Бэнэныгъэ ин
17 ӀЫХЬЭ—НЭХУЩ ПШЭПЛЪЫМ И ПХЪЭРХЭР
Тхьэм цӀыху лъэпкъыр къызэрыригъэл и Ӏуэхур и кӀэм нигъэсыну, Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэным теухуа пэжыгъэрщ нэхъ лъапӀэ дыдэу икӀи нэхъ ин дыдэу Библием къытхузэӀуихыр. «КӀыфӀыгъэ аузымрэ лӀэныгъэм и ныбжьымрэ” апхуэдиз зэманкӀэ Ӏэпхъуэшапхъуэу щызэхэзекӀуа Тхьэм и лъэпкъым, гъэгугъэныгъэу къратащ «ГъащӀэрэ къэхъужыныгъэу» Щытыр ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэнур, хэкум ирахуа и бынхэр аргуэру зэхуишэсыжыну. Ар икъукӀэ гугъэ лъапӀэщ. ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуа гъэсэныгъэр Тхыгъэ ЛъапӀэм и купщӀэ нэхъыщхьэщ. Япэ зэщхьэгъуситӀым я щхьэр ехьэхауэ Жэнэт хадэр зэрабгынэрэ, фӀэщхъуныгъэм и бынхэм пэплъэн щӀадзащ Къызэрагъэгугъар къыщыкӀуэнум, узыгъэунэхъум и тепщэныгъэр зэхикъутэу, яфӀэкӀуэда жэнэтыр къаритыжыну. ЩӀыхь иӀэу Мэсихь къызэрыкӀуэнурт ижь-ижьыж лъэхъэнэм псэуа лӀы щихъхэми гугъапӀэу яӀэ псори зэпхауэ щытар. Енох, Ӏэдэм и щӀэблэ ебланэр, «Тхьэм и пащхьэ щызекӀуэу” илъэс 300-кӀэ щӀылъэм щыпсэуам, пщӀэшхуэ къыхуащӀу кърагъэлъэгъуат къэкӀуэну ЩхьэхуитщӀыжакӀуэр. «Мес, къокӀуэр Зиусхьэныр, пхуэмыбжын мелыӀыч куэдыкӀей щӀыгъуу — псоми хьэкум ятрищӀэну” (Иуд. 14, 15). Ди адэжь Аюби и гугъуехь жэщхэм ящыщ зым хэӀэтыкӀауэ щыжиӀат быдэу иӀэ гугъапӀэр: «АтӀэ сэ сощӀэр, си ЩэхужакӀуэр псэущ! Къемэтмахуэм Абы мы си Ӏэпкълъэпкъ фыр щӀым къыхихыжынурэ сыкъызэфӀигъэувэжынущ. Си пкъым ситыжу сэ Тхьэр слъагъунущ! НэгъуэщӀым и нэкӀэкъым, атӀэ сэ езым Ар си нитӀымкӀэ слъагъунущ» (Иов 19:25-27). GCKar 276.1
Пэжыгъэм и Пащтыхьыгъуэм щӀригъэдзэну Мэсихь къызэрыкӀуэну Ӏуэхугъуэм, тхыгъэ лъапӀэхэр зытхыжахэм ягухэр хигъахъуэурэ уи гур фӀы зыщӀ, узыгъэгушхуэ псалъэхэр яригъэтхащ. Библейскэ усакӀуэхэмрэ бегъымбархэмрэ къагъуэтырт псалъэ, уафэ мафӀэкӀэ узыщӀэзыгъанэу. ЗэчырусакӀуэм уэрэд хуигъэӀурт Израилым и Пащтыхьым и къарумрэ и лъапӀагъэмрэ: «Зи дахагъэр нэгъэса Сион Ӏуащхьэм, Тхьэм и нэхур къытрегъапсэ. КъокӀуэр ди Тхьэр, зиущэхуауэкъым къызэрыкӀуэр... Абы уэгури щӀыгури къреджэр щыхьэт ищӀыну, и лъэпкъым хьэкум трищӀэнущи» (Пс. 49:2-4). «ГуфӀэгъуэшхуэ ираӀэт уафэхэм; щӀылъэри ирегуфӀэ; хыхэми, абыхэм хэс псоми хъухъу-щыщ макъхэр ирырагъэӀу ... Зиусхьэным и пащхьэ; Ар къокӀуэ, къокӀуэ хьэкум трищӀэну щӀылъэм. ЗахуагъэкӀэ трищӀэнущ хьэкум Дунеибэм, и пэжыгъэмкӀэ — и лъэпкъым» (Пс. 95:11,13). GCKar 276.2
Бегъымбар Есихь жеӀэр: «Уи лӀахэр къэхъужынущ, хьэдэхэр къызэфӀэувэжынущ! ЩӀым щӀэлъхэр фыкъэуш, гуфӀэгъуэ уэрэдхэр жыфӀэ! Зиусхьэным и уэсэпсыр къытесэнурэ щӀылъэм, кхъэм щӀэлъхэр къиутӀыпщыжынущ». «ИгъэкӀуэдыжынущ лӀэныгъэр игъащӀэкӀи! «Зиусхьэну Тхьэм щӀилъэщӀыкӀыжынущ и цӀыху дэтхэнэми и нэпсхэр, щӀылъэм дэнэкӀи и лъэпкъым напэтехыгъэу ирапэсар трихыжынущ. Аращ жиӀар Зиусхьэным. А махуэм жаӀэнущ: «Мес Ар, ди Тхьэр! Абы дыщыгугъати, дыкъригъэлащ! Ар Зиусхьэнщ, дэ ди фӀэщ хъут Ар! ДыгуфӀэнщ, дигухэр хрырехъуэ, Абы дыкъригъэлащи” (Ис. 26:19; 25:8, 9). GCKar 277.1
Уэхьий къыхуригъэхри, Тхьэм бегъымбар Аввакум иригъэлъэгъуат къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэр: «Тхьэр къокӀуэр ТеманкӀэ къикӀыу, Щихъыр къокӀуэр Паран бгымкӀэ къикӀыу! [Макъамэр] Абы и лъапӀагъэм уафэр щӀехъумэр, Абы и щӀыхьыр щӀылъэм щыз хъуащ! Абы и лыдыныгъэр дыгъэм и нэхум хуэдэщ”. «Ар тэджри — щӀылъэр зджызджащ, къаплъэри — лъэпкъхэр зэкӀэщӀэзызащ. ГъадэщӀыдэ бгыжьхэр къызэтеуащ, пасэрей Ӏуащхьэхэри сеижащ. Ауэ Абы и гъуэгухэр мыкӀуэдыжынщ!». «Уишхэм, текӀуэныгъэр къэзыхь уи гузэрыхъэхэм ущӀэшэсар ара?.. Укъыщалъагъум, бгыхэр къэскӀащ, псыхэри къиуащ, кууупӀэ щӀэншэр къикъуэлъыкӀри и толъкъунхэр къэукъубеящ. Уафэм дыгъэри мазэри я пӀэм щижыхьащ, уи шабзэшэ лыдхэр, хъуэпскӀыр къызэпих уи бжы джыджхэр къыщалъагъум. ... Уэ укъэкӀуащ уи лъэпкъыр щхьэхуит пщӀыжыну, Уэ къыхэпхахэр къебгъэлыну” (Авв. 3:3-13). GCKar 277.2
И гъэсэнхэм ябгъэдэкӀыжын ипэ, КъегъэлакӀуэм абыхэм ягухэр фӀы яхуищӀыжат здэнэщхъейхэм, быдэу я фӀэщ ищӀу аргуэру къызэрыкӀуэнур: «Фигухэр зыкӀи фымыгъэныкъуэ... Си Адэм и унэм псэупӀэ куэд щыӀэщ... «Сэ фэ псэупӀэ фхуэзгъэхьэзырыну сокӀуэ». СыкӀуэрэ, псэупӀэ фхуэзгъэхьэзыра нэужь, аргуэру къэзгъэзэжынурэ си деж фысшэнущ» (Ин. 14:1-3). «ЦӀыхум хуэдэу Къехам щӀыхьышхуэ иӀэу, мелыӀыч лъапӀэ псори дэщӀыгъуу къэкӀуэжа нэужь, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэнурэ лъэпкъ псори Абы и пащхьэ щызэхуашэсынущ» (Мф. 25:31,32). GCKar 277.3
Мэсихь уафэм дэкӀуеижа нэужь, Елеон бгым деж зыщызыӀэжьа мелыӀычхэм, къытрагъэзэжри Мэсихь и гъэсэнхэм иджыри зэ къыжраӀат Ар къызэрыкӀуэжынум и гъэгугъэныгъэр: «КъывбгъэдэкӀыжу уафэм дэкӀуеижа Хьиса къэкӀуэнущ аргуэру, Ар уафэм дэкӀуеижу зэрыфлъэгъуам хуэдэ къабзэу” (Деян. 1:11). Апостол Павели, Дух ЛъапӀэм и гур къигъэнэхури щыхьэт техъуащ а Ӏуэхугъуэм: «Тхьэм и мелыӀыч пашэмрэ Тхьэм и бжьамиймрэ хъыбар дагъащӀэу Езы Зиусхьэныр уафэм къехынущ» (1 Фес. 4:16). Хы тӀуащӀэ Патмос щыӀа бегъымбарми жеӀэр: «Мес, къокӀуэр Ар уафэ пшэхэм хэту, псоми я нэкӀэ ялъэгъунущ Ар» (Откр. 1:7). GCKar 278.1
