Бэнэныгъэ ин

40/46

36 ӀЫХЬЭ—КЪЭКӀУЭНУ БЭНЭНЫГЪЭР

Бэнэныгъэ иныр уафэм зэрыщыщӀидзэрэ, шейтӀаным и мураду щытар Тхьэм и Унафэр тридзынырт. А гугъэр иӀэущ абы Тхьэм пэщӀэувэу зэрызыкъиӀэтар, уафэм кърахуа нэужьи, а бэнэныгъэ дыдэр щӀылъэм щрегъэкӀуэкӀ. ЦӀыхухэр гъэӀулэнымрэ Тхьэм и Унафэр яригъэкъутэнымрэ — мис аращ абы ерыщу зи Ӏуэху зэрихуэр. Унафэр зэрыщыту иригъэкъутэкӀэ ар къехъулӀэми е унафэм щыщ зыгуэр иригъэкъутэкӀэ къехъулӀэми, дауэ имыщӀми, зыхуеям зимыхъуэжауэ и Ӏэр лъоӀэс. Унафэхэм «языхэз” зыкъутэм Унафэ псор къызэрыфӀэмыӀуэхур егъэлъагъуэр; абы ижь адрейхэм ящӀрегъэхури, и щапхъэмкӀэ хабзэншагъэм хуегъасэри, абы «унафэр зэрыщыту икъутауэ лажьэ иӀэ мэхъу” (Иак. 2:10). GCKar 545.1

Тхьэм къигъэувахэм цӀыхухэр теплъэ мыхъуу ищӀыным хущӀэкъуурэ, шейтӀаным Библием узыхуригъаджэхэр зэригъэкӀуэкӀащ, абы кърикӀуэуи, Тхыгъэ ЛъапӀэр зи фӀэщ хъууэ щыта цӀыху мин бжыгъэхэр игъэщхьэрыуащ. Пэжыгъэмрэ пцӀымрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэшхуэр иужь дыдэу зэрызэпэщӀэувэныр — ар лӀэщӀыгъуэ псоми екӀуэкӀа бэнэныгъэм и кӀэух Ӏыхьэщ, цӀыхухэм ящӀа унафэхэмрэ Тхьэм къигъэувхэмрэ, Библием тещӀыхьа динымрэ шыпсэхэм, хъыбарыжьхэм тещӀыхьа динымрэ я зэхуаку дэлъ бэнэныгъэу. GCKar 545.2

Пэжыгъэмрэ щыпкъагъэмрэ пэщӀэувэу ебэныну къару зэгухьэнухэр иджыпстуи жыджэру мэлажьэр. Гугъуехьрэ лъы уасэкӀэ — апхуэдиз уасэшхуэкӀэ — Тхьэм и Псалъэ ЛъапӀэу ди деж лъагъуэ къытхухэзышар сыту мащӀэу зэрагъэлъапӀэр! Библиер псоми ягъуэт, ауэ пэж дыдэу я гъащӀэм и унафэщӀу ар къэзыщтэхэр мащӀэ дыдэщ. ФӀэщмыхъуныгъэр ущӀэгузэвэну хуабжьу бэгъуащ, дунейм и закъуэкъым щыбэгъуар, атӀэ члисэ кӀуэцӀми. Куэдыр чристэн диным и лъабжьэу щыт гъэсэныгъэхэр ямыдэжыным хунэсащ. Дунейр къызэрагъащӀа щӀыкӀэм и тхыдэшхуэу, бегъымбарым и къалэмыпэмкӀэ тхыжауэ щытыр, цӀыхум гуэныхь зэрищӀа щӀыкӀэр; Тхьэ щихъымрэ цӀыху гуэныхьыщӀэмрэ зэрызэкӀужыфын Ӏэмалыр, Тхьэм и Унафэр мыкъутэу, зимыхъуэжу зэрыщытыр — ахэр псори ипэжыпӀэкӀэ ӀэщӀыб ящӀ, псори зэрыщыту ямыдэу щымытми, абыхэм ящыщ Ӏыхьэхэр чристэнхэм я нэхъыбэм ядэркъым. Я Ӏущагъэм, я щхьэхуитыныгъэм ирипагэ цӀыху минхэм, Библием ит псори уи фӀэщ пщӀыныр щхьэгъэпудыныгъэу ялъытэр. Библиер критикэ пщӀыныр, абы ит пэжыгъэ лъапӀэхэр хъуэрыбзэу къыупсэлъыныр цӀыхум и жьакӀуагъэм, зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъым и щыхьэтыгъэу ябж абыхэм. Диным хуэлажьэхэу егъэджакӀуэ куэдым, щӀэныгъэл куэдым Тхьэм и Унафэм къипсэуныр къипсэуауэ цӀыхубэр яущий, Абы къигъэувхэр иджыри зи фӀэщ хъухэм уигу ящӀэгъун е ущӀэнакӀэ хъун фӀэкӀа яхуэмыфащэу жаӀэурэ. GCKar 545.3

