Бэнэныгъэ ин

17/46

16 ӀЫХЬЭ—АДЭЖЬ-ПИЛИГРИМХЭР

Английскэ реформаторхэм, католическэ диныр къагъэнат, ауэ, абы и Ӏыхьэ куэд зыханатэкъым. Нэхъыбэу абыхэм папствэм и щӀыхьымрэ и диным и догмэхэмрэщ ямыдар, ауэ абы и хабзэхэм щыщу Англиканскэ члисэм Тхьэм къулыкъу зэрыхуащӀэ щӀыкӀэм хагъэхьар мащӀэтэкъым. ЗэрыжаӀэмкӀэ, а хабзэхэр фӀэщхъуныгъэм епха упщӀэхэм хыхьэтэкъым; Тхыгъэ ЛъапӀэм абыхэм я гугъу ищӀкъыми, мыхьэнэшхуэ яӀэкъым, аращи, ахэр пщӀэ мыхъуну щыткъым, я купщӀэкӀи гуэныхьу щыткъыми. Ахэр хабзэу зепхьэмэ,абыхэм ягъэкӀуэдынкӀэ хъунут реформэ ящӀа члисэхэмрэ Римымрэ я зэхуаку дэлъ щыхупӀэр икӀи дэӀэпыкъункӀэ хъунут католикхэм протестантскэ фӀэщхъуныгъэр къащтэным. GCKar 266.1

Консерваторхэмрэ компромисс кӀуэн зи хьэлхэмрэ а щыхьэтхэр тэмэм дыдэу, губзыгъагъэу къащыхъурт. АрщхьэкӀэ, нэгъуэщӀу гупсысэ цӀыхухэри щыӀэт. А щыхьэт дыдэхэр, а хабзэхэм «Римымрэ Реформацэмрэ я зэхуаку лъэмыж зэрыдалъхьэм”, абыхэм зэрагугъэмкӀэ ахэр бгъэзащӀэ зэрымыхъуным нэхъыбэ дыдэу щыхьэт техъуэрт. Абыхэм а хабзэхэм халъагъуэрт къызыщӀэкӀыжа пщылӀыпӀэм и дамыгъэ икӀи афӀэкӀа хуейхэтэкъым а бжьыр зыпщӀэхалъхьэну. Консерваторхэм жаӀэт Тхьэм и Унэм щыхуащӀэн хуей къулыкъур зытетыпхъэ принципхэр Зиусхьэным Езым и Псалъэм къызэрыщигъэлъэгъуар икӀи цӀыхухэр зэрыхуимытыр зыгуэр дыщӀагъуну е зыгуэр къыхахыну абыхэм. Члисэр Тхьэм хуабжьу къыбгъэдэкӀа зэрыхъуар зэрыщӀидзауэ щытар Тхьэм и щӀыхьым Члисэм и пщӀэр дыщӀагъуурэщ. ЯпэщӀыкӀэ Римым къиублащ хабзэхэр, хъунукъым жиӀэу Тхьэм зи гугъу имыщӀхэр, ауэ, икӀэм-икӀэжым, бгъэзэщӀэн имыдэу хъуащ Зиусхьэным игъэува хабзэхэр. GCKar 266.2

Куэдыр пэжу хуейт пасэрей чристэныгъэм и къабзагъэмрэ и къызэрыгуэкӀагъэмрэ ягъэзэжыну. Англиканскэ члисэм и хабзэхэм я нэхъыбэр абыхэм къазэрыщыхъур тхьэнапэхэм хуэпщылӀыным и фэеплъут, арати, я напэм кърагъэзэгътэкъым апхуэдэ зэӀущӀэхэм хэтыну. Ауэ члисэм светскэ властыр и щӀэгъэкъуэну, зыри хуит ищӀыртэкъым хабзэ ягъэувауэ екӀуэкӀхэм текӀыну. Законым псоми къалэн ящищӀырт къэрал члисэм иригъэкӀуэкӀ къулыкъухэм хэтын хуейуэ, диным ехьэлӀауэ нэгъуэщӀ зэӀущӀэ лъэпкъ ирагъэкӀуэкӀыну зыри хуиттэкъым, тутнакъым ирадзэнкӀэ, хэкум ирахункӀэ е лӀэныгъэкӀэ къыхуэдалъэхэу. GCKar 267.1

ХУӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзапӀэм английскэ тахътэм дэкӀуея монархым къыжиӀащ быдэу зэримурадыр «хигъэзыхьыну пуритан псори Англиканскэ члисэм и щӀыхьыр къащтэну, хьэуэ жаӀэмэ... хэкур яригъэбгынэну, нэхъыкӀэж къащыщӀыну хуэмейхэмэ”. НэплъапӀэ ирамытхэу, кърахуэкӀхэу, тутнакъхэм ирадзэхэу, къэкӀуэнум я Ӏуэхур нэхъыфӀ хъуну гугъэ къозытын лъэпкъ ялъагъутэкъым абыхэм, арати, куэдым къагурыӀуащ, и фӀэщ хъум ипкъ иткӀэ Тхьэм хуэлэжьэну хуей псоми я дежкӀэ «Англиер уздэщыпсэу хъун щӀыпӀэу зэрыщымытыжыр”. Языныкъуэхэр, икӀэм-икӀэжым, тегушхуащ Голландием егъэзыпӀэ къыщалъыхъуэну, арщхьэкӀэ, гугъуехьхэм, хуэныкъуэныгъэхэм пэщӀэуащ; ахэр тутнакъхэм ирадзэнкӀэ хъунут. Абыхэм я мурадхэр къехъулӀэртэкъым, епцӀыжакӀуэхэм ахэр я бийхэм ӀэщӀагъэхьэт, арщхьэкӀэ, нэрыгъ быдэ яӀэр дауэ мыхъуми текӀуащ, арати, абыхэм зыгъэпщкӀупӀэ къыщагъуэтащ гуапэу езыгъэблэгъа, хьэщӀэ зи фӀэфӀ, Голландскэ республикэм и Ӏуфэхэм. GCKar 267.2

Зыкърагъэлын папщӀэ щӀэпхъуэхэурэ абыхэм я унэхэри, я мылъкухэри къагъанэрти, зэрыпсэун ямыӀэжу къанэрт. Къыздэщыхута хамэщӀым, хамэбзэ зыӀурылъ цӀыхухэм икӀи зыщымыгъуазэ хабзэхэр зезыхьэхэм я деж, абыхэм ӀэщӀагъэщӀэ щызрагъэгъуэтын хуей хъурт, я щӀакхъуэ Ӏыхьэр къалэжьыжын папщӀэ. Зи ныбжькӀэ мыщӀалэжхэм, игъащӀэ псокӀэ щӀым телэжьыхьахэм, иджы техническэ ӀэщӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зрагъэгъуэтырт. Ауэ абыхэм лӀыгъэ яхэлъу яшэчырт зыӀууэ псори икӀи тхьэусыхэхэу, Ӏуэхуншэу зэман ягъэкӀуэдыртэкъым. Хуабжьу щыхуэныкъуэныгъэхэм дежи, абыхэм Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀырт, нэфӀщыхуэныгъэу къаритахэм щхьэкӀэ, гуфӀэгъуэ нэхъ ин здыхалъагъуэр хуиту, зэран къахуэмыхъуӀауэ я диным итыжынырти икӀи я динэгъухэм, я Ӏэулэдхэм ядэпсэунырти. «Ахэр зэрызэплъыжыр пилигримхэм хуэдэут икӀи кӀуэдыжынум гулъытэ хуащӀыртэкъым, атӀэ я нэгур я хэку лъапӀэ УафэмкӀэ гъэзауэ щытт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ягухэр ягъэмамырт». GCKar 267.3

Я хэкухэр ябгынэн хуей зэрыхъуамрэ гугъуехьхэмрэ быдэ ящӀат абыхэм я фӀэщхъуныгъэри я лъагъуныгъэри. Зиусхьэным къызэригъэгугъахэм щыгугътахэр,арати,Тхьэм дэӀэпыкъуэгъуншэу къигъанэртэкъым. Тхьэм и мелыӀычхэр сыт щыгъуи я гъусэт а Ӏэпхъуэшапхъуэхэм, ягъэгушхуэрэ къадэӀэпыкъухэу. ИкӀи Зиусхьэным тенджызыр зэпригъэупщӀыну ахэр щиунэтӀам — а щӀыналъэм, езыхэм я къэрал къагъэхъуу, абдежым я щӀэблэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр щӀэину къыщыхуагъанэфынум, — ахэр шэч къытрамыхьэу ежьащ, Тхьэм къаригъэлъэгъуа гъуэгумкӀэ яунэтӀащ. GCKar 268.1

Зиусхьэным и Ӏэмырт ар, и лъэпкъым гъэунэхуныгъэхэр яшэчыныр, ахэр хуигъэхьэзырын папщӀэ и гущӀэгъухэр къащтэным. Члисэр ягъэпуда хъуащ, щӀыхь иӀэ, лъагэу Ӏэта хъун папщӀэ. Тхьэр иджы хьэзыр хъуат абы къыщхьэщыжыну, дунейм яригъэлъэгъун папщӀэ: къыщыгугъхэр зэрыщымыгъупщэр. Абы къэхъукъащӀэ псори апхуэдэурэ иунэтӀат шейтӀаным и губжьымрэ нэмысыншэхэм къыхузэӀуащэхэмрэ Абы и цӀэр гъэлъэпӀа зэрыхъуным сэбэп хуэхъуну, Тхьэм и лъэпкъыр шынагъуэгъэншэ хъунум. Зехуэныгъэхэмрэ, хэкур ирагъэбгынэнымрэ хуитыныгъэм ухуэзышэ гъуэгур къыхузэӀуахащ Тхьэм и лъэпкъым. GCKar 268.2

