Бэнэныгъэ ин
35 ӀЫХЬЭ—ЩХЬЭЖ ЗЫХУЕЙ ДИНЫР ЗРАМЫГЪЭХЬЭЖЫНКӀЭ ШЫНАГЪЭ
Иджырей зэманым протестантхэр Римскэ-католическэ члисэм куэдкӀэ нэхъыфӀу хущыт хъуащ, япэрей илъэсхэм елъытауэ. Католицизмэм зыщимыужь къэралхэм, папистхэм лъабжьэ быдэ щаутӀыпщын папщӀэ, зэгурыӀуэныгъэ Ӏуэху щызэрахьэхэм, протестантскэ члисэхэмрэ папскэ иерархиемрэ зэгуэзыгъэкӀ доктринэхэр къазэрыфӀэмыӀуэхум зэрыхэхъуэ зэпытым гу нэхъ щылъыптэ хъуащ. УпщӀэ нэхъыщхьэхэм ехьэлӀауэ ди зэгурымыӀуэныгъэхэр, япэм къызэрытщыхъуам хуэдэу, икӀэм-икӀэжым, апхуэдизу инкъыми, Римым зы тӀэкӀу яхудэтчыхмэ нэхъыфӀу дызэгурыӀуэ хъунут жаӀэу — апхуэдэ гупсысэкӀэм нэхъыбэу зиубгъу хъуащ. УасэшхуэкӀэ къазэуа дин-щхьэхуитыныгъэр, протестантхэм икъукӀэ щагъэлъэпӀа зэман щыӀащ. Папствэм щымэхъэшэным я бынхэр щӀапӀыкӀыу, Римым жиӀэм арэзы утехъуэныр Тхьэм уепцӀыжыным хуагъадэу. Иджы-тӀэ къыжаӀэхэр абыхэм куэдкӀэ пэжыжьэщ. GCKar 526.1
Папствэм и хъумакӀуэхэм я Члисэм пцӀы къытралъхьауэ ягъэӀу, протестант жылагъуэри абыхэм ар зэрыдаӀыгъыным хунэсащ. Иджырей Члисэм узэрыхущытынур, жэхьилыгъэ кӀыфӀыгъэ зэману, абы и тетыгъуэм, илэжьа хьэкӀэкхъуэкӀагъэхэм, акъылыншагъэхэм тепщӀыхьыныр, мызахуагъэу куэдым жаӀэр. ГущӀэгъуншагъэ щӀэпхъаджагъэу абы ищӀахэр ахэм ягъэзэхуэж а лъэхъэнэр Ӏэлгъул зэману зэрыщытамкӀэ, иджырей цивилизацэм ижьу къыщӀихуам, Члисэр куэдым зэрыхущытыр зэрихъуэжар къыхагъэщурэ. GCKar 526.2
А зыкъызыфӀэщӀыжа тепщэм лӀэщӀыгъуий нейм и кӀыхьагъкӀэ гуэныхь зыхуэмыщӀэн хуэдэу заригъэлъытэну зэрыхущӀэкъуар цӀыхухэм ящыгъупщэжауэ дауэ хъун? А зыщӀэныкъуэкъуахэу, къызытекӀыну зимымурадым, епщыкӀубгъуанэ лӀэщӀыгъуэм, папистхэр, япэм нэхърэ нэхъ белджылыуэ щыхьэт щытехъуащ. Римым «Члисэр зэикӀ щхьэрыуакъым, Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэщи, зэикӀ щхьэрыуэнукъым» щыжиӀэкӀэ, дауэ ар блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм зытета принципхэм къызэрытекӀынур? GCKar 526.3
Папскэ члисэр гуэныхь имыщӀэ хуэдэу зыщӀэныкъуэкъум зэи къыпхутекӀынукъым. Езым и догмэхэм гурымыӀуэхэр блэкӀам имыгъэпсэууэ къызэрихуэкӀа псор иджыри захуагъэу щилъытэкӀэ, апхуэдэ Ӏэмал къыхуихуэмэ, къримыгъэгъэзэжыну пӀэрэ а и Ӏуэху дыдэхэм? Къэрал унафэщӀхэм къагъэув нэзхэр Ӏурырахи, Римым иӀауэ щыта тепщэныгъэр ирыратыжи — асыхьэтым япэм щыӀа щӀэпхъаджагъэу къехуэкӀыныгъэхэмрэ залымыгъэхэмрэ къытрагъэзэжынущ. GCKar 527.1
Уи напэм ухуитыжыным папскэ иерархиер зэреплъыр къигъэлъагъуэурэ, тхакӀуэ цӀэрыӀуэм и гугъу ещӀыр папскэ политикэм ехъулӀэныгъэ игъуэту щытмэ, абы кърикӀуэнкӀэ хъуну шынагъэм, псом япэу Штат Зэгуэтхэм къащхьэщыхьэну щытым, мы псалъэхэр къыжиӀэурэ: GCKar 527.2
«Штат Зэгуэтхэр Римскэ-католическэ члисэм зэрыщышынэр куэдым фанатизмэм е сабиигъэм ирапх. Щхьэхуитыныгъэм ехьэлӀа ди институтхэм къебий зыри католичествэм и хьэлми и хабзэхэми халъагъуэркъым ахэм, а члисэр зэрыхэхъуэри Ӏеягъэм хуахьыркъым. Ди къэралым и лъабжьэу щыт принцип языныкъуэхэмрэ католическэ члисэр зытет принципхэмрэ зэдвгъэгъапщи девгъэплъыт. GCKar 527.3
Штат Зэгуэтхэм я конституцэм щхьэж зыхуей диныр зэрихьэжыну зэрыхуитымкӀэ быдэу дыкъегъэгугъэ. Абы нэхъ бгъэлъэпӀэни, нэхъ быдэу узытетыни щыӀэкъым. Папэ Пий е-К-нэм и энцикликэм 1854 гъэм августым и 15-м мыпхуэдэу щыжеӀэр: “Дин-щхьэхуитыныгъэм къыщхьэщыж акъылыншагъэ щыуагъэ доктринэхэр е щхьэгъэвагъэм ухуезыгъаджэхэр нэхъыбэу узыщышынэн хуей ересщ. Ар емынэ узым хуэдэщ, псом нэхърэ нэхъыбэу къэралыр зыщышынэн хуейуэ”. А папэ дыдэм 1864 гъэм декабрым и 8-м и энцикликэм анафемэ щарихащ “напэ щхьэхуитыныгъэмрэ дин-щхьэхуитыныгъэмрэ хущӀэкъухэм”, къищынэмыщӀауэ, “члисэм залымыгъэ къигъэсэбэп мыхъуну зылъытэ псоми”. GCKar 527.4
Римым Штат Зэгуэтхэм зэгурыӀуэныгъэ Ӏуэху щызэрихьэ щхьэкӀэ, ар щыхьэт техъуэркъым папствэм и гукъыдэжым зихъуэжауэ. Католическэ члисэм шыӀэныгъэ егъэлъагъуэ, дэӀэпыкъуэгъуншэ щыхъум деж. Мыращ щихънагъ О’Коннор жиӀэр: “Дин-щхьэхуитыныгъэр дэ псалъэмакъыншэу дошэч, абы пэщӀэувэ принципкӀэ ар, католик жылагъуэм хэщӀыныгъэ ямыгъуэтын хуэдэу, дымыхъуэжыфыху...” Сент-Луис и щихънагъ пашэм зэгуэрым жиӀащ: “Ересымрэ фӀэщмыхъуныгъэмрэ — ар щӀэпхъаджагъэщ; чристэн къэралхэм, псалъэм папщӀэ, Италием, Испанием хуэдэхэм, къэралым исхэр католикыу, икӀи къэралым къищтэ унафэхэм католическэ диным мыхьэнэшхуэ щыхуищӀу здэщытхэм, абы тезыр щытралъхьэр, адрей сыт хуэдэ щӀэпхъаджагъэми хуагъадэу...”» GCKar 527.5
«Католическэ члисэм и дэтхэнэ зы кардиналми, щихънагъ пашэми, щихънагъми папэм хуэпэжыну тхьэлъанэ ящӀ, мы псалъэхэм хуэдэ къыжаӀэурэ: “Ди зиусхьэным (папэм) е абы и пӀэкӀэ теувэнум и жыӀэм емыдаӀуэ еретикхэмрэ раскольникхэмрэ си къару псом къызэрихькӀэ, къесхуэкӀыну, сымыгъэпсэуну си пщэм дызолъхьэр”». GCKar 528.1
Дауи, Римскэ-католическэ члисэм, чристэн пэжхэри хэтщ. А члисэм щыщ цӀыху мин бжыгъэхэр Тхьэм хуолажьэр, къахузэӀукӀа нэхум ипкъ иткӀэ. Абыхэм Тхьэм и Псалъэр хуиту яджыну хуадэркъым, аращи, ахэр пэжыгъэм щыгъуазэркъым. Гу къабзагъэкӀэ Тхьэм ухуэлэжьэнымрэ формальнэстхэр, хабзэхэр бгъэзэщӀэн къудеймрэ зэрызэщхьэщыкӀыр ахэм зэикӀ ялъэгъуакъым. Зиусхьэным игу щӀогъу ахэм, псэр зымыгъэнщӀ фӀэщхъуныгъэ нэпцӀым тету ягъэсахэм. Ӏэмал имыӀэу Ар иужь итынущ ахэр къэзыухъуреихь а кӀыфӀыгъэ Ӏувыр, нэхум и бзийхэмкӀэ зэкӀэщӀихуну. Абы ахэм пэжыгъэр къахузэӀуихынущ, Хьиса къызэрыбгъэдэкӀыу зэрыщыт дыдэм хуэдэу — икӀи куэдыр Абы и лъэпкъым къыхыхьэнущ. GCKar 528.2
