Бэнэныгъэ ин
14 ӀЫХЬЭ—ЛЪЭХЪЭНЭ КӀАСЭМ ЩЫӀА ИНДЖЫЛЫЗРЕФОРМАТОРХЭР
Германием Лютер и лъэпкъым япэм ямыгъуэта Библиер щаӀэщӀилъхьэм, абы хэту Тиндаль, Тхьэм и Духым зэригъакӀуэу, ардыдэр щищӀащ Англием. Уиклиф зэридзэкӀа Библиер щыуагъэ куэд зыхэта латиныбзэкӀэ щыӀарт. Ар зэи традзэу къыдагъэкӀауэ щытакъым, арати, ӀэкӀэ къратхыкӀа тхылъым и уасэр лъагэӀуэти, цӀыху къулейхэмрэ лӀакъуэлӀэшхэмрэ я закъуэт къэзыщэхуфыр. КъищынэмыщӀауэ, а Тхылъым уеджэнуи зепхьэнуи хуит уищӀыртэкъым Члисэм, абы къыхэкӀкӀэ ар мащӀэ дыдэущ зэрызэбгрыкӀар. 1516 гъэм, Лютер и тезисхэр дунейм къытехьэным иджыри зы илъэс иӀэу, Эразм япэу къыдигъэкӀащ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр алыджыбзэкӀэ икӀи абы къыкӀэлъыкӀуэу щӀэх дыдэ ар латиныбзэкӀэ зэрадзэкӀащ. Иджы Тхьэм и Псалъэр япэу къыдагъэкӀат пасэрей Ӏэрытхыр зэрыщыта бзэмкӀэ. А къыдэкӀыгъуэм щагъэзэкӀуэжат, ипэм къыдагъэкӀауэ щыта зэдзэкӀыгъуэхэм хэта щыуагъэхэр, и купщӀэри нэхъ пэжу къыщаӀуатэрт. Ар дэӀэпыкъуащ щӀэныгъэ зиӀэ цӀыху куэдым нэхъыфӀу пэжыгъэр къагурыӀуэным икӀи, дауикӀ, Реформацэм адэкӀэ зиужьа хъуным хуабжьу щӀэгъэкъуэн хуэхъуащ. АрщхьэкӀэ, Тхьэм и Псалъэр япэми хуэдэу, цӀыху къызэрыгуэкӀхэм я дежкӀэ зыхунэмысыфыну къанэрт. Тиндаль и кӀэм нигъэсын хуейт Уиклиф кърихьэжьа Ӏуэхур, и хэкуэгъухэм Библиер яӀэригъэхьэн папщӀэ. GCKar 225.1
КъэхутакӀуэ емызэшыж икӀи зи фӀэщу пэжыгъэм и лъыхъуакӀуэ Тиндаль, ХъыбарыфӀыр къищтат Эразм алыджыбзэкӀэ къыдигъэкӀа ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм еджэурэ. Абы шынэ жыхуаӀэр имыщӀэу и фӀэщ хъухэр цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, быдэу къыхигъэщу сыт хуэдэ гъэсэныгъэри Тхыгъэ ЛъапӀэмкӀэ къэпщытэн зэрыхуейр. Библиер Члисэращ къывэзытари, Члисэм и закъуэщ ар гурыӀуэгъуэ фхуэзыщӀыфынур, жиӀэу папствэм зэрыжиӀэм теухуауэ, Тиндаль жэуап яритырт абыхэм: «Фэ фщӀэрэ бгъэхэм я къуентхъхэр къагъуэтыфу зыгъасэр хэтми? А Тхьэ Дыдэм и сабий мэжалӀэхэр егъасэр, Адэр пэжыгъэм и псалъэхэм къыщалъыхъуэну. Фэракъым Тхыгъэ ЛъапӀэр къыдэзытар дэ, атӀэ фэ ар тщывгъэпщкӀуу фыщытащ; фэ мафӀэкӀэ вгъэсащ ар зезыхьэу щытахэр; фхузэфӀэкӀын къудейтэмэ езы Тхыгъэ ЛъапӀэри вгъэсынт фэ». GCKar 225.2
Тиндаль и уазхэм цӀыхухэр хуабжьу дихьэхырт икӀи куэдым пэжыгъэр къащтэрт. Ауэ, дин-лэжьакӀуэхэр теплъэкъукӀыртэкъым, Тиндаль уаз щита щӀыпӀэхэр зэрибгынэу, ахэр бетэмалу къэсырти, цӀыхухэр ягъэшынэу къыхуэдалъэхэурэ, къагъапцӀэхэурэ Тиндаль и лэжьыгъэр зэхакъутэжыну яужь итхэрт. Куэдрэ къехъулӀэрт абыхэм апхуэдэу ящӀэну. «Сыт тщӀэнур? — щӀэупщӀэрт Тиндаль. — Зы щӀыпӀэм жылэ щыхэссэкӀэ, бийр къосри къэзгъэна губгъуэр Ӏисраф зэтрещӀэжыр. Сэ дэнэкӀи сыщыӀэфынукъым. Уо, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр я анэдэлъхубзэкӀэ яӀамэ аратэкъэ, итӀанэ ахэр пэщӀэтыфынут а гъэпцӀагъэ-Ӏущыгъэхэм. Библиеншэу Ӏэмал щыӀэкъым хъушэр пэжыгъэм быдэу тебгъэувэфыну». GCKar 226.1
А гупсысэм псэхугъуэ къритыртэкъым Тиндаль. «Я анэдэлъхубзэмкӀэ, — егупсысырт ар, — Израил лъэпкъым Иеговэ и тхьэлъэӀупӀэм зэчыр лъапӀэхэр щыжаӀэрт, атӀэ дауэ хъун Инджылыр ди деж инджылыбзэкӀэ щыгъэӀун хуэмейуэ?.. Дауэ хъун Члисэм пшэкӀэплъыр къыщищӀым иӀа нэхум нэхърэ махуэ шэджагъуэм нэху нэхъ мащӀэ иӀэну?.. Чристэнхэр ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм еджэн хуейщ я анэдэлъхубзэмкӀэ”. Дин-щӀэныгъэлӀхэмрэ Члисэм и егъэджакӀуэхэмрэ жаӀэр зэтехуэртэкъым. Библием и закъуэкӀэт цӀыхухэм пэжыгъэр къызэрагъуэтыфынур. «Зыр зы егъэджакӀуэм йодаӀуэр, етӀуанэр — нэгъуэщӀым... ЩӀэныгъэлӀхэм ящыщ дэтхэнэми жиӀэр адрейхэм жаӀэм пэщӀоувэр. Дауэ-тӀэ пэжыгъэмрэ пцӀымрэ зэрызэхэдгъэкӀынур?.. Дауэ?.. Тхьэм и Псалъэм и закъуэкӀэщ”. GCKar 226.2
Зэман дэкӀри Тиндаль къедэуэн щӀидзащ зы дин-щӀэныгъэлӀ-католик, губжьауэ мыпхуэдэу жызыӀауэ щытар: «Тхьэм и унафэхэр димыӀэу дыкъанэми нэхъыфӀщ, папэм и унафэхэр димыӀэжу дыкъанэ нэхърэ! — жиӀэу». Тиндаль абы жэуап иритыжат: «Сэ си Ӏуэхукъым папэри абы и унафэхэри. Тхьэм си гъащӀэм къысхупищэмэ, илъэс зыбжанэм я кӀуэцӀкӀэ сэ зэзгъэхъулӀэнщ, пхъэӀэщэм кӀэлъыкӀуэ щӀалэ цӀыкӀум фэр нэхърэ нэхъыфӀу Тхыгъэ ЛъапӀэм хищӀыкӀыну». GCKar 226.3
Иджы Тиндаль шэч къытрихьэжыртэкъым и мурадым, зыкъом щӀауэ и гум щигъэфӀам — лъэпкъым ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр и анэдэлъхубзэмкӀэ яритыныр, — арати, зимыӀэжьэу а лэжьыгъэм пэрыхьащ. И унэ къыщӀахуауэ ар Лондон кӀуэри, зы зэманкӀэ зыри къыпэрымыуэу абы щылэжьащ. Ауэ, аргуэру папистхэм я губжьым хагъэзыхьщ абыми, щӀэмыпхъуэу хъуакъым. Къыпщыхъурт, Англие псом абы къызэтеувыӀэпӀэ щимыгъуэтыну, арати, щхьэегъэзыпӀэ Германием къыщилъыхъуэну мурад ищӀащ. А щӀыпӀэм абы къыщыдигъэкӀын щӀидзащ инджылызыбзэкӀэ ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр. ТӀэунейрэ абы и лэжьыгъэр зэпаудащ, ауэ тхыгъэр тридзэну зы къалэм хуит щыщамыщӀым деж нэгъуэщӀ къалэ кӀуэрт. ИкӀэм-икӀэжым, ар Вормс кӀуащ, илъэс зыбжанэ ипэкӀэ Лютер сеймым и пащхьэ Инджылым къыщыщхьэщыжауэ щыта къалэм. Ныбжьышхуэ зиӀэ а къалэм ныбжьэгъу куэд щиӀэт Реформацэм, арати, Тиндаль зыри зэран къыхуэмыхъуу и лэжьыгъэм къыпищащ. Куэд дэмыкӀыу ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр минищ бжыгъэу къыдагъэкӀащ икӀи а илъэс дыдэм иджыри зэ ар традзэжын хуей хъуащ. GCKar 227.1
