Бэнэныгъэ ин

16/46

15 ӀЫХЬЭ—БИБЛИЕМРЭ ФРАНЦУЗ РЕВОЛЮЦЭМРЭ

Реформацэм XVI-нэ лӀэщӀыгъуэм цӀыхухэм Библиер къызэӀуахыну ягу къигъэкӀыурэ, яужь итащ Европэм и къэрал псоми нэсыну. Языныкъуэ къэралхэм щыгуфӀыкӀыу ар ирагъэблагъэрт уафэм и пхъэр лъапӀэм хуэдэу. Абы и къарум пэщӀэувэну папствэм здылъэкӀа щӀыпӀэхэм библейскэ пэжыгъэм и нэху лъапӀэу уезыгъэфӀакӀуэм зэрызыщиубгъуфа щыӀэкъым. АдэкӀэ ди тхыгъэм зи гугъу щытщӀыну къэралыр пэжыгъэм и нэхум къигъэнэхуауэ щытат, ауэ кӀыфӀыгъэр абы и пащхьэ щикӀуэтакъым. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ а къаруитӀыр зэпэщӀэтащ. ИкӀэм-икӀэжым, ем текӀуэныгъэр къихьри, уафэм и пэжыгъэм я щӀыб хуагъэзащ цӀыхухэм. «Хьэкумыр зытеухуар мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм Нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ” (Ин. 3:19). Арати, а лъэпкъым къыхаха гъуэгум зыхуишар, ягъэунэхужын хуей хъуащ. Ер зэтезыӀыгъэ Дух ЛъапӀэр къыӀахыжащ лъэпкъым, Абы и тыгъэ нэфӀщыхуэныгъэр къащтатэкъыми. Тхьэм хуит ищӀащ ер бэгъуэну, дуней псом къалъэгъун папщӀэ, щхьэзыфӀэфӀагъкӀэ нэхум уи щӀыб хуэбгъэзэным кърикӀуэр зыхуэдэр. GCKar 244.1

Францием Библиер ямыдэу ирахьэкӀа зауэр, лӀэщӀыгъуэ нейхэм екӀуэкӀащ, ауэ абы нэхъ и гуащӀэгъуэу щыщытар революцэ зэманырщ. Римым Тхыгъэ ЛъапӀэр зэриудыхарщ апхуэдэ хъугъуэщӀагъэ шынагъуэр фӀэкӀыпӀэншэу къызыхэкӀар. А зауэр — папскэ политикэр ӀупщӀу нэрылъагъу зыщӀхэм ящыщ зыщ, наӀуэ ищӀу илъэс миным щӀигъукӀэ римскэ члисэм и гъэсэныгъэ псоми кърикӀуар зищӀысыр. GCKar 244.2

Папскэ тепщэныгъэм и лъэхъэнэм Тхыгъэ ЛъапӀэр зэрыхаутэнур бегъымбархэм жаӀэгъауэ щытт икӀи Яхья КъызэӀузых Тхылъым апхуэдэу щытопсэлъыхь «гуэныхьым и цӀыхур» зэрытепщэнум узижэгъуэну кърикӀуэнухэм, хэхауэ Францием нэхъ лъэӀэсахэм. GCKar 244.3

Зиусхьэным и мелыӀычым жиӀат: «...къалэ лъапӀэр мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ зэхаутэнущ. Ауэ Сэ си щыхьэтитӀым къару естынурэ щыгъуэ щыгъынхэр зыщатӀэгъауэ махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ бегъымбарӀуатэ жаӀэнущ. ... Абыхэм я щыхьэт псалъэхэр ягъэӀун яухмэ, кууупӀэ щӀэншэм хьэкӀэкхъуэкӀэ къыхэкӀынурэ къезэуэнущ абыхэм икӀи къатекӀуэнущ, къиукӀынущ ахэр. Абыхэм я хьэдэр къалэшхуэм и уэрамым дэлъынущ, ди Зиусхьэныр жорым щыкӀэраӀулӀауэ щытам, хъуэрыбзэкӀэ Содомрэ МысыркӀэ зэджэ къалэм. ... Дунейм щыпсэухэр щыгуфӀыкӀынущ а бегъымбаритӀым я лӀэныгъэм, а тӀум ахэр гугъу ирагъэхьу щытащи. ЦӀыхухэм джэгухэр зэхаублэнущ, зыр зым тыгъэхэмкӀэ хуэупсэнущ. Ауэ махуищрэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь, Тхьэм абыхэм гъащӀэм и псэр къахилъхьэжри, тӀури я лъэкӀэ къэувыжащ. Ахэр зылъэгъуа псори шынагъэшхуэм зэщӀиубыдащ” (Откр. 11:2-11). GCKar 245.1

ИщхьэкӀэ зи гугъу тщӀа зэман пычыгъуэхэм — «мазэ плӀыщӀрэ тӀуми” «махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀми» — къагъэлъагъуэр зы лъэхъэнэщ, а зэманым и кӀыхьагъкӀэ Мэсихь и Члисэм гугъу ехьыну къыпэщылъащ, Римым хьэзабыр яригъэшэу. Илъэс 1260-кӀэ щыӀа папскэ тепщэныгъэр щыщӀидзар 538 гъэрщ икӀи щиухар 1798 гъэрщ, французыдзэр Римым дыхьэу, гъэр щищӀам щыгъуэщ папэр, иужькӀэ хэкум ирахуауэ дунейм ехыжар. Куэд дэмыкӀыу нэгъуэщӀ папэ хахауэ щытами, абы щыщӀэдзауэ папскэ иерархием зэи япэрей властри къарури игъуэтыжакъым. GCKar 245.2

1260 илъэсхэм я кӀыхьагъ псом Члисэр зэпымыууэ зэрахуакъым. Зиусхьэным и лъэпкъым гущӀэгъу хуиӀэм къыхэкӀкӀэ, мафӀэкӀэ щагъэунэхуа зэманыр нэхъ мащӀэ ищӀащ. «Гузэвэгъуэшхуэ зэману» Члисэм къыпэплъэм теухуауэ КъегъэлакӀуэм жиӀащ: «А махуэхэр ямыгъэмэщӀатэмэ, зыри псэууэ къэнэнутэкъым. Ауэ Тхьэм къыхихахэм я хьэтыркӀэ а махуэхэр нэхъ мащӀэ ящӀынущ” (Мф. 24:22). Реформацэм и къарум и фӀыгъэкӀэ зехуэныгъэхэр щагъэтыжащ, 1798 гъэр къэсыным иджыри зыкъом иӀэу. ЩыхьэтитӀым теухуауэ бегъымбарым адэкӀэ жеӀэр: «А щыхьэтитӀыр — зейтун жыгитӀщ икӀи уэздыгъэ нэхуитӀщ, щӀылъэм и Зиусхьэным и пащхьэ итхэу. «Уи псалъэр — си лъакъуэм и уэздыгъэщ — дожьу абы зэчырусакӀуэр, — си лъагъуэр къысхуегъэнэху» (Откр. 11:4; Пс. 118:105). А щыхьэтитӀыр я дамыгъэщ Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэмрэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэмрэ. ТӀури зэхуэдэу щыхьэт тохъуэ Тхьэм и Унафэр къыщежьами игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнуми, абы къыдэкӀуэу къегъэлыныгъэ мурадми. Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм ит прообразхэм, къурмэнхэм, бегъымбарӀуатэхэм къагъэлъагъуэр къэкӀуэну КъегъэлакӀуэрщ. Инджылымрэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм ит тхыгъэхэмрэ топсэлъыхьыр КъегъэлакӀуэм, прообразхэмрэ бегъымбарӀуатэхэмрэ къызэрыжаӀауэ щытам хуэдэ къабзэу къэкӀуам. GCKar 245.3

«Щыгъуэ щыгъынхэр зыщатӀэгъауэ махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ бегъымбарӀуатэ жаӀэнущ». А зэманым я нэхъыбэм Тхьэм и щыхьэтхэр мыцӀэрыӀуэу щытащ. Папствэм хузэфӀэкӀ къигъэнакъым, цӀыхухэм пэжыгъэм и псалъэхэр ящигъэпщкӀун папщӀэ, арати, абыхэм щыхьэт нэпцӀхэр яхуигъэкӀуащ, Библиер щыхьэт зытехъуэхэм пэщӀэувэу. Диным и тепщэхэмрэ светскэ властымрэ Библиер ямыдэу щыщытам, Абы ит псалъэхэр зэрагъэкӀуэкӀыу, цӀыхухэм я акъылыр абы къыбгъэдашу цӀыхухэмрэ жинхэмрэ я лъэкӀ къамыгъанэу; абы ит пэжыгъэ лъапӀэхэр зыгъэӀуну тегушхуэхэр зэрахуэу, епцӀыжхэрэ бийм ӀэщӀагъэхьэхэу, хьэзабхэр ирагъэшэчу, зэрыпсэууэ щӀы щӀагъхэм щыщӀалъхьэу, укӀ тралъхьэу е ирахулӀэу бгъэдыхьэпӀэншэ бгыхэм, аузхэм, бгъуэнщӀагъхэм щхьэегъэзыпӀэ къыщагъуэтыну, — мис а зэманым щыхьэт пэжхэм «бегъымбарӀуатэхэр ягъэӀуащ ... щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу”. Зэрызэрахуэм щхьэкӀэ къамыгъанэу, ахэр пэжыгъэм щыхьэт техъуащ илъэс 1260-м я кӀыхьагъкӀэ. Зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэми щыӀахэщ Тхьэм хуэпэж цӀыхухэр, Тхьэм и Псалъэр фӀыуэ зылъэгъуахэр икӀи Тхьэм и щӀыхьыр къызыфӀэӀуэхуахэр. Напэ хужькӀэ Тхьэм хуэпщылӀа а цӀыхухэм Тхьэм къаритат Ӏущыгъи, къаруи, лъэкӀыныгъи Абы и пэжыгъэр а лъэхъэнэм и кӀыхьагъкӀэ ягъэӀуну. GCKar 246.1

«Зыгуэрым абыхэм зэраныгъэ къарищӀэну яужь къихьэмэ, абыхэм я жьэм мафӀэ къыжьэдэкӀыурэ бийр ягъэкӀуэд. Апхуэдэу кӀуэдынущ абыхэм Ӏеягъэ езыщӀэну хэт дэтхэнэри” (Откр. 11:5). Тхьэм и Псалъэр хэзыутэ цӀыхухэр тезырыншэу къэнэфынукъым. Ӏеягъэм зыщыпхъума зэрыхъунур къозыгъащӀэ а псалъэ шынагъуэхэм я купщӀэр къеӀуатэр КъызэӀузых Тхылъым и яужь псалъащхьэм: «БегъымбарӀуатэ псалъэхэу мы тхылъым итхэр зэхэзых дэтхэнэми жызоӀэр: хэт абыхэм ядищӀыгъуӀамэ, Тхьэм абы насыпыншагъэу мы тхылъым зи гугъу ищӀхэр трилъхьэнущ. Хэт мы тхылъым ит бегъымбарӀуатэ псалъэхэм хигъэщӀӀамэ, Тхьэм ар и Ӏыхьэ хигъэкӀыжынущ: мы тхылъым зи гугъу ищӀ гъащӀэм и жыгми къалэ лъапӀэми и Ӏыхьэ хэлъынукъым” (Откр. 22:18,19). GCKar 246.2

