Бэнэныгъэ ин
1 ӀЫХЬЭ—Тхьэм Игъея Къалэр
«Eй, бетэмал, мамырыгъэм ухуэзышэ гъуэгур уэ нобэ плъагъуу щытамэ аратэкъэ! Ауэ ар нобэкӀэ уи нэм щыгъэпщкӀуащ. Уи бийхэм къуэтӀыхьхэмкӀэ укъыщаухъуреихьыну махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ уэ. Удакъузэу, дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщыптеуэнурэ, уэри, уи цӀыхухэри щӀым щыщ фӀащӀыжынущ. МывитӀ зэтелъу къызэтранэнукъым, Тхьэм укъригъэлыну къыщыпхыхьа зэманыр къызэромыщӀам щхьэкӀэ” (Лк. 19:42-44(). GCKar 13.1
Елеон Ӏуащхьэм здытетым, Хьиса Ерусалим къалэм дэплъэрт. Ар къызыхуеплъыхыр мамырыгъэр щытепщэ теплъэгъуэ гъуэзэджэт. ӀутӀыжыр къэсати, дэнэ щӀыналъэми къикӀыурэ, Екъуб и къуэхэр я лъэпкъ махуэшхуэм и дауэдапщэм хэтыну къызэхуэсырт. Ерусалим къэкӀуахэм я пщыӀэхэмкӀэ яуфа жыг хадэхэм, жызумейхэм, джабэ щхъуантӀэхэм, Ӏуащхьэ хуитышхуэхэр къащхьэщытт, сэрей гъуэзэджэхэри, журт лъэпкъым и къалащхьэм и блын лъэщхэри нэм къыщӀэуэрт. Сион Ӏуащхьэм и пхъум зигъэпагэу: «Пащтыхь гуащэу сыщысщ... гузэвэгъуэ слъагъунукъым», — жиӀэу къыпщыхъут. Абы хуабжьу зыкъыфӀэщӀыжат, Уафэр нэ гуапэкӀэ къызэрыхуеплъыхым шэч къытрихьэртэкъым, илъэс Ӏэджэ ипэкӀэ пащтыхь уэрэдусым зэрыжиӀэгъам хуэдэу: «ЛъагапӀэ гъуэзэджэщ, щӀылъэ псом я гуфӀэгъуэщ Сион Ӏуащхьэр ... Пащтыхь иным и къалэр» (Пс. 47:3() жыхуиӀэт. ӀуащхьэмкӀэ укъыщеплъыхкӀэ Тхьэм и Унэшхуэм и дахагъэм телъыджэу уӀуплъэрт! Уэсым хуэдэу хужь абы и блын мраморкӀэ дэщӀеяхэр дыгъэ къухьэжым и бзийхэм къагъэнэхурти, дыщэ зытебза куэбжэмрэ, чэщанэм и унащхьэмрэ тепщӀыпщӀэрт. Ар «дахагъэ нэгъэсат», иудейхэм зыщӀагъэпагэт. Израилым и бынхэм ящыщу хэтыт абы, щымыгуфӀыкӀыу, имыгъэщӀагъуэу еплъыфынур?! АрщхьэкӀэ Хьиса зыгъэпӀейтейр нэгъуэщӀ гупсысэхэрт. «Къалэм гъунэгъу къыхуэхъуа нэужь, абы еплърурэ, игъеящ» (Лк. 19:41(). ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, чыцӀыбжьей къудамэхэр яӀэтурэ, Пащтыхьым хуэдэу Ар езыгъэблагъэ цӀыху мин бжыгъэхэм здахэтым, «Тхьэм щӀыхьыр ейщ!» жаӀэурэ, зэдэгуфӀэу икӀи ину зэрызэдэхъуахъуэ псалъэхэм я джэрпэджэжыр бгыхэмкӀэ къыщыӀууэ, а гухэхъуэ дакъикъэхэм дунейм и ЩэхужакӀуэм и гур къыбгурымыӀуэн нэщхъеягъэшхуэм зэуэ зэщӀиубыдащ. Ар, Тхьэм и Къуэр, дыкъызэрагъэгугъа Мэсихьыр, зи къарур лӀэныгъэм текӀуэр, кхъэм гъэр ищӀахэр щхьэхуит зыщӀыжыфыр гъырт; икӀи Абы и нэпсхэр къыхэкӀырт акъылым къимытӀэсэн гуауэ и кӀуэцӀыкӀыщӀэм зэрыхыхьам, къыпхуэмыӀуэтэну и гур зэрыузым. GCKar 13.2
Абы Езым и щхьэратэкъым игъейр, мыбдежым сыт къыщыпэплъэми фӀы дыдэу щыгъуазэми. Абы къыпэщылът Гефсиманиер — хьэзабышхуэ псэкӀэ щишэчыну щӀыпӀэр. Мэлхэм я Куэбжэ жыхуаӀэ дыхьэпӀэри Абы илъагъурт, лӀэщӀыгъуэ ӀэджэкӀэ къекӀуэкӀ хабзэу, къурмэныпхъэ Ӏэщхэр зыдашэр, Езыри, яукӀыну яшэ Щынэм хуэдэу зыдыхьэн хуейр (еплъ Ис. 53:7(). Голгофэри — жорым кӀэраӀулӀэурэ цӀыху щаукӀ налъэр — умылъагъун хуэдэу жыжьэтэкъым. Куэд дэмыкӀыу, кӀыфӀыгъэм зэщӀищтэну а гъуэгумкӀэ Мэсихь дэкӀын хуейт, гуэныхьым щхьэкӀэ къурмэн хъуауэ. Ауэ игъэвыну къыпэщылъхэратэкъым Абы и гур апхуэдизу зыхузыр. Гукъутэу и фэм дэкӀын хуей къомыр зэрищӀэратэкъым а ПсэмафӀэ тхьэхуэлажьэм и мамырыр зэщхьэщихуу къэзыгъэгумэхар. АтӀэ зи унагъуэбжэр зыхурагъэщӀыжыну Ерусалим дэсхэрт абы игъейр; и нэфӀ ящихуэу къригъэлыну Ар къызыхуэкӀуахэм я нэфагъырт, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, къагъэнэну зэрыхуэмейхэрт. GCKar 14.1
Тхьэм и лъэпкъыу зэрыщытам и фӀыгъэкӀэ, илъэс миным щӀигъукӀэ нэфӀщыхуэныгъэ куэд зыӀэрыхьа иудей лъэпкъым я къекӀуэкӀыкӀар напӀэзыпӀэм Абы и нэгу къыщӀэувэжащ. Мес Мориа Ӏуащхьэри, Ибрэхьим бегъымбарыр къызэрагъэгугъауэ щыта и къуэр, къурмэныпхъэу, Тхьэм и Къуэр къурмэн зэрыхъуным и нэщэнэу, Ӏэдэбрэ пхауэ къурмэн укӀыпӀэм здытелъауэ щыта щыгур. Тхьэр зи фӀэщ хъу псоми я адэм гущӀэгъушхуэ зыхэлъ зэгурыӀуэныгъэ кърищӀылӀат абы щыгъуэ Тхьэм, гугъэ лъапӀэ къритри — Мэсихь къигъэкӀуэну къигъэгугъэри (еплъ Быт. 22:9, 16-18). Абдежым Орнэ и хьэмым ита къурмэн укӀыпӀэм къыщхьэщихыу уафэм дэлыпщӀея мафӀэм псэхэх-мелыӀычым и джатэр имыгъабзэу сампӀэм иригъэлъхьэжауэ щытащ, зэгуэрым (еплъ 1 Пар. 21). Ари зи нэщэнэр КъегъэлакӀуэм и къурмэнырт икӀи Ар Тхьэм и пащхьэ щымысэ цӀыхухэм я лъэӀуакӀуэ зэрыхъунурт. GCKar 14.2
Тхьэм адрей къалэхэм Ерусалим куэдкӀэ хигъэфӀыкӀат «Зиусхьэным Сион Ӏуащхьэр къыхихащ”. Ар «Абы фӀыуэ илъагъурти, Езым и унапӀэ ищӀащ” (Пс. 131:13). Мыбдежым лӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ бегъымбар лъапӀэхэм я гуэуж макъхэр щагъэӀуат. Мыбдежым дин-лэжьакӀуэхэм мэ ӀэфӀ къызыпих сагъызхэр Тхьэм хуагъэсыурэ абыхэм я Ӏугъуэ мэ гуакӀуэм дэщӀыгъуу я тхьэлъэӀухэр уафэм щыдэкӀуеят. Мыбдежым махуэ къэс къурмэну яукӀ Ӏэщхэм я лъыр щыщӀэжат, Тхьэм и Щынэм и нэщэнэхэу. Мыбдежым Тхьэр пшэм хэту, зэгурыӀуэныгъэр зыдэлъ дыщэ пхъуантэм и щхьэм къыщылъагъуэу щытат. Мыбдежырщ уафэмрэ щӀылъэмрэ зэпызыщӀэ пкӀэлъей гъэщӀэгъуэныр здэщытар (еплъ Быт. 28:12; Ин. 1:51), абыкӀэ къехыурэ дэкӀуеижырт Тхьэм и мелыӀычхэр, икӀи а пкӀэлъейм Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым хуэкӀуэ гъуэгур дунейм къыхузэӀуихырт. Израил лъэпкъым Тхьэр ямыгъэпцӀатэмэ, Ерусалим къалэр Тхьэм къызэрыхихауэ игъащӀэкӀи къэнэнут (Иер. 17:21-25). АрщхьэкӀэ, Тхьэм зэгуэрым къыхихауэ щыта а лъэпкъым и тхыдэр абыхэм зыкъызэраӀэтам, Тхьэм зэрыпэщӀэувэжам къыхэкӀкӀэ, нэщхъеягъуэм и хъыбар хъуащ. Израил лъэпкъым Уафэм къикӀ гущӀэгъур зэхащӀыкӀакъым, адрей лъэпкъхэм ефӀэкӀыу нэфӀщыхуэныгъэ къаӀэрыхьахэм хэудэфыхьри, екӀэ къагъэсэбэпащ, лъэкӀыныгъэу яӀахэри къафӀэӀуэхуакъым. GCKar 15.1