Абы и къэкӀуэжыгъуэ зэманым ирихьэлӀэу «Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ жаригъэӀа псори зэтригъэувэжынущ» (Деян. 3:21). Абы щыгъуэм бзаджагъэм и тепщэныгъэм кӀэ къыхуагъэкӀуэнущ; «дунейм и пащтыхьыгъуэр” хъунущ «Уахътыншэу ди Тхьэмрэ Абы и Мэсихьрэ я Пащтыхьыгъуэ. Тхьэр игъащӀэкӀи гъадэщӀыдэу тепщэнущ» (Откр. 11:15). «Тхьэм и щӀыхьыр къэлъэгъуэнурэ дэтхэнэ зы цӀыхуми ар ялъагъунущ» (Ис. 40:5). «Зиусхьэну Тхьэм и щыпкъагъэмрэ и щытхъумрэ лъэпкъ псоми наӀуэ яхуищӀынущ» (Ис. 61:11). «Уафэ-Дзэпщ Зиусхьэныр а махуэм таж гъуэзэджэ, дыщэ пыӀэ дахэ яхуэхъунущ къела и лъэпкъым» (Ис. 28:5). GCKar 278.2
Апхуэдиз зэманкӀэ цӀыхухэр зэжьа Мэсихь и Пащтыхьыгъуэм щӀылъэм дэнэкӀи зыщиубгъунущ абдежым. «Тхьэм Сион нэплъэгъуэ иригъэлъагъужынущ, зэхэкъутауэ иӀэхэр зэфӀигъэувэжынущ. Къумхэр жэнэтым хуэдэ, губгъуэ нэщӀхэр Зиусхьэным и жыг хадэм хуэдэ ищӀынущ” (Ис. 51:3). «Ливан и щӀыхьыр абы къратынущ, Кармилрэ Саронрэ я дэгъуагъэри иӀэ хъунущ» (Ис. 35:2). АфӀэкӀа «къагъэнащ» жаӀэу къыпхужаӀэжынукъым. Уи щӀыналъэми «нэщӀ хъуащ” хужаӀэжынукъым, атӀэ уэ «си гуфӀэгъуэщ» къыпфӀащынур, уи щӀыналъэми — «Си пщащэщ» зэреджэнур, Тхьэр уэ къыпщогуфӀыкӀри, уи хэкуми лӀы имыӀэу къэнэнукъым” (Ис. 62:4, 5). GCKar 278.3
Зиусхьэныр къызэрыкӀуэжынум сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми Абы къыхуэпэжу и гъуэгу ирикӀуэу псэуахэм гугъэ лъапӀэ къариту, игъэгушхуэу щытащ. Елеон бгым деж и гъэсэнхэм сэлам щарихыжым, КъегъэлакӀуэм ахэр къигъэгугъащ къигъэзэжыну. А гугъэм Абы и гъэсэнхэм я къэкӀуэнур гуфӀэгъуэкӀэ къигъэнэхуати, сыт хуэдэ гузэвэгъуэми гъэунэхуныгъэхэми ялъэкӀынутэкъым ар фӀагъэкӀуэдыну е нэхъ мащӀэ ящӀыну. Зэрахуэу гугъуехьхэр здашэчым, «Тхьэ инымрэ ди КъегъэлакӀуэ Хьиса Мэсихьрэ къызэрылъэгъуэнур” абыхэм я дежкӀэ «насып къезыт гугъэ лъапӀэт». Фессалоник къалэ дэс чристэнхэм гуӀэжрэ нэщхъейуэ я Ӏыхьлыхэр, Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэм псэууэ ирихьэлӀэну быдэу щыгугъахэр, дунейм ехыжауэ щыщӀалъхьэм, абыхэм я гъэсэн апостол Павел гу лъаригъэтащ лӀахэр къызэрыхъужынум — КъегъэлакӀуэр къыщылъагъуэну зэманым къэхъуну Ӏуэхугъуэм. Мэсихь фӀэщхъуныгъэ хуиӀэу дунейм ехыжахэр абы щыгъуэ къэхъужынурэ, псэухэм я гъусэу «драхьеинущ”, хьэуам хэту Зиусхьэным ӀущӀэн папщӀэ. «Аращи, — жеӀэр абы, — игъащӀэкӀэ Зиусхьэным дригъусэнущ”. «Аращи, мы псалъэхэмкӀэ зыр зым и гур фӀы хурыращӀ» (1 Фес. 4:16-18). GCKar 278.4
Хьиса фӀыуэ илъэгъуа гъэсэным, къырылъэ хы тӀуащӀэ Патмос щыӀэу, зэхихащ гъэгугъэныгъэ: «Пэжщ, Сэ куэд мыщӀу сыкъэкӀуэнущ!», икӀи абы и жэуап хэӀэтыкӀар тхьэлъэӀум хуэдэт икӀи Члисэр лӀэщӀыгъуэ псоми зыхуеяр къегъэлъагъуэ: «Амин! КъакӀуэ, Зиусхьэн Хьиса!» (Откр. 22:20). GCKar 279.1
ЦӀыху щихъхэмрэ хьэзаб лӀэныгъэ зрагъэшэчахэмрэ пэжыгъэм щыхьэт щытехъуа лъэхъуэщхэм, мафӀэ бзийхэм икӀи лӀыукӀыпӀэхэм къиӀукӀыу лӀэщӀыгъуэ псоми къыпхоӀукӀ фӀэщхъуныгъэмрэ гугъэмрэ я макъхэр. Абыхэм ящыщ зы чристэным къеӀуэтэжыр: «Хьиса лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар быдэу я фӀэщ хъууэ, — апхуэдэуи езыхэри къызэрыхъужынур, Ар къыщыкӀуэжкӀэ я фӀэщ хъууэ», «ахэр лӀэныгъэм щышынэртэкъым икӀи лӀэныгъэм ахэр текӀуэрт”. Ахэр арэзыт кхъэ мащэм ехыну, иужькӀэ «щхьэхуит хъужауэ абы къикӀыжын” папщӀэ. Ахэр пэплъэрт Зиусхьэным «Адэм и щӀыхьым хуэдэ иӀэу уафэпшэм хэту» къэкӀуэнум, и Пащтыхьыгъуэр щыпкъэхэм папщӀэ Зыгъэувынум. Вальденсхэм апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ яӀэт. Уиклифи ежьэрт ЩэхужакӀуэр къыщыкӀуэжынум, Члисэм и гугъапӀэм хуэдэу. GCKar 279.2
Лютер жиӀэрт: «Сэ си фӀэщ мэхъу къемэтмахуэр илъэс 300 нэхъ дэмыкӀыу къызэрысынур. Тхьэр хуеинукъым икӀи нэхъыбэрэ хуэшэчынукъым мы дуней нэмысыншэр... Махуэ иныщэр къоблагъэр, дуней цӀапӀагъэм мы и пащтыхьыгъуэр щытрадзынур”. GCKar 279.3
«Жьы хъуа мы дунейм къыхуэнэжа щыӀэкъым”, — жиӀэрт Меланхтон. Кальвини фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я фӀэщ ищӀырт, еущиерт: «шэч къытрамыхьэну, ауэ щыгугъыу пэплъэну Мэсихь къызэрыкӀуэжынум, хъугъуэщӀагъэ нэхъ ин дыдэу къэхъуахэм я Ӏуэхугъуэ нэхъыфӀ дыдэм хуэдэу, абы къыхигъэщхьэхукӀырт «чристэн унагъуэ псори а махуэм пэплъэн зэрыхуейр... дэ Мэсихь дыхуэлӀэу зыхэтщӀэн хуейщ; дэ Ар къэтлъыхъуэн хуейщ, дегупсысын хуейщ Абы, ди Зиусхьэным и Пащтыхьыгъуэм и щӀыхьыр зэрыщыту къыщигъэлъэгъуэну а махуэ иныщэм и нэхущ пшэплъыр къимыщӀыху”. GCKar 279.4