Апхуэдэ сакъыныгъэ ущиехэр, хъыбархэр Зиусхьэным яригъащӀэрт цӀыхухэм, щихъумэн папщӀэ Езым къызэӀуиххэмрэ и унафэхэмрэ яхъуэжыну яужь ихьэным. Сакъынагъэм укъыхуезыджэ а псалъэхэр цӀыху псоми хуэгъэзащ, яӀыгъ увыпӀэм къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм щапхъэ езыгъэлъагъухэм, Тхьэм и Унафэр зыуи кърамыдзэу щытыну. Абыхэм шынагъэрэ гузавэрэ ягу къагъэкӀын хуейт, Тхьэм и Унафэхэм уедэӀуэным мыхьэнэ щӀагъуэ зимыӀэу зылъытэхэу, къызыфӀэмыӀуэхухэм. Езыхэм къащыхъухэр, я гугъэхэр, Тхьэм къызэӀуихахэм япэ изыгъэщхэм, Тхыгъэ ЛъапӀэм и купщӀэ наӀуэхэр зэзыгъэкӀуэкӀхэм, тыншыгъуэ лъыхъуэхэу е дунейм зыдрагъэкӀун папщӀэ — апхуэдэхэм жэуап шынагъуэ яхьыжыну я пщэм далъхьэжу аращ. Тхыгъэ ЛъапӀэр, Тхьэм и Унафэр дэтхэнэ зы цӀыхуми и хьэлыр къызэрапщытэщ; а щапхъэ нэгъэсам темытхэр ягъэкъуэншэнущ. GCKar 246.3

«Абыхэм я щыхьэт псалъэхэр ягъэӀун яухмэ ...” ЩыхьэтитӀым, щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, бегъымбарӀуатэхэр щагъэӀун хуей зэманым я кӀыхьагъыр щиухар 1798 гъэрщ. КӀыфӀыгъэ зэманым, мыцӀэрыӀуэхэу абыхэм ирахьэкӀа лэжьыгъэр и кӀэм щынэскӀэ, абыхэм къезэуэн щӀидзэн хуейщ тепщэныгъэм, «кууупӀэ щӀэншэм къыхэкӀ хьэкӀэкхъуэкӀэу” къэгъэлъэгъуам. Европэм члисэмрэ къэралымрэ я унафэщӀхэр лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ шейтӀаным и тепщэныгъэм щӀэтащ, папствэр къигъэсэбэпурэ зыхуейр зылэжьам. Ауэ мыбдежым дэ щыдолъагъу шейтӀаным и къарум щӀэуэ, нэгъуэщӀу зыкъызэкъуихыу. GCKar 247.1

Римым и политикэр зыхуэгъэзауэ щытар, Библием пщӀэшхуэ хуищӀ хуэдэурэ, абы лъэпкъхэм къагурымыӀуэ бзэмкӀэ ӀункӀыбзэ иритауэ иӀыгъынырт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэм щигъэпщкӀуу. Арати, Римым и тепщэныгъэ зэманым щыхьэтитӀым бегъымбарӀуатэхэр ягъэӀуащ «щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу”. Ауэ нэгъуэщӀ тепщэныгъэ къэунэхун хуейт — «кууупӀэ щӀэншэм къыхэкӀ хьэкӀэкхъуэкӀэр” — абы Тхьэм и Псалъэм наӀуэу зауэ ирищӀылӀэн хуейт. GCKar 247.2

«Къалэшхуэм”, зи уэрамым а щыхьэтхэр щаукӀар икӀи я хьэдэр зыдэлъам, хъуэрыбзэу МысыркӀэ йоджэ. Библием дызыщрихьэлӀэ лъэпкъхэм ящыщу, Тхьэ псэу зэрыщыӀэр нэхъ мышынэу зымыдар Мысырырщ. Зы монарх тегушхуакъым апхуэдизу наӀуэу икӀи щхьэзыфӀэфӀу Уафэм и щӀыхьым пэщӀэувэну, Мысырым и пащтыхьым зэрищӀам хуэдэу. Муса Зиусхьэным и цӀэкӀэ хъыбар лъапӀэр фирхьэуным къыщыхуихьам щыгъуэ, а монарх пагэм жэуап къитащ: «Хэт Зиусхьэныр, сэ Абы седаӀуэу Израил и къуэхэр сутӀыпщыжыну? Сэ а Зисхьэныр сцӀыхукъым икӀи Израил и къуэхэри сутӀыпщыжынукъым”, — жиӀэри (Исх. 5:2). Ар атеизмэрщ. Мысырыр нэщэнэ зыхуэхъуа лъэпкъым, апхуэдэ къабзэу идэн хуейтэкъым Тхьэ псэум къигъэувхэр икӀи апхуэдэ дыдэу фӀэщмыхъуныгъэмрэ шынагъэ зыхэмылъ мыдаӀуэныгъэмрэ я гупсэр къигъэлъэгъуэн хуейт. «Къалэшхуэр” апхуэдэуи «хъуэрыбзэкӀэ” Содомым хуагъадэ. Тхьэм и Унафэр зыкъута Содом къалэм я гуэныхь нэхъыкӀэр къэхьпагъэр я хабзэ зэращӀарт. А гуэныхьыр къызэрыхэщхьэхукӀ хьэлу яӀэн хуейт, Тхыгъэ ЛъапӀэм ит а бегъымбарӀуатэр щызэщӀа лъэпкъым я къекӀуэкӀыкӀам. GCKar 247.3

Бегъымбарым зэрыжиӀэмкӀэ, 1798 гъэр къэсыным куэд имыӀэжу, шейтӀаным къыбгъэдэкӀа икӀи абы и хьэлыр зыхэлъ тепщэныгъэ гуэр къэунэхун икӀи Библием зауэ ирищӀылӀэн хуейт. Аращи, Тхьэм и щыхьэтитӀым я макъхэр щыувыӀэну а къэралыр фирхьэун и атеизмэмрэ Содом и къэхьпагъэмрэ щӀагъэнэн хуейт. GCKar 248.1

А бегъымбарӀуатэр гъэщӀэгъуэну пэж дыдэу Францием къыщыхъуащ. 1793 гъэм революцэр здекӀуэкӀым «дунейм япэу щызэхахащ хъыбар: цивилизацэ здэщыӀэ щӀыпӀэм къыщалъхуа икӀи щапӀа цӀыхухэр, Европэм я нэхъ лъэпкъыфӀхэм ящыщ зым и пашэу щытыну хуитхэу залъытэжу, зэакъылэгъуу епцӀыжащ зэгуэрым цӀыхухэм къратауэ щыӀэ пэжыгъэхэм я нэхъ лъапӀэ дыдэм икӀи зэакъылэгъуу ядэжакъым Тхьэр я фӀэщ хъунри Абы хуэлэжьэнри». «Дунейм къэралу тетхэм ящыщу Францием и закъуэщ, щыхьэт пэжхэм къызэраӀуэтэжымкӀэ, Дунеибэр КъэзыгъэщӀам наӀуэу пэщӀэувар. Тхьэр зи фӀэщ мыхъу икӀи Тхьэм щӀэнакӀэ куэд Англиеми, Германиеми, Испаниеми нэгъуэщӀ къэралхэми щыӀами, иджыри щыӀэми, итӀанэми, Францием и закъуэщ — дунейм къэралу тетхэм я тхыдэм абы и зэкъуабзэщ къыхэщыр, къэрал унафэ къыдэзыгъэкӀ хасэр зэхашэу, унафэ хэха къыдэзыгъэкӀауэ, Тхьэр щыӀэкъым жиӀэу, абы иужькӀэ къалащхьэм цӀыхуу дэсхэри, къэралым цӀыхуу исым я нэхъыбэри уэрэдхэр жаӀэрэ къэфауэ, а унафэм щыгуфӀыкӀхэу”. GCKar 248.2

Адрей къалэхэм къыхэзыгъэщхьэхукӀыу, Содомым и нэщэнэр Франциеми къыщылъэгъуащ. Революцэ зэманым абы щытепщащ икӀагъэ къэхьпагъэр, а къалэр зэгуэрым зытекӀуэдэжауэ щытар. Тхыдэтхым къеӀуэтэж бегъымбарӀуатэм зэрыжиӀам хуэдэ къабзэу Францием атеизмэри цӀапӀагъэри зэрыщытепщар: «Диным ехьэлӀа унафэхэм быдэу пыщӀауэ, нэчыхьым теухуа унафэщӀэхэри къыдэкӀэщ. ЩӀылъэм зэпыщӀэныгъэ нэхъ лъапӀэ дыдэу щыӀэхэр, лъэпкъыр узыншэныр, ефӀэкӀуэныр зэлъытауэ щытхэр, хуагъэкӀуат пӀалъэкӀэ щыӀэн гражданскэ зэухылӀэныгъэм, зэщхьэгъусэхэм ягу къызэрыкӀыу, зыри зэран къахуэхъун щымыӀэу занщӀэу якъутэжу... Жин бзаджэхэм лъапӀагъэ зыпылъу, унагъуэм фӀыуэ, гъадэщӀыдэу илъу хъуар зэрагъэкӀуэдын Ӏэмал нэхъ къахуэлэжьэн къалъыхъуэну хуеятэмэ, нэхъ хьилагъэ къахуэгупсысынтэкъым, Ӏеягъэм и жылэ хасар зэрымыкӀуэдыжынур ящӀэу, атӀэ зы щӀэблэм адрей щӀэблэм къыӀэпихыурэ апхуэдэу сыт щыгъуи екӀуэкӀыну. ... Актрисэ Софи Арно, акъыл жанкӀэ цӀэрыӀуэу щытам, гражданскэ нэчыхьым фӀищащ “зинэ щӀэным и щэхугъэ”, — жиӀэу. GCKar 248.3

«Ди Зиусхьэныр жорым щыкӀэраӀулӀар». БегъымбарӀуатэм щыщ а Ӏыхьэри Францием зэщӀа щыхъуащ. Зы къэрали апхуэдизу Мэсихь игъэбиякъым, абы зэригъэбиям хуэдэу. Зы къэрали пэжыгъэр апхуэдизу гущӀэгъуншэ дыдэу щызэрахуакъым, абы зэрыщызэрахуам хуэдэу. Францием Мэсихь жорым кӀэриӀулӀауэ аращ, Абы и гъэсэнхэр зыми зэрамыщӀам хуэдэу гущӀэгъуншэ дыдэу щызэрихуам. GCKar 249.1

Илъэсищэ бжыгъэкӀэ цӀыху щыпкъэхэм я лъыр ягъэжащ. «Тхьэм и Псалъэмрэ Мэсихь щыхьэт зэрытехъуэхэмрэ” щхьэкӀэ вальденсхэм Пьемонт бгым я гъащӀэр щыщатым, абыхэм я къуэш француз альбигойцхэми ардыдэр ящӀэрт. Реформацэм и зэманым абы и телъхьэхэм я гъащӀэр ятырт ӀэпкълъэпкъкӀэ узижэгъуэн хьэзабхэр ирагъэшэчу. Пащтыхьри, лӀакъуэлӀэшхэри, лъэпкъ цӀэрыӀуэхэм щыщ цӀыхубзхэри, хъыджэбз гъэфӀахэри, лъэпкъым я нэхъыфӀу зэрипагэу яӀэхэр яфӀэфӀ дыдэу еплъхэрт, Хьиса и щыхьэтхэм хьэзабыр ирагъэшэчу я псэр зэрыхагъэкӀым. Гугенот хахуэхэм цӀыхум нэхъ лъапӀэ дыдэу иӀэпхъэ хуитыныгъэм щӀэбэну, зауэ гуащӀэхэм лъыр щагъажэрт. Протестантхэр къэралым и хабзэм щӀэмытыжхэу унафэ къыдагъэкӀауэ, щхьэ уаси хуагъэувауэ, хьэкӀэкхъуэкӀэ Ӏэлхэм хуэдэу абыхэм ещэхэрт. GCKar 249.2

