Бэнэныгъэ ин

20/46

19 ӀЫХЬЭ—КӀЫФӀЫГЪЭМ КЪЫЩЫБЛЭ НЭХУ

Диным ехьэлӀауэ сыт хуэдэ реформацэ лэжьыгъэ Зиусхьэным мы щӀылъэм щримыгъэкӀуэкӀми, гъэщӀэгъуэнщ сыт хуэдэ лӀэщӀыгъуэми зэрызэщхьыр. Тхьэр цӀыхухэм къазэрыхущыт принципхэм зэи захъуэжкъым. Ди зэманым мыхьэнэшхуэ зиӀэу динымкӀэ зэщӀэхъееныгъэ щыӀэхэм щӀэгъэкъуэн яхуохъу блэкӀам щыӀа Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэхэр, икӀи Члисэм къызэринэкӀа лӀэщӀыгъуэхэм игъэунэхуахэм нобэ дэр папщӀэ дерс щхьэпэ яхэлъщ. GCKar 318.1

Библием пыухыкӀауэ къыджеӀэр Тхьэм и Дух ЛъапӀэмкӀэ зэрызэригъакӀуэр къыхуэпщылӀ и бынхэр, цӀыхухэр къегъэлын лэжьыгъэшхуэм хэтхэр. Тхьэм цӀыхухэр Ӏэмэпсымэм хуэдэу къегъэсэбэп и мурадыфӀ, гущӀэгъу зыхэлъхэр игъэзэщӀэнымкӀэ. Дэтхэнэми езым и лэжьыгъэ Ӏыхьэр егъэзащӀэр; дэтхэнэми нэху пыгъэщхьэхукӀа кърат, щыпсэу зэманым зыхуэныкъуэм хуэдиз икӀи Тхьэм и пщэм къыдилъхьа къалэныр игъэзэщӀэфын хуэдэу ирикъуну. Дапхуэдизу ар Уафэм фӀэмылъапӀэми, зы цӀыху щыӀэкъым, къегъэлыныгъэ Ӏуэхур нэгъэсауэ зыхэзыщӀыкӀа, е, уеблэмэ, и зэманым Тхьэм илэжь Ӏуэхухэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ къызыгурыӀуэ. ЦӀыхухэм и кӀэм нэсу зэхащӀыкӀыфыркъым Зиусхьэным иӀэ мурадыр, лэжьыгъэ гуэр Абы дзыхь къащыхуищӀкӀи; абыхэм нэгъэсауэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи зэхащӀыкӀыфыну щыткъым Тхьэм и цӀэкӀэ ягъэӀу хъыбарым мыхьэнэуэ иӀэ псор. GCKar 318.2

«Тхьэм иущэхуар уэ къыпхузэӀухыну? Псори ЗылъэкӀым и Ӏущыгъэм ухунэсыфыну?» «Си гупсысэхэр — фи гупсысэхэм хуэдэкъым, си гъуэгухэри — фи гъуэгухэм хуэдэкъым, — жеӀэр Зиусхьэным. — Уафэр щӀылъэм нэхърэ зэрынэхъ лъагэм хуэдэу, си гъуэгухэр фэ фи гъуэгухэм нэхърэ нэхъ лъагэщ, си гупсысэхэри фи гупсысэхэм нэхърэ нэхъ лъагэщ”. «Сэ — сыТхьэщ... Сэ схуэдэ щыӀэкъым. ПэщӀэдзэм щыжысӀащ кӀэухым къэхъунур икӀи пасэ дыдэ зэманым щыжысӀащ къэкӀуэнум къэхъунухэр” (Иов 11:7; Ис. 55:8, 9; 46:9,10). GCKar 318.3

Уеблэмэ бегъымбархэм, хэхауэ Тхьэм и Духым зи акъылыр къигъэнэхуахэми, и кӀэм нэсу зэхащӀыкӀыртэкъым къыхурагъэхахэм я лъапӀагъэр, абыхэм я мыхьэнэр зы лӀэщӀыгъуэм адрей лӀэщӀыгъуэр къыкӀэлъыкӀуэу, хуэм-хуэмурэ Тхьэм и лъэпкъыр зэрыхуэныкъуэм елъытауэ, къахузэӀукӀыу щытын хуейт, хэлъ чэнджэщхэмрэ ущиехэмрэ. GCKar 319.1

Петр, Инджылым и нэхум къуит къелыныгъэм и гугъу щищӀым, мыпхуэдэу итхащ: «Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщихуэным и хъыбарыр зыӀуэта бегъымбархэм, егугъуу яджу, ягъэунэхуу щытащ къелыныгъэм пыщӀа псори. Мэсихь гугъуехьхэр ишэчу иужькӀэ щӀыхьышхуэ зэригъуэтынур Мэсихь и Духым бегъымбархэм щажригъаӀэм, ар къыщыхъуну зэманри абы епхауэ щытыну Ӏуэхугъуэхэри зыгурагъэӀуэну хуабжьу яужь итащ ахэр. Къахуригъэхар я зэманым ехьэлӀауэ зэрыщымытыр, атӀэ дэ ахэр къызэрытхуэлажьэр Тхьэм къагуригъэӀуащ бегъымбархэм икӀи абыхэм ягъэӀурт нобэ фи деж къэса хъыбарыфӀыр...» (1 Петр. 1:10-12). GCKar 319.2