«Ди Зиусхьэн Хьиса цӀыху Ӏэпкълъэпкъ имыӀэу уафэм дэкӀуеижауэ щыт? — жиӀэрт Нокс, шотландскэ реформаторым. — ИкӀи Ар аргуэру къэмыкӀуэжыну щыт? Дэ дощӀэр Ар къызэрыкӀуэжынур икӀи а Ӏуэхугъуэр псынщӀэу къэсынущ”. Пэжыгъэм папщӀэ зи гъащӀэр зыта Ридлии Латимери я фӀэщ хъууэ ежьэрт Зиусхьэныр къыщыкӀуэжынум. Ридли итхащ: «Сэ си фӀэщ мэхъу икӀи шэч лъэпкъ къытесхьэркъым мы дунейр и кӀэм зэрыхуэкӀуэр. Аращи, Тхьэм и пщылӀ Яхья и гъусэу, еуэ дигу псомкӀэ ди КъегъэлакӀуэ Хьиса Мэсихь зыхуэдывгъэгъазэ: «Амин! КъакӀуэ, Зиусхьэн Хьиса, къакӀуэ!» — жытӀэу. «Зиусхьэныр къызэрыкӀуэжынум теухуа гупсысэхэр, — жиӀэрт Бакстер, — си дежкӀэ си гур хэзыгъахъуэ, гуфӀэгъуэ нэхъ ин дыдэщ». «Тхьэм и цӀыху щыпкъэхэм я фӀэщхъуныгъэри я хьэлри зыхэплъагъуэр, абыхэм я гум щагъафӀэу икӀи насыпыфӀэ зыщӀхэу, щыгугъыу, Хьиса къызэрыкӀуэжынум зэрыпэплъэрщ. ЛӀахэр къыщагъэхъужкӀэ, иужь дыдэ бийр — лӀэныгъэр — зэрагъэкӀуэдыжынум — абы фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр тригъэгушхуэн хуейщ яфӀэщу Тхьэ елъэӀуну икӀи ЕтӀуанэу Мэсихь къызэрыкӀуэнум хуэлӀэнухэу, нэгъэсауэ текӀуэныгъэр къыщахьынум». «Нэхъ псынщӀэу а махуэр къызэрысынум пэплъэн хуейщ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори, я фӀэщ хъууэ; а махуэм зэфӀэкӀынущ ахэр къызэращэхужа лэжьыгъэр икӀи абыхэм я псэхэр зыщӀэхъуэпса, зыхущӀэкъуа псори къэхъунущ. Уо, Зиусхьэн, къэпӀащӀэ, нэхъ гъунэгъу къэщӀ а махуэ насыпыфӀэр!” Аращ гугъапӀэу яӀар апостолхэм я Члисэми, «къумым щыӀа Члисэми”, реформаторхэми. GCKar 280.1
БегъымбарӀуатэм жиӀэ къудейкъым Мэсихь къыщӀэкӀуэнум имыхьэнэр, аркъызэрыхъунущӀыкӀэр, атӀэ нэщэнэхэр къегъэлъагъуэр ар къызэрыблагъэр къызэращӀэфынухэр. Хьиса жеӀэр: «Нэщэнэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ” (Лк. 21:25). «А махуэхэм, гузэвэгъуэ лъэхъэнэм иужькӀэ ... «дыгъэр иубыдынущ, мазэми нэху идзынукъым, вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ, уафэм щыӀэ къарухэри зэкӀэщӀэзызэнущ». ИтӀанэ къалъагъунущ ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар уафэпшэхэм хэту къаруушхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу къакӀуэу» (Мк. 13:24-26). Дин-щӀэныгъэлӀ Яхья мыпхуэдэу щытыну етх ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и япэ нэщэнэхэр: «Апхуэдизу ину щӀыр хъеяти, дыгъэр кӀыфӀыбзэ хъуащ щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэу, мазэри зэрыщыту лъым хуэдэу плъыжь хъуащ” (Откр. 6:12). GCKar 280.2
А нэщэнэхэр къэхъуащ ХӀХ лӀэщӀыгъуэр щӀидзэным ипэ. 1755 гъэм апхуэдизу хуабжьу щӀыр хъеяти, дунейр зэрыщыӀэрэ тхыдэм къыхэщыжауэ абы нэхърэ нэхъ ин щыӀакъым, уэхыу ихъуреягъыр зэхэзы къутауэ. Ар цӀэрыӀуэ зэрыхъуар Лиссабонскэ жаӀэу щытми, абы и къарур Европэми, Африкэми, Америкэми я щӀыналъэ куэдым ялъэӀэсащ. Ар щызэхащӀат Гренландиеми, Вест-Индиеми, хы тӀуащӀэ Мадейри, Швециеми икӀи Норвегиеми, Великобританиеми икӀи Ирландиеми. Абы къызэщӀиубыдат километр зэбгъузэнатӀэу мелуанипщӀым щӀигъу щӀыналъэ. Африкэми апхуэдизу ину щӀыр щыхъеят, Европэми хуэдэу. Алжир и щӀыналъэм и нэхъыбэр зэхикъутат, къищынэмыщӀауэ, Мароккэ пэмыжыжьэу щӀы хъурейм и кууупӀэ щӀэншэм щӀиубыдат цӀыху миний е минипщӀ хуэдиз зыдэса къуажэ. Испаниемрэ Африкэмрэ я Ӏуфэхэм хьэлэчу къэукъубея тенджызым и толъкъун иныщэхэр ятеуэри, къалэхэри щӀыналъэхэри трилъэсыкӀащ. GCKar 280.3
Испаниеми Португалиеми ямылейуэ щӀыр щыхъеящ. ЗэрыжаӀэжымкӀэ Кадис къалэ толъкъунышхуэ и инагъыр метр 20 хъууэ къытеуат. «Португалием нэхъ ин дыдэу щыӀэ бгыхэр и лъабжьэм нэсу хъеяхэт; ябыхэм ящыщ языныкъуэхэм я щыгухэр зэкӀэщӀэкӀщ аби, вулканхэм я кратерхэр къызэрыгъэхъури, мафӀэр къракӀутащ; къыр ямылейхэр къатекъутащ пэгъунэгъу жылагъуэхэм». GCKar 281.1
Лиссабон «япэщӀыкӀэ уафэгъуагъуэм хуэдэ макъ щӀы щӀагъымкӀэ къиӀукӀри, абы къыкӀэлъыкӀуэу занщӀэу иныщэу щӀыр хъеящ, арыххэу къалэм и нэхъыбэр зэхикъутащ. Дакъикъих зэманым къриубыдэу цӀыху мин 60 хуэдиз хэкӀуэдащ. ЯпэщӀыкӀэ хыр икӀуэтын щӀидзэри, псы лыджэ пшахъуэщӀхэр къыщӀигъэщат, арщхьэкӀэ, иужьым и лъагагъ хабзэм нэхъ ину метр 16-18 хуэдизкӀэ хыуалъэм зыкъиӀэтыжащ. Лиссабон щӀыр щыхъеям щыгъуэ нэгъуэщӀ телъыджэлажьэу къэхъуахэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ, щӀэуэ хы Ӏуфэм щаухуауэ щыта нэпкъыр, мрамор къабзэм къыхащӀыкӀар дуней губжьам зэрызэтрикъутар. Абдежым цӀыху куэд щызэхуэсауэ щытат, къутахуэ къатехуэхэм зыщахъумэн я гугъэу, арщхьэкӀэ напӀэзыпӀэм нэпкъыр зэрыщыту хым щӀиубыдащ икӀи зэшэзэпӀэу кӀуэдахэм ящыщу зы цӀыху псы гущӀыӀум щыплъагъужакъым”. GCKar 281.2
ЩӀы щӀагъым къикӀа къарум «асыхьэтым зэтрикъутащ члисэ, къулъшырыф псори, къанэ щымыӀэу ухуэныгъэ инхэри, псэуалъэ унэхэу къалэм дэтым я Ӏыхьэ плӀанэр. ЩӀыр хъея нэужь, сыхьэтитӀ хуэдиз дэкӀри, къалэм и куей языныкъуэхэм мафӀэс къыщыхъуащ, арати, махуищым и кӀыхьагъкӀэ къалэм мафӀэр хьэжьэражьэу дэтащ, икӀи и кӀэм нэсу игъэкӀуэдыжащ. ЩӀыр щыхъеяуэ щытар махуэшхуэу ирихьэлӀати, члисэ псоми къулъшырыфхэми цӀыхухэр щӀэзт, арати, цӀыху мащӀэ дыдэщ абыхэм ящыщу къелар”. «ЦӀыхухэр зэщӀэзыубыдауэ щыта гужьеигъуэр къыпхуэӀуэтэжынукъым. Зыри гъыртэкъым, нэпс щыӀэтэкъыми. ЦӀыхухэр зэ зы лъэныкъуэкӀэ, зэ нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ жэхэрт; гужьеярэ ящӀэнур ямыщӀэжу, къэхъуари къагурымыӀуэу, ахэр я бгъэгухэм еуэжурэ кӀийхэрт: «Дуней къутэжыгъуэр къэсащ!” — жаӀэу. Анэхэм я бынхэр ящыгъупщэжауэ, жор ящӀу къажыхьырт. Я насыпыншагъэти, куэдым зэрызыкърагъэлын къалъыхъуэу члисэм щӀэлъадэхэрт, къэзыхъумэн къалъыхъуэу, ауэ алейуэт причастие жыхуаӀэр зэращӀри, алейуэт насыпыншэ цӀыхухэм щӀым зытрадзэурэ тхьэнапэхэм я дежкӀэ я Ӏэр зэрашийр, дин-лэжьакӀуэхэри цӀыхубэри къутахуэхэм щӀипӀытӀащ”. ИужькӀэ къызэращӀащи, а махуэ шынагъуэм цӀыху мин 90 хуэдиз хэкӀуэдащ. GCKar 281.3