Англиканскэ члисэм къыгуэкӀын хуей щыхъум, пуританхэм, псалъэ быдэ ятат, Тхьэм и лъэпкъ щхьэхуитыныгъэ зиӀэхэм хуэдэу, «Абы и гъуэгу псомкӀи зекӀуэну, къацӀыхуахэмкӀэ е иджыри зыщымыгъуазэхэмкӀэ, ауэ къэкӀуэнум къахузэӀукӀынухэмкӀэ”. Арат реформэ пэжым и гупсэр зищӀысыр, узэрыпсэун щӀыкӀэм и принципу протестантизмэр зытетыр; а мурадыр яӀэу пилигримхэм Голландиер ябгынащ, ДунеищӀэм хэку щызрагъэгъуэтын папщӀэ. Абыхэм я пастор Джон Робинсон, Тхьэм и ӀэмыркӀэ абыхэм дэщӀыгъуу емыжьам, зи хэкур зыбгынэн хуей хъуахэм сэлам щарихыжым жиӀат: GCKar 268.3

«Си къуэшхэ! Дэ куэд мыщӀу дызыбгъэдэкӀыжынущ, Зиусхьэным и закъуэщ зыщӀэр, иджыри зэ фи нэгухэм сиплъэнми, симыплъэнми. Ауэ Зиусхьэным иджыри дызэригъэлъагъунми дызэримыгъэлъагъунми, сэ Тхьэми Абы и мелыӀыч лъапӀэхэми я пащхьэ хуабжьу сыныщыволъэӀу: сэ езым Мэсихь къытесх щапхъэм нэхърэ, фэ нэхъыбэ къыстевмыхыну. Тхьэм нэгъуэщӀ цӀыхукӀэ нэхущӀэ къыфхуригъэхьмэ, хьэзыру фыщыт ар къэфщтэну, си деж сыт хуэдэ пэжыгъэри къыщыфщтэу фызэрыщытам хуэдэу; сэ быдэу сощӀэр Зиусхьэным иджыри нэху куэди пэжыгъэ куэди зэриӀэр, Абы и Тхылъ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм къателыдыкӀынхэу». GCKar 268.4

«Сэ стеухуауэ жысӀэнщи, нэпс схурикъунукъым реформированнэ члисэхэм нобэ яӀэ щытыкӀэр згъеину, абыхэм динымкӀэ зыужьыныгъэ гуэрхэр ягъуэтат, ауэ сыт и лъэныкъуэкӀи адэкӀэ кӀуэну хуейкъым, Реформацэм и лъабжьэр зыгъэтӀылъахэр здынэсауэ щытам фӀэкӀыну хуейкъым, Лютеранхэр Лютер адэкӀэ фӀэкӀыну хуейхэкъым... кальвинистхэри, зэрыфлъагъущи, быдэу тетхэщ, а Тхьэм хуэлэжьа цӀыху щэджащэм къахуигъэнахэм, арщхьэкӀэ, абы нэгъэсауэ пэжыгъэ псори ищӀэу щытакъым. Сыту уи гур игъэузрэ, члисэхэр апхуэдэ тхьэмыщкӀапӀэ зэрихуам. Абыхэм лъабжьэ хуэзыгъэтӀылъахэм я зэманым дунейм нэхур хуахьу щытащ я щхьэкӀэ, ауэ щыхъукӀи, ахэр иджыри хунэсыфатэкъым Зиусхьэным и ущиехэм я куууагъ псоми, — нобэ ахэр псэужатэмэ, нэхущӀэ къащтэфынут, абы и япэ бзийхэр зэгуэрым къызэращтауэ щытам хуэдэу”. GCKar 269.1

«Зыщывмыгъэгъупщэ, члисэм псалъэ быдэ зэрефтар, — Зисхьэным и гъуэгухэмкӀэ фызекӀуэну, нобэ фцӀыхухэмкӀи иджыри фызыщымыгъуазэхэмкӀи, ауэ къэкӀуэнум къыфхузэӀукӀынухэмкӀэ. Фигу ивгъэлъ члисэм а псалъэ быдэ ефтар икӀи Тхьэм ефщӀылӀа зэухылӀэныгъэр, зыр зым къызэрывгъэгугъар дэтхэнэ зы нэхури пэжыгъэри къэфщтэну, Тхьэм и Псалъэ тхылъымпӀэм традзамкӀэ къыфхузэӀукӀынур. Ауэ фысакъ, пэжыгъэу къафщтэр зыхуэдэр фегугъуу вгъэунэху; фегупсыс, нэхущӀэр евгъапщэ Тхыгъэ ЛъапӀэм и адрей напэкӀуэцӀхэм жаӀэхэм, дыгъуасэ хуэдэм чристэныгъэр зымыда кӀыфӀыгъэ Ӏувым къыхэкӀыжа чристэн дунейм, занщӀэу динымкӀэ щӀэныгъэу щыӀэ псори зэхищӀыкӀыну — ар зэи къэмыхъуфынщи». GCKar 269.2