Бегъымбархэм къыхурагъэхахэр нэгъэсауэ къагурыӀуэу щымытами, ахэр ягу псомкӀэ хущӀэкъуащ Тхьэм къарит нэхур зэрыщыту къызэращтэным. Абыхэм «егугъуу яджу, ягъэунэхуу щытащ”, «Мэсихь и Духым жаригъэӀар къыщыхъуну зэманри абы епхауэ щытыну Ӏуэхугъуэхэри”. Сыт хуэдэ щапхъэ ар, чристэн лӀэщӀыгъуэм псэу Тхьэм и лъэпкъым и дежкӀэ, атӀэ абыхэм я фӀыгъуэ щхьэкӀэт а бегъымбарӀуатэхэр Тхьэм къыщӀригъэхар! «Къахуригъэхар я зэманым ехьэлӀауэ зэрыщымытыр, атӀэ дэ ахэр къызэрытхуэлажьэр Тхьэм къагуригъэӀуащ бегъымбархэм икӀи абыхэм ягъэӀурт нобэ фи деж къэса хъыбарыфӀыр”. КъэкӀуэну щӀэблэм папщӀэ къыхурагъэхахэр «егугъуу зыджу, зыгъэунэхуу щыта”, а Тхьэм и цӀыху щихъхэм фегупсысыт. Уафэм и тыгъэхэр яфӀэлъапӀэу абыхэм егугъунагъыу яхэлъам евгъапщэт иужь лӀэщӀыгъуэхэм псэу чристэнхэм ахэр зыуи къазэрыфӀэмыӀуэхум. Дапхуэдизу къащӀэнакӀэрэ ар зыри къафӀэмыӀуэхуу, махуэлу зэманыр зыгъакӀуэхэм, дунейм тхъэжыгъуэу тетхэм итхьэкъуахэм, бегъымбарӀуатэхэр къыбгурыӀуэнкӀэ Ӏэмал щыӀэкъым жызыӀэу зыхуэарэзыжхэм! GCKar 319.3

ЦӀыхум и акъыл гъунапкъэ зиӀэм Гъунапкъэншэ Тхьэм и щэхухэм хыхьэну икӀи и мурадхэм и кӀэм нэсу щыгъуэзэну лъэкӀыну щымыт щхьэкӀэ, итӀанэми, уафэм къикӀа хъыбарыр тэмэму къащӀыгурымыӀуэм и щхьэусыгъуэр щхьэрыуагъэ яӀэхэрщ е къазэрыфӀэмыӀуэхухэрщ. Куэдрэ цӀыхухэм, уеблэмэ, Тхьэм хуэлажьэхэми, я зэхэщӀыкӀыр къыщепхъуэр цӀыхухэм къагупсысахэм, хабзэжьхэм икӀи гъэсэныгъэ мыпэжхэм, аращи, абыхэм къащохъу Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэ инхэм къарыкӀ псори къагурымыӀуэфыну. Апхуэдэу къащыщӀат Мэсихь и гъэсэнхэми, КъегъэлакӀуэр щаригъусам щыгъуэ. Абыхэм я акъылыр зэхуищӀат: Мэсихьыр — ар дунейм и Пащтыхьу, Израилыр дуней псом и тепщэ ищӀыну псоми къазэрыщыхъуу щытам хуэдэу, пцӀыуэ къазэрыгурыӀуэм; арати, абыхэм Хьиса и псалъэхэр, гугъуехь зэришэчынури зэрылӀэнури къащыжриӀам, зэхащӀыкӀыфыну щыттэкъым. GCKar 319.4

Езы Мэсихь ахэр яхигъэхьат цӀыхухэм мы хъыбарыр яхуригъэхьу: «Зэманыр къэсащ! Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ: фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, ХъыбарыфӀыр фи фӀэщ вгъэхъу!» — жаригъаӀэу (Мк. 1:15). А хъыбарым и лъабжьэр Данил и бегъымбарӀуатэхэрт (псалъащхьэ 9-р). Блыурэ хыщӀрэ бгъу пӀалъэу, мелыӀычым зи гугъу ищӀар нэсырт «Тепщэ Мэсихь» и деж, арати, гугъэфӀ дыдэхэр я гум щагъафӀэу, еджакӀуэхэр пэплъэрт, Мэсихь и Пащтыхьыгъуэр Ерусалим щигъэувынум, щӀылъэм зэрыщыту щытепщэн папщӀэ. GCKar 320.1

Мэсихь къажриӀа хъыбарыр абыхэм ягъэӀуащ, езыхэм ар пцӀыуэ къагурыӀуэу щытами. Уазхэр щаткӀэ абыхэм тегъэщӀапӀэ ящӀыр Данил и Тхылъым и 9-нэ псалъащхьэрт (25-нэ усэр), ауэ гу лъатэртэкъым къыкӀэлъыкӀуэ усэм, а псалъащхьэ дыдэм хиубыдэм, Мэсихь лӀэн зэрыхуейр жызыӀэм. Я сабиигъуэм щыщӀэдзауэ ахэр щыгугът дуней пащтыхьыгъуэм лъапӀагъэу иӀэнум, арати, ар зэран къахуэхъуащ а бегъымбарӀуатэм и купщӀэр къагурыӀуэным икӀи Мэсихь и псалъэхэр зэхащӀыкӀыным. GCKar 320.2

Абыхэм я хьэкъыр ягъэзэщӀащ икӀи иудейхэм хъыбар ирагъэщӀащ, нэфӀщыхуэныгъэу Тхьэм къаритыну зыхуейм теухуауэ икӀи абы хэту я Зиусхьэныр Даут и тахътэм дэкӀуейуэ къалъэгъуну щыпэплъэм, абыхэм я нэгу щӀэкӀащ, Ар, гъэпцӀакӀуэм хуэдэу, япхъуатэу, ягъэпуду, хьэкум тращӀэу, итӀанэ... Голгофэм жорым зэрыщыкӀэраӀулӀар. Сыт хуэдэ гузэрыдзэ икӀи гуауэ а махуэхэм еджакӀуэхэм яшэчар, я Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм щыщӀэлъам! GCKar 320.3

Мэсихь къэкӀуащ бегъымбарӀуатэм игъэлъэгъуа зэман дыдэм икӀи зэрыжиӀа дыдэм хуэдэу. Тхыгъэ ЛъапӀэм Мэсихь теухуауэ иту хъуар Абы и гъащӀэм, и лэжьыгъэм щызэщӀащ. Къелыныгъэм и хъыбарыр Абы игъэӀурт икӀи «Абы и псалъэхэм къару яӀэт”. Абы къедаӀуэхэм зэхащӀыкӀырт а хъыбарыр Уафэм къызэрикӀар. Тхьэм и Псалъэри и Духри щыхьэт техъуэрт Хьиса Мэсихь и лэжьыгъэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам. GCKar 321.1