Ауэ католическэ дуней еплъыкӀэр, япэми хуэдэу, ноби Мэсихь и Инджылым езэгъыркъым. Протестантскэ члисэхэр кӀыфӀыгъэ Ӏейм хэтщ, армыхъумэ, зэманым и нэщэнэхэр зэхагъэкӀынт. Католическэ члисэм жыжьэ кӀуэ мурадхэмрэ ӀуэхузехьэкӀэхэмрэ иӀэщ. Езым ижь нэхъыбэм ящӀригъэхуфын икӀи и тепщэр игъэбыдэфын папщӀэ, абы Ӏэмалу игъуэт псори къегъэсэбэп. Абы бэнэныгъэ гуащӀэм зыхуегъэхьэзыр дуней псом хуиӀа тепщэныгъэр зэфӀигъэувэжын щхьэкӀэ — абы къикӀыращи, протестантизмэр зыхунэса псори игъэкӀуэдыжынырщ, езым имыакъылэгъу псори имыгъэпсэууэ кърихуэкӀыу зэрыщытам къригъэгъэзэжынырщ. Католичествэр дуней псом йобгъэрыкӀуэр. Феплъыт протестантскэ къэралхэм абы и члисэхэм зэрыщыхэхъуэм, и тхьэлъэӀупӀэхэр зэрыщыбагъуэм. Нэхъыбэу протестантхэм и жьауэм щӀэт Америкэм, абы и колледжу, и семинариеу дэтхэр цӀэрыӀуэ зэрыхъухэм гу лъыфтэт. Католическэ члисэм цӀыху куэд хыхьэ щыхъуа Англием дин-хабзэщӀэхэр къызэрыщаублэ зэпытми феплъыт. Инджылым и принцип къабзэхэр зыфӀэлъапӀэ дэтхэнэри а псом игъэгузэвэн хуейщ. GCKar 528.3
Протестантхэм папствэм гъунэгъу зыхуащӀ икӀи абы къыщхьэщож; абыхэм апхуэдизу худачых, апхуэдизу гуроӀуэри, уеблэмэ, католик дыдэхэми ягъэщӀагъуэр, мыдрейхэми ящӀэр къагурыӀуэжыркъым. ЦӀыхухэм я нэр зэхуащӀ католицизмэм и хьэл-щэныр зыхуэдэ дыдэр къалъэгъуну хуэмейуэ, ар тепщэ хъумэ абы кърикӀуэу къалъэӀэсыну шынагъуэри зэхащӀыкӀыну хуэмейуэ. Щхьэхуитыныгъэмрэ дин хуитыныгъэмрэ я бий шынагъуэ Ӏейр къызэребгъэрыкӀуэм пэщӀэувэфын щхьэкӀэ цӀыхубэр къэушын хуейщ. GCKar 529.1
Протестант куэдым католическэ диныр удэзымыхьэхыу, абы иригъэкӀуэкӀ къулыкъури зэшыгъуэу, дауэдапщэ купщӀэншэхэу ялъытэр. АрщхьэкӀэ, ахэр щоуэр. Католицизмэм пцӀыр и лъабжьэу щыт щхьэкӀэ, а пцӀыр пхъашэрэ удэзымыхьэхыу пхужыӀэнукъым. Римскэ члисэм дин-лэжьыгъэу иригъэкӀуэкӀ Ӏуэхухэр хуабжьу уи гурыщӀэр къэзыгъэуш дауэдапщэхэщ. Абы и дин-хабзэхэм я инагъымрэ я лъапӀагъымрэ цӀыхухэм я гущӀэм нэсу зэхащӀэри, я гум къонэр, я акъылымрэ я напэмрэ жей къатригъауэу. GCKar 529.2
ТхьэлъэӀупӀэ дэгъуэхэр, ягъэлъапӀэу ирагъэкӀуэкӀ къулыкъухэр, дыщэкӀэ зэщӀэлыдэ тыхь щӀыпӀэхэр, мывэ лъапӀэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀа кхъэлэгъунэхэр, сурэтыщӀ Ӏэзэхэм я ӀэрыкӀ сурэтхэр, мраморым къыхэщӀыкӀа сын гъэжахэр, макъамэ телъыджэхэр — а псоми гурыщӀэфӀхэр къагъэуш. Ину Ӏууэ, органым и макъамэ ӀэфӀыр, уэрэд жызыӀэхэм я макъхэм хэӀуэжурэ, тхьэлъэӀупӀэ уардэхэм я унащхьэм докӀуей, къекӀуэлӀахэм я гур къригъэлъэтрэ лъапӀагъэм иригъэгупсысу, ар зи псэм лъэмыӀэсу зыри къимыгъанэу. GCKar 529.3
А теплъэгъуэ дахэ дыдэу, цӀуугъэнэхэри, дауэдапщэхэри, гуэныхьыр къызэхьэлъэкӀ цӀыхур зыщӀэхъуэпсхэм щыдыхьэшхыу аращ зищӀысыр, икӀи ахэр нэрылъагъуу щыхьэт тохъуэр я купщӀэр зэрызэкӀуэкӀам. Мэсихь и диныр хуэныкъуэкъым апхуэдэ щыгъын къулейхэмкӀэ яхуэпэну. Жорым къыбгъэдэкӀ нэхум здыхэтым, чристэныгъэ пэжыр апхуэдизу къабзэу, фӀылъагъуныгъэкӀэ гъэнщӀауэ щытщи, и теплъэр сыткӀэ умыгъэщӀэращӀэми абы и лъапӀагъ пэж дыдэр зыкӀи игъэбэгъуэфынукъым. Щыпкъагъэм и дахагъэр, Ӏэсэу, гу сабырыр — мис аращ Тхьэм и пащхьэ щылъапӀэр. GCKar 529.4
Теплъэр зэщӀэлыдэмэ абы иджыри жиӀэркъым мурадыр къабзэрэ лъапӀэу. Искусствэр фӀы дыдэу зыхэпщӀыкӀынри, гурыхьыгъэр хэплъыхь защӀэкӀэ быубзыхунри — ахэр псори гурыщӀэм узэришэнымрэ щэныншагъэмрэ куэдрэ ягъунэгъу-жэрэгъущ. ШейтӀаным апхуэдэ щӀыкӀэхэр щӀэмычэу къегъэсэбэп, цӀыхухэм я псэр зыхуэныкъуэхэр къафӀимыгъэӀуэхун щхьэкӀэ, къэкӀуэнури, мыкӀуэдыж гъащӀэри ящригъэгъупщэу, игъащӀэкӀи псэу я ДэӀэпыкъуэгъум я щӀыбыр хуаригъэгъазэу, мы дуней закъуэм папщӀэ фӀэкӀа имыгъэпсэун щхьэкӀэ. GCKar 530.1
Тхьэм и Дух ЛъапӀэр зигу имылъ цӀыхур диным и теплъэм дихьэхынкӀэ хъунущ. Католическэ члисэм иӀэ пщӀэшхуэмрэ иригъэкӀуэкӀ дауэдапщэхэмрэ узыгъэӀулэ удыгъэ къару яхэлъщ, куэдыр къигъэпцӀауэ. Ауэрэ цӀыхухэр Римскэ-католическэ члисэм жэнэтым и куэбжэ хуэдэу еплъын щӀадзэр. Пэжыгъэм и лъабжьэм быдэу тетхэу, зигухэр Тхьэм и Дух ЛъапӀэм щӀэрыщӀэ зыщӀыжахэрщ абы ижь зыщӀимыхуу къанэхэр. ЦӀыху Ӏэджэм, езыхэм я щхьэкӀэ Мэсихь зымыгъэунэхуахэм, Тхьэм уфӀэлӀыкӀыным и теплъэр зыщатӀэгъэнущ, абы щыгъуэм и къарур ямыӀэу къанэу. Мис апхуэдэ динщ куэдым ягу ирихьри. GCKar 530.2
Католическэ члисэм гуэныхьыр игъэгъуну хуитыныгъэ иӀэу здыжиӀэм, абы и акъылэгъухэм гуэныхь ящӀэ хъуну хуиту ярегъэгугъэ, зэрызаумысыж дин-хабзэми, ар хэмыту члисэм гуэныхьыр здимыгъэгъум, бзаджагъэ пщӀэну хуитыныгъэ къует. ЦӀыху дэхуэхам и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу иувэу, и гущӀагъщӀэлъ псори, и гукъэкӀ псори абы къыхузэӀузыхым и цӀыху напэр егъэпуд, и псэм фӀыуэ хэлъа псори егъэикӀэ. Щоджэным — лӀэныгъэм ӀэщӀэлъым, щхьэрыуам, инэхъыбэм фадэмрэ цӀапӀагъэмрэ зыдезыгъэхьэхым, и пащхьэ и гуэныхьхэр къыщыщӀигъэщурэ цӀыхур езыр зыхуэмысакъыж мэхъу, абы къыхэкӀкӀи гуэныхь ещӀэр. Абы Тхьэр къызэрыщыхъур цӀыху дэхуэхам хуэгъэдауэщ, щоджэныр Тхьэм и пӀэм ирагъэувэри. Апхуэдэ икӀагъэ дин-хабзэр — зы цӀыхум адрейм и деж зыщимыусыжыныр, хэкӀыпӀэ тӀасхъэщ, фӀэкӀыпӀэншэу кӀуэдыжыныгъэм уридзу, дунейр зэзыгъэкӀуэкӀ бзаджагъэу ящӀэ псом янэхъыбэр къыщежьэу. АрщхьэкӀэ, щхьэхуэфӀхэм я дежкӀэ куэдкӀэ нэхъ тыншщ, нэхъ гурыхьщ икӀи къезэгъщ уи гуэныхьыр лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ цӀыхум хуэпӀуэтэныр, Тхьэм уи гур къыхузэӀупхыным нэхърэ. ГуэныхьыщӀэ цӀыхум и щытыкӀэмкӀэ тезыр къищтэныр куэдкӀэ нэхъ тыншщ, гуэныхьыр къигъэнэным нэхърэ. ЦӀыхум и дежкӀэ нэхъ тыншщ щыгъуэ щыгъын пхъашэ зыщитӀэгъэнри, щӀопщкӀэ заригъэукӀынри, нэгъуэщӀ сэкъат зытригъэлъхьэнри, гуэныхьым дезыгъэхьэх и гухэлъхэр жорым кӀэрилъхьэ нэхърэ. Зи гур Дух ЛъапӀэм и унафэм щӀэмытым гугъуехь хьэлъэ ишэчыным нэхъ хуэхьэзырщ, Мэсихь къыпщӀэхилъхьэну бжьым и щхьэр хуигъэлъэхъшэным нэхърэ. GCKar 530.3
