Бэнэныгъэ ин
42 ӀЫХЬЭ—БЭНЭНЫГЪЭМ И КӀЭУХЫР
Илъэс миныр иуха нэужь, Мэсихь аргуэру щӀылъэм къэкӀуэнущ, къищэхужа къомыр и гъусэу, мелыӀычхэри щӀыгъуу. Телъыджэу Ар уафэм къыщехкӀэ, бзаджащӀэу лӀахэм къэхъужыну унафэ яхуищӀынущ, я Ӏыхьэр ягъуэтыжын щхьэкӀэ. Ахэр тенджызым хэлъ пшахъуэм хуэдэу пхуэмыбжыну, куэд Ӏей хъууэ кхъэхэм къыщӀэкӀыжынущ. Сыту хуабжьу къащхьэщыкӀрэ ахэр япэу къагъэхъужахэм! Тхьэм хуэпэжа цӀыхухэр мылӀэжыныгъэ яӀэрэ, я щӀалэгъуэ дахэу къагъэтэджыжащ! БзаджащӀэхэм узхэмрэ лӀэныгъэмрэ я дыркъуэ ятелъу къэхъужащ. GCKar 621.1
А цӀыху куэдыкӀейм псоми я нэхэр Тхьэм и Къуэм и щӀыхьым хуэгъэзащ. БзаджащӀэ къомым зыжьэу ягъэӀу: «Зиусхьэным и цӀэкӀэ КъакӀуэм Тхьэм и нэфӀ щыхуащ!” — жаӀэу. Хьиса фӀыуэ ялъагъуу аракъым абыхэм а псалъэхэр жаӀэн хуей щӀэхъуар. АтӀэ ахэр хуэмейуэрэ пэжыгъэм и къарум а псалъэхэр абыхэм къажьэдишащ. БзаджащӀэхэр Мэсихь ялъагъу мыхъуу, зэгуэудрэ бампӀэхэу, Тхьэм и деж ягъэзэжыну хуэмейуэ я мащэхэм зэрыщӀалъхьам хуэдэу къикӀыжынущ. Абыхэм афӀэкӀа нэфӀщыхуэныгъэ зэман яӀэжынукъым, блэкӀа гъащӀэм гуэныхьу щащӀар ягъэзэкӀуэжын щхьэкӀэ. А гъэунэхуныгъэ пӀалъэм зыри ихъуэжынутэкъым. Хабзэншагъэу ягъэкӀуа гъащӀэм абыхэм я гур игъэӀэсакъым. Аргуэрым абыхэм нэфӀщыхуэныгъэ зэман ирататэми, япэми хуэдэут ар зэрагъэкӀуэнур, Тхьэм къигъэувхэр ямыгъэзащӀэрэ Тхьэм пэщӀэувэу. GCKar 621.2
Къэхъужа нэужь, уафэм щыдэкӀуеижауэ щыта щӀыпӀэм, Елеон Ӏуащхьэм Мэсихь дэкӀуеинущ. Абы къызэригъэзэжыну щӀыкӀэр мелыӀычхэм щыжаӀауэ щытар а Ӏуащхьэм дежт. Бегъымбарым жеӀэр: «КъэкӀуэнущ Зиусхьэну си Тхьэр, лъапӀэ псори щӀыгъуу». «А махуэм Ар Елеон Ӏуащхьэм, Ерусалим и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзам теувэнурэ, Елеон Ӏуащхьэр ауз иныщэу тӀууэ зэгуэкӀынущ”. «Зиусхьэныр щӀылъэ псом и Пащтыхьу щытынущ. А махуэм Зиусхьэныр зэрызыр нахуэ хъунущ, Абы и цӀэри зыщ” (Зах. 14:5, 4, 9). ИужькӀэ узримыгъэплъу зэщӀэпщӀыпщӀэу, дахащэу Ерусалим къалэщӀэр уафэм къыщехкӀэ, абы хуагъэкъабзэу хуагъэхьэзыра щӀыпӀэм теувэнущ. ИтӀанэ, Мэсихь Езым и лъэпкъри мелыӀычхэри и гъусэу а къалэ лъапӀэм дыхьэнущ. GCKar 621.3
Иджы шейтӀаным иужь дыдэ Дунеибэм и тепщэ хэт хъунуми зэхэзыгъэкӀыну зауэшхуэм зыхуегъэхьэзыр. ЦӀыхухэр игъэӀулэну къаруи Ӏэмали имыӀэжу, бзаджагъэм и пщым и дамэр дэшеярэ и щхьэр къыфӀэхуауэ щытат, ауэ иджы, бзаджащӀэхэр къэхъужа нэужь, цӀыху куэдыкӀей абы и лъэныкъуэгъу зэрыхъуар къелъагъу. Абы и гур къызэрогъуэтыжри, бэнэныгъэ иным къимыкӀуэтыну тогушхуэр. Абы кӀуэдыжауэ щыта дзэшхуэхэр езым и ныпым щӀигъэувэнурэ иришэжьэнущ, икӀи ахэр къигъэсэбэпурэ и хъуэпсапӀэр зыӀэригъэхьэну иужь ихьэнущ. БзаджащӀэхэр абы и гъэрщ. Мэсихь щамыдам, абыхэм убатакӀуэм и Ӏэтащхьэм къахуищӀыр я унафэу абы и тепщэм щӀыхьащ. АрщхьэкӀэ, мо бзаджейм, езыр хэтми абыхэм закъригъащӀэрэ. Абы ахэр дэкум хуэдэу къигъапцӀэу, дунейм и тепщэ бэлыхьу закъырегъэлъагъу, хабзэншагъэкӀэ и тепщэныгъэр къызытрахам хуэдэу. Абы къигъэпцӀахэу и тепщэм щӀэтхэм я щхьэхуитщӀыжакӀуэу закъыщигъэхъуурэ, ахэр езым и къарукӀэ къигъэхъужауэ я фӀэщ ищӀурэ, иджы абы и мурад хуэдэр яжреӀэр, залымыгъэ нэхъ Ӏей дыдэр абыхэм кърамыхын щхьэкӀэ къащхьэщыжыну. Мэсихь щымыӀэхукӀэ шейтӀаным телъыджэлажьэхэр къегъэхъу, жиӀэхэр зэрыпэжым ар и щыхьэт хуищӀу я фӀэщ ищӀын щхьэкӀэ. Къарууншэхэм абы къару яхелъхьэр езым и гушхуэныгъэмкӀэ, и лъэщагъымкӀэ къызэщӀигъанэурэ. Абы ахэр трегъэгушхуэр Тхьэм хуэпэж цӀыхухэм ебгъэрыкӀуэу, зэ теуэгъуэкӀэ Тхьэм и къалэр къащтэну. И гур тезагъэу абы егъэлъагъуэр мелуан Ӏэджэ хъууэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа къомыр, абыхэм я пашэу здэщытым, къалэр зэтрикъутэу и тахътэри и пащтыхьыгъуэри зыӀэригъэхьэжыну абы хузэфӀэкӀыну жеӀэр. GCKar 622.1
А пхуэмыбжыну гупышхуэм яхэтщ дунейр псыкӀэ къутэжын ипэ псэуа цӀыху пелуанхэр, гъащӀэ кӀыхь зиӀахэр, зи акъылыр жану щытахэр, мелыӀыч дэхуэхахэм я тепщэм щӀэхуа нэужь, зи щӀэныгъэмрэ зи зэфӀэкӀымрэ езыхэм зэрызагъэлъэпӀэным хуэзыгъэпсауэ щытахэр. А цӀыхухэм гъуазджэм и щапхъэфӀхэр я Ӏэдакъэ къыщӀэкӀащ, абыхэм я зэчийм дуней псом щхьэщэ хуащӀу щытыгъащ, арщхьэкӀэ, я инатагъымкӀэ, къагупсыса телъыджэлажьэхэмкӀэ абыхэм щӀылъэр яуцӀэпӀащ, Тхьэм и хьэлыр хаутащ, абы къыхэкӀкӀэ Зиусхьэныр ирахулӀащ ахэр щӀылъэм тригъэкӀуэдыкӀыжыну. Мыбдежым щытщ лъэпкъышхуэхэм ятекӀуэу щыта пщыхэри дзэ пашэхэри, зэи зыми химыгъэщӀа лӀы хъыжьэхэри; загъэпагэу зи щхьэр дэзыкъей зауэлӀхэри, ахэр гъунэгъу къызэрыхъу къудейм пащтыхьыгъуэхэм я гур къизыгъэкӀэзызыкӀыу щытахэр. ЛӀэныгъэм ахэр ихъуэжакъым. Кхъэ мащэм къикӀыжауэ ахэм лӀэн ипэ зыгъэпӀейтейуэ щыта гупсысэ дыдэхэм къыпащэр. Япэм абыхэм яӀа гукъыдэж дыдэрщ иджыри яӀэр, зауэнрэ фыщӀэнрэ фӀэкӀа хуэмейуэ. GCKar 622.2
