Бэнэныгъэ ин

38/46

34 ӀЫХЬЭ—ЛӀАХЭР КЪЫДЭПСЭЛЪЭФЫНУ?

(Спиритизм)

МелыӀыч щихъхэм я лэжьыгъэу Тхыгъэ ЛъапӀэм зи гугъу ищӀыр, Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэ дэтхэнэ зы цӀыхуми и дежкӀи уи гур фӀы зыщӀ пэжыгъэ лъапӀэхэм ящыщ зыщ. Ауэ Библием узыхуригъаджэр зрагъэкӀуэкӀащ, икӀи куэдым ягу ирихь теологием и хьилагъэу шыпсэхэмкӀэ щӀауфащ. Езыр-езыру псэм мылӀэжыныгъэ иӀэу я гугъэр, мажусий философием къыхахри чристэн фӀэщхъуныгъэм хагъэпщӀащ, члисэр Тхьэм къыщыбгъэдэкӀауэ щыта зэман кӀыфӀым, Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм апхуэдизу белджылыуэ, гурыӀуэгъуафӀэу къаӀуатэ пэжыгъэм: «лӀахэм зыри ящӀэркъым», — жызыӀэм и увыпӀэр абы иубыдащ. Куэдым я фӀэщ хъуащ, «ӀуэхутхьэбзащӀэ мелыӀычхэр, къелыныгъэр щӀэин зыхуэхъунухэм хуэлэжьэну хуагъакӀуэхэр”, лӀахэм я псэ хуэдэу. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэм зиубгъуащ, иджыри зы цӀыху мылӀэ щӀыкӀэ уафэ мелыӀычхэр зэрыщыӀам, ахэр цӀыхубэм къадэгъуэгурыкӀуэу зэрыщытам Библиер белджылыуэ щыхьэт зэрытехъуэм емыдаӀуэу. GCKar 515.1

ЦӀыхур лӀа нэужь, и акъылым итыжу ухуезыгъаджэ гъэсэныгъэм, псом хуэмыдэу, псэухэм хуэлэжьэн папщӀэ лӀахэм я псэхэм къагъэзэжу уи фӀэщ пщӀыным, нобэрей спиритизмым гъуэгу хухишащ. ЛӀахэр Зиусхьэнымрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ епсэлъылӀэхэу щытмэ, япэм яӀам нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ щӀэныгъэ ахэм къратауэ щытмэ, сыт абыхэм щӀылъэм къыщӀамыгъэзэжыныр, псэухэр ирагъэджэн икӀи ягъэсэн мурадкӀэ? Дин-щӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэхэм узыхурагъаджэр пэжрэ, лӀахэм я псэр щӀылъэм щыпсэу я ныбжьэгъухэм я щхьэщыгум щыхуарзэмэ, сыт ахэр хуит ящӀ щӀэмыхъунур абыхэм епсэлъылӀэну, насыпыншагъэхэм щахъумэн щхьэкӀэ, я гуауэхэр щхьэщагъэужын щхьэкӀэ? ЦӀыхур лӀа нэужь, и акъылым итыжу зи фӀэщ хъухэм дауэ ямыдэу къагъэнэн лъапӀагъэ зыгъуэта псэхэм, Тхьэм и деж къикӀа нэхум хуэдэу, къабгъэдэкӀхэр? Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, цӀыху куэдым лъапӀагъэу ялъытэмкӀэ шейтӀаным и мурадхэр ягъэзащӀэр. МелыӀыч дэхуэхахэу, шейтӀаным и унафэр зыгъэзащӀэхэр, ахърэтым къикӀа хъыбарегъащӀэхэм хуэдэу цӀыхухэм къахуокӀуэр. ЛӀахэм уепсалъэфын хуэдэу цӀыхухэм я фӀэщ ящӀу, ем и пщым акъылыр етхьэкъу, гипнозым щӀишэурэ. GCKar 515.2

МелыӀыч дэхуэхахэм цӀыхум и ныбжьэгъу, дунейм ехыжам, и теплъэр зытрагъэуэф. Телъыджэращи, ахэм цӀыхум и теплъэр, зэрыщыта дыдэм хуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфым имызакъуэу, и плъэкӀэу щытари, и макъри, и псэлъэкӀэу щытари къагъэлъэгъуэф. ИкӀи куэдыр щогуфӀыкӀ я Ӏыхьлыхэр уафэм насыпыфӀэ зэрыщыхъуам, шынэгъуагъэ лъэпкъ я гущхьи къэмыкӀыу ахэр «укъэзыгъапцӀэ псэхэм, шейтӀаным и гъэсэныгъэм», йодаӀуэхэр. GCKar 516.1