«Члисэр къумым», пасэрей чристэнхэм къатехъукӀыжахэр, зи бжыгъэкӀэ мащӀэхэр, къэралым ипщэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ бгыхэр егъэзыпӀэ зыщӀахэу, я адэжьхэм я диныр зыхъумэжыфахэр иджыри Францием щыӀэхэт ХУӀӀӀ-нэ лъэщӀыгъуэм ирихьэлӀэу. Зэзэмызэ ахэр тегушхуэрэ жэщым зыщӀыпӀэ бгы зэхуакум е нэгъуэщӀ зыгъэпщкӀупӀэ гуэрым щызэхуэсамэ, абыхэм ещэ драгунхэр къеплъакӀуэрти, къаубыдырт, итӀанэ ахэр галерэхэм игъащӀэкӀэ каторжникхэу щагъаӀэт. Францием ипхъу, икъуэ нэхъыфӀ дыдэхэм, нэхъ щэджащэ дыдэхэм, щӀэныгъэ нэхъ зиӀэхэм хьэзаб шынагъуэ Ӏейхэр ирагъэшэчырт икӀи дыгъуэгъуакӀуэхэмрэ цӀыхуукӀхэмрэ гъусэ хуащӀхэу лъэхъухэр иралъхьэрт. Зыгуэрхэми къайхъулӀэрт нэхъ ӀыхьэфӀыр къалъысыну: ахэр къэзыхъумэн къащхьэщымытхэу, дэӀэпыкъэгъуншэхэр гууз-лыузыншэу яукӀырт, лъэгуажьэмыщхьэу Тхьэ елъэӀухэу здэщытым. Тхьэм щхьэщэ хуащӀу къулыкъу щрагъэкӀуэкӀ зэманым щэ бжыгъэкӀэ щызэтраукӀэрт лӀыжьхэри, тегушхуэгъуафӀэ ящӀа цӀыхубзхэри, лажьэ зимыӀэ сабийхэри. Ахэр щызэхуэс хабзэ бгы аузхэм, мэзхэм ущыкӀуэкӀэ, куэдрэ ущрихьэлӀэ къэхъурт укӀыгъэхэм, лъэбакъуиплӀ нэхъ ямызэхуакуурэ плъагъухэрт «хьэдэхэр щылъу, щхьэпылъэ ящӀахэри жыгхэм фӀэлъу». ДжатэкӀэ, джыдэкӀэ, «еретик” зыфӀащахэр щагъэс мафӀэхэмкӀэ къэралым лъапсэрыхыр къыхуагъэкӀуауэ, «губгъуэ нэщӀышхуэм хуэдэ хъуат». ИкӀи «а хьэкӀэкхъуэкӀагъэхэр ... щалэжьыр кӀыфӀыгъэмрэ жэхьилыгъэмрэ я лъэхъэнэртэкъым, атӀэ Людовик ХӀУ-нэм и зэман гъуэзэджэрт, щӀэныгъэмрэ литературэмрэ щефӀэкӀуарт икӀи къалащхьэмрэ пащтыхь сэреймрэ щылэжьа дин-лэжьакӀуэхэр щӀэныгъэлӀхэрэ жьакӀуэ защӀэу щыщыта зэманырт, хьэл-щэныфӀхэу Ӏэдэбагъымрэ псапащӀэ Ӏуэхухэмрэ зезыгъэужьахэр”. GCKar 249.3

А лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀхэм щӀэпхъаджагъэ нэхъ Ӏей дыдэу, хьэкӀэкхъуэкӀагъэ нэхъ шынагъуэ дыдэу ялэжьар Варфоломей щихъ жыхуаӀэр щагъэлъапӀэ жэщым укӀыкӀейуэ цӀыху Ӏэджэ зэрызэтраукӀарщ. Иджыри къысдэсым ягу къагъэкӀыж ар цӀыхухэм я щхьэфэцӀым зиӀэту, а къэрабгъагъэ икӀи хьэщхьэрыӀуагъэ теуэтещхьэр. Францием и королым, римскэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ прелатхэмрэ къагъэувхэм яхудичыхри, хуит ищӀауэ щытащ нэгъуэщӀ дин зезыхьэхэм хьэдэлъэмыжу, укӀыкӀейуэ лъапсэкӀуэдыр къыхуагъэкӀуэну. Жэщыкум къеуэ тхьэгъушым и макъыр дамыгъэ хуащӀат зэтеукӀэн зэрыщӀадзэным. Протестант мин бжыгъэхэр мамыру я унэ щыжейжхэрт, я королым и жьауэ щӀэт ягугъэжу. Ягъэхутыкъуэри, теуауэ, ахэр уэрамхэм къыдалъафэурэ гущӀэгъуншэ Ӏейуэ яукӀырт. GCKar 250.1

Умылъагъуу Мэсихь и лъэпкъым яхэту мысыр пщылӀыпӀэм ахэр къыщыщӀишыжым щыгъуэ я гъуэгур зэрыхуигъэлъэгъуауэ щытам хуэдэу, умылъагъуу шейтӀаным и Ӏэпыдзлъэпыдзхэр и унафэм щӀигъэтащ, лажьэ зимыӀэу ягъэкӀуэдхэм я бжыгъэр щагъэбэгъуам. ЛъыкӀпсыкӀыр Париж тхьэмахуэ нейкӀэ щекӀуэкӀащ, псом хуэмыдэу япэрей махуищыр пхуэмыӀуэтэну ябгагъэкӀэ гъэнщӀауэ щытащ. Лъыпсаер Париж къалэ и блыным къыщызэтеувыӀакъым, королым и унафэ хэхамкӀэ протестантхэр зэтеукӀэныр къэралым и хэгъэгу дэтхэнэми и къалэ дэтхэнэми щекӀуэкӀащ. НыбжькӀи, цӀыхухъуцӀыхубзкӀи зыри зэхагъэкӀыртэкъым. Лажьэ зимыӀэ сабий цӀынэхэми, зи щхьэцыр тхъуа лӀыжьхэми иращӀэр зыт. ЩӀэныгъэлӀри, къызэрыгуэкӀри, жьыри щӀэри, анэри бынри зэгъусэу здэкӀуэдырт. МазитӀым я кӀыхьагъкӀэ а лъыкӀпсыкӀыр щекӀуэкӀащ Францием дэнэкӀи. ЦӀыху мин 70 яукӀащ — лъэпкъым нэхъыфӀу яӀар. GCKar 250.2

«А зэтраукӀа къомым я хъыбар Римым къыщащӀам, я гуфӀэгъуэм кӀэ иӀэтэкъым. А хъыбарыр къахуэзыхьа пхъэрым кардинал Лоранскэм крон мин саугъэту иритащ, щихъ Анжело жыхуаӀэм и цӀэр зезыхьэ пушкэр уафэгъуагъуэм хуэдэу ягъэуащ а хъугъуэщӀагъэр ирагъэлъапӀэу. Зы члиси къэмынэу я тхьэгъушхэр кърагъэуащ; мафӀэхэм жэщыр махуэ пэлъытэ ящӀат; Григорий XIII-нэм кардиналхэр и гъусэу нэгъуэщӀ лӀыщхьэ дин-лэжьакӀуэхэри дэщӀыгъуу Людовик щихъ и цӀэр зезыхьэ члисэм кӀуат, кардинал Лоранскэм мыпхуэдэу уэрэд щыжиӀам: «Уэр папщӀэ Зиусхьэн, жиӀэу...» А зэтеукӀэныгъэр цӀыхухэм зэи ящымыгъупщэжын папщӀэ медаль ягъэжащ, иджыри къыздэсым Ватикан щахъумэ византийскэ фрескищ, абыхэм сурэту ятетщ адмирал-гугенотым зэрытеуар, королыр и чэнджэщэгъухэр щӀыгъуу зэхаублэну лъыкӀпсыкӀым тепсэлъыхьу, итӀанэ, езы лъыкӀпсыкӀыр. Григорий «Дыщэ Розэ» къыхуригъэхьат француз королым икӀи зэтеукӀэныгъэр зэриухрэ мазиплӀ дэкӀа нэужь... ифӀэфӀыпсу едэӀуат француз дин-лэжьакӀуэм и уазым... зи гугъу ищӀтэм «насыпрэ гуфӀэгъуэкӀэ гъэнщӀауэ щыта махуэм, я нэхъ лъапӀэ адэм, апхуэдизу хъыбар гуфӀэгъуэ къызыӀэрыхьам, игъэлъапӀэу члисэм щыкӀуам, Тхьэмрэ Людовик щихъымрэ фӀыщӀэ яхуищӀын папщӀэ»». GCKar 250.3

Варфоломейскэ жэщым тезыгъэгушхуа дух дыдэрщ революцэр къезыхьэжьа къарури. Хьиса Мэсихь пцӀыупсу ягъэӀуат, француз Ӏимансызхэм я лозунгт мы псалъэхэр: «Теддзынщ бзаджэнаджэр» (зи гугъу ящӀыр Мэсихьт). Мышынэу Тхьэр ягъэикӀэу ахэр иджыри гущыкӀыгъуэу нэмысыншэхэт; цӀыху нэхъ икӀэ дыдэхэр, нэхъ напэншэ дыдэхэр икӀи къэхъпэхэр лъагэу яӀэтат. Апхуэдэу здащӀэм лъытэныгъэ нэхъыбэ зыхуащӀыр шейтӀанырт, абы хэту Мэсихь — пэжыгъэу, къабзагъэу щытыр, хьэрэмыгъэншэ фӀылъагъуныгъэкӀэ гъэнщӀар — жорым кӀэраӀулӀат. GCKar 251.1

«КууупӀэ щӀэншэм хьэкӀэкхъуэкӀэ къыхэкӀынурэ къезэуэнущ абыхэм икӀи къатекӀуэнущ, къиукӀынущ ахэр”. Францием революцэ зэманымрэ террорыр щытепща лъэхъэнэмрэ щагъэува властым Тхьэмрэ Абы и Псалъэ ЛъапӀэмрэ апхуэдэ зауэ ирищӀылӀати, дунейм япэм зэи апхуэдэ щалъэгъуатэкъым. Лъэпкъ хасэм Тхьэм щхьэщэ хуэщӀыныр ямыдэжу унафэ къыщащтащ. Библиехэр зэхуахьэсри псоми ялъагъуу ягъэсащ, нэхъ гурабжьэ дыдэ псалъэхэр хужаӀэрэ щӀэнэкӀалъэ ящӀауэ. Тхьэм и Унафэр хаутат. Библием къигъэувхэри Ӏуахат. Тхьэмахуэ къэс щыӀэ зыгъэпсэхугъуэ махуэри Ӏуахат. Абы и пӀэкӀэ махуибгъу дэкӀыху епщӀанэ махуэр хухахат Тхьэр щагъэпудыну ефэ-ешхэ махуэу. ПсыщӀэгъауэри, причастие жыхуаӀэу щытари, ирагъэкӀуэкӀыну зыри хуит ящӀыртэкъым. Кхъэхэм плакатхэр щыфӀадзат лӀэныгъэр ар гъадэщӀыдэ жейщ жаӀэу. GCKar 251.2