Католическэ члисэмрэ Мэсихь япэу къыщыкӀуа зэманым щыӀа иудаизмэмрэ гъэщӀэгъуэну зэщхьщ. Иудейхэм Тхьэм и Унафэм и принцип дэтхэнэри щэхуу хаутэу здэщытым, цӀыхухэм къагупсыса унафэхэр езыфыгъулӀэу яхъумэрт; Тхьэм и унафэр бгъэзэщӀэныр гугъуехьрэ хьэзабрэ ящӀт, хабзэ-бзыпхъэу езыхэм кърагъэжьахэмкӀэ. Унафэм пщӀэ хуэзыщӀу жызыӀэ иудейхэм хуэдэу, католикхэми жаӀэр жорыр ягъэлъапӀэу. Мэсихь гугъу зэрехьам и дамыгъэхэр ахэм яӀэт, а жорым кӀэрылъу яукӀам я гъащӀэмкӀэ епцӀыжу щыт щхьэкӀэ. GCKar 531.1
Папистхэм я члисэхэм, я тыхь щӀыпӀэхэм, я щыгъынхэм жор тращӀыхь. ДэнэкӀи жор дамыгъэр щыплъагъунущ. ДэнэкӀи жорыр теплъэкӀэ яӀэту, ягъэлъапӀэу щытщ. Ауэ Мэсихь и гъэсэныгъэр купщӀэншэ хабзэхэмкӀэ, пцӀыкӀэ зэрызрахъуэкӀахэмкӀэ, хабзэ пхъашэу кърагъэжьахэмкӀэ щӀахъумэри, щӀалъхьэжакӀэщ. Иудей фанатикхэм теухуауэ КъегъэлакӀуэм жиӀауэ щыта мы псалъэхэр Римскэ-католическэ члисэм я бжьыпэтетхэм нэхъыбэжу яхуэгъэзащ: «Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъеиркъым” (Мф. 23:4). Напэ къабзэ яӀэу псэу цӀыхухэр ягъэпуда Тхьэм и губжьым зэпымыууэ щӀагъэтщ, а зэманым члисэм и лэжьакӀуэ иерарххэр тхъэжу псэухэу, гурыщӀэ мыкъабзэхэр арэзы зэращӀыным пылъу. GCKar 531.2
Тхьэнапэ-сурэтхэмрэ щихъхэм я хьэдэ-къупщхьэхэмрэ щхьэщэ хуэщӀынри, щихъхэм я уэчыл къулыкъури, папэр хуабжьу ягъэлъэпӀэнри — а псори шейтӀан ӀэщӀагъэщ, цӀыхухэм я гулъытэр Тхьэмрэ Абы и Къуэмрэ пэӀэщӀэ зэрыхуащӀ щӀыкӀэу. КӀуэдыпӀэ щыхупӀэм цӀыхухэр зэрыдигъэхуэнум иужь итурэ, абы хузэфӀэкӀ псор ещӀэр, ахэр Къезыгъэлыфыну Закъуэм я нэгур хуаримыгъэгъэзэн щхьэкӀэ. «Гугъу ехь псори, хьэзаб зышэч псори, си деж фыкъакӀуи, Сэ гупсэхугъуэ фэзгъэгъуэтынщ!” — жызыӀам и пӀэ гъэпцӀагъэкӀэ иувэфыну щыт сытми абы ахэр хуиунэтӀынущ (Мф. 11:28). GCKar 531.3
ШейтӀаным Тхьэм и хьэл-щэнри гуэныхьыр зищӀысри пцӀыкӀэ зэрихъуэкӀыну зэпымычу хущӀокъу, зэрыщытыр жыпӀэмэ, аращ бэнэныгъэшхуэр щӀекӀуэкӀым и щхьэусыгъуэхэр. Бзаджейуэ къиӀущэщхэмкӀэ ар йогугъу цӀыхухэм Тхьэм и унафэм и пащхьэ щахь жэуаплыныгъэр зэригъэмэщӀэным, абыхэм гуэныхь ялэжьыну хуиту къафӀигъэщӀыным. А зэман дыдэми абыхэм Тхьэм теухуа пцӀыхэр яфӀэщ ещӀри, ахэм Тхьэм щышынэн, теплъэ мыхъун щӀарегъадзэ, фӀыуэ ялъагъуным ипӀэкӀэ. ШейтӀаным езым и гущӀэгъуншагъэр ДыкъэзыгъэщӀам кӀэрецӀэлъ. Ар хыболъагъуэр я догматхэмрэ щхьэщэ зэращӀ хабзэхэмрэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэр Ӏиманыншэу нэф мэхъури, Тхьэм здезауэм, шейтӀаным ахэр езым гуэгъу зыхуещӀ. Тхьэм и хьэл-щэныр зэкӀуэкӀауэ къазэрыгурыӀуэм мажусийхэм я фӀэщ ищӀащ Тхьэм гущӀэгъу ирагъэщӀын щхьэкӀэ цӀыху къурмэн хуэпщӀыныр Ӏэмалыншагъэ хуэдэу, ауэрэ тхьэнапэхэм щхьэщэ зэрыхуащӀ щӀыкӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ гущӀэгъуншагъэ Ӏейр мыкӀуэдыж ящӀащ. GCKar 531.4
Римскэ-католическэ члисэм чристэн динымрэ мажусий динымрэ зэхипщауэ, мажусийхэм хуэдэу Тхьэм и хьэлыр пцӀыкӀэ зэригъэкӀуэкӀыурэ, гущыкӀыгъуэ гущӀэгъуншагъэ мащӀэкъым илэжьар. Папэхэм я тепщэгъуэ зэманым члисэм езым и дингъэсэныгъэхэр цӀыхухэм залымыгъэкӀэ къаригъащтэу щытащ, хьэзаб зэрырагъэшэч Ӏэмэпсымэхэр къигъэсэбэпурэ. Абы къигъэувхэм едэӀуэну зымыдэхэм мафӀэт къапэплъэр. Ажал зауэм апхуэдизу зрагъэубгъуати, хэкӀуэдахэр зыхуэдизыр къыщыщӀэщынур къемэтмахуэ закъуэрщ. Члисэм и къулыкъущӀэ инхэм, шейтӀаным игъэӀущауэ, цӀыхухэм хьэзаб зэрырагъэшэч Ӏэмэпсымэхэр къагупсысырт, лей зрахым уз нэхъ Ӏей дыдэхэр зэхрагъащӀэу, арщхьэкӀи и псэр пыту къигъанэу. ЦӀыхугъэмэ зыщымыу жыхьэрмэ хьэзабхэр, къытрагъэзэж-къытрагъэзэжурэ цӀыхум хузэфӀэкӀыху ирагъэшэчырт, иужьым Ӏэпкълъэпкъыр пэмылъэщыж хъурти, хьэзаб зытелъым куэдрэ зэжьа лӀэныгъэр хуит зыщӀыжым хуэдэу къищтэрт. GCKar 532.1
Арат къыпэплъэр Римым и бий дэтхэнэми. Абы и члисэм щыщхэр тезыр ятрилъхьэурэ игъэдаӀуэрт, и щӀопщыр игъэвууэ, яхуигъэдалъэурэ, зыхэзыукӀэ нэщӀхэр яригъэӀыгъырт, я пкъым лей зэмылӀэужьыгъуэхэр яригъэхыжырт. Уафэр нэфӀкӀэ зрагъэплъын папщӀэ, гуэныхьыщӀэхэм Тхьэм и Унафэр якъутэрт, щӀыуэпсым и хабзэхэри хаутэрт. ГуфӀэгъуэрэ насыпым папщӀэ Тхьэм къигъэщӀауэ щыт псоми, зыщашыӀэну цӀыхухэр ягъасэрт. Члисэм и кхъэхэм цӀыху мелуан бжыгъэхэр щыщӀалъхьэжащ, я гъащӀэ псом, зэрыщытын хуейм хуэдэу щыт я щэнхэм, я гур зыхуэпабгъэхэм алейуэ ебэныжахэр, дунейм епха гурыщӀэ гуэрым и ягъэкӀэ Тхьэр къэдмыгъэгубжьа закъуэрэт жаӀэурэ. GCKar 532.2