Къыдэпсэлъэн папщӀэ, пэж дыдэу лӀахэм къагъэзэжу абыхэм я фӀэщ хъун щӀадза нэужь, шейтӀаным абыхэм яригъэлъэгъун щӀедзэр хуэмыхьэзыру дунейм ехыжахэм я образхэр. Ахэр къащыхуэхутэхэм и деж, уафэм тхъэжу щыпсэууэ жаӀэр, увыпӀэ лъагэхэри щаӀыгъ хуэдэу. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, лӀа нэужь, цӀыху щыпкъэмрэ бзаджащӀэмрэ зыри зэрызэщхьэщыкӀ щымыӀэу, апхуэдэ щыуагъэм дэнэкӀи зыщеубгъу. Духхэм я дунейм къикӀа хьэщӀэ нэпцӀхэм зэзэмызэ я Ӏыхьлыхэр зыгуэрхэм щахъумэр, хъыбар кърагъащӀэр, иужькӀэ ахэр пэжу къыщӀокӀ. Ауэрэ абыхэм дзыхь хуащӀын щӀадзэ, итӀанэ, абыхэм цӀыхухэм зыхуей гупсысэхэр я щхьэм иралъхьэр, Тхыгъэ ЛъапӀэр уи фӀэщ хъуным шэч къытозыгъэхьэхэр. ИужькӀэ, я ныбжьэгъухэм щӀылъэм зыхуей щыхуэзэну хуабжьу къафӀэӀуэху хуэдэу, а духхэм абыхэм я фӀэщ ящӀыну йогугъу егъэлеяуэ пцӀы шынагъуэхэр. Зэзэмызэ абыхэм пэж зэрыжаӀэм, языныкъуэхэм деж къэхъункъэщӀэнхэр къызэраӀуэтэфым абыхэм я псалъэхэр пэжу къыпщагъэхъу, аращи, абыхэм я гъэсэныгъэ нэпцӀхэр куэдым тыншу къащтэ, шэч лъэпкъ къытрамыхьэу я фӀэщ хъууэ, ахэр Библием ит пэжыгъэ нэхъ лъапӀэхэм хуэдэу. Мис апхуэдэу Тхьэм и Унафэр ящогъупщэр, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм йолъэпауэхэр, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ я зэгурыӀуэныгъэм и къурмэну Хьиса и лъыр цӀыхухэм яфӀэлъапӀэжкъым. Спиритхэм Мэсихь мыТхьэуэ жаӀэ, уеблэмэ, ДыкъэзыгъэщӀар езыхэм зыхуагъадэр. Апхуэдэу маскэщӀэкӀэ зыщӀихъумэурэ, къызэщӀэгъэстакӀуэ иным Тхьэр имыдэу уафэм къыщиӀэта и бэнэныгъэ иным къыпещэр, илъэс минихым нэблэгъауэ мы щӀылъэм щекӀуэкӀым. Куэдым спиритическэ къэхъукъащӀэхэр къазэрыгурыӀуэр медиумым бзаджагъэмрэ и Ӏэм и ӀэкӀуэлъэкӀуагъэмрэ я Ӏэужь къудейуэщ. Пэжщ, нэщыпхъуэхэм ящӀэхэр пэж дыдэу къэхъу зи хабзэхэм хуэдэу куэдрэ къыббгъэдалъхьэр, арщхьэкӀэ, мы дунейм щыземыкӀуэ къару зэрыхэӀэбар нэрылъагъуу. Зыри зыщымыгъуазэ къытеуӀуэм и макъхэр — мис апхуэдэ дыдэущ иджырей спиритизмэр зэрыщыӀэр, цӀыхухэм закъызэригъэщӀа щӀыкӀэр, дунейм къызэрытехьар — ар ӀэкӀуэлъэкӀуагъэ Ӏуэхукъым, хьэмэрэ напэншагъэ бзаджагъэм и Ӏэужьтэкъым, атӀэ бзаджэнаджэ ӀэщӀагъэщ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ нэхъ къайхъулӀэу цӀыхухэм я псэхэр зэрагъэкӀуэд Ӏэмэпсымэу, къагупсыса гъэпцӀагъэ гъэсэныгъэщӀэм и пэублэщ, и лъабжьэщ. Куэдыр япэщӀыкӀэ спиритизмым зэреплъыр гъэпцӀагъэ къызэрыгуэкӀым хуэдэущ, ауэ мы дунейм щызекӀуэ зи мыхабзэ къарум и Ӏэужьу фӀэкӀа нэгъуэщӀу пхужымыӀэну апхуэдэ къэхъукъащӀэхэм нэкӀукӀэ Ӏууа нэужь, цӀыхухэр гъэпцӀагъэм дехьэххэри, ахэр Тхьэм и къару ину ялъытэр. GCKar 516.2

ШейтӀанымрэ абы и пэщӀэщӀэгъухэмрэ ялэжь телъыджэлажьэхэм ущызыхъумэну, узымыгъэхутыкъуэну Тхьэм и Псалъэм итхэр, апхуэдэ цӀыхухэм гулъытэншэу къагъанэ. ШейтӀаныр къазэрыдэӀэпыкъуам и фӀыщӀэкӀэщ фирхьэуным и тхьэгурымагъуэхэм Тхьэм и лэжьыгъэм зэрызызэпащӀыжыфауэ щытар. Апостол Павел жеӀэр, Мэсихь ЕтӀуанэу къэкӀуэн гъунэгъу хъуа иужь, шейтӀаным и къарум и Ӏэужьу, апхуэдэ къэхъукъащӀэхэр къызэрежьэнур. Зиусхьэным и КъэкӀуэгъуэм шейтӀаныр ятэнущ «лъэкӀыныгъэу иӀэ псори, нэщэнэ, Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри къигъэсэбэпу, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи къигъапцӀэу” GCKar 517.1

(2 Фес. 2:9, 10). Апостол Яхья иужь махуэхэм зыкъэзыгъэлъэгъуэну къару телъыджэр зыхуэдэнум и гугъу щищӀкӀэ жеӀэр: «Нэщэнэ инхэр къегъэлъагъуэр, цӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу щӀылъэм мафӀэ кърегъэх. ХьэкӀэкхъуэкӀэм и пащхьэ нэщэнэ телъыджэхэр къыщигъэлъэгъуэну хуит зэрыхъуамкӀэ, щӀылъэм щыпсэухэр къегъапцӀэр” (Откр. 13:13, 14). Апостолым а къэхъукъащӀэхэр гъэпцӀагъэ къызэрыгуэкӀ къудейуэ илъытэркъым. Бзаджэнаджэхэм цӀыхухэм телъыджэлажьэхэр къащигъэхъу къудейкъым, атӀэ ахэр ипэжыпӀэкӀэ къегъэхъу, ярегъэлъагъу. GCKar 517.2