ИкъукӀэ и фӀэщу икӀи ерыщу егугъуу абы и лэжьыгъэм къыпищэрт. КхъухьтедзапӀэхэр быдэу къаплъыхь зэпыту, инджылыз властхэр темыплъэкъукӀыу зэрысакъхэм щхьэкӀэ къэмынэу, гъуэгу щэхухэмкӀэ Тхьэм и Псалъэр Лондон нагъэсырти, абы икӀыу къэрал псом щызэбграхырт. Папистхэм къарууэ яӀэр ирахьэлӀэрт пэжыгъэр ягъэкӀуэдыну, ауэ алейуэт. Дархэм къалэ щыщ щихънагъым Тиндаль и ныбжьэгъу тхылъ зыщэм и деж Библиеу иӀэу хъуар къыщищэхуат, ахэр игъэкӀуэдын мурадкӀэ, апхуэдэу реформаторым и лэжьыгъэм хэщӀыныгъэшхуэ иритын и гугъэу. АрщхьэкӀэ, абы зэримыгугъауэ хъуащ: къахэхъуа ахъшэмкӀэ тхылъымпӀэ къащэхуащ, и фӀагъкӀэ япэрейм нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыфӀу, Библиер щӀэуэ традзэн папщӀэ, Ӏуэхур апхуэдэу къемыкӀуэкӀатэмэ къыдагъэкӀын яхузэфӀэкӀыну щымытар. ИужькӀэ Тиндаль тутнакъым и гъэр щыхъуам, яутӀыпщыжыну къагъэгугъат, Библиер тридзэнымкӀэ ахъшэкӀэ зыкъыщӀэзыгъэкъуахэм я цӀэхэр яжриӀэмэ. Абы жэуап яритыжащ, Дархэм щыщ щихънагъыр а Ӏуэхум ехьэлӀауэ псом нэхъыбэу къызэрыдэӀэпыкъуар, ахъшэшхуэкӀэ Библиехэр къыщищэхуам ар сэбэп къахуэхъуащ ехъулӀэныгъэ иӀэу я Ӏуэхур кӀуэтэным. GCKar 227.2
Тиндаль и бийхэм ӀэщӀагъэхьэри мазэ куэдкӀэ тутнакъым ирагъэсащ. Хьэзаб лӀэныгъэкӀэ ар и фӀэщхъуныгъэм щыхьэт техъуэжащ, ауэ абы игъэхьэзыра Ӏэщэр ядэӀэпыкъуащ адрей зауэлӀхэр лӀэщӀыгъуэ псоми я кӀыхьагъкӀэ зэуэным, ди махуэхэр къэсыху. GCKar 227.3
Латимер кафедрэм къипсэлъыкӀырт, лъэпкъым и бзэмкӀэ Библием еджэн зэрыхуейр къыжиӀэу. «Тхыгъэ ЛъапӀэр къызыбгъэдэкӀар, — жиӀэрт абы, — Езы Зиусхьэнырщ икӀи Тхыгъэ ЛъапӀэр — апхуэдэ дыдэу лъэщщ икӀи мыкӀуэдыжынщ, ДыкъэзыгъэщӀам хуэдэу. Зы пащтыхьи, зы императори, зы лӀыщхьи щыӀэкъым... едэӀуэну зимыкъалэн... Абы и Псалъэ ЛъапӀэм. КхъыӀэ, Тхьэм и Псалъэр лей дывмыгъэщӀ, Абы и унафэ дыщӀэту дывгъэпсэу. КхъыӀэ, дривмыгъакӀуэ... ди адэжьхэр зрикӀуа гъуэгум — дэ тщӀэн хуейр абыхэм ящӀэу щытаракъым, атӀэ абыхэм ящӀэн хуеярщ”. GCKar 227.4
Барнсрэ Фрайтрэ, Тиндаль къыхуэпэжа и ныбжьэгъухэр, пэжыгъэм и хъумакӀуэ хъуахэщ. Абыхэм щапхъэ трахащ Ридлии Крэнмери. Английскэ Реформацэм и унафэщӀхэр щӀэныгъэ зиӀа цӀыхухэт икӀи абыхэм я нэхъыбэм пщӀэшхуэ къыхуащӀырт католикхэм, ерыщагъыу яхэлъымрэ Тхьэр хуабжьу зэрагъэлъапӀэмрэ щхьэкӀэ. Ахэр папствэм зэрыпэщӀэтар къызыхэкӀар «тахътэ лъапӀэ» жыхуаӀэм и щхьэрыуагъэхэр зыхуэдэр фӀыуэ къащӀати аращ. Вавилоным и щэхухэм зэрыщыгъуазэм абыхэм я псалъэхэм къару нэхъыбэ къахилъхьэрт Вавилоным и къуаншагъэхэр къыщыщӀагъэщкӀэ. GCKar 228.1
«Иджы зы упщӀэ гъэщӀэгъуэн фэстыну сыхуейт, — жиӀат зэгуэрым Латимер уаз здитым. — Хэт щихънагъ нэхъ егугъуу, прелат нэхъ жыджэру Англие псом исыр?.. Абы и цӀэр жысӀэным фыкъыспэплъэу солъагъу... НтӀэ вжесӀэнщ: ар шейтӀанырщ. Абы зэи и лэжьыгъэр къигъанэркъым; сыт хуэдэ зэманми зыхуэвгъази, сыт щыгъуи и унэ исыжу вгъуэтынущ; ар зэи Ӏуэхуншэу щыскъым. Зэи теухьэулеикӀауэ флъагъунукъым, абыкӀэ сэ шэсыпӀэ сихьэфынущ. ШейтӀаныр къыздэщыхутэ щӀыпӀэм... тхылъхэр щагъэкӀуэдри шэху уэздыгъэхэр щыщӀагъанэ; Библиехэр щобзэхри нэмэз щыгъэхэр къыщохутэ; Инджылым и нэхур зытрамыгъэпсэну зыщӀахъумэри. уэздыгъэ нэфхэр щӀагъанэ... Мэсихь и жорыр ямыдэу чистилищэ жыхуаӀэр ягъэлъапӀэ... тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъун щагъэт, насыпыншэхэми лъэрэмыхьхэми, пцӀанэхэр яхуэпэну хуейкъым, ауэ тхьэнапэхэр ягъэщӀэращӀэ, псэншэ тхьэнапэхэм зыхуагъэщхъ, цӀыхухэм къагупсыса хабзэхэр ягъэзащӀэ, Тхьэмрэ Абы и Псалъэ ЛъапӀэмрэ ямыдэу... Уо, шейтӀаным ежьужьхэр зэрыхисэм хуэдэу, апхуэдизу егугъуу ди прелатхэм гъэсэныгъэфӀым и жылэр хасэу щытамэ аратэкъэ!» GCKar 228.2
А реформаторхэр къызыщхьэщыжа принцип нэхъыщхьэр — вальденсхэри, Уиклифи, Ян Гуси, Лютери, Цвинглии абыхэм я телъхьэхэри зыщӀэбэнарщ — ар шэчыншэу Тхыгъэ ЛъапӀэм щӀыхь зэриӀэр къэпщтэнырщ, фӀэщхъуныгъэри гъащӀэри абы тещӀыхьауэ щытынырщ. Абыхэм ядэртэкъым папэхэми хасэхэми, члисэм и адэжьхэми, королхэми хуитыныгъэ яӀэу, цӀыхум и напэр хагъэзыхьыну, диным ехьэлӀа упщӀэхэмкӀэ. Абыхэм я дежкӀэ щӀыхь зиӀэ закъуэр Библиерт икӀи абыкӀэ къапщытэрт гъэсэныгъэ псори, гупсысэхэри. Тхьэмрэ Тхьэм и Псалъэмрэ я фӀэщ зэрыхъум а уазтакӀуэхэм къару къыхалъхьэрт, Инджылым папщӀэ я гъащӀэр щаткӀэ. «Умыдзыхэ, — жриӀащ Латимер, езым хуэдэу хьэзаб зрагъэшэчым зыхуигъазэри, — я макъхэр игъащӀэкӀи зэпигъэуну мафӀэ бзийр щыхьэзырым, — дэ нобэ щӀэдгъэнэнщ Англие псом къыщыблэн нэху, сыщогугъ сэ Тхьэм, и гущӀэгъукӀэ ар зэикӀ мыункӀыфӀыжыну”. GCKar 228.3
Шотландием Колумбарэ и лэжьэгъухэмрэ щыхаса пэжыгъэм и жылэр къанэ щымыӀэу зэи ягъэкӀуэдыжатэкъым. Англием щыӀэ члисэхэр Римым и тепщэм щӀэува нэужьи, лӀэщӀыгъуэ нейхэм я кӀыхьагъкӀэ шотландскэ члисэхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжын зэпагъэуатэкъым. Ауэ XII-нэ лӀэщӀыгъуэм папствэм мыбдежми лъабжьэ щиутӀыпщащ икӀи зыщӀыпӀи абы и тепщэныгъэр апхуэдизу гъунапкъэншэу щыщытакъым мы къэралым зэрыщытам хуэдэу. Ауэ кӀыфӀыгъэ Ӏувым къыпхидзырт нэхум и бзийхэр, пшэкӀэплъыр къызэрищӀымкӀэ гугъэ къуату. Лоллардхэм Англием кърахыу Библиери Уиклиф и гъэсэныгъэхэри къэзыхьахэм, куэд ялэжьащ Инджылым и нэхур хъума хъун папщӀэ. ЛӀэщӀыгъуэ къэс езыхэм яӀэжт пэжыгъэм и щыхьэтхэри фӀэщхъуныгъэм щхьэкӀэ хьэзаб зрагъэшэчахэри. GCKar 229.1
Реформацэ иным зэрыщӀидзэу мыбы къэсат Лютер и тхыгъэхэри, Тиндаль зэридзэкӀа ЗэгурыӀуэныгъэщӀэри. Папскэ властым гу лъимытэу а хъыбарыфӀзехьэхэм щыму зэпачырт бгыхэри аузхэри, псори къагъэнэхуу икӀи ягъэзэкӀуэжу пэжыгъэм и нэхумкӀэ, зы мащӀэу фӀэкӀа Шотландием къыщымыблэжымкӀэ. ЛӀэщӀыгъуиплӀым я кӀыхьагъкӀэ залымыгъэ защӀэкӀэ и тепщэныгъэр мыбы щигъэбыдэну Римыр зэрегугъуам иджы мыхьэнэ иӀэжтэкъым. GCKar 229.2
Хьэзаб зрагъэшэчхэм ялъ ягъажэхэм къаруущӀэ иратырт а зэщӀэхъееныгъэм. Папскэ властхэм, шынагъуэ къазэрыщхьэщыхьар зыхащӀэри, мафӀэм хадзат нэхъ лъэпкъыфӀ дыдэхэм къыхэкӀауэ Шотландием и къуэ цӀыху щэджащэхэм ящыщ языныкъуэхэр. Ауэ апхуэдэу зэращӀамкӀэ абыхэм кафедрэ яӀэтауэ арат, абы къиӀукӀыу къэралым дэнэкӀи щыӀурт, пэжыгъэм и щыхьэту зи гъащӀэр зытхэм я псалъэхэр, лъэпкъым къалэн мыкӀуэдыжын щащӀу: Римым и Ӏэхъулъэхъухэр зыпщӀэхадзыну. GCKar 229.3