Пэжыгъэр щамыдэкӀэ цӀыхухэм ар КъызыбгъэдэкӀри ядэркъым. Тхьэм и унафэр лъакъуэкӀэ хаутэурэ, ахэр Унафэр КъызыбгъэдэкӀам и щӀыхьми йолъэпауэхэр. Пхъэм е мывэм тхьэнапэ къыхэпщӀыкӀыну зэрытыншым ещхьыркъабзу, гъэсэныгъэ нэпцӀхэм, теорие нэпцӀхэм тхьэнэпцӀ къыхэпщӀыкӀынри тыншщ. ШейтӀаным Тхьэм и хьэлыр зэкӀуэкӀауэ къигъэлъагъуэурэ, цӀыхухэм ар я фӀэщ зэрищӀыным иужь итщ. Куэдым, Тхьэр и тахътэм традзауэ, философиер тхьэпэлъытэ зыхуащӀащ. Тхьэм и ПсалъэмкӀэ, МэсихькӀэ, къэгъэщӀыныгъэ ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэм зыкъезыгъэцӀыхуа Тхьэ псэур, зи фӀэщ хъууэ къэнэжар мащӀэ Ӏейщ. ЦӀыху минхэм, щӀыуэпсыр тхьэпэлъытэ ящӀыр, дунейр КъэзыгъэщӀар абы щыгъуэм ямыдэу. Теплъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зригъэгъуэтауэ, тхьэнэпцӀхэм щхьэщэ хуэщӀыныр иджырей чристэн жылагъуэм хуабжьу хэпщӀауэ хэтщ, ижь зэманым Израилым Илий и махуэхэм щыгъуэ абы зыщиубгъуауэ зэрыщытам хуэдэу. ЦӀыху Ӏущу зызылъытэж куэдым, философ, политик, журналист куэдым я тхьэр, элитарнэ обществэхэм, колледжхэм, университетхэм, уеблэмэ, дин-щӀэныгъэм щыхурагъаджэ языныкъуэ егъэджапӀэхэм тхьэуэ ялъытэр зы мащӀэкӀэщ зэрынэхъыфыр, Финикием ВаалкӀэ зэджэу, дыгъэм и тхьэу ягъэлъапӀэу щытам нэхърэ. GCKar 546.1

Чристэн жылагъуэм зэхилъхьа щыуагъэхэм ящыщ зыри, Уафэм и щӀыхьым апхуэдизу шынагъэншэу пэщӀэувэркъым, наӀуэу акъылым и щыхьэтхэм еныкъуэкъуркъым, икӀи уигъэкӀуэдыну апхуэдиз шынагъуэ кърикӀуэркъым, Тхьэм и Унафэр цӀыхум афӀэкӀа игъэзэщӀэн хуэмеижу жызыӀэу, зи къарум хэхъуэ зэпыту, гъэсэныгъэщӀэ къежьам нэмыщӀ. Сыт хуэдэ къэралми езым и хабзэхэр иӀэжщ, икӀи къэралыгъуэм ису хъуам я къалэнщ абыхэм пщӀэ хуащӀу ягъэзэщӀэну; зы къэрали щыӀэфынукъым хабзэншэу, атӀэ уи нэгу дауэ къызэрыщӀэбгъэхьэфынур, уафэри щӀылъэри КъэзыгъэщӀам хабзэ имыӀэу, ар къигъэсэбэпурэ Езым къигъэщӀа псори зэрызригъэкӀуэну? Псалъэм папщӀэ, жытӀэнщи, зы къулыкъущӀэ цӀэрыӀуэ гуэрым, къэралым исхэм я хуитыныгъэр зыхъумэ хабзэ-бзыпхъэхэу я деж щызекӀуэхэр щыӀэныр мыӀэмалыншэу, абыхэм цӀыхубэм я щхьэхуитыныгъэр дакъузэу, абы къыхэкӀкӀэ ахэр гъэзэщӀэн хуэмейуэ, псоми зэхахыу жиӀэн щӀидзэмэ, дауэ феплърэ утыкум куэдрэ ирагъэтыну апхуэдэ цӀыхур? АтӀэ къэрал хабзэхэр умыгъэзэщӀэныр нэхъ щӀэпхъаджагъэ, сыт хуэдэ тепщэныгъэми и лъабжьэу щыт Тхьэм и унафэхэр хэбутэным нэхърэ? GCKar 547.1

Къэралхэм я унафэхэр якъутэжу, абы исхэм зыхуей ящӀэну хуит ящӀыныр уи нэгу къыщӀэбгъэхьэныр нэхъ тыншщ, Дуней псом и Тепщэм мысэхэр зэрагъэкъуаншэрэ хейхэр зэрагъэпэжу щыӀэ и Унафэр игъэкӀуэдыжу, дунейр пщалъэншэу къигъэнэфыну уегупсысыным нэхърэ. ФщӀэрэ фэ Тхьэм и унафэр къыпфӀэмыӀуэхуным узыхуишэр? Ар ягъэунэхуа Ӏуэхущ. Сыт хуэдэ Ӏуэхугъуэ шынагъуэхэр Францием игъэунэхуауэ щытар, атеизмым абы тепщэныгъэр щыщиубыдам! Абы щыгъуэ дуней псом хьэкъ ящыхъуащ, Зиусхьэным и тепщэныгъэм дыщӀэкӀмэ, нэхъ еру дыдэу щыӀэ залымыгъэм и пщылӀыпӀэм дызэрыщӀэхуэр. Щыпкъагъэм и пщалъэр здыщамыдэм и деж, кӀыфӀыгъэм и пщым щӀылъэм щиӀа тепщэныгъэр зэрызэфӀигъэувэжын Ӏэмал къыщыӀэрохьэр. GCKar 547.2

Тхьэм къигъэувхэр щамыдэхэм деж, гуэныхьыр пщӀэ мыхъуну ялъытэжкъым, щыпкъагъэр удэзымыхьэх Ӏуэхугъуэу ялъытэ мэхъу. Зиусхьэным хуэӀурыщӀэну хуэмейхэм, я щхьэм и унафэ езыхэм ящӀыжыфыну яӀа лъэкӀыныгъэр яфӀокӀуэд. Абыхэм я гъэсэныгъэ зэраныгъэшхуэ къэзыхьхэм, жыӀэмыдаӀуэным и гупсэр, щхьэхуитыныгъэр зыфӀэфӀ щӀалэгъуалэм ягухэм щыхасэри, абы кърикӀуэу щӀэпхъаджагъэмрэ гуэныхьымрэ жылагъуэм щобагъуэр. Тхьэм къигъэувхэр зыгъэзащӀэхэм, я хьэрэмыгъэншагъэмрэ я фӀэщхъуныгъэмрэ щыщыдыхьэшх зэманым, куэдым хьэзырыпсу шейтӀаным и гъэӀулэныгъэхэм зыдрагъэхьэх. Тхьэм и хьэкумыр мэжусийхэм ятезыгъэхуа цӀапӀагъэхэм, гуэныхьхэм я гъуэгум тоувэр ахэр. GCKar 547.3