КӀыфӀыгъэм и пщым, апхуэдиз зэманкӀэ цӀыхухэр къигъапцӀэурэ зи зэфӀэкӀхэм зезыгъэужьам, сыт хуэдэ цӀыхухэри, я лэжьыгъи, я мылъкуи, яӀыгъ увыпӀи емылъытауэ хуэӀэзэу къегъапцӀэр. ЩӀэныгъэ зыбгъэдэлъ цӀыху щэныфӀэхэм, абы спиритизмыр акъылыфӀагъ зыхэлъ хуэдэу зэхэгъэкӀыгъуейуэ ябгъэделъхьэ, аращи, куэдыр къэпхъэн къегъэтӀылъэкӀахэм йохуэр. Спиритизмым и Ӏущыгъэм апостол Екъуб зэреджэр «бзаджэнаджэм къыбгъэдэкӀауэщ, уафэм щыщ зыри хэмылъу” (Иак. 3:15). АрщхьэкӀэ, ар гъэпцӀакӀуэ иным, и мурадхэр нэхъыфӀу зригъэхъулӀэн папщӀэ, апхуэдизу еущэху, щӀеуфэри, мызэхэщӀыкӀыгъуэ ещӀ. Нурыр къызыщхьэщих мелыӀычыфэ зытригъэуауэ, Мэсихь къигъэпцӀэну губгъуэ нэщӀым зэрыхуэкӀуауэ щытам хуэдэу, цӀыхухэм яхуокӀуэр, нэхь къызэрыдихьэхыным пылъу, теплъэ дахэ къищтэурэ — нэхугъэм и мелыӀыч хуэдэу. Мыхьэнэшхуэ зиӀэ упщӀэхэм тепсэлъыхь зищӀурэ, цӀыхум щепсалъэкӀэ, абы и акъылыр етхьэкъу; узыӀэпызышэ теплъэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ абы и нэгу къыщӀигъэхьэфыну щытхэр зэщӀегъаплъэри, фӀылъагъуныгъэмрэ жумартагъэмрэ гъэщӀэрэщӀауэ тепсэлъыхьыурэ и гум зэхрегъащӀэ. Абы цӀыху акъылым дамэ къытрегъакӀэр образ инхэмкӀэ, закъызэфӀигъэщӀыжыурэ, езыхэр зыщыгугъыжын хуэдэу быдэу Ӏущу къащигъэхъуурэ, сыт щыгъуи ЩыӀэм я гур къабгъэдигъэкӀын щхьэкӀэ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бийм, дунейм и КъегъэлакӀуэр бгы лъагащэм дэзыхьейуэ, щӀылъэм и пащтыхьыгъуэхэмрэ абыхэм я щӀыхьхэмрэ Абы псори къезыгъэлъэгъуауэ щытам, зыхуэныкъуэну Ӏэмалри, гъуэгури къигъуэтынущ, Тхьэм и къарум къимыхъумэхэм я акъылыр зэригъэутхъуэну. GCKar 517.3

Ди зэманми шейтӀаным цӀыхухэр егъэделэр, Жэнэт хадэм Хьэуа зэрыщигъэделам хуэдэу — хьилагъэ зэрихьэу, табу зытелъ щӀэныгъэхэр зрагъэщӀэну хуейуэ зэщӀигъаплъэурэ, загъэлъэпӀэну хуейуэ тригъэгушхуэурэ. Ардыдэхэрщ езыр дэзыгъэхуэхауэ щытар, икӀи ардыдэхэмкӀэщ цӀыхубэри зэригъэкӀуэдыну зыщыгугъыр. «Фэ тхьэхэм хуэдэ фыхъунущ, — жиӀащ абы, — емрэ фӀымрэ фщӀэуэ» (Быт. 3:5). Спиритизмым урегъаджэр «цӀыхум езыр-езыру зэфӀэкӀ куэд иӀэщи, ар зыхухахар игъащӀэкӀи зэрызригъэфӀэкӀуэнум, зэрызригъэужьынум убыдыпӀэншэу хущӀэкъунырщ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Тхьэм и щытыкӀэм хунэсыфын щхьэкӀэ». АдэкӀэ: «Дэтхэнэ зыми и щхьэ закъуэщ хьэкум зытрищӀэн хуейр, нэгъуэщӀхэракъым». «А хьэкумыр захуэу щытынущ, уи щхьэщи хьэкум зытепщӀэжынур”. «Тахътэр здэщыӀэр фи гурщ». Спиритизмым и Ӏэтащхьэхэм ящыщ зым «Ӏиман зэхэщӀыкӀ иӀэ хъуа нэужь», мыпхуэдэу жиӀащ: «Си къуэш-цӀыхухэр псори дэмыхуэхарэ ныкъуэтхьэу щытащ”. НэгъуэщӀ зыми жиӀащ: «Дэтхэнэ цӀыху захуэри, нэгъэсари Мэсихь хъужу аращ”. GCKar 518.1

Щхьэщэ зыхуэпщӀыну, бгъэлъэпӀэну А зым фӀэкӀа зыхуэмыфащэ, гъунапкъэншэ Тхьэм и щыпкъагъэм, и щихъагъэм, Абы и Унафэ нэгъэсам, захуэм — цӀыхубэм я хущӀэкъуныгъэхэр пэжыгъэкӀэ къэзыпщытэм и пӀэкӀэ шейтӀаным хьэкум зэрыпщӀын, хьэлыр къызэрыпщытэн хуей закъуэу илъытэу, цӀыхум и щытыкӀэ гуэныхьым зэӀигъэхьам щхьэщэ хуигъэщӀынущ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. ИпэжыпӀэкӀэ ар зыужьыныгъэщ, ауэ удэзыӀэтейкъым, атӀэ илъабжьэкӀэ уезышэхщ. GCKar 519.1

