Бэнэныгъэ ин

19/46

18 ӀЫХЬЭ—АМЕРИКАНСКЭ РЕФОРМАТОР

ильям Миллер цӀыху пэжт икӀи фермер къызэрыгуэкӀт; Тхыгъэ ЛъапӀэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам шэч къытрихьэрт абы, арщхьэкӀэ, игу псомкӀэ хущӀэкъут пэжыгъэр къищӀэну. Аращ Зиусхьэным къыхихар Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и хъыбарыр цӀыхухэм яригъэщӀэну. Адрей реформатор куэдми хуэдэу, Уильям Миллер и щӀалэгъуэ пасэм къулейсызыгъэм пэщӀэтащ, икӀи псэун папщӀэ бэнэныгъэ хэтыным, щхьэпагъэ зыпылъ хьэлым хуигъэсащ — псоми зыщигъэщӀэфыным икӀи и бгыр щӀикъузэфыным. Ар къызыхэкӀар зи щхьэ и унафэ зыщӀыжыф, хуитыныгъэр фӀыуэ зылъагъу унагъуэт, бэшэчагъ зыхэлърэ зи хэкур фӀыуэ зылъагъуу, абы хуэпэжу — жыпӀэмэ, Уильям Миллер хьэлу къищта щэнхэр псори зыхэлът. Абы и адэр революцэдзэм и капитант, арати, бэнэныгъэ щыхэта а зэман гугъум унагъуэр куэд щыщӀащ. Аращ къызыхэкӀар Миллер и щӀалэгъуэм и гъащӀэр дэкъузауэ щытынри. GCKar 292.1

Уильям Миллер и шыфэлӀыфэкӀэ Ӏэчлъэчт икӀи и сабиигъуэм щыщӀэдзауэ и ныбжьым емылъытауэ зэрыгубзыгъэм гу лъыптэрт — щӀалэр хэхъуэху ар нэхъри нэрылъагъу хъурт. Абы акъыл жани зэхэщӀыкӀыгъэшхуи иӀэт икӀи щӀэныгъэм хуэнэхъуеиншэт. Университетым щеджэну насып имыӀами, щӀэныгъэр фӀыуэ илъагъуныр, къэхъукъащӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм къызэрымыгуэкӀыу егупсысыныр и хьэлу зэрыщытым, ар зи къэухьыр ин, гупсысэкӀэ куу зиӀэ цӀыхухэм хэббжэ хъуну ищӀырт. Ар икъукӀэ цӀыху къабзэт, щэныфӀэт, пэжт, фӀыкӀэ къацӀыхут, зэгъэзахуэ зиӀэт икӀи цӀыхуфӀу зэрыщытым щхьэкӀэ псоми пщӀэ къыхуащӀырт. Хьэрычэт ищӀу и егугъунагъым къыхэкӀкӀэ, ар пасэу зи щхьэ зыпӀыжыф хъуат, ауэ щӀэныгъэ зэгъэгъуэтыныр зэи ӀэщӀыб ищӀакъым. Гражданскэ икӀи зауэ Ӏуэхум пыщӀа къулыкъу зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхуагъэфащэурэ, абы ехъулӀэныгъэшхуэхэр иӀэ хъуат икӀи къыпщыхъут къулеигъэмрэ щӀыхьымрэ я бжэр ину къыхузэӀукӀауэ. GCKar 292.2

Абы и анэр Тхьэр икъукӀэ зыгъэлъапӀэт, арати, егугъурт диным и гупсэр иӀэу и къуэр зэригъэсэным. АрщхьэкӀэ, и щӀалэгъуэм Миллер деистхэр жыхуаӀэ зэгухьэныгъэм хэпщӀа хъуащ. Абыхэм я нэхъыбэр куэдкӀэ щапхъэ зытепхын, гумащӀэ икӀи цӀыхугъэ зыхэлъ защӀэти. Чристэнхэм къаухъуреихьу здэпсэум, яжь фӀыкӀэ къащӀихурт деистхэм я щэнхабзэм зрагъэужьу. ИкӀи цӀыхухэм ягу иризыгъэхь, пщӀэ къыхуезыгъэщӀ хьэл-щэныфӀ зэрахэлъыр зи фӀыщӀэр, дауикӀ, Библиерт, ауэ Библием и тыгъэфӀхэр хуабжьу зрагъэкӀуэкӀыурэ абыхэм, Тхьэм и Псалъэм пэщӀэувэ гъэсэныгъэхэр цӀыхухэм хапщэрт. Деистхэм я гъусэурэ Миллер хуей-хуэмейми абыхэм я дуней еплъыкӀэр къищтащ. А зэманым Библием и гъэсэныгъэхэр зэрызэпкърах, зэрагъэбелджылыхэм гурыӀуэгъуейуэ къахэкӀыр мащӀэтэкъым, арати, Миллер къызэрыщыхъумкӀэ ахэр зыпэмылъэщынт; ауэ щыхъукӀи абы и диныщӀэм, Библием пыщӀэныгъэ лъэпкъ зыхуимыӀэм, Библием и пӀэкӀэ зыри къритыртэкъым, ар арэзы къэзыщӀын имыӀэу къанэрт. Дауэ мыхъуми, илъэс пщыкӀутӀ хуэдизкӀэ абы дунейм хуиӀащ деизм еплъыкӀэр. Илъэс 34 хъуауэ, Дух ЛъапӀэр къелэжьурэ, абы куууэ зыхищӀащ зэрыгуэныхьыщӀэр. Абы и диным къигъэгугъэртэкъым ар, дунейм ехыжа нэужь ахърэт дахэ, нэху иӀэну. КъэкӀуэнур абы и дежкӀэ кӀыфӀыгъэт, зыхунэмысыфын щэхут. Абы зыгъэгузавэу иӀа гурыщӀэхэр зэман дэкӀауэ игу къигъэкӀыжат мыпхуэдэу: GCKar 293.1

«ЛӀэныгъэм сыщегупсыскӀэ, си Ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту игъэдийуэ щӀыӀэ техьэгъуэм сиубыдырт; сэ къысщыхъут, хьэкум шынагъуэм зыри щамыгъэзэхуэну, псори кӀуэдыжыну. Уафэр си дежкӀэ гъуаплъэм хуэдэт, си лъэр зытет щӀылъэри гъущӀым хуэдэт. ГъадэщӀыдэ — сыт ар зищӀысыр? ЛӀэныгъэ — сыт ар щӀыщыӀэр? Нэхъыбэрэ сегупсысэху, нэхъ жыжьэ сыӀуигъэкӀуэтырт а упщӀэхэм я жэуапым. Нэхъыбэрэ сыгупсысэху си гупсысэхэм сызыхуишэр зэхэхыжыгъуей хъурт. Абыхэм семыгупсысыну яужь сит щхьэкӀэ, схузэфӀэкӀыртэкъым, си къарур пэлъэщыртэкъым. ТхьэмыщкӀапӀэм ситт, ауэ къысщыщӀам и щхьэусыгъуэр къызгурыӀуэртэкъым. Сэ сыарэзытэкъым икӀи сытхьэусыхэрт, ауэ сызыхуэмыарэзыри сызыгъэтхьэусыхэри хэтми сщӀэтэкъым. Сэ зыхэсщӀэрт — зыгуэрхэр зэрымытэмэмыр, ауэ сщӀэтэкъым, дауэ икӀи дэнэ къисхинуми пэжыгъэр. Сэ сынэщхъейт икӀи гугъапӀэ сиӀэжтэкъым». GCKar 293.2

Апхуэдэ щытыкӀэм итащ ар мазэ зыбжанэкӀэ. «Зэгуэрым, — игу къегъэкӀыж абы, — сэ зыхэсщӀащ ипэжыпӀэкӀэ КъегъэлакӀуэр зыхуэдэр. Сэ Зыгуэр си нэгу къыщӀыхьащ — апхуэдизу цӀыхуфӀт икӀи гущӀэгъулыти, ди щӀэпхъэджагъэхэр ипшыныжын папщӀэ зи гъащӀэ Зытар, икӀи ди гуэныхьхэм я тезырым Дыкъезыгъэлар. Сэ занщӀэу къызгурыӀуащ, сыт хуэдизу гурыхьу Ар щытми, асыхьэтуи сигу къэкӀащ, Абы и ӀэплӀэм зездзынти и гущӀэгъум сыщыгугъынт жысӀэу. Ауэ абдежым упщӀэ къэуващ: апхуэдэ Псэущхьэ зэрыщыӀэм сыт щыхьэт техъуэнур? Арыххэу сэ къызгурыӀуащ КъегъэлакӀуэ зэрыщыӀэм е ахърэт зэрыщыӀэм щыхьэт техъуэн Библием фӀэкӀа, зыщӀыпӀи къызэрыщумыгъуэтыфынур... GCKar 294.1

Сызыхуэныкъуэ КъегъэлакӀуэр Библием къысхузэӀуихащ икӀи сэ сыӀэнкунт цӀыхум ятха тхылъ къызэрыгуэкӀым дуней гуэныхьыщӀэр апхуэдизу зыхуэныкъуэ хабзэхэр дауэ зэритыр жысӀэу. Арати, сэ къэсщтащ Тхыгъэ ЛъапӀэр Тхьэм и къызэӀухыныгъэу зэрыщытыр. Библиер си гуфӀэгъуэ хъуащ, Хьиса ныбжьэгъу схуэхъуащ. КъегъэлакӀуэр си дежкӀэ «минипщӀ нэгъуэщӀхэм нэхърэ нэхъыфӀщ», икӀи Тхыгъэ ЛъапӀэр, япэм апхуэдизу мыгурыӀуэгъуэу зэпэщӀэувэжу къысщыхъуу щытар, иджы «си лъакъуэм и уэздыгъэ, си лъагъуэр къысхуэзыгъэнэху» хъуат. Си псэр тыншыжащ, гупсэхугъуэ сиӀэ хъуащ. Иджы арэзынагъ сиӀэт, згъэунэхуати Зиусхьэныр — зэрыКъырыр икӀи гъащӀэм и тенджызым «зэрибыдапӀэр». Абы лъандрэ Библиер псом я щхьэу зджы хъуащ икӀи пцӀы хэлъкъым абы зыхэзгъэгъуэзэныр си дежкӀэ зэрытхъэгъуэм. Сэ иджыри къэсщӀащ, япэм зэи зэрызэхэзмыхар а тхылъым фӀыуэ итым и ныкъуэм хуэдизи. Сэ згъэщӀагъуэт, япэм гу зэрылъызмытам абы и дахагъэм, и щӀыхьым, икӀи а тхылъыр нэхъапэм къызэрызмыщтар гурыӀуэгъуэтэкъым. Сэ абы си псэр зыщӀэхъуэпс псоми и жэуап къыщызгъуэтащ, си псэм и уз дэтхэнэми и хущхъуэгъуэ къыщызгъуэтащ. Сэ нэгъуэщӀ тхылъхэм сыдамыхьэхыж хъуащ икӀи си мурадщ Тхьэм и Ӏущыгъэр зыгурызгъэӀуэну». GCKar 294.2

Миллер цӀыхухэм яжриӀащ япэм Ӏумпэм ищӀу щыта диныр къызэрищтар. ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэ абы и ныбжьэгъухэм замыӀэжьэу щыхьэтыгъэ Ӏэджэ къыхуахьын щӀадзащ, езы дыдэм куэдрэ къигъэсэбэпу щытахэр, Тхыгъэ ЛъапӀэр Тхьэм къыбгъэдэмыкӀауэ жиӀэу, дауэу щыщыта зэманым. Ауэ ар иджыри хьэзыртэкъым жэуап щхьэпэ абыхэм яритыну, мыпхуэдэу егупсысырт ар: Библиер Тхьэм и зэӀухыныгъэмэ, езыр зэпэщӀэувэжу щытын хуейкъым; ар зыхухахар цӀыхур иущииныр арамэ, абы щыгъуэ ар псоми къагурыӀуэу щытын хуейщ. Мурад ищӀащ абы езыр-езыру Тхыгъэ ЛъапӀэр иджу зэхигъэкӀыну, зэпэщӀэувэу къыпщыхъухэр зыгуэрурэ зэпыщӀа мыхъуну пӀэрэ? GCKar 294.3

ЕплъыкӀэ щыӀэ хъуар къызэримыщтэным хуэсакъыпэу, абы комментарий лъэпкъ къигъэсэбтэкъым, атӀэ зы текстыр адрей текстым иригъапщэрт, къигъэсэбэпыр параллельнэ щӀыпӀэ къэзыгъэлъагъуэхэрт, сноскэхэрт икӀи симфониерт. Зэпимыгъэууэ абы Библиер иджырт систематическэу: ЩӀэдзапӀэ Тхылъым щегъэжьауэ зы пычыгъуэм адрейр къыкӀэлъыкӀуэурэ еджэрт, адэкӀэ кӀуатэртэкъым, къегугъуэкӀ гуэр е хузэхэмых ирихьэлӀэмэ. ЩӀыпӀэ гугъу щыхуэзэкӀэ абы ар иригъапщэ хабзэт, а упщӀэр зэпкърызыхыу иджыри щыӀэ текст псоми. Зэджэ текстым и мыхьэнэр зыгуригъэӀуэну егугъуурэ, ар дэтхэнэ зы псалъэми быдэу егупсысырт, ар къызэрыгурыӀуэ щӀыкӀэр параллельнэ текстхэм техуэмэ, абы щыгъуэ упщӀэ къэувыртэкъым. ГурыӀуэгъуей щӀыпӀэхэм щрихьэлӀэкӀэ, абы сыт щыгъуи Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм къыщигъуэтырт ар зэхэзыгъэкӀ, зыгъэнахуэ текстхэр. Абы Библиер иджырт егугъуу, Тхьэ елъэӀуурэ, и акъылыр Зиусхьэным къыхуигъэнэхуну, япэм зыхимыщӀыкӀыу щыта упщӀэхэм я жэуапхэр къригъэгъуэтыну. Абы езым и щхьэкӀэ игъэунэхуащ зэрыпэжыр зэчырусакӀуэм жиӀар: «Уи псалъэхэм къызэӀуаххэм щӀэныгъэ, зэхэщӀыкӀ ярет къызэрыгуэкӀхэм”, — жиӀэу (Пс. 118:130). GCKar 295.1