Католицизмэм и тхыдэм зэ еплъыгъуэкӀэ ухэплъэныр ирокъу шейтӀаныр гу быдэу зэрыгущӀэгъуншэ дыдэр къыбгурыӀуэным, лӀэщӀыгъуэ енхэм я кӀыхьагъкӀэ нэрылъагъу къэхъуауэ щытыр; Зиусхьэным и хъыбарыр зэи зыхэзымыхахэм я дежкъым абы гущӀэгъуншагъэ щилэжьар, атӀэ чристэн диным и хэкум и курыкупсэрщ икӀи абы и Ӏэгъуэблагъэхэрщ. ПцӀыр зи лъабжьэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ системэр къигъэсэбэпурэ, кӀыфӀыгъэм и пщыр и мурадым лъэӀэсащ, Тхьэм и щӀыхьыр щигъэпудым, цӀыху лъэпкъыр псэкӀуэдыпӀэм щынигъэсым. Езым зыщӀиуфэурэ члисэм и унафэщӀхэм зыхуейр иригъэщӀэныр абы хуабжьу къызэрехъулӀэм гу лъыттэмэ, итӀанэ, нэхъыфӀу къыдгурыӀуэнущ абы Библиер апхуэдизу илъагъу щӀэмыхъур. А Тхылъыр яджмэ, абы щыгъуэм Тхьэм и гущӀэгъумрэ и фӀылъагъуныгъэмрэ къонахуэр; занщӀэу гурыӀуэгъуэ мэхъу Абы зыми хуэмыхьын хьэлъэ зэрытримылъхьэр. Тхьэр цӀыхум зэрелъэӀу закъуэр — ар гуэныхьым хущӀегъуэжауэ, зиумысыжу, Ӏэсэлъасэу, и щхьэр игъэлъахъшэу щигъэтынырщ. GCKar 532.3
МыкӀуэдыжын гъащӀэм зыхуагъэхьэзырын папщӀэ, къулъшырыфым зыщӀаубыдэну Мэсихь Езым и щапхъэкӀэ зэикӀ цӀыхухэр хуигъэсакъым. ФӀылъагъуныгъэмрэ гущӀэгъу гурыщӀэхэмрэ цӀыхум игъэужьыхын хуейуэ абы зэикӀ хуригъэджакъым. КъегъэлакӀуэм и гум сытым дежи фӀылъагъуныгъэ щызт. ЦӀыхур цӀыхугъэ нэгъэсам нэхъ пэгъунэгъу хуэхъухукӀэ, абы гурыщӀэхэр нэхъ зэхещӀэр, гуэныхьыр нэхъ GCKar 533.1
къытохьэлъэр, гугъу ехьым игу зэрыщӀэгъур нэхъ нэрылъагъу мэхъу. Папэм трегъэчыныхь Мэсихь и пӀэкӀэ мы щӀылъэм щыӀэу, арщхьэкӀэ, ар ди КъегъэлакӀуэм ебгъэпщэфыну? Мэсихь цӀыхухэр лъэхъуэщым иридзэу щыта хьэмэрэ Уафэ Пащтыхьым хуэдэу щӀыхь къызэрыхуамыщӀам щхьэкӀэ зыгуэрхэм хьэзаб яригъэшэчыну иужь ита? Ар, Езыр, езыгъэблэгъэну хуэмеяхэм укӀ ятрилъхьа? Зэгуэрым самарян жылэм щыщхэр Абы къыщыщымэхъэшам щыгъуэ, хуабжьу губжьауэ Яхья жиӀат: «Зиусхьэн! Илия зэрищӀауэ щытам хуэдэу, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн?” — жиӀэри. АрщхьэкӀэ, Хьиса игу щӀэгъуу и еджакӀуэм еплъри, зэрыгущӀэгъуншэмкӀэ игъэкъуаншэу мыпхуэдэу жриӀащ: «ЦӀыхум и Къуэм хуэдэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ» (Лк. 9:54, 56). ЗыкӀэ зэремыщхь Мэсихь Езым и пӀэм иувауэ къащыхъу нэпцӀым! GCKar 533.2
Нобэ римскэ члисэм дунейм гупэ дахэ яхуегъэлъагъуэ, блэкӀа илъэсхэм илэжьауэ щыта шынагъуэхэм щхьэкӀэ къысхуэвгъэгъу жыхуиӀэу. Ауэ абы чристэн фащэкӀэ зигъэщӀэращӀэ щхьэкӀэ, и купщӀэр зэрыщытауэ къонэж. Лъэхъэнэ кӀыфӀу курыт лӀэщӀыгъуэхэм папствэр зытета принцип псоми иджыри къыздэсым тетыжщ. Курыт лӀэщӀыгъуэм гъэсэныгъэу яубзыхуахэр иджыри къыздэсым мэпсэу. Зыми зыкъремыгъэгъэпцӀэж. Протестантхэм нобэ я Ӏэр зыхуашиину зыхуэхьэзыр папствэр, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм я гъащӀэм щымысхьыжу абы и хабзэншагъэхэр къыщӀагъэщыну зыкъыщаӀэтауэ щыта, Реформацэ зэманым зэрыщыта дыдэм хуэдэу иджыри къэнэжащ. Абы а пагагъэ дыдэри, зыкъызыфӀэщӀыжауэ щӀэныкъуакъуэхэри зыхинакъым, сыт хуэдэ пащтыхьми, къэрал тепщэми я нэхъ лъагэу зиӀэту, егъэлеяуэ зыщыгугъыжу Зиусхьэным и пӀэ иубыдыну тезыгъэгушхуэр. Нобэ абы и тепщэ гупсэр, зыкӀи къыщхьэщыкӀыркъым япэм гущӀэгъуншэу, залымыгъэ защӀэкӀэ цӀыхум и щхьэхуитыныгъэр хэзыутэу щытам, Я нэхъ Лъагэм и цӀыху лъапӀэхэр езыгъэукӀыу щытам. GCKar 533.3
Папствэр зищӀысыр бегъымбарӀуатэр зытепсэлъыхь Тхьэм епцӀыжыныгъэрщ иужь махуэхэм щыӀэну жыхуиӀэрщ (еплъ 2 Фес. 2:3, 4). Папствэм и политикэр икъукӀэ лантӀэщ, ар хущӀокъу и мурадхэр къехъулӀэным нэхъыфӀу къыдэӀэпыкъуну теплъэр зэрызэтригъэуэным, арщхьэкӀэ, хамелеоным и фэмкӀэ щӀехъумэр ажал зезыхьэ и блэ шэрэзым хэлъ щхъухьыр. Папистхэм жаӀэр: «Еретикхэмрэ ересь зезыхьэу гурыщхъуэ зыхуэтщӀхэмрэ къызэрыдгъэгугъахэр дгъэзэщӀэн хуейкъым”. А тепщэм, илъэс миным и кӀыхьагъкӀэ зи тхыдэр цӀыху щыпкъэхэм ялъкӀэ зытхыжар, Мэсихь и Члисэм щыщ Ӏыхьэу убж хъуну? GCKar 534.1
Протестантскэ къэралхэм ди махуэхэм католицизмэр апхуэдизу наӀуэу протестантизмэм къыщхьэщыкӀыркъым, блэкӀам зэрыщытам хуэдэу, зэрыжаӀэр лъабжьэншэу щыткъым. Пэжщ, шэч хэлъкъым, зэхъуэкӀыныгъэхэр къэхъуащ, ауэ папствэракъым къыщыхъуар. Католицизмэр куэдкӀэ пэгъунэгъущ иджырей протестантизмэм, арщхьэкӀэ, ар апхуэдэу къыщӀэхъур протестантизмэр хуабжьу дэхуэхащи аращ, я адэжь-реформаторхэм ебгъапщэмэ. GCKar 534.2
Протестантскэ члисэхэм дунейр къахьэхуу, нэфӀкӀэ зрагъэплъыну зэрыхущӀэкъуам къыхэкӀкӀэ къыхуэфӀыныгъэ нэпцӀым ахэм я нэр къащипхъуащ. Бзаджагъэ псоми фӀыуэ уахущыт щӀэмыхъунур ахэм къагурыӀуэркъым, абы къыхэкӀкӀэ фӀы сыт хуэдэри ахэм Ӏейуэ ялъытэнущ. «ИгъащӀэкӀэ Тхьэм и лъэпкъ лъапӀэм ирата фӀэщхъуныгъэм” и телъхьэу, ар яхъумэжыным и пӀэкӀэ, пхъашагъэу яӀэщӀэкӀахэм щхьэкӀэ, фанатизм тхэлъам щхьэкӀэ, къытхуэгъэгъу жаӀэри, иджы ахэр Римым йолъэӀу. GCKar 534.3
Уеблэмэ, католицизмэр бийм хуэдэу зылъагъу мыхъухэми, абы и къарумрэ и зэфӀэкӀхэмрэ шынэгъуагъэу хэлъ псори зы мащӀэкӀэщ къазэрыгурыӀуэр. Куэдым трагъэчыныхь курыт лӀэщӀыгъуэхэм щӀэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ кӀыфӀыгъэм зэрыхэтар члисэм и догмэхэми, хабзэжьу цӀыхухэм къахэнахэми, члисэм цӀыхухэр дикъузэу зэрыщытами зрагъэубгъуным сэбэп хуэхъуауэ. Ауэ иджы, щӀэныгъэм, культурэм, либерализмэм зэрызаужьам дин упщӀэ ӀуэхукӀэ мышэчыныгъэ, залымыгъэ кърагъэжьэжыну хуит ищӀынукъым жаӀэр абыхэм. ЩӀэныгъэм зыщиужьа лӀэщӀыгъуэу дыщыпсэу зэманым апхуэдэ къэхъункӀэ хъуну уегупсысынри дыхьэшхэну къыпщохъу. ЩӀэныгъэм, цӀыхугъагъэм, диным ехьэлӀауэ ди щӀэблэр нэхушхуэм къигъэнэхуауэ зэрыщытымкӀэ, зыми хьэуэ жиӀэфынукъым. Тхьэм и Псалъэм, Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм къыхэкӀыурэ уафэ нэхум и бзий куэд мы дунейм къытепсащ. АрщхьэкӀэ, зэи зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: нэхур нэхъ ину къэблэхукӀэ, а нэхур зэзыгъэкӀуэкӀ икӀи зымыдэхэр зыхэт кӀыфӀыгъэр нэхъ узыпхрымыплъыфу зэрыщытыр. GCKar 535.1