Тхьэм и унафэхэр цӀыхубэм къафӀэмыӀуэхуну хуэзыгъасэхэм, убэтэным и жылэ хасэу аращ, икӀи гува-щӀэхами абыхэм я щхьэм борэныр къыщхьэщыхьэнущ. Тхьэм и Унафэм къигъэув гъунапкъэхэр Ӏубдзмэ, къэплъагъунущ цӀыхухэм къыдагъэкӀ унафэхэри щӀэх дыдэу ямыгъэзэщӀэж зэрыхъунур. Я нэхъ Лъагэм нэмысыншагъэр, пцӀыр, фыгъуэныр зэригъэкъуаншэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр хьэзырщ щӀылъэм мылъку къащеуэлӀэным зэран хуэхъу Тхьэм и унафэхэр хаутэну, арщхьэкӀэ, Тхьэм къигъэувхэр Ӏубдзмэ, абы кърикӀуэнухэр абыхэм я дежкӀэ зыщымыгугъаиххэу къыщӀидзынущ. Унафэр гъэзэщӀэныр щымыӀэмалыншэкӀэ, ар пкъутэным ущышынэн хуей? ИтӀанэ щхьэзакъуэ мылъкур шынагъэм щӀэтынущ. ЦӀыхухэм зыӀэщӀалъхьэн щӀадзэнущ я гъунэгъухэм унейуэ я мылъкур, нэхъ лъэрызехьэ дыдэр нэхъ къулей дыдэ хъунущ. ЦӀыху гъащӀэми пщӀэ хуамыщӀыж хъунущ. Нэчыхьыр бгъэпэжын хуейуи щытыжынукъым. КъарууфӀэм хуеймэ и гъунэгъум и щхьэгъусэр къытрихыфынут. Етхуанэ унафэр еплӀанэм дэщӀыгъуу ягъэкӀуэдыжынут. Гуэныхь зыпылъ я хъуапсэныгъэхэр, я амбициехэр зрагъэхъулӀэн папщӀэ бынхэм я адэ-анэр яукӀыжынкӀэ тӀэу еплъынутэкъым. Цивилизацэ дунейр хъунщӀакӀуэ гуп зэрыгъэхъуауэ, узыщыгугъ хъун щымыӀэжу псори цӀыхуукӀ хъунут; мамырыгъэр, гупсэхугъуэр, насыпыр щӀылъэм текӀуэдыкӀынут. GCKar 548.1

ЦӀыхухэм Тхьэм и унафэхэр ямыгъэзэщӀэну хуит зыщӀ гъэсэныгъэм, нэмысым и пщӀэр ириудыхри, гуэныхьым гъуэгу хузэӀуихащ. Хабзэншагъэр, егъэлеиныгъэр, зэкӀуэкӀыныгъэр уэру къыджьэхолъадэр. ШейтӀаныр унагъуэ куэдым хуиту щопсэу. Фыгъуэныр, гурыщхъуэр, фэрыщӀагъэр, зэхуэмыфӀыжыныгъэр, зэпеуэныр, зэбииныр, зэпцӀыжыныгъэр, гуэныхьым худэчыхыныр здытепщэ щыхъуа унагъуэхэм я унащхьэм, чристэныцӀэ зэрызэрахьэм емылъытауэ, шейтӀаным и ныпыр жьым иуфафэу щхьэщытщ. Диным и принципхэр, и гъэсэныгъэхэр, жылагъуэ псэукӀэм и лъабжьэжу щытыпхъэхэр къызэтещэщэным зы тэлайщ иӀэжыр. Бзаджэнаджэхэу щӀэпхъаджагъэ Ӏей зыщӀа, цӀыху нэхъ зэкӀуэкӀа дыдэхэр, тутнакъым ихуа нэужь, къамылэжьауэ куэдрэ гулъытэ лей хуащӀ — абыхэм тыгъэхэр ират, лӀыхъужьыгъэ гуэр ялэжьа хуэдэ. Абыхэм я гъащӀэмрэ бзаджэнаджагъэ ялэжьахэмрэ егъэлеяуэ гулъытэшхуэ хуащӀ. Гуэныхь гущыкӀыгъуэхэр убгъуауэ къэзыӀуэтэж тхыгъэхэр тедзауэ къыдагъэкӀ — апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ нэгъуэщӀхэри хьэгъэм, залымыгъэм хуагъасэр, абы щыгъуэхэм деж шейтӀаным и жыхьэрмэ мурадхэр къызэрехъулӀэм иротхъэр. ИкӀагъэ гуэныхьхэм, лажьэ зимыӀэхэр гупсысэншэу зэраукӀым, шыӀэныгъэ зэрыщымыӀэжым, хабзэншагъэу къэхъу къомым Тхьэм щышынэ цӀыхухэр ирагъэгупсысын хуейщ: «А Ӏеягъэ толъкъуныр дауэ къэдгъэувыӀа хъуну?» — жаӀэу. GCKar 548.2