Илъэс 25-рэ дэкӀа нэужь, бегъымбарӀуатэм зи гугъу ищӀа нэгъуэщӀ нэщэнэри къэхъуащ, дыгъэмрэ мазэмрэ иубыдынущ жыхуиӀар. Абы нэхъ гъэщӀэгъуэн дыдэу хэлъыр, а хъугъуэщӀагъэр къызэрыхъуарщ, жыхуаӀауэ щыта зэман дыдэм ирихьэлӀэу. Елеон Ӏуащхьэм тесу, и гъэсэнхэм щепсэлъылӀэм, Хьиса абыхэм яжриӀат гузэвэгъуэ лъэхъэнэ Члисэм зэриӀэнур — илъэс 1260-кӀэ папскэ зехуэныгъэхэр зэрыщыӀэнур, а махуэхэр зэрагъэкӀэщӀынури яжриӀат; Абы апхуэдэуи и гугъу ищӀат Езыр къэкӀуэжын ипэ къэхъун хуей хъугъуэщӀагъэ гуэрхэм теухуауэ икӀи абыхэм ящыщу япэхэр къыщыхъуну зэманыр къыхигъэщат: «Нэщэнэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ”, — щыжиӀам (Мк. 13:24). Лъэхъэнэр — махуэ 1260-р е илъэсхэр 1798 гъэм иухащ. А зэманыр къэсыным иджыри илъэс тӀощӀрэ тху хуэдиз иӀэжу зехуэныгъэхэр увыӀэжыпауэ жыпӀэ хъунущ. Зехуэныгъэхэр иуха нэужь, Мэсихь зэрыжиӀамкӀэ, дыгъэр иубыдын хуейт. 1780 гъэм май мазэм и 19-нэ махуэм, кӀыфӀыгъэ телъыджэм АнглиещӀэм и уафэр зэрыщыту щӀихъумауэ зэрыщытар, зэи къэмыхъуа хъугъуэщӀагъэу икӀи зищӀысри къызыхэкӀари къахуэмыщӀауэ къонэр”. GCKar 282.1
Ар зи нэгу щӀэкӀахэм ящыщ зым, Штат Массачусетс дэсам мыпхуэдэу къеӀуэтэж: GCKar 282.2
«Пщэдджыжь уафэ бзыгъэм дыгъэр къыкъуэкӀащ, ауэ щӀэх дыдэу ар пшэхэм щӀахъумащ, пшэхэр кӀуэ пэтми нэхъ лъахъшэ хъурт. А пшэ фӀыцӀэжь шынагъуэхэм зэман-зэманкӀэрэ къыпхидзырт уафэхъуэпскӀхэр; уафэр къэгъуагъуэри мащӀэу уэшх къешхащ. Пщэдджыжьым сыхьэтибгъу хуэдэхэм пшэхэр тӀэкӀу зэкӀэщӀэкӀащ икӀи гъуаплъафэ-гъуэжьыфэ къэхъуахэщ, арати, щӀылъэри, къуршхэри, жыгэри, ухуэныгъэхэри, псыхэри, цӀыхухэри — псоми я фэм захъуэжауэ къыпщыхъут а телъыджэлажьэ плъыфэм къыхэкӀкӀэ. Заул дэкӀри, пшэ фӀыцӀэжь домбейм зэрыуафэу щӀилъэфащ, уафэ джабэм дэкӀуэу лъэщӀэху кусэ тӀэкӀу фӀэкӀа къэмынэу, арати, гъэмахуэ пщыхьэщхьэм сыхьэтибгъухэм деж зэрыхъу хабзэм хуэдэу, дунейр кӀыфӀ хъуащ... GCKar 282.3
Хуэм-хуэмурэ цӀыхухэр гужьеигъуэм иубыдащ, гулэгущтэ хъуащ икӀи мыгурыӀуэгъуэу ягухэр къилъэту шынэ къащтащ. ЦӀыхубзхэр я унэ бжэщхьэӀухэм тетт икӀи щыму еплъхэрт кӀыфӀыгъэм; цӀыхухъухэм я лэжьыгъэхэр къагъэнауэ губгъуэхэм къикӀыжырт; пхъащӀэхэм я Ӏэмэпсымэхэр ягъэтӀылъыжырт; гъукӀэхэм кӀыщыр ябгынэрт; сатуущӀхэм я тыкуэнхэр зэхуащӀыжырт. Шынауэ кӀэзыз сабийхэр школхэм къаутӀыпщыжырт унэм ягъэкӀуэжу. Гъуэгуанэ тетхэр къыщызэтеувыӀэрт гъунэгъуу къагъуэт фермэхэм я пщӀантӀэхэм. Псоми я фэр пыкӀауэ зэгупсысри ягъэӀури зы упщӀэ закъуэт: «Сыт къэхъунур?» Къыпщыхъут, жьапщае шынагъуэ, къызэрымыгуэкӀ къару щӀэту къэралым къытеуэну, псоми кӀэ къыхуэкӀуауэ. GCKar 283.1
КӀэртӀоф уэздыгъэхэр щӀагъэнащ, пэшхьэкум мафӀэр нэхушхуэу къыщыблэрт, бжьыхьэ мазэхэ жэщым къызэрыблэм хуэдэу... Джэдхэр лъэуейхэм дэлъеижауэ жейрт, Ӏэщхэр хъупӀэхэм я бжыхьхэм екӀуэлӀэжауэ тхьэмыщкӀафэхэу бухэрт, хьэндыркъуакъуэхэр джэхэрт, бзухэм я пщыхьэщхьэ уэрэдхэр кърашырт, дэнэкӀи дзыгъуэнэфхэм къыщалъэтыхьырт. Ауэ цӀыхухэм ящӀэртэкъэ, дауикӀ, жэщ хъуным иджыри зэман куэд зэриӀэр... GCKar 283.2
Доктор Нафанаил Уиттейкер, Салем къалэ дэт пщыӀэ жыхуаӀэ члисэм и пасторым, Тхьэм и унэм зэӀущӀэ здригъэкӀуэкӀым, и уазым щыжиӀащ а кӀыфӀыгъэр езыр-езыру къызэрымыхъуар, атӀэ зэрытелъыджэлажьэр. НэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми цӀыхухэм Тхьэм и унэм зэӀущӀэ щрагъэкӀуэкӀырт. Ямыгъэхьэзырауэ жаӀэ уазхэм псори къыщеджэрт Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэу а Ӏуэхугъуэр зыгъэлъагъуэхэм... Псом хуэмыдэу нэхъ кӀыфӀу щытащ махуэм и сыхьэт пщыкӀутӀым”. «Къэралым и щӀыпӀэ куэдым махуэ шэджагъуэр апхуэдизу щыкӀыфӀати, кӀэртӀоф уэздыгъэ щӀэмыгъэнауэ сыхьэтым къигъэлъагъуэр къыпхуэлъагъунутэкъым, шэджэгъуашхэ ушхэфынутэкъым, уи унагъуэ Ӏуэхухэр пхуэщӀэнутэкъым... GCKar 283.3
КӀыфӀыгъэм зэщӀищтат щӀыпӀэ куэд — къуэкӀыпӀэмкӀэ Фалмаут щыщӀэдзауэ... къухьэпӀэмкӀэ жыжьэу пхыдза Коннектикутрэ Олбаниерэ я гъунапкъэхэм нэсыху. ИпщэкӀэ кӀыфӀыгъэм тенджыз Ӏуфэр зэрыщыту зэщӀиубгъуат, ищхъэрэкӀэ — нэхъ жыжьэ дыдэ американскэ жылагъуэхэми нэсырт”. GCKar 283.4