Гамильтонрэ Уисхартрэ, я хьэлкӀи къызыхэкӀа лъэпкъкӀи цӀыху щэджащэхэр, адрей гъэсэн къызэрыгуэкӀхэм ящӀыгъуу хьэзабыр ирагъэшэчу ягъэкӀуэдащ. МафӀэкӀэ ягъэса Уисхарт, езым хуэфащэ цӀыху и пӀэм иувэну къигъэнат, и жьэр зытригъэпӀэну мафӀэми лъэ мыкӀыну икӀи Шотландием щыӀэ папствэм ажал къыхуэзыгъэкӀуэн удын иридзыну, Тхьэм и ӀэмыркӀэ. GCKar 229.4
Джон Нокс и щӀыб хуигъэзащ Члисэм щызекӀуэ хабзэхэмрэ мистицизмэмрэ, Тхьэм и Псалъэм ит пэжыгъэхэмкӀэ псэун папщӀэ; Уисхарт и гъэсэныгъэм ар нэхъри тригъэгушхуащ Римым пыщӀэныгъэу хуиӀэ псори къигъанэу, зэрахуэ реформаторхэм гухьэну. GCKar 230.1
И ныбжьэгъухэм абы къыжраӀэрт уазтакӀуэм и къалэнхэр къищтэну, ауэ абы идэртэкъым, а лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъым щхьэкӀэ щышынэрти. Ауэ зэрытемыгушхуэфым щхьэкӀэ и псэр гугъу иригъэхьу зэман кӀыхькӀэ щэхуу Тхьэ елъэӀуа нэужь, дауэ мыхъуми, арэзы техъуащ. А лэжьыгъэр пщэрылъ зыщищӀыжа нэужь, ар ирихьэкӀащ дунейм тетыху, пхуэмыгъэтӀэсхъэну быдэу икӀи щӀэмыщхъуэж лӀыгъэ хэлъу. А реформатор хъыжьэм шынэ жыхуаӀэр ищӀэртэкъым. ИхъуреягъкӀэ щыжьэражьэ мафӀэхэм, хьэзаб зрагъэшэчхэр зыхагъасхьэхэм, абы ерыщагъ къыхалъхьэ къудейт. Уеблэмэ гущӀэгъуншэ залымым къытришэщӀа джатэм лъэкӀатэкъым абы диным хуиӀэ и еплъыкӀэхэм зригъэхъуэжын икӀи мыр цӀыху емынэщ жыхуаӀэм хуэдэу, шынагъэншэу абы удын лъэщ иридзырт тхьэнапэхэм щхьэщэ хуэщӀыным. GCKar 230.2
Зи пащхьэ протестант куэд Ӏэнкун щыхъуу щыта Шотландием и пащтыхь гуащэм и пащхьэ щрашэм, Джон Нокс къимыкӀуэту пэжыгъэм и щыхьэт хуэхъуащ абы. Ар пхуэгъэтӀэсхъэнутэкъым хьилагъэкӀэ ущытхъукӀи бзаджагъэкӀэ ухуэдалъэкӀи. Пащтыхь гуащэм ар ерескӀэ игъэкъуэншащ. Абы жиӀащ къэралым хуит имыщӀ диныр цӀыхухэм къаригъэщтэну къыщыхуриджэкӀэ, Нокс Тхьэм и Унафэр икъутэу, светскэ властым уедэӀуэн хуейуэ Тхьэм и Унафэм жеӀэри. Абы Нокс къимыкӀуэту жэуап иритыжащ: GCKar 230.3
«Дин пэжым къару езыгъэгъуэтыр светскэ властыркъым, атӀэ Уахътыншэ Тхьэ Закъуэрщ, аращи, хэкум исхэр диным ехьэлӀа ӀуэхухэмкӀэ хуэӀурыщӀэн хуейкъым пщыхэм, абыхэм ягу ирихьхэм фӀэкӀа я фӀэщ мыхъуу. Куэдрэ къохъу дин пэжым ехьэлӀа упщӀэхэм пщыхэм псом нэхърэ нэхъ хэзымыщӀыкӀхэу... Ибрэхьим и лъэпкъым апхуэдиз зэман кӀыхькӀэ зи хэку иса фирхьэуным и диныр къащтауэ щытамэ, сыт хуэдэ тхьэхэрат дунейм щхьэщэ зыхуащӀынур нобэ, зи щӀыхьыр лъагэ хъун? Хьэмэрэ апостолхэм я зэманым римскэ пащтыхьхэм я диныр псоми къащтамэ, сыт хуэдэ фӀэщхъуныгъэт нобэ дунейм щытепщэнур?.. Аращи, зи щӀыхьыр лъагэ хъун, уэ къэплъагъуфынущ хэкум исхэм зэрамыхьэкъыр я тетхэм я диным ихьэну, абыхэм едэӀуэн хуейуэ щытми». GCKar 230.4
Абы апхуэдэу щыжиӀэм, Мария къыпищащ: «Уэ Тхыгъэ ЛъапӀэр зыуэ гурыӀуэгъуэ уощӀ, адрейхэм (римскэ-католическэ егъэджакӀуэхэм) — нэгъуэщӀу. Хэт жиӀэра си фӀэщ сщӀын хуейр? ИкӀи хэт фэ фи пэжри пцӀыри зыхэзыгъэкӀыфынур?” GCKar 230.5
«Уэ Зиусхьэныр уи фӀэщ хъун хуейщ, и ПсалъэмкӀэ псори гурыӀуэгъуэу къызэӀузыхар, — жэуап иритыжащ абы реформаторым, — уи фӀэщ хъун хуейр Тхьэм и Псалъэм узыхуигъасэращ, хьэмэрэ цӀыху зэхуэмыдэхэм къыбжаӀэнуракъым. Тхьэм и Псалъэр езыр-езыру гурыӀуэгъуэщ, мыгурыӀуэгъуэ гуэр зыщӀыпӀэ ущрихьэлӀэмэ, Дух ЛъапӀэм нэгъуэщӀ текстхэр къигъэсэбэпурэ къыбгурегъаӀуэ, Абы и псалъэр зэи зэтемыхуэу къэхъукъыми, аращи, шэч лъэпкъ къытримыхьэжу ещӀыр дэтхэнэри, я жэхьилыгъэмкӀэ ерыщ екӀуэхэм фӀэкӀа къэмынэу». GCKar 231.1
Апхуэдэу пащтыхь гуащэ зи щӀыхьыр иным и пащхьэ, и гъащӀэр хилъхьэнкӀэ дзыхьщӀыгъуэджэу, реформаторыр шынагъэншэу пэжыгъэм тепсэлъыхьащ. ИкъукӀэ щхьэмыгъазэ лӀыгъэ хэлъу, быдэу егугъут ар мурад ищӀахэр зэрызригъэхъулӀэным, Тхьэ елъэӀуу икӀи Зиусхьэным и Ӏуэхум щхьэкӀэ банэу, икӀэм-икӀэжым, Шотландиер папствэм и тепщэм къыӀэщӀэмыкӀыху. GCKar 231.2
Англием протестантизмэр лъэпкъым и дину щытыну къэралым хуит зэрищӀам зэхэзехуэныгъэхэр имыгъэувыӀэпами, я губжьыр зыкъомкӀэ къыжьэдикъуат. Лъэпкъым доктринэ куэд ямыдэжу къагъэнат, ауэ католическэ хабзэу иджыри фэкӀэ зэрахьэу плъагъухэр мащӀэтэкъым. Папэр псоми я тепщэу щытыныр афӀэкӀа ядэжыртэкъым, ауэ абы Члисэм и Ӏэтащхьэу иӀыгъа увыпӀэр иджы монархым иубыдат. Тхьэм щхьэщэ щыхуащӀ тхьэлъэӀупӀэхэм щаӀэ зэӀущӀэхэр зэрагъэкӀуэкӀ щӀыкӀэр инджылым и къабзагъэмрэ и къызэрыгуэкӀагъэмрэ куэдкӀэ къыщхьэщыкӀырт. ДинымкӀэ щхьэхуитыныгъэ щыӀэным и принцип иныр къызэращтапхъэм хуэдэу къащтатэкъым. Римыр ересым зэребэным хуэдэ цӀыхугъэншагъэ, гущӀэгъуншагъэ зэзэмызэт щыдэплъагъунур протестант Ӏэтащхьэхэм, ауэ щыхъукӀи щхьэж и напэ къызэрекӀукӀэ Тхьэм хуэлэжьэну дэтхэнэми хуитыныгъэ иӀэныр псоми къызэдащтауэ щыттэкъым. Псоми къалэн щащӀырт къэрал члисэм и гъэсэныгъэхэр къащтэн хуейуэ икӀи абы къигъэув хабзэхэр ягъэзэщӀэн хуейуэ. НэгъуэщӀу гупсысэхэр лӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ, зэми нэхъыбэу, зэми нэхъ мащӀэу зэрахуэу къекӀуэкӀащ. GCKar 231.3
XVII-нэ лӀэщӀыгъуэм пастор мин бжыгъэхэр я къулыкъум къытрагъэкӀащ. Къэрал члисэм игъэува зэӀущӀэхэм нэмыщӀ, цӀыхухэр нэгъуэщӀ дин зэхыхьэхэм кӀуэну хуиттэкъым, ахъшэшхуэ тезыру къытралъхьэнут, тутнакъым ирадзэнут е хэкум ирахунут. ЯгукӀи я псэкӀи Тхьэм хуэпэж цӀыхухэр, зэгъусэу Тхьэ елъэӀуфын папщӀэ аллее кӀыфӀхэм, унащхьэхэм щызэхуэсын хуей хъурт, гъэм и хуабэгъуэ зэманым абыхэм екӀуэлӀапӀэ яхуэхъурт жэщ мэзыр. Арати, узыпхрымыкӀыфын мэз Ӏуву ТхьэлъэӀупӀэ яхуэхъухэм, Тхьэм Езым и ӀэмкӀэ иухуахэм щызэхуэзэрт зэбгрыпхъауэ псэу, Тхьэм и бын зэрахуэхэр, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀу я гурыщӀэхэр хуаӀуэтэн папщӀэ. Ауэ апхуэдэ сакъыныгъэхэм сыт щыгъуи укърагъэлыртэкъым: куэдыр гугъу ирагъэхьащ я диным щхьэкӀэ. Тутнакъхэм цӀыхухэр щӀэхуэжыртэкъым, унагъуэхэр зэтракъутэрт, къыщалъхуа хэкур зрагъэбгынахэри куэд мэхъу. Ауэ Тхьэм и лъэпкъыр къигъэнакъым икӀи зэхэзехуэныгъэ гущӀэгъуншэхэм Тхьэм и лъэпкъым и жьэр зэтрапӀэфакъым. Куэдым тенджызыр зэпачщ, Америкэр тӀысыпӀэ ящӀри, абы къэрал хабзэми динми щхьэхуитыгъэр лъабжьэу щыхуагъэтӀылъащ, иужьым, а къаралыр зэкъуэт зыщӀу зыгъэлъэпӀэжари аращ. GCKar 231.4