«Тхьэм и лӀыкӀуэхэр хьэӀупс ящӀрэ, Тхьэм и Псалъэм елъэпауэу, бегъымархэм техъущӀыхьу” ахэр щытами (2 Пар. 36:16), Тхьэр япэми хуэдэу абыхэм къахущытт «цӀыхур фӀыуэ зылъагъу Тхьэуэ, гущӀэгъулыуэ, икъукӀэ тэмакъкӀыхьрэ къахуэгумыгъуэу, къахуэпэжу» (Исх. 34:6); ахэр гу бзаджэ хъу щхьэкӀэ къимыгъанэу, гущӀэгъушхуэ къахуищӀ зэпыту къекӀуэкӀащ. Адэм быным хуиӀэ лъагъуныгъэм ефӀэкӀыу фӀыщэу ахэр илъагъуу «Зиусхьэну, я адэжьхэм я Тхьэм, пщэдджыжь нэхущым щыщӀэдзауэ къахуигъакӀуэрт и лӀыкӀуэхэр абыхэм, фӀэпсэкӀуэдти и лъэпкъыр, къыфӀэӀуэхурти и ПсэупӀэ лъапӀэр” (2 Пар. 36:15). Арати, къатесакъыхьу къахуригъэха псалъэхэм, чэнджэщхэм, лъэӀухэм къыщимыкӀӀам, икӀэм-икӀэжым, Тхьэм абыхэм къахуигъэкӀуащ хъугъуэфӀыгъуэ нэхъ ин дыдэу уафэм яӀэ Тыгъэр; къищынэмыщӀауэ — уафэр зэрыщыту къаритащ мис а зы ТыгъэмкӀэ. GCKar 15.2
Ӏичрам къэзыхьыжыну хуэмей къалэм хуабжьу иригъэлъэӀуну Тхьэм Езым и Къуэр къыхуигъэкӀуат. Мэсихьщ Израилыр жызумей къудамэфӀым хуэдэу Мысыр щӀыналъэм къизышыжар (еплъ Пс. 79:9). Аращ зи ӀэпщэкӀэ абыхэм я пащхьэ мажусий лъэпкъхэр изыхуари. ИтӀанэ Абы и жызумейр щигъэтӀысащ «бгы пшэрым и щыгум” икӀи егугъуу ар бжыхькӀэ къихухьыжащ. Абы кӀэлъигъэплъыну, елэжьыну и унэӀутхэри къигъэкӀуащ. «Сытыт иджыри си жызумей хадэм хуэзмыщӀауэ къэнэжар, щӀоупщӀэр Ар, игу къеуэу, — хуэщӀапхъэу зыгуэр къэзгъэнат?” — Жызум ӀэрамэфӀхэр къыпыкӀэну Зиусхьэныр щыгугъа щхьэкӀэ, абы къыпыкӀар мэракӀуапцӀэщ (Ис. 5:1-4). ИтӀанэми пыкӀэф къапихыным и гугъэ химыхыжу, Ар Езыр и жызумейм къыхуэкӀуащ, Ӏэмал иӀэххэмэ, кӀуэдыжыпэным къригъэлын и мураду. Абы ар къитӀыхьырт, иухъуэнщӀырт, кӀэлъыплъырт. ФӀыуэ илъагъуу къигъэкӀыну хисар къригъэлыным емызэшыжу егугъурт. GCKar 15.3
Илъэсищ нейм и кӀыхьагъкӀэ и лъэпкъым къахэтащ щӀыхьымрэ нэхумрэ я Зиусхьэныр. «ӀуэхуфӀхэр ищӀэу къикӀухьащ Абы, шейтӀаным зэщӀиубыда псори игъэхъужыурэ», щӀакъуэхэр зэригъэкӀуэжу, дэгухэм зэхах ищӀыжыу, лӀахэр къигъэхъужу икӀи тхьэмыщкӀэхэм ХъыбарыфӀыр яхуиӀуатэу (еплъ Деян. 10:38; Лк. 4:18; Мф. 11:5). Къулейхэми къулейсызхэми захуигъазэрт Абы яхуэгузасэу: «Гугъу ехь псори, зи псэм хьэзаб зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ! Сэ гупсэхугъуэ фэстынщ!» (Мф. 11:28) — жиӀэу. GCKar 16.1
ФӀы яхуищӀэ пэтми бзаджагъэ къращӀэжу, фӀыуэ илъагъухэм къалъагъу мыхъуу щыта щхьэкӀи къимыгъанэу, (еплъ Пс. 108:5), Абы щхьэмыгъазэу и Ӏуэхур игъэзащӀэрт - цӀыхухэм гущӀэгъу яхуищӀырт, я гуэныхьхэр къахуигъэгъурт. И нэфӀщыхуэныгъэм хуэныкъуэ зыри зэпыӀуидзыртэкъым. ЩхьэегъэзыпӀэншэу, ГъуэгурыкӀуэу, махуэ къэс къыщӀэнакӀэныр, бэӀутӀэӀур и натӀэу, Ар щӀэпсэуар хуэныкъуэхэм ядэӀэпыкъун, гугъу ехьхэм я бжьыр ядигъэпсынщӀэн, икӀи тыгъэ яхуищӀ гъащӀэр цӀыхухэм къащтэну тригъэгушхуэн папщӀэт. НэфӀщыхуэныгъэм и толъкъунхэр, мывэм хуэдэу быдэ хъуа цӀыхухэм я гум къагъэлъеижырти, аргуэру абыхэм я деж яригъэгъэзэжырт яхуэгумыгъуэ пхуэмыӀуэтэну лъагъуныгъэшхуэм и толъкъун лъэщхэу. АрщхьэкӀэ Израилым къадакъым я НыбжьэгъуфӀ Дыдэр, я ДэӀэпыкъуэгъу Закъуэр. ФылъагъуныгъэкӀэ гъэнщӀа Абы и псалъэхэр, чэнджэщхэр Ӏумпэм ящӀурэ къыпрагъэхащ, къэзыхъумэну ущиехэм щхьэкӀэ — къыщӀэнэкӀащ. GCKar 16.2
Ауэрэ гугъэмрэ нэфӀщыхуэныгъэмрэ хухаха зэманыр икӀырт; зыкъом щӀауэ Тхьэм зэтриӀыгъэ губжьым и фалъэм из хъуным къэнэжа щыӀэтэкъым. Насыпыншагъэмрэ гузэвэгъуэмрэ я пшэ фӀыцӀэжьхэр, Тхьэм къыбгъэдэкӀыурэ зыкъаӀэтыурэ лӀэщӀыгъуэ псоми я кӀыхьагъкӀэ абыхэм зэтрагъэхьахэм, уафэгъуагъуэшхуэу зыкъызэкъуахыу лъэпкъ къуаншэм нэлатхэр къытракъутэну иджы хьэзырхэт. АтӀэ а Зым и закъуэт ахэр къэблагъэ гузэвэгъуэм къезыгъэлыфынур, арщхьэкӀэ, Ар къадакъым, къыщӀэнэкӀащ, икӀи напэтех жорыр къыпэплъэрт. Тхьэм къыхиха лъэпкъыу Израилым и нэфӀ щихуэу гущӀэгъу зэрыхуищӀыну зэманым кӀэ щигъуэтащ Мэсихь Голгофэ щӀыпӀэм деж жорым щыкӀэраӀулӀэм. Зы цӀыху закъуэр кӀуэдыжыныр — ар, дунейм хъугъуэфӀыгъуэрэ мылъкуу телъымрэ куэдкӀэ ебэкӀыу, хэщӀыныгъэшхуэ гъунапкъэншэмэ, мыбдежым Хьиса и пащхьэ къилът Ерусалим зэрыщыту, икӀи Абы илъагъурт кӀуэдыкӀей зыщӀыну гузэвэгъуэшхуэ къапэплъэр а къалэми а лъэпкъми, уасэншэу фӀэлъапӀэ дыдэу Езым и Ӏыхьэу щигъэтыну къыхихам зэгуэрым. GCKar 17.1
Бегъымбархэм ягъейт Израилыр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀыр икӀи абыхэм я гуэныхьхэм къашэ насыпыншагъэ шынагъуэхэр. Ирмий бегъымбарыр щӀэхъуэпсат и нитӀыр нэпсым и псынэ хъуну, и лъэпкъым ипхъу зэтраукӀахэмрэ гъэру я щӀыналъэр зэрагъэбгына Зиусхьэным и хъушэмрэ жэщи махуи мыувыӀэу игъеифын папщӀэ (еплъ Иер. 9:1; 13:17). АтӀэ илъэсхэм имызакъуэу лӀэщӀыгъуэ кӀыхьхэр Зылъагъум и гур сытыт зыгъэузыр? Абы илъагъурт мелыӀыч-псэхэхым и джатэр къытришэщӀауэ къалэм, апхуэдиз зэманкӀэ Тхьэм и унапӀэу щытам. Елеон бгым и джабэм, иужькӀэ Тит и дзэ фӀыцӀэм яубыдауэ щытыгъам здытетым, Мэсихь аузым къыдэплъу Тхьэм и Унэ лъапӀэм и гупэм Ӏуплъэрт, и пщӀантӀэхэми дэплъэрт, нэпсхэр къызыщӀэж и нитӀымкӀэ адэкӀэ къалэм и блынхэри илъагъурт биидзэм къаухъуреихьауэ, икӀи абы гузэвэгъуэу кърикӀуэну псори. Абы зэхихырт хьэщхьэрыӀуэу къебгъэрыкӀуэ биижьхэм я лъэ макъыр икӀи къаухъуреихьа къалэм дэс анэхэмрэ бынхэмрэ щӀакхъуэ зэрыщӀэлъэӀур. Абы илъагъурт Тхьэм и Унэ лъапӀэ гъуэзэджэр мафӀэсым и бзийхэм зэщӀалыпщӀэу, Ерусалим дэт сэреишхуэхэри чэщанэхэри самэшхуэу зэтещэщарэ Ӏугъуейр къащхьэщихыу. GCKar 17.2
Иджыри адэкӀэ лӀэщӀыгъуэхэм куууэ здахэплъэм, Мэсихь илъагъурт зэгурыӀуэныгъэ Тхьэм зэрищӀылӀауэ щыта лъэпкъыр щӀылъэм дэнэкӀи щыхэпхъауэ, «кхъухь зэпкърыхуам и къутахуэхэу хы Ӏуфэ нэщӀым тепхъам хуэдэу». Израилым и бынхэр мыгувэу зэрагъэпшынэну къахуэблагъэ гузэвэгъуэм Абы хилъагъуэр Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъэм, къемэтмахуэм иудейхэм и кӀэм нэсу ирафыну къапэщылъым, къиткӀукӀа япэ ткӀуэпсхэрт. Тхьэм фӀыуэ къилъагъуу къазэрыхуэзэшар, игу къахуэныкъуэу гууз псалъэхэмкӀэ къиӀуэтащ мыпхуэдэу: «Ерусалим! Ерусалим! Бегъымбархэр зыукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэр мывэкӀэ зыукӀ. Дапхуэдизрэ сыхуеят Сэ, джэдкъуртым и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну, арщхьэкӀэ фыхуеякъым!” (Мф. 23:37). Ей, бетэмал, адрейхэм фыхэзгъэфӀыкӀыу, фыкъыхэсха фэ лъэпкъым Тхьэр къыщыфхыхьа зэманыр къэфщӀауэ щытамэ аратэкъэ икӀи фифӀ зыхэлъыр къывгурыӀуэу щытамэ аратэкъэ! Сэ иджыри зэтызоӀыгъэ мелыӀыч захуащӀэм и Ӏэр. УхущӀегъуэжыну укъыхузоджэри...арщхьэкӀэ, еууей... алейуэщ. Уэ Тхьэм хуэпщылӀхэр, и лӀыкӀуэхэр, бегъымбархэр зэромыдам и закъуэкъым, атӀэ Израил Щихъыу, уи ЩэхужакӀуэр Ӏумпэм пщӀыри ущӀэнэкӀащ. Уэращ къуаншэр узэрыкӀуэдыжымкӀэ. «АтӀэми си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым, гъащӀэ вгъуэтын щхьэкӀэ” (Ин. 5:40). GCKar 17.3