ЕджакӀуэхэр япэми хуэдэу, хуэпэжт фӀыуэ ялъагъу я ЕгъэджакӀуэм, ауэ, итӀанэми, ахэр гугъу ирагъэхьырт къагурымыӀуэу къанэхэм, шэч къызытрахьэхэм. ПсэкӀэ гуауэр здагъэвым, абыхэм ящыгъупщэжат Мэсихь къажриӀа псалъэхэр, гугъуехь зэришэчынми зэрылӀэнми теухуауэ. Назарет щыщ Хьиса ипэжыпӀэкӀэ Мэсихьмэ, апхуэдизу ахэр гугъапӀэншэ хъунут, апхуэдизу ягури хэщӀынут? Мис аращ абыхэм псэкӀэ хьэзаб езыгъэшэчар, КъегъэлакӀуэр кхъэлэгъунэм щыщӀэлъа а щэбэт махуэ гуфӀэгъуэншэм; Ар къыщыхъужынум ипэ къита махуэм. GCKar 321.2

Хьиса и телъхьэхэр жэщ гуауэм кӀыфӀыгъэкӀэ щӀиуфа щхьэкӀэ, ахэр Тхьэм къигъэнатэкъым. Бегъымбарым жеӀэр: «КӀыфӀыгъэм сыхэт щхьэкӀэ, Зиусхьэныр си нэхущ... Абы нэхум сыхишэжынурэ, и захуагъэр къэслъагъунущ». «КӀыфӀыгъэм сыпщигъэпщкӀун лъэкӀынукъым, махуэм хуэдэу жэщри нэхунущ. Уи дежкӀэ кӀыфӀри нэхум хуэдэщ”. «КӀыфӀыгъэм нэхур къащыхуонэху цӀыху щыпкъэхэм”. «Нэфхэр Сэ ямыцӀыхуа гъуэгум тесшэнущ, зылъымыгъуазэ лъагъуэхэм тету сшэнущ. КӀыфӀыгъэр абыхэм Сэ нэху яхуэсщӀынущ, гъуэгу нэшэкъашэхэри захуэ яхуэсщӀынущ. Аращ абыхэм яхуэсщӀэнур, къэзгъэнэнукъым ахэр» (Мих. 7:8, 9; Пс. 138:12; 111:4; Ис. 42:16). GCKar 321.3

Хьиса и гъэсэнхэм я Зиусхьэным и цӀэкӀэ ягъэӀуа хъыбарыр зэрыщыту пэжт, абы хэтуи хъыбарым игъэлъагъуэ хъугъуэщӀагъэхэри а дакъикъэ дыдэм защӀэрт. «Зэманыр къэсащ! Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ» — жаӀэрт абыхэм. Данил и Тхылъым и 9-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищӀ «пӀалъэр» — блыурэ хыщӀрэ бгъур щиухым, Мэсихьу Тхьэм къыхихар «Зыщахуар” жыхуаӀэр къыщыунэхуным нэс пӀалъэр щиухым, — Мэсихь Дух ЛъапӀэр къыхуехащ, Яхья и деж кӀуэуэ Иордан псым зыщыщӀигъауэм. ИкӀи «Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр”, къэсащ жаӀэу ягъэӀуам тепщэн щыщӀидзар Мэсихь и лӀэныгъэм дежщ. Ар дуней пащтыхьыгъуэтэкъым, ахэр зэрыцӀыкӀурэ зыщӀапӀыкӀаратэкъым. Ар икӀи къэкӀуэнум щыӀэн щӀэзыдзэн мыкӀуэдыжын Пащтыхьыгъуэртэкъым, «Пащтыхьыгъуэри... лъэщыгъэри, уафэм и лъабжьэм щыӀэ тепщэныгъэ псоми я лъапӀагъэри, Я нэхъ Лъагэр зыгъэпэж лъэпкъым иратынущ”, — жыхуаӀэр тепщэн щыщӀидзэнуртэкъым. Ар гъадэщӀыдэу щыӀэну Пащтыхьыгъуэртэкъым, «дэтхэнэ зыри Абы къыхуэжыӀэщӀэу къыхуэлэжьэнущ» жыхуаӀэртэкъым (Дан. 7:27). Библием и бзэмкӀэ «Тхьэм и Пащтыхьыгъуэ» псалъэхэм къокӀыр нэфӀщыхуэныгъэм и Пащтыхьыгъуэ жиӀэуи икӀи щӀыхьым и Пащтыхьыгъуэ жиӀэуи. Журтхэм яхуригъэхьа Тхыгъэм апостол Павел щытопсэлъыхь нэфӀщыхуэныгъэм и Пащтыхьыгъуэм. ГущӀэгъулы Уэчылым хуэдэу, Мэсихь къигъэлъагъуэу «ди лъэмыкӀыныгъэхэр зэхэзыщӀыкӀщ, дыкъызыгурыӀуэщ», — жиӀэу, апостолым етх адэкӀэ: «Аращи, дымышынэу декӀуэлӀэнщ нэфӀщыхуэныгъэм и тахътэм, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын папщӀэ икӀи и нэфӀщыхуэныгъэр къытӀэрыхьэн папщӀэ» (Евр. 4:15, 16). НэфӀщыхуэныгъэм и тахътэм къигъэлъагъуэр нэфӀщыхуэныгъэм и Пащтыхьыгъуэрщ, тахътэ зэрыщыӀэм къыдегъащӀэр пащтыхьыгъуи зэрыщыӀэр. Мэсихь и щӀагъыбзэ куэдым «Тхьэм и Пащтыхьыгъуэ» псалъэхэр къыщегъэсэбэп, апхуэдэу цӀыхухэм гу лъаригъэтэну, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр цӀыхухэм я гум зэрелэжьым. GCKar 321.4