Аращи, аргуэру, апостолхэм я зэманми хуэдэу, зэхэзехуэныгъэхэр сэбэп хуэхъуу арат Инджылым зиубгъуным. ЩӀыунэ шынагъуэм, цӀыху цӀапӀэхэмрэ щӀэпхъаджакӀуэхэмрэ зыщӀэзым, Джон Буниан Уафэр къыпэгъунэгъуу щызэхищӀэрт; а щӀыунэм щитхащ абы хъуэрыбзэ хъыбар гъуэзэджэ, зэкӀуэкӀа къэралым икӀыу Уафэм щыӀэ къалэм кӀуа пилигримыр зэрызэхэзекӀуам теухуауэ. Илъэс 200-м щӀигъукӀэ а макъым, япэу Бедфордскэ тутнакъым и блын зэхуакум къыщыӀуам, къару щӀэлъу цӀыхухэм я гум зыхуигъазэрт. «Пилигримым и гъуэгуанэр”, итӀанэ, «Гуэныхьлы дыдэм хуащӀа гущӀэгъушхуэр», жыхуиӀэу Буниан и Ӏэдакъэ къыщӀэкӀа тхылъхэр ядэӀэпыкъуащ цӀыху куэдым гъащӀэм и гъуэгур къыхахыным. GCKar 232.1
Бакстер, Флавел, Аллен сыми иджыри нэгъуэщӀ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа, щӀэныгъэ зиӀа лӀыхэу, я гъащӀэмкӀэ куэду Тхьэр зыгъэунэхуахэм, лӀыгъэ яхэлъу пэжыгъэр яхъумащ, «игъащӀэкӀэ Тхьэм и лъэпкъ лъапӀэм къратар». Дунейм и тетхэм укӀыпхъэу унафэ зытращӀыхьауэ зэрахуэу щыта а цӀыхухэм ялэжьам и мыхьэнэ иныр зэи кӀуэдыжынукъым. Флавел и ӀэдакъэщӀэкӀхэу «ГъащӀэм и псынэ”, «ГущӀэгъум и къарур» тхыгъэхэм цӀыху куэд хуагъэсащ Хьиса хуэпэжыну. Бакстер и «КъэщӀэрэщӀэжа дин-лэжьакӀуэ” тхылъри нэфӀщыхуэныгъэ яхуэхъуащ, Тхьэм и Ӏуэхур къэщӀэрэщӀэжыну щӀэхъуэпсхэм; адрей и тхылъыр — «ЦӀыху щихъхэм игъащӀэкӀэ яӀэ гупсэхур» — зыхуигъэпсар цӀыхухэм я гур хуиунэтӀынырт Тхьэм и лъэпкъым папщӀэ иджыри щыӀэ «гупсэхум”. GCKar 232.2
Илъэсищэ дэкӀа нэужь, динымкӀэ кӀыфӀыгъэ ин щыщыӀа лъэхъэнэм, цӀыхухэм гъуэгу хуагъэнэхуащ Уэслирэ Уайтфильдрэ. Къэралым и члисэр щытепща лъэхъэнэм Англием и лъэпкъыр апхуэ дизу динымкӀэ дэхуэхати, мажусийхэм къазэрыщхьэщыкӀ щӀагъуэ щыӀэжтэкъым. Дин-лэжьакӀуэхэм къафӀэӀуэхуу зи ужь итыр езырезыру къэхъуауэ жыхуаӀэ диныр къахутэнырт, а упщӀэрат зэхьэлӀар Тхьэм теухуауэ абыхэм ящӀэу хъуар. Тхьэр бгъэлъэпӀэныр яфӀэауант къэралым увыпӀэ лъагэ щызыӀыгъ цӀыхухэм, фанатизмэм щыщ тхэлъкъым жаӀэу абы ирипагэхэм. Лъэпкъ лъаджэхэр жэхьилыгъэмрэ гуэныхьхэмрэ щӀигъэнат, ауэ Члисэм лӀыгъи, фӀэщхъуныгъи иӀэтэкъым пэжыгъэм и Ӏуэху хэкӀуадэм дэӀэпыкъуну. GCKar 232.3
ФӀэщхъуныгъэкӀэ узэрагъэзэхуэж принцип иныр, апхуэдизу ӀупщӀу Лютер гурыӀуэгъуэ ищӀауэ щытар, ящыгъупщэжыпэным нэсат, япэ увыпӀэр зыӀыгъыр католическэ еплъыкӀэрт — ӀуэхуфӀхэмкӀэ цӀыхур къелу жызыӀэрт. Уайтфильди, Уэсли зэкъуэшхэри къэрал члисэрт зыщыщыр, арати, ахэр ягукӀи я псэкӀи егугъурт Тхьэм и гущӀэгъур къалэжьыну, ахэр зэрагъэсамкӀэ фӀы пщӀэуэ упсэумэ икӀи диным къигъэув къалэнхэмрэ хабзэхэмрэ бгъэзащӀэмэ къэблэжьу я гугъэр. GCKar 233.1
Зэгуэрым Чарльз Уэсли сымаджэ хьэлъэ хъуат, арати, лӀэныгъэм зыхуигъэхьэзырын щӀидзащ, «МыкӀуэдыж гъащӀэм узыщызыгъэгугъыр сыт?”, — жаӀэу абы къыщеупщӀым, жэуап къитащ: «Сэ Тхьэм сыхуэлэжьащ къарууэ сиӀэмкӀэ”. Апхуэдэу къеупщӀа абы и ныбжьэгъур арэзы хъуа хуэдэтэкъым игъуэта жэуапымкӀэ, езы Уэсли егупсыст: «Сыкъелыну, си лэжьыгъэ къомым гугъэ къызамытыфыну дауэ хъун?” — жиӀэу. Зыгуэрым сыхигъэкӀыжыфыну сэ злэжьауэ щытхэм?” Сэ нэгъуэщӀ сызыщыгугъын зыри сиӀэкъым”. Мис апхуэдэ кӀыфӀыгъэм щӀигъэнат Члисэр; абы игъэпщкӀуат укъэзыщэхуж Мэсихь и къурмэнри, Абы и щӀыхьри; кӀыфӀыгъэм щӀиуфат цӀыхухэм я зэхэщӀыкӀыр, хигъэкӀыжу ахэр къезыгъэлыфыну зыщыгугъыфын закъуэм — жорым кӀэраӀулӀа ЩэхужакӀуэм и Лъым. GCKar 233.2
Езы Уэсли и ныбжьэгъухэми хуэм-хуэмурэ я акъылыр хуэкӀуащ, дин пэжыр гум щагъэлъапӀэу щытын хуейуэ, цӀыхум и псалъэхэри илэжьхэри Тхьэм и Унафэм щӀэтын зэрыхуейм хуэдэу, и гупсысэхэри иӀыгъын хуейуэ. Чристэным и гур къабзэрэ гуэныхьыншэ гъащӀэ иӀэу щытыпхъэу ябжырт абыхэм, арати, гъащӀэщӀэкӀэ псэун щӀадзэным я гур хузэӀуахащ. ТхьэлъэӀукӀэрэ щхьэж и къару ирихьэлӀэкӀэрэ ахэр егугъурт гуэныхьым хуаӀэ дэхьэхыныгъэхэм текӀуэну. Псэемыблэжынымрэ ӀуэхуфӀхэмрэ мыхьэнэшхуэ иратурэ, абыхэм езыхэм сытми зыхуагъэныкъуэрт икӀи икъукӀэ ткӀийуэ егугъупэу ягъэзащӀэрт зыщӀэхъуэпс мурадыр къайхъулӀэнымкӀэ сэбэп къахуэхъуну я гугъэ псори. Я мурадыр щихъагъэ зрагъэгъуэтынырт, Тхьэм и нэфӀыр къыплъысыну хуит узыщӀу къафӀэщӀыр. Ауэ ахэр зыхущӀэкъуам хунэсыфакъым. Алейуэт ахэр апхуэдизу зэрегугъуар гуэныхьым и нэлатыр зыщхьэщахыу, и тепщэныгъэми къыӀэщӀэкӀыну. Апхуэдэ бэнэныгъэ щигъэунэхуат Лютери къулъшырыфым и пэшым Эрфурт щыӀэу. Ахэр хьэзабым къыхэзымыгъэкӀыр а упщӀэ дыдэрт: «дапхуэдэу цӀыхур Тхьэм и пащхьэ захуэ зэрыщыхъужынур?” (Иов 9:2). GCKar 233.3
Тхьэм и пэжыгъэм и мафӀэр, протистантизмэм я тхьэлъэӀупӀэхэм зы мащӀэкӀэ фӀэкӀа къыщымыблэжыр, къаруущӀэ иӀэу къызэщӀагъэнэжын хуейт пасэрей факелхэм, лӀэщӀыгъуэхэм пхырыӀэбыкӀыу GCKar 234.1
богемскэ чристэнхэм къратыжахэм. Реформацэ нэужьым Богемием протестантизмэр римым и дзэхэм ягъэкӀуэдыжат. Пэжыгъэм епцӀыжыну зымыда псори щӀэпхъуэжын хуей хъуат. Зыгуэрхэм Саксонием щхьэегъэзыпӀэ къыщагъуэтри, пасэрей диныр абдежым щызэрахьат. Мис а чристэнхэм къатехъукӀыжахэрт Уэслирэ и ныбжьэгъухэмрэ нэхур къатезыгъэпсар. GCKar 234.2
