Бэнэныгъэ ин

6/46

5 ӀЫХЬЭ—НЭХУЛЪЭ КЪЫЗДИЩӀА ЩӀЫНАЛЪЭР

Реформацэм ирихьэлӀэу Библиеу зыбжанэт къэнэжар, ауэ Тхьэм и Псалъэр игъэкӀуэдыжынутэкъым. Абы и пэжыгъэхэр игъащӀэкӀи щӀэхъумауэ къэнэн хуейтэкъым. Тхьэм тынш дыдэу хузэфӀэкӀынут гъащӀэм и псалъэхэр зылъахъэ лъэхъухэр зэхикъутэну, и пщылӀхэр щхьэхуит ищӀыжын папщӀэ, зэгуэрым лъэхъуэщым и бжэри, гъущӀ куэбжэ егъэбыдылӀари зэрызэӀуихам хуэдэу. Къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм Дух ЛъапӀэм ягу къигъэкӀыурэ, цӀыхухэм пэжыгъэр къалъыхъуэрт, ягъэпщкӀуа хъугъуэфӀыгъуэм зэрылъыхъуэхэм хуэдэу. Тхьэм и ӀэмыркӀэ абыхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм зыхуагъэзащ икӀи хуабжьу яфӀэгъэщӀэгъуэну абы и напэкӀуэцӀ лъапӀэхэр яджырт. Сытри щӀатыну хьэзырт абыхэм, нэхур къащӀэн къудей щхьэкӀэ. А цӀыхухэм псори занщӀэу къамыщӀэфами, япэм щӀахъумауэ, щӀатӀэжауэ щыта пэжагъ куэд къагурыӀуащ. Уафэм къигъэкӀуа хъыбарыфӀзехьэхэм хуэдэу, абыхэм щхьэрыуагъэхэмрэ суевериехэмрэ я лъэхъухэр зэхакъутэн щӀадзащ икӀи апхуэдиз зэманкӀэ гъэпцӀагъэм и пщылӀыпӀэм щӀэтахэр къыхураджэрт я хуитыныгъэр яхъумэжын папщӀэ зыкъаӀэтыну. GCKar 72.1

ЛӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ Тхьэм и Псалъэм узэреджэфыну щытар щӀэныгъэлӀ цӀыхухэм зрагъащӀэ бзэхэмкӀэт; вальденсхэм я закъуэт я анэдэлъхубзэкӀэ абы еджэу щыӀэр. Ауэ иджы къэсат зэман, Тхыгъэ ЛъапӀэр бзэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ щызэрадзэкӀар, арати, цӀыхухэр абы я анэдэлъхубзэкӀэ еджэну Ӏэмал яӀэт. Дунейр зыхэта жэщ кӀыфӀыр блэкӀащ. Къэрал куэдым кӀыфӀыгъэр хуэм-хуэмурэ щызэкӀэщӀэкӀырт, аращи, пщэдджыжь пшэкӀэплъыр къищӀу щӀидзащ. GCKar 72.2

E-XIV-нэ лӀэщӀыгъуэм Англием «Реформацэм и пщэдджыжь вагъуэр къыщыкъуэкӀащ». Джон Уиклиф реформэм къыхуриджэр Англием и закъуэтэкъым, атӀэ чристэн дуней псор абы къыхуигъэушырт. Ар Римым и ныкъуэкъуэгъуу зэрыпэува псалъэхэр зэи ужьыхын хуейтэкъым. Абы къиӀэта упщӀэхэр щӀэдзапӀэ хуэхъуащ, цӀыху щхьэхуэхэм имызакъуэу, члисэхэри, лъэпкъхэри щхьэхуит зыщӀыжа бэнэныгъэм. GCKar 73.1

Уиклиф либеральнэ щӀэныгъэ зригъэгъуэта щхьэкӀэ, абы и дежкӀэ Ӏущыгъэм и щӀэдзапӀэр Тхьэм шынагъэ ухуиӀэнырт. Щеджа колледжым псоми къыщацӀыхурт ар, Тхьэм нэмысышхуэ зэрыхуищӀымкӀэ, и гурыхуагъымкӀэ, фӀыуэ зэреджэмкӀэ. ЗимыгъэнщӀу щӀэныгъэм здыхущӀэкъум, ар егугъут щӀэныгъэу щыӀэ псори зригъэгъуэтыну. Схоластическэ философиери, гражданскэ икӀи члисэ хабзэхэри абы иджащ, — псом хуэмыдэу и къэралым щызекӀуэхэр. ИужькӀэ абы и Ӏэдакъэ къыщӀэкӀа тхыгъэхэм хэплъагъуэрт щӀэныгъэу игъуэтар зыхуэдэр. А зэманым пщӀэ зыхуащӀу щыта философием куууэ зэрыщыгъуазар Уиклиф сэбэп къыхуэхъуащ, щыщӀэныгъэуи щхьэрыуагъэуи абы хэлъыр къыщӀигъэщыным, мыдрейуэ къэрал хабзэхэри члисэ хабзэри зэриджам, ар хуагъэхьэзыращ гражданскэ щхьэхуитыныгъэми динымкӀэ щхьэхуитыныгъэми ерыщу щӀэбэныным. Джатэм хуэдэ Тхьэм и Псалъэм хуэӀэзэу зэрыщытам имызакъуэу, абы иджыри фӀыуэ хищӀыкӀырт гуманитарнэ щӀэныгъэхэм икӀи схоластхэм я Ӏэмалхэми фӀыуэ щыгъуазэт. Зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъым, и акъылыфӀагъэм, щӀэныгъэшхуэ зэриӀэм къыхэкӀкӀэ, абы и ныбжьэгъухэм и закъуэтэкъым пщӀэ къыхуэзыщӀыр, атӀэ и бийхэри нэ лейкӀэ къеплъхэрт. Абы и жьауэ щӀэт и акъылэгъухэр ирипагэрт я Ӏэтащхьэм, къэралым щӀэныгъэлӀу исым къазэрыхэщым, и бийхэр тегушхуэртэкъым Реформацэм мыхъумыщӀэ хужаӀэн, я жэхьилыгъэ, я лъэмыкӀынагъ гуэр къыщӀэщынкӀэ шынэхэу. GCKar 73.2

Иджыри студенту, Уиклиф Библиер иджын щӀидзат. А лъэхъэнэм Библием узэреджэфыну щытар пасэрей лъэпкъыбзэхэм ящыщ гуэркӀэт, арати, щӀэныгъэлӀхэм фӀэкӀа пэжыгъэм и псынэм зыри бгъэдыхьэфыртэкъым, абы екӀуалӀэ гъуэгур щӀэныгъэншэ цӀыхубэм я дежкӀэ зэхуэщӀат. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ реформаторым хуэдэу иублэну лэжьыгъэм и лъагъуэр пхишырт Уиклиф. ЩӀэныгъэлӀхэм Библиер яджурэ пэжыгъэ ин къагъуэтырт — пщӀэ зыщӀэтын хуэмей, Тхьэм и гущӀэгъур. Ахэр пылъащ а пэжыгъэр ямыбзыщӀу псоми къызэрырагъэщӀэным икӀи цӀыхухэм ядэӀэпыкъурт, гъащӀэ зыхэлъ псалъэм зыхуагъэзэфын папщӀэ. Уиклиф Тхыгъэ ЛъапӀэм гулъытэ зэрыхуищӀрэ, ар быдэу егугъуу иджын щидзащ, и лэжьыгъэхэм зэрегугъуу щытам хуэдэу. GCKar 73.3

Иджыри къыздэсым гурыӀуэгъуэ пхуэмыщӀыну ар нэхъуеиншэу хущӀэкъуат щӀэныгъэ зыӀэрыгъэхьэным, ауэ схоластическэ щӀэныгъэхэмкӀи члисэм и гъэсэныгъэхэмкӀи хуэгъэнщӀатэкъым абы и нэхъуеиншагъэр. Арати, Тхьэм и Псалъэм абы къыщигъуэтащ апхуэдиз зэманкӀэ зылъыхъуар. Абы Уиклиф къыщилъэгъуащ Тхьэм цӀыхур къызэрыригъэл щӀыкӀэр, цӀыхухэм я Уэчыл закъуэр зэрыМэсихьыр. Уиклиф и гъащӀэр зэрыщыту хуигъэпсащ Мэсихь хуэлэжьэным икӀи быдэу мурад ищӀащ къыхузэӀукӀа пэжыгъэхэр цӀыхухэм яжриӀэну. GCKar 74.1