Апхуэдэ къабзэу щӀыхьым и тахътэм къегъэлъагъуэ щӀыхьым и Пащтыхьыгъуэр икӀи КъегъэлакӀуэм и псалъэхэм дыщрохьэлӀэ а Пащтыхьыгъуэми и гугъу ищӀу: «ЦӀыхум хуэдэу Къехам щӀыхьышхуэ иӀэу, мелыӀыч лъапӀэ псори дэщӀыгъуу къэкӀуэжа нэужь, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэнурэ лъэпкъ псори Абы и пащхьэ щызэхуашэсынущ (Мф. 25:31,32). АрщхьэкӀэ, ар къэкӀуэнум щыӀэну Пащтыхьыгъуэрщ. Абы щӀидзэнукъым Мэсихь ЕтӀуанэу къэмыкӀуауэ. GCKar 322.1

ЦӀыхум гуэныхь зэрищӀэу, занщӀэу тепщэн щӀидзат нэфӀщыхуэныгъэм и пащтыхьыгъуэм, лажьэ зиӀэ цӀыхухэр къэщэхужын мурадыр Тхьэм щищӀам щыгъуэ. Тхьэм и мурадым ипкъ иткӀэ а пащтыхьыгъуэр щыӀэт икӀи Тхьэм и гъэгугъэныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэр а пащтыхьыгъуэм щӀыхьэфхэрт. АрщхьэкӀэ, нэгъэсауэ ар тепщэ щыхъуар Мэсихь и гъащӀэр ита нэужьщ. Уеблэмэ, щӀылъэм и лэжьыгъэр щыщӀидзам щыгъуэ Мэсихь, цӀыхухэм я ерыщагъэм я фӀыщӀэмыщӀагъэм зэхиукӀауэ икӀи гуауэщхьэуэ ящӀауэ и гъащӀэр къурмэну Голгофэм щитыным хущӀегъуэжынуи хуитащ. Абы гугъуехь фалъэр Гефсиманием щыӀэщӀэлъам кӀэзызырт. Уеблэмэ, а дакъикъэми Ар хуитт, лъым хуэдэу и натӀэм къекӀуа пщӀантӀэпсхэр илъэщӀыжу, гуэныхьыщӀэ цӀыхухэр я щӀэпхъаджагъэхэм текӀуэдэжыну къигъэнэну. Абы апхуэдэу ищӀамэ, итӀанэ гуэныхьыщӀэ цӀыхум Ӏэмал иӀэжынутэкъым къелыфыну. Ауэ КъегъэлакӀуэм и гъащӀэр иту, жорым кӀэрылъу иужь дыдэ и бэуэгъуэм: «Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ», — щыжиӀам, къегъэлыныгъэ Ӏуэхур и кӀэм нэсу зэщӀа зэрыхъуным шэч лъэпкъ хэлъыжтэкъым. Жэнэт хадэм гуэныхь щызыщӀа зэщхьэгъуситӀыр кърагъэлыну кърата гъэгугъэныгъэр зэщӀащ. Тхьэм и гъэгугъэныгъэ псалъэхэм тещӀыхьауэ щыта нэфӀщыхуэныгъэм и Пащтыхьыгъуэр иджы нэгъэсауэ тепщэ хъуащ. GCKar 322.2

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Мэсихь и гъащӀэр щитам, Абы и гъэсэнхэм хуабжьу гузэрыдзэ езыгъэщӀу, гугъапӀэу яӀэ псори зэхэзыкъутауэ къащыхъуа Ӏуэхугъуэм, ипэжыпӀэкӀэ абыхэм я гугъапӀэхэр игъэбыдауэ аращ икӀи щыхьэт лъэщ техъуащ я фӀэщхъуныгъэр зэрыпэжым. Апхуэдиз гугъуехьрэ гугъапӀэншэ гузэвэгъуэрэ езыгъэшэча Ӏуэхугъуэм, гугъэм и бжэр яхузэӀуихащ Ӏэдэм ипхъу, и къуэ дэтхэнэми, ар къэкӀуэну гъащӀэми икӀи лӀэщӀыгъуэ псоми Тхьэм хуэпэжа цӀыхухэм мыкӀуэдыжу яӀэну тхьэгъуэм и лъабжьэщ. GCKar 323.1

Тхьэм и гущӀэгъу гъунапкъэншэр къэнэхуат, гъэсэнхэм гузэрыдзэ зэращӀам щхьэкӀэ къэмынэу. Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ «А ЦӀыхур зэрыпсалъэм хуэдэу игъащӀэм зы цӀыху псэлъакъым» ЖыхуаӀам и гъэсэныгъэм и къарумрэ абыхэм я гур итхьэкъуа щхьэкӀэ, итӀанэми, Хьиса хуаӀэ фӀылъагъуныгъэ дыщэм хуэдэу къабзэм, дауэ мыхъуми абыхэм къыхагъэпшахъуэрт дунейм тещӀыхьа гурыщӀэхэу пагагъэмрэ щӀыхь щӀэкъунымрэ. Уеблэмэ, хьэщӀэщ пэш ищхьэм, ӀутӀыжыр щагъэлъэпӀэну сыхьэтым ирихьэлӀэу, я ЕгъэджакӀуэм Гефсиманием и ныбжьыр къыщыщхьэщыхьэм, ахэр зэдауэрт, «хэт нэхъ ину ялъытэу, пщӀэ нэхъыбэ хуэщӀыпхъэми» зэхагъэкӀыну (Лк. 22:24). Ахэр щӀэхъуэпсырт тахътэм, пащтыхь пыӀэм, щӀыхьым. Абы хэту апхуэдизу гъунэгъу къэхъуат Хьиса и напэр щытрахыну сыхьэтыр, жыг хадэм псэкӀэ хьэзаб щишэчынур, Пилат и хьэкум щӀыпӀэм щӀопщкӀэ Ар щаукӀынур икӀи Голгофэм хьэзаб щишэчынур. Пагагъэмрэ дунейм щӀыхь щаӀэнымрэ здыщӀэхъуэпсхэм, абыхэм ягу къигъэкӀащ апхуэдизу акъылыншэу зыпащӀэну я зэманым щыӀа гъэсэныгъэпцӀым икӀи къафӀэмыӀуэхуну КъегъэлакӀуэм и псалъэхэр, и Пащтыхьыгъуэр ипэжыпӀэкӀэ зыхуэдэр щыжиӀам, гугъуехьрэ лӀэныгъэу ишэчынур щыжиӀам; а щхьэрыуагъэхэм кърикӀуащ гъэунэхуныгъэ гугъу Ӏейхэр, ауэ щыхъукӀи захъуэжын папщӀэ ахэр зыхуэныкъуэхэр. Гъэсэнхэм ягъэӀу хъыбарым и купщӀэр къагурымыӀуэу щытами, я щхьэр къагъэпцӀэжу зэрахьэ гугъэхэмкӀэ ягухэр ягъэфӀу щытами, дауэ мыхъуми, Тхьэм къажриӀа сакъыныгъэ хъыбарыр ягъэӀуащ, арати, Зиусхьэным абыхэм яӀа фӀэщхъуныгъэмрэ жыӀэдэӀуагъэмрэ хуэфащэ ӀыхьэфӀыр ялъигъэсыжащ. Абыхэм лъэпкъ псоми хуахьын хуейт Зиусхьэныр къызэрыхъужам и ХъыбарыфӀыр. Мис а лэжьыгъэм Тхьэм ахэр хуигъэхьэзырын папщӀэ, гузэрыдзэ дыджыр яригъэгъэвын хуей хъуащ. GCKar 323.2