Тхьэм шынагъэ ухуиӀэныр — ар акъылыншагъэм и щӀэдзапӀэщ, армыхъумэ, Ӏущыгъэкъым жаӀэу дэнэкӀи щыжаӀэрт. Диным пыщӀа сыт хуэдэ Ӏуэхуи ебгъэкӀуэкӀыну хуитыныгъэ щыӀэжтэкъым, хуитыныгъэмрэ къэралымрэ ухуэлэжьэным фӀэкӀа. «Париж и щихънагъыр хагъэзыхьри роль нэхъыщхьэр ирагъэгъэзэщӀат лъэпкъ псом къыбгъэдэкӀыу зэгуэрым ирагъэкӀуэкӀауэ щыӀэ я нэхъ икӀагъэ къайгъэ фарсым.... Ар конвентым я зэӀущӀэм къашэри, псоми я пащхьэ щыхагъэзыхьат, къыжиӀэну апхуэдиз илъэскӀэ зыхуэлэжьа диным, дунейм и къекӀуэкӀыкӀам икӀи пэжыгъэ лъапӀэм лъабжьэ лъэпкъ щимыӀэу, ар зищӀысыр дин-лэжьакӀуэхэм я гъэпцӀагъэ къудейщ жиӀэу. Псоми абы и псалъэхэм лъапӀагъэ ирахыу, ар Тхьэм епцӀыжащ, зыхуэлэжьэну и гъащӀэр зыхухахауэ Щытам. Абы къыжиӀащ Тхьэ щымыӀэу икӀи псалъэ итащ дяпэкӀэ хуитыныгъэм, зэхуэдэныгъэм, фӀым икӀи цӀыхугъэм хуэлэжьэну. ИтӀанэ абы и щихънагъ щыгъынхэр стӀолым трилъхьэри, абы иужькӀэ конвентым и унафэщӀым и къуэшым хуэдэу ӀэплӀэ къыхуищӀащ. А прелатым и щапхъэр ягъэзэщӀащ иджыри дин-лэжьакӀуэ-епцӀыжакӀуэ зыбжанэм». GCKar 252.1

«Дунейм щыпсэухэр щыгуфӀыкӀынущ а бегъымбаритӀым я лӀэныгъэм, а тӀум ахэр гугъу ирагъэхьу щытащи. ЦӀыхухэм джэгухэр зэхаублэнущ, зыр зым тыгъэхэмкӀэ хуэупсэнущ». Тхьэм и щыхьэтитӀ зыгъэкъуаншэхэм я макъыр игъэужьыхащ тхьэншэ Францием. Пэжыгъэм и псалъэхэр лӀауэ абы и уэрамхэм дэлъащ икӀи пщӀэн хуейри хуэмейри къыжызыӀэ Тхьэм и Унафэр зылъагъу мыхъухэр гуфӀэхэрт. ЦӀыхухэм къехьэкӀ-нехьэкӀ ямыӀэу Уафэ Пащтыхьым зыпэщӀасэхэрт. Пасэрей гуэныхьлыхэм хуэдэу ахэр кӀийхэрт: «Дауэ Тхьэм къызэрищӀэнур? Псоми Я Нэхъ Лъагэр сыт зыщыгъуазэр?» — жаӀэу (Пс. 72:11). GCKar 252.2

Уи нэгу къыпхущӀыумыгъэхьэфыным хуэдэу, Тхьэм шынагъэ лъэпкъ хуамыӀэу ягъэикӀэу, хабзэщӀэм я жрецхэм ящыщ зым жиӀат: «Тхьэ! Уэ ущыӀэу щытмэ, Уи цӀэр зэрыдгъэпудым щхьэкӀэ хуэфӀ къытхуэхъу. Еуэ дызэгъэзауэ! Уэ зыри жыпӀэкъыми, утегушхуэфкъэ уафэгъуагъуэ макъкӀэ жэуап къыдэптыну? Хэт абы иужькӀэ Уэ ущыӀэу зи фӀэщ хъунур?” А псалъэхэр фирхьэуным жиӀахэм имыджэрпэджэжу пхужыӀэну: «Хэт Зиусхьэныр, сэ Абы седэӀуэну?.. сэ а Зисхьэныр сцӀыхукъым», — щыжиӀам. GCKar 252.3

«Акъылыншэм игукӀэ жеӀэр: «ЩыӀэкъым Тхьэ». Зиусхьэнми пэжыгъэр щӀэнэкӀалъэ зыщӀхэм теухуауэ жеӀэр: «Абыхэм я делагъэр псоми нэрылъагъу ящыхъунущ” (Пс. 13:1; 2 Тим. 3:9). Зэман мащӀэ дыдэщ дэкӀар Франциер Тхьэ псэум «псом я нэхъ лъагэу, я нэхъ лъапӀэу Щытым, гъадэщӀыдэу Псэум” хуэлэжьэн зэримыдэрэ, арати, къэралыр щӀэх дыдэ дэхуэхащ нэхъ икӀагъэ дыдэ тхьэнапэм хуэпщылӀу, зы цӀыхубз къэхьпэ гуэрым, Акъылым и тхьэ зыфӀащам, щхьэщэ хуащӀу. Ассамблеем и депутат псоми я пащхьэ а псор зылэжьыр светскэмрэ законодательнэ властымрэ зыӀэщӀэлъ лӀыщхьэхэрт! Тхыдэтхым жеӀэр: «ЦӀыхухэр я акъылым щикӀа а зэманым, и делагъэрэ и нэмысыншагъэкӀэ хуэбгъэдэн щымыӀэу, ирагъэкӀуэкӀат зы дауэдапщэ. Конвентым и бжэхэр къыхузэӀуахащ пэкӀу яфӀэлъапӀэм, муниципалитетым щыщхэр кӀуэрт музыкантхэр ядэщӀыгъуу, хуитыныгъэр зэрагъэлъапӀэ уэрэд жаӀэу. Къызэхуэсахэм я утыкум цӀыхубз итт, ӀэлъэщӀышхуэ теупхъуауэ, — дяпэкӀэ щхьэщэ зыхуащӀынум и дамыгъэр, Акъылым и тхьэ зыфӀащар. Ар конвентым щыщхэм бгъэдашэри, пщӀэшхуэ хуащӀу и щхьэтепхъуэр трахри, унафэщӀым ижьырабгъукӀэ бгъурагъэтӀысхьащ — псоми тынш дыдэу къацӀыхуащ ар, опереттэм къыщыфэ цӀыхубзыр... Абыхэм щхьэщэ зыхуащӀ акъылыр зыхуэдэр псом нэхъыфӀу къэзыгъэлъагъуэ а цӀыхубзым, Францием и лъэпкъ конвентым псоми ялъагъуу лъытэныгъэшхуэ хуищӀащ. GCKar 252.4

А теплъэгъуэ нэмысыншагъэр икӀи дыхьэшхэныр зэрымыщӀэкӀэ къэхъуа Ӏуэхутэкъым; Акъылым и тхьэр пащтыхъыпӀэм щагъэтӀысырт къэралым и дэтхэнэ щӀыпӀэми, революцэм кърикӀуа фӀыгъуэ псоми лъэӀэсауэ цӀыхухэм щагъэлъэгъуэну здыхуейхэм». GCKar 253.1

Акъылым щхьэщэ хуащӀыну къыхуезыджэ ораторым жиӀащ: «Унафэхэр къыдэзыгъэкӀхэ! Фасикъыгъэр лъыӀукӀуэтри утыкур иритащ губзыгъагъэм; абы и нэгу зэхэуфам хуэшэчынутэкъым апхуэдиз нэхур. Нобэ цӀыху куэд щызэхуэсащ мы унэ дэгъуэм, япэ дыдэу пэжыгъэр щыӀум. Мыбдежым Францием къулыкъу пэж дыдэу щыӀэ закъуэр щегъэзащӀэр — Хуитыныгъэмрэ Акъылымрэ хуэлэжьэныр. Мыбдежым дэ къыщыдогъэлъагъуэр ди республикэм и Ӏэщэм и къарум гугъэу худиӀэр. Мыбдежым дэ къыщыдогъанэр псэ зыхэмыт тхьэнапэхэр, Акъылым и хьэтыркӀэ, щӀыуэпсым и Ӏэужь нэгъэсам мы и образ псэ зыхэтым, и хьэтыркӀэ”. GCKar 253.2

Акъылым и тхьэ жыхуаӀэр конвентым щӀаша нэужь, Ӏуэхузехьэ нэхъыщхьэм абы и Ӏэр иубыдри, къызэхуэсахэм хуэгъэзауэ жиӀащ: «Уахъты зиӀэ цӀыхухэ! Щывгъэт япэм фызэрагъэшынэу щыта Тхьэм и уафэгъуагъуэ къарууншэм щхьэкӀэ фыкӀэзызын. Мы дакъикъэм щыщӀэдзауэ тхьэ лъэпкъ фиӀэжкъым, Акъылым фӀэкӀ. Сэ фызогъэлъагъу абы и щапхъэ нэхъыфӀ, нэхъ къабзэ дыдэр; щхьэщэ зыхуэфщӀын фыхуеймэ, фи тыхьхэр зыхуэфхьынур мыбы хуэдэхэрщ. Зыхуэвгъэщхъ хуитыныгъэм и сенат нэхъ лъапӀэ дыдэм. Уо, Акъылым и щхьэтепхъуэ!” GCKar 253.3

«Абы иужькӀэ тхьэпэлъытэ ящӀа цӀыхубзым унафэщӀым ӀэплӀэ хуищӀри, гъуэзэджэу ягъэщӀэрэщӀа гухъринэм цӀыху Ӏэджэр я ужьым иту итӀысхьэри, Нотрдамскэ члисэмкӀэ иунэтӀащ, тхьэм хухаха тӀысыпӀэр иубыдын папщӀэ. Абдежым тахътэ лъагэм тесу, къекӀуэлӀа псоми абы щхьэщэ щыхуащӀащ». GCKar 254.1

ЩӀэх дыдэ абы къыкӀэлӀыкӀуэу, псоми ялъагъуу Библиехэр ягъэсащ. Зэгуэрым «Музейхэм епха лъэпкъ хасэм” щыщхэр муниципалитетым и пэшышхуэм щӀыхьат я макъхэм зрагъэӀэтауэ: «ИугъащӀэ Римым”, — жаӀэурэ. Баш лъагэшхуэм фӀэлъу яхьырт абыхэм тхылъ ныкъуэсхэр. Члисэм къыдигъэкӀа нэгъуэщӀ тхылъхэм ядэщӀыгъут Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэри ЗэгурыӀуэныгъэщӀэри, унафэщӀым зэрыжиӀамкӀэ, «мафӀэ гуащӀэм абыхэм щапшыныжат акъылыншагъэу цӀыхухэм ирагъащӀэу щытар”. GCKar 254.2

Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ папствэм иублащ атеизмэм и кӀэм нигъэсыжа лэжьыгъэр. Римым и политикэм социальнэ, политикэ икӀи дин щхьэусыгъуэхэр зэӀуищащ Францием кӀуэдыпӀэр къыхуишэу. Революцэм шынагъуэу кърикӀуахэм щытепсэлъыхьыжкӀэ а акъылыншагъэмкӀэ псоми ягъэкъуаншэ хабзэр къэралымрэ Члисэмрэщ. Захуагъэм и хьэтыркӀэ пэжыр жытӀэнщи, лажьэ псори зиӀар Члисэрщ. Папствэм монарххэр Реформацэм и бий ищӀурэ ириуштащ, пащтыхьым и тахътэм и бийм хуэдэу, дунейр хьэлэбэлыкъ хэзыдзэным хуэдэу, къэралым и бэӀутӀэӀуншагъэм зэран хуэхъунум хуэдэу ар къигъэлъагъуэурэ. Римыращ монарххэр тезыгъэгушхуар гущӀэгъуншэ дыдэу икӀи егъэлеяуэ лъэпкъыр лъэгущӀэт ящӀыну. GCKar 254.3

Библием хуитыныгъэ къыздихьырт. ХъыбарыфӀыр къыщащтэ щӀыпӀэхэм, цӀыхухэм я зэхэщӀыкӀыр къыщыушырт. Абыхэм зыпщӀэхадзыжырт пщылӀыпӀэ жэхьилыгъэри, я гуэныхьхэри предрассудкэхэри. Абыхэм езыр-езыру гупсысэни я щхьэ Ӏуэху зэрахуэжыни щӀадзэрт. Ар здалъагъум монарххэр я властым текӀэзызыхьырт. GCKar 254.4