Мэсихь дунейм и щытыкӀэм и нэщэнэу илъагъурт Ерусалим къалэр, Тхьэр я фӀэщ хъуну хуэмейуэ я гур зэхуащӀарэ, етауэ зэрыпшынэжыну Тхьэм и хьэкумым псынщӀэу хуэкӀуэр. ГуэныхьыщӀэ цӀыхум и псэм хьэзабу телъыр Езым игу псомкӀэ зэхищӀэрти аращ, Ар и гум къыщӀигъыкӀар. Абы илъагъурт гуэныхьым кърикӀуахэр: цӀыхухэм я насыпыншагъэхэр, нэпсхэр, лъыхэр. Абы хуабжьу игу щӀэузт гуӀэгъуэр зытелъхэм, насыпыншэу дунейм тет дэтхэнэми. Абыхэм псоми я псэр игъэтыншыжыну хуейт Ар. Ауэ, уеблэмэ, цӀыхухэм гуауэу къатегуплӀэ псори къигъэувыӀэу яригъэгъэзэжын хузэфӀэкӀынутэкъым Абы, мащӀэ Ӏейти КъадэӀэпыкъуфыну Закъуэм деж къакӀуэхэр. Абы и гъащӀэр ахэр къригъэлын папщӀэ итынут, ауэ гъащӀэ ягъуэтын папщӀэ мащӀэ Ӏейт Абы и деж къакӀуэхэр. GCKar 18.1
Уафэ щӀыхьыр Зейм и нэпсхэр къыфӀыщӀож!!! Гъунапкъэншэ Тхьэм и Къуэм, и гур зэщыуауэ, и псэм телъ хьэзабышхуэм хигъэщӀу магъ! Ар зылъэгъуа уафэм щыпсэухэм зэрагъэщӀэгъуэнур ящӀэртэкъым. Абы къытхузэӀуех гуэныхьым и икӀагъэр, икӀи дегъэлъагъур, уеблэмэ, Гъунапкъэншэу Лъэщым и дежкӀи зэрыгугъур Тхьэм и Унафэр зыкъутауэ къуаншэхэм я гуэныхьым кърикӀуахэм къригъэлыныр. Хьиса жыжьэ пхырыплъу дунейм и кӀэм псэуну щӀэблэм щахэплъэм, къилъэгъуащ Ерусалим къалэр зытекӀуэдэжа гуэныхь дыдэхэм ахэри ятхьэкъуауэ. Гуэныхь ин дыдэт иудейхэм ящӀар — Мэсихь зэрамыдар; чристэн дунейм щыӀэ гуэныхь нэхъ ин дыдэр Тхьэм и Унафэр зэрамыдэрщ, Тхьэм уафэмрэ щӀылъэмрэ зэратепщэм и лъабжьэр. Тхьэм и хабзэхэр абыхэм Ӏумпэм зэращӀым щхьэкӀэ, Тхьэми абыхэм и щӀыб яхуигъэзэнущ. ЦӀыху мелуан бжыгъэхэм, гуэныхьым илъэхъахэу, шейтӀаным хуэпщылӀхэу, етӀуанэ лӀэныгъэм хуэкӀуэхэм пэжыгъэм и псалъэхэр къащтэн ядэнукъым, «Тхьэр къащыхуэкӀуэну» махуэм. Сыту хуабжьу щхьэрыуа ахэр! Сытуи телъыджащэу нэфхэ! GCKar 18.2
ӀутӀыжыр къэсыным махуитӀ фӀэкӀа имыӀэжу, иужь дыдэ Мэсихь Тхьэм и Унэм щыщӀыхьам, иудейхэм я нэхъыщхьэу абы щӀэсахэр игъэкъуаншауэ щытащ зэрыфэрыщӀхэмкӀэ. Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжа нэужь, и гъэсэнхэр щӀыгъуу Ар Елеон Ӏуащхьэм дэкӀри, абдежым удзыпцӀэм иуфэбгъуа джабэм тесу къалэр къиплъыхьат. Аргуэру Ар къалэ блынхэми, чэщанэхэми, сэрейхэми еплъырт, арати, иджыри Тхьэм и Унэри илъагъурт узэримыгъэплъу дахащэу, бгы лъапӀэм и дыщэ пыӀэм хуэдэу. GCKar 19.1
Илъэс мин ипэкӀэ зэчырусакӀуэм Тхьэм щытхъу хуигъэшат, а тхьэлъэӀупӀэр Езым и унапӀэ зэрищӀам щхьэкӀэ, Израилым гущӀэгъу къыхуищӀыу. «Салим къалэ Абы псэуалъэ щригъэухуащ, Сион Ӏуащхьэм — и Унэр». Абы «къихихар Иудэ и лӀакъуэрщ, Сион Ӏуащхьэу фӀыуэ илъэгъуарщ. И Унэр уафэ лъагэм хуэдэу, дригъэщӀеящ”. (Пс. 75:3; 77:68, 69). Япэрей Унэр Израил къэралыгъуэм и бжьыгъуэ дыдэм яухуауэ щытат. А мурадыр иӀэу пащтыхь Даут хъугъуэфӀыгъуэ куэдыкӀей зэхуихьэсри, Тхьэм и Духым зэригъакӀуэу ухуэныгъэм папщӀэ зыхуейну псори игъэхьэзырат. (еплъ 1 Пар. 28:12,19). Израилым и пащтыхь, Ӏущыгъэшхуэ зыбгъэдэлъа Сэлмэн а лэжьыгъэр и кӀэм нигъэсат. А Унэр дунейм нэхъ гъуэзэджэ дыдэу щыӀа ухуэныгъэхэм ящыщ зыт. АрщхьэкӀэ, Зиусхьэным и етӀуанэрей Унэм теухуауэ Аггей бегъымбарым жиӀат: «Иужьрей Унэм и щӀыхьыр япэрейм нэхърэ нэхъ инынущ”. «Лъэпкъхэр зэщӀэзгъэзджызджэнурэ, — лъэпкъ псори ЗыщӀэхъуэпсар къэкӀуэнущ, мы Унэр щӀыхькӀэ згъэнщӀынущ, — жеӀэр Зиусхьэн Уафэ-Дзэпщым» (Агг. 2:9, 7). GCKar 19.2
Навуходоносор къатеуэу Тхьэм и Унэр зэтрикъута нэужь, Ар аргуэру дращӀеижауэ щытащ Мэсихь къэкӀуэн ипэ илъэс 500 иӀэу. ГъэрыпӀэм илъэс блыщӀкӀэ щыӀауэ лъапсэрыхыр къызыхуагъэкӀуа я щӀыналъэ нэщӀым къэзыгъэзэжа лъэпкъырт ар зэфӀэзыгъэувэжар. Абдежым щыӀат лӀыжь кхъахэ хъуахэр, Сэлмэн иухуауэ щыта Тхьэм и Унэм иӀа щӀыхьыр зи нитӀкӀэ зылъэгъуахэр, ахэр гухэщӀу гъырт ухуэныгъэщӀэм и лъабжьэр щагъэтӀылъым, япэрейм хуабжьу къызэрыкӀэрыхур ялъагъурти. Бегъымбарым гущӀыхьэу къеӀуэтэж абы щыгъуэм яӀа гуныкъуэгъуэр: «Мы Унэм япэм иӀа щӀыхьыр зылъэгъуауэ щыта къыфхэт? Иджы дауэ ар зэрыфлъагъур? Зыри имыщӀысу къыфщыхъуркъэ?» — щижиӀэкӀэ (Агг. 2:3; иджыри еплъ Езд. 3:12). Мис абы щыгъуэщ гъэгугъэныгъэ псалъэхэр къыщыӀуар, а Унэм и щӀыхьыр япэрейм иӀа щӀыхьым зэрытекӀуэнур. GCKar 19.3
ДэгъуагъкӀэ етӀуанэрей Унэр япэрейм пеуэфынутэкъым икӀи япэрейм хуэдэу Тхьэр зэрыщыӀэр наӀуэу къызэригъэлъэгъуауэ щыта нэщэнэхэм хуэди иӀатэкъым. Ар Тхьэм хухаха Унэу щагъэлъапӀэм Тхьэм и лъэщагъыр япэрей Унэм зэрыщигъэлъэгъуам хуэдэу къаригъэлъэгъуатэкъым. ЩӀыхьым и пшэри къехыу щӀэз хъуатэкъым унэщӀэм. Япэм хуэдэу уафэм мафӀэ къехуэхыу къурмэн-телъхьэпӀэм тралъхьа къурмэныр ипхъуэтатэкъым. Тхьэм и щӀыхьым и пшэр (Шекина жыхуаӀэр) Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым мелыӀычитӀым я зэхуакуи дэтакъым, абы щӀэтакъым дыщэ пхъуантэри, Тхьэм и УнафипщӀыр зытритха мывэ джейхэри. Уафэми макъ къиӀукӀтэкъым щоджэныр Тхьэм и Ӏэмырым щыщӀэлъаӀуэхэм деж. GCKar 20.1
ЛӀэщӀыгъуэхэм я кӀыхьагъкӀэ иудейхэм я фӀэщ ящӀыжыну пылъащ, Тхьэм Аггей бегъымбарым къритауэ щыта гъэгугъэныгъэр зэщӀауэ, арщхьэкӀэ алейуэщ: пагагъэмрэ фӀэщмыхъуныгъэмрэ абыхэм я акъылыр апхуэдизу нэф ищӀати, бегъымбарӀуатэ псалъэхэм пэжу къарыкӀыр къагурымыӀуэу къэнащ. Тхьэм и Унэ етӀуанэрейр Тхьэм и щӀыхьым и пшэракъым зыгъэлъэпӀар, атӀэ нэгъэсауэ Тхьэ щытыкӀэ ЗиӀэр, цӀыху Ӏэпкълъэпкъ зиӀэу Тхьэуэ уафэм къехар зэрыщӀыхьарщ. «Лъэпкъ псори ЗыщӀэхъуэпсар” пэж дыдэу и Унэм щӀыхьащ, Назарет къикӀа ЛӀыуэ, щиущиящ икӀи щигъэхъужащ абы и пэш лъапӀэхэм цӀыхухэр. Мэсихь Езыр а Унэм зэрыщыӀарщ, икӀи а зы Ӏуэхугъуэм и закъуэщ етӀуанэрей Унэр и щӀыхькӀэ япэрейм щӀытекӀуар. Ауэ Израилым Уафэм кърит тыгъэр къищтэн идакъым. А махуэм, Дингъуазэ щэныфӀэр а Унэм и дыщэ куэбжэхэм къыщыдэкӀыжам, Абы щӀыгъуу игъащӀэкӀи а Унэр ибгынащ Абы и щӀыхьым. КъегъэлакӀуэм и псалъэхэр абдежым щызэщӀащ: «Мис, фи Унэр нэщӀу къыфхуонэ», (Мф. 23:38) — жыхуиӀар. GCKar 20.2