ШейтӀаныр и жинхэм йочэнджэщыр, апхуэдэуи пщыхэми, зэрыпхъуакӀуэ къэзэуакӀуэхэми, лъэщагъ зиӀэу дунейм тетахэми упщӀэж ярехьэлӀэр. Я бланагъэр ящӀэжу, бжыгъэкӀэ зэрынэхъыбэри здалъагъум, абыхэм жаӀэр, къалэм дэтхэр езыхэм нэхърэ зэрынэхъмащӀэр, езыхэм я къарум еплъытмэ, ахэр текӀуэгъуафӀэ хъуну ялъытэ. Абыхэм мурадхэр яубзыху Ерусалим къалэщӀэм и лъапӀагъэмрэ и къулеягъэмрэ зэраубыда хъуну щӀыкӀэм ехьэлӀауэ. Асыхьэтым псоми зауэ-банэм зыхуагъэхьэзырын щӀадзэр. Ӏэщэр хуэӀэзэу зыгъэӀурыщӀэхэм я Ӏэщэхэр яузэд. ТекӀуэныгъэр зи щӀасэ дзэпщхэми я зауэлӀхэр зэхашэр. GCKar 623.1
ИкӀэм-икӀэжым, ахэр къалэм ебгъэрыкӀуэну унафэр къоӀури, егъэлеяуэ дзэшхуэ иныщэр йожьэр. ЩӀылъэм зауэхэр къызэрежьэ лъандэрэ, зэрыпхъуакӀуэхэм апхуэдэ дзэшхуэ зэи яӀакъым, лӀэщӀыгъуэ псоми щыӀа къарухэр зэхыхьэжауэ хуабжьу дзэшхуэт ар. Дзэпщ нэхъ лъэщ дыдэр — шейтӀаныр, япэ иту макӀуэ, абы и жинхэм адрей къарухэр зэкъуэт ящӀауэ, псори иужь дыдэ зэуэну ежьащ. Абы и дзэм хэтхэщ — пщыхэри зауэлӀхэри, ахэр псори дзэ щхьэхуэ щхьэхуэу зэпыхулыкӀащ, дэтхэнэми я дзэ пашэ яӀэжу. Зэуэну хьэзырыпсу ахэр зэгъусэу Тхьэм и къалэм йобгъэрыкӀуэхэр, нэджэӀуджэ хъуа, къуабэбжьабэ хъуа щӀыгум ирикӀуэурэ. Хьиса и унафэкӀэ Ерусалим къалэщӀэм и куэбжэхэр зэхуащӀ, шейтӀаным и дзэ фӀыцӀэм къалэр къаухъуреихь, зэрытеуэным зыхуагъэхьэзыру. GCKar 623.2
Иджы Мэсихь и бийхэм Ар аргуэру ялъагъу. Къалэм и щхьэщыгум лъагэ Ӏейрэ узримыгъэплъу, дыщэ лыдым къыхэщӀыкӀауэ, лъагэ дыдэу дэӀэтеяуэ, тахътэ ин щытщ. Абы Тхьэм и Къуэр тесщ, Ар къаухъуреихь Абы и Пащтыхьыгъуэм щӀэтхэм. Зы къалэмыпэкӀи пхуэтхынукъым, къызэрыпхуэӀуэтэн бзэи щыӀэкъым Мэсихь и лъапӀагъэмрэ и лъэщагъымрэ. Уахътыншэ Адэм и щӀыхьым Къуэр къеухъуреихь. Абы и нэхур Тхьэм и къалэм щызщ, къалэ куэбжэхэмкӀи а нэхур къыдедзри, а лыдыныгъэм щӀылъэр зэрыщыту къегъэнэху. GCKar 623.3
Тахътэм къыбгъэдэтхэщ зэгуэрым шейтӀаным езыфыгъулӀэу хуэлажьэу щытауэ, арщхьэкӀэ, ныкъуэсу мафӀэм къыхапхъуэтыкӀыжам хуэдэу, хуабжьу егугъуу гурэ псэкӀэ я КъегъэлакӀуэм и гъуэгу ирикӀуахэр. Абыхэм къакӀэлъокӀуэр, гъэпцӀагъэмрэ фӀэщмыхъуныгъэмрэ зытезымыгъакӀуэу чристэн нэс хъуахэр, чристэн жылагъуэ псоми ӀэщӀыб ящӀа Тхьэм и Унафэр зылъытахэр; адэкӀэ — лъэпкъ псоми, лӀэщӀыгъуэ псоми къахэкӀа цӀыхухэу, Мэсихь хуаӀэ фӀэщхъуныгъэм папщӀэ хьэзабыр зрагъэшэчахэр. И лъабжьэм «зыми хуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей щытхэщ, сыт хуэдэ лъэпкъми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, сыт хуэдэ къэралми, сыт хуэдэ цӀыхухэми къахэкӀахэу... тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэ къитхэу, щыгъын хужьхэр ящыгърэ хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу” (Откр. 7:9). Абыхэм я бэнэныгъэр яухащ, текӀуэныгъэр къахьащ. Я гъащӀэ гъуэгуанэр абыхэм якӀуащ, мыкӀуэдыжын фӀыгъуэ къыпэкӀуэн хуэдэу. Хъурмэ жыгым и къудамэ яӀэщӀэлъхэм къарыкӀыр — ар я текӀуэныгъэм и дамыгъэу арщ, я щыгъын хужьхэм къагъэлъагъуэр Мэсихь и щыпкъагъэ бжьыгъэ зытемылъыр, иджы абы езыхэм я щыпкъагъэ зэрыхъуарщ. GCKar 624.1
Къащэхужахэм уафэгум иӀуэу щытхъум и уэрэдыр ягъэӀур: «Дыкъезыгъэлар тахътэм тес ди Тхьэмрэ Щынэмрэщ!” — жаӀэу (Откр. 7:10). Къела цӀыхухэм я уэрэд лъапӀэм мелыӀычхэмрэ серафимхэмрэ я макъхэри яхоӀуэр. ШейтӀаным и къарумрэ и губжьымрэ къалъэгъуа нэужь, Тхьэм къищэхужахэм, зэи хуэмыдэу къагурыӀуэнущ Мэсихь и къарум фӀэкӀа нэгъуэщӀым зыми текӀуэныгъэр абыхэм къызэрамыгъэхьыфынутэр. Нэр зытепщӀыпщӀэ а къела къомым зыри къыхэкӀынукъым, къызэрелар зи фӀыщӀэр езырауэ жызыӀэн, текӀуэныгъэр езым и зэфӀэкӀкӀэ, езым и фӀагъкӀэ зыӀэригъэхьауэ жиӀэу. Зыми зы псалъэ къыжьэдэкӀынукъым, езым илэжьамрэ ишэчамрэ тепсэлъыхьу. Дэтхэнэ зы уэрэд лъапӀэми и купщӀэр мы псалъэхэрщ: «Дыкъезыгъэлар ди Тхьэмрэ Щынэмрэщ». GCKar 624.2
ЩӀымрэ уафэмрэ щыпсэухэу къызэхуэсахэм Тхьэм и Къуэр я Тепщэу зэрыщытым щыхьэт техъуэнущ. Иджы лъапӀагъэ нэхъ ин дыдэрэ къару нэхъ ин дыдэрэ зиӀэ, пащтыхьхэм я Пащ тыхьыжым и Пащтыхьыгъуэм къайгъэ къыщызыӀэтахэм яхуэфащэр ялъигъэсыжынущ, захуагъэкӀэ хьэкум ятрищӀэнущ, Тхьэм и Унафэр зыкъутахэм, Тхьэм и лъэпкъыр гугъу езыгъэхьахэм. Тхьэм и бегъымбарым жеӀэр: «Тахътэ хужь инышхуэрэ Абы тесымрэ къэслъэгъуащ сэ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри ижащ, ауэ абыхэм щӀыпӀэ ягъуэтакъым. ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини тахътэмрэ тхылъ къызэӀухахэмрэ я пащхьэм иту слъэгъуащ. ИтӀанэ, иджыри зы Тхылъ къызэӀуахащ — ГъащӀэм и Тхылъыр, мыкӀуэдыж гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэр зэрытыр. ЦӀыху лӀахэм ялэжьахэу а тхылъхэм ярытым ипкъ иткӀэ хьэкум тращӀащ” (Откр. 20:11,12). GCKar 624.3