АкъылкӀи гупсэкӀи цӀыхум зезыгъэузэщӀ хабзэм мыр и лъабжьэщ: цӀыхур зэплъым ещхь езыр мэхъу. ЦӀыхур зэгупсысхэм, фӀыуэ илъагъухэм, щхьэщэ зыхуищӀхэм хуэдэ хуэм-хуэмурэ мэхъу. Аращи, языныкъуэхэм деж цӀыхум къабзагъэм, Тхьэм уфӀэлӀыкӀыу узэрыщытыным, пэжыгъэм я щапхъэхэу езым и нэгу щӀигъэтым нэхърэ нэхъ лъагэу зэи зимыӀэтыфыну щытщ. И идеал нэхъ лъапӀэу щытыр езым и гупсысэу «сэ” жыхуаӀэжырамэ, зэи апхуэдэ цӀыхур и щыщӀагъэхэм текӀуэфынукъым. Абы щыгъуэм ар хуэмурэ, ауэ зэпымычу нэхъ лъахъшэу, нэхъ лъахъшэжу ещэтэхынущ. Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм и закъуэщ цӀыхур зыӀэтыфынур. Дэ езыр-езыру дыкъанэмэ, фӀэкӀыпӀэншэу илъабжьэкӀэ дещэтэхынущ. GCKar 519.2

Гур хэзыгъахъуэ тегъэуныгъэ зэмылӀэужьыгъуэ куэдхэр фӀыуэ зылъагъухэм, Ӏэпкълъэпкъым и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэр зэрагъэнщӀыным етахэм, куэд зыкъызыфӀагъэщӀын, зыкъыщагъэхъун зи хьэлхэм спиритизмэр къызэрыгуэкӀ щӀыкӀэу шейтӀаным ябгъэделъхьэр цӀыху акъылыфӀэхэм зэрабгъэдилъхьэм нэхърэ; нэхъ емыкӀуу абы и щытыкӀэхэмрэ модрейхэм я хьэл зэкӀуэкӀахэмрэ икъукӀэ зозэгъри. ШейтӀаным цӀыхум и хьэлым и тӀэсхъапӀэ псоми кӀэлъыплъурэ зэрегъащӀэр; цӀыхум ищӀэ хабзэ гуэныхьым гу лъетэри, итӀанэ йогугъу апхуэдэ я щэныжь Ӏейр къагъэлъэгъуэн папщӀэ куэдрэ зрамыгъэжьэн папщӀэ, Ӏуэхугъуэхэр къызэригъэсэбэпыным. Абы цӀыхухэр хуегъэӀулэр егъэлеиныгъэм зратыным, зыхуэныкъуэхэр зэригъэкӀуэкӀыурэ, шыӀэныгъэ ямыӀэр къигъэсэбэпыурэ ӀэпкълъэпкъкӀи, хьэлкӀи, цӀыхугъагъэкӀи я къарур зэрыщӀихыным йогугъу. Абы цӀыху миным я гъащӀэр яфӀигъэкӀуэдащ, иджыри нэгъуэщӀхэм яйри зэригъэкӀуэдыным пылъщ, цӀыхухэр я фӀэфӀыныгъэхэм хьэщыкъ яхуэхъуным хуигъэӀулэурэ, Ӏэщым хуэдэ хъуным гъунэгъу хуищӀу. И лэжьыгъэр и кӀэм нигъэсын папщӀэ, абы спиритхэмкӀэ жеӀэр «щӀэныгъэ пэжым цӀыхур унафэми хабзэми нэхъ лъагэ ищӀу», «къэхъу псори зищӀысыжыр фӀыгъуэу», «Тхьэм зыри имыгъэкъуаншэу”, «гуэныхьу ящӀэ псоми къуаншагъэ хэмылъу”. ЦӀыхухэм я фӀэщ хъун щӀадзэр, зыхуейхэр унафэ нэхъ лъапӀэм хуэдэу, хуитыныгъэр — ар узыхуей псор пщӀэну хуит узыщӀу икӀи цӀыхум и щхьэ закъуэ фӀэкӀа нэгъуэщӀым жэуап иритыжын хуэмейуэ. ГъэщӀэгъуапхъэ-тӀэ дэнэкӀи цӀыхугъэншагъэмрэ гуэныхьымрэ зэрытепщэр? Гу фӀейм къикӀ хъуапсэныгъэхэр бгъэнщӀыну хуит узыщӀ гъэсэныгъэхэр куэдым яфӀэфӀыпсу къащтэр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, зышыӀэныгъэр тыхь хуащӀ хъуапсэныгъэ фӀейхэм, цӀыхум акъылкӀи псэкӀи и зэфӀэкӀхэр напэншагъэ инстинктхэм хуагъэӀурыщӀэр, текӀуэныгъэр къэзыхьа шейтӀаным игъэкӀуэда цӀыху къомыр мин бжыгъэкӀэ ихъхэм иреубыдэр, модрейхэм абы щыгъуэм Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэу забжыжу. GCKar 519.3

АтӀэ зыкъэбгъэпцӀэж хъунукъым спиритизмым и Ӏуэхуу илъытэхэмкӀэ. Тхьэм дунейр зрикъун нэху къытригъэпсащ, цӀыхухэм шейтӀаным и гъэпцӀагъэхэр къахутэфын, зэхагъэкӀыфын хуэдэу. Зэрыдгъэлъэгъуащи, спиритизмым узыхуригъаджэм и купщӀэр Тхыгъэ ЛъапӀэм ӀупщӀу, белджылыуэ узыхуиузэщӀхэм хуабжьу пэщӀоувэр. Библием жеӀэр, лӀахэм зыри зэрамыщӀэр, зыми зэремыгупсысыр; дыгъэ лъабжьэм щекӀуэкӀхэм ахэр зэрыхэмытыжыр, икӀи щӀылъэм щыпсэухэу абыхэм яфӀэлъапӀэу щытахэм я гуфӀэгъуэми я гузэвэгъуэми зыри зэрыхамыщӀыкӀыр. GCKar 520.1