Дыгъэ къухьэжыгъуэ зэманыр къэсыным зы сыхьэт е сыхьэтитӀ нэхъыбэ имыӀэжу узыпхрымыплъыф кӀыфӀыгъэр тӀэкӀу зэкӀэщӀэкӀащ, уафэр щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэ тӀэкӀу къэнэхуащ, дыгъэри къыкъуэплъащ, япэми хуэдэу пшэ фӀыцӀэжьхэм щӀахъумэу щытами. «Дыгъэр къухьэжа нэужь, уафэм аргуэру пшэ фӀыцӀэжьхэр къытехьэри, псынщӀэ дыдэу кӀыфӀ хъун щӀидзащ. Жэщым и кӀыфӀагъри къызэрымыхъу хабзэу шынагъуэу щытат, махуэм щыӀа кӀыфӀыгъэм хуэдэу; мазэр иза щхьэкӀэ, уэздыгъэхэр умыӀыгъыу зыри къыпхуэлъагъунутэкъым, абыхэм я нэхур ерагъыут зэрыпхидзыр кӀыфӀыгъэ Ӏувым, мысырым узэпхрымыплъыф кӀыфӀыгъэ щыӀам хуэдэу, унэ гъунэгъухэм я уэздыгъэ блэхэр къызэрыпхуэлъагъу щыӀэтэкъым”. Ар зи нэгу щӀэкӀахэм ящыщ зым мыпхуэдэу къеӀуэтэж: «Сэ къысщыхъурт уафэм къыщыблэ дэтхэнэ зы нэхунэри, кӀыфӀыгъэ Ӏувым щӀихъумауэ, е ункӀыфӀыпауэ щытамэ, абы щыгъуэми щӀылъэр къэзыухъуреихьыну кӀыфӀыгъэр, иджы хуэдэу апхуэдизу узыпхрымыплъыфу щымытыну». Пщыхьэщхьэм сыхьэтибгъум мазэр изу къыкъуэкӀащ, арщхьэкӀэ «абы фӀыцӀагъэр зэкӀэщӀихуакъым, лӀэныгъэм хуэдэ кӀыфӀыгъэр». Жэщныкъуэ нэужьым, кӀыфӀыгъэр кӀуэдыжащ, арати, плъагъу хъуащ мазэр лъым хуэдэу зэрыплъыжьыбзэр. GCKar 283.5
А махуэр, 1780 гъэм и май мазэм и 19-нэ махуэр, тхыдэм хыхьащ «махуэ кӀыфӀыбзэ” жаӀэу. Муса бегъымбарым и зэманым щыщӀэдзауэ иджыри апхуэдэ къэхъуатэкъым апхуэдизу кӀыфӀыгъэ Ӏувым щӀыналъэ куэд зэщӀиубыдауэ икӀи зэман кӀыхьым къриубыдэу. А хъугъуэщӀагъэр зи нэгу щӀэкӀахэм къызэраӀуэтэжар тохуэр Тхьэм и псалъэхэм, Иоиль бегъымбарым ар зэщӀа хъуным лӀэщӀыгъуэ тӀощӀрэ тхурэ ипэкӀэ итхауэ щытам: «Дыгъэр кӀыфӀыгъэ хъунущ, мазэри лъым хуэдэу хъунущ Зиусхьэным и Махуэ иныр, шынагъуэр къэунэхун ипэ!» (Иоил. 2:31). GCKar 284.1
Мэсихь и лъэпкъым унафэ яхуищӀащ и къэкӀуэжыгъуэм и нэщэнэхэм кӀэлъыплъыну икӀи щыгуфӀыкӀыну, къэкӀуэну Пащтыхьыр гъунэгъу къызэрыхъум и хъыбар къэзыхьхэм. «Аращи, а Ӏуэхугъуэхэр къэхъуу флъагъумэ, фи бгыр захуэ фщӀыи фи щхьэр фӀэт — щхьэхуит фыщащӀыжыну зэманыр гъунэгъущи». Абы и гъэсэнхэм щапхъэу къахуихьащ гъатхэм жыгхэр къызэрытӀэпӀыр икӀи яжриӀащ: «Жыгхэр къэтӀэпӀу флъагъумэ, гъэмахуэр къызэрыблагъэр фощӀэ. Аращи, жыхуэсӀа Ӏуэхугъуэхэри къэхъуу щыфлъагъукӀэ Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр къызэрыблагъэр зэвгъащӀэ”, — жиӀэри (Лк. 21:28,30,31). GCKar 284.2
Ауэ Ӏэсэныгъэмрэ хуэпэжыныгъэмрэ я гупсэхэм я пӀэр пагагъэмрэ формализмэмрэ Члисэм зэрыщиубыдам къыхэкӀкӀэ, Мэсихь фӀыуэ ялъагъунри Абы и къэкӀуэжыгъуэр я фӀэщ хъунри апхуэдизу къафӀэмыӀуэхуж хъуащ. Тхъэжыгъуэхэм хущӀэкъуу, дуней Ӏуэхухэм итхьэкъуауэ здэщытым, Тхьэм и лъэпкъыу зызыбжыж цӀыхухэм, гулъытэ хуащӀакъым КъегъэлакӀуэм и къэкӀуэжыгъуэм теухуауэ жиӀа ущиехэм. ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуа гъэсэныгъэр гулъытэншэу къэнащ, а упщӀэм ехьэлӀауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит Ӏыхьэхэр тэмэму зэхэщӀыкӀыгъуэ ящӀыртэкъым икӀи фӀыуэ къагурыӀуэртэкъым, абы кърикӀуэу ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм теухуа пэжыгъэр зэращӀэж щыӀэтэкъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэу щытт Америкэм щыӀэ члисэхэр. Хуитыныгъэмрэ гъащӀэм яӀэ тыншыгъуэмрэ, дэтхэнэ зы цӀыхуми игъуэтыфыну щытхэм, я щхьэр яӀэтыну хуейуэ мылъкумрэ къулеягъэмрэ хущӀэкъуным, тыншу хэхъуэ зэрызрагъэгъуэтыным телӀэхэрэ цӀэрыӀуэ защӀыным, властыр зыӀэрагъэхьэным щӀэхъуэпсхэу, псоми къайхъулӀэфыну щыт хуэдэхэм, — а псом цӀыхухэм я гупсысэхэри я гугъапӀэхэри дуней нэпцӀым трагъэщӀыхьырт, жыжьэ ӀуагъэкӀуэту махуэ лъапӀэр, дунейм хабзэу щызекӀуэхэр щыкӀуэдыжынур. GCKar 284.3
И къэкӀуэжыгъуэм нэщэнэ хуэхъунухэр и гъэсэнхэм щажриӀэм, КъегъэлакӀуэм илъагъурт ЕтӀуанэу и къэкӀуэжыгъуэ дыдэм ипэ къихуэу цӀыхухэр хуабжьу Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀынур. Абы щыгъуэ дунейр Нухь и зэманым зэрыщытам хуэдэу щытынущ; цӀыхухэр дуней Ӏуэхухэм зэщӀаубыдэпарэ тхъэжыгъуэхэм зратауэ; щэн-къэщэхуным, сэн-вэным хэту, унэхэр яухуэу, къашэу, дэкӀуэхэу, Тхьэри къэкӀуэну гъащӀэри ящыгъупщэжыпауэ. Ди зэманым псэухэм къытхуэсакъыу ущие къыдитащ Мэсихь: «ФызэкӀэлъыплъыж, ефэ-ешхэным, фадэм, дуней Ӏуэхухэм фи псэр евгъэтхьэкъуу, фи щхьэр зыӀамыгъэхьэн щхьэкӀэ. Фыбэлэрыгъауэ а махуэр къэмысын щхьэкӀэ». «Аращи, сыт хуэдэ зэманми фымыбэлэрыгъыу Тхьэ фелъэӀу, къару фхурикъун папщӀэ, а къэхъун хуей къомым фыпхыкӀыу, ЦӀыхум хуэдэу Къехам и пащхьэ фихьэфыну” (Лк. 21:34,36). GCKar 285.1
Ди зэманым щыӀэ Члисэм и щытыкӀэр мыпхуэдэущ къызэригъэлъэгъуар КъегъэлакӀуэм: «Уэ упсэу хуэдэу къыпхужаӀэр, ауэ уэ улӀащ” (Откр. 3:1). Зыри къафӀэмыӀуэхуу щытыныр къэзыгъэнэну хуэмейхэм хуэгъэзащ къыкӀэлъыкӀуэ узыгъэсакъын псалъэхэр: «ЗыкъыумыщӀэжу щытмэ, убэлэрыгъауэ сынэкӀуэнущ, дыгъур къызэрыкӀуэм хуэдэу икӀи къэпщӀэнукъым сыныщынэкӀуэну зэманыр” (Откр. 3:3). GCKar 285.2