Тхылъхэр къызэрызэӀуахыу, Хьиса и нэгур бзаджащӀэхэм дежкӀэ игъэзэнущ, абыхэм зэгуэрым ящӀауэ щыта я гуэныхь псори ягу къэкӀыжынущ. Абыхэм къалъагъужынущ я гъащӀэм сыт хуэдэ дакъикъэм ахэр къабзагъэм, Тхьэм хуэпэжыным и гъуэгу къабзэм щыдачыхауэ щытар, пагагъэмрэ щхьэзыфӀэфӀыныгъэмрэ ахэр Тхьэм и унафэр къутэным зэрыхуишауэ щытари. МафӀэкӀэ ятха тхыгъэм хуэдэу, абыхэм я нэгу къыщӀыхьэжынущ зыгъэӀулауэ щыта гуэныхьхэр, я щхьэр ягъафӀэу зыхудачыхауэ щытахэр; Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэу хаутахэр; Тхьэм хуэлажьэ хъыбарыфӀзехьэхэм нэмыплъ ирахыу зэрыщытари; сакъыныгъэ хъыбару зэдэӀуэну ямыдахэри; Тхьэм и гущӀэгъу толъкъунышхуэхэр езыхэм ягу ерыщхэм, хущӀегъуэжыну хуэмейхэу ягъэлъеижахэр. GCKar 625.1
Тахътэм и щхьэм жорышхуэ къыщхьэщытщ, икӀи, зы къэлъагъуэм нэгъуэщӀ къыкӀэлъыкӀуэурэ, абыхэм ялъагъунущ, Ӏэдэм къапцӀэу гуэныхь зэрищӀыгъари, абы къыкӀэлъыкӀуэу Тхьэм цӀыхур къызэрыригъэлын мураду илэжьахэри. КъегъэлакӀуэр Ӏэдэбу дунейм къызэрытехьа щӀыкӀэри; Абы и щӀалэгъуэ, жыӀэдаӀуэу, къызэрыгуэкӀыу игъэкӀуари; Иордан псым Абы зэрызыщӀригъэгъэуари, нэщӀ зэрисари, губгъуэ нэщӀым щагъэӀулэну зэрыхэтари; Уафэм и нэфӀщыхуэныгъэ нэхъ лъапӀэ дыдэхэр къахузэӀуихыурэ, Ар цӀыхухэм зэрыхуэлэжьари; фӀылъагъуныгъэрэ гущӀэгъукӀэ гъэнщӀауэ щыта махуэхэри; Ӏуащхьэ нэщӀхэм и закъуэу, мыжейуэ Тхьэ елъэӀуу щигъэкӀуа жэщхэри; къыхузэӀуаща щэхухэри, къефыгъуэрэ къеижу, Абы ӀуэхуфӀ илэжьахэм къыпагъэкӀуари; Гефсиманием, дунейм и гуэныхьу хъуар къыщищтам щыгъуэ хуэмышэчу, Абы псэкӀэ игъэва гузэвэгъуэ телъыджэ шынагъуэри; мес Ар къепцӀыжа Иудэ лъыр зыгъэжэну зи нэ къикӀ цӀыху гупышхуэм яӀэщӀигъэхьащ; мес а узижэгъуэн жэщым къэхъуауэ щыта шынагъуэхэр, Ар гъэру, зыми пэщӀэмыувэу, и еджакӀуэ нэхъ гъунэгъу дыдэхэми къагъэнауэ, Ерусалим и уэрамым ирашэр, пхъашэу къыкӀэщӀеӀэурэ; Тхьэм и Къуэр, цӀыху цӀыкӀум я гур трагъэзагъэу Аннэ и деж яшэри, щоджэным и сэрейм хьэкумыр къыщытращӀэр; Пилат и хьэкумщӀапӀэм, Ирод шынэкъэрабгъэм, инатым и деж щагъэпудауэ, щагъэикӀауэ, Абы хьэзабыр ирагъэшэчу укӀ тралъхьэр, — а псори къызэрыхъугъар Тхьэм абыхэм я нэгум къыщӀегъэхьэр. GCKar 625.2
ИтӀанэ, цӀыху Ӏув зэкӀэщӀэзызэм ялъагъур, икӀэм-икӀэжым, къэхъуар: ГугъуехьакӀуэ бэшэчыр Голгофэм зэрыкӀуар; Уафэм и Пащтыхьыр жорым кӀэрылъщ; зыкъызыфӀэщӀыжа щоджэнхэри, къыщӀэнакӀэ цӀыху икӀэхэри къыщодыхьэшхри щытщ, Абы и псэр щыхэкӀ сыхьэтым; телъыджэу дунейр кӀыфӀыпс зэрыхъуари; щӀыр зэрыхъеяри, къырхэр зэрызэгуэчам и макъ шынагъуэри, кхъэ мащэ къызэӀукӀахэри, дунейм и ЩэхужакӀуэр щылӀа дакъикъэм къэхъуа псори я нэгу къыщӀыхьащ. GCKar 626.1
А телъыджэ шынагъуэр къызэрыхъуа дыдэм хуэдэу ялъагъужыр. ШейтӀанымрэ абы и жинхэмрэ я нэр тедияуэ йоплъыж я Ӏэужьым. А Ӏуэхум хэлэжьыхьа дэтхэнэми ищӀа псори игу къокӀыжыр. Вифлъеем щыщ сабийхэр езыгъэукӀа Ироди, Израилым и Пащтыхьыр апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зыгъэкӀуэдыну хуеяр, ПсыщӀэгъауэ Яхья и лъыр зэрагъэжар зи лажьэ Иродиадэ напэншэри, зэманым зыдригъэкӀуу щыта щхьэхуещэ, шынэкъэрабгъэ Пилати; Хьиса щӀэнэкӀалъэ зыщӀауэ щыта зауэлӀхэри, щоджэнхэри, Ӏэтащхьэхэри, «Абы и лъыр дэри ди сабийхэми ттырелъ», жаӀэу кӀийуэ, хъийм икӀауэ щыта цӀыху Ӏуври: — псоми ялъагъуж къуаншагъэ ялэжьар зэрышынагъуэ Ӏейр. Алейуэ ахэр яужь итщ Тхьэм и щӀыхьымрэ и лъапӀагъэмрэ зыщагъэпщкӀуну, Абы и нэкӀум къыщхьэщих нурым, дыгъэм нэхърэ нэхъ ину лыдым; а зэман дыдэм къащэхужахэм я тажхэр КъегъэлакӀуэм и лъапэм деж щрадзыхри, «Ар сэр щхьэкӀэ лӀащ!” — жаӀэу хэӀэтыкӀауэ ягъэӀу. GCKar 626.2
Кърагъэла къомым яхэтщ Мэсихь и лӀыкӀуэхэри. Мыбдежым щытщ лӀыгъэ зезыхьа Павели, хъыжьэу щыта Петри; фӀылъагъуныгъэ зигу илъу икӀи фӀыуэ ялъагъуу щыта Яхьяи, абыхэм къахуэпэжа я къуэшхэри, абыхэм ядэщӀыгъущ хьэзабыр зрагъэшэчу яукӀахэр; къалэ блыным и щӀыбагъкӀэ зэхэтщ ахэр щӀэзыхуахэр, тутнакъэщым щӀэзыдзахэр, зыукӀахэр — гуэныхьрэ цӀапӀагъэрэ зи бэ цӀыхухэр. Яхэтщ абыхэм Нерон — инатрэ цӀапӀэу щыта гущыкӀыгъуэжьыр. Иджы абы елъагъу зэгуэрым лей ярихыу, гузэвэгъуэ Ӏейм хидзауэ хьэзабыр яригъэшэчу иукӀахэм ӀейкӀэ ящыгуфӀыкӀыу зыхущытахэр зэрынасыпыфӀэр, абыхэм яӀэ гуфӀэгъуэр. Нерон и анэри яхэтщ абыхэм — абы елъагъужыр и гъэсэныгъэм кърикӀуар зищӀысыр: и анэм и хьэлыр щӀэин хуэхъуауэ, абы и къуэм и анэм хуэдэу зэкӀуэкӀауэ, абы и щапхъэм тетурэщ дуней псор къигъаскӀэу щӀэпхъаджагъэхэр зэрилэжьар. GCKar 626.3