Уэсли Джонрэ Чарльзрэ Тхьэм хуэлэжьэну хаха нэужь, ахэр хъыбарыфӀзехьэу щылэжьэну ягъэкӀуат Америкэм. ЗэрыкӀуэ кхъухьым иджыри исхэт моравскэ зэкъуэшхэм хуэдэ зы гуп. Хыжькуиишхуэ къэхъуауэ, кхъухьым ис псори лӀэныгъэм гъунэгъу щыхуэхъуам, Джон Уэсли зыхищӀэрт, и гуэныхьхэр Тхьэм къыхуимыгъэгъуауэ. Абы хуабжьу гъэщӀэгъуэн щыхъуат нэмыцэхэм я мамырагъымрэ Зиусхьэным дзыхь зэрыхуащӀымрэ, езы Джон апхуэдэ зэи и щхьэкӀэ игъэунэхуатэкъым. GCKar 234.3
«Сэ куэдрэ сакӀэлъыплъащ, — жиӀэжырт абы, — адрейхэм ещхьу абыхэм зэрызамыщӀым. Абыхэм я Ӏэсагъэр зэпымычу нэм къыщӀэуэрт, сыт ищӀыскӀи адрей кхъухьым исхэм ядэӀэпыкъурт, англичанхэм ящыщ зыми я гущхьэ къэкӀынутэкъым апхуэдэу ящӀэну; абыхэм ахъшэ къыӀахыртэкъым лэжьыгъэ хьэлъэ ящӀам и лэжьапщӀэу, цӀыхум и пагагъэр игъэӀэсэну ар икъукӀэ къыхуощхьэпэ икӀи фӀыуэ дыкъэзылъагъу КъегъэлакӀуэм дэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ къытхуищӀащ, жаӀэурэ. Ахэр я пӀэм къизышыфыни къэзыгъэгубжьыфыни щыӀэтэкъым. Ахэм щеӀунщӀкӀэ, щеуэкӀэ, лъэныкъуэкӀэ щыӀуадзкӀэ, ӀукӀхэу арат, армыхъумэ, мыарэзыныгъи е тхьэусыхафэ макъи къажьэдэкӀыртэкъым. Иджы абыхэм Ӏэмал яӀэт къагъэлъэгъуэну, шынагъэм и тепщэныгъэм зэрыщӀэмытыр, пагагъэми, губжьми, тэмакъкӀэщӀагъэми зэрамыӀыгъым хуэдэу. Абыхэм Тхьэм щхьэщэ хуащӀыну зэхуэсауэ уэрэд лъапӀэхэр щыжаӀэм ирихьэлӀэу, кхъухьым толъкъунышхуэ къытеуэри, парусыр цӀыкӀу-цӀыкӀуу ичэтхъат икӀи апхуэдизу щӀиуфати, гугъапӀэншэу хьэдрыхэм псори дипхъуэтауэ къыпщыхъурт. Англичанхэр хуабжьу зэщӀэгъуэгащ; нэмыцэхэм мамыру я уэрэдым къыпащэрт. ИтӀанэ абыхэм ящыщ зым сеупщӀащ: «Фышынакъэ?” — жысӀэри. Сэ жэуап зэхэсхащ: «Тхьэм и фӀыщӀэкӀэ, хьэуэ”. Аргуэру сеупщӀащ абы: «Дауэ хъун фи фызхэри фи бынхэри мышынауэ?” — жысӀэри. Абы Ӏэдэбу жэуап къитыжащ: «Хьэуэ. Ди фызхэри ди бынхэри лӀэныгъэм щышынэкъым”, — жиӀэри». GCKar 234.4
Саваннэ къэса нэужь, Уэсли зы зэманкӀэ моравскэ зэкъуэшхэм я гъусэу псэуащ икӀи хуабжьу игъэщӀагъуэт абыхэм чристэныгъэ ядилъагъур. Англиканскэ члисэм и псэншэ формализмэм апхуэдизу куэду къыщхьэщыкӀ абыхэм я зэӀущӀэм, Тхьэм щхьэщэ зэрыхуащӀэ щӀыкӀэм и гугъу щищӀыжым, абы къыхигъэщащ: «Нэгъэсауэ къызэрыгуэкӀыу абы къыдэкӀуэуи лъапӀагъэ зыпылъу абыхэм я зэӀущӀэ екӀуэкӀыкӀэм сэ лӀэщӀыгъуэ пщыкӀублкӀэ срагъэкӀуэтыжауэ къысщыхъурт, фэрыщӀагъэри зыгъэкъулеинри къащыфӀэмыӀуэхуа зэманым екӀуэкӀ зэӀущӀэм сыщыӀэ хуэдэу. А зэӀущӀэхэм я унафэщӀыр палаткэхэр зыщӀ Павелт, е бдзэжьеящэ Петырт; абдежым щызэхэпщӀэрт Дух ЛъапӀэр къызэролэжьри Абы и къарури”. GCKar 235.1
Англием къигъэзэжа нэужь, Уэсли, — моравскэ пастор гуэрым и жьауэ щӀэтурэ — Библием тещӀыхьа фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэн хуейр нэхъ ӀупщӀу къыгурыӀуат. Абы хьэкъ щыхъуащ, уи Ӏуэхухэм я фӀыгъэкӀэ укъелыну гугъэ лъэпкъ зэрыщымыӀэр, «Дунейм и гуэныхьхэр къэзыщтэ Тхьэм и Щынэм уигукӀи уи псэкӀи ущыгугъын зэрыхуейр». Зэгуэрым моравскэ зэкъуэшхэм Лондон щрагъэкӀуэкӀ зэӀущӀэхэм ящыщ зым къыщеджэрт Лютер жиӀауэ щытыгъахэм, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум и гум, Тхьэм и Духым и лэжьыгъэу, зэхъуэкӀыныгъэ къыщыхъухэм теухуауэ. А псалъэхэм щӀэдэӀу Уэсли и гум фӀэщхъуныгъэм и нурыр къыщыблащ. «Сэ си гум хуабагъэ гъэщӀэгъуэн гуэр щызэхэсщӀат — итхыжырт абы, — арати, къызгурыӀуащ къелыныгъэ Ӏуэхум Мэсихь дзыхь хуэпщӀын зэрыхуейр икӀи Абы и закъуэщ узыщыгугъын хуейр. Тхьэм быдэу си фӀэщ ищӀат, си гуэныхьхэр зэрысщхьэщихар, хэхауэ си гуэныхьхэр, лӀэныгъэмрэ гуэныхьымрэ я къарум сыкъызэрыригъэлар». GCKar 235.2
Илъэс куэдым я кӀыхьагъкӀэ и къарур щӀэзыха увыӀэгъуэ зимыӀа бэнэныгъэм хэту, ар и щхьэ хуэткӀийрэ куэдым зыхуигъэныкъуэу, зигъэӀэсэу быдэу хуэкӀуат и мурад нэхъыщхьэм: Тхьэр къигъуэтыным. Иджы абы Ар къигъуэтат; абы къищӀат Тхьэм и гущӀэгъур зэрытыгъэр, уасэншэу къуатыпэу — япэм лэжьыгъэ хьэлъэкӀэ, тхьэлъэӀухэмкӀэ икӀи нэщӀ исурэ, псапэ ищӀэурэ, и къару щымысхьыжурэ къилэжьыну зи яужь итар”. GCKar 235.3
Мэсихь быдэу и фӀэщ хъуауэ, Тхьэм и гущӀэгъур къузэритыпэм и ХъыбарыфӀ гъуэзэджэр псоми яригъэщӀэну къызэщӀэнат ар. «Сэ соплъ дуней псоми, ар зэрыслъагъур си члисэм щыщхэм хуэдэущ, — жиӀэрт абы, — дэнэ сыщымыӀами, си къалэну солъытэ, сыхуиту икӀи си хьэкъыу собжыж къелыныгъэм и хъыбарыфӀыр къызэдэӀуэну хуей псоми яжесӀэну». GCKar 236.1
Абы япэми хуэдэу куэдым зыхуигъэныкъуэу, псэемыблэжу псэут, ауэ иджы ар абы и дежкӀэ и фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэтэкъым, атӀэ и фӀэщхъуныгъэм кърикӀуэу, и щихъагъэм къыхэкӀ Ӏуэхухэу арат. Тхьэм и гущӀэгъу МэсихькӀэ къыдитыр чристэным иӀэ гугъапӀэм и лъабжьэщ икӀи а тыгъэр къызэрыӀэрыхьар цӀыхум дэплъагъунущ Тхьэм зэрыхуэжыӀэщӀэмкӀэ. Мэсихь ИлъымкӀэ дыкъызэрищэхужыр ди фӀэщ зэрыхъумкӀэ Тхьэм дызэригъэзэхуэжыр; Дух ЛъапӀэм цӀыхум и гур къигъэщӀэрэщӀэжыну къару зэриӀэр, цӀыхур ихъуэжу, Мэсихь ещхь ищӀу, — мис а пэжыгъэ лъапӀэхэр цӀыхухэм яжриӀэным и гъащӀэ псор хуигъэпсащ Уэсли. GCKar 236.2
Уайтфильдрэ Уэсли зэкъуэшхэмрэ къапэщылъ лэжьыгъэм хьэзыр хуащӀат, зэман кӀыхькӀэ хьэзабыр яригъэшэчу я тхьэмыщкӀагъэр зэрызэхащӀэжам; Зиусхьэным ахэр гъэунэхуныгъэхэм пхришат, цӀыхухэр къыщыдыхьэшххэрэ хьэӀупс ящӀу, иджыри университетым щеджэми я лэжьыгъэм щыщӀадзагъэщӀэми, иужькӀэ абыхэм сыт хуэдэ хуэныкъуэныгъэхэри Мэсихь и зауэлӀыфӀхэм хуэдэу яшэчыфын папщӀэ. Тхьэр зи фӀэщ мыхъуу къадеджэ студентхэм нэмыплъ кърахыу, абыхэм «методисткӀэ» къеджэхэрт — а цӀэр нобэ зэрехьэ чристэн диным ит члисэ нэхъ ин дыдэхэм нэхъ пщӀэшхуэ щызыхуащӀхэм ящыщ зыуэ Англиеми Америкэми щыӀэм. GCKar 236.3