ЦӀыхухэм я щытыкӀэр зэрышынагъуэр зэхащӀыкӀыжу, зыхуагъэхьэзырын хуейщ иужьрей гъэунэхуныгъэхэм пыщӀауэ къэхъун хуейуэ къытпэплъэ хъугъуэщӀагъэ шынагъуэхэм. Тхьэм и бегъымбарым жеӀэр: «Иныщэщ Зиусхьэным и махуэр икӀи хуабжьу шынагъуэщ! Хэт ар зыхуэшэчынур?” (Иоил. 2:11). «Уи нэхэр апхуэдизу къабзэщи бзаджагъэм еплъыну я хьэлкъым» (Авв. 1:13) ЖыхуаӀар къыщылъагъуэкӀэ зыхуэшэчынур хэт? «Ди Тхьэ, Уэ удиТхьэу удолъытэ!” — жаӀэу кӀийхэм, ауэ Абы и зэухылӀэныгъэр зыкъутэхэм икӀи нэгъуэщӀ тхьэхэм хуэпщылӀхэм (Ос. 8:2, 1; еплъ апхуэдэуи Пс. 15:4), щӀэпхъаджагъэр ягу щагъэпщкӀуу икӀи нэмысыншагъэр фӀыуэ зылъагъухэм я дежкӀэ, Зиусхьэным и махуэр щытынущ «кӀыфӀыгъэу, нэху лъэпкъ къыпхимыдзу” (Ам. 5:20). «А зэманым Сэ уэздыгъэ сӀыгъыу Ерусалим къэсплъыхьынурэ «Тхьэм фӀыи Ӏеи ищӀэкъым”, жаӀэу зигукӀэ жызыӀэу, зызыгъэзыжу фадэм бгъэдэсхэр згъэпшынэжынущ» (Соф. 1:12). «Дунейм бзаджагъэу ящӀам щхьэкӀэ тезыр теслъхьэнущ — нэмысыншэхэми я щӀэпхъаджагъэхэм. ЗыкъызыфӀэщӀыжахэми гущӀэгъуншэхэми я пагагъэм кӀэ естынущ” (Ис. 13:11). «Дыщэми дыжьынми ахэр къригъэлыфынукъым». «Я мылъкухэр зэхадыгъуэнущ, я унэхэри нэщӀ ящӀынущ” (Соф. 1:18,13). GCKar 285.3
Ирмий бегъымбарым, а махуэр къыщыхуагъэлъэгъуам хэӀэтыкӀауэ жиӀащ: «Си псэр мэгузавэ, зыри жызмыӀэу схуэшэчынукъым. Зауэм къыхуезыджэ бжьакъуэ накъырэм и макъыр зэхызохри. Зы насыпыншагъэм адрейр къыкӀэлъокӀуэри” (Иер. 4:19,20). GCKar 286.1
«Губжьым и махуэу щытынущ а махуэр, насыпыншагъэм, мыгъуэм и махуэу, уи унагъуэбжэр щыхуэпщӀыжынум и махуэу, нэхуи-хупси щымыӀэу кӀыфӀыгъэм и махуэу, пшэ фӀыцӀэжьхэм, кӀыфӀзэхэтым я махуэу. Зауэ гуащӀэм къыхуезыджэ бжьамийм и макъыр щыӀу махуэу» (Соф. 1:15,16). «Мес къосыр Тхьэм и махуэр... щӀылъэр губгъуэ нэщӀ ищӀын, гуэныхьыщӀэу тетхэр тригъэкӀуэдыкӀын папщӀэ» (Ис. 13:9). GCKar 286.2
А махуэ иным гу лъыуигъатэу, Тхьэм и Псалъэм быдэу, ифӀэщу и лъэпкъыр къыхуреджэр диным ехьэлӀауэ я пӀэм ижыхьауэ щытыныр къагъанэу, хущӀегъуэжыныгъэрэ Ӏэсэныгъэрэ яӀэу, Тхьэр къалъыхъуэну: «Бжьакъуэ накъырэм фыщеуэ Сионым, гузэвэгъуэм и хъыбар щывгъэӀу си бгы лъапӀэм! ЩӀылъэм щыпсэухэр псори ирешынэ: къокӀуэ Тхьэм и махуэр, къэблэгъащ ар». «Бжьамийм фыщепщэ Сионым, нэщӀ исыну псоми яжефӀэ, я лэжьыгъэхэр кърагъанэ! Зэхуэфшэс лъэпкъыр, зэӀущӀэм къэкӀуэну псори къевджэ, къевгъэблагъэ тхьэмадэхэр, я сабийхэри къыздрашэ... Щауэри лэгъунэм къыщӀрекӀ, нысащӀэри унэм къыщӀрекӀ. Тхьэм и Унэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ я зэхуакум Тхьэм хуэлажьэ щоджэнхэр щрепыхьэ”. «Зыкъысхуэвгъазэ фигу псомкӀэ, фынэщӀу, фыгъуэгыу, фыгуӀэу. Ауэ фи щыгъынхэракъым, атӀэ фи гурщ фчатхъэнур. Вгъэзэж фи Зиусхьэн фи Тхьэм деж! Ар фӀыгъуэщ икӀи гущӀэгъулыщи, тэмакъкӀыхьщ икӀи куэду гууз-лыуз зиӀэщи» (Иоил. 2:1,15-17,12,13). GCKar 286.3
Тхьэм и лъэпкъым Зиусхьэным и махуэр яхуэшэчын папщӀэ зэхъуэкӀыныгъэшхуэхэр яӀэн хуейт. Тхьэм илъагъут и гъуэгу ирикӀуэ куэдым Уафэм хъугъуэфӀыгъуэ зэрыщызэхуамыхьэсыр, арати, и гущӀэгъум къыхэкӀкӀэ сакъыныгъэ хъыбар къахуригъэхьащ, ядэӀэпыкъун папщӀэ, зэщӀэнауэ, я пӀэм ижыхьауэ зэрыт щытыкӀэм къикӀыжу Зиусхьэным и къэкӀуэжыгъуэм зыхуагъэхьэзырын папщӀэ. GCKar 286.4
А сакъыныгъэ хъыбарыр итщ КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм, мелыӀычищым хъыбарыр ягъэӀуа нэужь, «щӀылъэм и гъавэр Ӏуихыжыну” ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар къэкӀуэжу здэтлъагъум. Япэ хъыбарым жеӀэр хьэкумыр къызэрысар. Бегъымбарым илъэгъуащ мелыӀыч «уэгум иту къэзылъэтыхьыр, мыкӀуэдыжын ХъыбарыфӀыр къихьу, дунейм цӀыхуу тетым, дэтхэнэ зы лъэпкъми, зы лӀакъуэми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэми яхуиӀуэтэну. Абы макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀэрт: «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, Абы хьэкум щищӀэну сыхьэтыр къэсащи; щхьэщэ хуэфщӀ уафэри, щӀыри, тенджызхэри, псынэхэри КъэзыгъэщӀам”, — жиӀэу” (Откр. 14:6, 7). GCKar 287.1
А хъыбарыр «мыкӀуэдыжын Инджылым» щыщ Ӏыхьэщ. Инджылыр ягъэӀуну зи пщэ далъхьар мелыӀычхэркъым, атӀэ цӀыхухэрщ. МелыӀычхэм къалэн щащӀащ а Ӏуэхум и унафэщӀхэу, цӀыхухэм диным я гупэ хуагъэзэным трагъэгушхуэу щытыну, ауэ Инджылыр гъэӀун Ӏуэхур щӀылъэм щызыгъэзащӀэхэр Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэрщ. GCKar 287.2
А хъыбарыр дунейм ирагъащӀэу щытащ Тхьэм хуэпэж цӀыхухэм, Тхьэм и Духымрэ Тхьэм и Псалъэм ит гъэсэныгъэхэмрэ едаӀуэхэм, — зызыхуагъазэу щытахэм «бегъымбарӀуатэ псалъэу пэж дыдэм», «кӀыфӀыгъэм къыщыблэ уэздыгъэм хуэдэу, нэху мыщыху, фи гум «Нэхущ вагъуэр” къыщыкъуэмыкӀыху” (2 Петр. 1:19). Ахэр Тхьэр къацӀыхуным нэхъыбэу хущӀэкъуащ, хъугъуэфӀыгъуэ нэгъуэщӀхэр зрагъэгъуэтыным нэхърэ, Ӏущыгъэ зрагъэгъуэтыныр яфӀэнэхълъапӀэти «Ӏущыгъэр дыжьыным нахърэ нэхъ лъапӀэщи, дыщэм нэхъри нэхъ фӀыгъуэшхуэ пылъщи» (Притч. 3:14). Арати, Зиусхьэным и Пащтыхьыгъуэм и пэжыгъэ инхэр абыхэм къахузэӀуихащ. «Зиусхьэным шынагъэ хузиӀэхэр игу илъхэм щегъэгъуазэ, ядищӀа зэгурыӀуэныгъэр зэрыпэжыр ягу къегъэкӀыж» (Пс. 24:14). GCKar 287.3