Мыбдежым щытщ папэм хуэлэжьахэри, абы и щихънагъхэри, Мэсихь и лӀыкӀуэу забжыжурэ зи щхьэр къэзыгъэпцӀэжу щытахэр; цӀыхур зэрызэкӀэщӀатхъ Ӏэмэпсымэу «дыба” жыхуаӀэхэмкӀэ, тутнакъэщхэмкӀэ, мафӀэмкӀэ ялъэкӀ къамыгъанэу Тхьэм и лъэпкъым и напэр зыгъэпщылӀыну пылъахэр. Мыбдежым щытщ зызыгъэпагэу щыта папэхэри, Тхьэм нэхърэ нэхъ ину зызылъытэжахэр, Тхьэм и унафэр яхъуэжыну тегушхуэфахэр. Члисэм и адэжьхэу зэджэу щытахэм иджы Зиусхьэным жэуап иратыжын хуейщ, абыхэм гуфӀэжу ябгынэнти Ар, яхузэфӀэкӀамэ. ИкъукӀэ гувауэщ абыхэм къащыгурыӀуар Псоми щыгъуазэ Тхьэм и Унафэр езыфӀыгъулӀэу зэрихъумэр, икӀи Абы къуаншагъэ зыбгъэдэлъыр зэримыгъэзэхуэнур. Абыхэм ялъагъур иджы, Мэсихь гугъу ехьахэм зэрадэщӀыр, икӀи зэхащӀыкӀыр Абы и псалъэм и къарур: «Си шынэхъыщӀэм ар зэрефщӀам щхьэкӀэ, ар Сэ къызэфщӀауэ аращ» — жыхуиӀар (Мф. 25:40). GCKar 627.1
БзаджащӀэ псори Уафэм щызекӀуэ хабзэм зэрепцӀыжамкӀэ ягъэкъуаншэу, иджы Тхьэм и хьэкумым и пащхьэ итхэщ. Абыхэм къащхьэщыжын яӀэкъым; ахэр зыгъэхеин щыӀэкъым, аращи, абыхэм я хьэкумыр укӀкӀэ ящӀэр. GCKar 627.2
Иджы псоми я дежкӀэ гурыӀуэгъуэ мэхъур, гуэныхьым кърикӀуэр щхьэхуитыныгъэ гъунапкъэншэкъым, мыкӀуэдыж гъащӀэкъым, атӀэ пщылӀыныгъэщ, зэхэкъутэныгъэщ, лӀэныгъэщ. БзаджащӀэхэм ялъагъур, я ерыщагъымрэ я жыӀэмыдэӀуэныгъэмрэ къыхэкӀкӀэ яфӀэкӀуэдар зищӀысыр. Ахэм Ӏумпэм ящӀат къыхрагъэхыну зыхагъэда мыкӀуэдыж щӀыхьымрэ лъапӀагъэмрэ, ауэ иджы сыту хъуэпсэгъуэу къащыхъурэ ар абыхэм! «Мы псори сэ сиӀэфынут, — жеӀэр кӀуэдыж гуэныхьыщӀэм, — ауэ сэ а псори Ӏумпэм сщӀыныр нэхъ къэсщтат”. «Уо, сыту сынэфт! Сэ мамырыгъэмкӀэ, насыпымкӀэ, щӀыхьымкӀэ къэсхъуэжащ гугъапӀэншагъэр, гугъуехьыр, напэтехыгъэр!” Псоми къагуроӀуэр Уафэм зэрамыгъэкӀуар зэрызахуагъэр. Я гъащӀэмкӀэ абыхэм «Дэ дыхуейкъым а Хьиса жыхуаӀэ цӀыхум и Ӏуэху къытхэлъыну” жаӀэу щытащ. GCKar 627.3
Я псэр дзапэкӀэ яӀыгъыу бзаджащӀэхэр йоплъ Тхьэм и Къуэр пащтыхьыпӀэм зэриувэм. Абы ӀэщӀэлъ мывэ джеитӀри ялъагъу, Тхьэм и Унафэр зытетыр, теплъэ мыхъуу абыхэм якъутэу щыта унафэхэр. Къащэхужахэм я гур хэхъуэу гуфӀэгъуэ макъ ягъэӀухэр абыхэм зэхах, атӀэ макъамэ удэзыхьэхым и макъыр къалэ щӀыбагъым щыт цӀыхухэм я деж зэрынэсу, псоми зыжьэу жаӀэр: «Псори зи ӀэмыщӀэ илъ Зиусхьэну Тхьэ, сыту иныщэ икӀи телъыджэ уи Ӏуэхухэр! Уэ уи гъуэгухэр захуэщ икӀи пэжщ. Уэ цӀыху щыпкъэхэм ураПащтыхьщ!» (Откр. 15:3) ИтӀанэ зрадзыхри, псоми ГъащӀэм и Пщым щхьэщэ хуащӀ. GCKar 628.1
Мэсихь и щӀыхьымрэ и лъапӀагъэмрэ щилъагъукӀэ, шейтӀаныр щыблэ зэуам хуэдэу, зи Ӏэпкълъэпкъыр къыдэмыбзыжым хуэдэу щытщ. Зэгуэрым херувим нэхузехьэу щытам игу къокӀыжыр япэм иӀауэ щыта увыпӀэу къызещэтэхар. Серафим нэхум, «пшэплъым и къуэм», сыту хуабжьу зихъуэжа! Сыту Ӏейуэ дэхуэха! Ар пщӀэ къыхуащӀу зыхэтауэ щыта хасэм игъащӀэкӀи къыхахуащ, иджы абы елъагъу Адэм и пащхьэм и щӀыхьыр щӀихъумэу нэгъуэщӀ зэритыр. Абы елъагъу мелыӀыч Ӏэчлъэч зэкӀужым, лъэщым, гурыхьым Мэсихь и щхьэм тажыр зэрыщхьэщилъхьэр, абы ещӀэр, езым, Люцифер, апхуэдэ щӀыхь зыпылъ лэжьыгъэр игъэзащӀэу зэрыщытыфынутэр. GCKar 628.2
Абы игу къокӀыжыр лажьи-хъати имыӀэу, къабзэу, и гур мамыру, арэзыуэ зэгуэрым зэрыщытыгъар, Тхьэмрэ Мэсихьрэ пэщӀэувэу убэтэн щӀимыдзэху зыщыпсэуа щӀыпӀэр. Сыту гъэщӀэгъуэну, къанэ щымыӀэу псори абы игу къигъэкӀыжрэ: Тхьэр зэригъэкъуэншахэр, къайгъэ къызэриӀэтар, хьилэшы Ӏэмалу къигъэсэбэпа псори, мелыӀычхэм я гум дыхьэу и телъхьэ ищӀын папщӀэ, — абы щыгъуэм Тхьэм иджыри гущӀэгъу къыхуищӀыфынут, арщхьэкӀэ, абы зиумысыжыну идэхакъым. Абы и гупсысэхэмкӀэ и нэгу къыщӀоувэжыр илэжьа псори: цӀыхухэм я зэхуаку дилъхьа зэбииныгъэр; цӀыху зэтеукӀэ зауэхэр; пащтыхьыгъуэхэр къызэрыхъуахэри зэрызэтещэщэжахэри; къэралхэм щекӀуэкӀа зэрызехьэ къомри, къайгъэ къомри, зауэ-банэ къомри. Абы игу къегъэкӀыжыр Мэсихь и лэжьыгъэм зэпымычу зэран зэрыхуэхъуар, цӀыхур гуэныхьым иригъэтхьэлэпэн щхьэкӀэ. Щэхуу дапхуэдиз Ӏуэху яхузэӀуимыщами, жыхьэрмэ мафӀэ якӀэщӀимыдзами, Мэсихь дзыхь хуэзыщӀу щытахэр игъэкӀуэдыну абы къару зэрыхуримыкъуар. ЩызэплъэкӀыжкӀэ, и пащтыхьыгъуэм хэплъэжу, и лэжьыгъэм кърикӀуахэм щыӀуплъэкӀэ, абы илъагъур зэрыхагъэщӀамрэ зэрыкӀуэдыжынумрэщ. Абы мо цӀыху къомым я фӀэщ ищӀащ Тхьэм и къалэр тыншу къащтэфыну, арщхьэкӀэ, езым ещӀэр ар зэрыпцӀыр. Мызэ-мытӀэу мы бэнэныгъэшхуэм ар хагъэщӀауэ, ирагъэкӀуэту щытащ. Абы иджыри фӀы дыдэу ещӀэр Тхьэ Иным и къарумрэ и лъапӀагъэмрэ зыхуэдэр. GCKar 628.3
УбэтакӀуэ иным сытым дежи зигъэзэхуэжыну и мурадт, езым зэрызыкъиӀэтамкӀэ Тхьэр къуаншэу къыщӀригъэдзыну, Тхьэм и Ӏуэху зехьэкӀэхэр мытэмэм хуэдэу. Абы щхьэкӀэ и акъыл лъэщым хузэфӀэкӀ зыри къигъэнакъым. Хуабжьу егупсысауэ, еш имыӀэу, ехъулӀэныгъэшхуэхэр зыӀэригъэхьэурэ, абы цӀыху куэдыкӀейм езыр зыхуейр къаригъащтэрт. Илъэс мин кӀыхьхэм я зэхуакум абы, хьилэшы Ӏэзэм, пэжыгъэр пцӀыкӀэ зэридзэкӀырт. Ауэ, иджы зэман къэсащ, абы и къайгъэм кӀэух щратын хуейр, абы и мурадхэмрэ и хьэлымрэ псоми я пащхьэ сэтей къыщащӀынур. А гъэпцӀакӀуэ иным зыкъыщӀигъэщыжынущ Мэсихь и тахътэр къытрихыну иужь дыдэу зэрыхэтынумкӀэ, Абы и лъэпкъри игъэкӀуэдыну зэрыпылъынумкӀэ, Тхьэм и къалэри зыӀэщӀигъэхьэну зэригугъэмкӀэ. Абы къыгухьа псоми я дежкӀэ нэрылъагъущ а мурадыр абы зы мащӀэкӀи къызэремыхъулӀэнур. Тхьэм и пащтыхьыгъуэм Ӏуэхухэр щызэрызэрахьэ хабзэм шейтӀаныр пэщӀэувэу илэжьахэр Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ мелыӀычхэмрэ я дежкӀэ нэрылъагъущ. Псоми абы ягу щыкӀащ. GCKar 629.1