Римым емызэшыжу къызэщӀигъаплъэрт ахэр зытегузэвыхьхэр. 1525 гъэм папэ Францием и регентым къыщыхуэсэкъат мыпхуэдэ ущиекӀэ: «А уз зэрыцӀалэм [протестантизмэм] ицӀэлэнущ икӀи игъэкӀуэдынущ диным имызакъуэу къэралри, уэркъыгъэри, законхэри, хабзэхэри икӀи лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къэралым щаӀыгъ увыпӀэхэри”. Илъэс зыбжанэ дэкӀри, папэм и лӀыкӀуэм королым хъыбар къыхуихьащ: «Зи щӀыхьыр лъагэ, УкъэмыпцӀэ! Протестантхэр светскэ властми диным и тепщэхэми зэхуэдэу я бийщ... Тахътэм шынагъуэ къыщхьэщытщ тхьэлъэӀупӀэхэми хуэдэ къабзэу... ДиныщӀэ къаублэным Ӏэмал имыӀэу тепщэгъуэри щӀэуэ хъуэжын хуейуэ къигъэувынущ». Дин-щӀэныгъэлӀхэм лъэпкъым я предрассудкэхэр къагъэсэбэпурэ къагъапцӀэхэрт, псоми я фӀэщ ящӀыну яужь итт протестантскэ диным «цӀыхухэр щӀэ гуэр хуэдэкӀэ игъэӀулэу, игъэделэу; королым и къэралым щыпсэухэр къыхуэпэжыным хигъэкӀыжу, Члисэри къэралри зэхикъутэу». Апхуэдэ Ӏэмалхэр Римым къигъэсэбэпурэ Франциер бий хуищӀащ Реформацэм. «Францием япэу зехуэныгъэм и джатэр къыщрахащ, тахътэм къыдэщӀын папщӀэ, лӀыщхьэхэм къыщхьэщыжын папщӀэ икӀи я законхэр яхъумэжын папщӀэ”. GCKar 254.5

А къэралым и унафэщӀхэм апхуэдэ политикэм кърикӀуэным и шынагъуагъэр зэхащӀыкӀауэ пхужыӀэнукъым. Библием и гъэсэныгъэхэм цӀыхухэм я зэхэщӀыкӀми хипщэнут ягуми ирилъхьэнут захуагъэм, шыӀэныгъэм, пэжыгъэм я принципхэр, цӀыхухэр зэрызэхуэдэри, хуэныкъуэхэм дэӀэпыкъун, фӀы щӀэн зэрыхуейри — аращ лъэпкъыр езыгъэфӀакӀуэ хабзэхэр. «Щыпкъагъэм цӀыхубэр еӀэт», аращи, «захуагъэкӀэщ тахътэр зэрагъэбыдэри” (Притч. 14:34; 16:12). «Щыпкъагъэм къихьынур мамырыгъэщ», аращи, абы кърикӀуэнур — «гупсэхугъуэрэ шынагъуэншагъэрэщ игъащӀэкӀэ» (Ис. 32:17). Хэт Тхьэм и унафэхэм едаӀуэми, абы Ӏэмал имыӀэу и къэралым щызекӀуэ хабзэхэми пщӀэ хуищӀынущ. Хэт Тхьэм щышынэми, абы и зиусхьэнми пщӀэ хуищӀынущ, захуагъэкӀэ, хабзэм ипкъ иткӀэ къигъэув унафэхэр игъэзащӀэу. Ауэ нэсыпыншэ Францием Библиер цӀыхухэм зэрахьэну хуит ищӀакъым, абы и телъхьэхэр и унафэм щӀэмыту игъэӀури зэтриукӀащ. ЛӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ цӀыху зэтесхэм, нэмысыфӀэхэм, акъыл жан зиӀэрэ цӀыхугъэ зыхэлъхэм икъукӀэ хахуагъэ яхэлъащ, я фӀэщ хъухэмрэ я динымрэ ямыбзыщӀу, пэжыгъэм папщӀэ гугъу зрагъэхьыну; илъэс ӀэджэкӀэ а цӀыхухэр пщылӀым хуэдэу каторжнэ лэжьыгъэхэм зэхрагъэукӀащ, мафӀэхэм храгъэсхьащ е зэрыпсэууэ щӀы щӀагъ тутнакъхэм щагъэфащ. Мин бжыгъэхэм я щӀыпӀэр ябгынэурэ я гъащӀэр кърагъэлын хуей хъуащ икӀи а псор Реформацэр зэрыщӀидзэрэ илъэс 250-м я кӀыхьагъкӀэ екӀуэкӀащ. GCKar 255.1

«А лъэхъэнэ кӀыхьым и кӀуэцӀкӀэ зы француз щӀэблэ щыӀауэ пхужыӀэнукъым зи нэгу щӀэмыкӀауэ, Инджылым и телъхьэхэр зэрыхагъэзыхьар, щӀэпхъуэн хуейуэ, зезыхуэхэм я губжь Ӏэлым зыкърагъэлын папщӀэ. ЩӀэпхъуэжхэм здахьырт щӀэныгъэр, гъуазджэр, ӀэщӀагъэхэр икӀи зэӀузэпэщыныгъэр; ябгъэдэлъ фӀагъхэмкӀэ къулей ящӀырт абыхэм егъэзыпӀэ къыщагъуэт къэралхэр. КъызэрымыгуэкӀ я лъэкӀыныгъэхэмкӀэ ахэр сэбэп хуэхъурт нэгъуэщӀ къэралхэр ефӀэкӀуэным, абы хэту езыхэм я хэкужьыр дэхуэхыу. А зэчий къомыр Францием къыщынатэмэ, а илъэс 300-м и кӀыхьагъкӀэ зи хэкур зрагъэбгынахэм я ӀэпщӀэлъапщӀагъэр къыщалъхуа щӀыналъэм телэжьэжатэмэ; абыхэм художественнэ лъэкӀыныгъэу яӀахэр къагъэсэбэпатэмэ, зэчийуэ ябгъэдэлъахэми я акъылым и къарумкӀи къулей ящӀынут литературэр икӀи зрагъэужьынут щӀэныгъэм, я ӀущыгъэмкӀэ ахэр властхэм дэӀэпыкъуатэмэ, я лӀыгъэкӀэ — дзэзешэхэм; абыхэм гупсысэкӀэ захуагъэ яӀэр тегъэщӀапӀэ ящӀатэмэ законхэр къыщыдагъэкӀкӀэ, абыхэм я библейскэ диным французхэм я акъылым и къарур быдэ ящӀынут я напэри ягъэкъэбзэнут — сыт хуэдизу лъэщу щытынут нобэ Франциер! Ину, ефӀакӀуэу, насыпыфӀэ къэралу — дапхуэдэ щапхъэ яхуэхъуфынут ар лъэпкъ псоми! GCKar 255.2

Ауэ фанатизм нэфым икӀи гущӀэгъуншэм абы и Ӏэгъуэблагъэр яригъэбгынащ фӀым иущиякӀуэ псоми, хабзэ тэмэмхэм хущӀэкъухэм, тахътэм и хъумакӀуэ пэжхэм. Я къэралыр «цӀэрыӀуэрэ щӀыхь зиӀэу” зыщӀыну щӀэхъуэпсахэм жраӀащ: «Къыхэфх фызыхуейр: мафӀэр е фи хэкур фыбгынэныр”. Арати, икӀэм-икӀэжым, къэралым емынэунэр къыхуэкӀуащ, напэр афӀэкӀа хагъэзыхьыжтэкъым, лъэпкъым напэ къахуэнэжатэкъыми; диныр паубыду афӀэкӀа зыри ягъэсыжтэкъым, афӀэкӀа дин щыӀэжтэкъыми; хэкур ирагъэбгынэну зыми хуэдалъэжтэкъым, зи хэкур къызыфӀэӀуэху щыӀэжтэкъыми». Мис апхуэдэ политикэрщ узижэгъуэн революцэр къызырикӀуар, къиша шынэгъуэр дэщӀыгъуу. GCKar 256.1

«Гугенотхэр Францием зэрырахурэ дэнэкӀи кризисым щыщӀидзащ. ЕфӀакӀуэу щыта къалэхэм дэхуэхын щӀадзащ, щӀыгулъыфӀ щӀыналъэхэр губгъуэ нэщӀ хъуащ, зэи къызэрымыхъуауэ яӀа зыужьыныгъэр ихъуэжат акъылкӀэ я пӀэ ижыхьыным икӀи нэмысыншэу зэкӀуэкӀыным. ТхьэмыщкӀэхэм я егъэзыпӀэ къалэшхуэ хъуат Париж, къызэрабжауэ щытащи, занщӀэу революцэ нэужьым факъырэ мин 200-м пащтыхьыр къадэӀэпыкъуным пэплъэхэрт. Иезуитхэм я закъуэт тыншыгъуэ щызиӀэр къэрал зэтракъутам икӀи уи нэгу къыпхущӀэмыгъэхьэфын гущӀэгъуншагъэкӀэ ятепщэхэрт ахэр члисэхэми, школхэми, тутнакъхэми икӀи цӀыхухэр щагъэӀэсэ нэгъуэщӀ ӀуэхущӀапӀэхэми”. GCKar 256.2

Инджылыр щӀэгъэкъуэн ящӀамэ, Францием щыӀа политикэ икӀи социальнэ Ӏуэху зэӀумыбзхэр ягъэзэкӀуэжыфынут, ящӀэныр ямыщӀэжу къэзыгъэнауэ щытахэр: дин-лэжьакӀуэхэри, королри, законхэр къыдэзыгъэкӀхэри, икӀэм-икӀэжым, зэрылъэпкъыу анархием хуэзышахэр икӀи зытекӀуэдэжахэр. Ауэ Римым ижь къащӀихуурэ лъэпкъым яфӀэкӀуэдащ КъегъэлакӀуэм и ущием и купщӀэ лъапӀэхэр, псэемыблэжу щытыным икӀи хьэрэмыгъэншэ фӀылъагъуныгъэ уиӀэным теухуахэр. ЦӀыхухэр икъукӀэ пэжыжьэт нэгъуэщӀхэр фӀы хуагъэзэн папщӀэ езыхэм зыгуэрхэр зыхуагъэныкъуэным. Зыми игъэкъуаншэртэкъым къулейхэм къулейсызхэр зэрыдакъузэм щхьэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэм лӀыщӀапщӀэ лъэпкъ къаӀэрыхьэртэкъым, пщылӀым хуэдэу ягъэлажьэ фӀэкӀа. Къулейхэмрэ властыр зыӀэщӀэлъхэмрэ я щхьэхуещагъэр кӀуэ пэтми нэхъ зыхэпщӀэ хъурт, нэхъ залым хъурт ахэр. ЛӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ лӀыщхьэхэм я нэпсеягъэмрэ мылъкум лъакъуащхьэкӀэ хэтынымрэ бжьы хьэлъэу я пщэм дэлът къулейсызхэм. Къулейхэм ягъэпщылӀт тхьэмыщкӀэхэр, зимыӀэхэм хуэщӀахэр ялъагъу хъуртэкъым. GCKar 256.3