ДинымкӀэ щхьэхуитыныгъэ ягъуэтыным зэрыхущӀэкъум, пилигримхэр тригъэгушхуэрт лӀыгъэ яхэлъу бэлъыхь псори яшэчыну зэман кӀыхькӀэ якӀуа я гъуэгуанэм, тенджызыр щызэпачым ятелъахэр, иджыри цӀыху здэщымыпсэуа щӀыналъэхэм я гъащӀэм гугъуехьрэ шынагъуэу зыхащӀар икӀи Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэу Америкэм и Ӏуфэм лъэпкъ лъэщым и лъабжьэр щагъэтӀылъыну. Ауэ дапхуэдизу цӀыху пэжхэу, Тхьэм шынагъэ хуаӀэу щымытами, пилигримхэм динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэн принцип иным и мыхьэнэр и кӀэм нэсу зэхащӀыкӀыртэкъым. Ахэр хьэзыртэкъым, апхуэдиз псэдзыгъэ-уасэ иныщэкӀэ, къаӀэрыхьа хуитыныгъэр адрей цӀыхухэм дагуэшыну. «Уеблэмэ, ХVӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм щыӀа гупсысакӀуэ щэджащэхэми моралистхэми ящыщу закъуэтӀакъуэхэрщ тэмэму къызыгурыӀуэу щытар Инджылым и принцип иныр, цӀыхухэм я фэщхъуныгъэм Хьэкум тезыщӀэну хуитыр Тхьэм зэризакъуэр». Члисэм диным ехьэлӀауэ цӀыхум и напэм тепщэну икӀи къигъуэтурэ ересым тезыр трилъхьэну, Тхьэм къару ирита хуэдэу — а гъэсэныгъэр папствэм и щхьэрыуагъэ куууэ лъабжьэ зыутӀыпщахэм ящыщ зыщ. Католическэ диным я щӀыб щыхуагъазэм, реформаторхэм абы хэту иджыри нэгъэсауэ абы и гупсэр, нэгъуэщӀ диныр мышэчыныр, зыханатэкъым. ХVӀӀ-нэ лӀэщӀыгъуэм иджыри а кӀыфӀыгъэ Ӏувыр нэгъэсауэ зэкӀэщӀэкӀатэкъым, лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ папствэм чристэн диныр щӀэзыуфэу къекӀуэкӀар. Штат Массачусетс щыӀэ колонием и уазтакӀуэ цӀэрыӀуэхэм ящыщ зым жиӀат: «НэгъуэщӀ диныр шэчынырщ дунейм чристэныгъэр ямыдэу зыщӀар; Члисэм еретикхэм тезыр трилъхьэкӀи ягъэ кӀынукъым”. Колонистхэм унафэ къащтащ, Члисэм щыщхэм фӀэкӀа къэрал властым и органхэм нэгъуэщӀхэм псалъэ щаӀэну хуимыту. Къэрал члисэщ жыхуэпӀэн хуэдэ къагъэхъуат икӀи цӀыху псоми къалэн щащӀат дин-лэжьакӀуэхэм мылъкукӀэ зыщӀагъэкъуэну. Къалэхэм я Ӏэтащхьэхэми хуитыныгъэ иратат сыт хуэдэ ересри къагъэувыӀэну. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, светскэ властыр Члисэм ӀэщӀыхьат. Абы фӀэкӀыпӀэншэу щӀэх дыдэ кърикӀуар — зэхэзехуэныгъэхэрщ. GCKar 269.3

Япэ колониер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс пщыкӀуз дэкӀа нэужь, ДунеищӀэм къэкӀуащ Роджер Уильямс. Япэ пилигримхэми хуэдэу, ар къекъуат мыбыкӀэ, хуитыныгъэ игъуэтын папщӀэ, ауэ абыхэм хуэмыдэу Роджер къыгурыӀуэрт хуитыныгъэр — ар дэтхэнэ зы цӀыхуми иӀэну зэрыхуитыр, зрихьэ диным емылъытауэ. Ар пэжыгъэм и лъыхъуакӀуэ пэжт, и гупсысэкӀэкӀэ Робинсон и акъылэгъуу, Тхьэм и Псалъэм и нэху псори дунейм иджыри къащтакъым жиӀэу. Уильямс «нобэрей чристэныгъэм и япэ цӀыхут, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэным, законым и пащхьэ дин псори щызэхуэдэным я принципхэр гражданскэ правленэм лъабжьэ хуэзыщӀауэ». Абы къыхигъэщырт властым зэрикъалэныр щӀэпхъаджагъэхэр къигъэувыӀэну, ауэ диным ехьэлӀауэ цӀыхум и напэр зыкӀи хигъэзыхь зэрымыхъунур. «Жылагъуэм е властым и лӀыкӀуэхэм — жиӀэрт абы, — цӀыхухэр зэрызэхущытын хуеймкӀэ унафэхэр къащтэ хъунущ, ауэ Тхьэм зэрыхущытыпхъэр абыхэм цӀыхухэм хуагъэувыну яужь ихьэмэ, — абы щыгъуэм ирагъэлейуэ, я мыӀуэху зэрахуэу аращ икӀи щапхъэ шынагъуэ ар хъунущ, зэрыгурыӀуэгъуэщи, зыгуэрым властыр ӀэщӀэлъмэ, нобэ зы дин къафщтэ жиӀэу ухигъэзыхьыфынущ, пщэдей нэгъуэщӀ дин къуигъэщтэнкӀэ хъунущ. Апхуэдэу щащӀащ Англием пащтыхь куэдми, пащтыхь гуащэ куэдми апхуэдэ унафэхэр къащтэу щытащ папэхэми, римскэ члисэм и хасэхэми. Абы кърикӀуэу диным ехьэлӀа упщӀэ Ӏэджэр зэхэгъэкӀыгъуей хъуащ”. GCKar 270.1