Протестантхэм Тхьэм елъэӀуурэ Библиер яджыным зратамэ, папствэм и хьэл-щэныр зищӀыс дыдэр къалъагъунурэ, я гур щыкӀауэ къыбгъэдэкӀуэтынут, арщхьэкӀэ, куэдым езыхэр Ӏущу залъытэжурэ зыщогугъыжри, пэжыгъэр къащӀэфын щхьэкӀэ, Ӏэдэбу Тхьэр къалъыхъуэным зыкӀи хуэныкъуэу зыхащӀэркъым. Ахэр щӀэныгъэшхуэ зэраӀэм ирипагэ щхьэкӀэ, Тхыгъэ ЛъапӀэри, Тхьэм и къарури ящӀэркъым. Ахэр зыхущӀэкъу закъуэр я напэр зыгъэсабырырщ; фарз нэхъ мащӀэрэ Ӏэсагъэ нэхъ мащӀэрэ къэзыгъэув псори ахэм ягу ирохь. Ахэр хуейщ Тхьэр зыщагъэгъупщэну, ауэ фэ зытрагъауэ Ар я гум илъ хуэдэу. Аращи, ахэр зыщӀэхъуэпсхэр арэзы зыщӀыну папствэр псом нэхърэ нэхъыфӀу ахэм я дежкӀэ нэхъ къозэгъыр. Къанэ щымыӀэу мы дунейр зэрызэхэт цӀыху гупитӀыр зыхуэныкъуэхэр абы ярегъэгъуэт: езыхэм я фӀыщӀэкӀэ къелыну гугъэхэми, гуэныхь зэращӀэм хуэдэу кърагъэлыну зи фӀэщ хъухэми. Аращ папствэр щӀэцӀэрыӀуэм щэхуу хэлъ псори. GCKar 535.2
Къызэрыдгъэлъэгъуащи, жэхьилыгъэ зэман кӀыфӀыр хуабжьу сэбэп хуэхъуащ папствэм ехъулӀэныгъэ иӀэу зиужьыным. Ауэ куэд мыщӀу наӀуэ хъунущ, щӀэныгъэм хуабжьу зыщиужьа зэманыр апхуэдабзэу абы зэрыдэӀэпыкъунур. БлэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм, цӀыхухэм Тхьэм и Псалъэри пэжыгъэри ямыщӀэу, я гъащӀэр щагъэкӀуам щыгъуэ, ахэм я нэр плъэртэкъыми, я гъуэгум къапхъэнхэр зэрыщагъэувам гу лъамытэурэ, мин бжыгъэ цӀыхухэр гъэпцӀапӀэ ихуэрт. Ди щӀэблэми цӀыхухэм къагупсыса цӀуугъэнэхэм куэдым я нэр къыщипхъуащ, абы зэреджэр «щӀэныгъэ нэпцӀщ»: ахэм ялъагъуркъым я пащхьэм кърагъэтӀылъэкӀа хъыхэр, аращи, псынщӀэ дыдэу, нэфым хуэдэу, ахэм ялъахъэр. Тхьэр зэреплъымкӀэ, цӀыхум и акъылым и лъэкӀыныгъэхэр КъэзыгъэщӀам къыхуищӀа тыгъэу илъытэн хуейщ икӀи щыпкъагъэмрэ пэжыгъэмрэ хуигъэлэжьэн хуейщ, арщхьэкӀэ, пагагъэмрэ зыкъызыфӀэщӀыныгъэмрэ цӀыхухэм езыхэм я теориехэр Тхьэм и Псалъэм нэхърэ нэхъ лъагэу ирагъэӀэт, абы щыгъуэм щӀэныгъэ убгъэдэлъыным зэраныгъэ нэхъыбэ къихьынкӀэ хъунущ жэхьилыгъэм нэхърэ. Аращи, Библиер уи фӀэщ хъуныр зэхэзыкъутэ иджырей «щӀэныгъэнэпцӀыу», щӀэныгъэкӀэ зэджэм икъукӀэ къехъулӀэнущ папствэр, дин-хабзэ удэзыхьэх псори зэрыщӀыгъуу, цӀыхухэм къызэращтэну гъуэгур яхуигъэхьэзырын, курыт лӀэщӀыгъуэхэм жэхьилыгъэр папствэм зиӀэтыным зэрыдэӀэпыкъуам хуэдэу. GCKar 535.3
Члисэм къызэригъэпэщауэ и къулыкъу щӀапӀэхэм, ӀуэхущӀапӀэхэм къэрал тепщэр зэрыдигъэӀэпыкъунум хущӀэкъуурэ, Штат Зэгуэтхэм протестантхэм католикхэм я лъэужьыр яху. КъищынэмыщӀауэ, ахэм, папствэм блэкӀа лъэхъэнэм фӀэкӀуэдыжа и тепщэныгъэр протестантскэ Америкэм къызэрыщехъулӀэну Ӏэмал ирагъэгъуэт. А зэщӀэхъееныгъэм нэхъ мыхьэнэшхуэ ирегъэгъуэт и мурад нэхъыщхьэм, ар зищӀысыр мыращ: залымыгъэкӀэ цӀыхухэм тхьэмахуэ махуэр ирагъэлъытэнырщ — а хабзэр къезыгъэжьар Римырщ икӀи католическэ члисэм езым и тепщэм ар и дамыгъэу елъытэр. Папствэм и хьэлым, и гупсэм — дуней хабзэхэм зыдебгъэкӀуныр, цӀыхухэм къаублахэр Тхьэм и унафэм нэхърэ нэхъ бгъэлъэпӀэным — протестантскэ члисэхэр зэщӀищтащ, япэм папствэм зэрищӀэу щытам хуэдабзэу тхьэмахуэ махуэр яӀэтрэ ягъэлъэпӀэну хуей ищӀу. GCKar 536.1
КъэкӀуэну бэнэныгъэм хашэну къарухэр мы тхылъым еджэм, къищӀэну хуеймэ, абы щыгъуэм, гу лъитэн хуейщ Римым блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм и мурадхэр зригъэхъулӀэн папщӀэ къигъэсэбэпу щыта Ӏэмалхэм. ИтӀанэ, ныбжьэгъу лъапӀэ, католикхэмрэ протестантхэмрэ зэгухьа нэужь я догмэхэр къэзыщтэну хуэмейхэм иращӀэнур пщӀэну ухуеймэ, щэбэтымрэ, щэбэтым и телъхьэхэмрэ Римыр зэрахущытым еплъ. GCKar 536.2
Пащтыхь унафэхэр, дунейпсо члисэ хасэхэм ящӀ унафэхэр, къэрал тепщэм ядиӀыгъыурэ — ахэр псори мажусий диным игъэлъапӀэ тхьэмахуэ махуэр чристэнхэм щӀыхь хуащӀу зэраӀэта пкӀэлъейщ. Тхьэмахуэ махуэр Ӏэмал имыӀэу цӀыхубэм ягъэлъэпӀэн хуейуэ дунейм япэу къытехьа къэрал унафэр 321 гъэм Константин къыдигъэкӀащ. А унафэм къигъэувырт «щӀыхьышхуэ зиӀэу дыгъэм и махуэ лъапӀэм” къалэдэсхэм загъэпсэхун хуейуэ, ауэ мэкъумэшыщӀэхэр хуит ищӀырт я губгъуэ лэжьыгъэхэм пэрытыну. Тхьэмахуэ махуэр ягъэлъэпӀэныр мажусий диным къыхэкӀауэ щыт щхьэкӀэ, ар унафэу къыдэзыгъэкӀар чристэн диныр фэрыщӀу къэзыщта императорырщ. АрщхьэкӀэ, императорым и унафэр ирикъуртэкъым Тхьэм и щӀыхьыр пхъуэжын папщӀэ, арати, римскэ щихънагъ Евсевий, Константин и ныбжьэгъу дыдэ икӀи и фаворитым, пщыхэр къызэрызэхуигъэфӀыным и ужь здитым, игъэӀун щӀидзащ Езы Мэсихь щэбэтыр тхьэмахуэмкӀэ ихъуэжа хуэдэу. АрщхьэкӀэ, Тхыгъэ ЛъапӀэр а Ӏуэхугъуэм щыхьэт зэрытехъуэ зыри ягъуэтыртэкъым. Езы Евсевий дыдэ дапхуэдизу хуэмеями, а къыжиӀэхэр зэрыпцӀыр хущӀэхъумакъым, абы и псалъэхэм ягъэлъагъуэр апхуэдэ зэхъуэкӀыныгъэр пэж дыдэу зыщӀар хэтми. «Щэбэт махуэм щӀэн хуейуэ щыта псори, — жеӀэр абы, — дэ Зиусхьэным и махуэм дохь”. Тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэным и телъхьэу къахь аргументхэр дапхуэдизу лъабжьэншэу щымытми, абы цӀыхухэр тригъэгушхуащ Зиусхьэным и щэбэтыр хэутэн ящӀыным. Дунейр нэфӀкӀэ зэзыгъэплъыну хущӀэкъу псоми, махуэшхуэ цӀэрыӀуэр къащтащ. GCKar 536.3