Къэхъужа нэужь, Хьиса закъригъэлъэгъуат Еммаус кӀуэуэ гъуэгуанэ тет и гъэсэнитӀым икӀи, «Муса деж щыщӀидзэри, бегъымбару хъуам Абы теухуауэ жаӀауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псори ягуригъэӀуащ» (Лк. 24:27). Гъэсэнхэм ягухэр къилъэтырт. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр къэушыжат. Хьиса абыхэм закъригъэцӀыхун ипэ зыкъащӀэжат абыхэм, «мыкӀуэдыжын гугъапӀэ» яӀэ хъуауэ. Мэсихь хуеят абыхэм я зэхэщӀыкӀыр къигъэнэхуну икӀи я фӀэщхъуныгъэр «бегъымбарӀуатэ псалъэ пэж дыдэм” тещӀыхьа ищӀыну. Ар хуейт пэжыгъэр куууэ абыхэм я гум хигъэхьэну, Езым къазэрыжриӀам щхьэкӀэтэкъым, атӀэ щыхьэтыгъэ нэсхэр зэрыщыӀэм щхьэкӀэт: къурмэн укӀын хабзэу, Езым и прообразыу щытахэр икӀи абыхэм хэт дамыгъэхэмкӀэ къэгъэлъэгъуахэр, итӀанэ, Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм ит бегъымбарӀуатэхэр. Мэсихь и Ӏумэтым итхэм езыхэм я закъуэтэкъым губзыгъагъэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэн хуейр, атӀэ абыхэм дуней псом Мэсихь кърагъэцӀыхун хуейт. Ар къацӀыхун папщӀэ я япэ лъэбакъуэу Хьиса и гъэсэнхэм я гулъытэр хуиунэтӀат «Мусарэ бегъымбархэмрэ». Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къэхъужа КъегъэлакӀуэм къигъэлъэгъуащ пасэрей Тхыгъэ ЛъапӀэхэм мыхьэнэшхуэ зэраӀэр. GCKar 323.3

Сыт хуэдэ зэхъуэкӀыныгъэшхуэ къыщыхъуа гъэсэнхэм я гум, ахэр аргуэру я ЕгъэджакӀуэ къахуэгуапэм и нэгум щиплъам! (Еплъ Лк. 24:32). Иджы абыхэм пэж дыдэу къагъуэтат «Муса и Торэ Хабзэми адрей бегъымбархэми ЖыхуаӀар”. Шэч къытехьэным, псэкӀэ гугъуехь шэчыным, гугъапӀэншэм я пӀэр иубыдат, иджы яӀэ хъуа фӀэщхъуныгъэ быдэм, гуфӀэгъуэм. ГъэщӀэгъуэнкъым Хьиса уафэм дэкӀуеижа нэужь, ахэр зэпымычу «Тхьэм и Унэм зэрыщыӀар, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀ зэпыту». КъегъэлакӀуэр зэрагъэпуда и лӀэныгъэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ а Ӏуэхум хэзымыщӀыкӀ цӀыхухэм, еджакӀуэхэм я нэгум гуауэрэ укӀытэрэ фӀэкӀа ирамылъэгъуэну я гугъат, ауэ зэрагъэщӀэгъуэнур ямыщӀэу къалъэгъуар текӀуэныгъэм и гуфӀэгъуэщ. Сыту гъуэзэджэу хуагъэхьэзырат ахэр къапэщылъ лэжьыгъэм! Абыхэм гъэунэхуныгъэ гугъу дыдэхэр яшэчат, ауэ псори яфӀэкӀуэдауэ къащыщыхъум, Тхьэм и Псалъэм текӀуэныгъэр къихьу зэщӀащ. Дауэ хъунт иджы зыгуэрым абыхэм я фӀэщхъуныгъэр хуэгъэдзыхэну, я фӀылъагъуныгъэм и мафӀэр хуэгъэункӀыфӀыну? Нэхъыбэ дыдэу я гур щыуза сыхьэтым абыхэм ягъуэтащ «быдэу я гур зыгъэпсэху» икӀи гугъапӀэ, «псэм папщӀэ хъурзэм хуэдэу, быдэр, укъэзымыгъэпцӀэжыныр» (Евр. 6:18,19). Абыхэм зэхащӀащ Тхьэм и Ӏущыгъэмрэ и къарумрэ икӀи я фӀэщ хъурт «лӀэныгъэми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин бзаджэхэми, нобэрейми, къэкӀуэнуми, къарууэ щыӀэми, уафэм щыӀэми, щӀы щӀагъым щыӀэми — къагъэщӀа зыми» зэрыхузэфӀэмыкӀынур ахэр къыбгъэдишын, «Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм, ди Зиусхьэн Хьиса Мэсихь къытхузэӀуихам». «Ауэ а псоми — жаӀэрт абыхэм, — нэгъэсауэ датекӀуащ, фӀыуэ Дыкъэзылъэгъуам и къарукӀэ». «Зиусхьэным и Псалъэр игъащӀэкӀэ щыӀэщ”. «Хэт дызыгъэкъуаншэфынур? Хьиса Мэсихь лӀэри къэхъужащ, иджы Ар Тхьэм ижьырабгъукӀэ бгъэдэсщ, дэр щхьэкӀэ Тхьэм йолъэӀури” (Рим. 8:38,39,37; 1 Петр. 1:25; Рим. 8:34). GCKar 324.1