Къэрал Члисэм щрагъэкъуэкӀ къулыкъухэм кӀуэн хуейуэ псоми хуагъэувырт, къуэдыкӀэ е тутнакъкӀэ ягъэшынэурэ. Уильямс а законри игъэкъуэншащ; английскэ законодательствэм и унафэхэм я нэхъыкӀэ дыдэхэм щыщт члисэм кӀуэн хуейуэ псоми зэрахуигъэувыр. НэгъуэщӀ дин зыӀыгъхэм гухьэну цӀыхухэр хэбгъэзыхьыныр, абы зэрилъытэмкӀэ наӀуэу икӀи пыухыкӀауэ цӀыхухэм я хуитыныгъэр пкъутэнырт; фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ икӀи диным хуэхамэ цӀыхухэр Тхьэм щхьэщэ щыхуащӀын хуей зэӀущӀэхэм залымыгъэкӀэ бгъэкӀуэным къикӀыр фэрыщӀагъэр бгъэдэхэнырт. «Зыри, — жиӀэрт абы, — хэбгъэзыхь хъунукъым Тхьэм щхьэщэ здыхуащӀ зэӀущӀэхэм кӀуэн хуейуэ, хьэмэрэ мылъкукӀэ члисэм дэӀэпыкъун хуейуэ». «Дауэ? — ягъэщӀагъуэрт абы и ныкъуэкъуэгъухэм, — лажьэм зэрыпсэун хуэмыфащэу дауэ хъун?” «Пэжщ, хуэфащэщ, — жэуап яритыжырт абы, — ауэ, лэжьапщӀэр зытын хуейр, дин-лэжьакӀуэр пщӀэкӀэ къэзыщтахэрщ”. GCKar 271.1

Роджер Уильямс пщӀэ-нэмыс хуащӀырт икӀи фӀыуэ ялъагъурт дин-лэжьакӀуэ пэжу, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъу, къыпхуэмыщэхуну захуащӀэу, хуабжьу цӀыхуфӀу зэрыщытым щхьэкӀэ, ауэ светскэ властым Члисэм унафэ хуищӀыну абы быдэу зэримыдэр икӀи динымкӀэ псоми щхьэхуитыныгъэ яӀэн хуейуэ къызэригъэувым законодателхэр къигъэгубжьырт. Абы и идеехэр гъащӀэм хэпща хъумэ, «къэралым щекӀуэкӀ хабзэхэр икъутэнкӀэ, правительствэр тридзынкӀэ» шынэхэу, властыр зыӀэщӀэлъхэм унафэ къащтащ, Уильямс колониер ирагъэбгынэну. Къамыубыдыфын папщӀэ, Уильямс щӀымахуэ уаеу мэз Ӏувым зыщигъэпщкӀун хуей хъуат. GCKar 271.2

«Тхьэмахуэ пщыкӀуплӀым и кӀыхьагъкӀэ, — игу къигъэкӀыжат абы иужькӀэ, — сэ зэманым а и нэхъ щӀыӀэгъуэ дыдэм къэзджэдыхьащ, зы егъэзыпӀи, зы щӀакхъуэ бзыгъи симыӀэу. Ауэ къуаргъхэм губгъуэ нэщӀым сыщагъэшхащ икӀи жыг гъуанэхэр мызэ-мытӀэу зыгъэпщкӀупӀэ схуэхъуащ”. Абы и гъуэгум адэкӀэ хьэзабыр ишэчурэ къыпищащ, уэсым щӀигъэна бжьымыкъуэ мэзыр зэпичурэ, икӀэм-икӀэжым егъэзыпӀэ щимыгъуэтыху зы индейскэ лъэпкъ гуэрым я деж икӀи щӀэх дыдэ абы къилэжьащ индейцхэм пщӀэ къыхуащӀыныр, фӀыуэ къалъагъуныр, Инджылым и пэжыгъэхэм ахэр хуигъасэурэ. GCKar 271.3