Тхьэм и Унэр зэрызэтракъутэным теухуа бегъымбарӀуатэр Мэсихь и гъэсэнхэм щажриӀам, абыхэм ягухэр къикӀэзызыкӀыу, ар хуабжьу я гум щӀыхьат икӀи а псалъэхэм къарыкӀыр нэгъэсауэ зыгурагъэӀуэну хуеят. Илъэс плӀыщӀым щӀигъукӀэ архитекторхэм я Ӏэзагъэм, я лэжьыгъэм, я ӀэпщӀэлъапщӀагъэм а Унэр нэхъ дэгъуэж, нэхъ гъуэзэджэж ящӀыурэ къекӀуэкӀат. Ирод Иным зигъэжумарту Тхьэм и Унэм папщӀэ Римымрэ Иудеймрэ я хъугъуэфӀыгъуалъэхэм иӀэбэурэ ахъшэ къыхуиутӀыпщырт, уеблэмэ Римым и императорми и тыгъэхэмкӀэ ар бей ищӀырт. Римым кърашри Тхьэм и Унэм къашауэ щытыгъат мрамор хужьым къыхэӀущӀыкӀа мывэ джеишхуэхэр, языныкъуэхэр егъэлеяуэ иныщэхэу, икӀи, КъегъэлакӀуэм мис абыхэм гу лърагъэтэну хуейуэ и гъэсэнхэм къыжраӀат: «Дингъуазэ, еплъыт мы мывэхэм, мы унэхэм!” — жаӀэу (Мк. 13:1). GCKar 20.3
А псалъэхэм Хьиса жэуап щхьэпэ иритыжащ, псоми удын ящыхъуар: «Пэжыр нывжызоӀэ: мывитӀ зэтелъу къыщынэжынукъым абдежым, псори зэтракъутэнущ», — щыжиӀам (Мф. 24:2). GCKar 21.1
Мэсихь и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэр Ерусалим къалэр зэтракъутэным пащӀат гъэсэнхэм, абыхэм я гугъэт, Мэсихь дунейпсо пащтыхьыгъуэм и тахътэм тетӀысхьэну, зи гуэныхьхэм хущӀемыгъуэжа иудейхэм тезыр ятрилъхьэну, икӀи Римым и бжьыр лъэпкъым ящхьэщихыжыну. Зиусхьэным нэхъапэми къажриӀауэ щытат етӀуанэу къызэрыкӀуэнур. Арати Ерусалим хьэкум къытехуэнухэр щызэхахым, псом япэ ахэр зэгупсысар Хьиса и ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэрт, арыххэу Елеон бгыщхьэм деж я КъегъэлакӀуэр къаухъуреихьауэ здэщысым, ахэр Абы еупщӀащ: «Дапщэщ ар къыщыхъунур? Уи къэкӀуэжыгъуэмрэ дунейм и къутэжыгъуэмрэ сыт хуэдэ нэщэнэ яӀэнур?” — жаӀэри (Мф. 24:3). GCKar 21.2
Зиусхьэныр апхуэдизу гущӀэгъулыти, къэхъуну псори къахузэӀуихакъым абыхэм. Хьиса и гъэсэнхэр узижэгъуэну шынэнут нэгъэсауэ къагурыӀуатэмэ а Ӏуэхугъуэ телъыджэхэр — ЩэхужакӀуэм гугъуехьу ишэчынур, и лӀэныгъэр, итӀанэ къалэмрэ Тхьэм и Унэмрэ зэрызэтракъутэнур. Мэсихь и гъэсэнхэр щигъэгъуэзащ нэщэнэ зыбжанэм, зэкӀэлъыкӀуэу иужь зэманым къэхъунухэм. Хьиса и псалъэхэр нэгъэсауэ гурыӀуэгъуэтэкъым а дакъикъэм; абыхэм я мыхьэнэр хуэм-хуэмурэ и лъэпкъым къахузэӀукӀын хуейт, а ущием хуэныкъуэнухэм. Мэсихь и бегъымбарӀуатэм купщӀитӀ иӀэт: Ерусалим зэрызэтракъутэнур къыжиӀэурэ, абы хэтуи къемэтмахуэм и шынэгъуагъэр зыхуэдэнур къиӀуатэт. GCKar 21.3
Хьиса и еджакӀуэхэм яжриӀащ Тхьэм къыбгъэдэкӀа хьэкум Израилым къызэрытращӀэнур, псом хуэмыдэу гу лъаригъэтащ иудейхэм яхьыну тезырышхуэм Мэсихьыр ямыдэу, жорым зэрыкӀэраӀулӀэнум къыхэкӀкӀэ. Шэч къызытумыхьэфын нэщэнэхэр къэнэхуэнут а Ӏуэхугъуэ шынагъуэм ипэ къихуэу. Гузэвэгъуэ сыхьэтыр напӀэзыпӀэу, уащхъуэдэмыщхъуэу къэсынут. Арати КъегъэлакӀуэм и гъэсэнхэр иущиящ: «Аращи, Данил бегъымбарым жыхуиӀауэ щыта лъапсэрыхыр псэупӀэ лъапӀэм къыхуэкӀуауэ щыфлъагъукӀэ — зэгурывгъаӀуэ — абы щыгъуэм Иудей хэкум щыӀэхэр псынщӀэу иреӀэпхъуэ бгылъэ щӀыпӀэхэм” (Мф. 24:15,16; еплъ Лк. 21:20, 21). Мажусий Римым и ныпхэр щӀыналъэ лъапӀэм, метр щэ бжыгъэкӀэ къалэ блынхэм адэкӀэ, щаӀэтауэ ялъэгъуа нэужь, Мэсихь и Ӏумэтым итхэм щӀэпхъуэу зыкърагъэлын хуейт. Щызымыгъэуэну нэщэнэр къызэралъагъуу, замыӀэжьэу зыкърагъэлыным епӀэщӀэкӀын хуейт. А нэщэнэ пэжым едэӀуапхъэт Иудей хэкум щыпсэухэри, Ерусалим дэсхэри. Псалъэм папщӀэ, зыгуэр унащхьэм тету а Ӏуэхугъуэм ирихьэлӀэмэ, унэм щӀыхьэжу зэман игъэкӀуэд хъунутэкъым, уеблэмэ, къищтэжынур хъугъуэфӀыгъуэу щытми. Губгъуэм щылажьэхэм е жызумей хадэм итхэм, дыгъэвэхым хэту здэлажьэм зыщадза я щыгъын щӀыӀутелъыр здэщылъ щӀыпӀэм ягъэзэж хъунутэкъым. Псоми ядэщӀыгъуу кӀуэдыну хуэмеймэ, зы дакъикъэ ямыгъэкӀуэду пӀэщӀэн хуейхэт. GCKar 21.4
Пащтыхь Ирод и тетыгъуэм Ерусалим зэрыцӀэрыӀуар и дахагъэм и закъуэтэкъым, атӀэ чэщанэ быдэ дращӀеяхэмкӀи, я къалэ блынышхуэ мытӀасхъэхэмкӀи, я быдапӀэ лъэщхэмкӀи къацӀыхут. Абыхэм я фӀыгъэкӀэ зэи бийм къыхуэмыубыдыным хуэдэт ар. Зыгуэрым а зэманым Ерусалим къалэр зэтракъутэнущ жиӀатэмэ, зэманыжьым Нухь бегъымарым зэрыхуэпсалъам хуэдэу, зи акъылыр зыфӀэкӀуэда хьэгъапхъэщ хужаӀэнут. АрщхьэкӀэ Мэсихь жиӀащ: «Уафэри щӀылъэри кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым» (Мф. 24:35). Ерусалим и гуэныхьым къыхэкӀкӀэ ефэн хуейт Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъэм; абы дэсхэм ерыщу Тхьэр я фӀэщ здэмыхъум, я набжьэ фӀы щӀэлътэкъым. GCKar 22.1
Михей бегъымбарым и жьэкӀэ Зиусхьэным жиӀат: «ФыкъэдаӀуэ, Екъуб и щӀэблэм и Ӏэтащхьэхэр, Израил лъэпкъым и нэхъыжьхэр, фэ захуагъэ лэжьыным фыщомэхъашэ, пэжыгъэкӀэ Ӏуэху зехьэным фыхуэхамэщ. ЛъыгъажэкӀэ Сион фоухуэр, Ерусалим — бзаджагъэкӀэ! ХеящӀэхэр ӀулъхьэкӀэ зэхэтщ, щоджэнхэм еджапщӀэ къыӀах, бегъымбархэр ахъшэкӀэ мэпсалъэ, итӀанэми Тхьэм щогугъ: «АтӀэ, дэ Тхьэр къытхэткъэ? НэщӀэбжьэ лъэпкъ къытлъысынукъым!» — жаӀэурэ” (Мих. 3:9-11). GCKar 22.2
А псалъэхэм захуагъэ хэлъу къагъэлъагъуэрт Ерусалим дэсхэм укӀытэ ямыӀэжу зэрызэӀыхьатэр, я пэжыгъэр фэрыщӀыгъэ защӀэу зэрыщыттэр. Тхьэм и Унафэр елӀалӀэу ягъэзащӀэу къащыхъужу, зыщытхъужхэу щытами, атӀэми абыхэм Тхьэм и Унафэр зытещӀыхьа хабзэхэр якъутэрт. Мэсихь и къабзагъэмрэ и щыхъагъэмрэ езыхэм я нэмысыншагъэр къыщӀагъэщти, Ар ялъагъу мыхъуу, езыхэм я гуэныхьхэм кърикӀуэ насыпыншагъэ псом щхьэкӀи Ар ягъэкъуаншэрт. Игъуэджэ лъэпкъ Хьиса зэримыщӀар, ящӀэ пэтми, абыхэм итӀаникӀ Ар бгъэпсэу мыхъуну жаӀэрт, лъэпкъым и бэӀутӀэӀуншагъэм и хьэтыркӀэ. «Ар и гугъу дымыщӀуу къэдгъанэмэ, — псоми Ар я фӀэщ хъунущ, — итӀанэ Римлянхэр къэкӀуэнурэ ди лъэпкъри ди щӀыналъэри яубыдынущ”, — жаӀэу (Ин. 11:48). Мэсихь дыукӀмэ, итӀанэ иудейхэр аргуэру лъэпкъ лъэщ, зэкъуэт хъужыфынущ. Апхуэдэут зэрегупсысар ахэр, зэакъылэгъуу щоджэн пашэм и псалъэхэр щыдаӀыгъам, зы цӀыхур лӀэмэ нэхъыфӀщ, зэрылъэпкъыу дгъэкӀуэд нэхърэ щыжиӀам. GCKar 22.3
Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Иудейм и Ӏэтащхьэхэм яухуэрт «Сионыр лъыгъажэкӀэ, Ерусалимыр — бзаджагъэкӀэ!” Абыхэм я щхьэр апхуэдизу къагъэпцӀэжырти, уеблэмэ я КъегъэлакӀуэр яукӀауэ, я гуэныхьхэр къызэрыщӀигъэщым щхьэкӀэ, иджыри абыхэм Тхьэм къыхиха лъэпкъыу забжыжырт, икӀи Зиусхьэным щыгугъхэрт я бийхэм къригъэлыну. «Аращи, — къыпещэ адэкӀэ и псалъэм бегъымбарым, — фэ фи ягъэкӀэ Сион явэнурэ, Ерусалими зэтекъутахуэ самэшхуэ хъунущ, Тхьэм и Унэр зытет Ӏуащхьэр мэзыжьу зэщӀэкӀэжынущ” (Мих. 3:12). GCKar 23.1
Ерусалим къыщыщӀынум теухуауэ Мэсихь бегъымбарӀуатэ зэрыжиӀэрэ илъэс плӀыщӀ хуэдиз дэкӀат, ауэ Зиусхьэным а къалэми а лъэпкъми хьэкум ятрищӀэным хуэмыпӀащӀэу иригъэтӀылъэкӀырт. Сыту хуабжьу тэмакъкӀыхьу куэд яхуишэча Тхьэм абыхэм, и ХъыбарыфӀыр къыпрагъэхыу, и Къуэр зыукӀахэм. ПыкӀэ зимыӀэ инжир жыгым теухуа щӀагъыбзэм къегъэлъагъуэр Тхьэмрэ иудей лъэпкъымрэ я зэхущытыкӀар. Унафэ щыӀат: «ИупщӀыкӀ ар, сыт щӀыр щӀигъэхьэулеинур?” (Лк. 13:7) АрщхьэкӀэ Зиусхьэныр гущӀэгъулыти, иджыри зы зэманкӀэ къалэм щысхьащ. Иудей куэд щыӀэт, Мэсихь теухуауэ иджыри зыри зэхамыхауэ. Сабий къыдэкӀуэтейхэм адэанэхэм ямыда нэхур иджыри къатепсатэкъым. Тхьэр хуеят ахэм нэхур ялъигъэӀэсыну, и лӀыкӀуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ къахуригъэхьыу. Хьиса къызэралъхуамрэ и гъащӀэмрэ имызакъуэу и лӀэныгъэми къызэрыхъужынуми бегъымбарӀуатэхэр зэрыщызэщӀар яригъэлъагъун папщӀэ. Адэ-анэхэм я гуэныхьхэм щхьэкӀэ бынхэм хьэкум тращӀакъым, ауэ, я адэ-анэхэми езыхэми къатепса нэхум щелъэпауэм, ахэр я адэ-анэхэм ялэжьа щӀэпхъаджагъэр езыхэми ялэжьа хъуащ, я къуаншагъэр къызэрапщ фалъэм из ящӀащ. GCKar 23.2
Тхьэм тэмакъкӀыхьагъышхуэ хэлъу Ерусалим здишэчым, иудейхэр нэхъри ерыщ екӀуэурэ я гуэныхьхэм хущӀригъэгъуэжу къезыгъэгъэнэну хъыбарыфӀым елъэпауэрт. Хьиса и гъэсэнхэм теплъэ мыхъуу лей ирахыу здэщытым, абыхэм Тхьэм иужь дыдэу къахуищӀэ гущӀэгъум я щӀыб хуагъэзащ. Апхуэдэу щыхъум Тхьэм ахэр ихъумэн щигъэтыжащ: шейтӀанымрэ абы и мелыӀыч бзаджэхэмрэ иубыдыжакъым, арати зэрылъэпкъыу езыхэм къыхаха Ӏэтащхьэм и тепщэм щӀэуващ. Ерусалим и бынхэм Мэсихь и гущӀэгъуу хьэл мыхъумыщӀэр зыгъэӀэсэфынур, Ӏеягъэр къэзыгъэувыӀэфынур ядакъым, арати иджы бзаджагъэм зэрыщыту ахэр зэщӀищтат. ШейтӀаным цӀыхухэм я гум къигъэкӀырт бзаджагъэ Ӏейхэмрэ цӀапӀагъэхэмрэ. ЦӀыхухэр я акъылым имытыж хъуат — ахэр зезыгъакӀуэр я щхьэм къицырхъэхэмрэ, я нэр къыщызыпхъуэ я ябгагъэмрэт. Я бзаджэнаджагъэкӀэ ахэр шейтӀаным ещхь хъуахэт. Унагъуэхэми цӀыхубэми, лъэпкъыфӀ жыхуаӀэхэу щытами къызэрыгуэкӀхэми я зэхэтыкӀэр зэхуэдэт: гурыщхъуэщӀхэу, фыгъуэнэдхэу, зэрылъагъу мыхъухэу, зэхуэгубжьхэу, зэрыукӀыжхэу. Уи гур щыпсэхуфыну, шынагъуэгъэншэ щӀыпӀэ умыгъуэтыным хуэдэт. Ныбжьэгъухэуи благъэхэуи пэжу зэхущытыж щыӀэжтэкъым. Адэ-анэхэм бынхэр яукӀыжырт — бынхэми адэ-анэхэр. Лъэпкъым я Ӏэтащхьэхэми акъыл ӀуэнтӀа яӀэ хъуат. Нэхъуеиншагъэм ахэр залым ищӀат. ЩыхьэтнэпцӀхэр къащтэри иудейхэм Тхьэм и Къуэр яукӀат. Иджы езыхэм пцӀы къытралъхьэхэм псэхугъуэ къратыртэкъым. Я ӀуэхухэмкӀэ абыхэм куэд щӀауэ жаӀэр зыт: «Дымылъагъуну Ӏуфх адэ Израил Щихъыр» (Ис. 30:11). Иджы ахэр зыхуеяр къайхъулӀат. Тхьэм шынагъэ хуамыӀэжу, укӀытэжхэтэкъым. Зэрылъэпкъыу шейтӀаным и тепщэм щӀэуват: шейтӀаным и ӀэмыщӀэ илът къызэрыгуэкӀхэри Ӏэтащхьэхэри. GCKar 23.3
Зэныкъуэкъу партиехэм я пашэхэр, пӀалъэкӀэрэ щызэгурыӀуэ къэхъут, зэгъусэу яхъунщӀэн, хьэзаб тралъхьэн папщӀэ лей зрах тхьэмыщкӀэхэм, иужькӀэ аргуэру лъыгъажэ зауэхэр зэхаублэжырт. Уеблэмэ Тхьэм и Унэм и лъапӀагъэм къыхуэгъэувыӀэртэкъым абыхэм ӀэубыдыпӀэншэу я хъыжьагъэр. ТхьэлъэӀум пэрытхэр Тхьэм и Унэм щаукӀырти, унэ лъапӀэр ягъэпудырт хьэдэхэр щӀэлъу. АрщхьэкӀэ нэф здэхъуахэм икӀи закъыфӀэщӀыжауэ Тхьэр ягъэикӀэу а шейтӀаным зэришэу бзаджэнаджагъэ зылэжь къомым ямыбзыщӀу жаӀэрт Ерусалим зэтракъутэным зы цӀыкӀу зэрымышынэхэр, а къалэр Тхьэм ейщи. Я псалъэхэр пэжу къыщӀрагъэдзыну абыхэм бегъымбар нэпцӀхэр пщӀэкӀэ къащэхути, уеблэмэ Тхьэм и Унэр римлянхэм къащыухъуреихьам щыгъуи, Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэм я фӀэщ ящӀыну пылът, Тхьэм щагъэгугъыну яужь итхэт. ИкӀэм нэсыху куэдыр щыгугъащ, Тхьэ Лъэщыр и къалэм къыщхьэщыжу, зауэм къыхэӀэбэу бийхэм я дзэхэр зэтрикъутэну. Ауэ Израилыр Тхьэм и жьауэм къыщӀэкӀат зэримыпэсу, арати, хъумакӀуэншэу къэнат. Еууей, Ерусалим насыпыншэ, зэрышх-зэрылӀэм ичэтхъа! Уи бынхэм уи уэрамхэм зыр зым и лъыр щагъажэр, хамэщӀым къикӀа биидзэм уи быдапӀэхэр зэтракъутэурэ уи зауэлӀхэр щызэтраукӀэр! GCKar 24.1
Ерусалим зэрызэтракъутэнум теухуауэ Мэсихь жиӀа псалъэхэр зэрыщыту къэхъуащ, зэрыжиӀа дыдэм хуэдэу. Иудейхэм езыхэм я гъащӀэ дыджымкӀэ ягъэунэхуауэ хьэкъыу япхыкӀащ къэзыхъумэфыну щыта пэжыгъэр: «Къызэрыфпщ пщалъэ дыдэмкӀэ фэри къыфхуапщыжынущ”, — жыхуиӀэр (Мф. 7:2). GCKar 25.1
Нэщэнэхэри телъыджэхэри къэхъурт, гузэвэгъуэшхуэм, кӀуэдыжыгъуэм и хъыбар къыуагъащӀэу. Жэщым Тхьэм и Унэми къурмэн-телъхьэпӀэми къащхьэщыту нэху телъыджэ къыщыблат. Дыгъэр щыкъухьэжми, пшэхэм хэту къэлъэгъуат зауэм хуащӀа шыгухэр, зэуэну хьэзыр зауэлӀ зэщӀэузэдахэр. Жэщым Тхьэм и Унэм щыкъэрэгъула щоджэнхэр макъ телъыджэхэм ягъэшынат; щӀыр хъейт икӀи гъы макъ куэд къэӀурт щӀэлъаӀуэу: «ДыӀувгъэкӀ мыбдежым, дыӀувгъэкӀ...” жаӀэу. КъухьэпӀэ куэбжэ иныжьыр, ерагъкӀэ цӀыху тӀощӀым зэӀуахыу апхуэдизу хьэлъэр, гъущӀым къыхэщӀыкӀа и бжэӀулъэр мывэ блыным быдэу егъэбыдылӀэжар, езыр-езыру жэщыкум къызэӀукӀат. GCKar 25.2
Илъэсибл нейм и кӀыхьагъкӀэ зы бегъымбар гуэрым Ерусалим и зы уэрам къимыгъанэу къыщикӀухьат а къалэм къыпэплъэ гузэвэгъуэхэм теухуауэ хъыбар цӀыхухэм яригъащӀэу. Жэщи махуи мыувыӀэу абы псалъэ гуауэхэр игъэӀурт: «КъуэкӀыпӀэмкӀэ макъ къоӀукӀ! КъухьэпӀэмкӀэ макъ къоӀукӀ! Жьым я лъэныкъуиплӀымкӀи макъ къоӀукӀ! Макъыр Ерусалимрэ Тхьэм и Унэмрэ я бийщ! Макъыр нысащӀэмрэ щауэмрэ я бийщ! Макъыр лъэпкъым зэрыщыту я бийщ!” А цӀыху гъэщӀэгъуэныр лъэхъуэщым ирадзэри гущӀэгъуншэу яубэрэжьат, ауэ зы тхьэусыхэ макъи къыжьэдэкӀатэкъым. Сыт хуэдиз лей ирамыхами, дапхуэдизу и лыр ямышхами абы и жэуапыр зыт: «Мыгъуэр, мыгъуэр и махуэщ Ерусалим! Мыгъуэр, мыгъуэр я махуэщ абы дэсхэм!” Къэзыхъумэну яужь ита макъыр щыувыӀэжар, а бегъымбарыр гущӀэгъуншэу яукӀа нэужьщ. GCKar 25.3