КъищынэмыщӀауэ, Тхьэм къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу хуит уищӀкъым лӀахэм я псэу къыпщыхъухэм уепсэлъылӀэныр. Иудейхэми цӀыху яхэту щытащ, иджырей спиритхэм хуэдэу лӀахэм япыщӀауэ жаӀэу. Ауэ апхуэдэ «псэ ныбжьэгъухэ” жыхуаӀэу, нэгъуэщӀ дунейм къикӀхэм щхьэкӀэ, Библием жиӀэр «бзаджэнаджэхэм я псэущ” (еплъ Чис. 25:1-8; Пс. 105:28; 1 Кор. 10:20; Откр. 16:14). Апхуэдэ псэхэм запыпщӀэныр Тхьэм и пащхьэ цӀапӀагъэу ялъытэрт икӀи ткӀийуэ ядэртэкъым апхуэдэ зыщӀэхэм укӀ тралъхьэнкӀэ ягъэшынэурэ (еплъ Лев. 19:31; 20:27). Езы псалъэ «удыгъэ” жыхуаӀэм нобэ цӀыхухэр щомэхъашэ. Бзаджэнаджэхэм я псэхэм цӀыхухэр пыщӀауэ зэрыщытыфынур я фӀэщ мыхъуу къонэр, курыт лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀым къагупсыса шыпсэу ялъытэурэ. АрщхьэкӀэ, спиритизмэр, мин бжыгъэкӀэ, уеблэмэ, мелуан бжыгъэкӀэ цӀыхухэр зытхьэкъур, щӀэныгъэлӀхэми, члисэхэми, унафэ къыдэзыгъэкӀ органхэми, уеблэмэ, пащтыхь сэрейхэми нэлъащӀысащ — а пцӀы абрагъуэр зищӀысыр пасэ зэманым ягъэкъуаншэу, хуит ямыщӀу щыта удыгъэр щӀэхъума щӀыкӀэу къэгъэщӀэрэщӀэжынырщ. GCKar 520.2

Уеблэмэ, спиритизмым и щытыкӀэ дыдэр къыщӀэзыгъэщ нэгъуэщӀ щыхьэт нахуэхэр щымыӀатэми, чристэным и дежкӀэ зрикъун щыхьэтыгъэу щытын хуейт спиритхэм щыпкъагъэмрэ гуэныхьымрэ зыкӀи зэрызэщхьэщамыгъэкӀыр, нэхъ цӀыхуфӀ щыпкъэхэу Мэсихь и лӀыкӀуэхэмрэ нэхъ цӀыху цӀапӀэхэу шейтӀаным и унэӀутхэмрэ зэрызэхуагъадэр. ЦӀыху гуэныхьлы дыдэхэр уафэм щыӀэу, увыпӀэ лъагэхэр абыхэм ягъуэтахэу щыжиӀэкӀэ, шейтӀаным мыпхуэдэу дунейм жриӀэу аращ: «Мыхьэнэ лъэпкъ иӀэкъым дапхуэдизу фыгуэныхьыщӀэми; Тхьэри Библиери фи фӀэщ хъукӀи-мыхъукӀи. Фызэрыхуей дыдэу фыпсэу, уафэр — фи унапӀэщ». Мы Ӏуэхум ехьэлӀауэ, спиритизмым и лэжьакӀуэхэм жаӀэр «“Ӏей зыщӀэ дэтхэнэри Зиусхьэным и пащхьэ щыхъарзынэу, апхуэдэхэм Абы и нэфӀ ящехуэри”, хьэмэрэ: “дэнэ здэщыӀэр захуэу хьэкум зыщӀэр?”» (Мал. 2:17). АрщхьэкӀэ, Тхьэм и Псалъэм жеӀэр: «Унэхъуащ ем фӀыкӀэ еджэхэр, фӀыр еуэ жызыӀэхэр, кӀыфӀыгъэр нэхугъэу, нэхугъэр кӀыфӀыгъэу зылъытэхэр» (Ис. 5:20). GCKar 520.3

Тхьэм и лӀыкӀуэхэм я псэрауэ цӀыхухэм зыкъыщагъэхъуну иужь иту, пцӀым хуэлажьэ, а бзаджэнаджэ псэхэм жаӀэхэр пэщӀоувэр Тхьэм и Дух ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀауэ Тхьэм и лӀыкӀуэхэм ятхахэм. Абыхэм ядэркъым Библиер Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ зэрыщытыр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ чристэным и гугъапӀэм и лъабжьэр зэхакъутэр, Уафэм кӀуэ гъуэгур къэзыгъэнэху нэхур ягъэкӀуэдыр. ШейтӀаным цӀыхухэм я фӀэщ ещӀыр Библиер ар псысэ къудейуэ хьэмэрэ инэхъыфӀкӀэ цӀыху лъэпкъым я тхыдэм къриубыдэу я сабиигъуэм ехьэлӀа тхылъу, ауэ, иджы абы гулъытэ щӀыхуэпщӀын щымыӀэжу; хэт ищӀэрэ, къыжыпӀэмэ, ар жьы дыдэ хъуащи, зыщыбгъэгъупщэжыпэн хуейуэ. Тхьэм и Псалъэм и пӀэм абы ирегъэувэр спиритическэ къэлъэгъуэныгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр. Мис аращ абы и Ӏэмэпсымэ лъэщу и ӀэмыщӀэ илъыр; ар къигъэсэбэпурэ зыхуей псор абы дунейм и фӀэщ хуэщӀынущ. ШейтӀанымрэ и пэщӀэщӀэгъухэмрэ хьэкум зэрытращӀэну тхылъыр абы хьэрыкъуакӀэ дегъыхьэ, ар здэщигъэӀэну езыр здыхуей щӀыпӀэм. Дунейм и КъегъэлакӀуэр абы цӀыху къызэрыгуэкӀыу къегъэлъагъуэр. Хьиса зыщӀэлъа кхъэлэгъунэр зыхъумауэ щыта рим-зауэлӀхэм, дин пашэхэмрэ цӀыхубэм я тхьэмадэхэмрэ къыжраӀа пцӀыр, Хьиса къызэрыхъужар щӀэзыхъумэр, ирахьэжьэу зэрызрагъэубгъуауэ щытам хуэдэу, спиритическэ къэлъагъуэныгъэхэр зи фӀэщ хъухэм цӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну иужь итщ КъегъэлакӀуэм и гъащӀэм телъыджагъэу зыри хэмылъауэ. Аращи, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Хьиса гулъытэншэу къагъанэурэ, абыхэм езыхэм къадэхъу телъыджэхэм гу зэрылъагъэтэным пылъщ, езыхэм зэрыжаӀэмкӀэ Мэсихь и Ӏуэхухэм ятекӀуэхэм. GCKar 521.1