Папэм и тепщэм зиужьурэ нэхъ быдэ хъухукӀэ тхьэмахуэ махуэм и мыхьэнэми хэхъуэрт. Зы зэманкӀэ цӀыхухэр, члисэм щымыкӀуэхэм деж, я губгъуэ лэжьыгъэхэм пэрыту щытащ, ауэ ебланэ махуэр псоми ялъытэрт зэрыщэбэтымкӀэ. АрщхьэкӀэ, хуэм-хуэмурэ зэхъуэкӀыныгъэхэр къэхъурт. Лэжьыгъэ лъапӀэ зыгъэзащӀэхэр тхьэмахуэ махуэм хуитыртэкъым гражданскэ Ӏуэхухэм ятеухуауэ унафэ къащтэну. ЩӀэх дыдэу унафэ къыдагъэкӀащ а махуэм цӀыхухэм я сословиеми, я къулыкъуми емылъытауэ, сыт хуэдэ лэжьыгъи ищӀэну зыри хуит имыщӀу, икӀи а унафэр зыкъутэ дэтхэнэми тезыр тралъхьэрт: цӀыху щхьэхуитхэм ахъшэ бжыгъэ къуэдыуэ ирагъэтырт, пщылӀхэр щӀопщкӀэ яукӀырт. ИужьыӀуэкӀэ нэгъуэщӀ унафэ къыдагъэкӀащ, абы ипкъ иткӀэ къулейхэм я мылъкум и щӀэлъэныкъуэр къытрахыу тхьэмахуэ махуэм зэрылэжьам къыхэкӀкӀэ, тезырым щхьэкӀэ къэмынэу зыгуэр ерыщ екӀуэмэ, къыпэплъэр ягъэпщылӀынырт. Сословие нэхъ лъахъшэхэр игъащӀэ псокӀи къамыгъэзэжыфыну я хэкум ирашырт. GCKar 537.1
Телъыджэ къэхъуа хуэдэхэр къагупсысхэурэ ягъэӀурт. Абыхэм ящыщу яӀуатэрт мэкъумэшыщӀэ гуэрым теухуар. Абы тхьэмахуэ махуэм губгъуэр ивэну иужь здитым, пхъэӀэщэм кӀэрылъ ятӀэ ӀэшкӀэхэр гъущӀ пластинэкӀэ къыкӀэригъэхурт. Абы хэту, гъущӀ пластинэр абы и Ӏэм къыхэуащ. Арати, илъэситӀым и кӀыхьагъкӀэ ар къахухэмычыжу «и укӀытэгъуэшхуэу” къыздрихьэкӀащ. GCKar 537.2
ИужькӀэ, папэ тхьэгъэпщ щоджэнхэм унафэ яхуищӀащ тхьэмахуэ зэгъэгъуэр зыкъутэхэр яущиин хуейуэ. Абыхэм я фӀэщ ящӀын хуейт члисэм екӀуалӀэу, а махуэм Тхьэ елъэӀун зэрыхуейр, езыхэми я унэ исхэми насыпыншагъэ къатемыпсыхэн щхьэкӀэ. Члисэ хасэм тхьэмахуэ махуэм и телъхьэ аргумент къигъэлъэгъуащ, иужьым цӀэрыӀуэ хъуауэ щытар, уеблэмэ протестантхэм я дежи. Ар зытеухуар мырат: тхьэмахуэ махуэм лажьэ цӀыхухэм щыблэ къыщӀытехуэкӀэ, а махуэр щэбэту убжын хуейщ. «Нэрылъагъу дыдэщ — жаӀэрт прелатхэм, — Зиусхьэныр къахуогубжь Абы и махуэр къызыфӀэмыӀуэхухэм”. ИужькӀэ, щоджэну хъуар, члисэм Тхьэм щыхуэлажьэу хъуар, пщыуэ хъуар, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу хъуар къыхураджащ а махуэм хуэфащэ щӀыхьыр ирагъэгъуэтыжыным «зэрахузэфӀэкӀкӀэ хуабжьу егугъуну икӀи чристэн фӀэщхъуныгъэм и хьэтыркӀэ нэхъри нэхъ хуэпэжу а махуэр ялъытэну”. GCKar 538.1
АрщхьэкӀэ, хасэхэм я унафэхэр щримыкъум, члисэм къэрал тепщэм зыхуигъэзащ, зыдигъэӀэпыкъуну, абы кърикӀуэуи унафэ къыдэкӀащ цӀыхубэр тезыркӀэ игъэшынэу, сыт хуэдэ лэжьыгъэри тхьэмахуэ махуэм зэпимыгъэууэ щытмэ. А Ӏуэхум ехьэлӀауэ унафэу къыдагъэкӀа псоми римскэ синодым я зэӀущӀэр хэплъэжри, ягъэлъапӀэурэ ягъэбыдащ. Ахэр члисэ унафэхэм хагъэхьащ икӀи къэрал тепщэм къадиӀыгъыурэ чристэн жылагъуэ псоми залымыгъэкӀэ кърагъащтэрт. GCKar 538.2
АрщхьэкӀэ, тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэным сэбэп хуэхъун щыхьэтыгъэ зыри Библием зэримытым ахэм гугъуехь куэд яригъэшэчырт. «Ебланэ махуэр — щэбэтщ, Зиусхьэну уи Тхьэм ейщ”, — жиӀэу, гурыӀуэгъуэу, гъэзэщӀэн хуейуэ Иеговэ къигъэувыр я еджакӀуэхэм къафӀэмыӀуэхуу, дыгъэм и махуэр ягъэлъэпӀэн хуейуэ къызэрагъэувымкӀэ цӀыхубэм абыхэм я захуагъэм шэч къытрахьэрт. Библием и щыхьэт зэрамыӀэр зыгуэркӀэ зэрытралъэфэн Ӏэмал гуэр къэгъуэтын хуей хъурт. ХӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм и кӀэухым англиканскэ члисэм лӀы ябгэ къахыхьащ тхьэмахуэ махуэм и телъхьэу. АрщхьэкӀэ, пэжыгъэм щыхьэт техъуэ цӀыху пэжхэр быдэу къыпэщӀэувэри, зыри къемыхъулӀауэ, нэхъ уи фӀэщ хъун щыхьэтыгъэ и лъыхъуакӀуэ ежьэри, абы и хэкур зы зэманкӀэ ибгынащ. ЩӀэх дыдэ и Ӏуэху къызэрикӀыным щыгугъыу, абы Англием аргуэру къигъэзэжащ икӀи ехъулӀэныгъэшхуэ игъуэтащ. Абы пергаментнэ свиток, Езы Зиусхьэным итха хуэдэу къыздихьат, тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэн хуейуэ унафэ иту, ар зыгъэзэщӀэну зымыдэхэр хуабжьу зыгъэшынэ псалъэхэри иту. А «дэфтэр уасэншэр”, ипэжыпӀэкӀэ подделкэ бзаджэнаджагъэут зищӀысыр, уафэм къехуэхауэ жаӀэ щхьэкӀэ, Ерусалим, Голгофэм, Симеон и цӀэкӀэ щыӀэ къурмэн-телъхьэпӀэм деж къыщагъуэта хуэдэу. Ауэ, ипэжыпӀэкӀэ а пцӀыр дунейм къыщытехьар Римырщ, папэм и сэрейрщ. Папскэ иерархием сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми гъэпцӀагъэр, подделкэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпу щытащ, сыт хуэдэ щӀыкӀэкӀи и тепщэр игъэбыдэн, и члисэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкӀэ. GCKar 538.3
Свитокым унафэ итт сыхьэтибгъум, нэхъ гъэтэмэмауэ, щэбэтым сыхьэтищым щыщӀэдзауэ блыщхьэм дыгъэр къыкъуэкӀыху лэжьыгъэр зэпыгъэун хуейуэ. Ар зэрыгъэзэщӀэн хуейр гурыӀуэгъуэ ящӀырт телъыджэлажьэу къэхъу къомхэмкӀэ. Псалъэм папщӀэ, щэбэтым сыхьэтищ нэужьым лэжьа цӀыхухэм пкъыуэ уз къапкърыхьауэ жаӀэрт. Щхьэлтет гуэрым, гуэдзыр здихьэжым, хьэжыгъэм и пӀэкӀэ лъы илъэгъуауэ жаӀэрт. Абы щыгъуэм щхьэлыр зыгъэлажьэ шэрхъхэр псы уэр къызэрыщӀэлъадэм емылъытауэ, езырезыру къэувыӀауэ жаӀэрт. Тхьэмахуэ махуэм цӀыхубзым жьэгум иригъэува хупцӀынэр пэшхьэку жьэражьэм зэрыцӀынэу кърихыжауэ ягъэӀурт. НэгъуэщӀ цӀыхубзым, армырауэ, тхьэвыр игъэхьэзыращ, арщхьэкӀэ, тхьэмахуэр къызэрихьар щилъагъум, блыщхьэ пщӀондэ иригъэувэкӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм абы и щӀакхъуэр Тхьэм и къарукӀэ жьауэ, уеблэмэ Ӏыхьэ-Ӏыхьэу зэпыупщӀыжауэ къилъэгъуащ. НэгъуэщӀ зыгуэрми, щэбэт махуэм, сыхьэтибгъу нэужьым игъэжьа щӀакхъуэр щызэгуичым, абы лъы къыдэжу къилъэгъуащ. Мыхьэнэншэ шыпсэ гъэпцӀагъэхэр къагъэсэбэпурэ, тхьэмахуэ махуэм и телъхьэхэм ар зэрылъапӀэр цӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну яужь итырт. GCKar 539.1