Зы чристэн хэкӀуэдакъым Ерусалим щызэтракъутэм. Хьиса и гъэсэнхэм хъыбар яригъэщӀат къэхъунум теухуауэ, арати, Хьиса и псалъэхэр зи фӀэщ хъуа псори кӀэлъыплъырт къызэрагъэгугъа нэщэнэхэм. «Ерусалим къалэр дзэхэм къаухъуреихьауэ къэфлъагъумэ, — жиӀат Мэсихь, — лъэпсэрыхыр абы къыщыхуагъэкӀуэну махуэр къызэрыблэгъар зэвгъащӀэ. Абы щыгъуэм Иудей хэкум исхэр бгы щӀыпӀэхэм щӀрепхъуэ, къалэм дэсхэри къыдрекӀ». (Лк. 21:20, 21). Дзэзешэ Цестий и унафэм щӀэту римлянхэм къалэр къыщаухъуреихьам щыгъуэ, зэрыхъуари мыгурыӀуэгъуэу, биидзэр икӀуэтыжауэ щытащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ къалэм къебгъэрыкӀуэну псоми къащыхъуа пэтми. Бийхэм къатӀысыхьауэ яӀыгъа къалэдэсхэм къелыну гугъэр яфӀэкӀуэдыпауэ бийм зратыным тӀэкӀут иӀэжар, ауэ рим дзэзешэм, и щхьэусыгъуэр къэщӀэгъуейуэ, и дзэм унафэ хуищӀащ, иудейхэм я къалащхьэм пыӀукӀуэтыну. И лъэпкъым и фӀыгъуэ иригъэкӀыу Тхьэрат ар зи Ӏэмырыр, а Ӏуэхугъуэр къэхъуныр. Чристэнхэм къаӀэрыхьат къызэрагъэгугъа нэщэнэр, иджы Мэсихь и псалъэхэр зи фӀэщ хъу дэтхэнэми зыкъригъэлыфынут. Ӏуэхугъуэхэр апхуэдизу зэтрихьати, иудейхэри римлянхэри зэран хуэхъуакъым чристэнхэр щӀэпхъуэным. Абы хэту Иудейхэм къалэр къагъанэу Цестий и дзэ икӀуэтыжым кӀэлъыщӀэпхъуауэ, дзитӀри щызэзауэм, чристэнхэм Ӏэмал ягъуэтащ къалэр ябгынэну. Къалэр къыщатӀысыхьам ирихьэлӀэу, иудейхэр Ерусалим щызэхуэсат пщыӀэ махуэшхуэхэр ягъэлъэпӀэну, арати, чристэнхэр щӀэпхъуэным зэран къахуэхъуфын зыри хэкум истэкъым. Зы дакъикъи ямыгъэкӀуэду, ахэр щӀэпхъуащ шынагъуэншэ щӀыпӀэм — Перра къалэм, Перее щӀыналъэм, Иордан псым адрыщӀкӀэ. GCKar 25.4
Иудеидзэр Цестий и дзэм кӀэлъыщӀэпхъуэри, апхуэдизу мафӀэр къаӀурихыу хъыжьэу, бийхэм я щӀыбкӀэ щытезэрыгуэри хьэлэчыпцӀэр къыхуагъэкӀуащ римыдзэм. Ерагъмыгъуейуэщ абыхэм аргуэру зызэщӀакъузэжу я дзэр къызэрызэрагъэпэщыжар. ХэщӀыныгъэшхуэ ямыӀэу иудейхэм, гуфӀэр я махуэу, къуентхъ къулейхэр яӀыгъыу Ерусалим къагъэзэжащ. АрщхьэкӀэ а къафӀэщӀа текӀуэныгъэм ахэр игъэунэхъужащ. Абы ахэр нэхъри тригъэгушхуащ нэхъ ерыщыжу римлянхэм япэщӀэтыну, арати, икӀэщӀыпӀэкӀэ пхуэмыӀуэтэн бэлыхьышхуэрэ насыпыншагъэшхуэрэ къыхуихьащ къатӀысыхьа къалэм. GCKar 26.1
Сыту насыпыншагъэт икӀи шынагъуэ Ӏейт Ерусалим къыхуэкӀуар, Тит аргуэру а къалащхьэр къыщитӀысыхьыжам! Ар къыщыхъуар ӀутӀыжым и зэманти, Ерусалим мелуаным щӀигъу иудейхэр щызэхуэсат. Шхын гъэтӀылъыгъэхэу къалэм дэлъыр губзыгъагъэ хэлъу зрагъэзэхуатэмэ зэман кӀыхькӀэ яхурикъунут лъэпкъым, ауэ ахэр Ӏисраф зэтращӀат гурыщхъуэщӀу, леймыгъэгъухэу бжьыпэр яхузэрымыгъэгъуэту зэпэщӀэт партиехэм, арати, иджы гъаблэшхуэм щӀидзат. Гуэдз пщалъэр зы таланткӀэ ящэрт. МэжэщӀалӀэхэр апхуэдизу гугъу ехьырти, бгырыпххэм, вакъэхэм, фэм къыхэщӀыкӀа нэгъуэщӀхэми едзэгъурт. Жэщ кӀыфӀым къалэ блынхэм щэхуу щхьэпрыпщхэри щыӀэт, губгъуэ къэкӀыгъэхэм щыщ къащыпыну, абыхэм ящыщ куэдыр бийм яӀэщӀыхьэурэ укӀыкӀэ ӀейкӀэ яукӀырт, бэӀутӀэӀуншэу къэзыгъэзэжыфахэми езыхэм я лъэпкъэгъу дыдэхэр къатеуэжырти, я псэр дзапэкӀэ яӀыгъыу къаугъуея тӀэкӀум хагъэкӀыжырт. Нэхъ лъэщхэм ныбэнэщӀхэм я мылӀэӀус тӀэкӀур цӀыхугъэншэ дыдэу къытрахырт. А икӀагъэхэр зылэжьыр ерыскъыншэхэртэкъым, атӀэ зи гъэтӀылъыгъэхэм хэзыгъэхъуэну зи мурадхэрт. GCKar 26.2
ЦӀыху минхэр зэтелӀэрт, гъаблэмрэ узыфэхэмрэ яхьу. ЦӀыхугъэ, Ӏыхьлыгъэ, фӀылъагъуныгъэ гурыщӀэхэр кӀуэдыжу къыпщыхъурт. ЛӀыхэр я фызхэм едыгъуэрт, фызхэри — ялӀхэм. Бынхэм жьы хъуа я адэ-анэхэм шхыныр къыӀуратхъырт. Бегъымбарым и упщӀэм: «Щыгъупщэну пӀэрэ цӀыхубзым и сабий быдзафэр?” (еплъ Ис. 49:15) жыхуиӀам жэуап щигъуэтащ къатӀысыхьа къалэм и блыным и кӀуэцӀкӀэ: «Гу зыкӀуэцӀымылъ цӀыхубзхэм, я сабийхэр ягъэващ, я шхыныгъуэ ящӀыну си лъэпкъым и бынхэр щыкӀуэдыжым” (Пл. Иер. 4:10). Аргуэрыжьым зэщӀа хъуащ къэзыхъумэну щыта бегъымбарӀуатэр, лӀэщӀыгъуэ пщыкӀуплӀ ипэкӀэ лъэпкъым къратауэ щытар: «ГъэфӀарэ тхъэжу псэуа цӀыхубзыр, и беягъэм, зэрыщыкӀам къыхэкӀкӀэ зи лъэр щӀылъэм лъэзымыгъэӀэсу щытар, гущӀэгъуншэу, нейуэ еплъынущ, илӀми, и къуэми, ипхъуми, икӀи яритынукъым... сабий къыщӀэхъуэнухэр, щыщӀэныгъэшхуэ здиӀэм, абы ахэр щэхуу ишхыжынущи, бийм къатӀысыхьауэ здэщытым, уи псэуалъэхэм къекӀуэлӀауэ уи бийхэм ущыдакъузэкӀэ” (Втор. 28:56,57). GCKar 27.1
Рим Ӏэтащхьэхэм иудейхэр ягъэшынэну яужь итхэт, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зауэншэу зрагъэубыдын, зыкъратын я гугъэу. Къапэувауэ гъэр ящӀахэр, щӀопщкӀэ яубэрэжьырти итӀанэ жорым кӀэраӀулӀэрт къалэ блыным и пащхьэ. Махуэ къэс щэ бжыгъэкӀэ апхуэдэ укӀыгъэхэр ящӀырт, икӀи а лэжьыгъэ шынагъуэр екӀуэкӀащ Иософатрэ Голгофэрэ я аузхэр удэмыкӀыфыным хуэдэу пхъэхэтӀэ жор куэдыкӀейхэмкӀэ яуфэбгъуху. Мис апхуэдэ шынагъуэ щӀыкӀэу зэщӀащ узижэгъуэн нэлатыр, пилат и хьэкумщӀапӀэм деж иудейхэм зытрагъэхуар: «Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрехуэ», — жаӀэу (Мф. 27:25). GCKar 27.2
Тит хьэзырт а лъыгъажэм кӀэ иритыну, Ерусалим зэрыщыту зэтекъута мыхъун щхьэкӀэ. Абы и щхьэфэцым зиӀэтат хьэдэ самэшхуэхэр тафэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ телъу щилъэгъуам. Елеон бгым и щыгум къеплъыхыу ар Тхьэм и Унэ гъуэзэджэм дихьэхыпауэ здеплъым, и зауэлӀхэм унафэ яхуищӀат абы и зы мыви емыӀусэну. Къалэр яубыдыпэну ебгъэрыкӀуэным ипэ, абы иудейхэм я нэхъыщхьэхэм захуигъэзат хуабжьу елъэӀуу, укӀыгъэхэм я лъымкӀэ Тхьэм и Унэр сывмыгъэуцӀэпӀ жиӀэу. ФыкъыдэкӀи нэгъуэщӀ щӀыпӀэ дыщызэвгъэзауэ, зы рим цӀыхуи фи Тхьэм и Унэр игъэпудынкъым жиӀэу къигъэгугъэу. Я гъащӀэри, я къалэри, Тхьэм и Унэри къригъэлын папщӀэ, зыдвгъэт жиӀэу Иосиф Флавии абыхэм икъукӀэ псалъэ дахэхэмкӀэ гущӀыхьэу икӀи тхьэджэу закъыхуигъэзат. Ауэ абы и лъэӀум и жэуапу игъуэтыжар губжьауэ къызэребга псалъэхэрщ. Шабзэшэхэр уэм хуэдэу тещэщащ иужь дыдэ абыхэм къащхьэщыжам. Тхьэм и Къуэр дапхуэдэу къемылъэӀуами, иудейхэм яхэзэгъатэкъым, иджы сыт хуэдэ лъэӀу кърахьэлӀэжми, хьэтыр къыпахыну, дапхуэдэу яужь къимыхьэжми, ахэр ерыщу нэхъри тригъэгушхуэ къудейт икӀэм нэс бийм пэщӀэтынхэу. Тхьэм и Унэр къригъэлыну Тит дапхуэдизу пымылъами къикӀа щыӀэкъым. Рим дзэ пашэм нэхърэ нэхъ Иным жиӀат абдежым мывитӀ зэтелъу къыщымынэжыну. GCKar 27.3