ИужькӀэ щыӀа реформаторхэми хуэдэу, Уиклиф и лэжьыгъэр щиублэм ищӀакъым абы кърикӀуэну псор зыхуэдэр. Абы зигъэхьэзыртэкъым Римым пэщӀэувэну. Ауэ пэжыгъэм емыпцӀыжыныр нэгъуэщӀу къехъулӀэнутэкъым, пцӀым пэщӀэтынкӀэ фӀэкӀа. Папствэм и гъэпцӀагъэхэр нэхъ наӀуэ къыхуэхъуху, нэхъ ерыщыжу абы Библием ит пэжыгъэхэр игъэӀурт. ЦӀыхухэм я хабзэжьхэм и хьэтыркӀэ Римым Тхьэм и Псалъэр зэригъэикӀар илъагъут абы. Шынэ жыхуаӀэр имыщӀэу, Уиклиф дин-лэжьакӀуэхэр игъэкъуаншэрт, Тхыгъэ ЛъапӀэр Ӏумпэм зэращӀымкӀэ икӀи Библиер цӀыхубэм Ӏэрагъэхьэжын, и пщӀэри члисэм щызэфӀагъэувэжын хуейуэ яхуигъэувырт. Ар узэщӀакӀуэ, гъэсакӀуэ Ӏэзэт, уаз тынкӀи жьакӀуэт, икӀи и псэукӀэр щыхьэт техъуэрт иӀуатэ пэжыгъэхэм. Абы Библием фӀыуэ зэрыхищӀыкӀым, и гупсысэкӀэм Ӏущыгъэу къагъэлъагъуэм, и гъащӀэм и къабзагъэм, щӀэмыщхъуэжу лӀыгъэ зэрихьэм, захуащӀэу здэщытым псоми пщӀэ къыхуащӀырт икӀи я дзыхь кърагъэзырт. Абы и зэманым псэуа куэдыр арэзы къищӀыртэкъым зэрахьэ диным, римскэ члисэм щызекӀуэ хабзэншагъэхэр я гум темыхуэу, арати, зэрыщыгуфыкӀыр зы цӀыкӀу щӀамыхъумэу, Уиклиф игъэӀу пэжыгъэхэр къащтэрт. Папскэ Ӏэтащхьэхэм я гур къилыбыкӀыу кӀэлъыплъхэрт а реформаторым и гъуэгум цӀыху куэд зэрытехьэм. GCKar 74.2

Уиклиф Ӏэзэу хузэфӀэкӀт щхьэрыуагъэхэр сэтей къищӀын икӀи шынагъэ жыхуаӀэр имыщӀэу Римым игъэдахэурэ ялэжь щӀэпхъаджагъэ къомыр къыщӀигъэщт. Королым и капеллану здэщытым, абы хъыжьэу игъэкъуэншащ папэр, английскэ монархым хьэкъулэ къызырытрилъхьэм щхьэкӀэ, иджыри жиӀэрт къэрал унафэм папэм и Ӏуэху хилъхьэну зэрыхуимытыр, апхуэдэу ищӀэныр зыгъэзэхуэн тегъэщӀапӀэ зэрыщымыӀэр. Папэм къигъэувхэм япэми хуабжьу хуэарэзытэкъым къэралыр зезыхьэхэр, арати, Уиклиф къыщӀи гъэщахэр къэрал унафэщӀхэм къыдаӀыгъащ. Королри уэркъхэри зэкъуэувэхэри, папэм къигъэувхэр ягъэзэщӀэн ядакъым, къэрал унафэми хагъэӀэбэн ядакъым, хьэкъулэри афӀэкӀа иратыжын ядакъым. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, папэм Англием удынышхуэ щигъуэтащ, и пщӀэр хуабжьуи щехуэхащ. GCKar 74.3

НэгъуэщӀ бзаджагъэу реформаторыр зэман кӀыхькӀэ ерыщу зэбэнар, монах факъырэхэм я ордену кърагъэжьахэрт. Монаххэр псыдзэм хуэдэу Англием къытеуат, лъэпкъыр ефӀэкӀуэным хуабжьу зэран хуэхъуу, тыншыгъуэ кърамыту. Къангъэшхэным хуэдэу нэгъуэщӀым и гуащӀэкӀэ здэпсэухэм абыхэм къэралым и экономикэри, щӀэныгъэри, цӀыхугъэри ираудыхырт. Мылажьэ-мыпщӀантӀэхэу здэпсэухэм монах факъырэхэр гуащӀэрыпсэухэм бжьы хьэлъэу ятелът, а я къуэшхэр япӀын хуейуэ, ауэ псом хуэмыдэу зэраныгъэшхуэу къахьыр лэжьыгъэм и щхьэпагъэр зэрыраудыхырт. ЩӀалэгъуалэр зэрагъэкӀуэкӀырт абыхэм, унагъуэхэри зэтракъутэрт. Монаххэм ягъэделэурэ куэдыр къулъшырыфхэм щӀэтӀысхьэхэрт икӀи апхуэдэу зэращӀэр я адэ-анэхэм я Ӏизын лъэпкъ хэмылъым имызакъуэу, абыхэм къахуэмыдэурэт. Католическэ члисэм и адэжьхэм ящыщ зым, монашескэ орденыр адэ-анэм я хьэкъыу быным телъым нэхърэ нэхъ зыгъэлъапӀэм мыпхуэдэу жиӀэгъат: «Уеблэмэ, уи адэр гъуэгрэ пыхьэу, уи бжэщхьэӀум къытегъуалъхьэкӀи, хьэмэрэ, уеблэмэ, уи анэри и кӀуэцӀыкӀыщӀэм укъызэрикӀар, и быдзышэкӀэ узэрипӀар уигу къигъэкӀыжу, уи гущӀэр къигъэхъейуэ къолъэӀукӀи, зэгъащӀэ, абыхэм уебакъуэу Хьиса деж укӀуэн узэрыпӀэщӀэн зэрыхуейр». Апхуэдэ «цӀыхугъэншагъэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэм», иужькӀэ Лютер «чристэныгъэ хьэмэрэ цӀыхугъэ жумыӀэу дыгъужьыгъэщ» а доктринэм узэреджэнур зыхужиӀам, егъэлеяуэ зэӀигъэхьэт бынхэмрэ адэ-анэхэмрэ я зэхущытыкӀыпхъэр. Пасэм фарисейхэм зэращӀэу щытам хуэдэу, дин-лэжьакӀуэхэм я хабзэжьхэм папщӀэ Тхьэм и унафэр яхъуэжырт. Абы кърикӀуэу унагъуэхэр щэщэжырт, жьы хъу адэ-анэхэр я бынхэм хагъэкӀыжырт. GCKar 75.1

Уеблэмэ, университетхэм щеджэ студентхэр монаххэм ӀэджэкӀэ къагъэгугъэурэ ягъэӀулэрти, я орденхэм хагъахьэрт. Куэдыр къыхаха гъуэгум хущӀегъуэжырт, я гъащӀэр зэракъутар, я адэ-анэхэм я жагъуэ зэращӀар къалъагъужырти, ауэ зэгуэрым а хъым уихуауэ, япэрей хуитыныгъэр къыпӀэрыхьэжыфынутэкъым. Иныкъуэм деж адэ-анэхэм, монаххэм ягъэделэнкӀэ шынэу, я бынхэр университетхэм щӀагъэтӀысхьэн ядэртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ еджапӀэшхуэхэм щӀэсхэм я бжыгъэм хуабжьу хэщӀат. ЕджапӀэхэр дэхуэххэрт, жэхьилыгъэр текӀуэрт. GCKar 75.2

Папэм монаххэр хуит ищӀат гуэныхьхэр Ӏуэтэжын жыхуаӀэ дин-хабзэмкӀэ цӀыхухэм я гуэныхьхэр къыӀахыну икӀи къыхуагъэгъуну. Абы Ӏей Ӏэджэ кърикӀуащ. Къулей хъуну хущӀэкъуурэ, монаххэм зыкӀэ псынщӀэу гуэныхьхэр цӀыхухэм хуагъэгъуу щӀадзати, щӀэпхъаджакӀуэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд абыхэм я деж къекӀуалӀэрт, абы кърикӀуэу псынщӀэу багъуэрт нэмысыншагъэу ялэжь гуэныхь нэхъ Ӏей дыдэхэр. ТхьэмыщкӀэхэмрэ сымаджэхэмрэ зыри хуеижхэтэкъым, абыхэм хуащӀапхъэхэр монаххэм ялъысырт, Ӏэмал зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ягъэшынэурэ цӀыхухэм тыгъэхэр кърагъэхьырт икӀи Ӏимансызхэу ягъэӀурт орденхэм дэӀэпыкъун зымыдэхэр. ТхьэмыщкӀафэ зытрагъауэ щхьэкӀэ, монаххэр щӀэх къулей хъут; я унэ дэгъуэхэм, я орденым щыщ зэшхэр зэрытхъэж я шхыныгъуэ хэплъыхьахэм къагъэлъагъуэр лъэпкъым факъырагъэр зэрыщыбагъуэрт. Тхъэжу, загъафӀэу здэпсэум, монаххэм жэхьилхэр къагъэсэбэпырт, къэхъу зи мыхабзэу къэхъуа хьэлэмэтлажьэ, телъыджэ хуэдэхэм я хъыбархэр емызэшыжу ирагъэӀуатэу, цӀыхубэр ягъэделэн, я зэш трагъэун папщӀэ. Монаххэм я пщӀэр драгъэуейт, суевериехэр цӀыхухэм хапщэурэ, папэр псоми я нэхъыщхьэу ялъытэныр, щихъхэм пщӀэ хуащӀыныр, монаххэми тыгъэхэр къыхуахьыныр — ар динымкӀэ псоми я фарзу я фӀэщ ящӀурэ. А хабзэхэр бгъэзащӀэмэ, уи жэнэт лъагъуэр зэӀухауэ щытыну цӀыхубэм я фӀэщ зэращӀыным емызэшыжу яужь итхэт. GCKar 75.3