Суд лэжьакӀуэхэр къэщэхугъуафӀэщ. Тепщэр зыӀэщӀэлъ цӀыхухэм мылъку зэрызралъэфэлӀэным пылъщ, я гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьурэ я гур зэрыхагъэхъуэным хэтщ. ШыӀэныгъэ зэрамыщӀэм куэдым я акъылыр игъэутхъуауэ, шейтӀаным и ӀэмыщӀэм тынш дыдэу йохуэхэр. Захуагъэр зыхъумэну зи лэжьыгъэхэр нэмысыншэхэу ӀулъхьэӀых хъуахэщ. Фадэр нэрыгъ щӀыныр, екӀэ ятэныр, фыгъуэныгъэр, икӀагъэр — мыхэр псори «хабзэхъумэу» ягъэувахэм яхэлъщ. «Хьэкъыр жыжьэу ӀуагъэкӀуэтащ, захуагъэр япэӀэщӀэщ, щыпкъагъэр утыкум щылъэпэрэпащи, пэжыгъэм къыщӀыхьэну хузэфӀэкӀыркъым” (Ис. 59:14). GCKar 549.1

Папэр дунейм и тепщэу щыщыта лъэхъэнэм бзаджэнаджагъэмрэ Тхьэр яцӀыхуным ехьэлӀауэ цӀыхухэм я жэхьилыгъэмрэ зэрыбэгъуам и щхьэусыгъуэр, абы щыгъуэм Тхыгъэ ЛъапӀэр ираудыхыу, дакъузэу зэрыщытарщ, ауэ иджы ди зэманым — Инджылым и нэхур дэнэкӀи къыщыблэу, щхьэж зыхуей диныр зэрихьэжыну хуитыныгъэ щыщыӀэм, цӀыхухэм кӀуэдыпӀэ гъуэгум зыхуаунэтӀауэ, Тхьэм и Унафэр ямыдэу, тхьэншэу псэуным зэрызиубгъум и щхьэусыгъуэр дэнэ къыщылъыхъуэн хуейр? Иджы, шейтӀаным Тхыгъэ ЛъапӀэр дунейм къытрихыну афӀэкӀэ тепщэныгъэ здимыӀэжым, а хьисэп дыдэр иӀэу ныгъуэщӀ Ӏэмалхэр къегъэсэбэпыр. Библиер я фӀэщ мыхъужу цӀыхухэр ищӀынымкӀэ, Библиер гъэкӀуэдыжыным хуэдэ къабзэу ар и мурадым лъоӀэсыф. Тхьэм и Унафэр гъэзэщӀэныр мыӀэмалыншэу цӀыхухэм я фӀэщ ищӀурэ, абыхэм гуэныхь яригъэщӀэныр хуабжьу къохъулӀэр, зэикӀ абыхэм Унафэм къигъэувхэр зэхамыха хуэдэу къащигъэхъуурэ. Иджыри, япэрей лӀэщӀыгъуэхэм зэрищӀэу щытам хуэдэу, шейтӀаным и мурадхэр гъащӀэм хепщэр, Члисэр къигъэсэбэпурэ. Нобэрей дин организацэхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм икъукӀэ зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу къиӀуатэ пэжыгъэхэм, ар куэдым зэрафӀэмыфӀым щхьэкӀэ, едэӀуэну хуейкъым, абы къыхэкӀкӀэ, ахэр гурыӀуэгъуэ щащӀкӀэ а пэжыгъэхэр езыхэм къагупсыса пцӀыхэмкӀэ зэрахъуэкӀ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ скептицизмэмрэ фӀэщмыхъуныгъэмрэ и жылэр хасэр. Псэм езыр-езыру мылӀэжыныгъэ иӀэу икӀи цӀыхур лӀа нэужь и акъылым иту жы зыӀэу, папэм къыбгъэдэкӀа гъэсэныгъэпцӀыр къащтэри, абыхэм спиритизмым и гъэпцӀагъэм тӀасхъэ зыхуащӀащ, къэзыхъумэн ямыӀэжу. ИгъащӀэкӀи хьэзаб щыӀэну жызыӀэ гъэсэныгъэм Библиер я фӀэщ мыхъужу куэдыр къигъэнащ. ЕплӀанэ унафэм гъэзэщӀапхъэу къигъэувхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм цӀыхухэм наӀуэ яхуещӀри, абыхэм ахэр зэрагъэзэщӀэн хуейр къагуроӀуэр, арщхьэкӀэ егъэджакӀуэ цӀэрыӀуэхэм езыхэм яфӀэмыкъабыл унафэм цӀыхухэр къыщӀашын папщӀэ, Тхьэм и Унафэр гъэзэщӀэн хуэмеиххэу жаӀэр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абыхэм Унафэри, щэбэтри зэуэ ӀэщӀыб ящӀ. Щэбэтыр яхъуэжыным пылъ зэщӀэхъееныгъэм нэхъ зиубгъухукӀэ, Тхьэм и Унафэр дэнэкӀи къанэ щымыӀэу щамыдэж хъунущ, еплӀанэ унафэр цӀыхухэм ирамыгъэгъэзэщӀэн щхьэкӀэ. Дин гъэсакӀуэхэм я ущиехэм тхьэншагъэм, спиритизмым бжэр хузэӀуахащ икӀи Тхьэм и Унафэ лъапӀэр цӀыхухэм ялъагъу мыхъуу ящӀащ. А цӀыхухэращ зи лажьэр чристэн дунейм хабзэншагъэ щекӀуэкӀхэр. GCKar 549.2