Зиусхьэным жеӀэр: «ИкӀи игъащӀэкӀэ и напэр текӀынукъым си лъэпкъым» (Иоил. 2:26). «Жэщыр унэщхъейуэ угъыу ипхами, нэхущым гуфӀэгъуэр тепщэнущ» (Пс. 29:6). ЕджакӀуэхэр КъегъэлакӀуэр къыщыхъужа махуэм щыӀущӀам, Абы и псалъэхэр щызэхахам, лъэтэным хуэдэу гушхуахэт. КъегъэлакӀуэм и натӀэр, и Ӏэхэр, и лъакъуэхэр абыхэм папщӀэ пхраудахэр ялъэгъуат. Уафэм дэкӀуеижын ипэ Хьиса ахэр Вифание нэс ишэри, и Ӏэхэр дриӀэтейри, и нэфӀыр къащихуэу, унафэ къахуищӀат: «ФыкӀуи дуней псом Инджылыр яхуэфӀуатэ. Сэ, махуэ къэси, игъащӀэкӀи сывигъусэнущ», — жиӀэу. ЕтхущӀанэ махуэм къызэрагъэгугъауэ щыта Гугъэпсэху Дух ЛъапӀэмрэ къарурэ абыхэм къащыхуехам, фӀэщхъуныгъэ яӀэу, абыхэм я гур къилъэтырт, уафэм дэкӀуеижа Зиусхьэныр къахэту зэрызэхащӀэм щхьэкӀэ. Арати, иджы я Зиусхьэным хуэдэу, абыхэми я гъащӀэр щатынкӀэ, хьэзабыр щашэчынкӀэ хуей хъуну, гъуэгущӀэ къазэрыпэплъэр ящӀэ щхьэкӀэ, нэфӀщыхуэныгъэм и Инджылым хуэлэжьэныр икӀи «щыпкъагъэм и тажыр” Хьиса къыщыкӀуэжкӀэ къаӀэрыхьэныр, дауэ яхуэхъуэжынт абыхэм дуней гъащӀэм тещӀыхьа тахътэм и щӀыхьымкӀэ, ипэу Мэсихь и гъуэгу щытеувам яӀауэ щыта гугъапӀэмкӀэ? «ДызыщӀэлъэӀум е дызэгупсысым нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ КъытхуэзыщӀэфынум”, абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ и гугъуехьхэм хуэдэ яшэчыным имызакъуэу, и гуфӀэгъуэм хуэди яӀэфыну — «цӀыху куэдыр щӀыхьым хуашэну” гухэхъуэ, къыпхуэмыӀуэтэн гуфӀэгъуэ, «къалеикӀыжу мыкӀуэдыжын щӀыхь яӀэну”, абы щебгъапщэкӀэ, Павел зэрыжиӀэщи, «зэман кӀэщӀкӀэ мащӀэу гугъу дызэрехьыр» зырикӀкъым. GCKar 325.1

Мэсихь Япэу къыщыкӀуам, «Инджылым и Пащтыхьыгъуэр” зыгъэӀуа Абы и гъэсэнхэр зыгъэпӀейтея, я гум щыщӀа псом хуэди, ягъэунэхуахэм хуэди зэхащӀэр Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и хъыбарыр зыгъэӀухэм. ЕджакӀуэхэр ежьэу: «Зэманыр къэсащ! Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ», — жаӀэу уазхэр яту зэрыщытам хуэдэу, Миллери и дэлэжьэгъухэр щӀыгъуу, уазхэр итырт, бегъымбарӀуатэ лъэхъэнэ нэхъ ин дыдэу Библием итым и пӀалъэр куэд дэмыкӀыу зэриухынур, хьэкум сыхьэтыр зэрыгъунэгъур, Пащтыхьыгъуэ мыкӀуэдыжынур къызэрыблагъэм теухуауэ. ЕджакӀуэхэм зэманым ехьэлӀауэ ягъэӀу я уазхэм я лъабжьэр Данил и Тхылъым и 9-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищӀ блыурэ блыщӀ пӀалъэрт. Миллеррэ и акъылэгъухэмрэ ягъэӀу хъыбарым и купщӀэр блыурэ блыщӀ пӀалъэр пыгъэщхьэхукӀа Ӏыхьэу зыщыщ махуэ 2300-р зэриухырт (еплъ Дан. 8:14). Мохэми мыдрейхэми тегъэщӀапӀэ ящӀыр зы бегъымбарӀуатэ лъэхъэнэшхуэм и Ӏыхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэрт. GCKar 325.2

Япэ гъэсэнхэм хуэдэу, Уильям Миллери и дэлэжьэгъухэми уазу ягъэӀу хъыбарым и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэхащӀыкӀыртэкъым. Члисэм щытепщэ щхьэрыуагъэхэр абыхэм зэран къахуэхъурт бегъымбарӀуатэм мыхьэнэшхуэ зиӀэу хэт Ӏыхьэр тэмэму къагурыӀуэным. Аращи, Тхьэм къалэн ящищӀа хъыбарыр ягъэӀуа щхьэкӀэ, итӀанэми, тэмэму ар къазэрыгурымыӀуэм къыхэкӀкӀэ, абыхэм я гур хуабжьу зэщыужауэ щытащ. GCKar 326.1

«Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкӀмэ, итӀанэ, псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ», (Дан. 8:14) жыхуиӀэ псалъэхэр GCKar 326.2

зыщыгуригъаӀуэм, Миллер, тегъэщӀапӀэ ищӀат, япэми зэрыжытӀащи, псоми къызэдащтауэ зекӀуэ еплъыкӀэр, псэупӀэ лъапӀэ хъужыр щӀылъэрауэ ялъытэу, Миллер и фӀэщ хъурт псэупӀэ лъапӀэр къабзэ хъужынущ жыхуиӀэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щӀылъэр мафӀэм игъэкъэбзэжыну икӀи ар къыщыхъунур Зиусхьэным и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэрауэ. Арати, 2300 махуэхэр щиухыну гъэр пэжу къэпхутэ зэрыхъунур къыщилъагъум, абы ар къызэрыгурыӀуар Хьиса и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм и зэманущ. Абы и щхьэрыуагъэр къызыхэкӀар псэупӀэ лъапӀэр — ар ди щӀылъэрауэ жаӀэу, а зэманым цӀэрыӀуэу щыта гъэсэныгъэ пцӀыр къызэрищтарщ. GCKar 326.3

Мэсихь къурмэну и гъащӀэр зэритынумрэ щоджэн къулыкъу игъэзэщӀэнумрэ и нэщэнэу (прообразу) Израилым Тхьэм къурмэнхэр хуаукӀыу хабзэ зэпыщӀахэу илъэсым къриубыдэу ягъэзащӀэу щытахэм, псэупӀэ лъапӀэр щагъэкъабзэр иужь дыдэут, илъэскӀэ ирагъэкӀуэкӀа къулыкъум и кӀэухыу гъэм и кӀэм щоджэн пашэм иригъэкӀуэкӀыу. Къэщэхужын Ӏуэхур и кӀэм нэзыгъэст ар — израил лъэпкъыр я гуэныхьхэм къыхагъэкъэбзыкӀыжу. Ар зи дамыгъэр икӀи зи нэщэнэр Уафэм Щоджэн Пашэу щыдиӀэ Хьиса Мэсихь и къулыкъум и кӀэух Ӏыхьэу иригъэкӀуэкӀынурт, и лъэпкъым я гуэныхьхэр, Уафэм щыӀэ тхылъхэм иратхахэр щащхьэщихыжынырт. А лэжьыгъэм хохьэр зэхэгъэкӀыгъуэ хьэкумыр, ар зэриухыу, занщӀэу Мэсихь уафэ пшэхэм тету къэлъэгъуэнущ, къаруушхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу. Ар къэкӀуэн ипэ дэтхэнэми Ӏыхьэ хуэхъунур зэхагъэкӀауэ щытынущ. Хьиса жеӀэр: «Дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм хуэфащэр лъызгъэсыжыну нызохь» (Откр. 22:12). Мис а хьэкумырщ, Хьиса ЕтӀуанэу къэкӀуэным ипэ итырщ, япэ мелыӀычым и хъыбарым зи гугъу ищӀыр: «Тхьэм фыщышыни, вгъэлъапӀэ, Абы хьэкум щищӀэну сыхьэтыр къэсащи” (Откр. 14:7), — щыжиӀэкӀэ. GCKar 326.4

А хъыбарыр зыгъэӀуахэм я зэманым ехьэлӀауэ цӀыхухэр зыхуэныкъуэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ лэжьыгъэ ягъэзэщӀащ. Ауэ япэ гъэсэнхэм: «Зэманыр къэсащ! Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ”, жаӀэу, Данил и Тхылъым и 9-нэ псалъащхьэр тегъэщӀапӀэ ящӀу уаз зытахэм, а псалъащхьэ дыдэм Мэсихь и лӀэныгъэр бегъымбарӀуатэу зэритыр къазэрыгурымыӀуам хуэдэу, Миллери и дэлэжьэгъухэр и гъусэу Данил и Тхылъымрэ КъызэӀузых Тхылъымрэ зи лъабжьэ хъыбарыр щигъэӀум, (еплъ Дан. 8:14; Откр. 14:7), къыгурыӀуэртэкъым, КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм нэгъуэщӀ хъыбархэри зэритыр, Зиусхьэныр къэкӀуэным ипэ къихуэу гъэӀун хуейхэу. Блыурэ блыщӀ пӀалъэм и кӀэухым сыт хуэдэ пащтыхьыгъуэм тепщэн щӀидзэнми тэмэму къагурымыӀуэу, япэ гъэсэнхэр зэрыщыуам хуэдэу, адвентистхэри щыуащ 2300 махуэхэр щиухкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэм теухуауэ. Япэми, иужькӀи щыуагъэхэр къызыхэкӀар, абыхэм къызэращтарщ я зэманым псоми яӀэу щыта щхьэрыуагъэхэр, я акъылыр нэф зыщӀахэр. Япэ гъэсэнхэми Миллери Тхьэм и Ӏэмырыр ягъэзэщӀат, Тхьэм цӀыхухэм ялъигъэӀэсыну зыхуей хъыбарыр ягъэӀуурэ; ауэ мобыхэми мыдрейхэми, хъыбарыр тэмэму къазэрыгурымыӀуам къыхэкӀкӀэ я гур зэщыууэ псэкӀэ гугъуехь яшэчыжын хуей хъуащ. GCKar 327.1