Мазэ ӀэджэкӀэ зэхэзекӀуа нэужь, ар нэсащ Нарагенсетскэ хыжьэм и Ӏуфэхэм. Абдежым абы, динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ нэс псоми щаӀа япэ штатым и лъабжьэ щигъэтӀылъащ. Роджер Уильямс и колониер зытет принципыр мы унафэрт: «Дэтхэнэ цӀыхуми хуитыныгъэ иӀэщ Тхьэм хуэлэжьэну и напэ къызэрыжриӀэм хуэдэу». Абы и штат мыиныр, Род-Айленд, зыгъэпщкӀупӀэ яхуэхъуащ кърахуэкӀ псоми; ар хэхъуэрт икӀи ефӀакӀуэрт, ар зытет принципхэр — гражданскэр икӀи динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр — Американскэ республикэм и лъабжьэ мыхъуху. GCKar 271.4

Мыхьэнэшхуэ зиӀэ документым, ди адэжьхэм хуитыныгъэм теухуа закону ягъэувам, — щхьэхуитыныгъэм и Декларацэм, — абыхэм щыжаӀащ: «Дэ наӀуэу къыдолъытэ мы пэжыгъэхэр: цӀыху псори зэхуэдэу къагъэщӀащ, ДыкъэзыгъэщӀам дэтхэнэми къытепх мыхъуну пыухыӀа хуитыныгъэхэр иритащ, абыхэм хохьэр псэуну хуитыныгъэ иӀэныр, щхьэхуитыгъэ иӀэныр, насып иӀэну хуитыныр”. Конституцэм пыухыкӀа псалъэухахэмкӀэ къиӀуатэу гарантие ет динымкӀэ щхьэхуитыныгъэр зыми къытрамыхыну: «Диным ехьэлӀауэ цӀыхум и фӀэщхъуныгъэр лъабжьэ хуэхъун хуейкъым е зэран хуэхъун хуейкъым жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къэрал къулыкъу Штат Зэгуэтхэм къыщыпӀэрыхьэным”. «Конгрессым унафэ ищӀын хуейкъым дин гуэр цӀыхухэм къаригъэщтэну е имыдэну, дин гуэрым цӀыхухэр итыныр”. GCKar 272.1

«Конституцэр къыдэзыгъэкӀахэм къащтат динымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэным ехьэлӀа принцип иныр зэрыбыдэр. Абы ипкъ иткӀэ цӀыхумрэ Тхьэмрэ я зэхущытыкӀэр цӀыхухэм къыдагъэкӀ законхэм я тепщэм щӀэт зэрымыхъунур икӀи динымкӀэ щхьэхуитыгъэ иӀэныр зыми къытепх зэрымыхъунур. А пэжыгъэр щыхьэтыгъэ хуэныкъуэкъым — ар ди гум щопсэу. А пэжыгъэращ, цӀыхухэм я закон псоми къыпэмынэу, хьэзаб лӀэныгъэ зрагъэшэча куэдым ядэӀэпыкъуар, ӀэпкълъэпкъкӀэ хьэзабхэри мафӀэри яшэчыну. Абыхэм зэхащӀыкӀт, нэгъуэщӀым и напэм тепщэну цӀыхум къару зэримыӀэр. ЦӀыхум дэщӀыгъуу къагъэщӀа а принципыр пхуэгъэкӀуэдыжынукъым”. GCKar 272.2

Дэтхэнэ зы цӀыхури къилэжьам щыгуфӀыкӀыжыфу икӀи и напэм жиӀэм едэӀуэжыфу здэщыт къэрал щыӀэу европейскэ къэралхэм щагъэхъыбар щыхъум, цӀыху мин бжыгъэхэм яунэтӀащ ДунеищӀэм и Ӏуфэхэм. Колониехэр псынщӀэурэ хэхъуэрт. «Штат Массачусетс закон хэха иӀэт, зыгъэпщкӀупӀэрэ пщӀэншэ дэӀэпыкъуныгъэрэ сыт хуэдэ лъэпкъ щыщ чристэнхэми яриту, тенджызыр зэпызыупщӀахэм, «зауэм, гъаблэм е зехуэныгъэхэм зыкъригъэлу». Апхуэдэу щӀэпхъуэжахэмрэ зэрахуэ цӀыхухэмрэ республикэм и хьэщӀэ хъухэрт, законым ипкъ иткӀэ”. Япэ кхъухьым и хъурзэр Плимут деж зэрыщрадзыхрэ, илъэс тӀощӀ дэкӀа нэужь, пилигрим мин бжыгъэ куэдым АнглиещӀэр псэупӀэ ящӀащ. GCKar 272.3