АрщхьэкӀэ, а егъэджакӀуэ дыдэхэращ жызыӀэр, цӀыхухэр хуабжьу зэрызэкӀуэкӀым и щхьэусыгъуэр щэбэткӀэ езыхэр зэджэ махуэр зэрагъэпудырауэ, аращи, тхьэмахуэ махуэр Ӏэмал имыӀэу гъэзэщӀэн хуейуэ ягъэуватэмэ, ар куэдкӀэ сэбэп хуэхъунут цӀыхубэм я щэнхабзэр къызэтенэным, жаӀэу. А псалъэхэр нэхъ ерыщу щагъэӀур Америкэрщ, адрей къэралхэм нэхърэ уаз нэхъыбэ щэбэт махуэм теухуауэ щыжаӀауэ щытым. Мыбдежым щэнхабзэр егъэфӀэкӀуэным ехьэлӀауэ зышыӀэныгъэм цӀыхухэр къыщыхураджэкӀэ, ар тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэным и телъхьэу щыт зэщӀэхъееныгъэм хагъэпшахъуэр. Апхуэдэу щӀэхъур тхьэмахуэм и хъумакӀуэхэм жылагъуэм и фӀыгъуэм хущӀэкъу бэнакӀуэхэу цӀыхухэм зыкъыщагъэхъури аращ; икӀи къагухьэну зымыдэхэм щхьэкӀэ зышыӀэныгъэмрэ зэхъуэкӀыныгъэфӀхэмрэ ахэр я бийуэ хужаӀэр. АрщхьэкӀэ, щыуагъэр хэзысэу ар зыгъэбагъуэ зэщӀэхъееныгъэр лэжьыгъэ щхьэпэм хэпщӀа хъу щхьэкӀи абы пцӀы зэрихьэр пэж ищӀыркъым. GCKar 550.1

Щхъухьыр ерыскъым хэбгъэзэрыхьу ар мынэрылъагъу пхуэщӀынущ, ауэ абы щхъухьым ажал къихьу и щытыкӀэ шынагъуэр игъэкӀуэдыркъым. АтӀэ, абы щыгъуэм ар нэхъ шынагъуэж хъууэ аращ, и теплъэкӀэ сэбэпынагъ зыхэлъ ерыскъым зыми гурыщхъуэ хуищӀынукъыми. ШейтӀаным и хьилэшыгъэхэм щыщщ, пцӀымрэ пэжымрэ куэдми мащӀэми зэхитхъуэныр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ пцӀыр пэжыгъэ пэлъытэ ищӀын щхьэкӀэ. Тхьэмахуэ махуэр гъэзэщӀэным и телъхьэхэр, цӀыхубэр зыхуэныкъуэ зэхъуэкӀыныгъэхэри, Библием зэрыщыту езэгъ принцип гуэрхэри къыбдаӀыгъыфынкӀи, и хъумакӀуи хъуфынущ, арщхьэкӀэ, абыхэм дэщӀыгъуу Тхьэм и Унафэм емызэгъхэр уагъэщӀэну къыщагъэувкӀэ, Тхьэм хуэпщылӀхэр абыхэм гухьэфынукъым. Тхьэм и унафэхэр цӀыху унафэкӀэ зэзыхъуэкӀхэр зыкӀи пхуэгъэзэхуэнукъым. GCKar 550.2

Щхьэрыуагъэ инитӀым — псэм мылӀэжыныгъэ иӀэу ухуезыгъаджэмрэ тхьэмахуэ махуэр лъапӀэу узыгъасэмрэ — цӀыхухэр шейтӀаным и тепщэныгъэм щӀашэр. А тӀум зым — псэм мылӀэжыныгъэ иӀэу ухуезыгъаджэм, спиритизмым лъабжьэ хуигъэтӀылъащ, етӀуанэм — тхьэмахуэ махуэр лъапӀэу узыгъасэм протестантхэр Римым пэшэгъу хуещӀыр. Штат Зэгуэтхэм ис протестантхэм псом япэ щыхупӀэм щхьэпырыӀэбыкӀынурэ, я Ӏэр спиритизмым хуашиинущ, итӀани щыхупӀэ щӀэншэм ебэкъуэнурэ Римым и тепщэм сэлам ирахынущ; а щым я зэкъуэтыныгъэм я жьым щӀэту ди къэралыр Римым и гъуэгум ирикӀуэнущ, дин-щхьэхуитыныгъэр хиутэурэ. GCKar 551.1

Иджырей спиритизмым, фэрыщӀ чристэныгъэм нэхъыфӀу зыпищӀыжыфу зэрызригъэсам, абы и дэхьэхыгъэхэм къаруушхуэ ирегъэгъуэт. Езы шейтӀаным нобэ зекӀуэ хабзэхэм, иджы кърагъэкӀухэм зыдещӀыр: абы нэхум и мелыӀыч хуэдэу фэ зытрегъауэр. Спиритизмым Ӏуэху телъыджэхэр къигъэхъунущ, сымаджэхэр хъужу, къэхъу зи мыхабзэ телъыджэлажьэ нэгъуэщӀ куэдхэри къэхъунущ. А жинхэм Библиер я фӀэщ хъууэ, члисэхэм пщӀэ хуащӀу зыкъагъэлъэгъуэнурэ, абыхэм я лэжьыгъэр Тхьэм и къарукӀэ ящӀэу цӀыхухэм ялъытэнущ. GCKar 551.2

ЧристэныцӀэ зезыхьэхэмрэ тхьэншу псэу цӀыхухэмрэ зэрызэщхьэщыкӀыр, ерагъмыгъуейуэ къыпхуэлъагъу къудейщ. Члисэм щыщхэм, дунейм и фӀэфӀхэр фӀыуэ ялъагъур, икӀи сыт щыгъуи хьэзырхэщ дуней цӀыхухэм пэшэгъу зыхуащӀыну, аращи, шейтӀаным ахэр зы ищӀыну мурад ещӀыр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и Ӏуэхур иригъэфӀэкӀуэн папщӀэ, спиритизмым псори хигъэпщӀэн папщӀэ. Члисэ пэжым нэщэнэхэр и дамыгъэу зылъытэ католикхэр а телъыджэхэм я къарум игъэщхьэрыуэнущ; протестантхэми пэжыгъэм и мэӀухур зыӀуадзынурэ, ахэри къагъэпцӀэнущ. Католикхэми, протестантхэми, дунейм и цӀыхухэми — псоми Тхьэм фӀэлӀыкӀыу фэ зытрагъэуэнущ, арщхьэкӀэ, ипэжыпӀэкӀэ, Тхьэм епцӀыжауэ, а зэманым, а зэгухьэныгъэм цӀыхухэр зэреплъынур зэщӀэхъееныгъэ бэлыхьу ялъытэущ, псоми Тхьэм и деж зезыгъэзэжыфыну икӀи куэд щӀауэ зыпэплъэ, илъэс минкӀэ щыӀэну Пащтыхьыгъуэм дунейр хуэзышэным хуэдэущ. GCKar 551.3