ЩӀыналъэ пхыдза куэдым щӀыр лӀыщхьэхэм щыӀэщӀэлът, лэжьакӀуэхэр арендатору арат. Абыхэм я гъащӀэр я зиусхьэнхэм къыхуащӀ гущӀэгъум елъытат, арати, захуагъэм хуэхамэхэм къыхуагъэув псори ягъэзэщӀэн хуей хъурт ӀэмалыншагъэкӀэ. Члисэмрэ къэралымрэ зэрыпсэун ахъшэр къалэжьын хуейуэ я пщэ дэлът мэкъумэшыщӀэхэмрэ лъэпкъым хамыбжэхэмрэ, абыхэм налогышхуэ тралъхьэрт гражданскэ властми диным и тепщэхэми. «ЛӀыщхьэхэм я къытехьэхэмрэ зыхуейхэмрэ пщӀэ хуащӀырт закон нэхъ ин дыдэм хуэдэу; мэкъумэшыщӀэхэр шхын щхьэкӀэ щылӀэ къэхъурт, ауэ ахэр зыгъэпщылӀхэм ар зыкӀи къафӀэӀуэхуртэкъым. ЦӀыхухэм гулъытэ хуащӀыпхъэт щӀым елэжьхэм яфӀ къызыхэкӀынум. МэкъумэшыщӀэхэм я гъащӀэр зэпымыууэ лэжьыгъэкӀэ гъэнщӀэт, ауэ щыхъукӀи зыхуэныкъуэхэр ямыгъуэту; абыхэм я тхьэусыхафэхэр, зыгуэркӀэ тегушхуэфа къудеймэ тхьэусыхэну, нэмыплъ кърахыу къафӀэӀуэхухэртэкъым. Судыр сыт щыгъуи къулейм къыщхьэщыжырт, къулейсызыр къигъанэрти. ХещӀэхэм Ӏулъхьэ къыӀахырт, арати, аристократым и лъэныкъуэкӀэ сыт хуейми абы законыр къыщхьэщыжт, псори пщэ-къэпщэху зэрыхъум къыхэкӀкӀэ. Уеблэмэ, светскэ лӀыщхьэхэмрэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ къызэрыгуэкӀ лъэпкъым къытрах налогхэм я ныкъуэр, королми члисэми я ахъшалъэм нэсыхэртэкъым, а ахъшэхэр текӀуадэрт къулейхэм нэмысыншагъэу ялэжь гуэныхьхэм. Апхуэдизу мыукӀытэу цӀыхухэм едыгъухэм, езыхэм налог лъэпкъ ятыртэкъым икӀи хуитхэрт — законымкӀи е хабзэхэмкӀи — сыт хуэдэ къулыкъуи къэралым щаубыдыну. Адрейхэм хагъэфӀыкӀа лъэпкъхэм я щхьэ бжыгъэр мини 150-м нэст, арати, абыхэм загъафӀэу я щхьэм къицырхъэ псори арэзы ящӀын папщӀэ цӀыху мелуан бжыгъэм нэплъэжыгъуэ лъэпкъ ямыӀэу, факъырэу, я щхьэр ягъэпуду, я акъылыр нэф зыщӀ лэжьыгъэр я натӀэу псэун хуей хъут”. GCKar 257.1

Пащтыхь бжаблэм дэтхэр тхъэжу икӀи къэхьпагъэм зратауэ псэут. Лъэпкъымрэ абыхэм я тепщэхэмрэ зэхуэпэжынагъ лъэпкъ я зэхуаку дэлътэкъым. Тетыгъуэр зыӀэщӀэлъхэм лъэбакъуэу ячыр бзаджэнаджагъэрэ щхьэхуещагъэрэкӀэ гъэнщӀауэт къазэрыщыхъур цӀыхухэм. Революцэр щӀидзэн ипэ илъэс тхущӀым щӀигъукӀэ тахътэм тесар Людовик XV-рт, уеблэмэ, а зэман шынагъуэм хьэулеинкӀэ, и акъылыншагъэкӀэ икӀи и къэхьпагъэкӀэ цӀэрыӀуэ хъуауэ щытарт. ЦӀапӀэ икӀи гущӀэгъуншэ аристократиер, факъырэ хъуа цӀыхубэ жэхьилхэр, финансовэ кризис зиӀэ къэралыр, гугъапӀэншэ дыдэ ящӀа лъэпкъыр, — а псор здэплъагъум, бегъымбару ущымытми, шэч лъэпкъ къытумыхьэу пхужыӀэнут абыхэм фӀэкӀыпӀэншэу шынагъуэу кӀэ къызэрыхуэкӀуэнур. Дапхуэдизу къыхуэсакъыу и чэнджэщэгъухэм сыт къыжрамыӀами, королым и жэуапыр зыт: «Сэ сыпсэууэ катастрофэ къызэрымыхъуным фегугъу; сэ сылӀа нэужь къэхъун хуей псори кърехъу”. Реформэ егъэкӀуэкӀын зэрыхуейм къызэрыхутепсэлъыхьа псори алейуэт. Абы ер илъагъурт, ауэ иӀэтэкъым къаруи, хахуагъи абы ирипэщӀэтыну. Акъылыншагъэу абы и щхьэхуещэ жэуапым: «Си яужь хуейми псыдзэ кърехъу!» — зэрыжиӀэу щытам нэхъыфӀу къыпхуэгъэлъэгъуэнутэкъым Францием къыщыщӀыну къыпэплъэр. GCKar 257.2

Королхэмрэ тетыгъуэр зыӀэщӀэлъ цӀыхухэмрэ, зыр зым гурыщхъуэ яхуригъэщӀу, зэригъэфыгъуэу Римыр егугъут ахэр зэрыхигъэзыхьыным лъэпкъыр дэкъузауэ яригъэӀыгъыну, фӀы дыдэу щыгъуазэти, абы къэралыр махэ зэрищӀынум, итӀанэ, тепщэхэри лъэпкъри езым и властым иригъэдэӀуэфынути. Жыжьэ плъэф римскэ кардиналхэм къагурыӀуэрт: цӀыхухэр бгъэпщылӀыфын папщӀэ я псэхэр бгъэпщылӀын зэрыхуейр, арати, нэхъ ӀэмалыфӀ дыдэу ахэр пщылӀыпӀэм зэрыщыпӀыгъыфынур — ар я хуитыныгъэр губзыгъагъэ хэлъу къагъэсэбэпыну лъамыгъэкӀынырт. Римым и апхуэдэ политикэм езыр-езыру кърикӀуа цӀыхугъэншагъэр, мин бжыгъэкӀэ нэхъ шынагъуэт ӀэпкълъэпкъкӀэ гугъуехь пшэчыным нэхърэ. Библием хагъэкӀыжауэ лъэпкъыр, фанатичнэ гъэсэныгъэхэм я тепщэныгъэм ӀэщӀэлъу, щӀигъэнат жэхьилыгъэм, суевериехэм, гуэныхьхэм, я щхьэ и унафэ ящӀыжыну зыкӀи ялъэмыкӀыну. GCKar 258.1

Ауэ Римыр зыщыгугъар къыхуихьакъым къигъэсэбэпа Ӏэмалхэм. Нэфу и догмэхэм лъэпкъыр хуигъэӀурыщӀэу зэриӀыгъыным хущӀэкъуурэ, Римыр зыхунэсар зыщ: цӀыхухэр тхьэншэ икӀи революционер хъуахэщ. Абыхэм ялъагъу хъуртэкъым католицизмэр, пщылӀыпӀэм зэрихуамкӀэ ягъэкъуаншэ дин-лэжьакӀуэхэм я интригэхэм ар хуагъадэрти. Тхьэ закъуэу абыхэм ящӀэу щытар Римым и тхьэрт, дину яцӀыхур — Римско-католическэ члисэм и гъэсэныгъэхэрт. Римым и нэпсеягъэри и гущӀэгъуншагъэри библейскэ гъэсэныгъэм къыпкъырыкӀыу абыхэм къагурыӀуэри, ар ядэжакъым. GCKar 258.2

Римым пцӀыуэ къигъэлъэгъуащ Зиусхьэным и хьэлыр икӀи Абы къигъэувхэр зэригъэкӀуэкӀащ, арати, абы кърикӀуэу цӀыхухэм Библиери, Ар къызыбгъэдэкӀари Ӏумпэм ящӀащ. Римым цӀыхухэр хигъэзыхьт нэф защӀурэ и догмэхэр я фӀэщ ящӀын хуейуэ, абы тригъэчыныхьырт Тхыгъэ ЛъапӀэм апхуэдэу уигъасэ хуэдэу. Абы пэщӀэту Вольтеррэ и лъэныкъуэгъухэмрэ Тхьэм и Псалъэр къащтэн ямыдэу дэнэкӀи фӀэщмыхъуныгъэм и щхъухьыр щызэрахьэрт. Римым и лъэдакъэ гъущӀымкӀэ цӀыхухэр иужьыгурт, арати иджы цӀыхухэр ягъэпударэ Ӏэл хъуауэ, цӀыху сэфэтыр яфӀэкӀуэдарэ залымыгъэм я гур щыкӀауэ, Римым я щӀыбыр хуагъэзэри, щхьэхуимыт зыщӀ псори зыпщӀэхадзащ. Зэман кӀыхькӀэ ахэр къагъапцӀэу зэраӀыгъам гужьгъэжьу яӀэр къигъэхъеяуэ, пцӀым дэщӀыгъуу абыхэм пэжыгъэри Ӏумпэм ящӀащ, икӀи, къэхьпагъэр хуитыныгъэу къащтауэ, гуэныхьым и пщылӀхэм гуфӀэгъуэр зэрахьэрт, щхьэхуитхэу зыкъыщагъэхъужу. GCKar 259.1

Революцэр щӀидзэным хунэсауэ, пащтыхьым лъэпкъым яхудичыхри, парламентым увыпӀэ нэхъыбэ щаритат лӀыщхьэхэмрэ дин-лэжьакӀуэхэмрэ зэгъусэу щаубыдым нэхърэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ властыр абыхэм къаӀэщӀыхьат, ауэ ахэр хуэхьэзыртэкъым ар губзыгъагъэрэ сакъыныгъэрэ яӀэу къагъэсэбэпыну. Ӏеягъэу къращӀам щхьэкӀэ загъэфӀэжыну хущӀэкъуу, ахэр яужь ихьащ обществэр щӀэрыщӀэу яухуэну. Лъэпкъым я губжьыр, зэман кӀыхькӀэ гукъанэ дыджу я гум илъар икӀи кӀэ имыӀэу ягъэпуду къызэрекӀуэкӀамкӀэ гужьгъэжьу яӀэр абыхэм тракъутащ я гугъуехьхэмкӀэ лажьэ зиӀэу ялъытэхэм. Залымыгъэм и дерсхэр лъэужьыншэу къэнакъым: игъащӀэкӀэ дакъузахэм, иджы езыхэм щӀахуэжын щӀадзащ щхьэхуимыту зыӀыгъахэр. GCKar 259.2

Насыпыншэ Францием лъыпсыр къежэхырт, езым хисауэ щытахэр Ӏуихыжырт. Сыту шынагъуэ Ӏейт кърикӀуар мыгупсысэу Римым зэрыхуэӀурыщӀам! Реформацэр щыщӀидзам щыгъуэ католическэ дин-лэжьакӀуэхэм хагъэзыхьу Францием япэ «еретикыр” щигъэсауэ щыта щӀыпӀэм деж, революцэм япэ гильотинэр щигъэуващ. XVI-нэ лӀэщӀыгъуэм протестантхэм ящыщу япэу хьэзаб зрагъэшэчахэр щагъэса щӀыпӀэ дыдэм деж, илъэс щитӀ дэкӀри, япэу псэдзыгъэ ящӀахэм я щхьэр щыпаупщӀащ. Хущхуэгъуэ яхуэхъуну щыта Инджылыр щимыдам, Францием тхьэншагъэмрэ зэтекъутэжынымрэ бжэхэр яхузэӀуихащ. Тхьэм и Унафэм игъэув гъунапкъэхэр щыӀуадзым, нэрылъагъу хъуащ цӀыхухэм я законхэм къызэрызэтрамыгъэувыӀэфынур цӀыхухэм я икӀагъэхэр, арати, лъэпкъыр кӀуэцӀрыхуащ хабзэншагъэмрэ анархиемрэ я щыхупӀэм. Библиер ямыдэу иращӀылӀа зауэм дуней псом и тхыдэм напэкӀуэцӀыщӀэ къыщызэӀуихащ, «террорым и тетыгъуэр” жыхуаӀэу цӀыхухэм яцӀыхур. Унэхэри цӀыхухэм ягури ябгынащ мамырыгъэмрэ насыпымрэ; зыми шынагъуэншэу зибжыжыртэкъым. Нобэ гуфӀэхэр, пщэдей гурыщхъуэ зыхуащӀхэм, ягъэкъуаншэхэм щыщ ящӀыфынут. Залымыгъэмрэ цӀапӀагъэмрэ дэнэкӀи щытепщэрт. GCKar 259.3