Зыри къикӀатэкъым а факъырэ монах орденхэм зыгуэрурэ реформэ щрагъэкӀуэкӀын я гугъэу щӀэныгъэлӀхэмрэ пщӀэ-нэмыс зиӀэ цӀыхухэмрэ дапщэрэ яужь къимыхьами. Уиклиф, нэхъ акъылыфӀэм, занщӀэу къигъэлъэгъуащ ер къыздикӀыр дэнэкӀэми, монашествэр зэрыгъэпцӀагъэр сэтей къищӀри, ар гъэкӀуэдыжын зэрыхуейр къигъэуващ абы. Арати, а упщӀэм зэдауэ кърикӀуащ. Монах Ӏэпхъуэшапхъуэхэм, папэм и индульгенцэхэр ящэурэ куэдыр гупсысэм хадзащ — ахъшэкӀэ уи гуэныхьыр къыпхуэгъуну захуагъэ? — жаӀэу. ЦӀыхухэм гупсысэн щӀадзат, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъун папщӀэ Тхьэм зыхуэбгъазэм нэхъыфӀкъэ, папэ римскэм ущыгугъ нэхърэ жаӀэу. Куэдыр игъэгузавэрт монаххэр кӀуэ пэтми мардэншэу нэпсей зэрыхъухэм. «Монаххэми римскэ дин-лэжьакӀуэхэми, — жаӀэрт абыхэм, — дызэтрашхыхь, лышхым Ӏэпкълъэпкъыр зэришхым хуэдэу. Тхьэм дыкъригъэлынщ, армыхъумэ, лъэпкъыр дыкӀуэдыжынущ”. Я нэпсеягъэр ягъэзэхуэн папщӀэ, монаххэм КъегъэлакӀуэм и щапхъэм тетхэу зыкъагъэлъэгъуэну яужь ихьат, Хьисаи и еджакӀуэхэри лъэпкъым къыхуахь тыгъэхэмкӀэ псэуащ, жаӀэу. Ауэ апхуэдэу зэращӀар езыхэм я щхьэм ирикӀуэжащ, куэдым пэжыр зэхагъэкӀын я мураду, Библиер яджын щӀадзат — арат Римыр псом хуэмыдэу зыхуэмеиххэр. ЦӀыхухэм пэжыгъэм и Псынэм зыхуагъэзащ, римскэ члисэм егугъуу игъэпщкӀуу щытам. GCKar 76.1

Уиклиф монаххэр зэригъэкъуаншэ тхыгъэхэр итхын икӀи къыдигъэкӀын щӀидзащ — абыхэм едэуэн папщӀэтэкъым, атӀэ цӀыхухэм я гулъытэр Библием ит гъэсэныгъэхэм икӀи ар КъызыбгъэдэкӀам хуигъэзэн папщӀэт. Абы къыжиӀащ папэм гуэныхьхэр игъэгъуну е цӀыхухэр члисэм къыхихуну иӀэ лъэкӀыныгъэр здынэсыр къызэрыгуэкӀ дин-лэжьакӀуэм иӀэм зэрыхуэдизыр, икӀи зы цӀыху члисэм къыхахуну зэрыхуимытыр, Тхьэм ар щӀигъэкъуэншэн имыщӀамэ. Я динкӀи я дуней ӀуэхукӀи езыр зэрыхуейм хуэдэу фӀэкӀа имыгъэбауэу, мелуан бжыгъэ цӀыхухэм я псэхэми я Ӏэпкълъэпкъхэми зэратепщэу, папэм дрищӀея абрэмывэм хуэдэ системэм, нэхъыбэу зэхащӀа удынышхуэт ар, абыхэм Уиклиф иридза удыныр. GCKar 77.1

Римым ипхъуэтэну зи яужь ит английскэ коронэм и хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжыну Уиклиф зэфӀэкӀ щыбгъэдэлъым, королым ар езым и лӀыкӀуэу хихри, илъэситӀкӀэ Нидерландием щыӀащ, папэм и лӀыкӀуэхэм я гъусэу унафэ къыщащтэ зэӀущӀэхэм хэту. А къэралым ар Франциеми, Италиеми, Испаниеми я дин-лэжьакӀуэхэм хуиту щепсэлъащ, дин гъащӀэм и нэгъуэщӀ лъэныкъуэхэри зэригъэщӀащ, япэм зыхимыщӀыкӀыу щытахэр. Хамэ къэралым абы куэд къыщыгурыӀуащ икӀи нэхъыбэж щызэхищӀыкӀащ, абы зригъэщӀахэр и тхыгъэхэм къыщыхигъэщыжащ. Папэ и сэрей пщӀантӀэм къикӀа лӀыкӀуэхэм абы кърагъэлъэгъуащ папскэ иерархием и купщӀэри и мурадхэри. Англием къигъэзэжа нэужь, абы къыхузэӀукӀахэр нэхъ егугъуу, къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмыту игъэӀуным къыпищащ, Римым ипэжыпӀэкӀэ я тхьэхэр — ар нэпсеягъэрщ, пагагъэрщ, пцӀырщ жиӀэу. GCKar 77.2

И трактатхэм ящыщ зым абы папэмрэ и ӀупэфӀэгъухэмрэ мыпхуэдэу ящыхужиӀащ: «Абыхэм къыттрах, цӀыху тхьэмыщкӀэхэр зэрыдгъэпсэуфынутэр. КъищынэмыщӀауэ, илъэс къэс королым и ахъшалъэм къикӀыу мин бжыгъэ маркэхэр члисэм и хабзэжьхэр ирагъэзэщӀэну, нэгъуэщӀ Ӏуэхугъуэхэм щхьэкӀи ягъэкӀуэдыну хурагъэхь — ар къызэрыщӀэкӀымкӀэ, гущыкӀыгъуэ ересщ, симониекӀэ еджэжу, атӀэми, мылъкукӀэ зыкъыщӀагъэкъуэну чристэнхэр хагъэзыхьу. Уеблэмэ, ди къэралым дыщэр Ӏуащхьэм хуэдэу зэтелъу диӀатэми, а понтифекс зыкъызыфӀэщӀыжам ахъшэ хухэзыххэм фӀэкӀа зы цӀыху абы емыӀусами, гува-щӀэхами ари яӀэщӀэухэнут; абы ди ахъшэ псори къыттрех, ди мылъкуми къыпэкӀуэу зыри къыдитыркъым, Тхьэм и нэлатым фӀэкӀа, абыхэм я дин къулыкъухэр зэращэм (симонием) щхьэкӀэ». GCKar 77.3

Уиклиф Англием къызэригъэзэжу щӀэх дыдэ королым ар Люттерворт щыӀэ члисэм тригъэуващ. Ар щыхьэт техъуэрт абы иригъэкӀуэкӀ псалъэмакъ гуащӀэхэм щхьэкӀэ королыр къыхуэмыарэзыуэ зыкӀи зэрыщымытым. Уиклиф ижь ящӀихурт пащтыхь сэрей пщӀантӀэми, зэрылъэпкъыу псори къэщӀэрэщӀэжынми. GCKar 78.1