Хэхауэ нэхъ фӀэгъэщӀэгъуэну абы иджащ Данил и Тхылъымрэ КъызэӀузых Тхылъымрэ, ахэр зэхищӀыкӀын папщӀэ къигъэсэбэпа бгъэдыхьэкӀэр, Библием и адрей тхылъхэр щиджым зытетарщ, арати, хуабжьу игъэгуфӀэу абы къищӀащ бегъымбарӀуатэ дамыгъэхэр къыз эрыбгурыӀуэфыр. Абы къи лъэгъуащ бегъымбар Ӏуатэхэр пэж дыдэу зэщӀа зэрыхъур, образ зэмылӀэужьыгъуэхэр, метафорэхэр, щӀагъыбзэхэр, зэгъэпщэныгъэхэр, нэгъуэщӀ къинэмыщӀхэри гурыӀуэгъуэ зэращӀхэр абыхэм пыщӀа нэгъуэщӀ Ӏыхьэхэмрэ контекстымрэ е абыхэм я купщӀэр Тхыгъэ ЛъапӀэм и адрей щӀыпӀэхэм къызэрызэӀуахыр, ахэр гурыӀуэгъуэ зыщӀ ӀункӀыбзэхэр здэщыӀэм. «Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ сэ къэсхутащ — итхырт Миллер, — Библиер — ар къызэӀуха пэжыгъэ зэпыщӀа защӀэу зэрыщытыр, апхуэдизу къызэрыгуэкӀыу икӀи гурыӀуэгъуэу къэӀуэтауэ щытхэу, уеблэмэ, зи акъылыр мыин цӀыхуми мыщхьэрыуэу зэхищӀыкӀыфыну». БегъымбарӀуатэ зэпыщӀа гупышхуэхэр абы иджащ, зы Ӏыхьэм адрей Ӏыхьэр къыкӀэлъыкӀуэу, икӀи абы и егугъунагъым ехъулӀэныгъэ къыхуихьащ. Уафэ мелыӀычхэм абы и гупсысэхэр зэрагъакӀуэрт икӀи и зэхэщӀыкӀым Тхьэм и Псалъэр къыхузэӀуахырт. GCKar 295.2

БегъымбарӀуатэхэр блэкӀа зэманым зэщӀа зэрыхъуар тегъэщӀапӀэ ищӀурэ, Миллер къыгурыӀуащ апхуэдэ дыдэу къэкӀуэну хъугъуэщӀагъэхэм теухуа бегъымбарӀуатэхэри зэщӀа зэрыхъунур. Абы ар гупсысэм хуишащ: дунейм и кӀэм илъэс минкӀэ щӀылъэм динымкӀэ Мэсихь и Пащтыхьыгъуэ щыӀэну цӀыхухэм къызэралъытэм Тхьэм и Псалъэр щыхьэт зэрытемыхъуэм. Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэм ипэ къихуэу, илъэс минкӀэ екӀуэкӀыну къащыхъу, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ я лъэхъэнэм теухуа а теорием ипкъ иткӀэ, Тхьэм и къемэтмахуэ шынагъуэр хуабжьу зэман жыжьэкӀэ ӀуагъэкӀуэтырт. Ауэ а еплъыкӀэм дапхуэдизу уи гур имыгъэфӀми, ар зэрыщыту Мэсихьрэ Абы и апостолхэмрэ я гъэсэныгъэм пэщӀэувэрт, гуэдзымрэ ежьужьымрэ зэгъусэу къэкӀыну жызыӀэм Ӏухыжыгъуэм нэсыху, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, дунейм и кӀэм нэсыху (еплъ Мф. 13:30, 38-41); «ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ, нэгъуэщӀхэри ягъэщхьэрыуэу езыхэми я щхьэ къагъэпцӀэжу» икӀи «иужь махуэхэм зэман бзаджэ къэунэхунущ” (2 Тим. 3:13, 1), аращи, кӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэр щыӀэнущ Зиусхьэныр къэкӀуэжыху. КъэкӀуэжу къыщылъагъуэкӀэ Зиусхьэным и духымкӀэ иукӀынущ, игъэкӀуэдыжынущ ар (еплъ 2 Фес. 2:8). GCKar 296.1

Апостолхэм я зэманым щыӀа Члисэм цӀыхухэр хуригъаджэртэкъым дунейм зэрыщыту Тхьэм и деж ягъэзэжыну икӀи Мэсихь илъэс мин пӀалъэкӀэ щӀылъэм тепщэну. А доктринэм чристэнхэм я деж зыщиубгъуауэ щытакъым ХУӀӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм и пэм нэсыху. НэгъуэщӀ щхьэрыуагъэхэми хуэдэу, абы кърикӀуар мыгъуагъэщ. А доктринэм ипкъ иткӀэ, цӀыхухэр Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэм зэреплъыр зэман жыжьэм къэхъуну Ӏуэхугъуэм хуэдэут икӀи гулъытэ лъэпкъ хуащӀыртэкъым Ар къызэрыблагъэм и нэщэнэ къэлъагъуэхэм. Абы цӀыхухэр игъэщхьэрыуэу, ягурэ я щхьэрэ зэтелъ ищӀырт, шынагъуэгъэншэу закъыщигъэхъужу, арати, куэдым къафӀэӀуэхуакъым Зиусхьэным зэрыӀущӀэным зыхуагъэхьэзырыныр. GCKar 296.2

Миллер гу лъитащ Тхыгъэ ЛъапӀэм наӀуэу къызэригъэлъагъуэм Езы Мэсихь дыдэ и щхьэкӀэ къызэрыкӀуэнур. Павел къыжеӀэр: «Тхьэм и мелыӀыч пашэмрэ и бжьамиймрэ хъыбар дагъащӀэу Езы Зиусхьэныр уафэм къехынущ» (1 Фес. 4:16). КъегъэлакӀуэми жеӀэр: «ЦӀыхум хуэдэу Къехам и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ абы щыгъуэ... икъукӀэ лъэщрэ щӀыхьышхуэ иӀэу, пшэхэм хэту КъакӀуэм». «КъуэкӀыпӀэмкӀэ къыщыблэ уафэхъуэпскӀыр къухьэпӀэмкӀи зэрыщыплъагъум ещхьу щытынущ, ЦӀыхум хуэдэу Къехам и къэкӀуэжыгъуэр» (Мф. 24:30, 27). Ар къэкӀуэнущ уафэ мелыӀыч псори дэщӀыгъуу. «ЦӀыхум хуэдэу Къехам щӀыхьышхуэ иӀэу, мелыӀыч лъапӀэ псори дэщӀыгъуу къэкӀуэжа нэужь” (Мф. 25:31). «Абы и мелыӀычхэр, бжьамийм и макъышхуэр ягъэӀуу игъэкӀуэнурэ къыхуэпэжхэр къыхузэхуашэсынущ” (Мф. 24:31). GCKar 296.3

Ар къыщыкӀуэжкӀэ дунейм ехыжауэ щыта цӀыху щыпкъэхэр къэхъужынущ, псэухэми — захъуэжынущ, нэгъуэщӀ теплъэ яӀэ хъунущ. «Зыри къэмынэу псори дылӀэнукъым, — жеӀэр апостол Павел, — ауэ псоми зытхъуэжынущ. Асыхьэтым, зы напӀэзыпӀэм, бжьамийр къэӀунурэ лӀахэр мылӀэжыныгъэ яӀэу къэхъужынущ, дэри зытхъуэжынущ. КӀуэдыжыныгъэм и къарум щӀэт Ӏэпкълъэпкъыр мыкӀуэдыжын хъунущ, лӀэныгъэм ӀэщӀэлъри — мылӀэжын хъунущ» (1 Кор. 15:51-53). Фессалоник къалэ дэсхэм яхуригъэхьа тхыгъэм абы къыщеӀуатэр Зиусхьэныр къэкӀуэжа нэужь къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр мыпхуэдэу: «Мэсихь фӀэщхъуныгъэ хуаӀэу дунейм ехыжахэр нэхъапэу къэхъужынурэ, итӀанэ дэ, псэууэ дыкъэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу хьэуам дыхэту, пшэм дытету Зиусхьэным дыӀущӀэнущ. Апхуэдэу игъащӀэкӀэ Зиусхьэным дригъусэнущ” (1 Фес. 4:16,17). GCKar 297.1

Тхьэм и лъэпкъым Пащтыхьыгъуэр къыӀэрыхьэнукъым Мэсихь езым и щхьэкӀэ къэмыкӀуауэ. КъегъэлакӀуэм жиӀащ: «ЦӀыхум хуэдэу Къехам щӀыхьышхуэ иӀэу, мелыӀыч лъапӀэ псори дэщӀыгъуу къэкӀуэжа нэужь, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэнурэ лъэпкъ псори Абы и пащхьэ щызэхуашэсынущ. Мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэпэщхьэхуэ зэрищӀым хуэдэу, Абы цӀыхухэр зэхидзынущ. Мэлхэр ижьырабгъумкӀэ, бжэнхэр сэмэгурабгъумкӀэ игъэувынущ. Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, дунейр къыщигъэщӀам щыщӀэдзауэ Тхьэм фхуигъэхьэзыра Пащтыхьыгъуэр фи щӀэину къафщтэ»» (Мф. 25:31-34). Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ мы къэтхьа Ӏыхьэхэм щыдолъагъу, ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар къыщыкӀуэкӀэ дунейм ехыжахэр къызэрыхъужынур мылӀэжыныгъэ яӀэу, псэухэми зэрызахъуэжынур. Абыхэм ягъуэтыну а зэхъуэкӀыныгъэшхуэм ахэр хуигъэхьэзырынущ Пащтыхьыгъуэр къащтэну, Павел къыджеӀэр «лымрэ лъымрэ къыхэхъукӀа цӀыхум Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр щӀэин хуэхъуфынукъым икӀи лӀэныгъэм ӀэщӀэлъым мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэфынукъым” (1 Кор. 15:50). ЦӀыхум нобэ иӀэ щытыкӀэмкӀэ лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ, фыжыну щытщ; ауэ Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм фыжын щыӀэнукъым, ар игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжынщи. Аращ цӀыхур нобэ иӀэ щытыкӀэмкӀэ Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм щӀыщӀэмыхьэфынур. Ауэ Хьиса къэкӀуа нэужь, Абы и лъэпкъым мылӀэжыныгъэ яритынурэ, итӀанэ иригъэблэгъэнущ дунейр къызэрагъэщӀрэ абыхэм хуагъэхьэзыра Пащтыхьыгъуэр къащтэну. GCKar 297.2

Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ мы къэтхьа Ӏыхьэхэр, нэгъуэщӀ текстхэри щӀыгъуу Миллер щыхьэт хуэхъуащ, Мэсихь къэкӀуэным ипэ къэхъуну я гугъэу псори зэжьэ Ӏуэхугъуэхэр — нэгъуэщӀу жытӀэнщи, дунейпсо тыншыгъуэр икӀи Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр щӀылъэм щигъэувыныр — ипэжыпӀэкӀэ къыщыхъунур Мэсихь етӀуанэу къэкӀуэжа нэужьщ. КъищынэмыщӀауэ, зэманым и нэщэнэ псори икӀи дунейм и щытыкӀэри техуэрт дунейм и кӀэм иӀэну щытыкӀэу бегъымбархэм къаӀуатэм. Тхыгъэ ЛъапӀэм и закъуэ иджурэ, абы къищӀащ щӀылъэм нобэрей щытыкӀэр иӀэу хухаха зэманыр зэриухыр. GCKar 298.1