ШейтӀаным спиритизмымкӀэ цӀыху лъэпкъым фӀыгъуэ хуэзыщӀэ хуэдэу зыкъыдигъэлъагъуну иужь итщ, цӀыхухэм я узхэр игъэхъужурэ, диныщӀэ, япэм щыӀахэм нэхърэ куэдкӀэ нэхъыфӀ къыдбгъэдилъхьэ хуэдэу зищӀурэ; ауэ, ипэжыпӀэкӀэ иригъэкӀуэкӀ лэжьыгъэмкӀэ ар зэхэкъутакӀуэщ. Абы и гъэӀулэныгъэхэмкӀэ цӀыху минхэр кӀуэдыжыгъуэм хуешэр. ЗышыӀэныгъэ зэрамыӀэжым цӀыхухэр акъылыншэ ещӀри, абы кърикӀуэр цӀапӀагъэхэрщ, лъыгъажэщ, нэгъуэщӀ гужьеигъуэхэрщ. Псом нэхъыбэу шейтӀаным и гур хуабжьу хэзыгъахъуэр зауэхэрщ, цӀыхум и гурыщӀэ нэхъ икӀагъэхэр къегъэушри, абы тригъэкӀуадэхэр дзымрэ лъымрэ яуфӀеяуэ гъадэщӀыдэм хегъэхьэжыр. ШейтӀаным и хьисэпыр лъэпкъхэр зыр зым ириуштынырщ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абыхэм я гупсысэр Мэсихь и КъэкӀуэгъуэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейм къытришыфынущи. GCKar 551.4

ЦӀыхупсэ куэд игъэкӀуэдын папщӀэ шейтӀаным природэри стихиехэри къегъэсэбэп насыпыншагъэ куэд къыщигъэхъуурэ. Абы щӀыуэпсым хэлъ щэхухэр зригъэщӀауэ, къарууэ иӀэр ирехьэлӀэ зэрыхуейм хуэдэу ар зэригъэӀурыщӀэным, Зиусхьэным къызэрыхуидэм хуэдизкӀэ. Аюб бегъымбарыр хьэзабым хидзэну абы хуитыныгъэ щигъуэтам, къэхъу имыхабзэу, дапхуэдизу псынщӀэу игъэкӀуэда Ӏэщ хъушэхэр, унэхэр, унэӀутхэр, бынхэр — зы гуӀэгъуэм адрейр къыкӀэлъыкӀуэурэ! Тхьэ Закъуэращ къигъэщӀахэр зезыхьэр икӀи псэхэхым щызыхъумэр. Ауэ чристэн жылагъуэм Тхьэм и Унафэр ядэркъым, ялъагъу хъуркъым, атӀэ Зиусхьэным къигъэхъунущ ахэм къажриӀауэ щытар: щӀылъэм и нэфӀ щихуэн зэпигъэунурэ, Абы и Унафэмрэ и гъэсэныгъэхэмрэ зымыдэу, адрейхэри ардыдэм хуэзыущийхэр ихъумэн щигъэтыжынущ. Хэхауэ Тхьэм къимыхъумэхэр шейтӀаным и тепщэныгъэм щӀэтщ. ШейтӀаным языныкъуэхэм фӀыгъуэхэр ярет, езым и фейдэ хэлъу ахэр ирегъэфӀакӀуэр, языныкъуэхэм гуауэ куэд яредз, насыпыншагъэ куэд къащегъэщӀ, а бэлыхь псори абыхэм Тхьэм къатрилъхьауэ я фӀэщ ищӀурэ. GCKar 552.1

Узу щыӀэм зи Ӏэзэгъуэ хэлъ дохутырышхуэ хуэдэу зыкъигъэлъагъуэурэ, цӀыхухэр игъэхъужыну хуейуэ фэ зытригъауэ щхьэкӀэ, шейтӀаным узыфэ Ӏейхэмрэ насыпыншагъэхэмрэ къигъэкӀуэнурэ, цӀыху куэд зыдэс къалэшхуэхэр нэщӀ ищӀынущ, зэхэкъутахуэ самэхэм фӀэкӀ щомылъагъужу. ХущӀыхьэгъуэ имыӀэу а Ӏуэхум ар иджыпстуи йолэжь. БэӀутӀэӀухэр, псыми щӀыгуми къыщыхъу насыпыншагъэхэр, лъапсэрыхыр къэзыхь мафӀэс шынагъуэхэр, жьапщае хъыжьэхэр, уэ зыщӀэт борэн узижэгъуэнхэр; псыдзэхэр, гъуэжькуийхэр, щӀы хъейхэр, толъкъун абрагъуэу къэукъубей тенджызхэр — абыхэмкӀэ щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэ зэмылӀэужьыгъуэу абы и къарур къыщегъэлъагъуэр. Абы гъавэр егъэкӀуэдри, гъеймрэ гузэвэгъуэмрэ къыдокӀуэ. Хьэуар ажал уз зэрыцӀалэкӀэ еуцӀэпӀри, цӀыху минхэр уз Ӏейхэм ярегъэхь. Апхуэдэ насыпыншагъэ емынэунэхэр нэхъыбэрэ къэхъуу, нэхъыби зэтракъутэурэ екӀуэкӀынущ. Ажалыр якӀэлъыщӀыхьэнущ псэущхьэхэми цӀыхухэми. «Мэтхьэусыхэ, мэнэщхъей шӀылъэр; я щхьэр къыфӀэхуащ дуней псом; лъэпкъхэр зыгъэгушхуэу щыта щӀыналъэхэр фэншэ хъуащ. ЩӀылъэр Ӏисраф ящӀащ абы щыпсэухэм; Тхьэм и унафэхэм ебэкъуащи, хабзэхэр яхъуэжащи, зэгурыӀуэныгъэу игъащӀэкӀи Тхьэм къарищӀылӀам епцӀыжащи” (Ис. 24:4,5). GCKar 552.2