ЗыщӀэхъуэпс хуитыныгъэм щхьэкӀэ «ахэр арэзыт хуэмыщӀауэ, псэемыблэжу псэуну. Ахэр щӀым зэрыщыгугъыр я лэжьыгъэ тӀэкӀум пэкӀуэ къытрахыжынырт. Къулей зэрыхъуфын зы Ӏэмали щыӀэтэкъым ахэр къэзыгъэпцӀэфыну... Ахэр щыгуфӀыкӀырт къэралым и зэхэлъыкӀэр хуэму, ауэ пэжыгъэм теухуауэ зэрефӀакӀуэм, езыхэм я нэпсымкӀэ я пщӀэнтӀэпсхэмкӀэ щхьэхуитыныгъэм и жыгым псы щӀакӀащ, лъабжьэ куу абы имыутӀыпщыху». GCKar 273.1

Библиер абыхэм я дежкӀэ фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэт, Ӏущыгъэм и псынэт икӀи хуитыныгъэм и хабзэт. Абы и принципхэр егугъуу щаджырт унэми, школми, члисэми, арати, абы кърикӀуэрт гулъытэ, губзыгъагъэ, къабзагъэ икӀи шыӀэныгъэ. Илъэс бжыгъэкӀэ пуританскэ колониехэм ущыпсэуфынут «зы чэф ухуэмызэу, зы шхыдэ макъ зэхыумыхыу икӀи зы факъырэ умылъагъуу». Ахэр гъащӀэм халъагъуэ щыхьэт пэжт библейскэ принципхэр лъэпкъым зиӀэтыным зэрыдэӀэпыкъум. Быдагъэ зыхэмылъ зэпэщхьэхуэ жылэхэр штат лъэщхэм я конфедерацэ хъуащ, арати, дунейм ягъэщӀагъуэу жаӀэрт ефӀэкӀуэныгъэрэ мамырыгъэрэ зэрыщыӀэфынур «папэншэу члисэми пащтыхьыншэу къэралми”. GCKar 273.2

Ауэ Америкэм и Ӏуфэхэм щӀэмычэу цӀыхухэр къесылӀэхэрт, я мурадхэр япэрей пилигримхэм яӀа гухэлъхэм пэжыжьэу. Япэм щыӀа динымрэ къабзагъэмрэ къару лъэщкӀэ гъащӀэм хэщӀыхьыныгъэшхуэ халъхьэу щытат, ауэ иджы абы и къарур зэрыкӀуэщӀым гу лъыптэрт, мыбдежым мылъкукӀэ фейдэ къыщызылъыхъуэу къакӀуэхэм я бжыгъэр багъуэрти. GCKar 273.3

Члисэм щыщхэм фӀэкӀа къэрал органхэм псалъэ зыми щаӀэну хуимыту икӀи властым и гражданскэ органхэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къулыкъухэр апхуэдэхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм щамыубыдыфыну, япэ колонистхэм къыдагъэкӀауэ щыта унафэм, фӀы кърикӀуакъым. Апхуэдэ унафэхэр къащта щӀэхъуар къэралыр яхъумэн папщӀэт, ауэ Члисэр щэнкӀэ зэкӀуэкӀыныгъэм хуишащ. Выборхэм, общественнэ лэжьыгъэхэм ухэтыным диныр Ӏэмал зимыӀэу зэрыхуагъэувам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд Члисэм къыхыхьат фейдэ къыхахыну, карьерэм и хьэтыркӀэ, ягухэр ямыхъуэжауэ, ямыгъэкъэбзауэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, члисэм нэхъыбэу хэтхэр дуней цӀыхухэрт, диным хуэхамэхэу; уеблэмэ, дин-лэжьакӀуэхэми яхэтт пэжыгъэр зэзыгъэкӀуэкӀ идеехэр зэрызэрахьэхэм имызакъуэу, цӀыхур фӀы и лъэныкъуэкӀэ зыхъуэж Дух ЛъапӀэм и къарум зыри хэзымыщӀыкӀхэр. Абы кърикӀуар зэраныгъэшхуэщ, Константин и махуэхэм щыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым Члисэм и къекӀуэкӀыкӀам мызэ-мытӀэу къызэрыщыхъуам хуэдэу, къэралыр дэӀэпыкъуэгъу ящӀурэ Члисэр яухуэну яужь зэритарщ, светскэ властым зыхуагъазэу зэрыщытарщ, дагъэӀэпыкъуну «Си пащтыхьыгъуэр мы дунеиракъым къызэзытар”, — ЖызыӀам и Инджылым (Ин. 18:36). Дунейр Члисэм гъунэгъу хуэщӀын мурадкӀэ Члисэр къэралым гуэбгъэхьэным, ипэжыпӀэкӀэ, Члисэр дунейм гъунэгъу хуищӀ къудейуэ аращ. GCKar 273.4