Ауэ, куэд дэмыкӀыу Римыр уафэгъуагъуэу абы къытеуащ. Буллэу щы Англием къаутӀыпщащ — университетым, королым, итӀанэ прелатхэм деж; икӀэщӀыпӀэкӀэ зыгуэр щӀэн хуейуэ къагъэувырт, ересым и егъэджакӀуэм и жьэр зэтрагъэпӀэн щхьэкӀэ. Иджыри папэм и буллэхэр къэмыс щӀыкӀэ, щихънагъ губжьахэм Уиклиф судым ираджащ. Уиклиф кӀуат судым къэралым ипщ лъэщитӀрэ цӀыхубэм щыщрэ щӀыгъуу. Арати, абы щыгъуэ цӀыху Ӏувыр судыр щекӀуэкӀыну пэшым щӀэзэрыгуэри судыщӀэхэр апхуэдизкӀэ ягъэшынати, Уиклиф и Ӏуэхум иужькӀэ хэплъэну къагъанэри, мамыру яутӀыпщыжащ и лэжьыгъэм къыпищэну хуиту. Ар къызэрыхъурэ куэд дэмыкӀыу, Эдуард е-ӀӀӀ-нэр, ныбжьышхуэ зэриӀэм щхьэкӀэ реформаторым и бий ящӀыфыну прелатхэр зыщыгугъар дунейм ехыжри, Уиклиф япэм къыщхьэщыжу щытар къэрал унафэщӀ хъуащ. GCKar 78.2

Ауэ Англием кърагъэхьа папэм и буллэхэм королым къалэн щищӀт еретикыр иубыду тутнакъым иридзэн хуейуэ. Абы къикӀырт Уиклиф мафӀэкӀэ ягъэсыну къызэрыпэплъэр. ГурыӀуэгъуэт куэд дэмыкӀыу ар лъыиф икӀи леймыгъэгъу Римым псэдзыгъэ зэрищӀынур. Ауэ иджыри пасэм щыгъуэ бегъымбарым «Умышынэ... Сэ уэ суримэӀухущ” жезыӀам (Быт. 15:1), аргуэру и Ӏэр къишийри и пщылӀыр къихъумащ. Ажалыр къызыхуэкӀуар реформаторыркъым атӀэ, Уиклиф бгъэпсэу мыхъуну унафэ зыщӀа папэрщ. Григорий е-ХӀ-нэр лӀащ, арати, Уиклиф укӀ тращӀэныр унафэу къыдэзыгъэкӀын хуейуэ зи пщэ далъхьауэ щыта члисэм судыр иригъэкӀуэкӀакъым. GCKar 78.3

Тхьэм и ӀэмыркӀэт псори къызэрыхъур, Реформацэм зиужьыфын папщӀэ ӀэмалыфӀхэр ириту. Григорий лӀа нэужь, папитӀ хахри, а тӀум бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту зэпеуэу къекӀуэкӀащ. А гупитӀ зэныкъуэкъухэм, къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу, тӀуми гуэныхьыншэу забжыжу щытащ. А тӀум, дэтхэнэми, я диным итхэр къыхураджэрт адрей лъэныкъуэм зауэ иращӀылӀэну, шынагъуэ Ӏейуэ ебгхэу я бийхэм, икӀи я телъхьэхэр къагъэгугъэу, ахърэтым Тхьэр ӀэджэкӀи къащыхуэупсэжыну. А Ӏуэхугъуэхэм папэхэм я тепщэныгъэр зыхэпщӀэу ягъэтӀэсхъащ. А зэныкъуэкъуныгъэ гуащӀэм Уиклиф къафӀэмыӀуэхужу зыми и гугъу къищӀакъым. Папэхэм зыр зым и губжьыр трикъутэу зэрыгъэкъуэншэжхэрт; я тепщэныгъэр ягъэбыдэным, къару зэрызрагъэгъуэтыным хущӀэкъуу лъы ягъажэрт. ЩӀэпхъаджагъэхэмрэ псоми ялъагъу къайгъэхэмрэ члисэм къызэрыщыхъухэм дэнэкӀи щесэжат, абы хэту реформаторым лъэныкъуэегъэз зищӀауэ, Люттерворт члисэм къарууэ иӀэр ирихьэлӀэрт цӀыхухэм я гулъытэр зэныкъуэкъу папэхэм къатригъэхыу дунейм и Пщым — Хьиса и деж яригъэгъэзэным. GCKar 78.4

Члисэр тӀууэ зэгуэкӀыу зэрызэбиям, цӀыхугъэр яфӀэкӀуэдауэ зэрызэкӀуэкӀам Реформацэм гъуэгу хуигъэхьэзыращ, цӀыхухэм Ӏэмал ягъуэтати, папэр ипэжыпӀэкӀэ зищӀысыр къалъагъуну. И трактатым, «Папэхэр зэрызэбийр» жыхуиӀэм, Уиклиф лъэпкъыр къыщыхуриджэрт зэхагъэкӀыну, а дин-лэжьакӀуитӀыр зэрымызахуэр пэж, — жиӀэу, — зыр зым шейтӀанкӀэ еджэжхэр. «Тхьэм, — жиӀэрт абы, — афӀэкӀа къигъэхъунукъым шейтӀаныр а тӀум я зым фӀэкӀа хэмыхьэну, ауэ ... тӀури натӀэкӀэ зэжьэхигъэуащ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэр абыхэм я тепщэм тыншу къыщӀишыжын папщӀэ, Мэсихь и фӀыгъэкӀэ». GCKar 79.1

Уиклиф, и ЕгъэджакӀуэми хуэдэу, Инджылыр тхьэмыщкӀэхэм яхуиӀуатэрт. Ар арэзы техъуэфынутэкъым нэхур Люттерворт члисэм къекӀуалӀэ унагъуэ тӀэкӀум фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм ятемыпсэну, арати, абы мурад ищӀащ ар зэрыАнглиеу псоми тыгъэ яхуищӀыну. А гугъэр иӀэу абы хъыбарыфӀзехьэ гуп зэхуишэсащ, цӀыху къызэрыгуэкӀхэу, зи гъащӀэр Тхьэм хуэзыгъэпсахэу, пэжыгъэм хуэпэжхэу икӀи пэжыгъэм зегъэубгъуным фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъуэпсапӀэ зимыӀэхэр. А лӀыхэм дэнэкӀи къыщакӀухьырт: бэзэр утхэм цӀыхухэр щрагъаджэрт, къалэшхуэхэм я уэрамхэм, гъуэгушхуэ зэхэкӀыпӀэхэм. Абыхэм къагъуэтырт жьы хъуа цӀыхухэр, сымаджэхэр, тхьэмыщкӀэхэр, итӀанэ, Тхьэм и гущӀэгъум теухуа хъыбарыфӀыр хуаӀуатэрт. GCKar 79.2

Оксфорд къалэм дин-щӀэныгъэм и доктору щыткӀэрэ, Уиклиф Тхьэм и Псалъэр университетхэм щыжиӀэрт. Пэжыгъэм и псалъэхэр студентхэм гуригъэӀуэным ар зыкӀэ егугъурти, абы ахэр къызэреджэр «Инджылым и докторт”. Ауэ абы и гъащӀэм къриубыдэу нэхъ Ӏуэхушхуэ дыдэу ищӀар Библиер инджылызыбзэкӀэ зэрызэридзэкӀарщ. И лэжьыгъэм «Пэжыгъэмрэ Тхыгъэ ЛъапӀэмрэ я мыхьэнэр» жыхуиӀэм, абы и гугъу щищӀат Библиер зэридзэкӀыну гухэлъ зэриӀэм, Англием щыпсэу дэтхэнэ зы цӀыхури езым и анэдэлъхубзэмкӀэ Тхьэм и Ӏуэху гъуэзэджэхэм теухуауэ еджэфын папщӀэ. GCKar 79.3

Ауэ, зэримыгугъауэ абы и лэжьыгъэр зэпыуащ. Абы и ныбжьыр иджыри илъэс 60 хуэдиз мыхъуами, зыгъэпсэхугъуэ имыӀэу здэлэжьам, щӀэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищӀам, и бийхэм ямыгъэпсэууэ къыздекӀуэкӀам, и лъэр щӀаудри, и ныбжь нэмысауэ жыхуаӀэу, жьы хъури, уз шынагъуэ къеуэлӀащ. Монаххэр хуабжьу щыгуфӀыкӀащ а къаӀэрыхьа хъыбарым. Уиклиф члисэм Ӏейуэ кърищӀам щхьэкӀэ хуабжьу хущӀегъуэж хъунщ, жаӀэу гугъэхэу, ахэр пӀащӀэу къызэхуэсащ, Ӏичрам къызэрихьыжым едэӀуэну, и гуэныхьхэр ирагъэӀуэтэжыну. Абы и гъуэлъыпӀэр къаухъуреихьат, къэмытэджыжу а пӀэм и псэр щыхэкӀыну, и бийхэр къыщыгугъыу, ордениплӀым я лӀыкӀуэхэр, къэрал унафэщӀхэуи зырыз ящӀыгъужу. «Ажалыр гъунэгъущ, — зыкъыхуагъэзащ абыхэм Уиклиф, — хущӀегъуэж уи щхьэрыуагъэхэмкӀэ, дэ дыщыхьэту Ӏичрам къэхьыж укъытпэщӀэувэу жыпӀа псом щхьэкӀэ». Реформаторыр щыму абыхэм къыжраӀам едаӀуэри, итӀанэ и унэӀутым елъэӀуащ гъуэлъыпӀэм къыщызэфӀигъэтӀысхьэну, и жэуапым къежьэу къыщхьэщытхэм и нэгур мамыру яхуигъазэри, быдэу икӀи макъышхуэкӀэ, апхуэдэу куэдрэ ахэр зыгъэкӀэзызу щытамкӀэ яжриӀащ: «Сэ сылӀэнукъым, сыпсэунущ, монаххэм бзаджагъэу ящӀэхэр иджыри къыщӀэзгъэщын папщӀэ”. Ӏэнкун къэхъуауэ икӀи ягъэщӀагъуэу монаххэм пащӀэу ар ябгынэжащ. GCKar 79.4