ИтӀанэ гъэпцӀакӀуэ иным, цӀыхухэм я фӀэщ ищӀын хузэфӀэкӀынущ, а гузэвэгъуэ къатепсыхахэр зи лажьэр Тхьэм хуэпщылӀ цӀыхухэрауэ. Зиусхьэныр къэзыгъэгубжьа гуэныхьыщӀэхэм, насыпыншагъэу къахуэкӀуауэ хъуамкӀэ Тхьэм и унафэхэр сыт щыгъуи зыгъэпэжу щытахэр ягъэкъуэншэнущ, абыхэм я пэжыгъэр ягу темыхуэу. Тхьэмахуэ махуэр къызыфӀэмыӀуэхухэм щхьэкӀэ абыхэм Тхьэр ягъэпуду ягъэӀунущ, икӀи гузэвэгъуэ псори абыхэм я гуэныхьым къишауэ жаӀэнущ, дэнэ щӀыпӀэми тхьэмахуэр ягъэлъапӀэу мыхъухукӀэ а гузэвэгъуэхэр зэпымыуну трагъэчыныхьурэ; еплӀанэ унафэр зыгъэзащӀэхэм, щэбэтыр зэрагъэлъапӀэмкӀэ тхьэмахуэм хуэщӀыпхъэ пщӀэр ягъэкӀуэд, цӀыхубэр Ӏэнкун ящӀурэ, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэми хагъэныж жаӀэнущ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Тхьэм и пщылӀыр зэрагъэкъуэншауэ щытам къытрагъэзэжынущ: «Ахав Илия къыщилъэгъуам, къыжриӀащ: уэра ар, Израилыр Ӏэнкун зыщӀыр? GCKar 553.1

Илия жэуап къритыжащ: сэракъым Израилыр Ӏэнкун зыщӀыр, атӀэ уэрэ уи адэм и лъэпкъымрэщ, Зиусхьэным и унафэхэр флъагъу зэрымыхъумкӀэщ, Ваалхэм щхьэщэ зэрыхуэфщӀымкӀэщ» (3 Цар. 18:17,18). Апхуэдэу лажьэ зимыӀэхэр ягъэкъуаншэу, лъэпкъым и губжьыр щыятэкӀэ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэм шейтӀаныр зэрахущытынур Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щыта Израилыр Илия зэрыхущытам хуэдэущ. GCKar 553.2

Къару телъыджэу спиритизмым игъэлъэгъуэнур зэзэуэнур, цӀыхухэм жаӀэм нэхърэ нэхъыбэу Тхьэм жиӀэм едэӀуэну мурад зыщӀахэрщ. Тхьэмахуэ махуэр зымыдэхэм я щыуагъэр къыгурагъэӀуэн щхьэкӀэ, Тхьэм къигъэкӀуа хуэдэу, жинхэм цӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну яужь итынущ, Тхьэм и унафэм зэредэӀуапхъэм хуэдэу, къэрал унафэхэм ахэр ирагъэдэӀуэн щхьэкӀэ. Дунейр зэрызэкӀуэкӀам ахэр иринэщхъеинущ, арщхьэкӀэ, тхьэмахуэ махуэр псоми зэрамыгъэлъапӀэр цӀыхухэр апхуэдизу нэмысыншэ зэрыхъуам и щхьэусыгъуэу зылъытэ дин унафэщӀхэм ахэр я телъхьэ хъунущ. Абыхэм жаӀэр зи фӀэщ мыхъунухэм губжьу хуаӀэнур псалъэкӀэ пхужыӀэнкъым! GCKar 553.3

Тхьэм и лъэпкъыр имыгъэпсэууэ, а бэнэныгъэшхуэм шейтӀаныр иджыри хуэкӀуэнущ уафэм къыщиӀэта убатэныгъэм и щӀэдзапӀэм къигъэсэбэпа Ӏэмалхэм. ЯпэщӀыкӀэ абы жиӀауэ щытат, Тхьэм и пащтыхьыгъуэр игъэбыдэн фӀэкӀа нэгъуэщӀ Ӏуэху зэримыхуэу, ауэ щыхъукӀэ ар тридзын папщӀэ етэрщэхуу лъэкӀ къигъанэртэкъым. Абы щыгъуэм езыр зыхущӀэкъухэмкӀэ мелыӀыч пэжхэр абы игъэкъуэншащ. Апхуэдэ хьилагъэ римскэ Члисэм и тхыдэми хуабжьу къыхощ. Уафэм и уэлийуэ цӀэ зыфӀищыжауэ, абы, атӀэми, Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу зиӀэтыну, Тхьэм и Унафэр ихъуэжыну хущӀэкъуащ. Римым и уэлиигъуэм хьэзаб ирагъэшэчу ягъэкӀуэда Инджылым хуэпэжа цӀыхухэм диным епцӀыжа цӀэуэ еретик фӀащащ, щӀэпхъаджагъэ зыщӀэхэу ялъытэу; ахэр шейтӀаным пыщӀащ жаӀэурэ ягъэкъуаншэрт; Ӏэмал зэмылӀэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпащ ахэм напэтехыгъэ Ӏуэхухэр кӀэрацӀэлъын щхьэкӀэ, уеблэмэ, цӀыхухэм я пащхьэ бзаджащӀэ нэхъ Ӏей дыдэхэм хуэдэу ирагъэувэхэу. Апхуэдэу щытынущ ди зэманми. Тхьэм и Унафэр зылъытэхэр игъэкӀуэдыну хущӀэкъуурэ, шейтӀаным, ахэр унафэр зыкъутахэм хуэдэу, Тхьэр зыгъэпудхэм хуэдэу цӀыхухэм къащигъэхъуунурэ, Тхьэм и хьэкумыр дунейм къытезыгъахуэхэм хуэдэу яригъэгъэкъуэншэнущ. GCKar 554.1