КъатӀысыхьа къалэм дэс иудей Ӏэтащхьэхэм я ерыщагъэмрэ, къалэм щекӀуэкӀ гущыкӀыгъуэ щӀэпхъаджагъэхэмрэ римлянхэм яфӀэигъуэджэу яхуэшэчыжыртэкъым, арати, икӀэм-икӀэжым, Тит мурад ищӀащ ебгъэрыкӀуэу Тхьэм и Унэр къищтэну, икӀи, дауи, хузэфӀэкӀ къимыгъэнэну, ар зэтракъутэным къригъэлын папщӀэ. Ауэ абы и унафэхэр зыми къафӀэӀуэхужыртэкъым. Жэщу ар и шэтырым щӀыхьэжауэ, иудейхэр Тхьэм и Унэр къэзыухъуреихь блыным къыщхьэпрыпщри рим зауэлӀхэм къатеуащ. ЗэрыхьзэрылӀым зы зауэлӀ пхъэ дакъэ лыпщӀыр пщӀантӀэ лъапӀэм дэт унэхэм я зы щхьэгъубжэм дидзащ, арыххэу зы дакъикъэм шыкӀуртӀымей пхъэхэмкӀэ къищӀыкӀа пэшхэр, псэупӀэ лъапӀэм ихъуреягъкӀэ дэтхэр, мафӀэм зэщӀищтащ. Тит дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ щӀыгъуу а щӀыпӀэм пӀащӀэу нэсри, зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ мафӀэсыр ягъэункӀыфӀыну. Ауэ абы и псалъэхэм зыми гулъытэ хуищӀыртэкъым. ЗауэлӀхэм губжьауэ мафӀэм пхъэдзакӀэ къыпрахыурэ Тхьэм и Унэм екӀуалӀэ пэшхэм щӀадзэрт, итӀанэ яукӀырт абы зыщызыгъэпщкӀуахэр. Унэм и дэкӀуеипӀэм лъыр псым хуэдэу къежэхырт. Иудей мин бжыгъэхэр хэкӀуэдащ мафӀэсым. Зауэ-банэм гъуэг макърэ кӀий макъхэмрэ къахэӀукӀырт: «Ихавод”, — жаӀэу, «щӀыхьыр къыдбгъэдэкӀащ» къызэрыкӀыр. GCKar 28.1
«Тит хузэфӀэкӀынутэкъым зауэлӀхэм я губжьыр зэтриӀыгъэн. И дзэ пашэхэр щӀыгъуу ар Тхьэм и Унэр зэпиплъыхьыну щыщӀыхьам, хуабжьу игъэщӀэгъуат гъуэзэджэу абы и дахагъэр, мафӀэр иджыри а щӀыпӀэм нэсатэкъыми ар псынщӀэу къыщӀэжри, и зауэлӀхэм мафӀэсыр ягъэункӀыфӀыну къытригъэхьэну егугъуащ. Дзэ пашэ Либералий зауэлӀхэр зригъэдаӀуэну пылъащ и пщӀэр къигъэсэбэпурэ, токъмакъ башыр императорым къыӀэщӀилъхьауэ унафэщӀу здэщытым, ауэ уеблэмэ императорым пщӀэ хуащӀыпхъэр абыхэм ящигъэгъупщэжат, иудейхэм хуэгубжьурэ хьэщхьэрыӀуэ здэхъуахэм, здэзауэм нэхъри нэхъ ябгэжу къызыздэщӀэплъэхэм, къулей защӀыну захуэмыубыдыжу зэрыщӀэхъуэпсхэм. ЗауэлӀхэм ялъагъурт ихъуреягъкӀэ псори дыщэу зэрызэщӀэлыдэр, мафӀэ бзий гуащӀэхэм нэхъри узэримыгъэплъу пэлыдхэм. ПсэупӀэ лъапӀэм хъугъуэфӀыгъуэ куэдыкӀей щӀэлъу ягугъэт абыхэм. Зыми гу лъамытэу зы зауэлӀым бжэ зэӀухам пхъэдзакӀэ щӀидзэри, асыхьэтым зэрыунэу мафӀэм зэщӀищтащ. Ӏугъуэ гуащӀэмрэ мафӀэмрэ дзэпашэхэр иригъэкӀуэтри, ухуэныгъэ гъуэзэджэр фӀэкӀыпӀэншэу кӀуэдыжын хуей хъуащ. GCKar 28.2
А телъыджэлажьэ къэхъуам рим цӀыхухэр игъэшынамэ, иудейхэм дауэ къащыхъуа фи гугъэ? Къалэм дэт Ӏуащхьэм и щыгум вулканым хуэдэу мафӀэр къыщхьэщихырт. Макъышхуэхэр щӀэту къачэурэ зэгуэхуурэ ухуэныгъэхэр мафӀэ лыгъейм хисхьэрт. ШыкӀуртӀымей пхъэм къыхэщӀыкӀа унащхьэхэр мафӀэм иуфэбгъуат; дыщэ зытебза унащхьэ сыдж папцӀэхэр дэп жьэражьэм хуэдэу лыдырт; куэбжэхэм къабгъэдэт чэщанэхэм мафӀэ пкъорэ Ӏугъуэшхуэрэ къащхьэщихыу уафэм дэлыпщӀейт. МафӀэсым къигъэнэхуа гъунэгъу Ӏуащхьэхэм цӀыху сэфэтхэр щыплъагъурт, гужьеярэ гузасэу ухуэныгъэхэр мафӀэм зэрипхъуатэм кӀэлъыплъхэу; ипщэ лъэныкъуэкӀэ къалэ блынхэми чэщанэхэми цӀыхухэр щыкуэдт — языныкъуэхэм хьэзабыр ятелъу я фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, гугъэ зэрамыӀэжым къыхэкӀкӀэ, адрейхэр губжьауэ, ауэ щыхъукӀи ялъэмыкӀынӀауэ къэхъукъащӀэм кӀэлъыплъхэрт. ДэнэкӀи щызежэ рим зауэлӀхэм я кӀий макъхэмрэ лыгъэм хэкӀуадэ иудейхэм я зэщӀэгъуагэ макъхэмрэ дунейкъутэж мафӀэсым и хъущӀэ макъыр яхэӀуэрт, унащхьэр тричу бгыкъу къауэхэм я хъурхъурхъу макъхэри хыхьэжауэ. ЦӀыхухэм я гуӀэ кӀий макъхэм я джэрпэджэжыр бгыхэм къытеӀукӀыжырт. Къалэ блыным и кӀыхьагъкӀэ зэщӀэпыхьэрэ зэщӀэгызэрэ фӀэкӀ нэгъуэщӀ макъ щызэхэпхыртэкъым; гъаблэм зэхиукӀа цӀыхухэр щылӀэкӀэ, къарууэ къахуэнэжа тӀэкӀур зэщӀакъуэжырти, я псэр хэкӀын ипэ я гугъапӀэншагъэмрэ я гуӀэгъуэмрэ я гъуэг макъымкӀэ къагъэлъагъуэрт. GCKar 29.1
Къалэ кӀуэцӀым щекӀуэкӀа лъыгъажэр нэхъ лъыпсыежт, къалэ блыным ищӀыбкӀэ щыӀам нэхърэ. ЦӀыхухъухэри цӀыхубзхэри, лӀыжьхэри щӀалэхэри, зыкъэзыӀэтахэри дин-лэжьакӀуэхэри, зэуахэри гущӀэгъу щӀэлъэӀуахэри хэкӀуэдащ зэрыхьзэрылӀэ лъы гъажэм. ЯукӀахэр нэхъыбэт зыукӀхэм нэхърэ. ЗауэлӀхэр хьэдэ самэхэм дэкӀуейт я лъыгъажэ Ӏуэхум къыпащэн папщӀэ”. GCKar 29.2
Тхьэм и Унэр зэрызэтракъутэу щӀэх дыдэ зэрыкъалэу римлянхэм яӀэщӀыхьащ. Иудейхэм я нэхъыщхьэхэм пхуэмыкъутэн я быдапӀэхэр ябгынэри, Тит ахэр нэщӀу ирихьэлӀащ. ИгъэщӀагъуэу ахэр щизэпиплъыхьым, абы жиӀащ, ар Тхьэм къыӀэщӀимыгъэхьатэмэ игъащӀэкӀи къызэрыхуэмыубыдынутэр, а мывэ блын лъэщхэр зыкъутэфын Ӏэмэпсымэ щыӀэтэкъыми. Къалэри Тхьэм и Унэри и лъабжьэм нэс зэтекъутат, иудейхэр Тхьэ щелъэӀуу щыта щӀыпӀэ лъапӀэр «губгъуэм хуэдэу явэжащ» (еплъ Иер. 26:18). Къалэр къатӀысыхьауэ щаӀыгъа зэманымрэ итӀанэ абы къыкӀэлъыкӀуа лъыпсыемрэ цӀыху мелуаным щӀигъу хэкӀуэдащ; псэууэ къэнахэр гъэру дашащ, щхьэхуимыт хъуахэу ящахэщ; Рим яшэри къатекӀуахэм я зэш тегъэупӀэу хьэзаб ирагъэшэчыурэ яукӀащ; амфитеатрхэм ирадзэри хьэкӀэкхъуэкӀэхэм зэпкърагъэтхъащ, нэгъуэщӀхэр щхьэегъэзыпӀэншэу щӀыналъэ псом щызэбгырыкӀащ. GCKar 30.1
Иудейхэм езыхэм лъэхъу зралъхьэжащ, губжьым и фалъэм езыхэм изыбзэ ящӀащ. А лъэпкъыр щӀэунэхъуар, щӀыналъэм дэнэкӀи хэпхъауэ насыпыншагъэ куэд щӀашэчар псори езыхэм я лажьэжщ. Бегъымбарым жеӀэ: «Зыбгъэунэхъужащ уэ езым Израил!”, «УщӀэджэлар къызыхэкӀар уи нэмысыншагъэрщ» (Ос.13:9; 14:2). Абыхэм яшэча гузэвэгъуэхэр Тхьэм къатрилъхьауэ куэдрэ жаӀэр. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ гъэпцӀакӀуэ иным езым и лэжьыгъэхэр щӀиуфэну яужь итщ. Тхьэм и фӀылъагъуныгъэмрэ и гущӀэгъумрэ ерыщу пэщӀэувэурэ иудейхэр езыхэр Тхьэм и жьауэм къыщӀэкӀат, арыххэу шейтӀаным Ӏэмал игъуэтат ахэр и ӀэмыщӀэм иригъэлъыну, зэрыхуейуэ. Ерусалим щызэтракъутэм гущӀэгъуншагъэ дыдэу ябгагъэ зэрахьам къегъэлъагъуэр шейтӀаныр, и ӀэмыщӀэ илъхэм леймыгъэгъуу зэрахущытыр. GCKar 30.2