«Сэ хуабжьу гъэщӀэгъуэн сщыхъуащ, — итхырт абы, — Тхыгъэ ЛъапӀэм и зэкӀэлъыкӀуэкӀэр... Сэ гу лъыстащ, блэкӀа зэманым ехьэлӀауэ щыта бегъымбарӀуатэхэр къыщыхъуну ягъэлъэгъуа зэман дыдэм зэрызэщӀахэр. Дунейр псыкӀэ къутэжыным ипэ къита илъэс 120-р (еплъ Быт. 6:3); псыдзэр дунейм къытеуэным ипэ дэкӀын хуея махуиблыр икӀи махуэ 40-кӀэ уэшх къешхын зэрыхуеяр (еплъ Быт. 7:4); Ибрэхьым къытехъукӀахэр илъэс 400-кӀэ зэрыӀэпхъуэшэпхъуар (еплъ Быт. 15:13); махуищыр, фадэзехьэмрэ щӀакхъуэгъажьэмрэ щхьэкӀэ (еплъ Быт. 40:12-20); фырхьэун хухаха илъэсиблыр (еплъ Быт. 41:28-54); губгъуэ нэщӀым илъэс 40 щрахар (еплъ Чис. 14:34); илъэсищрэ ныкъуэкӀэ щыӀа гъаблэр (еплъ 3 Цар. 17:1); илъэс 70 гъэрыпӀэр (еплъ Иер. 25:11); Навуходоносор ирихьэкӀа илъэсиблыр (еплъ Дан. 4:13-16); Блыурэ блыри, блыурэ 62-ри, зы блыри — зэгъусэу блыурэ 70 пӀалъэ хъужыр, иудейхэм хухахар (еплъ Дан. 9:24-27), — а хъугъуэщӀагъэ псори бегъымбархэм къыжаӀауэ щыта псалъэхэщ икӀи пэж дыдэу зэщӀа хъуахэщ”. GCKar 298.2

ИужькӀэ абы Библиер щиджкӀэ хронологическэ лъэхъэнэ зэмылӀэужьыгъуэ щрихьэлӀэкӀэ, езым къызэрыгурыӀуэмкӀэ Мэсихь и етӀуанэ къэкӀуэгъуэм нэсхэу, а зэман пычыгъуэхэм ар зэреплъыр Зиусхьэн Тхьэм къыхуэпщылӀхэм къахузэӀуиха «зэман хэхахэм” хуэдэут. «Щэхур (щӀэхъумар) зейр Зиусхьэн ди Тхьэрщ, — жеӀэр Муса бегъымбарым, — къызэӀухар дэри ди къуэхэми игъащӀэкӀэ къыдатащ» (Втор. 29:29). И бегъымбар АмоскӀэ къыдэпсалъэу Зиусхьэным къыдже!эр, Абы «зыри зэримыщЬр, и щэхур къыхуэпщылI и бегъымбархэм къахузэ!уимыхауэ» (Ам. 3:7). Аращи, Тхыгъэ ЛъапIэр зыджхэм шэч лъэпкъ къытрамыхьэу я фЬщ хъун хуейщ, а пэжыгъэм и псынэм абыхэм къызэрыщагъуэтынур ц!ыхур къызэрагъэщIрэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиЬ Iуэхугъуэм теухуауэ щыЬу хъуар. GCKar 298.3

«Шэч лъэпкъ къытезмыхьэжу згъэунэхуа нэужь, — же!эр Миллер, — Тхыгъэ Лъап!эр зэрыщыту Тхьэм къызэрыбгъэдэкIар икIи ар зэрысэбэпыр (еплъ 2 Тим. 3:16); ц!ыху !эмырк!э ар зэрамытхар, атIэ Тхьэм и ц!ыху лъапIэхэм я гум Дух ЛъапЬм ирилъхьэурэ зэрыригъэтхар (еплъ 2 Петр. 1:21), икЫ ар дэ зэрытхуатхар «гъэсэныгъэ къыхэтхын , бэшэчагъэрэ л!ыгъэрэ къытхилъхьэу, гугъэр тф!эмык!уэду дыпсэун папщЬ” (Рим. 15:4), — абы иужькЬ сэ Библием и хронологическэ !ыхьэхэр Тхьэм и Псалъэм и адрей !ыхьэхэми хуэдэу мыхьэнэшхуэ яЬу къэсщтащ, уи фIэщу, уегугъуу бджын хуейуэ, Тхыгъэ ЛъапӀэм и нэгъуэщӀ Ӏыхьэхэм ящӀыгъуу. Арати, сэ зыхэсщIыкIырт: Тхьэм Езым и IэмырыфIымкIэ къытхузэӀуихыпхъэу къилъытахэр, зыгурызгъэӀуэну яужь сыщиткӀэ, бегъымбарIуатэ лъэхъэнэхэм сыблэк!ыну сызэрыхуимытыр». GCKar 299.1

Данил и Тхылъым (еплъ 8:14) бегъымбар!уатэ итт, Миллер къызэрыщыхъумк!э, ЕтIуанэ къэкIуэгъуэм и зэманыр шэч хэмылъу къигъэлъагъуэу: «Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкЫэ, итIанэ, псэупЬ лъапIэр къабзэ хъужынущ”, жиIэу. Игъэунэхуа хабзэм тетурэ — Тхыгъэ ЛъапЬм езыр-езыру гурыӀуэгъуэ зэрызищӀыжым ипкъ иткӀэ — адэкӀэ здеджэм, Миллер къищӀащ Библием ит бегъымбарӀуатэхэм зэманыр щагъэнахуэкӀэ зы махуэм зы илъэс къызэригъэлъагъуэр (еплъ Чис. 14:34; Иез. 4:6). Абы илъагъурт 2300 махуэкЬ е дэ зэманыр къызэрыдбжымкӀэ апхуэдиз илъэсхэмкӀэ къэгъэлъэгъуа лъэхъэнэр, иудейхэм хухаха нэфӀщыхуэныгъэ зэманым жыжьэу зэрыфӀэкӀыр, аращи, зэрынэрылъагъущи, Пасэрей Зэгуры!уэныгъэм зи гугъу ищ! псэупЬ лъапЬратэкъым зэхьэлIар. Миллер тетт а зэманым псоми къызэдащта еплъыкӀэм — чристэн лӀэщӀыгъуэм псэупӀэ лъапӀэ хъужу ялъытэр щӀылъэрт — арати, ар мы гупсысэм хуэкӀуащ: къабзэ хъун хуейуэ бегъымбарӀуатэм зи гугъу ищӀ псэупӀэ лъапӀэ хъужу Зиусхьэныр Еткнэу къыщыкIуэкIэ мафIэкIэ игъэкъэбзэныр щ!ылъэрауэ (еплъ Дан. 8:14) Махуэ 2300-м я щIэдзапIэр къытхуэгъуэтамэ, итӀанэ, къытхуэщӀэнут ЕтӀуанэ къэкӀуэжыгъуэм и зэманыр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къэтщӀа хъунут кӀэух иным и зэманыр, ди нобэрей дунейм зэрыщыту и пагагъэри, и тепщэныгъэри, и къулеягъэри «я зыкъыфӀэщӀыныгъэри, нэмысыншагъэри икӀи дэкъузэныгъэри щӀыгъуу кӀэ къыщыхуэкӀуэнур”, нэлатыр «щӀылъэм щытрагъэкӀыжынур, лӀэныгъэр щагъэкӀуэдыжынур, Тхьэм и пщылӀхэм, бегъымбархэмрэ цӀыху щихъхэмрэ икӀи Тхьэм шынагъэ хузиӀэ псоми я ӀыхьэфӀыр къащылъысынур, ауэ щӀылъэр зыгъэунэхъуахэр — щытрагъэкӀуэдыкӀыжынур”. GCKar 299.2

Миллер адэкӀэ нэхъыбэжу егугъуу икӀи нэхъ ифӀэщу бегъымбарӀуатэхэр иджыным къыпищащ, жэщхэри махуэхэри а пэжыгъэхэр иджыным тригъэкӀуадэу, мыхьэнэшхуэ дыдэ зиӀэу иджы къыщыхъухэм икӀи фӀэгъэщӀэгъуэнхэм. Данил и Тхылъым и 8-нэ псалъащхьэм абы къыщигъуэтакъым махуэ 2300-р убжын щыщӀэбдзэн хуей зэманыр; ДжэбрэӀил мелыӀычым Данил къыхуэлъэгъуар гурыӀуэгъуэ хуищӀыну и пщэ далъхьа щхьэкӀэ, ар абы и кӀэм нэсу къыгуригъэӀуатэкъым. Узижэгъуэну Члисэр зэрызэрахуэнур бегъымбарым къыщилъагъум, къарууэ иӀэр щӀэкӀат. А шынагъуэ теплъэгъуэр абы хуэшэчакъым, арати, мелыӀычым заулкӀэ ар ибгынащ. «СызэхэукӀауэ махуэ зыбжанэкӀэ сысымаджэу сыхэлъащ”. «Сэ къысхуэлъэгъуам хуабжьу сыкъигъэуӀэбжьат икӀи ар къызгурыӀуэртэкъым”, — къиӀуэтэжащ Данил. GCKar 300.1

Ауэ Тхьэм и лӀыкӀуэм унафэ хуищӀат: «абы къыхуэлъэгъуар гурыӀуэгъуэ хуэщӀ!» А унафэр гъэзэщӀа хъун хуейт, арати, зы зэман дэкӀри, мелыӀычым Данил деж къигъэзэжащ: «иджы, сэ сыкъыщӀэкӀуар зэхэщӀыкӀыныгъэ уэстын папщӀэщ”. «Аращи, быдэу къэдаӀуи, къыпхуеха псалъэр зыгурыгъаӀуэ» (Дан. 8:27,16; 9:22,23, 25-27). Данил къыхуэлъэгъуауэ 8-нэ псалъащхьэм къиӀуэтэжым, мыхьэнэшхуэ зиӀэу, ауэ гурыӀуэгъуэ ямыщӀауэ зыт къэнар, ар: махуэ 2300 хъу лъэхъэнэрт. Арати, етӀуанэу къыщытригъэзэжым мелыӀычыр нэхъыбэу зытепсэлъыхьар а зэманым ехьэлӀа упщӀэхэрщ: GCKar 300.2

«Блыурэ блыщӀ пӀалъэ уи лъэпкъми уи къалэ лъапӀэми хухахащ... ЗэгъащӀэ икӀи зыгурыгъаӀуэ: Ерусалим зэфӀагъэувэжыну, дращӀеижыну унафэ къыщыдэкӀынум щыщӀэдзауэ, Тхьэм къыхиха Мэсихьыр къэкӀуэху блыурэ блыи блыурэ хыщӀрэ тӀуи дэкӀынущ. Къалэр яухуэжынущ, утри, къуэтӀыгъэхэри, ауэ зэман гугъуу щытынущ а лъэхъэнэр. Блыурэ хыщӀрэ тӀур дэкӀа нэужь, Мэсихьыр ажалым иратынущ, псоми къагъэнауэ ... Абы зы блы пӀалъэм и кӀыхьагъкӀэ зэгурыӀуэныгъэ быдэ куэдым ирищӀылӀэнущ, а блым и кум хуэзэу къурмэнхэри тыгъэхэри щригъэгъэтынущ”. GCKar 300.3

МелыӀычыр къыхуагъэкӀуат Данил, къыхуэлъэгъуам къыгурымыӀуахэр (8-нэ псалъащхьэр) зэхригъэщӀыкӀын папщӀэ, хэхауэ: зэман лъэхъэнэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: «Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкӀмэ, итӀанэ псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ”, — жыхуиӀэр. «Аращи, быдэу къэдаӀуи, къыпхуеха псалъэр зыгурыгъаӀуэ”, Данил, жиӀэу мелыӀычым къыщыщӀидзэм, адэкӀэ къыпищащ: «Блыурэ блыщӀ пӀалъэ уи лъэпкъми уи къалэ лъапӀэми хухахащ». Мыбдежым «хухахащ» жаӀэу зэрадзэкӀа псалъэм и лъабжьэм и купщӀэм ущегупсыскӀэ «къыхупачащ (къыхупаупщӀащ)” жиӀэу къокӀыр. Блыурэ блыщӀ пӀалъэр е 490 илъэсхэр, мелыӀычым жиӀам ипкъ иткӀэ, иудейхэм хэхауэ къыхупачат. Ауэ сытыт ар къызыпачар? 2300-щ махуэхэм я закъуэщ псалъащхьэ 8-м зэманым щыщ лъэхъэнэу зи гугъу ищӀыр, аращи, блыурэ блыщӀ зэманыр къызыпачар махуэ 2300-щ. Абы ипкъ иткӀэ а зэман пычыгъуитӀым зэгъусэу щӀадзэн хуейуэ щытщ. МелыӀычым гурыӀуэгъуэ зэрищӀамкӀэ, а блыурэ блыщӀым щыщӀидзэрт Ерусалим яухуэжыну унафэ къыщыдэкӀа илъэсым. А унафэр къыщыдэкӀа зэманыр къахутэфамэ, итӀанэ тынш хъунут лъэхъэнэ ину махуэ 2300 хъур щыщӀидзэ гъэр къэпщӀэну. GCKar 300.4

Ездрэ и Тхылъым и 7-нэ псалъащхьэр топсэлъыхь а унафэм (еплъ Езд. 7:12-26). И кӀэм нэсу нэгъэсауэ а унафэр къыдэзыгъэкӀауэ щытар Артаксерксщ, Персием и пащтыхьу щытарщ, ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм. Ауэ Ездрэ и Тхылъым (Езд. 6:14) къыджеӀэр Зиусхьэным и Унэр зэраухуэнур «Тхьэм и ӀэмыркӀэ, итӀанэ Персием и пащтыхь Кир, Дарий, Артаксеркс сымэ я ӀэмыркӀэ”. Пащтыхьищым зэхалъхьащ, ягъэтэмэмащ, ирагъэфӀакӀуэурэ екӀуэкӀащ а унафэр, нэгъэса ар ямыщӀыху, бегъымбарӀуатэм зэрыжиӀэм хуэдэу, махуэ 2300-р щыщӀидзэ зэманыр къигъэлъэгъуэфын хуэдэу. Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэр, унафэ нэгъэсар къыщыдэкӀа илъэсыр, щӀэдзапӀэу дыбжу щытмэ, адэкӀэ гугъужкъым дыкӀэлъыплъыну блыщӀрэ блыщӀ пӀалъэм теухуа бегъымбарӀуатэр зэщӀа зэрыхъуа щӀыкӀэм. GCKar 301.1