ШейтӀаным елъагъу жаӀэм ерыщу зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, ар Уафэм щагъэӀэнкӀэ Ӏэмал зэрыщымыӀар. Зэман кӀыхькӀэ ар Тхьэм пэщӀэтащ, къарууэ иӀэр ирихьэлӀэу; Уафэм щыӀэ къабзагъэр, мамырыгъэр, зэгурыӀуэныгъэр абы и дежкӀэ хьэзабт. ГущӀэгъулырэ захуэ Тхьэр зэригъэкъуаншэу щытахэмкӀэ иджы и бзэр иубыдащ. Тхьэр зэригъэкъуаншэу ирикуам иджы езым и деж къигъэзэжащ. Иджы шейтӀаным Тхьэм щхьэщэ хуещӀри, хьэкум къытращӀар зэрызахуэр къещтэр. GCKar 629.2
«Хэт уэ къыпщымышынэу къэнэнур? Хэт Уэ уи цӀэр зымыгъэлъапӀэу къэнэнур? Уэзыращ лъапӀэр! Лъэпкъ псори къэкӀуэнурэ щхьэщэ къыпхуащӀынущ, уи хьэкум захуэм щӀидзащи!” (Откр. 15:4). Пэжыгъэмрэ щыуагъэмрэ ехьэлӀауэ, зэман кӀыхькӀэ иризэдауэу, упщӀэу щыӀа псори иджы зэхэкӀащ, гурыӀуэгъуэ хъуащ. ЗэхэщӀыкӀ зиӀэу Тхьэм къигъэщӀа псоми шейтӀаным къигъэхъея къайгъэм кърикӀуахэр, Тхьэм къигъэувхэм уелъэпэуэным кърикӀуахэр къахузэӀукӀащ. Дунеибэ псоми ялъагъур иджы, шейтӀаным и тепщэм узыхуишэр зищӀысри, Тхьэм и тепщэм узыхуишэр зыхуэдэри. ШейтӀаным и Ӏуэху дыдэхэмкӀэ хьэкум зытрищӀэжащ. Тхьэм и Ӏущагъри, и захуагъри, и фӀыгъуагъри нэрылъагъу хъуащ. Псоми къагуроӀуэр а бэнэныгъэм Тхьэм сыт имылэжьами, Езым и лъэпкъымрэ къигъэщӀа дуней псомрэ игъащӀэкӀи фӀыгъуэ ягъуэтыным ехьэлӀауэ зэрищӀар. «Уэ къэбгъэщӀа псоми щытхъу пхуагъэшынущ, Уэ къыпхуэпэжхэми уагъэлъэпӀэнущ» (Пс. 144:10). GCKar 629.3
Гуэныхьым и къекӀуэкӀыкӀам и хъыбарыр игъащӀэ псокӀи щыхьэт техъуэнущ, Зиусхьэным къигъэщӀа псоми я насыпыр Тхьэм и унафэр ягъэзэщӀэным зэрепхар. Бэнэныгъэ иным къыщыхъуахэм щыгъуазэ хъуауэ Дунеибэми, Тхьэм хуэпэж цӀыхухэми, убэтакӀуэхэми псоми зыжьэу жаӀэр: «Уэ уи гъуэгухэр захуэщ икӀи пэжщ. Уэ цӀыху щыпкъэхэм ураПащтыхьщ!” GCKar 630.1
Дунеибэ псом ӀупщӀу ялъэгъуащ, цӀыхум папщӀэ Адэмрэ Къуэмрэ къурмэнышхуэ къахьар. Мэсихь къылъыс увыпӀэр щиубыдыжын сыхьэтыр къэсащ. Ар Ӏэтащхьэ дэтхэнэми, тепщэ дэтхэнэми, хэти нэхърэ нэхъ ягъэлъэпӀащ. ГуфӀэгъуэ иӀэнум и хьэтыркӀэ — и къуэ куэдыр щӀыхьым хишэным папщӀэ — Ар жорым кӀуащ, зигъэпудащ. Узыхунэмысыфын хьэзабрэ гъэпудыныгъэрэ Абы ишэчащ, а псори зырикӀщ Абы иджы иӀэ гуфӀэгъуэмрэ щӀыхьымрэ елъытауэ. Къищэхужахэм щахэплъэкӀэ, Абы Езым и хьэлыр яделъагъур, дэтхэнэ зыгуми Тхьэм и щытыкӀэм хуэдэ зэриӀэр, дэтхэнэ зы нэгуми я Пащтыхьым зэрещхьыр къегъэлъагъуэр. Ар арэзы къищӀу абыхэм яделъагъур езым лӀыгъэ зрихьам кърикӀуар. ИтӀанэ захуащӀэхэми бзаджащӀэхэми псоми Абы и псалъэхэр зэхахыр: «Мис си ЛъымкӀэ къэсщэхужахэр! Абыхэм папщӀэ Сэ гугъу сехьащ, Сэ сылӀащ, ахэр игъащӀэкӀи си гъусэу щытын щхьэкӀэ!» ИтӀанэ, къащэхужахэм, щыгъын хужьхэр ящыгъыу тахътэм бгъэдэтхэм щытхъу уэрэдыр ягъэӀу: «Къурмэн ящӀа Щынэм тепщэныгъэри, къулеягъэри, Ӏущыгъэри, къарури, пщӀэри, щӀыхьри, щытхъури къылъысыну хуэфащэщ!” (Откр. 5:12). GCKar 630.2
ШейтӀаным Тхьэр зэрызахуэр, Мэсихь тепщэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэр зэрыӀэщӀэлъыр ӀэмалыншагъэкӀэ къищта щхьэкӀэ, зихъуэжакъым. Ар зэрыщытауэ щытыжщ. Мыарэзыныгъэм ар къызэщӀещтэри, псы толъкъунышхуэм хуэдэу къызэпхев. ХьэщхьэрыӀуэм хуэдэу, абы мурад ещӀыр бэнэныгъэ иным къимыкӀуэтыну. Уафэ Пащтыхьым иужь дыдэу, ябгэу щезэуэну дакъикъэр къэсащ. Ар и блыгущӀэтхэм яхолъадэри, езым и губжьымкӀэ ахэри къызэщӀигъанэу зауэм тригъэгушхуэну иужь йохьэр. АрщхьэкӀэ, пхуэмыбжыну, а мелуан Ӏэджэм, зыми афӀэкӀа ар и тепщэу илъытэжыркъым. Абы и тепщэныгъэм кӀэ къыхуэкӀуащ. БзаджащӀэхэми шейтӀаным хуэдэу Тхьэр ялъагъу хъуркъым, арщхьэкӀэ, абыхэм ящӀэр зауэм мыхьэнэ къызэримыкӀынур, Тхьэм ахэр зэрытемыкӀуэнур. ШейтӀанымрэ абы и жинхэмрэ губжь хуаӀэу, ахэр ӀэлфӀыцӀэу къызокӀуэкӀри, хъийм икӀауэ, абыхэм тогуплӀэр. GCKar 630.3
Зиусхьэным жеӀэр: «Уэ уи акъылыр Тхьэм и акъылым хуэбгъадэу зыкъызэрыпфӀэщӀыжам щхьэкӀэ, хамэ щӀыналъэхэм нэхъ бзаджэнаджэ дыдэу ис лъэпкъхэр къисшынурэ, уи дахагъэми, уи Ӏущыгъэми абыхэм я джатэр трабзэнурэ, зэрызыбгъэщӀагъуэр зэхаутэнущ, щӀыкъатиблым ущӀагъэхьэнущ». «Сэ уэ фӀеягъэм хуэдэу Тхьэм и бгы лъыпӀэм укъездзыхащ, нэхузехьэу ущытыгъар, мафӀэ мывэхэр уэзгъэбгынащ... ЩӀылъэм утездзэнурэ, пащтыхьхэм я пащхьэм уи напэр щытесхынущ... Псоми укъалъагъуу, Сэ уэ щӀылъэм сахуэ ущысщӀынущ... псоми ягу къыпщыкӀауэ, игъащӀэкӀи ущыӀэжынукъым” (Иез. 28:6-8,16-19). GCKar 630.4