Оксфорд къалэм дин-щӀэныгъэм и доктору щыткӀэрэ,
Уиклиф Тхьэм и Псалъэр университетхэм щыжиӀэрт.
Пэжыгъэм и псалъэхэр студентхэм гуригъэӀуэным ар зыкӀэ
егугъурти, абы ахэр къызэреджэр «Инджылым и докторт”.
Ауэ абы и гъащӀэм къриубыдэу нэхъ Ӏуэхушхуэ дыдэу
ищӀар Библиер инджылызыбзэкӀэ зэрызэридзэкӀарщ.

Уиклиф и псалъэхэр пэж хъуащ. Ар псэууэ къэнащ, и лъэпкъым яӀэщӀилъхьэн папщӀэ, Римым зэрыпэщӀэтыну Ӏэщэу щыӀэм я нэхъ лъэщыр — Библиер, езы Уафэм и Ӏэмырт ар цӀыхухэр щхьэхуит ирищӀыжыну, я нэр къызэригъэплъэну, дунейм хъыбарыфӀыр къызэригъэщӀэну. Библиер зэдзэкӀыным зделэжьым абы гугъуехь, лъэпощхьэпо Ӏэджи зэран къыхуэхъуащ. Узым къриудауэ абы ищӀэрт и лэжьыгъэм папщӀэ къыхуэнэжа зэманыр зэрымащӀэр; абы илъагъурт зыпэувыну къыпэщылъ къомыр, ауэ Тхьэм и Псалъэм ит гъэгугъэныгъэхэм и гур къызэрагъэгъуэтыжри, къэмылэнджэжу ипэкӀэ кӀуэтащ. И акъылыр нэхуу, Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэ куэд игъэунэхуауэ, ар Тхьэм и ӀэмыркӀэ хуэхьэзыр хъуат а лэжьыгъэшхуэр зэфӀигъэкӀыным. Абы хэту чристэн псори шынагъэмрэ дуней зэрызехьэмрэ щызэщӀаӀулӀам, реформаторыр Люттерворт щыӀэ и члисэм щӀэсу, борэн ябгэм пэӀэщӀэу, мамыру икӀи хуиту и мурадыр къехъулӀэным елэжьырт. GCKar 80.1

ИкӀэм-икӀэжым, и лэжьыгъэр нигъэсащ — Библиер дунейм япэу инджылызыбзэкӀэ зэдзэкӀа хъуащ. Иджы Тхьэм и Псалъэр Англиеми къыӀэрыхьэнут. Реформаторыр иджы щышынэртэкъым лъэхъуэщми, мафӀэми. Абы инджылыз лъэпкъым нэхур яритащ, зэи ар ункӀыфӀыжынукъым. И хэкуэгъухэм Библиер яригъэцӀыхури, абы и къэралыр егъэфӀэкӀуэным, щӀэныгъэншагъэмрэ гуэныхьхэмрэ къыӀэщӀигъэкӀыу щхьэхуит хъужыным папщӀэ нэхъыбэ илэжьащ, зэрыхьзэрылӀ зауэм хъыжьэу текӀуэныгъэ къыщызыхьу губгъум къикӀыжа дзэ пашэ дэтхэнэми нэхърэ. GCKar 80.2

ТхылътедзапӀэхэр зищӀысыр ящӀэртэкъым абы щыгъуэм, арати, зэман куэд тебгъэкӀуадэу зэшыгъуэ лэжьыгъэкӀэ фӀэкӀа Библиер зэрыбгъэбэгъуэфын нэгъуэщӀ Ӏэмал щыӀэтэкъым. Библиер яӀэну апхуэдизу цӀыхухэр щӀэхъуэпсырти, куэдым ар къратхыкӀырт, арщхьэкӀэ, цӀыхухэр зыхуейм хуэдиз тратхыкӀыфыртэкъым. Къулейхэм Библиер зэрыпсоууэ къащэхурт. НэгъуэщӀхэм — абы и Ӏыхьэ щхьэхуэхэрт зыӀэрагъэхьэн яхузэфӀэкӀыр. Нэхъыбэм тхылъыр зэрыщыту къащэхун папщӀэ, унагъуэ зыщыплӀ зэгухьэрт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Уиклиф зэридзэкӀа Библиер зэман кӀэщӀкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэм я унэ къихъуащ. GCKar 81.1

Уиклиф цӀыхухэм я акъылым зэрызэхуигъэзам къыхэкӀкӀэ, папскэ догмэхэм щхьэхуимыту едаӀуэныр щагъэтащ. Уиклиф уазу итын къригъэжьар протестантизмэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэрщ — Мэсихь уи фӀэщ зэрыхъумкӀэ укъызэрелыр икӀи Тхыгъэ ЛъапӀэм пцӀыи щыуагъи зэрыхэмылъыр. Абы игъэса уазтакӀуэхэм Библием и гъусэу реформаторым и тхыгъэхэри цӀыхухэм Ӏэрагъэхьэт икӀи абыхэм я лэжьыгъэр апхуэдизу къайхъулӀэрти, Англием и щӀылъэныкъуэм диныщӀэр къащтат. GCKar 81.2

Библиер куэдым зэраӀэрыхьэм члисэхэм я нэхъыщхьэхэр хуабжьу игъэпӀейтейт. Иджы ахэр зэбэнын хуейр Уиклиф нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъ лъэщт — абыхэм я джатэр зыпэмылъэщын къарут. А заманым Англием, Библием уеджэну хуит узымыщӀ къэрал унафэхэр щыӀакъым, япэм ар зэи лъэпкъым я бзэкӀэ къыдагъэкӀатэкъыми. ИужькӀэ апхуэдэ унафэхэр къащтащ икӀи ткӀийуэ ягъэзащӀэу щытащ, ауэ зэкӀэ, дин-лэжьакӀуэхэр дапхуэдизу къапэщӀэмытами, Тхьэм и Псалъэр дэнэкӀи щызэрахьэрт. GCKar 81.3

Апхуэдэу щыхъум, аргуэрыжьым, папскэ Ӏэтащхьэхэм къагупсысын щӀадзащ реформаторым и жьэр зэрызэтрагъэпӀэн Ӏэмал. Трибуналищым яхузэфӀэкӀакъым Уиклиф и лъэр щӀаудын. ЯпэщӀыкӀэ щихънагъхэм я синодым Уиклиф и тхыгъэхэр еретическэу щагъэӀуащ, итӀанэ, король щӀалэщӀэр, Ричард е-ӀӀ-нэр акъылэгъу къащӀри, дин-лэжьакӀуэхэм королым и унафэр зыӀэрагъэхьащ, нэлатыр зытелъ абы и гъэсэныгъэхэр хэт къыдиӀыгъми тутнакъым ирадзэну хуитыныгъэ яӀэу. GCKar 81.4

Уиклиф Парламентым зыхуигъэзащ; лъэпкъ зэӀущӀэм хэт псоми я пащхьэ иту, зыми щымышынэу ар иерархием ехъурджэуащ икӀи къигъэуващ зэхэгъэкӀын хуейуэ члисэм хуит ищӀурэ абыхэм къемызэгъыу ялэжьа псори. Шэч лъэпкъ зыми къытрамыхьэфыну абы къигъэлъагъуэрт папскэ дин-лэжьакӀуэхэм я нэпсеягъэр икӀи зэрызэкӀуэкӀар. Абы и псалъэхэм ящӀэныр ямыщӀэжу къигъэнат и бийхэр. Япэм Уиклиф и ныбжьэгъуахэр залымыгъэкӀэ икӀуэтыжын хуей хъуахэт, арати, Уиклиф и бийхэм я гугъат зи ныбжьыр хэкӀуэта, зи закъуэу псоми къагъэна реформаторым королымрэ папэмрэ я тепщэныгъэм иджы зыхуигъэщхъыну. Ауэ абы и пӀэкӀэ езы папистхэр къыхагъэщӀащ. Парламентыр Уиклиф и псалъэ пщтырхэм къигъэпӀейтейри, Уиклиф зэрахуэну къидигъэкӀа унафэм къригъэгъэзэжри, реформаторыр аргуэру щхьэхуиту къэнэжащ. GCKar 82.1