«Ерусалим зэфӀагъэувэжыну, дращӀеижыну унафэ къыщыдэкӀынум щыщӀэдзауэ Тепщэ Мэсихьыр къэкӀуэху блыурэ блыи блыурэ хыщӀрэ тӀуи дэкӀынущ» — ар тхьэмахуэу 69 мэхъу, дгъэтэмэмауэ жытӀэмэ, илъэс 483 мэхъу. Артаксеркс и унафэр къыщыдэкӀар ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм и бжьыхьэ мазэрщ. А зэманым щыщӀэдзауэ илъэс 483-рэ къэдбжмэ, дэ дыхуокӀуэр ди лъэхъэнэм и 27 гъэм и бжьыхьэм — мис абы щыгъуэрщ а бегъымбарӀуатэр зэщӀа щыхъуар. «Мэсихь” псалъэм къикӀыр «Дагъэ лъапӀэ Зыщахуар, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, Тхьэм Къыхихар» жиӀэу аращ. 27 гъэм бжьыхьэу Мэсихь псым зыщӀригъэгъэуащ Яхья деж кӀуэри икӀи Дух ЛъапӀэр Къыхуехри и гум илъ хъуащ. Апостол Петр щыхьэт тохъуэр «Тхьэм Дух ЛъапӀэри къаруушхуи къыхуригъэхащ (къыщихуащ) Назарет щыщ Хьиса” (Деян. 10:38). Езы КъегъэлакӀуэми жеӀэр: «Зиусхьэным и Духыр къысхэтщ, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр езгъэщӀэну Тхьэм сыкъыхихащи; (Лк. 4:18). Псым зыщӀригъэгъэуа нэужь Ар, «Тхьэм и ХъыбарыфӀыр игъэӀуурэ Галилей хэкум кӀуащ. Абы жиӀэрт Зэманыр къэсащ!” (Мк. 1:14,15). GCKar 301.2

«Зы блы пӀалъэм и кӀыхьагъкӀэ зэгурыӀуэныгъэ быдэ куэдым ирищӀылӀэнущ”. Мыбдежым зи гугъу ищӀ блы пӀалъэр блыурэ блыщӀым ящыщу иужьырщ; ар иудейхэм хухахауэ щыт пӀалъэм и иужьрей илъэсиблырщ. 27 гъэм щыщӀэдзауэ 34 гъэм нэсыху япэщӀыкӀэ Езы Хьиса, итӀанэ и гъэсэнхэм ХъыбарыфӀыр иудей лъэпкъым я закъуэщ зыхуагъэӀуар. Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр цӀыхухэм хуахьыну и апостолхэр щигъакӀуэм ябыхэм яжриӀауэ щытащ: «Мажусийхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум ит зы къали фыдэмыхьэ. АтӀэ Израил лъэпкъым и мэл гъуэщахэм я дежщ фыздэкӀуэнур», — жиӀэри (Мф. 10:5, 6). GCKar 302.1

«А блым и кум хуэзэу къурмэнхэри тыгъэхэри щригъэгъэтынущ”. 31 гъэм, псым зэрызыщӀригъауэрэ илъэсищрэ ныкъуэрэ дэкӀауэ, Зиусхьэныр жорым кӀэраӀулӀащ. Голгофэм апхуэдэ къурмэнышхуэ къыщахьа нэужь, илъэс миниплӀым и кӀыхьагъкӀэ Тхьэм и Щынэр зыгъэлъагъуэу щыта къурмэн укӀын дин-хабзэр зэфӀэкӀащ. Жорым деж щызэхуэзащ прообрэзхэмрэ ар зи нэщэнэу Щытамрэ, мыбдежым щиухын хуейт къурмэн укӀынымрэ дин-хабзэу лъыпэ кърагъэжу къекӀуэкӀа псомрэ. GCKar 302.2

Блыурэ блыщӀым е илъэс 490-р, хэхауэ иудей лъэпкъым папщӀэ къагъэлъэгъуар иухащ, зэрытлъагъущи, ди лъэхъэнэм и 34 гъэм. А зэманым ирихьэлӀэу иудей хэкум я хасэм и унафэмкӀэ лъэпкъым Ӏумпэм ищӀащ Инджылыр, Стефан мывэкӀа щаукӀым икӀи Мэсихь и гъуэгу тетхэр зехуэн щыщӀадзэм. А Ӏуэхугъуэхэм иужь къелыныгъэм и хъыбарыр иудей лъэпкъым я закъуэ мыхъуу, дуней псом щызэрахьэ хъуащ. Хьиса и гъэсэн кърахуэкӀхэм, Ерусалим ябгынэри, зэбгрыкӀауэ «къакӀухьурэ ХъыбарыфӀыр яӀуатэрт». «Апхуэдэу Филипп Самарие хэкум кӀуэри, Мэсихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ”. Тхьэм иущия Петр къелыныгъэм и хъыбарыр Кесарие щыщ дзэзешэм, Тхьэм шынагъэ хузиӀэм, КорнилийкӀэ зэджэм хуихьащ; езыфыгъулӀэ Павел, Хьиса и фӀэщ хъуа нэужь, и пщэ къыдалъхьащ а ХъыбарыфӀыр «жыжьэ щыӀэ мажусийхэм хуихьыну» (Деян. 8:4, 5; 22:21). GCKar 302.3

Нэрылъагъу хъурт, а бегъымбарӀуатэм щыщ дэтхэнэ зы Ӏыхьэри гъэзэщӀа зэрыхъуар икӀи шэч лъэпкъ хэлътэкъым блыурэ блыщӀ пӀалъэм и щӀэдзапӀэр ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм зэрыщыщӀидзэм икӀи а пӀалъэм и кӀэухыр — ди лъэхъэнэм и 34 гъэрт. Ахэр щыпщӀэкӀэ адэкӀэ гугъужтэкъым махуэ 2300-р щиух гъэр къэпхутэну. Блыурэ блыщӀыр — махуэ 490-р — къыпачат махуэ 2300-м; арати, иджыри махуэ 1810 къэнэжырт, махуэ 490-кӀэ къэгъэлъэгъуа лъэхъэнэм иужькӀэ дэкӀын хуейуэ. Ди лъэхъэнэм и 34 гъэм щыщӀэдзауэ илъэс 1810 къэдбжмэ, дэ дыхуокӀуэр 1844 гъэм. Аращи, Данил и Тхылъыр зытепсэлъыхь махуэ 2300-р (8:14), щиухыр 1844 гъэрщ. А бегъымбарӀуатэ лъэхъэнэ иныр иуха нэужь, Тхьэм и мелыӀычым зэрыжиӀамкӀэ «псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужын» хуейт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, пэжу къабжат псэупӀэ лъапӀэр къабзэ щыхъужын хуей зэманыр, псоми къызэралъытэмкӀэ, Мэсихь ЕтӀуанэу къыщыкӀуэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэр. GCKar 303.1

ЯпэщӀыкӀэ Миллеррэ абы и акъылэгъухэмрэ я гугъат, махуэ 2300-р щиухыныр 1844 гъэм и гъатхэрауэ, ауэ щыхъукӀэ бегъымбарӀуатэм къигъэлъагъуэр а гъэ дыдэм и бжьыхьэрт. Ар тэмэму къазэрыгурымыӀуам гузэрыдзэ яригъэщӀащ абыхэм икӀи Ӏэнкун ищӀащ Зиусхьэным и ЕтӀуанэ КъэкӀуэжыгъуэр гъатхэм ирихьэлӀэну зи гугъахэр. Ауэ абы зыкӀи нэхъ мащӀэ ищӀакъым а пэжыгъэм и лъапӀагъэр: 2300-р зэриухыр 1844 гъэм икӀи абы ирихьэлӀэу хъугъуэщӀагъэшхуэ къэхъун зэрыхуейр, псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ жиӀэу. GCKar 303.2

Тхыгъэ ЛъапӀэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам шэч къытримыхьэу и фӀэщ хъун папщӀэ, ар иджын щыщӀидзэм, уеблэмэ, Миллер и нэгу къыщӀигъэхьэфынутэкъым абы зыхуишэнур. Абы езым ерагъкӀэт и фӀэщ зэрыхъур къихутахэр, ауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтыгъэхэр апхуэдизу ӀупщӀт икӀи пэжти, ар къыпфӀэмыӀуэхуу къэбгъэнэну зы Ӏэмал щыӀэтэкъым. GCKar 303.3

Абы илъэситӀ тригъэкӀуэдат Библиер иджыным икӀи 1818 гъэм къиджам и купщӀэ нэхъыщхьэр иубзыхуащ: илъэс 25 дэкӀмэ Мэсихь къэкӀуэнущ, и лъэпкъыр къищэхужын папщӀэ. «Сытым хуэдэу си гур хигъахъуэрэт, — итхыжат Миллер, — зэманыфӀ къэкӀуэнум сыщегупсыскӀэ, къащэхужахэм садэгуфӀэну апхуэдизу си гур зыхуэпабгъэм. Иджы Библиер щӀэуэ къысхузэӀукӀат. ИпэжыпӀэкӀэ ар си акъылым дежкӀэ текӀуэныгъэшхуэт: абы ит гъэсэныгъэхэм щыщу япэм кӀыфӀу, щэхуу икӀи мыгурыӀуэгъуэу къысщыхъуу щытахэр щыӀэжтэкъым, абы и напэкӀуэцӀ лъапӀэхэм къытелыдыкӀ нурым и бзийхэм зэкӀэщӀахуауэ. Уо, сыту нэхуу икӀи гъуэзэджэу си нэгум къыщӀэувэрэт сэ пэжыгъэр! КӀуэдат зэпэщӀэувэу, зэтемыхуэу япэм си нэр зыфӀэнэу щытахэр, и кӀэм нэсу къызгурымыӀуауэ иджыри щӀыпӀэ куэд къэна щхьэкӀэ, а Тхылъ лъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм къащхьэщихыу сэ нэху куэд къыстепсат икӀи си акъыл зэхэуфар къагъэнэхуати, япэм ауэ си пщӀыхьэпӀи къыхэмыхуэу щытауэ, сэ зыхэсщӀэр ар сфӀэгъуэзэджэу, гуфӀэгъуэ защӀэт”. GCKar 303.4

«Тхыгъэ ЛъапӀэм зи гугъу ищӀ хъугъуэщӀагъэ мыхьэнэшхуэ зиӀэхэр щӀэх дыдэ къызэрыхъунур быдэу си фӀэщ здэхъум, сэ зэпымычу сегупсыст цӀыхухэм я хьэкъ зэрыстелъым”. Абы зыхимыщӀэнкӀэ Ӏэмал иӀэтэкъым и фарз нэхъыщхьэр — ар къыӀэрыхьа нэхумкӀэ цӀыхухэм дэгуэшэн зэрыхуейр. Абы ищӀэрт фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къызэрыпэщӀэувэнур, ауэ шэч къытрихьэртэкъым фӀыуэ ялъагъу я КъегъэлакӀуэм ӀущӀэныр чристэн псоми я дежкӀэ зэрынасыпышхуэм. Ар зыщышынэ закъуэр, — гъуэзэджэу къызэрырагъэлынур къызэрыблагъэм щыгуфӀыкӀыу, цӀыху куэдым а гъэсэныгъэр къащтэнырт, Тхьэм и Псалъэр зэрыпэжым шэч къытрамыхьэжын хуэдэу, быдэу зэгурамыгъэӀуауэ. И щхьэ дзыхь хуимыщӀыжурэ, ар тегушхуэртэкъым къыхузэӀукӀахэр, къихутахэр цӀыхухэм къаригъэщӀэну, нэгъуэщӀхэр игъэщхьэрыуэным щышынэрти. Абы игу ирилъхьащ иджыри зэ къипщытэжыну и гупсысэхэр зэрызэхэлъ, зэрызэкӀэлъыкӀуэхэр, псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуищӀу къыщызэтеувыӀэрт нэхъ гурыӀуэгъуейуэ къыщыхъу щӀыпӀэхэм. Арати, абы илъагъурт дыгъэ бзийхэм зэкӀэщӀахуж пшагъуэм хуэдэу, Тхьэм и Псалъэм и нэхум, сыт хуэдэ упщӀэхэри зэрагъэкӀуэдыр. Илъэситху дэкӀащ абы къихута пэжыгъэхэм шэч лъэпкъ къытримыхьэжу хъун ипэ. GCKar 304.1