Пэжщ, иджырей спиритизмым и теплъэр ехъуэжыр, нэхъыбэу ямыдэу далъагъухэр щӀихъумэурэ, чристэн щыгъынкӀэ зигъэщӀэращӀэурэ. Ауэ абы узыхуригъаджэм и принципхэр илъэс куэдым я кӀыхьагъкӀэ ягъэӀу икӀи зрагъэубгъу, абы къыхэкӀкӀэ и хьэл дыдэр зыми хуэгъэпщкӀунукъым. А гъэсэныгъэхэр пхущӀэуфэнукъым, пхущӀэхъумэнукъым. GCKar 522.1

Ауэ нэбэ абы теплъэ зэрихьэмкӀи ар нэхъ шынагъуэщ япэм нэхърэ, Ӏэзагъэшхуэм, бзаджейм и щыгъыныр зыщитӀэгъащи, зыкӀи ухуэщабэ хъунукъым абы. Япэм спиритизмым Мэсихьи Библиери имыдэу щытамэ, иджы абы ахэр къищтэу зещӀ. АрщхьэкӀэ, Библиер гурыӀуэгъуэ зэрищӀыр зи гур мыкъабзэм игу зэрырихьыным хуэдэущ, абы щыгъуэм пэжыгъэ лъапӀэхэр, апхуэдизу цӀыхур зыхуэныкъуэхэр гулъытэншэу къигъанэу. ФӀылъагъуныгъэр — Тхьэм и хьэлым и нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр — абы цӀыхухэм нэхъ яфӀэӀэфӀ сентиментализмэм, емрэ фӀымрэ зэхэзымыгъэкӀым хуегъадэр. Зиусхьэным и захуагъэр, гуэныхьым узэрыщихъумэ псалъэхэр, гъэзэщӀэн хуейуэ Тхьэм къигъэув и Унафэ лъапӀэр — а псори абы цӀыхухэм ящебзыщӀ. ЦӀыхубэр ягъасэр Тхьэм и УнафипщӀым мыхьэнэ имыӀэу. Псэм фӀэӀэфу узытхьэкъу шыпсэхэм акъылыр хьэщыкъ хуохъури цӀыхум и фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэу Библиер имыдэжу йолъэпауэр. Мэсихь ядэркъым, япэми хуэдэу, арщхьэкӀэ, шейтӀаным апхуэдизу цӀыхур нэф ищӀащи, абы зыкӀи къызэрагъапцӀэм гу лъитэркъым. GCKar 522.2

Спиритизмым и къару бзаджэмрэ абы и шынагъуагъэмрэ къызыгурыӀуэр мащӀэ Ӏейщ. Нэхъыбэм а гъэсэныгъэм гулъытэ зэрыхуащӀыр яфӀэгъэщӀэгъуэн зэращыхъумкӀэщ. ЦӀыхухэм ар я фӀэщ хъууэ щыткъым, спиритхэм жаӀэм едэӀуэн хуейуэ я нэгу къыщӀагъэхьэн къудейм я щхьэфыцым зарегъэӀэт. АрщхьэкӀэ, цӀыхухэр зыгъэкӀуэд лъэщыр здытепщэ щӀыпӀэм мышынэу ахэр йохьэхэри, абы и тепщэм щӀохуэхэр, аращи, ахэм я Ӏизыншэу абы езыр зыхуейр яригъэщӀэф мэхъу. Зи акъылыр зэ нэхъ мыхъуми абы езытахэр, абы и пщылӀ мэхъухэр, икӀи я къарукӀэ а удыгъэм и тепщэм зыкърагъэлыфынукъым. ТхьэлъэӀу езыфыгъулӀэм и хьэтыр зылъагъу, Тхьэм и къарум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыми а къагъэпцӀа цӀыхухэр щхьэхуит хуэщӀыжынукъым. GCKar 522.3

Я хьэлым и ныкъусаныгъэхэм, гуэныхь зыпылъхэм емыбэнхэм е зэрыгуэныхьыр ящӀэрэ, арщхьэкӀэ, яфӀэфӀыпсу ар зылэжьхэм, апхуэдэхэм езыхэм я ӀэкӀэ бжэр хузэӀуахыурэ шейтӀаныр кърагъэблагъэу аращ. Абыхэм Тхьэм пэӀэщӀэ зыхуащӀ, Тхьэм и мелыӀычхэм къызэрахъумэным зыхагъэкӀыж, аращи, шейтӀаным ахэр игъэӀулэну къыщыбгъэдыхьэкӀэ тынш дыдэу абы къуентхъ хуохъу. ШейтӀаным и къарум щӀэувэхэм, зы цӀыкӀу къагурыӀуэркъым ар зэриухыну щӀыкӀэр. ГъэӀулакӀуэм ахэр жыӀэдаӀуэ зыхуищӀа нэужь, нэгъуэщӀхэри къызэригъэделэнымкӀэ къегъэсэп. GCKar 522.4