«Зауэм зэрыхэта я къатырхэри, лъым иуцӀэпӀа я щыгъынхэри, мафӀэм пэрадзэнурэ, ипхъуэтэнущ”. «Зиусхьэным и бампӀэр трекъутэр лъэпкъ псоми, хуэгубжьащ Ар абыхэм я дзэхэм. УкӀ ятрилъхьэнущ абыхэм, псори игъэкӀуэдыжынущ”. «Абы бзаджащӀэхэм дэп жьэражьэхэр уэм хуэдэу тригъэщэщэнущ, мафӀэ тхъуэбзащхъуэхэр тригъэшхэнущ, мафӀэс жьыбгъэр абыхэм я Ӏыхьэщ» (Ис. 9:5, 34:2; Пс. 10:6). Тхьэм къыбгъэдэкӀыу уафэм мафӀэ къохыр. ЩӀыр зэгуэкӀри, куууэ щӀэхъума Ӏэщэр къыдрихьеящ. ЩыхупӀэ псоми, кӀуэдыпӀэ псоми мафӀэ лыгъейр къапкърокӀыр. Къырхэр нэгъунэ мафӀэм есыр. Къэсащ «хьэкум хуэдэу жьэражьэ махуэр». «А махуэм уафэгъуагъуэшхуэр щӀэту уафэр кӀуэдыжынущ, уэгум итхэри, щӀылъэри, щӀылъэм тет псори мафӀэсым ихьынущ” (Мал. 4:1; 2 Петр. 3:10). ЩӀылъэм и щхьэфэр зыхэткӀухьа ткӀуаткӀуэм хуэдэу къыпщохъур, мафӀэ тенджыз къэкъуалъэу. БзаджащӀэхэм хьэкум щытращӀэн махуэмрэ я кӀуэдыжыгъуэ махуэмрэ къэсащ. «Зиусхьэным илъ щищӀэж махуэщ, Сион и жагъуэ ящӀа псом щхьэкӀэ мыгъуапцӀэр щрагъэлъагъуж гъэщ» (Ис. 34:8). GCKar 631.1
БзаджащӀэхэм яхуэфащэр щӀылъэм къащыӀэрохьэжыр (еплъ Притч. 11:31). Ахэр «хьэуазэм хуэдэу къэкӀуэну махуэм илыпщӀынущ, жеӀэр Зиусхьэн Уафэ-Дзэпщым» (Мал. 4:1). Языныкъуэхэр напӀэзыпӀэм кӀуэдыжынущ, адрейхэр махуэ куэдкӀэ гугъу ехьынущ. Щхьэж илэжьам елъытауэ и тезырыр ихьынущ. ЦӀыху щыпкъэхэм я гуэныхьхэр шейтӀаным тралъхьащ, абы къыхэкӀкӀэ ар езым и жыӀэмыдэӀуэныгъэм и закъуэкъым зэрагъэпшынэнур, атӀэ къигъэӀулэурэ Тхьэм и лъэпкъым иригъэщӀа гуэныхьхэр ипшыныжынущ. Абы игъэӀулахэм нэхърэ куэдкӀэ нэхъ ткӀийуэ тезыр тралъхьэнущ. Абы и гъэпцӀагъэм псэдзыгъэ ищӀахэр кӀуэдыжа нэужь, езым иджыри гугъуехьрэ хьэзабрэ ишэчынущ. ЩӀылъэр зыгъэкъабзэ мафӀэм бзаджащӀэхэр хэкӀуэдэжынущ, кӀэухыр щагъуэтынущ — я лъабжьэми, я къуэпсми; шейтӀаныр — лъабжьэщ, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр — къуэпсхэрщ. Тхьэм и Унафэр зэракъутам пэкӀуэр зыри мычэму зэщӀэнущ; захуагъэм къигъэуври арэзы ящӀынущ; а псор щалъагъукӀэ, уафэми щӀылъэми Тхьэр зэрызахуащӀэр нэрылъагъу ящыхъунущ. GCKar 631.2
ШейтӀаным зэхэкъутэныгъэ лэжьыгъэу къыпкърыкӀам игъащӀэкӀи кӀэух иратащ. Илъэс минихым и кӀыхьагъкӀэ шейтӀаным зыхуейр ищӀащ, щӀылъэр гуауэкӀэ игъэнщӀрэ Дунеибэр нэщхъеягъуэм хидзэу. Тхьэм къигъэщӀа псори гызрэ щэӀуу узым, хьэзабым хигъэтащ. Иджы Тхьэм къигъэщӀахэм я хэщӀапӀэм абы и хуэмэбжьымэ щыбгъуэтыжынукъым, зыри ягъэӀулэжынукъым афӀэкӀа, зыгъэӀулэжын щыӀэнукъыми. «ЩӀылъэм зэрыщыту мамырыгъэмрэ гупсэхугъуэмрэ щытепщэщ, гуфӀэгъуэ уэрэдхэр щагъэӀур!” (Ис. 14:7). Гуэныхь зымыщӀа Дунеибэхэм псоми GCKar 632.1
гуфӀэгъуэмрэ щытхъу макъымрэ ягъэӀур. «ЦӀыху гупышхуэм, псыдзэ иным я макъым хуэдэу, уафэгъуагъуэ иным ебгъэщхьыну, хэӀэтыкӀауэ мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ, итӀанэ: аллилуия! ГуащӀэм я нэхъ иныр зыбгъэдэлъ Зиусхьэну ди Тхьэр, псоми тепщэр тахътэм дэкӀуеящ» (Откр. 19:6). GCKar 632.2
ЩӀылъэр зэрыщыту псори зыгъэкӀуэд мафӀэм зэщӀещтэр, захуащӀэхэр къалэ ЛъапӀэм щыӀэщ, зы цӀыкӀу щӀэгузэвэн ямыӀэу, шынагъуэгъэншэу. Япэу къагъэхъужахэм етӀуанэ лӀэныгъэм тепщэ къахуиӀэркъым. БзаджащӀэхэм я дежкӀэ Тхьэр мафӀэ лыгъей щхьэкӀэ, Езым и лъэпкъым папщӀэ Ар «Дыгъэщ икӀи мэӀухущ” (еплъ Откр. 20:6; Пс. 83:12). GCKar 632.3
«УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ къэслъэгъуащ итӀанэ, япэрей уафэри щӀылъэри щыӀэжкъым, тенджызхэри щыӀэжкъым” (Откр. 21:1). БзаджащӀэхэр щӀылъэм тригъэкӀуэдыкӀри, мафӀэм щӀылъэр къабзэ ищӀыжащ. Нэлатым и зы лъэужьи къэмынэу ягъэкӀуэдыжащ. Гуэныхьым кърикӀуа шынагъуэхэр игъащӀэкӀи кърагъэлахэм ягу къигъэкӀыжу, жыхьэрмэ лъэпкъ щыӀэнукъым. GCKar 632.4
ИгъащӀэкӀи щыӀэу къэнэнур зыщ: ди КъегъэлакӀуэр жорым зэрыкӀэраӀулӀам и лъэужьырщ. Лъыпсыр къызэжэха абы и натӀэм, и джабэм, и Ӏэхэм, и лъакъуэхэм къытенэну уӀэгъэпӀэхэм я закъуэщ гуэныхьым и гущӀэгъуншагъэр уигу къэзыгъэкӀыжу щытынур. Мэсихь и щӀыхьыр щилъагъукӀэ бегъымбарым жеӀэр: «Абы и лъэщагъым и щэхур зыхэлъ и ӀитӀым нурыр къащхьэ щехыр, дыгъэр зытепщӀыпщӀэм хуэдэу!” (Авв. 3:4). Пхрауда Абы и ӀитӀымрэ и джабэмрэ, лъыпсыр къызыпыжахэр, цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужар, — ар КъегъэлакӀуэм и щӀыхьщ, мыбдежыр — «Абы и лъэщагъым и щэхур зыхэлъщ”. КъэщэхужыпщӀэ къурмэнымкӀэ «цӀыхухэр къезыгъэлынкӀэ Лъэщым», Абы, Тхьэм и гущӀэгъур зэзымыпэсахэм хьэкум трищӀэфынущ. Абы и щхьэр зэригъэлъэхъшам и дамыгъэхэр — Абы и щхьэр нэхъыбэ дыдэу зыгъэлъапӀэщ, икӀи кӀэ зимыӀэ гъадэщӀыдэм и кӀыхьагъкӀэ Голгофэм и лъэужь уӀэгъэхэм Абы щытхъу къыхуахьынущ икӀи Абы и лъэщагъыр игъэнахуэнущ. GCKar 632.5