Арати, апхуэдэу щыхъум, къаруущӀэ щӀэту абы зыхищӀащ Тхьэм и Псалъэр апхуэдизу белджылыуэ щыхьэт зытехъуэхэр нэгъуэщӀхэми къахузэӀуихыну зэрикъалэныр. «Си Ӏуэхухэр щысщӀэкӀэ, — жиӀэжырт абы, — си тхьэкӀумэм зэпымычу къиӀуэрт мы псалъэхэр: “КӀуэи дунейм яхуэӀуатэ шынагъуэ къыпэплъэр”. Си гупсысэм хэкӀыртэкъым Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэри: “БзаджащӀэм “БзаджащӀэ! Уэ, ажалкӀэ улӀэнущ” жесӀа нэужь, бзаджащӀэр щӀэпхъаджагъэ гъуэгум къытекӀын папщӀэ, уэ абы зыри жумыӀэмэ, бзаджащӀэр и гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэнущ, ауэ абы и лъыр уэ уэзгъэпшынынущ. БзаджащӀэм и гъуэгухэр къигъанэу, къигъэзэжыну бущиймэ, ауэ абы апхуэдэу имыщӀэмэ, ар и гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэнущ, ауэ уэ уи щхьэр къебгъэлынущ” (Иез. 33:8, 9). Сэ зыхэсщӀэрт бзаджащӀэхэм хъыбар езгъащӀэмэ, абыхэм ящыщ куэдым къызэрагъэзэжынур, ауэ ахэр сымыущиймэ, абыхэм я лъыр сэ зэрызагъэпшыныжынур». GCKar 304.2

Арати, абы ӀэмалыфӀ къыщыӀэрыхьэхэм деж зимыӀэжьэу, жиӀэн щӀидзащ и еплъыкӀэхэр, Тхьэ елъэӀурт, дин-лэжьакӀуэхэм ящыщ зыгуэрым, къыхузэӀукӀам мыхьэнэшхуэ зэриӀэр зыхищӀэу, цӀыхухэм хъыбар яригъэщӀэну яужь ихьэну. Ауэ езыми и щхьэкӀэ апхуэдэу ищӀэн зэрыхуейр быдэу и фӀэщ хъурт. Абы и тхьэкӀумэм сыт щыгъуи итт мы псалъэхэр: «КӀуэи абы теухуауэ дуней псом яжеӀэ, армыхъумэ, абыхэм я лъыр уэзгъэпшыныжынущ». ИлъэсибгъукӀэ абы зрилъэфыхьащ икӀи а бжьыр кӀуэ пэтми нэхъ къытехьэлъэрт, икӀэмикӀэжым, 1831 гъэм япэу псоми зэхахыу и еплъыкӀэхэр къиӀуэтащ. GCKar 305.1

Лажьэу губгъуэм ит Елисей Тхьэм къызэрыриджам хуэдэу, Уильям Миллери и пхъэӀэщэр къигъэнэн хуейт, Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм и щэхухэр дунейм къыхузэӀуихын папщӀэ. Хуабжьу егугъупэу икӀи шынэу, ар яужь ихьащ а Ӏуэхум икӀи хуэм-хуэмурэ къахузэӀуихырт къедаӀуэхэм, бегъымбарӀуатэ лъэхъэнэхэм я теплъэгъуэхэр, Мэсихь ЕтӀуанэу и къэкӀуэгъуэм нэсыху. Абы и лӀыгъэмрэ и къарумрэ хэхъуэ зэпытт икӀи нэхъ быдэ хъут, хуабжьу яфӀэгъэщӀэгъуэну цӀыхухэр абы и псалъэхэм зэрыщӀэдэӀур щилъагъукӀэ. GCKar 305.2

ДинымкӀэ и къуэшхэр къыкӀэрымыкӀыу куэдрэ къызделъэӀум, Зиусхьэным къызэрыриджэр абыхэм я псалъэм хилъагъуэрти аращ Миллер тезыгъэгушхуар, утыкум къихьэу и еплъыкӀэхэр къыжиӀэну. А зэманым ирихьэлӀэу абы и ныбжьыр илъэс 50-м нэблагъат, япэм зэи ар утыку къихьэу псэлъатэкъым, арати, апхуэдэ лэжьыгъэ лъэмыкӀыну зэрызэхищӀэм ар гугъу иригъэхьырт. АрщхьэкӀэ, цӀыхухэр къегъэлыным ехьэлӀа абы и лэжьыгъэхэр зэриублэрэ хэхауэ нэфӀщыхуэныгъэкӀэ гъэнщӀауэ щытащ. Ар япэу къыщыпсэлъам апхуэдизу цӀыхухэр диным къыхуигъэушати, унагъуэ пщыкӀущым, цӀыхуитӀ фӀэкӀа къэмынэу, Тхьэм и деж ягъэзэжат. ЩӀыпӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм къыщагъэпсэлъэну ар ирагъэблагъэрт икӀи дэнэкӀи Тхьэм и Псалъэр щигъэӀукӀэ ехъулӀэныгъэшхуэхэр къихьырт. ГуэныхьыщӀэхэм къагъэзэжырт, чристэнхэм зэхащӀэрт нэхъ гъунэгъуу Тхьэр къацӀыхун зэрыхуейр, деистхэми атеистхэми зэхащӀыкӀын щӀадзэрт Библиери чристэн динри зэрыпэжыр. Миллер и лэжьыгъэр зылъагъу цӀыхухэр щыхьэт техъуэрт: «Абы къыдихьэхырт, уеблэмэ, нэгъуэщӀхэм кърагъэгъэзэжыну ялъэмыкӀынухэри”. Абы и уазхэр хуэгъэзат диным ехьэлӀа пэжыгъэ инхэм цӀыхухэм гулъытэ зэрахуригъэщӀыным икӀи а зэманым дунейр щӀэзыгъэнауэ щыта шыӀэныгъэншэ тхъэжыгъуэхэм я толъкъунхэр къызэригъэувыӀэным. GCKar 305.3

Абы уаз щита къалэхэм, къанэ щымыӀэу дэтхэнэми цӀыху куэдым Тхьэм и деж ягъэзэжырт, уеблэмэ, щэ бжыгъэкӀэ. ЩӀыпӀэ куэдым гуапэу ирагъэблагъэу я бжэхэр къыхузэӀуахырт абы уаз ирагъэтыну, къанэ щымыӀэу протестант деноминацэ псоми. Нэхъыбэм ар дин-зэгухьэныгъэ зыбжанэм зэуэ ирагъэблагъэрт. Зэрихабзэти, абы уаз щыжиӀэр здырагъэблагъэ щӀыпӀэхэм и закъуэт, ауэ куэд дэмыкӀыу, уеблэмэ, езыгъэблагъэхэм и ныкъуэр имыгъэщӀэхъун лъэмыкӀын хъуащ. GCKar 306.1

Куэдым, ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и зэманым ехьэлӀауэ абы и еплъыкӀэхэр къамыщтами, итӀанэми, я фӀэщ хъурт ар зэрыгъунэгъур икӀи зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейр. Языныкъуэ къалэшхуэхэм абы и лэжьыгъэм хэщӀыхьыныгъэшхуэ яхилъхьащ жылагъуэм. Фадэ зыщэхэм я тыкуэнхэр зэхуащӀыжырти, ар тхьэлъэӀу зэӀущӀэхэм и пэш ящӀырт; зэштегъэупӀэ унэхэри зэхуащӀыжырт; деистхэм, универсалистхэм, атеистхэм икӀи уеблэмэ, нэхъ зэкӀуэкӀа дыдэ къэхьпэхэм захъуэжырт, атӀэ абыхэм ящыщ языныкъуэхэр илъэс бжыгъэкӀэ члисэм и бжэщхьэӀум ебэкъуатэкъым. Диным пыщӀа жылагъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэм сыхьэт къэс жыхуаӀэу тхьэлъэӀу зэӀущӀэхэр щрагъэкӀуэкӀырт къалэм и куей дэтхэнэми, къулыкъущӀэхэри махуэ шэджагъуэм зэхуэзэхэрт, Тхьэм елъэӀун, фӀыщӀэ хуащӀын щхьэкӀэ. А зэщӀэхъееныгъэм фасикъигъэ хэлъу пхужыӀэнутэкъым, атӀэ дэнэкӀи щытепщэрт зэпӀэзэрытыныгъэ. Миллер, пасэрей реформаторхэм зэращӀэу щытам хуэдэу, хущӀэкъурт цӀыхухэм я акъылыр къигъэушыным, я напэм зыхуигъэзэным, армыхъумэ, я гурыщӀэхэр къигъэхъеин къудейтэкъым. 1833 гъэм Миллер зыщыщ Баптистскэ члисэм официальнэу хуитыныгъэ къритащ я члисэм къыбгъэдэкӀыу уазхэр итыну. А члисэм и дин-лэжьакӀуэхэм я нэхъыбэм къабыл ящӀырт абы и лэжьыгъэр, арати, наӀуэу абыхэм къыхуагъэдахэри, и лэжьыгъэм адэкӀэ къыпищащ Миллер. Емызэшыжу щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэр къызэхикӀухьырт абы икӀи хэку зэмылӀэужьыгъуэхэм уаз щитырт зэпымыууэ, ауэ нэхъыбэу ар щылэжьар АнглиещӀэмрэ Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ штатхэмрэт. Илъэс зыбжанэкӀэ ар зыхэпсэукӀар езым и мылъкум и закъуэт, иужькӀи зэи зрикъун ахъшэ къыӀэрыхьакъым, нэхъ мыхъуми, гъуэгум тригъэкӀуадэм хуэдиз къыхэхъуэжыртэкъым. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, жылагъуэм и сэбэпынагъ зыхэлъ абы и лэжьыгъэр бжьы хьэлъэу езым и дамэ тэлъыжт, ауэрэ Миллер и мылъкур кӀуэщӀырт, уэсэпсым хуэдэу ткӀурт. Ар унагъуэшхуэм и тхьэмадэт, аращи, унагъуэм ис дэтхэнэми зэгъэзахуэ жыхуаӀэр ящӀэу, лэжьыгъэр фӀыуэ зэралъагъум и фӀыгъэкӀэщ я фермэм къахуихь хэхъуэм зрагъэкъуфу зэрыпсэуфар. 1833 гъэм, Миллер цӀыхубэм я пащхьэ уазхэр щитурэ Мэсихь и къэкӀуэгъуэр гъунэгъу къызэрыхъуам и щыхьэтхэр къихьын зэрыщӀидзэрэ илъэситӀ дэкӀауэ, КъегъэлакӀуэм дыкъызэригъэгугъа иужьрей нэщэнэхэм ящыщ зы зэщӀащ. Хьиса жиӀат: «... вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ” (Мф. 24:29). Яхьяи, нэщэнэхэр, Тхьэм и махуэр гъунэгъу къызэрыхъур къэзыгъэлъагъуэхэр, къыщилъэгъуам жиӀат: «Уафэм ис вагъуэхэри щӀылъэм къехуэхащ, инжир мыхъухэр жьышхуэм къызэрыпигъэлъэлъым хуэдэу» (Откр. 6:13). А бегъымбарӀуатэр телъыджэу, гъэщӀэгъуэну пэж дыдэу зэщӀащ 1833 гъэм ноябрым и 13-м, метеоритнэ уэшхышхуэ къыщешхам. Зэгуэрым цӀыхум и нэгу щӀэкӀа хъункъым апхуэдизу лъэщ икӀи иныщэ теплъэгъуэ — вагъуэхэр къехуэхыу. Сыхьэт зыбжанэм я кӀыхьагъкӀэ «Штат Зэгуэтхэм я уафэр зэрыщыту мафӀэ фейерверкым къигъэнэхуащ! Япэм зэи а къэралым апхуэдэ хъугъуэщӀагъэ уафэм къыщыхъуатэкъым, абы языныкъуэхэм я гур къыпхуэмыӀуэтэну игъэгушхуащ, адрейхэр къыпхуэмыӀуэтэну игъэгужьеящ, хьэжэпхъажэ ищӀу”. «А телъыджэм и лъэщагъыу, и дэгъуагъыу щытар иджыри къыздэсым я гум ихужакъым цӀыху куэдым... Уэшх нэхъ ин дыдэри ебгъапщэфынутэкъым и къарукӀи и гуащӀагъкӀи а метеорит толъкъунхэм, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи уафэр зыхэзытхыхьахэм, гъэщӀэгъуэныщэхэм. Зэрыуафэу къыпщыхъут къызэщӀэхъеяуэ... А телъыджэр, профессор Силлиман и журналым зэрыщыжиӀэжымкӀэ, Ищхъэрэ Америкэм дэнэкӀи къыщылъэгъуат... Уафэр бзыгъэу зы пшэ щытемылъа жэщым нэху щыху, уафэгум щыщӀэдзауэ уафэлъащӀэм нэсыжу дэнэкӀи, зэпымыууэ нэхунэ зэщӀэлыдэхэр щызэхэзежэу щыплъэгъуащ”. GCKar 306.2

«ПсалъэкӀэ къыпхуэӀуэтэнукъым а телъыджэм и гъуэзэджагъэу щытар... ар зымылъэгъуам, икӀэрауэ, и нэгу къыхущӀэгъэхьэнукъым абы щӀыхьу иӀар. Къыпщыхъут вагъуэбэ уафэр зэрыщыту уафэгум и курыкупсэм щызэхуэсарэ, абдежым щыщӀэдзауэ уафэхъуэпскӀым хуэдэу, псынщӀэу дэнэ лъэныкъуэкӀи нэхум и шабзэхэр щызэбгрылъэту, кӀэ ямыӀэну къыпфӀэщӀт абыхэм: мин бжыгъэкӀэ ахэр зыр зым къыкӀэлъыкӀуэхэрт, а телъыджэм хуагъэхьэзырауэ фӀэкӀа умыщӀэну”. «Нэхъ шэрыуэу зэбгъэщхьыни къыпхуэгъуэтынтэкъым, борэнышхуэм инжир жыгым инжир мыхъухэр къызэрыпигъэлъэлъым ар зэрыхуагъэдам нэхърэ». GCKar 307.1