Ещанэу ар къэралым динымкӀэ и суд нэхъыщхьэм и пащхьэ ирашащ. Папистхэм шэч къытрахьэртэкъым: мис иджы еретикым гущӀэгъу хуащӀынукъым, Римыр текӀуэнущ, Уиклиф и лэжьыгъэм кӀэ къыхуагъэкӀуэнущ, жаӀэу. Абыхэм я мурадхэр зрагъэхъулӀэфатэмэ, Уиклиф и гъэсэныгъэхэм епцӀыжын хуейт — армыхъумэ, мафӀэкӀэ ягъэсынут. GCKar 82.2

АрщхьэкӀэ, Уиклиф хущӀегъуэжакъым — абы фэрыщӀыну зигъэхьэзыртэкъым. Мышынэу и гъэсэныгъэхэм къыщхьэщыжащ ар икӀи зэрагъэкъуаншэхэр зэрыпцӀыр хахуэу къыщӀигъэщащ. И щхьэм къращӀэнкӀэ хъунум емыгупсысу, къедаӀуэхэм абы ягу къигъэкӀыжащ Тхьэм и хьэкум зэрыщыӀэр икӀи абыхэм къагупсысахэмрэ я бзаджагъэхэмрэ гъадэщӀыдэ пэжыгъэм и тэрэзэм щишэчащ. Судыр щекӀуэкӀ пэшым Тхьэм и Духыр зэрыщыӀэр щызыхэпщӀэрт. Абы даӀуэу щӀэсахэм я акъылыр итхьэкъуат Тхьэм къыбгъэдэкӀ къарум. Къыпщыхъут абыхэм къару яхуримыкъуу, судыр щекӀуэкӀ щӀыпӀэр ябгынэну. Реформаторым и псалъэхэр, Тхьэм и шабзэм хуэдэу, цӀыхухэм я гум хыхьэрт. ЕрескӀэ зэрагъэкъуэншар Уиклиф къару лъэщкӀэ ятрикъутэжащ зыгъэкъуэншахэм я щхьэм. Сыт щхьэкӀэ жиӀэу, реформаторым хигъэзыхьу упщӀэ яхуигъэувырт абыхэм: «Я щхьэрыуагъэхэмкӀэ ахэр ерыщ щӀекӀуэр сыт икӀи я щхьэрыуагъэхэр цӀыхухэм хапщэн щӀыщамыгъэтыр сыт? Мылъку зралъэфэлӀэн папщӀэ, абыхэм Тхьэм и гущӀэгъур ящэр», — жиӀэу. GCKar 82.3

«Дауэ фегупсысрэ, хэт фэ фызэбэныр? — щӀэупщӀащ ар, икӀэмикӀэжым. — Кхъэ мащэм и гъунэм Ӏут лӀыжьыра фи гугъэ? Хьэуэ! Фэ фызэбэныр Пэжыгъэрщ, ауэ Пэжыгъэр фэр нэхърэ нэхъ лъэщщ, ар фэ къыфтекӀуэнущ!» А псалъэхэр жиӀэри, ар зэӀущӀэм къыщӀэкӀыжащ, икӀи и бийхэм ящыщ зыми ар къигъэувыӀэну тегушхуэфакъым. GCKar 82.4

Уиклиф и лэжьыгъэхэр нигъэсыным къэнэжа щыӀэтэкъым, апхуэдиз зэманкӀэ пэжыгъэм и ныпыр къезыхьэкӀа абы и ӀитӀым я зыгъэпсэхугъуэр къэсат, ауэ иджыри зэ ар щыхьэт техъуэжын хуейт Инджылым зэрыхуэпэжым. Абы къыпэщылът щхьэрыуагъэ тепщэныгъэм я быдапӀэм пэжыгъэр щигъэӀуну. Уиклиф судым ираджат, папскэ трибуналым и пащхьэ ихьэн папщӀэ Римым кӀуэн хуейуэ, мызэ-мытӀэу Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъыр щыщӀагъэжа щӀыпӀэм. Абы зэхищӀыкӀт шынагъуэу къыпэплъэ псори, итӀанэми, щхьэмыгъазэу бийм ӀущӀэну хьэзырт, и пкъыр къыдэмыбзыж хъууэ узыр зэран къыхуэмыхъуамэ. Уиклиф и макъыр Римым щызэхамыхами, абы иджыри хузэфӀэкӀырт къалэмыр иӀыгъыну, арати, а Ӏэмалыр къигъэсэбэпащ. ЗдэщыӀэ и члисэм икӀыу, реформаторым папэм письмо хуригъэхьащ, шыӀэныгъэ хэлъу, пщӀэ-нэмыс зэрихьэу, чристэн гупсэм тету тхауэ, арщхьэкӀэ, къимыкӀуэту, гуащӀэу игъэкъуаншэу, папэм и тахътэм и къулеягъэри и пагагъэри. GCKar 83.1

«Сэ икъукӀэ си гуапэщ, — итхырт абы,— си фӀэщ хъухэм хуиту сыхутепсэлъыхьыну дэтхэнэ зы цӀыхуми, псом хуэмыдэу Римым и щихънагъым. Си акъылым ситыжу зызолъытэжри, согугъэр, си фӀэщхъуныгъэр зэрыпэжым папэр щыхьэт техъуэну, е зыгуэркӀэ сыщыуэмэ, пэжыгъэм сытришэжу сиущиину. GCKar 83.2

Псом я щхьэу, къызэрысщыхъумкӀэ, Мэсихь и Инджылыр — ар Тхьэм и Унафэм и купщӀэу солъытэ... Римым и щихънагъыр щӀылъэм Мэсихь и пӀэ иувауэ щыщыткӀэ, ар Инджылым и хабзэхэм нэхъыбэу едэӀуэн хуейщ, адрей цӀыхухэм нэхърэ. Мэсихь и еджакӀуэхэр щэджащэ зыщӀар дунейм пщӀэрэ щӀыхьрэ къыхуащӀауэ аратэкъым, атӀэ Мэсихь зэрыпэгъунэгъуахэрщ икӀи Мэсихь Ӏуэхуу ищӀахэм и щапхъэм быдэу зэрытетахэрщ, ... Мэсихь Ӏэпхъуэшапхъуэу здэпсэуам цӀыху нэхъ тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэм ящыщ зыт, дуней тепщэныгъи дуней щӀыхьи имыӀауэ... GCKar 83.3

Тхьэм хуэпэжынымкӀэ цӀыхум зыми щапхъэ трихын хуейкъым, уеблэмэ, папи, е цӀыху лъапӀэхэу ялъытэхэми, атӀэ щапхъэ зытрихын хуейр ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихьщ. Петри Зеведей и къуэхэми гуэныхь ящӀауэ щытыгъащ, Мэсихь и щапхъэм емыплъхэу, дуней щӀыхьым хущӀэкъухэри, аращи, абыхэм я щыуагъэм зыщытхъумэн хуейщ... GCKar 83.4

Папэ иритыжыпхъэщ светскэ властым дуней Ӏуэху псори, абы ищӀапхъэр дин-лэжьакӀуэхэр игъэсэнырщи, аращ ящӀэу щытар Мэсихьи и апостолхэми. Сэ зыгуэркӀэ сыщыуэмэ, сыдаӀуэну сыхьэзырщ, сыт хуэдэ гиеми сыщӀэдэӀуу си щыуагъэхэр згъэзэкӀуэжыну, зысхъуэжыну, уеблэмэ, си гъащӀэр стынуи сыхьэзырщ, ар Ӏэмалыншагъэу щытмэ. Сэ езыр Римым и щихънагъым и пащхьэ сихьэн папщӀэ, сынэкӀуэну сыхуеят, схузэфӀэкӀамэ, ауэ Зиусхьэным и Ӏэмырыр нэгъуэщӀщ, аращи, сэ Тхьэм нэхъыбэу седэӀуэн хуейщ, цӀыхухэм нэхърэ...” GCKar 83.5

И иужь псалъэу абы итхащ: «Тхьэм делъэӀунщ, ди папэ Урбан е-УӀ-нэми абы и жьауэм щӀэт дин-лэжьакӀуэ псоми ягу къигъэкӀыну Зиусхьэн Хьиса Мэсихь и щапхъэм тетыну, я гъащӀэкӀи я ӀуэхухэмкӀи, абыхэм цӀыхухэр пэжу яущиифын, ягъэсэфын папщӀэ икӀи сыткӀи Тхьэм хуэпэжынхэ папщӀэ». GCKar 84.1