«Уэ, хъушэм и чэщанэ, Сион Ӏуащхьэ и бын, уэ къыпӀэрыхьэжынущ япэрей тепщэныгъэр” (Мих. 4:8). Япэ нэрыбгитӀым я гъуэгур джатэ мафӀэм зэхуищӀу, жэнэт хадэм зэрыримыгъэхьэж лъандэрэ, лӀы щыпкъэхэр куэд Ӏейрэ темыпыӀэу зыпэплъа сыхьэтыр — «Тхьэм и Ӏыхьэр къыщащэхужын» зэманыр къэсащ (Еф. 1:14). Къэщэхужын Ӏуэхугъуэ иным и лэжьыгъэу, Тхьэм цӀыхум аргуэру щӀылъэр иретыжыр, пэщӀэдзэм тепщэн папщӀэ иритауэ щытар, ауэ цӀыхум шейтӀаным ӀэщӀигъэхьауэ щытыгъар, икӀи апхуэдиз зэманкӀэ а бий лъэщышхуэм и тепщэныгъэм щӀэтар. Гуэныхьым цӀыхум фӀигъэкӀуэдауэ щыта псори иджы къыӀэщӀохьэжыр. «Мыпхуэдэу жеӀэр уафэхэр къэзыгъэщӀа Зиусхьэным... Абы щӀылъэр къигъэхъуащ, къигъэщӀри, быдэу игъэуващ. КъыщӀигъэщӀар нэщӀу щигъэтын щхьэкӀэкъым, атӀэ цӀыхухэр щигъэпсэун щхьэкӀэщ» (Ис. 45:18). ПэщӀэдзэм, цӀыхур къыщигъэщӀым щыгъуэ Тхьэм иӀа мурадыр зэщӀа мэхъу — цӀыху къащэхужахэм щӀылъэр игъащӀэкӀи я унапӀэ мэхъу. «ЦӀыху щыпкъэхэм щӀылъэр щӀэин яхуэхъунурэ, игъащӀэкӀи ахэр абы щыпсэунущ” (Пс. 36:29). GCKar 633.1
Тхьэм хуэпэжхэм щӀэин яхуэхъунур щӀылъэмрэ мылъкумрэ хуабжьу епхауэ щыту цӀыхухэм къащыхъуным иригузавэурэ, куэдым къэкӀуэну дуней тхъэгъуэр цӀыхум и гупсэм фӀэкӀа темыщӀыхьауэ ягъэлъэгъуэным пылъащ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хэку тхуэхъунур ди унапӀэ дыдэу зэрыщытынур къэзыгъэлъагъуэ пэжыгъэхэр щӀахъумащ. Мэсихь и гъэсэнхэр къигъэгугъащ, и Адэм и унэм кӀуэуэ абыхэм псэупӀэ щахуигъэхьэзырыну. Тхьэм и Псалъэм ит гъэсэныгъэхэр къэзыщтэр, уафэм щыӀэ псэупӀэхэм щымыгъуазэххэу щытынукъым. АтӀэми: «Нэми илъэгъуакъым, тхьэкӀумэми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым, фӀыуэ зылъагъухэм Тхьэм яхуигъэхьэзырар” (1 Кор. 2:9). ЦӀыхум и бзэмкӀэ къыхуэӀуэтэнукъым Тхьэм къыхуэпэжхэм яхуигъэфэщэнур, къалъигъэсынур. Ар къызыгурыӀуэнур зылъагъуну закъуэрщ. ЦӀыху акъыл гъуни нэзи зиӀэм Тхьэм и жэнэтым и щӀыхьыр зэхищӀыкӀыну хузэфӀэкӀынукъым. GCKar 633.2
Къелахэм щӀэин яхуэхъуным Библиер зэреджэр «лъахэщ” (еплъ Евр. 11:14-16). Абы, Уафэм и хъушэр Зыгъэхъум, и мэлхэр гъащӀэ зыхэлъ псынэхэм ирешалӀэр. А лъахэм гъащӀэ зыхэлъ жыгым мазэ къэс пыкӀэ щиӀэщ, и тхьэмпэхэми я фӀыгъуэ цӀыхубэм йокӀ. Абы игъащӀэкӀи къэмыувыӀэу толъкъун къабзабзэхэр щожэхыр, абы пэгъунэгъуу къэкӀ жыгхэм я жьауэр Зиусхьэным къищэхужахэм хуагъэхьэзыра лъагъуэ цӀыкӀухэм тредзэр. Ауз хуитышхуэхэр Ӏуащхьэ гъуэзэджэхэм щабэу хыхьэжхэу, Тхьэм и къуршхэм я щыгухэр лъагэу дэкӀуейуэ. Абы бгы зэхуаку мамырхэм, гъащӀэ зыхэлъ псыхэм я Ӏуфэхэм Тхьэм и лъэпкъым — Ӏэпхъуэшапхъуэхэу, гъуэгуанэ тет зэпытурэ езэшахэм — икӀэм-икӀэжым, Хэку щагъуэтынущ. GCKar 634.1
«Си лъэпкъыр мамырыгъэм и унапӀэм щыпсэунущ, шынагъуэгъэншэ жылэхэр гупсэхугъуэ егъэзыпӀэу яӀэнущ”. «Лей щызэрахьэу уи щӀыналъэм афӀэкӀа щызэхэпхыжынукъым, дыгъуэгъуакӀуихъунщӀакӀуияхъыбаруилъахэмщагъэӀужынукъым. Уи къалэ блынхэми фӀэпщынущ цӀэуэ Дыкъезыгъэл, къалэ куэбжэхэм Щытхъу цӀэмкӀэ уеджэнущ”. «Унэхэр яухуэнурэ щыпсэунущ, жызумейхэр ягъэкӀыурэ яшхынущ. АфӀэкӀа апхуэдэ къэхъунукъым езыхэм яухуэм нэгъуэщӀхэр щыпсэууэ, езыхэм хасар нэгъуэщӀхэм кърахьэлӀэжу... Си лъэпкъыр жыгхэм хуэдэу гъащӀэ кӀыхьу щытынущ. Сэ къыхэсхахэм я ӀэдакъэщӀэкӀхэм я хъер езыхэм ялъагъужынущ» (Ис. 32:18; 60:18; 65:21,22). GCKar 634.2
«ГуфӀэжынущ губгъуэ нэщӀыр, щӀыгу гъущэр, къызэщӀэгъэгъэнущ епэрудзым хуэдэу щӀыпӀэ нэщӀхэр”. «Пыжьейм и пӀэкӀэ уэздыгъейхэр къэкӀынущ, шыпсыранэм и пӀэкӀэ къэрмэфиблхэр къэкӀынущ». «Дыгъужьыр щынэм и гъусэу псэунущ, щомыщри чыцӀым и гъунэгъуу гъуэлъынущ... сабий цӀыкӀум ахэр игъэхъунущ» (Ис. 35:1; 55:13; 11:6, 9). GCKar 634.3
Уафэм узи хьэзаби щыӀэфынукъым. Абы афӀэкӀа нэпси, хьэдэщӀэлъхьи, пыхьэ макъи щыӀэнукъым. «ЛӀэныгъэ афӀэкӀа щыӀэжынукъым, гъы макъи, пыхьэ макъи, узи щыӀэжынукъым, япэм зэрыщытауэ щытыжынукъым» (Откр. 21:4). «Абы щыпсэу зыми “сысымаджэщ” жиӀэнукъым, абыхэм я гуэныхьхэр къыхуагъэгъунущи” (Ис. 33:24). GCKar 634.4
Абы Ерусалим къалэщӀэр, щӀылъэщӀэ щӀыхь зыгъуэтам и къалащхьэу щытынущ, ар «щытхъум и тажу Зиусхьэным ӀэщӀэлъынущ, пащтыхь пыӀэм хуэдэу Абы и ӀэмыщӀэм илъынущ». «Абы и лыдыныгъэр мывэ лъапӀэ дыдэм и лыдыныгъэм хуэдэнущ, хрусталым хуэдэу узэпхрыплъыф яшмэ жыхуаӀэ мывэм и лыдыныгъэм хуэдэнущ”. «Кърагъэла лъэпкъхэр абы и нэхум хэтынущ, щӀылъэ пащтыхьхэми я хъугъуэфӀыгъуэхэр а къалэм яхьынущ». Зиусхьэным жеӀэр: «Дэрэжэгъуэ Ерусалим къызитынущ, си лъэпкъми сигъэгушхуэнущ». «Мис Тхьэм, цӀыхухэр и гъусэу и унапӀэр. Мыбдежым Ар абыхэм я гъусэу щыпсэунущ. Ахэр Абы и лъэпкъыу щытынущ. Езыри абыхэм ящӀыгъунущ, я Тхьэуи щытынущ” (Ис. 62:3; Откр. 21:11,24; Ис. 65:19; Откр. 21:3). GCKar 634.5