Нью-Йорк къыщыдэкӀ зы коммерческэ журналым 1833 гъэм ноябрым и 14-м традзат а хъугъуэщӀагъэ гъуэзэджэм теухуа тхыгъэшхуэ. Ар зи ӀэрыкӀым жиӀэрт: «Зы щӀэныгъэлӀи е философи иджыри ятхакъым, сэ сызэрегупсысымкӀэ, дыгъуасэ пщэдджыжьым къэхъуа Ӏуэхум хуэдэм теухуауэ. Нобэ дэ къыдэгугъуэкӀынкӀи хъунщ а къэхъуар зищӀысыр жытӀэну, ауэ лӀэщӀыгъуэ пщыкӀуийкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, бегъымбарым пэжу жиӀат вагъуэхэр къызэрехуэхынур, зэрыжиӀа дыдэм хуэдэуи къэхъуащ». GCKar 307.2

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Зиусхьэныр къызэрыкӀуэнум и иужьрей нэщэнэхэм ящыщ зы къэхъуащ, Хьиса и гъэсэнхэм яжриӀэгъар: «А псори щыфлъагъукӀэ, гъунэгъуу куэбжэм деж зэрыщытыр зэвгъащӀэ” (Мф. 24:33). А нэщэнэхэм къыкӀэлъыкӀуэу Яхья илъэгъуащ фэ зэтешыхьам хуэдэу уафэм зэрызишыхьар, щӀыр иныщэу зэрыхъеяр, бгыхэмрэ хытӀыгухэмрэ я пӀэм зэрикӀар икӀи тхьэншэхэр гужьеяуэ тахътэм Тесым и нэгум зэрызыщагъэпщкӀуным зэрыпылъар (еплъ Откр. 6:12-17). GCKar 308.1

Вагъуэхэр къызэрехуэхар зылъэгъуа куэдыр а хъугъуэщӀагъэм еплъырт къэкӀуэну хьэкумым и нэщэнэм хуэдэу, «шэч зыхэмылъ хъыбарым и дамыгъэ шынагъуэм хуэдэу, махуэ ин шынагъуэм и гущӀэгъулы нэщэнэм хуэдэу». Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэм гулъытэ хуащӀащ а бегъымбарӀуатэр зэщӀа зэрыхъуам, арати, куэдыр щӀэдэӀурт Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейм. GCKar 308.2

1840 гъэм гъуэзэджэу зэщӀа хъуащ нэгъуэщӀ зы бегъымбарӀуати, куэдым гъэщӀэгъуэн ящыхъуар. Ар къэхъун ипэ Иосия Литч, Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуауэ уазхэр зыт дин-лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэхэм ящыщым, къыдигъэкӀат КъызэӀузых Тхылъым и псалъащхьэ 9-р зэпкърихыу, гурыӀуэгъуэ ищӀу, Оттоманскэ империер зэрытрадзынур къыжиӀэу. Абы къызэрибжамкӀэ, ар къыщыхъун хуейр 1840 гъэм и август мазэрт икӀи бегъымбарӀуатэр зэщӀэным махуэ зытӀущ иӀэжу абы итхат: «Илъэс 150 хъу япэ лъэхъэнэр щиухыр Деакоз, тыркухэм я ӀизынкӀэ, тахътэм щыдэкӀуеям пэж дыдэу зэрытехуэм икӀи 391 гъэри махуэ 15-ри япэ лъэхъэнэм и кӀэухым зэрыщыщӀидзэм ипкъ иткӀэ, ахэр иухын хуейщ 1840 гъэм августым и 11-м, Оттоманскэ тепщэныгъэм Константинополь и къарур зэрыщыфӀэкӀуэдынум ущыпэплъэ хъуну махуэм. Сэ си фӀэщ мэхъу ар апхуэдэу къызэрыхъунур”. GCKar 308.3

Къагъэлъэгъуа зэман дыдэм ирихьэлӀэу, Турцием и лӀыкӀуэхэр къигъакӀуэри, Европэм щыӀэ къэрал зэкъуэтхэм зэухылӀэныгъэ ярищӀылӀэу я жьауэ щӀэуващ икӀи щхьэхуимыт хъуащ, чристэн лъэпкъхэм я унафэ къылъэӀэсу, я къэпщытэныгъи къыжьэхэуэу. Псори къэхъун хуейуэ жыхуаӀа зэман дыдэм пэж дыдэу къэхъуащ. А хъыбарыр цӀыхухэм яхэӀуа нэужь, куэдым я фӀэщ хъуащ Миллеррэ абы и акъылэгъухэмрэ бегъымбарӀуатэхэр зэрызэпкърах, къарыкӀыр зэрагъэнахуэ я еплъыкӀэхэр зэрыпэжыр, арати, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм къаруущӀэ игъуэтащ. ЩӀэныгъэлӀхэр икӀи пщӀэшхуэ зыхуащӀ цӀыхухэр Миллер къыгухьащ, Псалъэр цӀыхухэм лъэӀэса зэрыхъунымкӀэ, тхыгъэхэр къыдэгъэкӀынымкӀэ зыкъыщӀагъэкъуащ, арати, 1840 гъэм щегъэжьауэ 1844 гъэм нэсыху зэманым абыхэм я лэжьыгъэм хуабжьу зиубгъуащ. GCKar 308.4

Уильям Миллер и къэухьыр хуабжьу инт, икъукӀэ акъылыфӀэт, егугъунагъ иӀэу зэреджам, зэрыгупсысам къыхуихьауэ, къищынэмыщӀауэ, Ӏущыгъэм и Псынэм щызызэпищӀэм, абы иджыри уафэ губзыгъагъэ иӀэ хъуат. Ар дзыншэу цӀыху пэжт, пщӀэ-нэмыс зыхуагъэфащэт, псэ хьэлэлт икӀи щэныфӀэт. Хьэрэмыгъэншэу угъурлыт ар, чристэн Ӏэдэбагъи шыӀэныгъи хэлъу, дэтхэнэ зы цӀыхуми гулъытэ хуищӀрэ хуэгуапэу, сытым дежи хьэзырт ар нэгъуэщӀхэм я еплъыкӀэм едэӀуэну, абыхэм я щыхьэтыгъэхэр къипщытэну. ТэмакъкӀэщӀагъ хэмылъу, бгъэдыхьэкӀэ хьэзыр лъэпкъ къимыгъэсэбэпу, абы сыт хуэдэ теориери гъэсэныгъэхэри Тхьэм и ПсалъэмкӀэ игъэунэхурт, арати, абы и губзыгъагъэ гупсысэкӀэм икӀи фӀыуэ Тхыгъэ ЛъапӀэм зэрыщыгъуазэм къыхэкӀкӀэ, сыт хуэдэ щхьэрыуагъэри пцӀыри сэтей къищӀыфырт. GCKar 309.1

АтӀэми, арибий гуащӀэхэмяпэщӀэтын хуей хъурт, икӀи япэлъэщырт. БлэкӀа зэманым реформаторхэм къащыщӀу щытам хуэдэу, дин-щӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэхэм абы и гъэсэныгъэхэр ягу ирихьыртэкъым. Абыхэм езыхэм я еплъыкӀэхэр пэжу къыщӀрагъэдзыфыртэкъым Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ, арати, къахуэнэжыр цӀыхухэм я псалъэхэм, къагупсысахэм, Члисэм и адэжьхэм къащӀэнауэ ялъытэ хъыбарыжьхэм зыхуагъазэнырт. АтӀэ адвентистскэ пэжыгъэр зыгъэӀухэм тегъэщӀапӀэ ящӀыр Тхьэм и Псалъэм и щыхьэтыгъэхэм я закъуэт. «Библиерщ икӀи Библием и закъуэщ!» — жаӀэу, а псалъэхэр абыхэм я къыхуеджэныгъэт. Библейскэ щыхьэтыгъэ зыщыщӀэхэр пэжыгъэм и бийхэм ирагъэкъужыну яужь итт щӀэнэкӀалъэхэмкӀэ, хъущӀэ псалъэхэмкӀэ. Зэманри, ахъшэхэри, зэчийхэри — псори къызэрагъэсэбэпыр ягъэулъиин папщӀэт ахэр — щӀэпхъаджагъэ закъуэу зыхуагъэувхэр, я Зиусхьэным къигъэзэжыным щыгуфӀыкӀыу зэрыпэплъэхэр, гуэныхьыншэу псэуну зэрыхущӀэкъухэр икӀи Зиусхьэным зэрыӀущӀэным адрейхэри хуагъэхьэзырыну хъыбар зэрырагъащӀэр. GCKar 309.2

ЦӀыхубэм я гулъытэр ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм къыбгъэдашын папщӀэ, ямыщӀар укӀуэдыжт. ЦӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну яужь итт, Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэмрэ дунейм и кӀэухымрэ теухуа бегъымбарӀуатэхэр бджыным гуэныхь пылъу, уеблэмэ емыкӀуу. Псоми пщӀэ зыхуащӀ члисэхэм я дин-лэжьакӀуэхэм Тхьэм и Псалъэм дзыхь хурамыгъэщӀыну цӀыхухэр яущийрт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. Абыхэм я гъэсэныгъэхэм цӀыхухэр тхьэншэ ящӀурэ куэдыр ягъэщхьэрыуэрт, абы кърикӀуэуи цӀапӀагъэ гъуэгухэми теувэрт. Бзаджагъэм хуэзыгъасэхэм а гуэныхь къомыр итӀанэ тралъхьэжащ адвентистхэм, псори зи лажьэр ахэрауэ жаӀэу. GCKar 309.3

Миллер и уазым щӀэдэӀун папщӀэ, цӀыхухэр унэхэм щӀэмыхуэжу щӀэзу щызэхуэсым, абы хэту диным ехьэлӀа прессэм зэзэмызэхэт Милллер и цӀэр къыщраӀуэр, ари щӀэнакӀэу, ауан ящӀын щхьэкӀэт. Акъыл кӀэщӀ икӀи Ӏимансызхэр, дин-Ӏэтащхьэхэм къызэщӀагъастэурэ, Миллер дзы фӀрагъэщырт, Тхьэр зыгъэикӀэ гушыӀэ, ӀуэрыӀуэдзыгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зэхрагъалъхьэрт, сыт хуэдэ щӀыкӀэкӀи Миллеррэ абы и лэжьыгъэмрэ ягъэпудын папщӀэ. Къемэтмахуэр къызэрыблагъэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуихьын папщӀэ, и унэжь тыншыпӀэр зыбгынэу, къалэхэмрэ жылэхэмрэ емызэшыжу къызыхэзыкӀухь, зи щхьэцыр тхъуа лӀыр цӀыхубэм хагъаӀуэрт фасикъыу, пцӀыупсу, гъэпцӀакӀуэу. GCKar 310.1

Ар щӀэнэкӀалъэ зэращӀам, пцӀыуэ тралъхьэм, бзаджагъэу хужаӀэм, уеблэмэ, светскэ цӀыхухэр, яхуэмышэчыжу, къигъэгубжьат. Абыхэм газетым традзат мыпхуэдэ тхыгъэ: «КърикӀуэнкӀэ хъунум щхьэкӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ апхуэдэ Ӏуэхугъуэшхуэм, апхуэдизу акъылыншэу икӀи нэмысыншэу узэрыхущытыр бгъэлъагъуэныр — ар цӀыхухэм я гурыщӀэхэм ущыдыхьэшхыным имызакъуэу, Тхьэм и хьэкумыр джэгуалъэ пщӀынырщ, Езы Тхьэми уехъурджауэнырщ, Абы захуагъэкӀэ хьэкум зэрищӀэр къыпфӀэмыӀуэхунырщ”, — жаӀэу. GCKar 310.2

Сыт хуэдэ бзаджагъэри зи къежьапӀэр егугъут адвентистскэ хъыбарым и къарур зэрыхигъэщӀэным имызакъуэу, ар зыгъэӀури игъэкӀуэдыну. Миллер и уазхэм къыщигъэлъагъуэрт библейскэ пэжыгъэхэмрэ къедаӀуэхэм я псэукӀэмрэ зэрызэхущытыр, абыхэм я гуэныхьхэр къыщӀигъэщырт, закъыфӀэщыжауэ зэрыщытхэри. Арати, Миллер и псалъэ къехьэкӀ-нехьэкӀ зимыӀэхэу, къару зыщӀэлъхэм, цӀыхухэм я губжьыр къигъэхъеирт. Зэгуэрым абы жагъуэу къыхущыт Члисэм щыщ гупым уэрамым дэт жэхьилхэр ягъэӀущат, ар зэӀущӀэм къыщикӀыжкӀэ яукӀыну. АрщхьэкӀэ, мелыӀыч щихъхэр а цӀыху Ӏувым къахыхьэри, цӀыху сэфэтым иту абыхэм ящыщ зым Тхьэм хуэлажьэ а лӀым и Ӏэр иубыдри шынагъуэншэ щӀыпӀэм ишащ, еру набжьэхэм пэӀэщӀэ яхуищӀу. Иджыри абы и лэжьыгъэр иухатэкъым, арати, шейтӀанымрэ и ӀупэфӀэгъухэмрэ я мурадыр зэхакъутащ. GCKar 310.3