Бегъымбар Есихь жеӀэр: «ЛӀахэм я псэм къеджэхэм, удхэм, Ӏэзэгъуазэхэм, мэгъухэм зыхуэвгъазэ”, — къывжаӀа нэужь, жэуап ефтыж абыхэм мыпхуэдэу: «цӀыхубэм я Тхьэракъэ зызыхуагъэзэн хуейр? ЛӀахэм псэухэм теухуауэ еупщӀрэ? Унафэмрэ Тхьэм къызэӀуихамрэ зыхуэвгъазэ. Абыхэм темыхуэу хэт сыт жиӀэми пэжыгъэм и нэхур хэлъкъым» (Ис. 8:19,20). ЦӀыхум и щытыкӀэмрэ лӀам и щытыкӀэмрэ ятеухуауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм зэхэщӀыкӀыгъуэу къаӀуатэ пэжыгъэхэр цӀыхухэм къащтэну хуеямэ, абыхэм итӀанэ къалъагъунт спиритизмэр зыхущӀэкъу псори дэщӀыгъужу — ар шейтӀан ӀэщӀагъэу зэрыщытыр, и къарум къызэрихькӀэ, нэщэнэхэри телъыджэ нэпцӀхэри къигъэлъагъуэу. Гуэныхьыр зыгъафӀэ гур апхуэдизу хэзыгъахъуэу зыхуей псори ящӀэныр къагъэнэным, я гур зыкӀэрыпщӀа гуэныхьхэр къагъэнэным и пӀэкӀэ, куэдым я щӀыбыр нэхум хуагъазэри, зыщахъумахэр зыуи кърамыдзэу, нэуфӀыцӀщхьэрыуэу макӀуэхэр, шейтӀаным ихъхэм ялъахъэу абы къуентхъ хуэхъуху. Ар апхуэдэу щӀэхъур «къелын папщӀэ щыпкъагъэр фӀыуэ зэрамылъэгъуам щхьэкӀэ... Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэригъэкӀуэкӀынурэ, пцӀыр я фӀэщ хъуууэ щытынущи» аращ (2 Фес. 2:10, 11). GCKar 523.1

Спиритизмым узыхуригъаджэм пэщӀэтхэр, цӀыхухэм я закъуэкъым зыпэщӀэувэхэр, атӀэ шейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ йобэнхэр. Ахэр зауэм хыхьауэ аращ «жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэм, тепщэныгъэ зиӀэхэм, мы дуней кӀыфӀым и пашэшхуэ жин бзаджэхэм” ебэныну. ШейтӀаныр зы бжьизкӀэ пхуикӀуэтынукъым, уафэм и пхъэрхэм я къарукӀэ ирамыудмэ. Тхьэм и лъэпкъыр абы зэрыӀущӀэн хуейр КъегъэлакӀуэм зэрищӀэу щытам хуэдэущ: «Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ” псалъэхэр я бзэгупэм телъущ. ШейтӀаным Мэсихь и зэманми хуэдэу иджыри Тхыгъэ ЛъапӀэм ит усэхэр гукӀэ хужыӀэнущ, зэригъэкӀуэкӀыурэ, и гъэпцӀагъэр игъэбыдэн папщӀэ. Аращи, мы зэман шынагъуэм къызэтенэну хуейхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтхэр зэхагъэкӀын хуейщ. GCKar 523.2

Бзаджэнаджэхэм я псэхэр куэдым я Ӏыхьлы е я ныбжьэгъуфӀ лӀахэм я теплъэ къащтауэ яхуэкӀуэнурэ, гъэпцӀагъэ нэхъ бзаджей дыдэхэр я фӀэщ ящӀынущ. Ди гурыщӀэ нэхъ щабэ дыдэхэм къеӀэурэ, абыхэм телъыджэхэр дагъэлъэгъунущ, зыхуейхэр ди фӀэщ ящӀын щхьэкӀэ. Дэ дыхуэхьэзырын хуейщ абыхэм Библием ит пэжыгъэхэмкӀэ дазэрыпэщӀэтыным, ахэр къыщытӀущӀэкӀэ лӀахэм зыри зэрамыщӀэр, абыхэм я теплъэ яӀэу къытхуэлъэгъуахэр бзаджэнаджэхэм я псэу зэрыщытыр зыщыдмыгъэгъупщэу. GCKar 523.3

«ЩӀылъэм щыпсэухэр щагъэунэхуну, дуней псом къыхуэкӀуэну гъэӀулэныгъэ илъэсыр” къытпоплъэр дэ (Откр. 3:10). Зи фӀэщхъуныгъэхэр Тхьэм и Псалъэм и лъабжьэ быдэм темытхэр къагъэпцӀэнурэ, хагъэщӀэнущ. ШейтӀаным «цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи къызэригъэпцӀэным иужь итщ”, щӀылъэм и бынхэм езыр зыхуейр яригъэщӀэн папщӀэ, икӀи абы и гъэӀулэныгъэ къарум хэхъуэ зэпытурэ екӀуэкӀынущ. Ауэ ар и мурадым щылъэӀэсыфынур, цӀыхухэр хуейуэ абы и гъэӀулэныгъэхэм зыщыдрагъэхьэхым и дежщ. Ягу псомкӀи пэжыгъэр къэзыщӀэну хущӀэкъухэр, жыӀэдэӀуэныгъэкӀэ я псэхэр зыгъэкъэбзэну хуейуэ, къэкӀуэну бэнэныгъэм зэрахузэфӀэкӀкӀэ зыхуэзыгъэхьэзырхэм Тхьэмрэ пэжыгъэмрэ щӀэгъэкъуэн къахуэхъунущ. «ШыӀэныгъэ пхэлъу Си псалъэр пхъумэу, зэрыбгъэзэщӀам щхьэкӀэ, СэрикӀ укъэсхъумэнущ”, — дыкъегъэгугъэр КъегъэлакӀуэм (Откр. 3:10). Дзыхь къыхуэзыщӀ зы цӀыхуи шейтӀаным и ӀэмыщӀэм къримынэн папщӀэ, КъегъэлакӀуэм и лъэпкъыр яригъэхъумэну уафэ мелыӀыч псори къахуригъэхыну хьэзырщ. GCKar 524.1