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Мэсихь и Ӏэдэбагъыр Уиклиф щигъэлъэгъуащ папэми кардиналхэми я пащхьэ, абыхэм я мызакъуэу, чристэн дуней псом къахузэӀуихащ я ЕгъэджакӀуэмрэ Абы и лӀыкӀуэу зызыбжыжхэмрэ зэрызэмыщхьыр. GCKar 84.2

Уиклиф егупсысырт и пэжагъым и гъащӀэр щӀрагъэтыну. Королри, папэри, щихънагъхэри — псори зэгухьат, ар ягъэунэхъун папщӀэ икӀи къыпщыхъут ар мафӀэм фӀэмыкӀыфыну. Ауэ къэмылэнджэжу лӀыгъэ зэрыхэлът абы. «Сыт фыщӀигугъэр хьэзаб лӀэныгъэм и тажыр къыфпэжыжьэу? Прелат пагэхэм Мэсихь и Инджылыр яхуэфӀуэтэн щӀэвдзи — хьэзабкӀэ фи гъащӀэр фагъэтыным фыфӀэкӀыфынукъым. Сыт? Сэ си жьэр зэтепӀауэ сыпсэун хуей фи гугъэ?... ЗэикӀщ? Я удынри къыстырырехуэ, сэ сыпоплъэ абы...” GCKar 84.3

Тхьэм и Ӏэмырт и пщылӀыр иджыри къихъумэну. Махуэ къэскӀэ яукӀынкӀэ хъуну шынагъэ щыӀэу, и гъащӀэм и кӀыхьагъкӀэ къимыкӀуэту пэжыгъэр зыхъума лӀыр, и бий кӀэуфӀыцӀхэм яӀэщӀыхьэн хуейтэкъым. Уиклиф зэи яужь итакъым шынагъэхэм езым зыщихъумэжыну: абы и хъумакӀуэу щытар Зиусхьэнырщ. Иджы, и бийхэм я текӀуэныгъэм шэч къыщытрамыхьэжым, ахэр здынэмысыфыну щӀыпӀэм Тхьэм щигъэпщкӀуащ и уазтакӀуэр. Арыххэу и Люттерворт члисэм Зиусхьэным и Пшыхьыр щригъэкӀуэкӀыну зыхуигъэхьэзырауэ, ар джалэри, пкъыуэ хъуауэ, щӀэх дыдэ дунейм ехыжащ. GCKar 84.4

Тхьэм Уиклиф лэжьыгъэ пыухыкӀа къалэн щищӀат. Тхьэм и Псалъэр жригъэӀэну абы и гум ирилъхьэри, а лӀыр къихъумащ, и Псалъэр цӀыхухэм деж нихьэсыфын папщӀэ. Тхьэм къихъумащ абы и гъащӀэри и лэжьыгъэхэри, Реформацэ Ӏуэхугъуэшхуэм и лъабжьэр гъэтӀылъа мыхъуху. GCKar 84.5

Курыт лӀэщӀыгъуэм и кӀыфӀыгъэм къыхэкӀат Уиклиф. Ар япэу ирикӀуащ а гъуэгум, абы и лъагъуэр зыми хухишатэкъым, Реформацэм и принципхэм я щапхъэ трихыфыну. ПсыщӀэгъауэ Яхья хуэдэу, Тхьэм ар къриджат, къалэн пыухыкӀа и пщэм дилъхьэри, щӀэуэ къэунэхуну лӀэщӀыгъуэм и хъыбар яригъащӀэу цӀыхухэм. АтӀэми абы пэжыгъэр нэгъэсауэ къыгурыӀуэрт, и гъэсэныгъэми къытекӀуэн щыӀэтэкъым, уеблэмэ, илъэсищэ дэкӀа нэужьи. Абы игъэтӀылъа лъабжьэр апхуэдизу куут икӀи бгъуэт, апхуэдизу быдэт икӀи дагъуэншэт абы трищӀыхьа унэри, Уиклиф и лъэужь ирикӀуахэм а унэм зыгуэр иращӀэжын е къагъэщӀэрэщӀэжын хуейуэ хуэныкъуакъым. GCKar 84.6

Уиклиф иубла Ӏуэхушхуэр, цӀыхухэм я напэмрэ я акъылымрэ щхьэхуит зыщӀыжын хуеяр, текӀуэныгъэр къэзыхьа, гублащхьэдэс Римым щӀищӀа лъэпкъхэр хуит зыщӀыжын хуеяр щыщӀидзэр Библиерщ. Аращ нэфӀщыхуэныгъэм и псынэр къызыщӀэжыр, гъащӀэ зыхэт псым хуэдэу е-ХӀУ-нэ лӀэщӀыгъуэм щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми псыхьэлыгъуэу ирижэр. Уиклиф Тхыгъэ ЛъапӀэр быдэу и фӀэщ хъуат Тхьэм и Ӏэмырыр къызэӀузыхыу, Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ, динымрэ гъащӀэмрэ хабзэу щызекӀуэн хуей псор къозыгъащӀэу. Римскэ члисэм, Тхьэм къыбгъэдэкӀам хуэдэу, пщӀэшхуэ хуищӀу ягъэсат ар, пэпщӀын щымыӀэу Ӏулыджышхуэ зиӀэу, арати, шэч лъэпкъ къытримыхьэу, ар ирагъэджат, илъэсищэ лъандэрэ къекӀуэкӀ гъэсэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ пщӀэ яхуищӀу къищтэну; ауэ абы а псор къигъэнащ, Тхьэм и Псалъэ лъапӀэм зыхуигъэзэн папщӀэ. УзыфӀэлӀыкӀыу, пщӀэ зыхуэпщӀын хуейр арат, дзыхь зыхуащӀыпхъэу цӀыхубэми я фӀэщ ищӀырт ар. Абы жиӀэрт: папэм и цӀэкӀэ цӀыхухэм закъыхуэзыгъазэ члисэракъым пщӀэ зыхуэщӀын хуейр, атӀэ Зиусхьэнырщ, и Псалъэр къигъэсэбэпурэ цӀыхухэм зыкъыхуэзыгъазэрщ пэж дыдэу пщӀэрэ щӀыхьрэ зиӀэ закъуэр. АдэкӀэ абы гурыӀуэгъуэ ищӀырт, Библиер — ар Тхьэм и Ӏэмырыр нэгъэсауэ къызэӀузыхщ, Дух ЛъапӀэр — ар Библиер гурыӀуэгъуэ зыщӀыфыну закъуэщ, икӀи дэтхэнэ зы цӀыхуми Тхыгъэ ЛъапӀэр иджурэ къыгурыӀуэн хуейщ и къалэнхэри и пщэрылъхэри. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абы папэмрэ римскэ члисэмрэ я телъхьэ цӀыхухэр хуиузэщӀырт Тхьэм и Псалъэр къащыгурыӀуэну гъуэгум. GCKar 85.1

Реформаторышхуэхэм язт Уиклиф. И гъуэгу ирикӀуахэм ящыщу куэд къыпеуэфынутэкъым абы и къэухьым и инагъым, губзыгъагъэ и гупсысэкӀэм, и фӀэщхъуныгъэм быдэу зэрытетам, лӀыгъэ зэрихьэу пэжыгъэм къызэрыщхьэщыжам. И гъащӀэм и къабзагъэр, и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм емызэшыжу зэрегугъуар, ӀулъхьэкӀэ къыпхуэмыхьэхуну хэлъа пэжагъыр, цӀыхур фӀыуэ илъагъунымкӀэ Мэсихь триха щапхъэр, Тхьэм хуэлэжьэным зэрыхуэпэжар — мис апхуэдэ щэнхэм къагъэлъагъуэр япэу щыӀа реформаторхэм ящыщам хэлъа хьэлыр. А псори а зэманым диным ехьэлӀауэ щыӀа кӀыфӀыгъэмрэ цӀыхухэм цӀыхугъэр яфӀэкӀуэдауэ зэрыщытамрэ емылъытауэ. GCKar 85.2

