыншагъэкӀэ мэзхэмрэ бгъуэнщӀагъхэмрэ щхьэегъэзыпӀэ къыщалъыхъуэу, ахэр зэгъусэу зэхуэсхэрти, Тхьэм и Псалъэм еджэхэрт, КъэзыгъэщӀам зэгъусэу елъэӀухэрт. GCKar 108.1
Я хъыбарыфӀзехьэхэм, щэхуу адрей къэралхэм ягъэкӀуауэ щыӀэхэм, абыхэм кърагъэщӀащ «къалэ зэмылӀэужьыгъуэхэм пэжыгъэм и телъхьэ цӀыхухэр зэрыщыӀэр, езыхэм псэхугъуэ къызэрамытым хуэдэу, ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀхэр, икӀи, Алъп бгым куэд щӀауэ Тхыгъэ ЛъапӀэр лъабжьэ зыщӀа члисэ, зыгъэпщкӀупӀэ къыщигъуэтауэ зэрыщыӀэр. Езыхэми хуэдэу, абыхэми Римым и мажусий хабзэхэр зэрамыдэр”. А хъыбарым икъукӀэ щыгуфӀыкӀащ «зэш зэкъуэтхэр» икӀи вальденсхэм быдэу зыпащӀащ. GCKar 108.2
Инджылым и пэжыгъэм хуэпэж богемцхэр, нэхъ гузэвэгъуэ дыдэу ямыгъэпсэууэ кӀыфӀыгъэм и къарухэм щызэрахуэхэм щыгъуэ, пщэдджыжь пшэкӀэплъыр къыщищӀыным пэплъэ цӀыхухэм хуэдэу, я нэгур уафэмкӀэ ягъазэрт. «ИкъукӀэ зэман хьэлъэт ахэр щыпсэуар, гузэвэгъуэ куэд ягъэвын хуейуэ, ауэ ... абыхэм зыщагъэгъупщэртэкъым япэщӀыкӀэ Гус, итӀанэ къытригъэзэжу Иероним къажриӀауэ щыта псалъэхэр: лӀэщӀыгъуэ дэкӀынурэ къэунэхунущ махуэ. А псалъэхэр гуситхэм я дежкӀэ, Исуф и псалъэхэм хуэдэт, Израил и лӀакъуэхэм, пщылӀыпӀэ ихуахэм, къахуигъэнауэ щытам: «Сэ солӀэр, ауэ Тхьэм фыщыгъупщэнукъым, фришыжынущ мы щӀыпӀэм”. E-XV-нэ лӀэщӀыгъуэм и кӀэм «зэш зэкъуэтхэм» я члисэхэр бжыгъэкӀэ хуабжьу бэгъуащ. Япэми хуэдэу, ахэр зэрахуэхэрт, ауэ иджы апхуэдизу гущӀэгъуншэ дыдэутэкъым. Е-XVI-ro лӀэщӀыгъуэм и пэм Богемиеми Моравиеми члисэу 200-м нэс щыӀэт. «Тхьэм хуэпэжу къэна мис а цӀыху къомым, мафӀэмрэ джатэмрэ ямыгъэкӀуэду къелахэм, Гус жыхуиӀа нэхущым ӀущӀэну я насыпышхуэт». GCKar 108.3