Королми, дин-лэжьакӀуэхэми, лӀыщхьэхэми яшэчын хуей хъуащ зи акъылым икӀа лъэпкъым я хьэкӀэкхъуэкӀагъэр. Королым тращӀыхьа укӀым нэхъ гуащӀэж ищӀащ зилъ зыщӀэжхэм я мафӀэр икӀи королым укӀ тезыщӀыхьахэр щӀэх дыдэ абы кӀэлъыкӀуэу къыщыхутащ лӀыукӀыпӀэм. «ЛӀэныгъэ!» — а хьэкумыр тращӀэрт революцэм жагъуэу хущыту гурыщхъуэ зыхуащӀ дэтхэнэми. Тутнакъэщхэм цӀыхухэр щӀэхуэжыртэкъым; ягъэтӀысауэ хьэзабыр зышэчу абы щӀагъэсахэм я бжыгъэр зы зэманкӀэ цӀыху мин 200-м щыщӀигъуа щыӀэщ. Къалэхэм щыплъагъунут уи гур изыхын Ӏуэхугъуэхэр. Революционерхэм я зэхуаку зэгурымыӀуэныгъэрэ зэныкъуэкъуныгъэрэ дэлът, арати, Франциер зауэр щекӀуэкӀ губгъуэшхуэ хъуат, дунейкъутэжу икӀагъэр щытепщэу. «Париж зыр зым къыкӀэлъыкӀуэу зыкъэӀэтыныгъэхэр къыщыхъейт; абы щыпсэухэм партие Ӏэджэу загуэша хъуат, зыр зым игъэкӀуэдыжыным хущӀэкъуу фӀэкӀа къыпхуэмыщӀэну”. Франциер дэнэкӀи зэтекъута зэрыхъуар нэхъыкӀэж ищӀырт, Европэм щыщ къэрал лъэщхэм пэщӀэту зэман кӀыхькӀэ лъапсэрых зауэм зэрыхэтам. «Къэралыр хуэкӀуат и кӀэм нэсу зэтещэщэжыным; дзэр ахъшэ хуэныкъуэт; Париж дэсхэр шхын щхьэкӀэ зэтелӀэрт; бандэ хъунщӀакӀуэхэм хэгъэгу нэхъ жыжьэхэр яфыщӀырт, цивилизацэм къыханэжа щыӀэтэкъым анархиемрэ къэхьпагъэмрэ”. GCKar 260.1

Лъэпкъым фӀы дыдэу зыхалъхьат гущӀэгъуншагъэм и дерсхэр, апхуэдизу егугъуу Римым зыхуригъэджар. Арати, щыпшынэжын махуэр къэсащ. Иджы Хьиса и гъэсэнхэртэкъым тутнакъхэм щӀэзыр икӀи зи лъыр лӀыукӀыпӀэхэм щагъажэр. Ахэр куэд щӀауэ е ягъэкӀуэдыжат е хэкум ирахуауэ исыжтэкъым. ГущӀэгъур зищӀысыр зымыщӀэ Римым иджы зэхищӀащ ажал зезыхьэ къарууэ яӀэр, хьэдэлъэмыж зэтращӀэхэм щыгуфӀыкӀыу езым иригъэсахэм. «Зэхэзехуэныгъэхэр, апхуэдиз лӀэщӀыгъуэкӀэ француз дин-лэжьакӀуэхэм я Ӏэмэпсымэу щытар, иджы езыхэм къатегуплӀащ ямылейуэ ябгэу. ЛӀыукӀыпӀэхэр дин-лэжьакӀуэхэм я лъым щӀигъэнат. Галерэхэмрэ тутнакъхэмрэ, зэгуэрым гугенотхэр зыщӀэмыхуэжу щытахэр, иджы ахэр щӀэзыхуауэ щытахэм я псэупӀэ хъуат. ЦерпкӀэ тетӀысхьэпӀэхэм кхъухьбэлагъхэм епхауэ католическэ дин-лэжьакӀуэхэм гугъуехьрэ хьэзабрэ зыхащӀэрт, я члисэм гущӀэгъуншэу еретик Ӏэдэбхэм яригъэшэчауэ щыта псори”. GCKar 260.2

«Къэсат махуэхэр, цӀыхухэр щыӀэн зэрыщӀидзэрэ нэхъ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ дыдэ зезыхьа судхэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ дыдэ законхэр къыщащтар, укӀ зытралъхьэ щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ ягъэкъуаншэнкӀэ мыдзыхьщӀыгъуэджэу, зыми и цӀыхугъэм сэлам ирихыфынутэкъым е тхьэлъэӀу жиӀэфынутэкъым; шпионхэр дэтхэнэ зы къуэгъэнапӀи щыкъуэсхэрт; пщэдджыжьыпэм щыщӀэдзауэ мыувыӀэу гильотинэр лажьэрт; тутнакъхэм цӀыхухэр щыщӀэзхэрт, пщылӀхэр зыщэну зышэ кхъухьхэм я трюмхэм хуэдэу; псырышэ бжьамийхэм ирижэу цӀыхухэм я лъыр тхъурымбэр щхьэрыту Сена хэлъадэрт ... Париж и уэрамхэм махуэ къэскӀэ яукӀыну яшэ цӀыхухэр зэрыс шыгухэр кӀыхьу зыр зым кӀэлъыкӀуэу щрикӀуэм, абы хэту верховнэ комитетым департаментым къигъэкӀуа проконсулхэм къыпхуэмыӀуэтэн гущӀэгъуншагъэ, уеблэмэ, Париж иджыри щамылъэгъуам хуэдэ яхэлъу я Ӏуэхухэр зэрахьэрт. Псэхэх гильотинэм и сэр хуэм дыдэут зэрыдэкӀуейри, зэрехри, и Ӏуэхур игъэ- GCKar 260.3

зэщӀэн папщӀэ, арати, гъэр куэдыр кӀартӀышэкӀэ зэтраукӀэрт. Нет Ӏей яӀэу гъуанэ ящӀырт щхьэхуимытхэр зэрашэ баржэхэм я лъэгур. Лион къалэр нэщӀ ящӀат. Арес къалэ гъэрхэм, уеблэмэ, «хэгъэфӀыкӀа хуитыныгъэ» ирататэкъым лӀэныгъэ псынщӀэ яӀэну. Лаура псым и кӀыхьагъкӀэ — Сомура щыщӀэдзауэ тенджызым нэс — къуаргъхэмрэ къашыргъэхэмрэ куэду щызэрызехьэу хьэдэ пцӀанэхэр, шынагъуэу я псэр хэкӀыным ипэ ӀэплӀэ зэзышэкӀауэ зэкӀэщӀэлъхэр, яшхырт. ЦӀыхубзхэми сабийхэми ящысхьыртэкъым. Зи ныбжьыр илъэс 17-м фӀэмыкӀа щӀалэщӀэ, пщащэ щэ бжыгъэхэр цӀыхугъэншэ тетыгъуэм ягъэкӀуэдащ. Анэбгъэм къыкӀэщӀача сабий цӀынэхэр якобинцхэм зэпадзыжу бжыпэкӀэ зэрадзат я дзэ сатырым псоми”. ИлъэсипщӀ хуэдизым цӀыху куэдыкӀей ягъэкӀуэдат. GCKar 261.1

Псори шейтӀаным къызэригупсысам хуэдэу къэхъуат. Ар абы хущӀэкъуат лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ. Абы и политикэр — ар гъэпцӀагъэ защӀэщ, ипэм щыщӀэдзауэ икӀэм нэс. Абы и мурад зызымыхъуэжыр — цӀыхухэм гугъуехьхэмрэ гуауэрэ яхуихьынырщ, игъэпудынырщ икӀи пцӀы хилъхьэнырщ Тхьэм и мурадхэм; игъэкӀуэдынырщ Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэмрэ и фӀылъагъуныгъэмрэ, апхуэдэ щӀыкӀэу Уафэм зэрыщыту гуауэ ирищӀылӀэнырщ. ШейтӀаным Ӏэзэу цӀыхухэр нэф ещӀыф, Зиусхьэныр къэхъу псомкӀи къуаншэу къигъэлъагъуэурэ икӀи хигъэзыхьурэ цӀыхухэм ярегъэгугъэр, насыпыншагъэу къэхъу псори — ар Тхьэм и мурадхэр гъэзэщӀа зэрыхъуным кърикӀуауэ. ЦӀыху зэкӀуэкӀахэр икӀи шейтӀаным хьэкӀэкхъуэкӀэм хуэдэ ищӀын лъэкӀахэм Тхьэр къагъэнэпа нэужь, шейтӀаным абыхэм гущӀэгъуншагъэ ямылейхэр ярегъащӀэ. ИтӀанэ удэфауэ ящӀэ гуэныхьхэр, икӀагъэхэр тиранхэмрэ гъэпщылӀакӀуэхэмрэ щхьэхуитыныгъэм кърикӀуауэ цӀыхухэм бгъэдалъхьэ. GCKar 261.2

Зы щӀыкӀэкӀэ щӀэхъумауэ щыта щхьэрыуагъэр сэтей къыщыхъукӀэ, шейтӀаным ар нэгъущӀ щӀыкӀэкӀэ щӀеуфэжри, аргуэру цӀыхухэм яфӀэфӀу къарегъащтэ, япэми хуэдэу. Папствэр — ар зэрыгъэпцӀагъэр цӀыхухэм къащыгурыӀуэм, шейтӀаным папствэр къигъэсэбэп щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Унафэр яригъэкъутэн хигъэзыхьыжыфынутэкъыми, абы ахэр ирихулӀащ къащигъэхъуну дэтхэнэ зы динри гъэпцӀагъэу, езы Библиер — псысэу. Тхьэм и унафэхэр Ӏуадзри, абыхэм нэмысыншагъэ мардэншэм зратащ. GCKar 262.1

ФӀэкӀыпӀэншэу апхуэдиз гузэвэгъуэ къыхуэзыхьауэ, Францием илэжьа щыуагъэшхуэр зы пэжыгъэ ин Ӏумпэм зэрищӀарщ: щхьэхуитыныгъэ пэжыр Тхьэм и Унафэм къигъэувхэм фӀэкӀыркъым. «Уо, си Унафэхэм уедэӀуамэ аратэкъэ! Уи насыпыр псышхуэм хуэдэу къэкӀуэнут, уи тыншыгъуэр хы толъкъуным хуэдэу щытынут”. «БзаджащӀэхэм гупсэхугъуэ яӀэнукъым». «КъызэдаӀуэхэр бэӀутӀэӀуншэрэ я гур псэхуу, сыт хуэдэ бзаджагъи щымышынэу псэунущ” (Ис. 48:18,22; Притч. 1:33). GCKar 262.2

Атеистхэми, скептикхэми епцӀыжакӀуэхэми Тхьэм и Унафэр ядэркъым икӀи абы пэщӀэтхэщ; ауэ а псом кърикӀуэхэм икъукӀэ жьакӀуэу къыбжаӀэр, цӀыхум и бэӀутӀэӀуншагъэр — ар Тхьэм и унафэхэм едэӀуэнырщ зыхэлъыр. Тхьэм и ТхылъымкӀэ еджэну хуэмейм, лъэпкъхэм я тхыдэм дерс къыхихыфынущ. GCKar 262.3