Тхьэм зэикӀ цӀыхум и напэми и Ӏэмырми залымыгъэ ирихыркъым, шейтӀаныр аракъым, абы еруагъ хэлъу зэпымычу лей зэрехьэр, нэгъуэщӀ щӀыкӀэкӀэ хуэмыгъэӀурыщӀэхэр езым и тепщэм щӀишэн щхьэкӀэ. Шынагъэрэ къарурэ къигъэсэбэпурэ абы цӀыху напэр пщылӀыпӀэм зэрыщӀишэным пылъщ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ пщӀэрэ щхьэщэрэ езым зригъэгъуэтын щхьэкӀэ. И мурадыр къехъулӀэн папщӀэ, абы къэрал тепщэныгъэмрэ диным и пашэхэмрэ зыдегъэӀэпыкъу, ахэм Тхьэм и унафэм пэщӀэувэ хабзэхэр къыдагъэкӀыным тригъэгушхуэурэ. GCKar 554.2

Библием зи гугъу ищӀ щэбэтыр зыгъэзащӀэхэр къэрал хабзэхэмрэ зэкӀэлъыкӀуагъэмрэ я бийхэу, нэмыс хабзэр зэзыгъэкӀуэкӀхэу, хабзэншагъэм, анархием, зэкӀуэкӀыныгъэм цӀыхубэр хуэзышэу хагъэӀуэнущ. Тхьэм и хьэкумыр щӀылъэм къыщӀытепсыхам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу ахэр ялъытэнущ. Абыхэм я напэкъабзагъэмрэ я пэжагъымрэ ахэр хуэпсэлъэнущ, къэрал унафэхэм емыдаӀуэ ерыщхэщ хужаӀэу. GCKar 554.3

Къэрал унафэщӀхэм хуэарэзыкъым ахэр жаӀэури, ягъэкъуэншэнухэщ. Тхьэм и унафэр гъэзэщӀэн хуейуэ зэрыщытыр зымыдэ Члисэм и къулыкъущӀэхэр кафедрэхэм къыщыпсэлъэнущ, дэтхэнэ зы цӀыхуми къэрал унафэхэр Тхьэм и унафэ пэлъытэу игъэзэщӀэну и хьэкъщ жаӀэурэ. Къэрал хабзэхэр къыщыдагъэкӀ хабзэ зэӀущӀэхэм, суд щӀапӀэхэм, Тхьэм и Унафэр зыгъэзащӀэ цӀыхухэр щыхаутэнущ, щагъэкъуэншэнущ, щетхьэкъуэнухэщ. Абыхэм я псалъэхэр зэрагъэкӀуэкӀынущ, я мурадхэмрэ я Ӏуэхухэмрэ зэрахъуэкӀыурэ хуабжьу ягъэикӀэнущ. GCKar 555.1

Тхьэм и Унафэм и телъхьэу Тхыгъэ ЛъапӀэм ит щыхьэт псалъэ нахуэхэр протестантскэ члисэхэм къызэрамыщтэм къыхэкӀкӀэ, ахэр хущӀэкъунущ зи фӀэщхъуныгъэр пцӀыуэ БиблиемкӀэ къыщӀамыгъэщыфхэм я жьэр зэрызэтрагъэпӀэным. Я напэм епцӀыжу, адрей чристэн къомым дэщӀыгъуу, папскэ щэбэтыр зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр ямыгъэпсэууэ къызэрырахуэкӀынум яужь ихьэнущ ахэр, абыкӀэ заумысыжыну хуэмейуэ зэрыщытынум щхьэкӀи къэмынэу. GCKar 555.2

Члисэми къэралми я унафэщӀхэр зэгухьэнущ, ӀулъхьэкӀэми, псалъэкӀэми, къарукӀэми, сытми, къэралым ис псоми тхьэмахуэ махуэр ирагъэгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ. Тхьэм уфӀэлӀыкӀыныр а Ӏуэхум зэрыщыщӀэм къыхэкӀкӀэ, абыхэм лей куэд зэрахьэнущ. Политикхэр къэщэхугъуафӀэу зэрыщытым захуагъэр фӀыуэ лъагъуныр, пэжыгъэм пщӀэ хуэщӀыныр егъэкӀуэд; уеблэмэ, хуитыныгъэм пщӀэ щыхуащӀу къыздекӀуэкӀ Америкэми, къэралыр зезыхьэхэмрэ хабзэхэр къыдэзыгъэкӀхэмрэ, къэралым исхэр арэзы ящӀын папщӀэ, цӀыхубэм худачыхынурэ, тхьэмахуэ махуэр Ӏэмал имыӀэу гъэлъэпӀэн хуейуэ унафэ къыщащтэнущ. ЦӀыху Ӏэджэм ялъкӀэ къазэуа дин-щхьэхуитыныгъэр хаутэнущ. А бэнэныгъэшхуэ къэкӀуэнум дэ хэтлъэгъуэнущ бегъымбарым и псалъэхэр гъэзэщӀа зэрыхъур: «Благъуэр цӀыхубзым Ӏэлу хуэгубжьынурэ, цӀыхубзым къытехъукӀа адрейхэм, Тхьэм и Унафэхэр зыгъэзащӀэхэрэ Хьиса Мэсихь и щыхьэтыгъэр зиӀэхэм езэуэну кӀуащ” (Откр. 12:17). GCKar 555.3