Шотландиеми, Англием хуэдэу, тхьэмахуэ махуэм пщӀэшхуэ хурагъэщӀыныр къащехъулӀащ, а махуэм пасэрей щэбэтым щыщ Ӏыхьэ зэрыхагъэхьам и фӀыщӀэкӀэ. АрщхьэкӀэ, лъапӀэу ялъытэ зэманыр яхъуэжырт. Шотландием и пащтыхьым декрет къыдигъэкӀащ: «Зэман лъапӀэр щыщӀидзэр щэбэт махуэм шэджагъуэм сыхьэт 12-м къыщыщӀэдзауэщ, жиӀэу, икӀи а зэманым щегъэжьауэ блыщхьэ пщэдджыжьым нэсыху дуней Ӏуэхухэр илэжьыну зы цӀыху хуимыту». GCKar 539.2
АрщхьэкӀэ, тхьэмахуэ махуэр лъапӀэщ жезыгъэӀэн щыхьэт егугъуу абыхэм къызэралъыхъуэм емылъытауэ, езы папистхэм ябзыщӀыртэкъым щэбэтыр гъэлъэпӀэныр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀар, икӀи ар зэрахъуэжа тхьэмахуэр зэрыцӀыхуӀэщӀагъэр. ХУӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм папскэ хасэм къыжиӀащ: «Чристэн псоми ягу ирагъэлъын хуейщ, ебланэ махуэр Тхьэм лъапӀэ зэрищӀар; а махуэр ялъытэу ягъэзащӀэрт иудейхэм я мызакъуэу Тхьэм хуэлажьэу щыта псоми; ауэ, дэ, чристэнхэм ахэм я щэбэтыр Зиусхьэным и махуэмкӀэ тхъуэжащ”... Тхьэм и унафэр лъакъуэкӀэ зыутахэм, ялэжьыр зищӀысым щымыгъуазэу щытакъым. Ахэм фӀы дыдэу зэхащӀыкӀырт Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу зэрызаӀэтым. GCKar 539.3
Римыр нэгъуэщӀу гупсысэхэм зэрахущытым и иллюстрацэ гъэщӀэгъуэнщ вальденсхэр, щэбэтыр зыгъэзащӀэу щытахэр, зэтриукӀэу къызэрырихуэкӀар. НэгъуэщӀи щыӀахэщ, еплӀанэ унафэр зэрагъэпэжым щхьэкӀэ я гъащӀэр зытахэу. Эфиопие щыӀа члисэм и тхыдэр щапхъэу къэпхь хъунущ а Ӏуэхум ехьэлӀауэ. КӀыфӀыгъэ лъэхъэнэу курыт лӀэщӀыгъуэхэм Курыт Африкэм щыпсэуа чристэнхэр гулъытэншэу къагъэнат, дунейм ящыгъупщэжарэ, лӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ щхьэхуиту, зэрыхуейуэ диныр зэрахьэу. Ауэ, икӀэм-икӀэжым, Римым ахэр зэрыщыӀэр къищӀэри, гъэпцӀагъэкӀэ император Абиссинии ирихулӀэри, Мэсихь и пӀэм папэ иувауэ къригъэщтащ. Апхуэдэу Римым худачыха Ӏуэхугъуэм нэгъуэщӀ зыкъоми къыкӀэлъыкӀуащ. Щэбэт махуэр бгъэлъэпӀэну хуит узымыщӀ унафэ къыдагъэкӀащ, егъэлеяуэ тезыр хьэлъэхэмкӀэ цӀыхухэр игъэшынэу. АрщхьэкӀэ, папэ и залымыгъэр апхуэдизу бжьы хьэлъэ дыдэу яхуэмыхьыж щӀэх хъуати, африканецхэм ар традзыну мурад ящӀащ. Бэнэныгъэ узижэгъуэным иужькӀэ, ахэм папистхэр я щӀыналъэм ирахужащ, пасэрей фӀэщхъуныгъэр аргуэру къэщӀэрэщӀэжащ. Аргуэру хуитыныгъэ ягъуэтыжат фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми, Римым и тепщэныгъэ фасикъыгъэм залымыгъэу къарихамрэ зэригъэщхьэрыуауэ щытамрэ зэи зыщамыгъэгъупщэжу. Адрей чристэн дунейм пэжыжьэу зэрыпсэум щӀыщыгуфӀыкӀын щхьэусыгъуэ яӀэт ахэм. GCKar 540.1
Африкэм щыӀэ члисэхэм щэбэтыр ялъытэу щытащ, папскэ члисэр Тхьэм къыбгъэдэмыкӀыпэ щӀыкӀэ зэрищӀэу зэрыщытам хуэдэу. Ахэм Тхьэм и унафэм ипкъ иткӀэ ягъэлъапӀэр ебланэ махуэрат, ауэ тхьэмахуэ махуэми лажьэхэртэкъым, члисэм къызэригъэувым хуэдэу. Гъуни нэзи зимыӀэ тепщэныгъэр къыӀэрыхьа иужь, Римым Тхьэм и щэбэтыр лъэхэутэ ищӀри, абы и пӀэкӀэ езым и махуэр залымыгъэкӀэ цӀыхухэм якӀэрищӀащ; арщхьэкӀэ, африканскэ члисэхэм, илъэс мин хуэдэкӀэ зыми гу къалъимытэурэ пэжыгъэм къытекӀакъым. Римым и тепщэм щӀэхуэри, ахэми щэбэт пэжыр подделкэмкӀэ яхъуэжын хуей хъуащ, арщхьэкӀэ, зэман кӀэщӀкӀэ, щхьэхуитыныгъэ яфӀэкӀуэдар зыӀэрагъэхьэжри, аргуэру еплӀанэ унафэр ягъэзащӀэ хъужащ. GCKar 540.2
Тхыдэм щыщ а фактхэр къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу щыхьэт тохъуэр щэбэт пэжри, абы и телъхьэхэри Римым илъагъу зэрымыхъум, икӀи абы езым къигупсысар зэриӀэтыным папщӀэ къигъэсэбэп Ӏэмалхэм. Тхьэм и Псалъэм къыжеӀэр тхьэмахуэ махуэр яӀэтын папщӀэ, католикхэмрэ протестантхэмрэ зэгухьа нэужь, блэкӀам къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм къызэрытрагъэзэжынур. GCKar 541.1
БегъымбарӀуатэм (Откр. 13) къыжеӀэр, щынэм и бжьакъуэ тету хьэкӀэкхъуэкӀэ къагъэлъэгъуам «щӀылъэм щыпсэухэм, зэрыщыту» папствэм, «щомыщым хуэдэу къагъэлъэгъуа хьэкӀэкхъуэкӀэм” залымыгъэкӀэ щхьэщэ зэрыхуигъэщӀынур. Щынэм и бжьакъуэ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэм «щӀылъэм щыпсэухэм” апхуэдэуи яжриӀэнущ, «хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр ящӀын хуейуэ», итӀанэ, псоми унафэ яхуищӀынущ «цӀыху псоми — цӀыкӀуми инми — бейми тхьэмыщкӀэми — щхьэхуитми пщылӀми», «хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр» къаригъэщтэну (еплъ Откр. 13: 11-16). Щынэм и бжьакъуэр зытет хьэкӀэкхъуэкӀэу символическэу къагъэлъэгъуа тепщэр Штат Зэгуэтхэрауэ зэрыщытым и щыхьэт пэжхэр дэ ищхьэкӀэ къыщытхьауэ щытащ. А бегъымбарӀуатэр гъэзэщӀа щыхъунур Штат Зэгуэтхэм тхьэмахуэ махуэр, Римым езым и тепщэм и дамыгъэ хэхауэ илъытэр, Ӏэмал имыӀэу гъэзэщӀэн хуейуэ унафэ къыдигъэкӀа нэужьщ. АрщхьэкӀэ, США-м и закъуэкъым папствэм щӀыхь хуэзыщӀынур. И тепщэм зэгуэрым щӀэтауэ щыта къэралхэм, Римым ижь зэрыщӀигъэхум зимыхъуэжурэ йокӀуэкӀ. Бегъымбар псалъэм къыжеӀэр абы и тепщэр къызэрыӀэрыхьэжынур: «Сэ слъэгъуащ, абы и щхьэхэм ящыщ зым ажал удын игъуэтауэ, арщхьэкӀэ, а ажал уӀэгъэр хъужыгъащ». Арати, щӀылъэ псом ягъэщӀагъуэу хьэкӀэкхъуэкӀэм кӀэлъыкӀуэрт» (Откр. 13:3). 1798 гъэм папствэм ажал удын иратри, абы и тепщэныгъэр фӀэкӀуэдащ. Ауэ, адэкӀэ бегъымбарым зэрыжиӀэщи, «ажал уӀэгъэр хъужыгъащ” икӀи щӀылъэ псом ягъэщӀагъуэу хьэкӀэкхъуэкӀэм кӀэлъыкӀуэрт. Павел гурыӀуэгъуэу жеӀэр «гуэныхьым и цӀыхур» Мэсихь етӀуанэу къигъэзэжыху зэрымызэгъэнур (еплъ 2 Фес. 2:3-8). Дунейм и кӀэух дыдэр къэсыхукӀэ абы цӀыхухэр къигъапцӀэу щытынущ. Яхья бегъымбарми папствэм и гугъу щищӀкӀэ мыпхуэдэу жеӀэр: «гъащӀэм и Тхылъу, Щынэм ейм, зи цӀэр ирамытхауэ щӀылъэм щыпсэу псоми абы щхьэщэ хуащӀынущ” (Откр. 13:8). Тхьэмахуэ махуэр гъэзэщӀэныр, блэкӀами къэкӀуэнуми, римскэ члисэм и щӀыхь закъуэкӀэ яубзыхуауэ щытыр, папствэр бгъэлъапӀэу ухуэжыӀэщӀэнырщ зищӀысыр. GCKar 541.2