Англиканскэ члисэм щыщу здэщытым, абыхэм Тхьэм щхьэщэ зэрыхуащӀ щӀыкӀэми, я зэӀущӀэхэр зэрырагъэкӀуэкӀ щӀыкӀэми есауэ щытхэт, ауэ Тхьэм и ПсалъэмкӀэ къаригъэлъэгъуащ абыхэм щапхъэ нэхъ нэгъэса. Дух ЛъапӀэм абыхэм ягу къигъэкӀырт жорым кӀэраӀулӀа Мэсихь теухуауэ уазхэр ятыну. Тхьэм и къарур яхилъхьэрт абыхэм я лэжьыгъэм. Ахэр зэрызахуэр я фӀэщ хъууэрэ, цӀыху мин бжыгъэхэм дин пэжыр къащтащ. А хъушэр хуэныкъуэт хьэщхьэрыӀуэ дыгъужьхэм ящызыхъумэн. Уэсли мурад лъэпкъ иӀэтэкъым нэгъуэщӀ дин къигъэхъуну, ауэ Инджылыр къэзыщтахэр «методистскэ зэкъуэшыныгъэ” жыхуаӀэ организацэу зэхишащ. GCKar 236.4
Къэрал члисэм щӀидзат а уазтакӀуэхэм еныкъуэкъун, и щхьэусыгъуэри мыгурыӀуэгъуэу, я лъэри щӀихыу, ауэ Зиусхьэным и ӀущыгъэмкӀэ Ӏуэхугъуэхэр апхуэдэу къигъэхъури, езы члисэ кӀуэцӀым реформэм щыщӀидзащ. Реформэр члисэм щымыщхэм кърагъэжьатэмэ, ар лъэӀэсыфынутэкъым члисэм и гъащӀэм и лъэныкъуэ дэтхэнэми, псом хуэмыдэу зэхъуэкӀыныгъэ нэхъ хуэныкъуэхэм. Ауэ къэщӀэрэщӀэжыным теухуауэ уаз зытхэр езы члисэм щыщхэрт, ахэр щылажьэрт здынэсыну, здэщыӀэну здыхуит щӀыпӀэхэм, арати, нэгъуэщӀ цӀыхухэм къахьамэ пэжыгъэм папщӀэ я бжэр зэӀузыхыну щымыта щӀыпӀэхэм пэжыгъэр нэсырт. Дин-лэжьакӀуэхэм ящыщ языныкъуэхэм, я щэнхабзэкӀэ ефӀэкӀуэн зэрыщагъэтар къагурыӀуэжурэ зыкъащӀэжырти, итӀанэ, уазтакӀуэ езыфыгъулӀэ щыхъухэрт езыхэм я члисэхэм. Формализмэм щӀигъэнауэ щыта члисэхэри гъащӀэщӀэм къыхуэушыжхэрт. GCKar 236.5
Уэсли и зэманым, лӀэщӀыгъуэ псоми Члисэм щыхабзэу зэрыщытам хуэдэу, зэчий зэмылӀэужьыгъуэ зыбгъэдэлъ цӀыхухэрт къулыкъухэр езыхьэкӀыр. Ахэр щызэгурымыӀуэ къэхъурт я гъэсэныгъэм и доктринэ гуэрхэм ехьэлауэ, ауэ Дух ЛъапӀэм зэригъакӀуэурэ, зэгухьэрт я къалэн нэхъыщхьэм теухуауэ — Мэсихь деж цӀыхухэр къашэным теухуауэ. Зэгуэрым Уайтфильдрэ Уэсли зэкъуэшхэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа зэгурымыӀуэныгъэхэм ахэр зэгуигъэкӀынкӀэ шынагъэ щыӀэ хъуат. Ауэ, Мэсихь ахэр Ӏэдэбагъым хуригъэджауэ щытти, зыр зым худичыхыу, фӀыуэ зэрылъагъуу зэрызэхущытхэм и фӀыгъэкӀэ абыхэм ялъэкӀащ зыр зым зэхищӀыкӀыу, зэгурыӀуэжын. Я хъуреягъым щхьэрыуагъэхэмрэ нэмысыншагъэмрэ щытепщэу, гуэныхьыщӀэхэр занщӀабзэу кӀуэдыпӀэм хуэкӀуэу, дэнэт ахэр щыхущӀыхьэнур зэдауэкӀэ зэман ягъэкӀуэдыну. GCKar 237.1
Тхьэм и бынхэр зытеувар гъуэгу тынштэкъым. Абыхэм зэран къахуэхъурт лъэкӀыныгъэ зиӀэ, щӀэныгъэ зиӀэ цӀыхухэр. Куэд дэмыкӀыу абыхэм къатегуплӀащ дин-лэжьакӀуэ Ӏэтащхьэхэм я губжьыр, арати, члисэхэм я бжэхэр хузэхуащӀащ диным и къабзагъэмрэ абы къыхуезыджэ цӀыхухэмрэ. Абыхэм кафедрэм уаз щатыну къапэзыубыдахэм дин-лэжьакӀуэ Ӏэтащхьэхэм я политикэр дэӀэпыкъурт жэхьилыгъэмрэ нэмысыншагъэмрэ бэгъуэным. Мызэ-мытӀэу Джон Уэсли лӀэныгъэм къелащ Тхьэм и гущӀэгъукӀэ. Зэгуэрым, еру набжьэу къызэрыкӀа жэхьилхэм ар къахэхута хъуат, арати, къыпщыхъут, къелынкӀэ Ӏэмал щымыӀэу, Тхьэм и мелыӀыч цӀыху сэфэтыр къэзыщтам ар къихъумащ, цӀыхухэр икӀуэтри, Хьиса Мэсихь и пщылӀым фэбжьыншэу а щӀыпӀэ шынагъуэр ибгынащ. GCKar 237.2
Апхуэдэу гъуэзэджэу къэхъуауэ щытахэм ящыщ зы игу къигъэкӀыжу, Уэсли къиӀуэтэжырт: «Лъагъуэ цӀантхъуэрыгъуэм дытету Ӏуащхьэ лъагэм дыкъыщехыжым щыгъуэ, зыгуэрхэр яужь итат сагъэджэлэну, я гугъэт, дауикӀ, сыджалэмэ, афӀэкӀа сыкъэмытэджыжыфыну. Ауэ сэ зэ закъуи сылъэпэрэпакъым, икӀэрауэ сыцӀэнтхъуакъым, сыкъезыхуэкӀахэм бэӀутӀэӀуншэу сакъыӀэщӀэкӀащ... Куэдыр алейуэ яужь итащ си джанэ пщампӀэмкӀэ е си ӀэгъуапэмкӀэ сыкъаубыдыну, зым къехъулӀат си кӀагуэ кӀапэр къипхъуэтэн, ауэ ар занщӀэу питхъащ... адрей кӀапэр, зи жыпым ахъшэ зилъар и ныкъуэм нэсщ зэрачэтхъар. Зы щӀалэ Ӏэчлъэч гуэрым мызэ-мытӀэу баш кӀэмщхьэм хьэлъэжь къыстришэщӀащ, зэ закъуэ си щхьэм къытехуамэ срикъунт абы. Ауэ сщӀэркъым зэрыхъуа щӀыкӀэр, дапщэрэ къыстримышэщӀами, блэукӀащ, ижьырабгъукӀи сэмэгурабгъукӀи зызгъэзэфыну щымытами. НэгъуэщӀ зы, цӀыху Ӏувым къыпхрыпщри къызбгъэдэлъэдащ, къызэуэну хуейуэ, ауэ асыхьэтым и Ӏэр ирихьэхыжащ; зы мащӀэкӀэ фӀэкӀа къыслъэмыӀэсауэ, абы жиӀащ: «Сыту щабэ мыбы и щхьэцӀыр!” Къалэм щхьэфӀэч жыхуаӀэу дэсхэрат пэжыгъэр япэу зигу зылъэӀэсахэр, абыхэм яхэтт зы зауэ-банэ яхэмыхьэу блэзымыгъэкӀыу щыта цӀыху”. GCKar 237.3
«Сыту щабэу икӀи хуэм-хуэмурэ Тхьэм дызэрыхуигъэхьэзырыр и Ӏэмырыр дгъэзэщӀэным!». ИлъэситӀ ипэкӀэ къыстрадза чырбышым, мащӀэу си дамащхьэр иуӀауэ аращ. Зы илъэс дэкӀри, аргуэру мывэ къытехуащ си пэбгым. Мазэ блэкӀам удын къызадзащ, ныщхьэбэ удынитӀ: зыр — къалэм дыкъыщыдыхьэм, адрейр — дыщыдахужым, ауэ а псори зыуи къытщыхъукъым. Зы лӀы гуэр къарууэ иӀэмкӀэ си бгъэгум къеуащ, адрейр — си Ӏупэм, апхуэдизу ину къеуати, асыхьэтым лъыр уэру къыщиудащ, ауэ сэ уз лъэпкъ зыхэсщӀатэкъым, шхий къыслъэӀэсауэ фӀэкӀа къысщыхъуртэкъым». GCKar 238.1
Методистхэр къызэрыхъурэ и япэ илъэсхэм — фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэри уазтакӀуэхэри, — щӀэнэкӀалъэ ящӀу зэрахуэрт члисэм щыщхэми, Тхьэр зи фӀэщ мыхъуу жызыӀэхэми, ахэр къызэщӀэзыгъаплъэр хъыбарыпцӀ зэмылӀэужьыгъуэ хуагъэӀухэрт. Методистхэм куэдрэ суд тращӀэрт, а судщӀапӀэхэм захуагъэр зэзэмызэхэт щыхьэщӀэр. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Ӏэджэрэ лей къытрагъэхьэт. Абыхэм я унэхэр уэрамым жэхьилу дэтхэм зэтракъутэрт, унэлъащӀи хьэкъущыкъуи къыхуамыгъэнэжу, цӀыхухъухэри, цӀыхубзхэри, сабийхэри тегушхуэгъуафӀэ ящӀу. Иныкъуэхэм деж, уеблэмэ, хъыбар щыфӀадзэ щыӀэт, методистхэм теуэу лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкӀуэну хуейуэ хъуар фыкъыдогъэблагъэ мы щӀыпӀэм мыпхуэдэ зэманым, жаӀэу. Апхуэдэу наӀуэу мышынэ-мыукӀытэу гражданскэ хабзэхэри Тхьэм и Унафэри зыкъутэхэм зыри къапэувыртэкъым. АтӀэ зэпымычу нэщанэуапӀэ ящӀауэ, а цӀыхухэр щӀамыгъэпсэум и щхьэусыгъуэ закъуэр, гуэныхьыщӀэхэр кӀуэдыпӀэ гъуэгум къытрашу щихъагъэм хуаузэщӀыну зэрыхуейхэрт. GCKar 238.2
