Бэнэныгъэ ин
31 ӀЫХЬЭ—ТХЬЭМ И МЕЛЫӀЫЧХЭМРЭ БЗАДЖЭНАДЖЭХЭМРЭ
Тлъагъумрэ дымылъагъу дунейхэмрэ зэрызэпыщӀам, Тхьэм мелыӀыч лъапӀэхэр зэрыхуэлажьэм, гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэр (бзаджэнаджэхэр) зэрымызагъэм — а псоми, цӀыхухэм игъащӀэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкӀуэхэм, Тхыгъэ ЛъапӀэр ӀупщӀу топсэлъыхь. Жин бзаджэхэр зэрыщыӀэри, «къелыныгъэр щӀэин зыхуэхъунухэм хуэлажьэу” мелыӀыч лъапӀэхэр зэрыщыӀэри иджырей цӀыхухэм я фӀэщ нэхъ хъугъуейурэ йокӀуэкӀ (Евр. 1:14). Ахэр лӀахэм я псэ хуэдэу къафӀощӀ. АрщхьэкӀэ, бзаджэнаджи мелыӀыч лъапӀэхэри зэрыщыӀэм Тхыгъэ ЛъапӀэр щыхьэт техъуэ къудейкъым, атӀэ шэчыншэу, щыхьэтыгъэ узэмыдауэфынхэр къегъэлъагъуэр ахэр лӀахэм я псэ Ӏэпкълъэпкъыншэу зэрыщымытхэмкӀэ. GCKar 477.1
МелыӀычхэр иджыри цӀыхухэр къыщамыгъэщӀым — «пщэдджыжь вагъуэ псоми я гуфӀэгъуэшхуэу, Тхьэм и къуэ псоми гуфӀэгъуэ макъхэр ягъэӀуу”, щӀылъэм и лъабжьэр щагъэтӀылъым щыӀащ (Иов 38:7). ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀа нэужь, гъащӀэм и жыгыр яхъумэну мелыӀычхэр ягъэкӀуат, абы щыгъуэм иджыри зы цӀыху мылӀами. МелыӀычхэр я щытыкӀэкӀэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ лъэщщ. ЗэчырусакӀуэм жеӀэр цӀыхухэр мелыӀычхэм нэхърэ зы мащӀэкӀэ зэрагъэлъэхъшар (еплъ Пс. 8:6). GCKar 477.2
Тхыгъэ ЛъапӀэм къыдегъащӀэ уафэ псэущхьэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр, я къарур, я лъапӀагъэр здынэсыр, Зиусхьэным и пащтыхьыгъуэми цӀыхухэр къегъэлын Ӏуэхуми абыхэм щаубыд увыпӀэр зищӀысри. «Зиусхьэным уафэхэм и тахътэр щигъэуващ, Абы и пащтыхьыгъуэм псори ӀэщӀэлъщ» (Пс. 102:19). Бегъымбарми жеӀэр: «Сэ...тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ» (Откр. 5:11). Ахэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжым и хьэщӀэщым щожьэр — «Абы и мелыӀычхэм, я къарур быдэу, Абы и псалъэр ягъэзащӀэу, Абы и макъым щӀэдэӀуу... Абы хуолажьэр, Абы и Ӏэмырыр ягъэзащӀэр» (Пс. 102:20, 21). Данил бегъымбарым уафэм и лъыкӀуэхэр, мин бжыгъэ куэд дыдэ хъухэр, илъэгъуащ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел «мелыӀыч Ӏэджэм» я гугъу ещӀ (еплъ Дан. 7:10;Евр. 12:22). Тхьэм и унафэр ягъэзащӀэурэ, мелыӀычхэр щыблэм хуэдэу мэлъатэр (еплъ Иез. 