ШейтӀаным католическэ члисэр къигъэсэбэпурэ Тхьэм едэӀуэн гъуэгум цӀыхухэм щыдригъэдзыхам, абы егугъупэу щӀихъумат и мурадыр зыхуэдэр, абы и лэжьыгъэр апхуэдизу Ӏэзагъышхуэ хэлъу щӀиуфати, цӀыхухэр цӀыхугъэншэ дыдэу зэрызэкӀуэкӀамрэ къэралыр зэрызэтекъутамрэ къыпщыхъуртэкъым Тхьэм и унафэр зэракъутам кърикӀуауэ. Ауэ щыхъукӀи Тхьэм и Духыр шейтӀаным пэщӀэтати, шейтӀаным мураду иӀа псори зригъэхъулӀэфакъым, ахэр нэгъэсауэ хуэгъэзэщӀакъым. Ауэ революцэ зэманым Тхьэм и Унафэр зэрамыдэжым теухуауэ къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу лъэпкъ хасэм къызэӀухауэ унафэ къыщащтащ, арати, террорыр щытепща зэманым псоми нэрылъагъу яхуэхъуащ щхьэусыгъуэншэу зыри къызэрымыхъур. GCKar 262.4

Францием псоми ялъагъуу Тхьэри Библиери щыхыфӀидзэм, нэмысыншэхэмрэ кӀыфӀыгъэм и жинхэмрэ гуфӀахэщ, зыщӀэхъуэпсар къазэрехъулӀамкӀэ, — къэрал псом Тхьэм и Унафэм къигъэувхэр зыщхьэщахат. ЗанщӀэу хьэкум тращӀэркъым Ӏуэху Ӏейхэм «абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм я гум шынагъэ илъкъым Ӏеягъэ ямыщӀэну» (Еккл. 8:11). Ауэ захуэ икӀи щыпкъэ унафэр пкъутэным фӀэкӀыпӀэншэу насыпыншагъэмрэ зэтещэхэжынымрэ ухуишэн хуейт. ЦӀыхухэм я нэмысыншагъэм асыхьэтым тезыр трамылъхьами, шэч хэлътэкъым ахэр къемылыфыну кӀуэдыпӀэм зэрыхуэкӀуэм. ЛӀэщӀыгъуэ нейхэм Тхьэм къыбгъэдэкӀхэурэ щӀэпхъаджагъэ ялэжьхэурэ зэрагъэпшынэжыну фалъэр къыдращӀейрт цӀыхухэм, арати, абы из щыхъум, Тхьэр зылъагъу мыхъухэм къащӀащ, Тхьэм ишэчын щыщигъэткӀэ зэрышынагъуэр. Дунейр зэтезыӀыгъэ Тхьэм и Духым, шейтӀаным и тепщэныгъэ щӀэпхъаджагъэр афӀэкӀэ къыжьэдикъуэжакъым, арати, сыт щыгъуи цӀыхухэм я гугъуехьхэм щыгуфӀыкӀым зыхуейр ищӀэну хуитыныгъэ игъуэтащ. Мыарэзыныгъэм и гъуэгур къыхэзыхахэм я гугъу ямыщӀу абы кърикӀуэр къыӀэрагъэхьэжащ, зэрыкъэралу дэнэкӀи къыпхуэмыӀуэтэн щӀэпхъаджагъэр щыз мыхъуху. Лъапсэрыхыр къызыхуагъэкӀуа хэгъэгу нэхъ жыжьэхэмрэ зэхакъута къалэхэмрэ къабгъэдэкӀыу уафэм дэкӀуеирт гугъапӀэншэмрэ къыпхуэмыӀуэтэн гуауэмрэ я зэщӀэгъуагэ макъхэр. ЩӀыр хуабжьу хъейуэ Франциер игъэзджызджауэ фӀэкӀа къыпхуэщӀэнутэкъым. Динри, законри, общественнэ хабзэхэри, унагъуэри, къэралри, Члисэри — псори игъэкӀуэдыжат Тхьэм и Унафэм зытезышэщӀа нэмысыншэм и Ӏэм. Пэжу жиӀат цӀыху Ӏущым: «бзаджащӀэр и бзаджагъэм игъэунэхъунущ”. «ГуэныхьыщӀэм щэ бжыгъэкӀэ е ищӀэурэ, абы есэ щхьэкӀэ, — жеӀэр Сэлмэн Ӏущ, — сэ сощӀэр Тхьэм щышынэрэ, Абы и пащхьэ зи гур къилъэтхэм зэрафӀыгъуэр; ауэ бзаджащӀэхэм фӀы къапэплъэкъым” (Притч. 11:5; Еккл. 8:12, 13). «ЩӀэныгъэр ялъагъу щымыхъуакӀэ, Тхьэм щышынэну щыхуэмеякӀэ”, «дыджагъыу ящӀар я щхьэм ирикӀуэжынущ, ялэжьам ипкъ иткӀэ ахэр пшынэжынущ» (Притч. 1:29,31). GCKar 262.5

Тхьэр зыгъэпуд тепщэныгъэм, «щыхупӀэ щӀэншэм къыхэкӀам” иукӀауэ, Тхьэм и щыхьэт пэжхэр куэдрэ щыму къэнакъым. «Ауэ махуищрэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь, Тхьэм абыхэм гъащӀэм и псэр къахилъхьэжри, тӀури я лъэкӀэ къэувыжащ. Ахэр зылъэгъуа псори шынагъэшхуэм зэщӀиубыдащ” (Откр. 11:11). 1793 гъэм Францием и лъэпкъ хасэм декретхэр къищтауэ щытащ, чристэн диныр щимыгъэӀэжу, Библиер игъэкӀуэдыжу. Ауэ илъэсищрэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь, а хасэ дыдэм аргуэру хуитыныгъэ цӀыхухэм яритыжащ Тхьэм и Псалъэм еджэну. Дуней псом ялъэгъуат Тхыгъэ ЛъапӀэр умыдэным кърикӀуэм и шынагъуагъэр, арати, цӀыхухэм зэхащӀыкӀащ Тхьэр уи фӀэщ хъун зэрыхуейр икӀи Абы и Псалъэри — фӀыуэ щыӀэмрэ цӀыхугъагъэмрэ и лъабжьэр. Зиусхьэным жеӀэр: «Хэт щӀэнэкӀалъэ пщӀар? Хэт бгъэпудыр? Хэт уи макъыр зытепшащӀэр? Хэт къутыргъэну узэплъыр? Израилым и Тхьэ щихъырщ! (Ис. 37:23). «Аращи, Сэри езгъэлъагъунщ абыхэм си Ӏэм и лъэщагъэр, къащӀэнщ итӀанэ Зиусхьэн зэрызицӀэр» (Иер. 16:21). GCKar 263.1

ЩыхьэтитӀым теухуауэ бегъымбарым жеӀэр: «БегъымбаритӀым зэхахащ макъышхуэ уафэм къиӀукӀыу: «ФыкъыдэкӀуей мыдэ!” Арати, пшэм хэту ахэр дэкӀуеящ уафэм, я бийхэр къеплъу” (Откр. 11:12). Францием зауэ ирищӀылӀат Тхьэм и щыхьэтитӀым, ауэ иджы абыхэм я пщӀэр лъагэу яӀэтат, япэм зэрыщымытам хуэдэу. 1804 гъэм Британскэ иностраннэ библейскэ обществэ къызэрагъэпэщащ. Ар щӀэдзапӀэ хуэхъащ апхуэдэ нэгъуэщӀ зэгухьэныгъэхэр къудамэ Ӏэджэ яӀэу Европэ псом къыщызэрагъэпэщыным. 1816 гъэр — Американскэ библейскэ обществэм и щӀэдзапӀэщ. Британскэ обществэр къызэрагъэпэща нэужь, Библиер къыдагъэкӀыу икӀи зрагъэубгъуу хъуат бзэ щитхукӀэ. Абы щыщӀэдзауэ ар дунейм бзэрэ диалекту тетхэм ящыщу щэ бжыгъэм ейхэмкӀэ зэрадзэкӀащ. GCKar 264.1

1792 гъэм ипэ къит илъэс тхущӀым я кӀыхьагъкӀэ гулъытэ мащӀэ дыдэщ хуащӀар хамэ къэрал миссиехэм. ЩӀэуэ нэгъуэщӀ обществэ лъэпкъ къызэӀуахакъым икӀи члисэ зытӀущым я закъуэт я къару езыхьэлӀэр чристэн диным мажусий къэралхэм зыщегъэубгъуным. Ауэ, XVIII-нэ лӀэщӀыгъуэм и кӀэм щытыкӀэм зэуэ зихъуэжащ. Рационализмэм афӀэкӀа цӀыхухэр арэзы ищӀыжыртэкъым, арати, абыхэм хуэныкъуэу зэхащӀэрт Тхьэм и къызэӀухыныгъэхэмрэ гъащӀэм епха, псэ зыхэт динрэ. А зэманым щыщӀэдзауэ хамэ къэрал миссиехэм я лэжьыгъэм япэм къызэрымыхъуауэ хуабжьу зиужьащ. GCKar 264.2

Тхылъ тедзэныр зэрефӀэкӀуар сэбэп къыхуэхъуащ Библием зиубгъуным. Къэралхэр нэхъ тыншу зэкӀэлъыкӀуэ зэрыхъуар, пасэрей предрассудкэхэмрэ лъэпкъ зыхэгъэфӀыкӀынымрэ ӀэщӀыб зэращӀар; светскэ властыр папэ римскэм зэрыфӀэкӀуэдар — а псоми гъуэгу хузэӀуахащ Тхьэм и Псалъэм. Илъэс зыбжанэ дэкӀри, Библиер хуиту щащэрт Рим къалэм и уэрамхэм икӀи щӀы хъурейм и къуэгъэнапӀэ нэхъ пхыдза дыдэхэми нэсат. GCKar 264.3

Тхьэр зи фӀэщ мыхъу Вольтер зэгуэрым зыкъыфӀэщӀыжауэ жиӀат: «Сэ сезэшащ седаӀуэну сыужэгъуа псалъафэхэм, цӀыху пщыкӀутӀым чристэн диныр къагъэхъуауэ. Сэ хьэкъ сщӀынщ, зы цӀыху закъуэ зэрырикъунур ар игъэкӀуэдыжын папщӀэ». Ар лӀа нэужь, зы щӀэблэкъым псэуар... Мелуан бжыгъэкӀэ цӀыхухэр гухьащ зауэ Библием езыщӀэкӀахэм. Ауэ сыту узыхунэмысын а Тхылъыр икӀи бгъэкӀуэдыжыфыным сыту пэжыжьэ! Вольтер и зэманым Библиер щэ бжыгъэ экземпляру щыӀамэ, атӀэ иджы абы и бжыгъэр мин щэ бжыгъэщ къызэрабжыр. Япэ реформаторхэм ящыщ зым жиӀат мыпхуэдэу: «Библиер — ар сыджщ, зы уадэшхуэкъым абы щеуэкӀэ къутар». Зиусхьэным жеӀэр: «Уэ къозэуэн папщӀэ ящӀа зы Ӏэщи текӀуэныгъэ къихьынукъым, хэт уэ къомыныкъуэкъуми, судым ар щыбгъэкъуэншэнущ» (Ис. 54:17). GCKar 264.4

«Ди Тхьэм и Псалъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнущ». «Абы и унафэхэр псори захуэхэщ, игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжынщ, абыхэм я лъабжьэр пэжыгъэмрэ щыпкъагъэмрэщ” (Ис. 40:8; Пс. 110:7, 8). ЦӀыхум и щӀыхьым тещӀыхьа псори гува-щӀэхами къутэжынущ, ауэ зызымыхъуэж Тхьэм и Псалъэ къырым хуэдэр игъащӀэкӀэ щытынущ. GCKar 265.1