Дауэ мыхъуми, Тхьэм и мурадыфӀыр къехъулӀащ, хьэкумым теухуа хъыбарыр апхуэдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм ирагъэщӀэну къабыл щищӀым. Махуэшхуэр гъунэгъу къэхъуат, арати, Тхьэм и жыжьэплъэным къыхэкӀкӀэ, зэман пыухыкӀа къагъэлъагъуэу уазхэр Ӏуну хуит ищӀри, цӀыхухэр игъэунэхуащ, ягухэм илъхэр къахузэӀуихын папщӀэ. Тхьэм Миллер и хъыбарыр хуигъэпсат Члисэр игъэунэхуным икӀи игъэкъэбзэным. ЦӀыхухэм езыхэм къагурыӀуэжын хуейт ягухэр зэпхар, зыкӀэрыпщӀар сытми — дунеира хьэмэрэ Мэсихьрэ Уафэмрэ. Абыхэм жаӀэрт КъегъэлакӀуэр фӀыуэ ялъагъуу, арати, иджы я фӀылъагъуныгъэр здынэсыр къагъэлъэгъуэн хуейт. Хьэзырт ахэр дунейм тещӀыхьа гугъэхэмрэ мурадхэмрэ къагъанэу, щыгуфӀыкӀыу ӀущӀэну я Зиусхьэным? А хъыбарыр абыхэм къадэӀэпыкъун хуейт къалъагъужыну иману яӀэр ипэжыпӀэкӀэ зыхуэдэр; ар гущӀэгъулы Тхьэм къахуригъэхьат, абыхэм ягу къигъэкӀын папщӀэ я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу загъэӀэсэу Зиусхьэныр къалъыхъуэну. GCKar 327.2

Я гур зэщыун хуей щӀэхъуар абыхэм ягъэӀуа хъыбарыр езыхэм тэмэму къазэрыгурымыӀуарами, итӀанэми, апхуэдэу зэрыхъуам абыхэм фӀы къахухэкӀын хуейт. А Ӏуэхугъуэм хъыбарыр къэзыщтауэ жызыӀэхэм я гур игъэунэхуащ. Гузэрыдзэ дыдж щагъэунэхуну зэманым я фӀэщхъуныгъэр яфӀэкӀуэдынут? Тхьэм и Псалъэм дзыхь хуащӀын щагъэтыжынут? Хьэмэрэ тхьэлъэӀукӀэрэ икӀи Ӏэсэ защӀыурэ, зыгурагъэӀуэну егугъунут дэнэ деж щыщыуами къащӀэну, а бегъымбарӀуатэр тэмэму къазэрыгурымыӀуар къызыхэкӀар? Хэт шынагъэм къыхэкӀкӀэ, емыгупсысауэ хъыбарыр къэзыщтар? Хэт шэч къытехьэнымрэ фӀэщмыхъуныгъэмрэ яӀыгъыр? Куэдыр тепсэлъыхьт Зиусхьэным хуаӀэ лъагъуныгъэм, Ар къыщылъэгъуэным зэрежьэм. Ауэ ауан ахэр къыщащӀкӀэ, мы дунейр къыщыщӀэнакӀэкӀэ икӀи Щауэм зэрызиӀэжьам, зыпэплъахэр къазэремыхъулӀам къыхэкӀкӀэ гузэщыуэкӀэ ахэр щагъэунэхукӀэ я диныр, я фӀэщхъуныгъэр ямыдэжыну пӀэрэт абыхэм? Езыхэм ехьэлӀауэ Тхьэм и Ӏэмырыр зэкӀэ къащыгурымыӀуэм, Тхьэм и Псалъэр щыхьэт зытехъуэ а пэжыгъэхэм я щӀыб хуамыгъэзэжыну пӀэрэт абыхэм? GCKar 327.3

А гъэунэхуныгъэм къызэӀуихын хуейт пэжу я фӀэщ хъууэ Тхьэм и Псалъэмрэ и Духымрэ я гъэсэныгъэхэр къэзыщтахэм Тхьэм быдэу я дзыхь зэрырагъэзыр. А гузэрыдзэ ящӀам, нэгъуэщӀ зыми хуэмыдэу, ахэр иригъэсэн хуейт, езыр-езыру гурыӀуэгъуэ зищӀыну Библием Ӏэмал ептыным ипӀэкӀэ, цӀыхухэм я теориехэмрэ я гурыӀуэныгъэхэмрэ къэпщтэныр зэрышынагъуэм. Езыхэм я щхьэрыуагъэхэм къыхэкӀыу Ӏэнкун зэрыхъуахэмрэ гущӀыхьэ ящыхъуахэмрэ ахэр куэдым ирагъэсэн хуейт. Абы ахэм ягу къигъэкӀын хуейт бегъымбарӀуатэр нэхъ куууэ яджыну икӀи хуиузэщӀын хуейт я фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэр егугъуу къапщытэну икӀи ӀэщӀыб ящӀыну Пэжыгъэм и Псалъэм темыщӀыхьауэ хъуар, дапхуэдизу ар чристэн дунейм къащтауэ ямыӀыгъми. GCKar 328.1

А чристэнхэм, япэрей еджакӀуэхэми хуэдэу, иужькӀэт къащыгурыӀуэнур, гъэунэхуныгъэ махуэхэм зэхамыщӀыкӀыфахэр. Япэ гъэсэнхэм къащыщӀауэ щытар, абыхэми я фэм дэкӀат. «Псори зэриухар» абыхэм къыщалъагъум, гугъапӀэншэм зратакъым, я щхьэр къыфӀэхуакъым. Я щхьэрыуагъэхэм кърикӀуэу яшэча гъэунэхуныгъэм щхьэкӀи къэмынэу, абыхэм къагурыӀуащ Тхьэм ахэр нэхъ мащӀэу фӀыуэ къилъагъу зэрымыхъуар. Езыхэм я щхьэкӀэ абыхэм зэхащӀащ Ар «цӀыхум дэгузавэ гущӀэгъулыуэ» зэрыщытыр икӀи «фӀыуэ илъагъуу, яхуэпэжу Зиусхьэныр ядызэрызекӀуэр къращӀылӀа зэухылӀэныгъэр зыгъэпэжхэм». GCKar 328.2