Еджа дин-щӀэныгъэлӀхэркъым пэжыгъэр къызыгурыӀуэу зыгъэӀуахэр. А еджагъэшхуэхэр къэрэгъул пэжхэу щытамэ, егугъунагъ яӀэу Тхьэ елъэӀуурэ Тхыгъэ ЛъапӀэр яджынут, итӀанэ ящӀэнут жэщыр къызэрысар; бегъымбарӀуатэхэм абыхэм къыхузэӀуахынут къэхъуну хъугъуэщӀагъэхэр. Ауэ ахэр сакъакъым, арати, Инджылым и хъыбарыр Тхьэм къызэрыгуэкӀ цӀыхухэм дзыхь яхуищӀащ. Хьиса жеӀэр: «Нэхур щыӀэху фызекӀуэ, кӀыфӀыгъэм фызэщӀимыубыдэн папщӀэ» (Ин. 12:35). Тхьэм къригъэх нэхур къэзымыщтэр е ар щыгъунэгъум деж къэзылъыхъуэну хуэмейр, — кӀыфӀыгъэм хэту къонэ. КъегъэлакӀуэм ди фӀэщ ещӀ: «Сэ дунейм сринэхущ, — жиӀащ Хьиса, — си яужь къиувэр, кӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэнукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур иӀэнущ» (Ин. 8:12). КъимыкӀуэту Тхьэм и Ӏэмырыр игъэзэщӀэну быдэу егугъуу икӀи къыӀэрыхьа нэхум пщӀэ хуищӀу, абы ипкъ иткӀэ псэум, апхуэдэм и нэр иджыри нэхъыбэу къызэӀукӀынущ; уафэ вагъуэр къыхуэблэнущ абы, пэжыгъэр зэрыщыту къыхузэӀуихын папщӀэ. GCKar 287.4
Мэсихь и Япэ къэкӀуэгъуэм дин-лэжьакӀуэхэмрэ дин-егъэджакӀуэхэмрэ, Тхьэм и пэжыгъэхэр дзыхь зыхуищӀауэ щытахэм, зэманым и нэщэнэхэр къацӀыхуфынут, къалъагъуфынут икӀи цӀыхухэм хъыбар ирагъэщӀэфынут, Къызэрагъэгугъар къызэрыкӀуэр. Михей и бегъымбарӀуатэм къигъэлъагъуэрт Ар къыщалъхуну щӀыпӀэр; Данил къызэӀуихат Ар къыщалъхуну зэманыр (еплъ Мих. 5:2; Дан. 9:25). А бегъымбарӀуатэхэр Тхьэм дзыхь яхуищӀат иудей лъэпкъым и Ӏэтащхьэхэм, загъэзэхуэжыфынкӀэ Ӏэмал зымыгъуэтынухэм, къалъагъуфакъыми Мэсихьыр зэрыгъунэгъур икӀи хъыбар ирагъэщӀакъыми лъэпкъым. Абы зыри зэрыхамыщӀыкӀар къызыхэкӀар бегъымбарӀуатэхэр къазэрыфӀэмыӀуэхуарщ. Ар къахуэгъунукъым абыхэм. Иудейхэм фэеплъ хуагъэувырт Тхьэм и бегъымбар яукӀахэм, абы хэту дунейм и щэджащэхэр ягъэлъапӀэурэ шейтӀаным и унэӀутхэм лъытэныгъэ хуащӀырт. Бжьыпэр яӀыгъыну, цӀыхухэм пщӀэ зыхурагъэщӀыну, жылагъуэм увыпӀэ лъагэ щаӀыгъыну хущӀэкъуу бэнэныгъэм здыхэтым, абыхэм Ӏэпэдэгъэлэл ящӀащ Уафэ пащтыхьым къаритыну Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэхэр. GCKar 288.1
Израилым я нэхъыжьхэм хуабжьу егугъуу, фӀыуэ, нэгъэсауэ щӀаджыкӀын хуеят цӀыхухэр къищэхужыну Тхьэм и Къуэм и къэкӀуэгъуэр — дунейм и тхыдэм а хъугъуэщӀагъэ иныр къыщыхъун хуей зэманри, щӀыпӀэри, зрихьэлӀэну Ӏуэхугъуэхэри зрагъэщӀэн папщӀэ. Зэрылъэпкъыу мыбэлэрыгъыу пэплъэн хуеящ а хъугъуэщӀагъэ лъапӀэм, дунейм и ЩэхужакӀуэм псом япэ ӀущӀэу ирагъэблэгъэн папщӀэ. Еууей мыгъуэ! Мес езэша гъуэгурыкӀуитӀыр, Назарет Ӏуащхьэхэм къикӀахэр, жэщыр щрахын хьэщӀэщ алейуэ къыщалъыхъуэр Вифлъеем и уэрам нэхъыщхьэ зэвым, унэу дэтыр къызэхакӀухь къалэм и пхащӀэ дыдэм нэсыху. Зы бжэ къыхузэӀуахакъым абыхэм. ИкӀэм-икӀэжым, абыхэм къагъуэтащ къуэгъэнапӀэ фэладжэ, Ӏэщыр бо папщӀэу зыщӀагъэхьэ тэхъуанэжьей. Арати, абдежым къыщалъхуащ дунейм и КъегъэлакӀуэр. GCKar 288.2
Уафэ мелыӀычхэм ялъэгъуат, дунейр къамыгъэщӀ щӀыкӀэ Тхьэм и Къуэм и Адэм и щӀыхьым хуэдэ зэриӀэр, арати, иджы набдзэгубдзаплъэу ахэр кӀэлъыплъырт Ар мы щӀылъэм къызэрыщалъхуа щӀыкӀэм — цӀыху псоми гуфӀэгъуэшхуэ къыхуэзыхьын хуея хъугъуэщӀагъэм. МелыӀычхэм унафэ хуащӀат а хъыбарыфӀыр хуахьыну, къэзыщтэну хьэзырхэм икӀи щыгуфӀыкӀыу нэгъуэщӀхэми лъэзыгъэӀэсыжынухэм. Мэсихь апхуэдизу и щхьэр игъэпудат цӀыху щытыкӀэр къищищтам. Гуэныхьым папщӀэ къурмэн щыхъукӀэ Абы къищтэн хуейт къыпхуэмыӀуэтэну нэлатым и бжьы хьэлъэр. МелыӀычхэр хуейт, Я нэхъ Лъагэм и Къуэм дапхуэдизу и щхьэр имыгъэпудами, Дунеибэм и Пащтыхьым зэрыхуэфащэм хуэдэу, пщӀэрэ щӀыхьрэ иӀэу цӀыхухэм хагъэхьэну. Дунейм и щэджащэхэр щызэхуэсыну пӀэрэ Израилым и къалащхьэм, Ар къызэралъхуар ягъэлъапӀэу? МелыӀыч куэдыкӀейм Ар къызэхуэса цӀыхубэ темыпыӀэхэм ирагъэлъагъуну пӀэрэ? GCKar 288.3
Зы мелыӀыч уафэм къехри щӀылъэм къэкӀуащ, Хьиса ӀущӀэну зызыгъэхьэзырахэр хэтми къилъагъуну хуейуэ. А Ӏуэхугъуэм цӀыхухэр зэрыпэплъэм и нэщэнэ лъэпкъ абы зыщӀыпӀи къыщыхуэлъэгъуакъым. Абы и тхьэкӀумэм зы макъ къиӀуатэкъым, хэӀэтыкӀауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀу, нобэ-пщэдей Мэсихь къызэрыкӀуэнум щыгуфӀыкӀыу тепсэлъыхьу. Зы зэманкӀэ мелыӀычым Тхьэм къыхиха къалэмрэ Тхьэм и Унэмрэ я щхьэм къыщилъэтыхьащ, апхуэдиз лӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ Тхьэм и щӀыхьыр къыщылъэгъуахэм, ауэ мыбдежи зыӀущӀар апхуэдэ къабзэу цӀыхухэм а Ӏуэхугъуэр къазэрыфӀэмыӀуэхурщ. Пагэрэ загъэбэлыхьу щоджэнхэм Тхьэм и Унэм уфӀея къурмэнхэр къыщахьырт. Фарисейхэм макъышхуэкӀэ цӀыхухэм зыхуагъазэрт е уэрам зэхэкӀыпӀэхэм я тхьэлъэӀу зэрызыщытхъужхэр щыжаӀэрт. Пащтыхь унэхэм, философхэм я зэӀущӀэхэм, дин-егъэджакӀуэхэм я школхэм — зыри щыхьэзыртэкъым хъыбар гъуэзэджэр къищтэну, уафэр гуфӀэгъуэрэ щытхъукӀэ зыгъэнщӀар, зыми зэхищӀатэкъым, дунейм и ЩэхужакӀуэр щӀылъэм къыщыщалъхуну дакъикъэр къэсауэ. GCKar 289.1