Тхьэм и хьэкумыр къалъэщӀэмыхьэну зи гугъэ бзаджащӀэхэр хуабжьу зэрыщыуэм и гугъу ещӀыр Есихь бегъымбарым. Абыхэм жаӀэр: «Дэ лӀэныгъэм дыгурыӀуащ, хьэдрыхэм зэгурыӀуэныгъэ етщӀылӀащ: псори зыхьыну щӀопщыр щыблэкӀкӀэ къытлъэӀэсынукъым, — пцӀыр зыгъэпщкӀупӀэ тщӀащи, гъэпцӀагъэкӀэ зыщӀэтхъумэнущи” (Ис. 28:15). Мыбдежыр зытепсэлъыхь цӀыхухэм хохьэр гуэныхьыр зи нэрыгъхэу, гуэныхьыщӀэхэм зыри тезыр трамылъхьэну я щхьэр къэзыгъэпцӀэжхэр; дапхуэдизу зэкӀуэкӀауэ щымытми емылъытауэ, цӀыхухэр псори уафэм яхьу Тхьэм и мелыӀычхэм хуэдэ хъуну щыгугъхэр. АрщхьэкӀэ, гузэвэгъуэ махуэм цӀыху щыпкъэр къэзыхъумэну Уафэм къыдит пэжыгъэр зымыдэхэрщ лӀэныгъэми хьэдрыхэми нэхъ щымышынэу зэгурыӀуэныгъэ езыщӀылӀэхэр, абы и пӀэкӀэ шейтӀаным къахуиший пцӀыр къащтэр: спиритизмым и лъэкӀыныгъэ гъэпцӀагъэхэр. GCKar 524.2

Ди щӀэблэр зэрынэфыр хуабжьу гъэщӀэгъуэнщ. ЦӀыху минхэм Тхьэм и Псалъэр дзыхь зыхуэпщӀ мыхъуну ялъытэу Ӏуадзурэ, шейтӀаным и гъэпцӀагъэхэр нэуфӀыцӀщхьэрыуэу къащтэр. Скептикхэмрэ ауаныщӀхэмрэ бегъымбархэм, Мэсихь и лӀыкӀуэхэм я диным и телъхьэхэр ягъэкъуаншэр, «фасикъ нэфхэщ» хужаӀэурэ, Библием Мэсихь теухуауэ, къегъэлыныгъэ Ӏуэхум, бзаджащӀэхэм тезыр зэрытралъхьэным ятеухуауэ къиӀуатэхэм щодыхьэшххэр. Ахэр езэшыркъым, Тхьэм къигъэувхэр къэзыщтэу, Абы и Унафэхэр зыгъэзащӀэхэм щӀэнэкӀэну, зэхэщӀыкӀ зи мащӀэхэу, акъыл кӀэщӀ тхьэмыщкӀэхэу, суевернэхэу ялъытэу. Абыхэм апхуэдизу закъыфӀэщӀыжауэ защӀри, лӀэныгъэми хьэдрыхэми зэгурыӀуэныгъэ иращӀылӀэпауэ фӀэкӀа пхужыӀэнукъым, Тхьэм и тезырым щызыхъумэфын быдапӀэм ис хуэдэ. Ахэр зыгъэшынэфын щыӀэкъым. Зэрыщыту гъэӀулакӀуэм зратащи, я псэр зы чысэм илъщ жыхуаӀэу, зэкъуэт хъуащи, къаруи хуеинагъи яӀэжкъым абы ихъхэм къикӀыжынхэу. GCKar 524.3

ШейтӀаным куэд щӀауэ зыхуегъэхьэзыр иужь дыдэу дунейр къызэригъэпцӀэну щӀыкӀэм. Абы и лэжьыгъэр щиублауэ щытащ Жэнэт Хадэм, Хьэуа мыр и фӀэщ ищӀыну иужь щитам: «Хьэуэ, фылӀэнукъым, ауэ ещӀэр Тхьэм: а жыгым пыт пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, емрэ фӀымрэ зэхэзыщӀыкӀ Тхьэм хуэдэ фызэрыхъунур» (Быт. 3:4, 5). Ар хуэм-хуэмурэ гъэӀулэныгъэу къигупсысахэм я щхьэжым — спиритизмым хунэсащ. Абы иджыри и кӀэм нэсу къехъулӀакъым зэрыхуейуэ и мурад псоми и Ӏэр лъигъэӀэсын, ауэ къэнэжа зэманым ари хузэфӀэкӀынущ. Бегъымбарым жеӀэр: «Благъуэжьым и жьэми, хьэкӀэкхъуэкӀэжьым и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ. Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр, щӀылъэми дуней псоми и тепщэхэм яхуэкӀуэурэ, псори зэтезыӀыгъэж Тхьэм и махуэшхуэм щагъэзэуэну зэхуэзышэсхэу” (Откр. 16:13,14). Тхьэм и къарумрэ Абы и псалъэр я фӀэщ зэрыхъумрэ къахъумэхэм къищынэмыщӀа, дунейр зэрыщыту а гъэпцӀагъэм дихьэхынущ. А гъэпцӀагъэм цӀыхухэм жей къатригъэуэнурэ шынагъэ лъэпкъ къапэплъэу ящӀэхэнукъым, атӀэ къыщыушыжынухэр Тхьэм и губжьыр къащытехуэкӀэщ. GCKar 525.1

Зиусхьэным жеӀэр: «Захуагъэр пщалъэу, пэжыгъэр тэрэзэуэ хьэкумым щызгъэувынурэ, пцӀыр гъэпщкӀупӀэ зыщӀахэр уэм ихьынущ, зыщагъэпщкӀуа щӀыпӀэхэр псым ирилъэсыкӀынущ. ЛӀэныгъэм иращӀылӀа зэгурыӀуэныгъэри къутэнущ, хьэдрыхэм фызэрыгурыӀуамкӀи фыкъигъэпэжынукъым. Псори зыхьыну щӀопщыр щыблэкӀкӀэ зыри къыфхинэжынукъым (Ис. 28:17,18). GCKar 525.2