А цӀыху щэджащэр щыхьэт тохъуэр Тхыгъэ ЛъапӀэм уигъасэу, уихъуэжу къару зэрыхэлъым. Ар зэрыщытам хуэдэу зыщӀар Библиерщ. Тхьэм къызэӀуиха пэжыгъэ инхэр зыгурыбгъэӀуэну узэрегугъум гъащӀэ ярет икӀи зрегъэужь уи зэфӀэкӀ псоми, уи акъылым хегъахъуэ, гурыхуэ уещӀ икӀи уи гупсысэкӀэр балигъыпӀэм ирешэ. Библиер джыным, нэгъуэщӀ зыми хуэмыдэу, ди гупсысэ дэтхэнэри, ди гурыщӀэхэри, ди хущӀэкъуныгъэхэри фӀым хуешэ. Абы ди гъащӀэм купщӀэ къыхилъхьэу мурадыфӀым дыхуеузэщӀ, шыӀэныгъэ, гушхуэныгъэ къытхелъхьэ, ди гупсэр лъэщ ещӀ; ди хьэлыр егъэкъабзэ, ди гур фӀым къыхуегъэнэху. ЯфӀэщу пщӀэшхуэ хуащӀу, егугъуу Библиер яджу щытамэ, цӀыхухэр Гъунапкъэншэ Ӏущыгъэм пыщӀа хъунурэ зэфӀэкӀышхуэ зиӀэ, пщӀэ-нэмыс зыхэлъ, хабзэ дахэм тет цӀыхушхуэхэр дунейм тетынут. Зы философие гъэсэныгъи зы школи хузэфӀэкӀынукъым апхуэдэ лэжьыгъэ гъуэзэджэ иригъэкӀуэкӀын. «Уи псалъэхэм къызэӀуаххэм — жеӀэр зэчырусакӀуэм, — щӀэныгъэ, зэхэщӀыкӀ ярет къызэрыгуэкӀхэм” (Зэч. 118:130). GCKar 86.1

Уаз итурэ Уиклиф цӀыхухэр зыхуригъэджар, и ущиер иджыри зы зэманкӀэ къэмыувыӀэу зиубгъуурэ къекӀуэкӀащ. Абы и гъэсэнхэм уиклифистхэр е лоллардхэр жыхуаӀэу щытахэм, Инджылым и нэхур Англием имызакъуэу нэгъуэщӀ къэралхэми нахьэсащ. Я Ӏэтащхьэр здамыӀэжым, абы и Ӏумэтым итхэр, нэхъыбэжу егугъуу Тхьэм хуэлажьэхэрт икӀи цӀыху гупышхуэхэр къызэхуэсырт абыхэм едэӀуэн папщӀэ. ФӀэщхъуныгъэ зыгъуэтахэм яхэтт лъэпкъ цӀэрыӀуэ къыхэкӀахэри, уеблэмэ, королым и щхьэгъусэри яхэтащ а диныр къэзыщтахэм. ЩӀыпӀэ куэдым зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэр къыщыхъурт лъэпкъхэм я хабзэхэм: папизмэм и мажусий дамыгъэхэр члисэхэм щӀахт. Ауэ я гъащӀэм и унафэщӀу Библиер зыщӀыну мышынахэм куэд дэмыкӀыу борэн ябгэ къатеуащ. Английскэ монарххэм, Римыр дэӀэпыкъуэгъу ящӀу я тепщэныгъэр ягъэбыдэн папщӀэ, зы цӀыкӀу ягу къеуакъым Реформацэм и телъхьэхэр псэдзыгъэ ящӀыныр. Арати, Англием и къекӀуэкӀыкӀам япэу къыщыхъуа хъугъуэщӀагъэу мафӀэхэр къызэщӀэнащ, зыр зым къыкӀэлъыкӀуэу хьэзабыр ирагъэшэчу Инджылым и еджакӀуэхэр щагъэсар. Зы укӀыгъэм адрей укӀыгъэр къыкӀэлъыкӀуэрт. Пэжыгъэм къыщхьэщыжхэр къэралым исхэу укӀ зыхуэфащэхэу ягъэӀуауэ, зэрахуэхэу, я тхьэджэ макъхэр, я лъэӀухэр зыхуагъэзэфыну щыӀэр Зиусхьэн Уафэ-Дзэпщым и закъуэт. Члисэм и бийхэм, я хэкум епцӀыжахэм хуэдэу кърахуэкӀхэу, абыхэм, итӀанэми, Инджылыр щагъэӀурт щӀыпӀэ щэхухэм, къулейсызхэм я унапӀэ фаджэхэм егъэзыпӀэ щагъуэтауэ, къурш зэхуакухэмрэ бгъуэнщӀагъхэмрэ зыщагъэпщкӀуауэ. GCKar 86.2

Дапхуэдизу ябгэу зэрамыхуами, лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ Ӏэдэбу, къимыкӀуэту, я гу къабзэм къыбгъэдэкӀыу икӀи тэмакъкӀыхьагъышхуэ яхэлъу ягъэӀуащ абыхэм я макъыр, Инджылым и диныр зэрызэрагъэкӀуэкӀа къомым арэзы техъуэн ямыдэхэу. А зэманым псэуа чристэнхэм пэжыгъэр зищӀысыр зэрыщыту къащӀатэкъым иджыри, ауэ абы щхьэкӀэ къэмынэу, абыхэм зрагъэсат Тхьэм и Псалъэр фӀыуэ ялъагъуу, абы тету, бэшэчагъышхуэ яхэлъу гугъу зрагъэхьыфу, пэжыгъэм и хьэтыркӀэ. Апостолхэм я зэманым псэуа чристэнхэми хуэдэу, куэдым Тхьэм и Ӏуэхум и хьэтыркӀэ зыхагъэкӀыжат дунейм щаӀэ мылъкум. Я унэ исыжу иджыри псэухэм гуфӀэжу зэрашалӀэхэрт зи унэ къыщӀахуа, цӀыхухэм къызэхахуа я къуэшхэр; езыхэми апхуэдэ къащыщыщӀкӀэ ахэр а удыным хуэхьэзырхэт. ДауикӀ, къахэкӀхэрт абыхэм хуитыныгъэр къэзыщэхужхэр, я диным епцӀыжхэурэ, щӀэзыхуэхэм я губжьым игъэшынахэу. Ахэр тутнакъхэм къикӀыжырт зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжхэм щатӀагъэ щыгъынхэр ящыгъыу, я фӀэщ хъууэ щыта пэжыгъэхэм псоми ялъагъуу епцӀыжхэурэ. Ауэ Тхьэм хуэпэжхэу къанэхэр мащӀэтэкъым; абыхэм яхэтт лъэпкъ цӀэрыӀуэ къыхэкӀахэри лъэпкъ къызэрыгуэкӀхэм щыщхэри икӀи «лоллардхэм я чэщанэ» жыхуаӀэ тутнакъым щӀадзакӀи, дапхуэдиз хьэзаб ӀэпкълъэпкъкӀэ ирамыгъэшэчами, мафӀэ лыгъейм здисхэми пэжыгъэм епцӀыжхэртэкъым, «Мэсихь и гугъуехьхэр зэрыдахьыфым» щыгуфӀыкӀхэу. GCKar 87.1

Папистхэм яхузэфӀэкӀакъым Уиклиф щыпсэуам хуэфӀ хуэхъуну, ауэ лӀа нэужьи абы ахэм гупсэхугъуэ къаритыртэкъым. Арати, реформаторыр дунейм зэрехыжрэ илъэс плӀыщӀым щӀигъу дэкӀауэ, Констанцскэ хасэм и унафэкӀэ абы и къупщхьэхэр кхъэм къыщӀатӀыкӀыжри псоми ялъагъуу ягъэсри, и сахуэр абдежым пэгъунэгъу псыежэхым хадзэжащ. «А псы цӀыкӀум, — зы тхакӀуэм гу зэрылъитащи, — абы и сахуэр Эйвон ихьащ, абы икӀри Северн нэсащ, Северн — ар хы цӀыкӀухэм яхихьащ, хы цӀыкӀухэми езыхэм къатехуэу ар тенджызышхуэхэм хахьэжащ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Уиклиф и сахуэр абы и гъэсэныгъэм, нобэ дуней псом зыщызыубгъуам, и дамыгъэ хъуащ». ДауикӀ, къагурыӀуэртэкъым Уиклиф и бийхэм ялэжьа щӀэпхъаджагъэм къикӀар! GCKar 87.2

Уиклиф и лэжьыгъэхэм я фӀыгъэкӀэ Богемием щыщ Ян Гус католицизмэм и щхьэрыуагъэ куэдыр имыдэу къигъанэри, Реформацэм и гъуэгу техьащ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ а хэкуитӀым, апхуэдизу зэпэжыжьэу щытахэм, пэжыгъэм и жылэр хэса щыхъуащ. Богемием икӀри а гъэсэныгъэм адрей хэкухэми зыщиубгъуащ. ЦӀыхухэм зыхуагъэзащ куэд щӀауэ ящыгъупщэжа Тхьэм и Псалъэм. Тхьэм и Ӏэм зэлъыӀуихащ Реформацэ иныр зрикӀуэну гъуэгур. GCKar 87.3