КъапэщӀэтхэм щхьэкӀэ къэмынэу, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр хэхъуэ зэпытт. Япэм зэӀущӀэхэм цӀыхухэр щэ бжыгъэкӀэ къекӀуалӀэу щытамэ, иджы ахэр зэрубжыныр мин бжыгъэкӀэт. Члисэ зэмылӀэужьыгъуэхэм фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхущӀэ куэд къахэхъуэрт, ауэ а Ӏуэхугъуэми щӀэх дыдэ къапэщӀэтхэр нэхъри зэгуигъэп хъуащ, арати, члисэхэм дакъузэу кърагъэжьащ Миллер и еплъыкӀэхэр къэзыщтэхэр. Абы къыхэкӀкӀэ Миллер письмокӀэ захуигъэзащ динымкӀэ деноминацэу щыӀэ псоми, и гъэсэныгъэр пцӀыуэ зылъытэу хъуам яхуигъэувырт ар къыщӀагъэщыну Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтыгъэхэмкӀэ. GCKar 310.4

«Дауэ хъун дэ ди фӀэщ хъур, Тхьэм и Псалъэм темыщӀыхьауэ, — жиӀэрт абы, — фэ езым пщалъэу къафщтэм, атӀэми ди фӀэщхъуныгъэмрэ дызэрыщытыпхъэмрэ и пщалъэ закъуэу фыбжым? СыткӀэ-тӀэ дэ къызэрыдлэжьар апхуэдизу дывгъэкъуэншэныр кафедрэхэм фыкъиӀукӀыу, газетхэм дыкъытевдзэу? Сыт фэ хуитыныгъэ къывэзытыр дэ (адвентистхэр) фи члисэхэмрэ жылагъуэмрэ дыкъыхэфхуну? Дэ дымызахуэмэ, сыныволъэӀу — дывгъэлъагъу ди щхьэрыуагъэхэр. Дывгъэлъагъу Тхьэм и Псалъэр тегъэщӀапӀэ фщӀыурэ ди щыуагъэхэр. Ирикъунщ дэ ауан дызэращӀар, ауэ абы зэикӀ ди фӀэщ ищӀынукъым дымызахуэу. Тхьэм и Псалъэм и закъуэщ зыхузэфӀэкӀынур ди еплъыкӀэхэр ихъуэжыну. Дэ а ди еплъыкӀэхэм Тхьэм делъэӀуурэ быдэу дегупсысауэщ дызэрыхуэкӀуар Тхыгъэ ЛъапӀэм нэхур къытхузэӀуихыурэ”. GCKar 311.1

Къыхуэлажьэхэр яхуигъакӀуэурэ, Тхьэм дунейм сакъыныгъэ хъыбарыр яригъащӀэу екӀуэкӀа лӀэщӀыгъуэ псоми я кӀыхьагъкӀэ, сыт щыгъуи ахэр апхуэдэу шэч къытезыхьэхэм, фӀэщмыхъуныгъэм Ӏууэу щытащ. Пасэрей дунейм я нэмысыншагъэм къыхэкӀкӀэ, Зиусхьэным цӀыхухэм тезыр ятрилъхьэу псыдзэкӀэ игъэкӀуэдыжын хуей щыхъум, Тхьэм цӀыхухэм щибзыщӀакъым а и мурадыр, захъуэжыну, къагъэзэжыну Ӏэмал яритын папщӀэ. Илъэсищэрэ тощӀкӀэ абыхэм макъ яхэӀуащ хущӀегъуэжыным къахуриджэу икӀи къамыгъэзэжмэ зэрыкӀуэдыжыным и хъыбар яригъащӀэу. Ауэ а хъыбарыр абыхэм шыпсэу къащыхъуащ икӀи я фӀэщ хъуакъым. Я щӀэпхъаджагъэхэм чэф ящӀауэ, ахэр Тхьэм и лӀыкӀуэр ауан ящӀырт, къызэрелъэӀухэм щхьэкӀэ хьэӀупс ящӀырт, уеблэмэ, ягъэкъуаншэрт зыкъыфӀэщӀыжащ жаӀэу — дауэ хъун зы цӀыхур дунейм и щэджащэ псоми пэщӀэувэну? Нухь игъэӀу хъыбарыр пэжмэ, сыт абы щыгъуэм дуней псом ар къыщӀамыщтэр икӀи я фӀэщ щӀэмыхъур? Сыт зы цӀыхум и псалъэр зищӀысыр мин бжыгъэхэм я Ӏущыгъэм елъытауэ?! Хьэуэ, абыхэм ар я фӀэщ яхуэщӀынукъым, ахэр кӀуэнукъым кхъухьым зыгъэпщкӀупӀэ къыщалъыхъуэну! GCKar 311.2

Ӏимансызхэм дунейм и къэхъукъащӀэхэр ягъэлъагъуэрт: гъэм и зэманхэр зыр зым яужь иту сыт щыгъуи зэрызэкӀэлъыкӀуэр; зы уэшх ткӀуэпс иджыри къыздэсым къызэмыткӀуха уафэ къащхъуэр; жэщым къех уэсэпсым игъэщӀытэ губгъуэ щхъуантӀэхэр, — арати: «Таурыхъ къыджимыӀэу пӀэрэ мыбы?” — хэӀэтыкӀауэ жаӀэрт. Нэмыплъ ирахыу, Ӏумпэм ящӀащ абыхэм пэжыгъэм и уазтакӀуэр, акъылыншэ фасикъым хуэдэу икӀи нэхъри хъийм икӀауэ зрагъэтхьэкъуащ зэштегъэуным, щӀэпхъаджагъэхэр лэжьыным. Ауэ абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр зэран хуэхъуфакъым къэхъун хуей Ӏуэхугъуэм. Зэман кӀыхькӀэ ишэчащ Тхьэм абыхэм я нэмысыншагъэр, Ӏэмалу щыӀэр абыхэм яритурэ заумысыжыфын папщӀэ, ауэ Тхьэм иубзыхуа зэманым и хьэкумыр къащхьэщыхьащ и гущӀэгъур зымыдахэм. GCKar 311.3

Мэсихь жеӀэр, апхуэдэ фӀэщмыхъуныгъэ яӀэу зэрыхущытынур и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэми. «Нухь и зэманым зэрыщытам хуэдэу щытынущ, — жеӀэр КъегъэлакӀуэм, — ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар къыщыкӀуэжынум дежи». «Гупсысахэкъым, псыдзэр къащӀэуэу, псори игъэкӀуэдыжыху» (Мф. 24:37, 39). Тхьэм и лъэпкъыу зызыбжыжхэр дунейм гухьа нэужь икӀи дунейм и псэукӀэм хуэдэ яӀэ хъуа нэужь, Тхьэм имыда зэштегъэупӀэ Ӏуэхухэм хэту; светскэ къулеягъэр Члисэм къыхыхьа нэужь икӀи хьэгъуэлӀыгъуэхэм я уэзджынэхэм и жьгъыжьгъ макъхэр ягъэӀуу икӀи цӀыху псори къэкӀуэным щыхуэплъэкӀэ илъэс ӀэджэкӀэ щӀылъэм тыншыгъуэрэ ефӀэкӀуэныгъэрэ щыӀэну къащыхъум щыгуфӀыкӀыу, — мис абы щыгъуэм уащхъуэдэмыщхъуэу, щыблэ къауэм хуэдэу, абыхэм я хъуэпсапӀэ гъуэзэджэхэми икӀи зыкъызэрагъэпцӀэж гугъэхэми кӀэухыр къахуэкӀуэнущ. GCKar 312.1

Зэгуэрым Тхьэм и пщылӀыр яхуигъэкӀуат дунейм псыдзэ къыщӀэуэным и хъыбар яригъэщӀэну; апхуэдэ къабзэу абы и пхъэрхэр къигъэкӀуащ иужьрей хьэкумыр гъунэгъу къызэрыхъуар жаригъэӀэну цӀыхухэм. Нухь и зэманым псэуахэр, къэзыхъумэну хъыбар пэж зыгъэӀуа а гъуом зэрыщӀэнэкӀам хуэдэу, Миллер и зэманми цӀыху куэдыр, уеблэмэ, Тхьэм и лъэпкъым щыщхэри щыдыхьэшхащ къахуэсакъыу абыхэм къэзыхъумэн хъыбар яригъащӀэм. GCKar 312.2

Сыту пӀэрэ Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуа гъэсэныгъэхэмрэ уазхэмрэ апхуэдизу щӀафӀэмыфӀар члисэхэм? Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэм Ӏимансызхэм мыгъуэрэ кӀуэдыжыныгъэрэ къащыхуихькӀэ, абы хэту захуащӀэ цӀыхухэм гуфӀэгъуэрэ насыпкӀэ къегъэгугъэр. ЛӀэщӀыгъуэ псоми а пэжыгъэ иным Тхьэм хуэпэж и бынхэм я гур фӀы ищӀу, игъэпсэхуурэ къекӀуэкӀащ, атӀэ сыт иджы ар щӀэхъуар Мэсихьи хуэдэу, «цӀыхухэр зыгъэлъэпэрапэ мывэ икӀи дэхьэхыныгъэхэм я къыр» Абы и лъэпкъым дежкӀэ? Езы КъегъэлакӀуэм гъэгугъэныгъэ и гъэсэнхэм яритат: «СыкӀуэрэ, псэупӀэ фхуэзгъэхьэзыра нэужь, аргуэру къэзгъэзэжынурэ си деж фысшэнущ» (Ин. 14:3). ГущӀэгъулы КъегъэлакӀуэм зэхищӀыкӀт и гъуэгу ирикӀуэхэм я закъуэу къэнауэ зэрызэхащӀэмрэ я гуауэмрэ, арати, и мелыӀычхэм унафэ яхуищӀри щӀылъэм къигъэкӀуащ, Ар къызэрыкӀуэжынымкӀэ къэзыгъэгугъэ псалъэхэр абыхэм жраӀэу я гур фӀы хуащӀыжыну. Уафэм дэкӀуеиж я Дингъуазэ, фӀыщӀэу ялъагъум я нэр къызэрытрамыгъэкӀыным яужь ит еджакӀуэхэм я гулъытэр къыдахьэхащ мы псалъэхэм: «Галилейм илӀхэ, сыт фыщӀыщытыр уафэм фыдэплъейуэ? КъывбгъэдэкӀыжу уафэм дэкӀуеижа Хьиса къэкӀуэнущ аргуэру, Ар уафэм дэкӀуеижу зэрыфлъэгъуам хуэдэ къабзэу” (Деян. 1:11). МелыӀычхэм я псалъэхэм аргуэру абыхэм я гум гугъэ ирилъхьащ. ЕджакӀуэхэм «ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу Ерусэлим ягъэзэжри, Тхьэм и Унэм зэпымычу щыӀащ, Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэ хуащӀу» (Лк. 24:52, 53). АфӀэкӀа Хьиса зэрамыгъусэжыртэкъым, икӀи дяпэкӀэ езыхэр гугъуехьхэмрэ дунейм и дэхьэхыныгъэхэмрэ ебэнын зэрыхуейртэкъым ахэр зыщыгуфӀыкӀыр, атӀэ мелыӀычым къызэригъэгугъахэрт, Зиусхьэныр аргуэру къызэрыкӀуэнур къажриӀэу. GCKar 312.3

Мэсихь къызэрыкӀуэнум и хъыбарым дэ дигъэгуфӀэн хуейщ, пасэ зэманым зэрыщытам хуэдэу, мелыӀычхэм а хъыбарыр Вифлъеем щыщ мэлыхъуэхэм щыхуаӀуэтам хуэдэу. Пэж дыдэу КъегъэлакӀуэр фӀыуэ зылъагъухэм гуфӀэгъуэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыхащӀэнукъым, Тхьэм и Псалъэм тещӀыхьа хъыбарыр щызэхахкӀэ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэнымкӀэ чристэнхэм гугъэу яӀэу хъуар Зэпхар аргуэру къыщӀэкӀуэнур, къамыдэу, ягъэпуду Ӏумпэм ящӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ Ар къэкӀуэнущ къарурэ щӀыхьрэ иӀэу и лъэпкъыр къригъэлын папщӀэ. КъегъэлакӀуэр фӀыуэ зымылъагъухэм я закъуэщ хуэмейр Абы и къэкӀуэгъуэр къэсыну; члисэхэр Тхьэ пэжым къызэрыбгъэдэкӀам щыхьэт наӀуэ техъуащ, къигъэгубжьу, я жагъуэу ахэр зэрыӀущӀамкӀэ Уафэм кърагъэхьа хъыбарым. GCKar 313.1