Дэ къыдгурыӀуэфкъым, бэӀутӀэӀуншагъэрэ мамырыгъэу диӀэм щхьэкӀэ Мэсихь и хьэкъыу ттелъыр зыхуэдизыр. Тхьэм и къарурщ шейтӀаныр зэтезыӀыгъэр, абы и тепщэм цӀыхухэр щызыхъумэр. МыдаӀуэ фӀыщӀэмыщӀ цӀыхухэм щхьэусыгъуэ куэд яӀэт Тхьэм и гущӀэгъумрэ и тамакъкӀыхьагъэмрэ щхьэкӀэ упсэу жраӀэну, шейтӀаным и къару шынагъуэмрэ и губжь Ӏэлымрэ Тхьэм апхуэдизу къыщыжьэдикъуэкӀэ. Ауэ цӀыхухэм Тхьэм и тэмакъкӀыхьагъэм и гъунэм щхьэпрыкӀыу щрагъэлейм деж, Тхьэм ахэр къихъумэжкъым. Тхьэр цӀыхуукӀым, гуэныхьыщӀэм тращӀа хьэкумыр игъэзащӀэу. Тхьэм и гущӀэгъур Ӏумпэм зыщӀахэр хуит ещӀ зэрыхуейуэ псэуну, я Ӏуэху зэримыхуэжу, аращи, цӀыхухэм езыхэм ялэжьар я щхьэм ирокӀуэж. Тхьэм и нэхум и бзийуэ ямыдэ дэтхэнэри, Тхьэм и псалъэ къэзыхъумэну зелъэпауэхэри, Тхьэм и Унафэр дапщэрэ якъутэми, яфӀэфӀыпсу ящӀэ гуэныхь дэтхэнэри — ахэр псори Ӏеягъэм и жылэ хасэхэрщ цӀыхухэм, Ӏэмал имыӀэу багъуэу, фӀы къахуэзымыхьыжынхэу. GCKar 30.3
Ерыщу къамыдэ Тхьэм и Духым, икӀэм-икӀэжым, гуэныхьыщӀэр ебгынэри, итӀанэ цӀыхур гуэныхьым щызыхъумэн къару имыӀэжу къонэ, аращи, шейтӀаным и губжьымрэ и бзаджагъэмрэ щызыхъумэн цӀыхум иӀэжкъым. Ерусалим зэрызэтракъутар — дерс къызыхахыпхъэ Ӏуэхугъуэ шынагъуэщ, Тхьэм и гущӀэгъум елъэпауэхэм, и нэфӀщыхуэныгъэхэр зымыдэхэм я дежкӀэ. Тхьэм гуэныхьыр и гум зэрытемыхуэм, лажьэ зиӀэр тезырыншэу къызэрымынэфынум и щыхьэт лъэщхэм ящыщ зыщ ар. GCKar 31.1
Ерусалим ихьа тезырым теухуауэ бегъымбарӀуатэу КъегъэлакӀуэм жиӀа псалъэхэр иджыри зэ зэщӀэн хуейщ. Иудейхэм я къалащхьэм шынагъуэ Ӏейуэ лъапсэрыхыр къызэрыхуагъэкӀуар иджыри къэхъун хуейм елъытауэ зырикӀкъым. Адрейхэм хагъэфӀыкӀа къалэм къыщыщӀам хэтлъагъуэфынущ Тхьэм и Унафэр хиутэурэ Тхьэм и гущӀэгъур Ӏумпэм зыщӀ дунейм къыхуэкӀуэнур. АтӀэ лӀэщӀыгъуэ куэдым я кӀыхьагъкӀэ щӀэпхъаджагъэхэр ялэжьыр, пхуэмыбжын гузэвэгъуэу цӀыхухэм ягъэвам и щыхьэтщ щӀылъэр. А насыпыншагъэ къомым ущегупсыскӀэ гум зехузыр, акъылыр пэмылъэщу мэутхъуэр! ЦӀыхухэм Тхьэм и тепщэныгъэр ямыдэу я щӀыб зэрыхуагъэзам кърикӀуар сыту шынагъуэ Ӏей! Ауэ къэкӀуэнум теухуауэ къытхузэӀуахахэм хэтлъагъуэр нэхъ шынагъуэжщ. БлэкӀам къэхъуахэр — ар щӀэмычэу цӀыхухэр Тхьэм зэрыпэщӀэуварщ, бэнэныгъэрэ хьэлэбэлыкъ защӀэщ, «зауэ-банэхэм я зэману щыгъыныр лъыкӀэ щраӀэрт” (Ис. 9:5); ауэ а псори зырикӀщ, Тхьэм и Духым нэмысыншэхэр щызэтримыӀыгъэжыну махуэм и шынагъуэнур зыхуэдэм елъытауэ, цӀыхухэм я икӀагъэхэмрэ шейтӀаным и губжьымрэ афӀэкӀа къыщыжьэдамыкъуэжыну махуэм! Зэи хуэмыдэу мис абы щыгъуэрщ къыщалъэгъунур псоми, шейтӀаным и тепщэныгъэм кърикӀуахэр зыхуэдэр. GCKar 31.2
Ауэ а махуэм, Ерусалим щызэтракъутам щыгъуэ къызэрыхъуам хуэдэу, къелынущ «ГъащӀэм и Тхылъым итхауэ щытыну дэтхэнэри». Мэсихь етӀуанэу къэкӀуэну дыкъигъэгугъащ, къыхуэпэжхэр Езым и деж ихьын папщӀэ. «ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехам и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ абы щыгъуэм. Дунейм лъэпкъыу тетыр къызэщӀэгъуэгэнущ мис итӀанэ. ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар, икъукӀэ лъэщрэ щӀыхьышхуэ иӀэу, пшэхэм хэту къакӀуэу цӀыхухэм къалъэгъунущ. Абы и мелыӀычхэр, бжьамийм и макъышхуэр ягъэӀуу, дунейм и лъэныкъуиплӀкӀи хиутӀыпщхьэнурэ, къыхуэпэжхэр зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху къыщыхухашурэ, къыхузэхуашэсынущ” (Мф. 24:30, 31). Инджылым емыдаӀуэхэр абы щыгъуэм, ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар етӀуанэу къакӀуэу къыщылъагъуэкӀэ иӀэну щӀыхьым игъэкӀуэдыжынущ, Хьиса и жьэм къыжьэдэкӀыну гупсэм иукӀынущ (еплъ 2 Фес. 2:8). Пасэрей Израилым хуэдэу, нэмысыншэхэм езыхэм загъэкӀуэдыжынущ: езыхэм я щӀэпхъаджагъэхэрщ ахэр зытекӀуэдэжынур. ГуэныхьыщӀэ гъащӀэм ахэр апхуэдизу Тхьэм пэӀэщӀэ хуищӀащи, апхуэдизу гуэныхьым зэригъэкӀуэкӀащи, Тхьэм и щӀыхьыр къыщылъагъуэкӀэ абыхэм я дежкӀэ мафӀэ лыгъейуэ щытынущ. GCKar 31.3
Аращи, цӀыхухэм хуабжьу гулъытэшхуэ хуащӀыпхъэщ Мэсихь и псалъэхэм хэлъ гъэсэныгъэхэм. Ерусалим щызэтракъутэкӀэ захъумэжыфын папщӀэ, кӀуэдыжыгъуэр къызэрыхуэкӀуэм нэщэнэ хуэхъунухэр къажриӀэу, Хьиса и гъэсэнхэр зэриущияуэ щытам хуэдэ къабзэу, псоми къащыщӀым зыкърагъэлыфын папщӀэ — Абы дунейми хъыбар къыдигъэщӀащ, щыкӀуэдыжыпэну махуэм теухуауэ, аращи, Абы цӀыхухэм къыдитащ и къэкӀуэжыгъуэм и нэщэнэхэр, хуей дэтхэнэми зыщихъумэфын хуэдэу къэкӀуэну губжьым. Хьиса жеӀэр: «Нэщэнэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ, щӀылъэми лъэпкъхэр гузавэу, ящӀэнур ямыщӀэжу щытынущ” (Лк. 21:25; апхуэдэуи еплъ Мф. 24:29;Мк. 13:24-26; Откр. 6:12-17). Мис а нэщэнэхэм гу лъызытэ дэтхэнэми ищӀэн хуейщ «бжэщхьэӀум тету зэрыгъунэгъур” (Мф. 24:33). «Аращи, фысакъ» (еплъ Мк. 13:35) — деущий Абы. А псалъэхэм гулъытэ хуэзыщӀхэр кӀыфӀыгъэм хэту къагъэнэнукъым, а махуэм ахэр хуэмыхьэзыру къэсынукъым. Ауэ мысакъынухэм я дежкӀэ «Тхьэм и махуэр жэщым дыгъур къызэрыкӀуэм хуэдэу къахуэкӀуэнущ...» (1 Фес. 5:2-5). GCKar 32.1
Иудейхэм Ерусалим ехьэлӀауэ КъегъэлакӀуэм къаригъэщӀа хъыбарыр я фӀэщ зэрымыхъуам хуэдэу, нобэрей цӀыхухэми я фӀэщ хъуркъым къэзыхъумэну, иужь хъыбару къаригъащӀэр. Аращи, Зиусхьэным и махуэр къыщыскӀэ нэмысыншэхэр а Ӏуэхугъуэшхуэм хуэхьэзырынукъым. ГъащӀэр зэрекӀуэкӀ хабзэу екӀуэкӀынущ, цӀыхухэр я Ӏуэхухэм итхьэкъуауэ щытынущ, щэн-къэщэхуным, мылъку зралъэфалӀэным, тхъэжыгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зэрыхэтыным, зэӀузэпэщщ псори, икъукӀэ дофӀакӀуэ жаӀэурэ, динпашэхэр псоми щытхъунухэщ, цӀыхухэр къагъапцӀэу, я къэкӀуэнур бэӀутӀэӀуншэ дыдэу къыщагъэхъуу — мис абы щыгъуэм-тӀэ, тэмэму ямыхъумэ унэм жэщ ныкъуэм дыгъур зэрытеуэм хуэдэу, зэшэзэпӀэу кӀуэдыжыгъуэр къахуэкӀуэнущ зыри къызыфӀэмыӀуэхуа псоми, нэмысыншэ псоми, икӀи абы ахэр «фӀэкӀыфынукъым” (еплъ 1 Фес. 5:2-5). GCKar 32.2