1:14). Сыту гъуэзэджэ ахэр, сытуи псынщӀэу зекӀуэрэ! КъегъэлакӀуэм и кхъэлэгъунэм къыщыхута мелыӀычыр «щыблэм хуэдэт, и щыгъыныр уэсым хуэдэу хужьт»; абы и теплъэм хъумакӀуэхэр хуабжьу игъэшынэри, ахэр «лӀа пэлъытэ хъуат” (Мф. 28:3, 4). Израил кӀуэдыжыгъуэр къыхуигъэкӀуэну игъэшынэурэ ассирие лъэпкъым щыщ цӀыху пагэ Сеннахирим Тхьэр щигъэпудам, «а жэщым мыр къэхъуащ: Зиусхьэным и МелыӀычыр къакӀуэри, Ассирием и дзэм щыщу зауэлӀ минищэрэ ищӀрэ тхур иукӀащ». Абы зэтриукӀащ Сеннахирим и дзэм щыщу, «лӀы хахуэ псори, я Ӏэтащхьэри, пашэхэри». «Арати, и напэр текӀауэ, абы и щӀыналъэм игъэзэжащ” (4 Цар. 19:35; 2 Пар. 32:21). GCKar 477.3
МелыӀычхэр Тхьэм и бынхэм къыхуагъакӀуэр гущӀэгъу къыхуащӀу къыхуэлэжьэну. Апхуэдэу Ибрэхьим бегъымбарым ахэм Тхьэм и нэфӀ къыщихуэну къызэригъэгугъам и хъыбарыр къыхуахьащ; кӀуэдыпӀэр къызыхуэкӀуа Содом къалэм и куэбжэм ахэр дыхьащ, цӀыху щыпкъэ ЛутӀ ажал шынагъуэм кърагъэлыну быдэу я мураду; зэхэукӀауэ, шхын щхьэкӀэ лӀэуэ губгъуэ нэщӀым къина Илий, ахэр къыхуэкӀуащ; мафӀэ шыгухэмрэ мафӀэ шууейхэмрэ Елисей бийхэм къыщаухъуреихьа къалэм къыщыхуагъэкӀуауэ щытащ; мажусий пащтыхьым и сэрей пщӀантӀэм, Тхьэм къыбгъэдэкӀыу Ӏущагъ къыщритыну Данил щылъэӀуам, ахэр къыдэӀэпыкъуащ икӀи аслъэнхэм зэпкърагъэтхъыну щыхадзами кърагъэлащ; Ирод и тутнакъэщым ажалым ежьэу иса Петр мелыӀычхэр къыхуэкӀуащ, Павелрэ Силэрэ Филипп къалэм лъэхъуэщым ажалым щыщахъумащ; Павели и гъусахэми ахэр жэщым борэнышхуэм псэууэ къелынымкӀэ къадэӀэпыкъуащ, Петр къелыныгъэм и хъыбарыр мажусий Корнилий хуагъэхьри, абы и нэр къыхузэӀуахащ, Инджылым и пэжыгъэхэр къыгурыӀуэн щхьэкӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, мелыӀыч лъапӀэхэр сыт хуэдэ зэманми Тхьэм и лъэпкъым хуэлэжьащ. GCKar 478.1
Дэтхэнэ зы чристэнми мелыӀыч-хъумакӀуэ иӀэщ. А уафэ хъумакӀуэхэм цӀыху щыпкъэхэр гъэпцӀакӀуэм и бзаджагъэм щахъумэр. ШейтӀанми ещӀэр ар, мыпхуэдэу щыжиӀэкӀэ: «Алейуэ Аюб Тхьэм щышынэрэ? Уэракъэ ар ихъуреягъкӀэ къэзыхъумэр, и унэри, абы иӀэ псори?» (Иов 1:9, 10). ЗэчырусакӀуэм зэрыжиӀэмкӀэ, Зиусхьэныр и лъэпкъым мыпхуэдэ щӀыкӀэкӀэ къыщхьэщож: «Зиусхьэным и МелыӀычым Тхьэм щышынэхэр къеухъуреихьри, ахэр кърегъэл» (Пс. 33:8). КъегъэлакӀуэм и нэӀэ ятригъэтт зи фӀэщ хъухэм: «Нэмыплъ евмых нэхъ цӀыкӀухэм ящыщ зыми; нывжызоӀэр, абыхэм я мелыӀычхэм Уафэм щыӀэ Си Адэм и нэгур сытым дежи ялъагъу” (Мф. 18:10). МелыӀычхэм къалэн щащӀащ Тхьэм и бынхэм хуэлэжьэну. Ар зи къалэн мелыӀычхэр, сытым дежи Уафэ Адэм бгъэдыхьэфу щытщ. GCKar 478.2