Адвентистскэ гъэсэныгъэр къэзыщтахэм куууэ зэхащӀыкӀащ я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу Тхьэм и пащхьэ Ӏэсэ зэрыщыхъун зэрыхуейр. Куэдыр къебэ-небэу щытат Тхьэмрэ дунеймрэ къыхахынур ямыщӀэу, ауэ иджы абыхэм зэхащӀэрт зэхэгъэкӀыпӀэ зэманыр къызэрысар. «ГъадэщӀыдэр къызэрымыгуэкӀыу гъунэгъу къазэрыхуэхъуар абыхэм ялъагъут. Уафэр къапэгъунэгъу хъуат абыхэм, арати, Тхьэм и пащхьэ зэрыщымысэхэр зэхащӀащ”. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр дин гъащӀэм къыхуэушат. Абыхэм зэхащӀыкӀырт пӀалъэхэр къызэрыблагъэр, арати, я гъунэгъухэм я хьэкъ ятелъу зэхащӀэрт. Дунейм епха псори ӀэщӀыб ящӀат; къыпщыхъут абыхэм гъадэщӀыдэр къахузэӀукӀауэ, арати, хэдэн хуейт игъащӀэкӀэ щыӀэну насыпымрэ нэлатымрэ. Тхьэм и Духыр абыхэм яӀэт икӀи къару къаритт хуабжьу къафӀэӀуэхуу я къуэшхэми, гуэныхьыщӀэхэми зыхуагъэзэну, Тхьэм и махуэм псоми зыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ. Абыхэм махуэ къэс яӀэ псэукӀэм псалъэншэуи зэпымычу игъэкъуаншэрт фэрыщӀу, Тхьэм хуэмылажьэу Члисэм хэт цӀыхухэр. Мыдрейхэр хуейтэкъым я зэштегъэуным зыгуэрхэр зэран къыхуэхъуну, мылъку зыхуэлъэфэсыным, итӀанэ, дунейм пщӀэ щызрагъэгъуэтыным хуаӀэ хущӀэкъуныгъэм гъунапкъэ къыхуагъэувыну. Абы къыхэкӀкӀэ адвентистскэ фӀэщхъуныгъэр зымыдэхэу икӀи абы и хъыбарыр зезыхьэхэми хуэмыарэзыуэ, ягъэбийуэ зыкъомым зыкъаӀэтащ. GCKar 313.2

БегъымбарӀуатэ лъэхъэнэхэм тещӀыхьа щыхьэтыгъэхэм щыщӀэныгъэ лъэпкъ хэмылъу къыщӀэкӀати, пэжыгъэм и бийхэр къарууэ яӀэ псомкӀэ яужь итащ гузэрыдзэ ирагъэщӀыну абы дзыхь хуэзыщӀахэм, я фӀэщ ящӀыну пылъу, абыхэм мыхъурыр тегъэуауэ. Мыбдежым протестантхэм папистхэм я лъэужьыр яхуащ. Папскэ члисэм Библиер лъэпкъым щигъэпщкӀуу щытамэ, иджы протестантскэ члисэхэм уи фӀэщ ящӀыну хэтт, Тхыгъэ ЛъапӀэм и Ӏыхьэ мыхьэнэшхуэ зиӀэхэр — псом хуэмыдэу ди зэманым ехьэлӀа пэжыгъэхэр зэрытыр, — цӀыху акъылым зыхимыщӀыкӀыфыну. GCKar 314.1

Дин-лэжьакӀуэхэмрэ цӀыхубэмрэ трагъэчыныхьырт Данил и бегъымбарӀуатэхэмрэ КъызэӀузых Тхылъымрэ узыхунэмысыфын щэхуу щытхэу. АрщхьэкӀэ, Мэсихь и гъэсэнхэм гу лъаригъэтат, я зэманым зэщӀэн хуей Ӏуэхугъуэхэм епха Данил бегъымбарым и псалъэхэм икӀи яжриӀат: «Еджэм зыхрырещӀыкӀ» (Мф. 24:15). АтӀэ КъызэӀузых Тхылъыр щэхугъэу — зыхыумыщӀыкӀыфыну щыту жыпӀэныр а тхылъым и фӀэщыгъэцӀэм пэщӀоувэр: «Мы тхылъым итыр Хьиса Мэсихь, Тхьэм къритауэ къызэӀуихахэрщ, къыхуэпщылӀхэм яригъэлъагъун папщӀэ куэд мыщӀу къэхъун хуейхэр ... Я насыпщ мы бегъымбарӀуатэхэм еджэм, щӀэдэӀухэм, абы итхэр зыгъэзащӀэхэм; зэманыр къоблагъэри” (Откр. 1:1,3). GCKar 314.2

Бегъымбарым жеӀэр: «И насыпщ еджэм” — абы къегъэлъагъуэр емыджэни зэрыщыӀэнухэр, икӀи нэфӀщыхуэныгъэр абыхэм ялъысынукъым. «Я насыпщ едаӀуэхэм” — абы къегъэлъагъуэр а бегъымбарӀуатэхэм едэӀуэну зымыдэн зэрыщыӀэнур икӀи апхуэдэ цӀыхухэркъым нэфӀщыхуэныгъэ зыӀэрыхьэнухэр. «Я насыпщ абы итхэр зыгъэзащӀэхэм” — куэдым ядэнукъым КъызэӀузых Тхылъым сакъыныгъэурэ гъэсэныгъэурэ итхэр къащтэн, икӀи, дауикӀ, абыхэм ящыщ зыми хуитыныгъэ яӀэнукъым нэфӀщыхуэныгъэхэр Ӏыхьэ яхуэхъуну. КъызэӀузых Тхылъым апхуэдизу лъапӀэныгъэ пылъу зи гугъу ищӀ бегъымбарӀуатэхэмрэ дамыгъэхэмрэ щӀэнэкӀалъэ зыщӀ псори икӀи ЦӀыхум хуэдэу Къехам и къэкӀуэгъуэм зыхуагъэхьэзырын папщӀэ зи псэукӀэхэр зыхъуэжын зымыдэхэр къэнэнущ нэфӀщыхуэныгъэншэу. GCKar 314.3

Дух ЛъапӀэм и щыхьэтыгъэхэр яӀэу, дауэ тегушхуэфрэ цӀыхухэр КъызэӀузых Тхылъыр — ар узыхунэмысыфын щэхущ жаӀэну? Ар къащӀа щэхущ, къызэӀуха тхылъщ. КъызэӀузых Тхылъыр щыбджкӀэ, цӀыхум и акъылыр хуеунэтӀыр Данил и бегъымбарӀуатэхэм, икӀи а тхылъитӀым мыхьэнэшхуэ зиӀэ ущиехэр итщ — Тхьэм цӀыхухэм хъыбар къаригъэщӀащ дунейм и кӀэм къэхъун хуей хъугъуэщӀагъэхэм теухуауэ. GCKar 315.1

Яхья къыхузэӀуахат Члисэм и дежкӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхугъуэхэр. Абы илъагъут Тхьэм и лъэпкъым яӀэну щытыкӀэхэр, шынагъэ къапэплъэхэр икӀи Тхьэм Ӏэмал имыӀэу къызэрыригъэлынур. Абы илъагъут хъыбарыр ягъэӀуа нэужь, щӀылъэм хэгъуэм зэрыщыщӀидзэнур — пхырхэр щызэхуахьэсынур уафэ псэупӀэхэм папщӀэ икӀи хьэуазэри зэрызэхуахьэсынур мафӀэм папщӀэ. Абы къыхузэӀуахат мыхьэнэшхуэ зиӀэ пэжыгъэхэр, псом хуэмыдэу иужьрей Члисэм ехьэлӀауэ, пэжыгъэм зызыхуэзыгъэзахэм ящӀэн папщӀэ, къапэщылъ бэнэныгъэри шынагъуэхэри. Зыри къэнэн хуейкъым къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэм хамыщӀыкӀӀауэ кӀыфӀыгъэм хэту. GCKar 315.2

Сыт-тӀэ абы щыгъуэм гурыӀуэгъуэ зэрыпхуэщӀынур Тхьэм и Псалъэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ а Ӏыхьэхэр нэхъыбэм къазэрыфӀэмыӀуэхур? Сыту пӀэрэ апхуэдизу щӀыхуэмейхэр цӀыхухэр библейскэ щыхьэтыгъэхэр зыгурагъэӀуэну? Ар къызыхэкӀыр и гъэпцӀагъэхэр сэтей къэзыщӀ псори цӀыхухэм щигъэпщкӀуну кӀыфӀыгъэм и пщыр ерыщу зэрегугъурщ. КъызэӀузых Тхылъыр КъызыбгъэдэкӀа Мэсихь илъагъут ар цӀыхухэм ирамыгъэджыным ехьэлӀауэ бэнэныгъэу ирагъэкӀуэкӀыну псори, арати, и нэфӀ щӀыщихуар аращ бегъымбарӀуатэм щыщ псалъэхэм еджэнухэми, едэӀуэнухэми, зыгъэзэщӀэнухэми. GCKar 315.3

Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъ. — А гъэм Артаксеркс и унафэ къыдэкӀащ Ерусалим зэфӀагъэувэжу яухуэжын хуейуэ (еплъ Дан. 9:25; Езд. 7:7) икӀи щӀидзащ блыурэ 70 пӀалъэр зэщӀэным, е илъэс 490-м, (еплъ Дан. 9:24-27) икӀи махуэ 2300-хэм/ бегъымбарӀуатэу илъэсхэм (еплъ Дан. 8:14). GCKar 317.1

Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 408 гъ. — Ерусалим къалэм и блынхэр дращӀеижащ бегъымбарӀуатэу блыурэ 7, е илъэс 49-рэ дэкӀа нэужь (еплъ Дан. 9:25). GCKar 317.2

Ди лъэхъэнэм и 27 гъ. — Блыурэ 62-р бегъымбарӀуатэм е илъэс 434-м, ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 408 гъэм къыкӀэлъыкӀуэхэм, дыхуашэр Мэсихь Дух ЛъапӀэр къыхуехыу цӀыхухэм хуэлэжьэн щыщӀидзам, Ар ПсыщӀэгъауэ Яхья Иорданыпсым щыщӀигъэуам (еплъ Дан. 9:25-27; Мф. 3:13-17). БегъымбарӀуатэм щыщу блыурэ зы пӀалъэщ (илъэсиблщ) иджыри мызэщӀауэ къэнэжыр блыурэ 70-м щыщу. GCKar 317.3

Ди лъэхъэнэм и 31 гъ. — Блыурэ 70-м щыщу иужьрей 7-м «и ныкъуэм” е икум хуэзэу «...Мэсихьыр ажалым иратынущ псоми къагъэнауэ» (Дан. 26, 27). Ди лъэхъэнэм и 31 гъэм Хьиса Мэсихь жорым кӀэраӀулӀауэ и гъащӀэр итащ дэр папщӀэ (еплъ Лк. 23:33,46; 1 Петр. 2:24). GCKar 317.4

Ди лъэхъэнэм и 34 гъ. — БегъымбарӀуатэу блыурэ 70-р щиухырщ. БегъымбарӀуатэу махуэ 2300-м щыщу япэ илъэс 490 хъур зэщӀа хъуащ. Данил и Тхылъым и е-9-нэ псалъащхьэм и усэхэу 24-27хэм къызэрыщыхьам хуэдэу, япэ лъэхъэнэр, илъэс 490-р хухахат иудей лъэпкъым, Тхьэм къыхиха лъэпкъ щхьэхуэу зэрыщытыр зыхащӀэу я къалэныр ягъэзэщӀэфыну Ӏэмал иратыну (еплъ Дан. 9:26,27). АрщхьэкӀэ, иудейхэм я къалэныр щахуэмыгъэзащӀэм, Инджылыр абыхэм къыӀахри мажусий лъэпкъхэм ягъэӀуну иратащ. Ди лъэхъэнэм и 34 гъэм иудейхэм мывэкӀэ яукӀащ чристэнхэм ящыщу япэу хьэзаб зрагъэшэча щихъ Стефан. А хъугъуэщӀагъэм деж щиухащ иудейхэм хухаха пӀалъэр — бегъымбарӀуатэм щыщ блыурэ 70-р (еплъ Деян. 7:54-60). БегъымбарӀуатэ 2300 махуэхэр /илъэсхэр иухыным иджыри къонэ илъэс 1810-рэ. GCKar 317.5

Ди лъэхъэнэм и 1844 гъ. — А гъэм щеухыр Данил бегъымбарым и е-8-нэ псалъэщхьэм и е-14-нэ усэхэм къыщыхьа лъэхъэнэр, илъэс 2300-р. А гъэм зэхэзыгъэкӀ хьэкумыр уафэм щекӀуэкӀын щыщӀедзэр, цӀыхухэр къэщэхужын Ӏуэхум и кӀэух Ӏыхьэм. Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ илъэс 457-мрэ ди лъэхъэнэр къихьа нэужь илъэс 1843-мрэ зэхэплъхьэмэ, илъэс 2300-рэ мэхъу. Артаксеркс и унафэр къыщыдэкӀар ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм и щӀэдзапӀэрауэ щытамэ, абы щыгъуэ махуэ 2300-р нэсынут ди лъэхъэнэм и 1843 гъэм и ужь махуэм. Ауэ унафэм къару щигъуэтар ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм и бжьыхьэрщ; аращи, махуэ 2300-кӀэ къэгъэлъэгъуа лъэхъэнэр щиухын хуеяр 1844 гъэм и бжьыхьэрщ. GCKar 317.6