Пэжыгъэм зэпымыууэ зыкъызэӀуех, чристэн псори хьэзыру щытын хуейщ нэхур къащтэну, Тхьэм и Псалъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм къытелыдыкӀынкӀэ хъунур — а принцип иныр, апхуэдизу ӀуэхуфӀ зэрахьэу Робинсонрэ Роджер Уильямсрэ къызыщхьэщыжу щытар, абыхэм къатехъукӀыжахэм зыфӀагъэкӀуэдащ. Протестантскэ члисэхэу Америкэми Европэми щыӀэхэр, Реформацэм и нэфӀщыхуэныгъэшхуэхэр къызыӀэрыхьахэр, ипэкӀэ кӀуэтакъым реформэм и гъуэгум тету. ПэжыгъэщӀэхэр зыгъэӀу икӀи куэд щӀауэ тепщэ щхьэрыуагъэхэр сэтей къэзыщӀ лӀы пэжхэр зэман-зэманкӀэрэ къэунэхуу щытами, нэхъыбэр Мэсихь и зэманым иудейхэм я щытыкӀам хуэдэт е Лютер и зэманым щыӀа папистхэм хуэдэт, ахэр арэзыхэт я адэжьхэм зэрахьа динымкӀэ, гъащӀэм щекӀуэкӀ хабзэхэмкӀэ. Абы къыхэкӀкӀэ диныр аргуэру дэхуэхыурэ формализмэм, япэрей щхьэрыуагъэхэм, суевериехэм хуэкӀуащ, ахэр куэд щӀауэ ягъэкӀуэдыжауэ щытынут Члисэр «Тхьэм и Псалъэм «и нэхум хэту зекӀуатэмэ». Арати, Реформацэм и духыр хуэм-хуэмурэ ужьыхыжащ, Лютер и зэманым римскэ Члисэхэр реформэ зэрыхуэлӀам хуэдабзэу, протестантскэ члисэхэри реформэм хуэлӀэ мыхъуху. Япэми хуэдэу, абы щытепщэ хъуат светскэ къарур, динымкӀэ я пӀэм ижыхьыныгъэр, цӀыхухэм я еплъыкӀэхэм пщӀэшхуэ хуащӀыныр икӀи Тхьэм и Псалъэм и гъэсэныгъэр цӀыхухэм я теориехэмкӀэ яхъуэжыныр. GCKar 274.1

ХӀХ-нэ лӀэщӀыгъуэм и япэ илъэсхэм щыщӀэдзауэ и кум нэс Библиер дэнэкӀи зэрынагъэсами дунейм къытепса нэхушхуэми, цӀыхухэм пэжыгъэр къащӀэнымкӀэ, динымкӀэ опыт ягъуэтынымкӀэ ехъулӀэныгъэшхуэм хуишакъым. ШейтӀаным япэм хуэдэу, Тхьэм и Псалъэр цӀыхухэм ящигъэпщкӀужыфыртэкъым, ар хэти зыӀэригъэхьэфыну щытти, ауэ и мурадхэм и Ӏэр хунэсын папщӀэ, абы цӀыхухэм Библиер къафӀэмыӀуэхуу ищӀырт. Тхыгъэ ЛъапӀэр яджыну яӀэ Ӏэмалхэр къафӀэмыӀуэхуу, цӀыхухэм япэми хуэдэу щхьэрыуагъэхэр къащтэрт икӀи зи лъабжьэхэр Библием жыжьэуигъунэгъууи емыкӀуалӀэ гъэсэныгъэхэм тетхэрт. GCKar 274.2

Зэрихуэ щӀыкӀэурэ пэжыгъэр игъэкӀуэдыжыну яужь зэритам ехъулӀэныгъэ къызэрыхуимыхьар здилъагъум, шейтӀаным аргуэру зэхудэчыхыныгъэ принципым игъэзэжащ, япэм Члисэр хуабжьу Тхьэм къыбгъэдэзышыфауэ щытам, римскэ члисэр къэзыгъэхъуауэ щытам. Иджы абы чристэнхэр зэригъэӀулэр мажусийхэм гухьэнымкӀэтэкъым, атӀэ дуней фӀыгъуэхэм хуэпщылӀурэ тхьэ сурэт гъэжахэм, тхьэнапэхэм щхьэщэ хуэзыщӀхэм хуэдэу, тхьэпэлъытэ зыщӀ хъуахэм яхыхьэнымкӀэт. А зэгухьэныгъэм кърикӀуам узэригъэунэхъур нэхъ мащӀэтэкъым япэм зэрыщытам нэхърэ: диным и щыгъынымкӀэ щӀахъумэурэ пагагъэри, къулеягъэри ягъафӀэрт, арати, члисэхэр зэкӀуэкӀырт. ШейтӀаным библейскэ пэжыгъэхэр зэригъэкӀуэкӀыным адэкӀи къыпищэрт; члисэм и хабзэжьхэм и хъыбарыжьхэм, мелуан бжыгъэкӀэ цӀыхухэр зыгъэунэхъуахэм, лъабжьэшхуэ яутӀыпщат. «ИгъащӀэкӀэ щихъхэм ирата” диныр яхъумэжыным и пӀэкӀэ, Члисэм а хабзэжьхэр къищтауэ къыщхьэщыжырт. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ягъэкӀуэдыжащ реформаторхэр зыщӀэбэна икӀи гугъу щӀехьа принципхэр. GCKar 275.1