США-м бегъымбарӀуатэхэр къэзыхутэхэм e-XIX-нэ лӀэщӀыгъуэм и кум щыщӀэдзауэ а хъыбарыр дунейм ирагъащӀэр. Иджырей зэманым къэхъу-къащӀэхэм ягъэлъагъуэр а бегъымбар псалъэхэр щызэщӀэнур зэрыгъунэгъур. Протестантскэ егъэджакӀуэхэм жаӀэр тхьэмахуэ махуэр гъэзэщӀэн зэрыхуейм Тхьэр щыхьэт техъуэ хуэдэу, арщхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр яхъуэжын щхьэкӀэ, телъыджэлажьэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд къэзыгупсыса папистхэми хуэдэу, абы щыхьэт техъуэн зыри Библием кърахыфыркъым. Аргуэру дэ зэхэтхынущ, тхьэмахуэ махуэр зыкъутэхэм Тхьэм и хьэкумыр къатехуэну жаӀэу: апхуэдэу цӀыхухэр ягъэшынэу зыпхагъэӀукӀын щӀадзакӀэщ. Тхьэмахуэр Ӏэмал имыӀэу гъэзэщӀэн хуейуэ екӀуэкӀ зэщӀэхъееныгъэм псынщӀэу къару егъуэт. GCKar 542.1
Римскэ члисэм и жыжьэплъэнымрэ и хьэгъэщагъэмрэ гъэщӀэгъуапхъэщ. Ӏуэхур зэрекӀуэкӀынур къищӀауэ, шыӀэныгъэ зыхилъхьауэ и сыхьэтыр къыщысынум йожьэр ар, икӀи кӀэлъоплъыр и мурадхэр протестантскэ члисэхэм къызэрыдаӀыгъым, щэбэт нэпцӀыр къащтауэ, католичествэм блэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм зыдигъэӀэпыкъуауэ щыта Ӏэмалхэр къигъэсэбэпурэ, зэлымыгъэкӀэ адрейхэми ар къызэрагъэщтэным хуэм-хуэмурэ зэрыхуэкӀуэм. GCKar 542.2
Пэжыгъэм и нэхур зымыдэхэм, иджыри зэ зыдагъэӀэпыкъуну зыхуагъэзэнущ, гуэныхь зымыщӀэу жызыӀэу, тепщэныгъэр езым зыӀэщӀэзылъхьэжам, абы къигупсысахэр яӀэтын папщӀэ. КъэщӀэгъуейкъым римскэ члисэр протестантхэм ядэӀэпыкъуным зэрепӀэщӀэкӀынур. Папскэ пашэхэм нэхърэ нэхъыфӀу хэт зыщӀэр члисэм емыдаӀуэхэм зэрахущытыпхъэр? GCKar 542.3
Римскэ-католическэ члисэм мы дунейм щиубгъуа къуэпс къомыр дэщӀыгъужу икъукӀэ организацэшхуэщ, папэм и тахътэ лъабжьэм щӀэтрэ, абы къипщытэу, ар зыхуейм хуэлажьэу. Мы щӀы хъурейм щыпсэу, мелуан бжыгъэу абы и члисэм щыщхэр ирагъэсащ члисэм и нэхъыщхьэу папэр щытын хуейуэ, ахэр хуэпэжу абы жиӀэр ягъэзэщӀэн хуейуэ. Зыщыщ лъэпкъымрэ къэралымрэ емылъытауэ, ахэм псом нэхъ ягъэлъэпӀэн хуейр члисэрщ. Ахэм щыпсэу къэралыр ягъэпэжыну тхьэрыӀуэ ящӀ хъу щхьэкӀэ, Римым жиӀэм едэӀуэну тхьэлъанэ ящӀыр псом нэхърэ я нэхъ фӀэлъапӀэщ, а тхьэлъанэм пэщӀэувэу щыт сыт хуэдэ къалэнри ахэм ящхьэщехыж. GCKar 542.4
Тхыдэр щыхьэт тохъуэр римскэ члисэм хуабжьу Ӏэзэу икӀи ерыщу лъэпкъ Ӏуэхухэм хэпщэфӀыхьу зэрыщытам. И позициехэр игъэ быдэрти, зыхуей мурадхэр игъэзэщӀэным иужь ихьэрт, уеблэмэ, уэркъ цӀэрыӀуэхэм е цӀыху къызэрыгуэкӀхэм я щхьэ уасэ щӀитын хуей хъуми, къимыкӀуэту. Папэ Иннокентий ӀӀӀ-нэм 1204 гъэм Арагон и пащтыхь Петр ӀӀ-нэм мыпхуэдэ тхьэлъанэ иригъэщӀащ: «Сэ, Арагон и пащтыхь, Петр, псалъэ быдэ сот си зиусхьэным, папэ Иннокений, сытым дежи сыхуэпэжу сыхуэжыӀэщӀэну, католикыу абы ипӀэ иувэнуми, римскэ члисэми. Тхьэ соӀуэр, си пащтыхьыгъуэр папэм жиӀэм езгъэдаӀуэу, католическэ фӀэщхъуныгъэм и телъхьэу схъумэну, еретикхэри сымыгъэпсэуну”. «Императорхэр тридзыну хуиту», «тепщэ мыщыпкъэхэм тхьэрыӀуэ хуэзыщӀахэм я тхьэрыӀуэр ящхьэщихыжыну хуиту” зызылъытэж папэ римскэм къигъэувхэм апхуэдэ тхьэрыӀуэр икъукӀэ йозэгъ. GCKar 542.5
Римым зэрызимыхъуэжым зэрырипагэри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Григорий УӀӀ-нэри Иннокентий ӀӀӀ-нэри зытета принципхэр, япэми хуэдэу, Римскэ-католическэ члисэм и принципу къонэж. ИкӀи абы реальнэ тепщэныгъэ иӀатэмэ, япэрей гуащӀэр хэлъу ахэр гъащӀэм хипщэнут, блэкӀам зэрищӀэу щытам хуэдэу. Протестантхэм къагурыӀуэ хуэдэкъым ящӀэм къыхэкӀынур зищӀысыр, тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэнымкӀэ Римыр зыдагъэӀэпыкъун щагугъэкӀэ. Протестантхэр а мурадыр зрагъэхъулӀэным иужь щитыну зэманым, Римым япэм ӀэщӀэлъа къарури, фӀэкӀуэда тепщэныгъэри зыӀэщӀигъэхьэжынущ. США-м члисэхэм къэрал тепщэныгъэр къагъэсэбэп е къапщытэф зэрыхъуу, унафэ къарукӀэ дин хабзэхэр яублэф зэрыхъуу, нэгъуэщӀу жытӀэнщи, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щымыӀэжу, члисэмрэ къэралымрэ цӀыхум и фӀэщ хъуныр къыхуагъэув зэрыхъуу, а къэралым Римыр щытекӀуауэ убж хъунущ. GCKar 543.1
Тхьэм и Псалъэм гъунэгъу къэхъу шынагъуэм и хъыбар дегъащӀэр. ИкӀи протестантскэ дунейм а къэзыхъумэну хъыбарым гу лъимытэмэ, абы мыгувэу къищӀэнущ римскэ члисэм и мурадхэр зищӀыс дыдэр, арщхьэкӀэ, къыхуэгъэзэжынукъым. Католическэ члисэм гу лъамытэурэ къару зрегъэгъуэт. Абы и тепщэр унафэ къыщащтэ зэхуэсхэми, члисэхэми, цӀыхухэм ягуми щызэхыбощӀэр. Ухуэныгъэ иныщэхэр дращӀейр, зи лабиринт щэхухэм лъыпсае тхыдэм къыщигъэзэжынухэр. Зыми гурыщхъуэ яримыгъэщӀурэ католическэ члисэм, гу лъамытэу и позицэхэр егъэбыдэр, бэнэныгъэм зэхэгъэкӀыпӀэ сыхьэтым и кӀэух удыныр иридзын папщӀэ. Ар зыхуей псор — абы и фейдэ зыхэлъ позицэщ икӀи жыпӀэ хъунущ ар абы иубыдакӀэу. Дэ куэд дэмыкӀыу къэтлъагъунурэ къыдгурыӀуэнущ римскэ-католическэ иерархием и гугъэхэмрэ и мурадхэмрэ зищӀысыр. Тхьэм и Псалъэр зи фӀэщ хъурэ, Абы жиӀэр зыгъэзащӀэхэм къапэплъэр гущӀэгъуншэу зэрагъэпудынухэмрэ ямыгъэпсэууэ къызэрырахуэкӀынумрэщ. GCKar 543.2