ЗыщӀыпӀи нэщэнэ лъэпкъ гу щылъыптэртэкъым Мэсихь къыпэплъэӀауэ, зыми зыхуигъэхьэзыртэкъым гъащӀэм и Пщым зэрыӀущӀэнум. И гум къеуэу икӀи игъэщӀагъуэу, уафэм и пхъэрым щӀылъэр ибгынэжу уафэм игъэзэжыну зигъэхьэзырыжат, апхуэдэ хъыбар емыкӀушхуэр здихьыжыну, ауэ асыхьэтым гу лъитащ зи хъушэхэр зыгъэхъу мэлыхъуэ гупым. Ахэр дэплъейрт вагъуэхэр щыз уафэм икӀи тепсэлъыхьхэрт къэкӀуэну Мэсихьым теухуа бегъымбарӀуатэхэм, арати, нэрылъагъут ягу псомкӀэ ахэр зэрыхуэлӀэр дунейм и ЩэхужакӀуэр къэкӀуэнум. Мис ахэрат уафэм и хъыбарыр къэзыщтэну хьэзырыр. Арати, асыхьэтым абыхэм я пащхьэ къихутащ Зиусхьэным и мелы!ычыр, гуфӀэгъуэшхуэр къахуиӀуатэу. Уафэм и щIыхьым тафэр зэщӀищтащ, пхуэмыбжын мелыIыч куэдыкIеи абдежым къыщыхутащ, абыхэм зэрахьэ гуфӀэгъуэшхуэр иныщэт зы мелыIыч фIэкIа ар уафэм кърихыу щ!ылъэм къимыхьыну, арати, макъ куэдым зэдэжьууэ уэрэд лъапӀэр ягъэ!уащ, зэгуэрым Тхьэм къищэхужа псоми уафэм щагъэӀунур: «Уафэм щIыхьышхуэ Тхьэм щиӀэщ! ЩIылъэр мамырщ, цIыхухэм Тхьэм и нэф! щыхуащи!» (Лк. 2:14). GCKar 289.2
Сыту дерс гъуэзэджэ хэлъ Вифлъеем къыщыхъуа !уэхум! Сыту игъэкъуаншэрэ абы ди фIэщмыхъуныгъэр, пагагъэр икӀи ди щхьэ дыхуэарэзыжу дыщытыныр! Сыту дыщихъумэрэ абы къытфӀэмы!уэхуныгъэм, а щӀэпхъаджагъэм, дэри дызыхуишэнкIэ хъунум, зэманым и нэщэнэхэм гу лъыдмытэу, Тхьэр къыщытхуэк!уэну махуэр къэдмыщ!эным! GCKar 290.1
Ауэ Иудей хэкум и Ӏуащхьэхэм, Iэхъуэ Ӏэдэбхэм я деж и закъуэкъым мелы!ычхэм Мэсихь пэплъэхэр къыщагъуэтар. Мажусий къэралхэми апхуэдэу ц!ыху щыIэхэрт Абы ежьэхэу, — !ущхэрэ къулейхэу икӀи КъуэкIыпIэм и философ цIэрыIуэхэу. ЩӀыуэпсыр яджурэ, абыхэм Тхьэр халъагъуэрт Абы и ӀэдакъэщӀэкӀхэм. Журтхэм я Тхыгъэ ЛъапӀэхэм абыхэм къраджыкӀат Екъуб и вагъуэм теухуауэ икӀи темыпыӀэу пэплъэрт къыщылъэгъуэным Ар, «Израилыр къызэригъэлынум” имызакъуэу, атӀэ мажусийхэри къэзыгъэнэхуну Нэхум икӀи «щӀым и гъунэхэм нэсыху цӀыхухэр мыкӀуэду Къезыгъэлынум” (еплъ Лк. 2:25, 32; Деян. 13:47). Абыхэм къалъыхъуэрт нэху, арати, Тхьэм и тахътэм къыбгъэдэкӀ нэхум абыхэм гъуэгур хуагъэнэхуащ. Ерусалим щыӀэ щоджэнхэмрэ дин-егъэджакӀуэхэмрэ, пэжыгъэм и хъумакӀуэу щытыну зи пщэм зыдалъхьауэ щытахэр, кӀыфӀыгъэм къыщаухъуреихьым, абы хэту Уафэм къигъэкӀуа вагъуэм мажусий гъуэгурыкӀуэхэр ишэрт Пащтыхьыр къыщалъхуа щӀыпэм. GCKar 290.2
«Абы къыпэплъэхэм папщӀэщ” Мэсихь «етӀуанэу къыщӀэкӀуэнур ... къригъэлын папщӀэ» (Евр. 9:28). КъегъэлакӀуэр къызэралъхуам и хъыбарым и къекӀуэкӀыкӀам хуэдэу, ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и хъыбарри дзыхь хуащӀакъым лъэпкъым и дин Ӏэтащхьэхэм. Ахэр Тхьэм пэжыжьэт икӀи уафэм къикӀа нэхур Ӏумпэм ящӀат; абы къыхэкӀкӀэ ахэр яхэткъым апостол Павел мыпхуэдэу зыхуитхахэм: «Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, дыгъур къызэрыкӀуэм хуэдэукъым а Махуэр къызэрыфхуэкӀуэнур. Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщымрэ кӀыфӀыгъэмрэ я бынхэм дащыщкъым” (1 Фес. 5:4,5). GCKar 290.3
Сион и блынхэм хъумакӀуэу тетахэм псом япэ къащтэн хуеящ КъегъэлакӀуэр къызэрыкӀуэм и хъыбарыр, псом япэ яӀэтын хуеящ я макъхэр, Ар зэрыгъунэгъум и хъыбар цӀыхухэм ирагъащӀэу; Абы и къэкӀуэгъуэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейр цӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну, псом япэ яужь ихьэн хуеящ. Ауэ ахэр псэут я щхьэр ягъатхъэу, мамырыгъэмрэ бэӀутӀэӀуншагъэмрэ щӀэхъуэпсхэу, абы хэту лъэпкъыр нэхъыбэжу гуэныхьхэм итхьэкъурт. Хьиса илъагъут и Члисэр зейтун (инжир) жыг баринэм зэрыхуэдэр, тхьэмпэхэр зи бэу, ауэ щыхъукӀи узыщыгугъыну пыкӀэ лъэпкъ зимыӀэм. Члисэм зигъэщӀагъуэрт дин хабзэхэр фэрыщӀу зэригъэзащӀэмкӀэ, ауэ иӀэтэкъым Ӏэсэныгъэ пэжми, хущӀегъуэжыныгъэми, фӀэщхъуныгъэми я гупсэхэр — Тхьэм игу ирихьу щытхэр. Дух ЛъапӀэм фӀыгъуэ зыпылъу къуитхэм я пӀэкӀэ абыхэм я деж щыбагъуэрт пагагъэр, формализмэр, щхьэхуещагъэр, щӀыхьым щӀэкъуныр, хэгъэзыхьыныр. Члисэм зэманым и нэщэнэхэм гу лъитэртэкъым, Тхьэм пэӀэщӀэ хуэхъуати. Тхьэм щыгъупщэжатэкъым ар. Тхьэр и Члисэм зэрыхуэпэжым зэи зихъуэжтэкъым, ауэ Члисэр жыжьэу къыбгъэдэкӀат Абыи и фӀылъагъуныгъэми. Тхьэм къигъэува щытыкӀэхэр ягъэзэщӀэну хуейтэкъым Члисэм щыщ цӀыхухэм, арати, Тхьэм и гъэгугъэныгъэхэр абыхэм я гъащӀэм щызэщӀакъым. GCKar 291.1
Аращ нэхумрэ ефӀэкӀыныгъэу Тхьэм къуитхэмрэ уелъэпэуэнум фӀэкӀыпӀэншэу кърикӀуэр. Тхьэм къахузэӀуиха гъуэгум Члисэр иримыкӀуэмэ, и къалэну хъуар сыт и лъэныкъуэкӀи игъэзащӀэу, нэхум и дэтхэнэ зы бзийри къимыщтэмэ, итӀанэ, диныр Ӏэмал имыӀэу купщӀэ зимыӀэ Ӏуэхугъуэхэр зыгъэзащӀэ хъунущ, икӀи я псэукӀэкӀэ Тхьэр ягъэлъэпӀэным и гупсэр фӀэкӀуэдынущ. А пэжыгъэм мызэ-мытӀэу щыхьэт техъуащ Члисэм и къекӀуэкӀыкӀар. НэфӀщыхуэныгъэрэ ефӀэкӀыныгъэу Тхьэм къаритам ипкъ иткӀэ, Тхьэм и лъэпкъым фӀэщхъуныгъэмрэ даӀуэныгъэмрэ къыпкърыкӀ Ӏуэхухэр ягъэзэщӀэну къахуегъэув. ДаӀуэныгъэм къокӀыр псэемыблэжыныгъэ пхэлъын зэрыхуейр, жорыр пхьын зэрыхуейр, аращ и щхьэусыгъуэр Мэсихь и гъуэгу тету зызыбжыж куэдым уафэм къикӀ нэхур къащтэн щӀамыдам икӀи пасэрей журтхэм хуэдэу, Тхьэр къащыхуэкӀуа зэманыр къызэрамыщӀам (еплъ Лк. 19:44). Зиусхьэныр яблэкӀащ абыхэм, цӀыху пагэхэм, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм икӀи и пэжыгъэр къахузэӀуихащ Вифлъеем щыӀа мэлыхъуэхэмрэ къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀа цӀыху Ӏущхэмрэ хуэдэу, къыхурагъэхьа нэхум пщӀэ хуэзыщӀахэм. GCKar 291.2