Тхьэм и къалэм «жэщ щыӀэнукъым». Абы зыри зыгъэпсэхугъуэ щыхуэныкъуэнукъым. Тхьэм и Ӏэмырыр бгъэзэщӀэнум, Абы и цӀэр бгъэлъэпӀэным уригъэзэшынукъым. Дэ зэпымычу пщэдджыжьыпэм и жьы къабзэр зэхэтщӀэу щытынущ. «Ахэр афӀэкӀа уэздыгъи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым, Зиусхьэну Тхьэм ахэр къигъэнэхунущи» (Откр. 22:5). Дыгъэ бзийхэм я пӀэкӀэ лыдыныгъэ гурыхь щыӀэнущ, дыгъэм и нэхум нэхърэ куэдкӀэ нэхь ину къэблэнур. Тхьэмрэ Щынэмрэ я щӀыхьым зэи мыункӀыфӀ нэхуу къалэ ЛъапӀэр къагъэнэхунущ. Къащэхужахэр игъащӀэкӀи щыӀэну махуэм и щӀыхьым хэту зекӀуэнущ, ауэ ар дыгъэракъым къызыпкърыкӀынур. GCKar 635.1
«ТхьэлъэӀупӀэ сэ абы щыслъэгъуакъым, ГуащӀэм я нэхъ иныр зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэным щхьэкӀэ, ахэр тхьэлъэӀупӀэ хуэныкъуэнукъым” (Откр. 21:22). Тхьэм и лъэпкъым насыпышхуэ къаӀэрыхьэнущ, хуиту Адэми Къуэми епсэлъэну зэманыфӀ ягъуэтынущ. «Иджыпсту дэ абдж фаем дыпхрыплъым хуэдэущ зэрытлъагъур, хуэгъэфэщауэ» (1 Кор. 13:12). НобэкӀэ дэ Тхьэм и образыр, гъуджэм укъызэрищым хуэдэу, долъагъу Абы къигъэщӀа дыкъэзыухъуреихь дунейм къытелыдыкӀыу, Ар цӀыхум зэрыхущытми хыдолъагъуэр, ауэ абы щыгъуэм ди нэгур зэхуэгъэзауэ тлъагъунущ, дызэпэщӀэзых Ӏупхъуэ ди зэхуакум дэтынукъым. Абы и пащхьэ дэ дитынущ, и нэкӀум и щӀыхьри тлъагъунущ. GCKar 635.2
Къащэхужахэм абы Тхьэр къыщацӀыхунущ, езыхэр къызэрацӀыхуам хуэдэу. ГурыщӀэ щабэхэу фӀылъагъуныгъэми цӀыхугъэми, Езы Тхьэм цӀыхум и гум ирилъхьауэ щытхэм абы гъуэзэджэу, дахэу зыщызаузэщӀынущ. ЛӀэщӀыгъуэ псоми Тхьэм хуэпэжу псэуахэр, зи щыгъынхэр Щынэм и ЛъымкӀэ ятхьэщӀыжу хужь зыщӀахэр псэущхьэ щихъхэми мелыӀыч лъапӀэхэми я псэлъэгъуу, зым Ӏэпыхур зым къищтэжу, зыгурэ зыпсэрэ яӀэу зэщыгуфӀыкӀхэу псэунущ. ЗэпыщӀэ ныгъэ лъапӀэ я зэхуаку дэлъу «уафэми щӀылъэми щыӀэ хэкухэм” (Еф. 3:15), — къащэхужахэр насыпыфӀэ дыдэ щыхъунущ. GCKar 635.3
Акъыл уахътыншэм гуфӀэгъуэ мыухыж иӀэу, абы, Тхьэм и къэгъэщӀыныгъэ къарум и телъыджагъэмрэ укъэзыщэхуж и фӀылъагъуныгъэм и щэхухэмрэ щилъагъунущ. Бий-гъэӀулакӀуэ инатыр абы щыӀэнукъым, Тхьэр пщигъэгъупщэну, уигъэделэну. ЦӀыхум и зэфӀэкӀ псоми, и хьэлми, и лъэкӀыныгъэхэми заужьынущ; дэтхэнэ и зы зэчийри хэхъуэнущ. Къахэхъуэну щӀэныгъэхэм я акъылыр иригъэзэшынукъым, я гуащӀэр игъэкӀуэщӀынукъым. Мурад нэхъ ин дыдэхэр абы къыщохъулӀэфынущ; хущӀэкъуныгъэ нэхъ лъапӀэхэри гъащӀэм щыхэппщэфынущ; ауэ абыхэм я ужьыжкӀи пщӀэни узэлэжьыни бгъуэтынущ; уи гур хэзыгъэхъуэну телъыджэщӀэхэри щыӀэнущ; къэпщӀэн хуей пэжыгъэщӀэхэри; бгъэунэхуни, къэпхутэни щыӀэнущ, уи акъылри, уи къарури, уигури уи псэри епхьэлӀэн хуейуэ. GCKar 636.1
Тхьэм и лъэпкъ къащэхужам яджын папщӀэ, Дунеибэм я хъугъуэфӀыгъуэ псори къахузэӀукӀынущ. ЛӀэныгъэм и тепщэм къыӀэщӀэкӀауэ абыхэм я гупсысэ емызэшыжхэр дуней жыжьэхэм траубыдэнущ, цӀыхум и гуауэр щалъагъум хуабжьу игъэнэщхъеяхэм, икӀи дэтхэнэ зы цӀыхур къыщрагъэлкӀэ гуфӀэгъуэ уэрэдхэр къизышахэм. ПхуэмыӀуэтэну я гур хэхъуэу, щӀылъэ сабийхэр гуэныхь зэи зымыщӀауэ псэухэм я гуфӀэгъуэмрэ я Ӏущыгъэмрэ зыхащӀэнущ. Модрейхэри абыхэм къадэгуэшэнущ лӀэщӀыгъуэ куэдым и кӀыхьагъкӀэ Тхьэм и Ӏуэхухэм кӀэлъыплъурэ къулей зэрыхъуа я щӀэныгъэхэмкӀэ, я ӀущыгъэхэмкӀэ. Я нэр зыми имыгъэутхъуэу, ӀупщӀ дыдэу абыхэм ялъагъунущ Тхьэм къигъэщӀахэм я щӀыхьыр — дыгъэми, вагъуэхэми, уафэгум ит псоми, зэкӀэлъыкӀуэу хабзэ хухахам тету Тхьэм и тахътэм ихъуреягъым щыкӀэрахъуэхэр. КъагъэщӀауэ щыӀэ псоми, нэхъ цӀыкӀу дыдэм щыщӀэдзауэ нэхъ ин дыдэм нэсыжу, Тхьэм и цӀэр ятетщ икӀи псоми Абы и къарум и къулеягъэр къызэӀуахыр. GCKar 636.2
ГъадэщӀыдэм хыхьэж илъэсхэм Тхьэмрэ Мэсихьрэ теухуа пэжыгъэ нэхъ куухэр, нэхъ лъапӀэхэр къызэӀуахыурэ кӀуэнущ. ЩӀэныгъэм хэхъуэху фӀылъагъуныгъэри, Тхьэм хуащӀ пщӀэри, насыпри бэгъуэнущ. ЦӀыхухэм Тхьэр нэхъыбэу къацӀыхуху, нэхъыбэжу абыхэм Ар фӀыуэ ялъагъунущ. Хьиса абыхэм къегъэлыныгъэм и къулеягъэр къахузэӀуиха нэужь, шейтӀаным ехьэлӀа бэнэныгъэ иным ехъулӀэныгъэшхуэу къихьа телъыджэхэр къахузэӀуиха нэужь, къащэхужахэм я гур Тхьэм кӀэрыпщӀэнущ, икӀи хуабжьу ар ягъэщӀагъуэу я дыщэ пшынэдыкъуакъуэхэм еуэнущ, итӀанэ, пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀейм я макъыр щытхъу макъамэ дахэу зэдежьуунущ. GCKar 636.3
«ИтӀанэ, сэ зэхэсхащ Тхьэм уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми, тенджызми къищигъэщӀауэ щыӀэм — псоми мыпхуэдэу зэрагъэӀуар: «Тахътэм Тесымрэ Щынэмрэ пщӀэрэ-щӀыхьрэ, щытхъурэ лъапӀагъэу щыӀэри, тепщэныгъэри игъащӀэкӀи ейщ” — жаӀэу (Откр. 5:13). GCKar 637.1
Бэнэныгъэ иныр иухащ. Гуэныхьи гуэныхьлыхэри афӀэкӀа щыӀэжкъым. Дунеибэ псори къабзэщ. Пхуэмыбжыну Тхьэм къигъэщӀа псори зэгурыӀуэ-зэдэгуфӀэхэу, зыгурэ зы псэрэ яӀэщ жыпӀэнущ. Гъуни нэзи зимыӀэ губгъуэшхуэм псори КъэзыгъэщӀыжам къыбгъэдэкӀыу гъащӀэри, нэхури, гуфӀэгъуэри щызщ. Мэскъал мыхъу атом нэхъ цӀыкӀу дыдэм щыщӀэдзауэ галактикэ нэхъ ин дыдэм нэсыжу, псоми — псэ зыӀутхэми зыӀумытхэми — дахагъэ гъуэзэджэрэ гуфӀэгъуэ нэгъэсарэ зиӀэхэм, «Тхьэр цӀыхур фӀыуэ зылъагъущ” — жаӀэу, ягъэӀур. GCKar 637.2