Езыри и лэжьэгъухэри зэрагъэкъуаншэм теухуауэ жэуап щитым, Джон Уэсли жиӀащ: «Языныкъуэхэм жаӀэ, а цӀыхухэм я гъэсэныгъэр пцӀыуэ, щыуагъэу, фасикъыгъэу, апхуэдэ лъэпкъ япэм зэхамыхауэ, абы и лъэныкъуэгъухэр — квакерхэу, фасикъхэу, папистхэу. Ауэ апхуэдэ къуаншагъэ абыхэм хуагъэувыным лъабжьэ лъэпкъ иӀэкъым, Англиканскэ члисэр щыхьэт тохъуэ, абыхэм я диным и гъэсэныгъэ псори Тхыгъэ ЛъапӀэм и гъэсэныгъэ ӀупщӀым икӀи пэжым зэрытехуэр. Аращи, Тхыгъэ ЛъапӀэр пэжмэ, а гъэсэныгъэри пцӀыуэ е щыуагъэу щытыфынукъым. НэгъуэщӀхэм жаӀэр: “Абыхэм я гъэсэныгъэр ткииӀуэщ; хуабжьу зэв ящӀ уафэм узышэ гъуэгур”, — жаӀэу. Ӏуэхур зытетымкӀэ, ахэр зэрагъэкъуаншэ псом ящхьэжыр аращ (япэм а зымкӀэт зэрагъэкъуаншэр ахэр) адрей зэрагъэкъуаншэ псори къызыхэкӀыжри аращ. Ауэ дауэ хъун абыхэм а гъуэгур Мэсихьрэ апостолхэмрэ къызэрагъэлъэгъуам нэхърэ нэхъ зэв ящӀу? Абыхэм я гъэсэныгъэр Библием ит унафэхэм нэхърэ нэхъ ткӀий? Гулъытэ хуэфщӀыт нэхъ мыхъуми абыхэм ящыщ языныкъуэхэм: “Уи Тхьэу Зиусхьэныр уигукӀи, уи псэкӀи, уи акъылкӀи, къарууэ уиӀэ псомкӀи фӀыуэ лъагъу”. “ЦӀыхухэм купщӀэншэу жаӀа дэтхэнэ псалъэми щхьэкӀэ жэуап ятыжынущ къемэтмахуэм”. “Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ зыгуэр фщӀэми Тхьэр вгъэлъапӀэущ зэрыфщӀэн хуейр”». GCKar 238.3
Абыхэм я гъэсэныгъэхэр Тхьэм а къигъэувхэм къащхьэщыкӀмэ, абы щыгъуэм ипэжыпӀэкӀэ къалэжь губгъэн яхуэпщӀыну, ауэ фэ езым фощӀэр, фигухэм куууэ фиплъэжмэ къэфлъагъунущ, ар апхуэдэу зэрыщымытыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, зы хьэрфкӀэ дауэ нэхъ ткӀийуэ узэрыщытынур, Тхьэм и Псалъэр пхъуэжынкӀэ шынагъэ щымыӀэу? Тхьэм и щэхухэр зыхъумэр Тхьэм хуэпэжу плъытэ хъуну, а хъугъуэфӀыгъуалъэм илъхэм щыщ гуэр ихъуэжмэ? ДауикӀ, хъунукъым. Абы зы пэжыгъэ нэхъ игъэпуди е нэхъ игъэмащӀи хъунукъым, ауэ и къалэнщ цӀыху псоми яжриӀэну: “Сэ дезгъэкӀуфынукъым Тхыгъэ ЛъапӀэр фэ фигу ирихьхэм. Фэ абы къигъэувхэр вгъэзащӀэу фыпсэун хуейщ е игъащӀэкӀэ фыкӀуэдыжынущ”. Мис аращ цӀыхухэм кӀиин щӀыщӀадзэр: “Абыхэм лъагъуныгъэ яӀэкъым!” — жаӀэу. Дауэ хъун? Абыхэм мэжалӀэхэр ямыгъашхэу ара, хьэмэрэ пцӀанэхэр ямыхуапэу ара? Хьэуэ, апхуэдэу ахэр пхуэгъэкъуэншэнукъым. Абыхэм жаӀэхэм гущӀэгъу хэмылъу къыщӀыпщыхъур, быдэу я фӀэщ мэхъури аращ зыри къызэремылыфынур, я щапхъэм темытмэ». GCKar 239.1
Уэсли къахыхьэн ипэ, Англием диныр щӀыдэхуэхам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр антиномие жыхуаӀэрт. Куэдым жаӀэрт Мэсихь и УнафипщӀыр (щэнхабзэ Унафэр) игъэкӀуэдыжауэ, аращи, чристэнхэм ар ягъэзэщӀэн хуэмейуэ; фӀэщхъуныгъэ зиӀэр «ӀуэхуфӀхэм и пщылӀыпӀэм» къыщӀашыжу щхьэхуит ящӀыжауэ. НэгъуэщӀхэм Унафэм зэрызимыхъуэжыр къащтэрт, ауэ жаӀэрт уазтакӀуэхэм цӀыхухэр ягъэсэн хуэмейуэ, Унафэм къигъэувхэр ягъэзэщӀэну, къригъэлыну Тхьэм къыхихахэм «Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэм зэрыдихьэхым пэщӀэмыувэфурэ езыр-езырхэу Тхьэр зыгъэлъапӀэ ӀуэхуфӀхэр зыщӀэ” хъунухэу, абы хэту игъащӀэкӀэ кӀуэдыжыну зи натӀэхэм «Тхьэм и унафэм къигъэувхэр ягъэзэщӀэн ялъэмыкӀыну». GCKar 239.2
НэгъуэщӀхэм, «Тхьэм къыхихахэм, Тхьэм и гущӀэгъумрэ и нэфӀщыхуэныгъэмрэ яфӀэмыкӀуэдыфыну» зыбжхэм, нэхъыкӀэж жаӀэрт, уи фӀэщ ящӀыну яужь иту, «Тхьэм и унафэм ебакъуэу апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэхухэр гуэныхь зыпымылъу икӀи Тхьэм и унафэр якъутауэ къимыкӀыу, аращи, ахэр хуэмыныкъуэу я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным икӀи къахуигъэгъуну Тхьэм елъэӀун хуэмейуэ». Аращи, жаӀэрт абыхэм, нэхъ гущыкӀыгъуэ дыдэ гуэныхьыр, «игъуэджэ дыдэу Тхьэм и унафэр къутэныгъэу щытми, Тхьэм гуэныхьу къищтэркъым, Езым къыхихахэм ящыщ гуэрым ищӀамэ, Езым къыхихахэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкӀыр Тхьэм игу иримыхьыни и Унафэм имыдэни зэрахуэмыщӀэнурщ”. GCKar 240.1
А доктринэ шынагъуэхэм ущрохьэлӀэ нэхъ кӀасэ гъэсэныгъэхэм я деж, дин-щӀэныгъэлӀ цӀэрыӀуэхэмрэ гъэсакӀуэхэмрэ я деж, пэжыгъэр къызэрыппщытэну Тхьэм и унафэ зызымыхъуэж щымыӀэу жызыӀэхэм, ауэ цӀыхубэм езыр-езыру щэнхабзэм и щапхъэ, зэпымычу зызыхъуэжхэр, зэхалъхьэжу жызыӀэхэм. А идее псори къезыгъажьэри цӀыхухэм къезыгъащтэри зы духырщ, зи лэжьыгъэр къыщызыубларщ гуэныхьыншэ уафэм щыпсэухэм я деж, игъэкӀуэдыну хущӀэкъуу захуагъэкӀэ Тхьэм и унафэм къигъэув гъунапкъэхэр. GCKar 240.2
Хэт сыт къыщыщӀынми — жыхьэрмэм кӀуэнми, жэнэтым кӀуэнми — иджыри цӀыхур дунейм къытехьэн ипэ, Тхьэм и унафэкӀэ зэхагъэкӀауэ уезыгъаджэ гъэсэныгъэр куэдым лъабжьэ яхуэхъуащ Тхьэм и Унафэр ямыдэнымкӀэ. Уэсли лӀыгъэ хэлъу япэщӀэтащ, а антиномианскэ гъэсэныгъэм и щхьэрыуагъэхэм, ар Тхыгъэ ЛъапӀэм жиӀэм зэрытемыхуэмкӀэ щыхьэтхэр къихьурэ. «Тхьэм и гущӀэгъур къэнэхуащ, цӀыху псори къригъэлыну хуейуэ”. «Ар фӀыщ икӀи ди КъегъэлакӀуэ Тхьэр арэзыщ. Ар хуейщ цӀыху псори къригъэлыну икӀи пэжыгъэр къагурыӀуэну. Тхьэр зыщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ я зэхуаку дэт медатри зыщ — а цӀыхур Хьиса Мэсихьщ. Абы и гъащӀэр итащ цӀыху псори къищэхужын папщӀэ» (Тит. 2:11; 1 Тим. 2:3-6). Тхьэм и Духыр уасэ щӀэтын хуэмейуэ псоми ират, дэтхэнэ цӀыхуми къегъэлыныгъэр тыгъэу къищтэфын папщӀэ. Мэсихь, «Дунейм къытехьэ дэтхэнэ зы цӀыхуми щӀэныгъэ езытщ” (Ин. 1:9). Тыгъэу кърат гъащӀэр къащтэну хуэмейуэ, цӀыхухэм езыхэм зыхагъэкӀыж къызэрелыфынум. GCKar 240.3
Мэсихь и лӀэныгъэм УнафипщӀри дин-хабзэхэри зыгъэкӀуэдыжауэ къэзылъытэхэм, жэуап яриту, Уэсли жиӀащ: «Тхьэм и «УнафипщӀым къаӀуатэ щэнхабзэр, бегъымбархэр щыхьэт зытехъуэр, Мэсихь игъэкӀуэдыжакъым. Ар дунейм къыщӀэкӀуар а Унафэм щыщ гуэрхэр игъэкӀуэдыжын папщӀэкъым. Щэнхабзэ Унафэр зэи яхъуэжыфынукъым; ар зызымыхъуэжщ, “щыхьэт пэжу уафэм щыӀэу” ... Ар щыӀэт иджыри дунейм и щӀэдзапӀэм мывэ джейхэм тратхауэтэкъым зэрыщыӀэр, атӀэ ДыкъэзыгъэщӀам Езым и ӀэкӀэ къигъэщӀа цӀыхухэм я гум иритхауэт. Зэгуэрым Тхьэм и ӀэкӀэ итха тхыгъэхэр, гуэныхьым игъэпуда щхьэкӀэ, ахэр тебгъэкӀыж хъунукъым, фӀымрэ Ӏеймрэ зэхэтщӀыкӀыу дыщытыху. А Унафэм хыхьэ дэтхэнэ зы хабзэми къару иӀэу къэнэн хуейщ, цӀыхуу щыӀэм я дежкӀэ лӀэщӀыгъуэ псоми, атӀэ а Унафэр зэманми, щӀыпӀэми, е зэхъуэкӀыныгъэ зыгъуэт нэгъуэщӀ зыгуэрхэми епхауэ, елъытауэ щыткъым, ауэ ар зытещӀыхьар Тхьэм и щытыкӀэмрэ цӀыхум и щытыкӀэмрэщ икӀи абыхэм я зэхущытыкӀэ зызымыхъуэжырщ. GCKar 240.4
“Скъутэн папщӀэкъым СыкъыщӀэкӀуар, атӀэ згъэзэщӀэн папщӀэщ”... Шэч лъэпкъ хэлъкъым, мыбдежым Мэсихь зи гугъу ищӀыр мыращ (япэм жиӀами, иужькӀэ жиӀахэми тохуэри): “Сэ сыкъыщӀэкӀуар ар нэгъэсауэ зэфӀэзгъэувэжын папщӀэщ, цӀыхухэм абы и мыхьэнэр зэрагъэкӀуэкӀащи; GCKar 241.1
Сэ сыкъэкӀуащ, мыгурыӀуэӀуэгъуэу, мызэхэщӀыкӀыгъуэу щыт псори и кӀэм нэсу гурыӀуэгъуэ сщӀын папщӀэ; Сэ сыкъэкӀуащ дэтхэнэ зы унафэми и мыхьэнэ пэжыр къызэӀусхын папщӀэ, фэзгъэлъэгъуну ар здынэс щӀыпӀэм и кӀыхьагъри, и бгъуагъри; Унафэм зыкъызэригъэлъагъуэ лъэныкъуэ псоми я лъагагъри, я куууагъри, узыхунэмысыфын и къабзагъэри, и духри згъэлъэгъуэну”». GCKar 241.2
Уэсли тепсэлъыхьырт Унафэмрэ Инджылымрэ нэгъэсауэ зэрызэгурыӀуэм, зэрызэпыщӀам. «Унафэмрэ Инджылымрэ гъунэгъу дыдэу, уи нэгу къызэрыщӀэбгъэхьэфын къудейм хуэдэу зэпыщӀащ. Зы лъэныкъуэкӀэ, Унафэм Инджылым гъуэгу хухешри, дэ ар дегъэлъагъу, нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ, — Инджылым зэпымычу дыхуеузэщӀ нэхъ нэгъэсауэ Унафэр зэрыдгъэзэщӀэным, псалъэм папщӀэ, къытхуегъэув Тхьэри ди гъунэгъухэри фӀыуэ тлъагъун хуейуэ, дыӀэдэбу, дыӀэсэу икӀи щихъыу дыщытын хуейуэ. Ауэ дэ зэхыдощӀэ апхуэдэу дыпсэуну зэрытлъэмыкӀынур, “цӀыхум ар лъэкӀынукъыми”, арщхьэкӀэ, дощӀэж Зиусхьэным дыкъызэригъэгугъахэр. Зиусхьэным дыкъигъэгугъащ дэ апхуэдэ лъагъуныгъэ ди гум кърилъхьэну, Ӏэси, Ӏэдэби, щихъи дищӀыну; аращи, дэ а Инджылыр, а ХъыбырыфӀыр къыдощтэ; аращи, фӀэщхъуныгъэкӀэ къытӀэрохьэ дыкъызэрагъэгугъахэр, апхуэдэу “хабзэм и щыпкъагъэр ди деж щыгъэзэщӀа мэхъу” Хьиса Мэсихь ди фӀэщ зэрыхъумкӀэ... GCKar 241.3
Инджылым и бий нэхъыщхьэхэр, — къыпещэр адэкӀэ Уэсли, — ар нэрылъагъуу икӀи къызэӀухауэ Унафэр зыгъэпудхэрщ икӀи зыгъэкъуаншэхэрщ; цӀыхухэр зыгъасэхэрщ якъутэну, лъэныкъуэкӀэ ирагъэзыну, гъэзэщӀэн хуэмеижу жаӀэну зы унафэм имызакъуэу, нэхъ тынш дыдэркъым икӀи нэхъ гугъу дыдэркъым, атӀэ унафэ псори зэрыщыту... Псом нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныр а цӀыхухэм пэж дыдэу я фӀэщ зэрыхъурщ, Унафэр хаутэурэ, абыкӀэ Мэсихьрэ и лэжьыгъэмрэ яӀэту! Ауэ абыхэм Ар зэрагъэлъапӀэр, Иудэ зэригъэлъэпӀам нэхърэ нэхъыбэкъым: “ГуфӀэ, Дингъуазэ!”, — жиӀэу, ба хуэзыщӀауэ щытам. Аращи, Зиусхьэныр абыхэм ящыщ дэтхэнэми еупщӀыну щхьэусыгъуэ иӀэщ: “БакӀэ уепцӀыжу ара ЦӀыхум хуэдэу Къехам?” — жиӀэу. Мэсихь и Лъым теухуауэ абыхэм уаз яту щытми, абы хэту Ар пащтыхьым и тажым хагъэкӀыжмэ, Абы и Унафэм щыщ зыгуэр ягъэкӀуэдмэ, Инджылым ехъулӀэныгъэ ирагъэгъуэт хуэдэу, абы щыгъуэм дауэ хъун, апхуэдэу зэращӀэмкӀэ ахэр Мэсихь бакӀэ емыпцӀыжу? Апхуэдэ дыдэу къуаншэхэщ пэжыгъэм теухуа хъыбар зыгъэӀухэм ящыщу къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу е щӀагъыбзэкӀэ жызыӀэхэр, Тхьэм едэӀуэныр мыӀэмалыншагъэу икӀи Тхьэм и унафэ нэхъ цӀыкӀу дыдэм и мыхьэнэр зыгъэмащӀэхэр». GCKar 242.1
«Инджылыр бгъэӀумэ, абыкӀэ Унафэм къигъэув псори бгъэзэщӀа хъууэ” тезыгъэчыныхьхэм, Уэсли жэуап яритыжырт: «Дэ ар зэрыщыту зэрыпцӀыр жыдоӀэр”. Уеблэмэ, гъэзэщӀа хъуркъым Унафэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэр — гуэныхьыщӀэхэм я гуэныхьхэр къыщӀэбгъэщыныр, хьэдрыхэ и гъунэм Ӏуту жейхэр къэбгъэушыныр. Апостол Павел жеӀэр: “УнафэмкӀэ къыбощӀэр гуэныхьыр”; цӀыхум и гуэныхьыр къыщӀамыгъэщауэ, абы зэхищӀэнукъым Мэсихь Илъ укъэзыщэхужым хуэныкъуэу... Ди КъегъэлакӀуэм Езым жеӀэр: «Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэрщ». Аращи, акъылыншагъэщ дохутыр хуэпшэну узыншэхэм е апхуэдэу зызыбжыжхэм. Фэ япэщӀыкӀэ абыхэм я фӀэщ фщӀын хуейщ, зэрысымаджэр, — армыхъумэ, яфӀ зефхуэу ягугъэхэнукъым. Апхуэдэуи акъылыншагъэщ Мэсихь къыхебгъэхыну яужь уитыну гуэныхь ищӀар зигу къемыуэжам”. GCKar 242.2
Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Тхьэм и гущӀэгъум теухуа Инджылыр игъэӀуурэ, Уэсли, и ЕгъэджакӀуэм зэрищӀэу щытам хуэдэу, егугъут «унафэр иӀэтурэ игъэлъэпӀэну». Абы пэжу икӀи фӀыуэ игъэзэщӀащ Зиусхьэным пщэрылъ къыщищӀа лэжьыгъэр, арати, щыгуфӀыкӀыжу илъэгъуащ зэрегугъуам кърикӀуахэр. Абы и гъащӀэр и кӀэм щынэблагъэм — ар илъэс 80-м щӀигъукӀэ псэуащ, абыхэм ящыщу илъэс щэ ныкъуэр хъыбарыфӀзехьэу зэхэзекӀуэу ирихьэкӀащ, — абы и гъэсэныгъэр къэзыщтахэм я бжыгъэр мелуан ныкъуэм нэсат. ИтӀанэми, абы и лэжьыгъэм и фӀыгъэкӀэ гуэныхьымрэ щӀэпхъаджагъэмрэ я зэтекъутахуэм къыхэкӀыу лъапӀагъэ зыпылъ гъащӀэ къабзэкӀэ псэуну зыкъэзыӀэтыжахэм я бжыгъэр ипэжыпӀэкӀэ дапщэ хъуми икӀи абы и гъэсэныгъэм и фӀыгъэкӀэ Тхьэр нэхъ гъунэгъуу къэзыцӀыхуахэр дапщэ хъуми къыщытщӀэнур, Тхьэм къищэхужа цӀыху псори зы унагъуэу Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм щызэхуэсыжа нэужьщ. Абы и гъащӀэр чристэн дэтхэнэми и дежкӀэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ щапхъэщ. Уо, дапхуэдизу хуэныкъуэ нобэрей члисэхэр, Хьиса Мэсихь а и лэжьакӀуэм иӀа фӀэщхъуныгъэмрэ Ӏэсагъэмрэ, емызэшыж егугъуныгъэмрэ псэемыблэжыгъэу хэлъамрэ, абы хуэдэу я гъащӀэр зэрыщыту Тхьэм хуагъэпсыным! GCKar 242.3