Хьилагъэ гъэӀулэныгъэхэу, кӀыфӀыгъэм и пщым бжыгъэншэу илэжьхэри, бзаджэнаджагъэм и къару псори Тхьэм и лъэпкъым къытозэрыгуэр, арщхьэкӀэ, уафэ мелыӀычхэм емызэшыжу ар къахъумэнущ. Тхьэр зи фӀэщ хъухэр пэж дыдэу къэзыхъумэн хуэныкъуэщ. Тхьэм и бынхэр и нэфӀщыхуэныгъэм хигъэтыну, къыщхьэщыжыну къигъэгугъащ. Ар щыгъуазэщ абыхэм къатезэрыгуэ ем и къарум и лъэщагъым, умылъытэнкӀэ Ӏэмал имыӀэу абы и шынагъуагъым. GCKar 479.1
Нэхъапэм бзаджэнаджэхэр — мелыӀыч дэхуэхахэр — гуэныхьыншэу щытащ, ахэр я щытыкӀэкӀэ, я къарукӀэ, я щӀыхькӀэ мелыӀыч лъапӀэхэт, иджы Тхьэм и лӀыкӀуэу хуэлажьэхэм хуэдэт. АрщхьэкӀэ, гуэныхь ящӀэри, ахэр зэгухьащ, Тхьэм и напэр трахыу, цӀыхури ягъэкӀуэдыжын щхьэкӀэ. ШейтӀаным и зыкъэӀэтыныгъэр щыдаӀыгъым, абы щӀыгъуу уафэр ирагъэбгынауэ, абы лъандэрэ лӀэщӀыгъуэ псоми я кӀыхьагъкӀэ Тхьэм и тепщэр ямыдэу йобэн ахэр. Тхыгъэ ЛъапӀэм къыджеӀэр ахэм зэрыгъэӀущауэ я мурадхэмрэ я ӀуэхузехьэкӀэхэмрэ теухуауэ; цӀыхухэм мамырыгъэрэ насыпрэ фӀагъэкӀуэдыну хущӀэкъу бзаджэнаджэ зэмылӀэужьыгъуэхэм лъэкӀыныгъэшхуэ дыдэ зэраӀэм, ахэр зэрыхьилэшым, зэрыбзаджейхэм ятеухуауэ. GCKar 479.2
Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм зэзэмызэщ ахэр зэрыщыӀэм и гугъу зэрищӀыр. Бзаджэнаджэхэм я къарумрэ я тепщэмрэ нэхъ наӀуэу къыщагъэлъэгъуар Мэсихь щӀылъэм цӀыхухэм щыхуэлэжьа зэманырщ. Мэсихь щӀылъэм къэкӀуащ, Тхьэм цӀыхухэр къригъэлыну иӀэ мурадыр игъэзэщӀэн папщӀэ. Арати, шейтӀаным мы дунейр хуиту зэрейр ихъумэжыну мурад ищӀащ. Палестинэм къищынэмыщӀауэ, мы щӀылъэм и плӀанэпэ псоми абы къыщехъулӀат цӀыхухэм тхьэнапэм щхьэщэ хуаригъэщӀу. Арати, гъэпцӀакӀуэм и къарур иджыри щимыгъэбыдэфа а щӀыпӀэ закъуэм, Мэсихь къэкӀуащ, а лъэпкъыр уафэм и нэхугъэмкӀэ къигъэнэхун папщӀэ. Мыбдежым къару зэбэнитӀыр щызэӀущӀащ. Хьиса фӀылъагъуныгъэкӀэ гъэнщӀауэ и Ӏэр цӀыхухэм яхуишийт, Абы и деж къэкӀуэну псори къригъэблагъэу, я гуэныхьхэр къахуэгъуу мамырыгъэ ягъуэтын папщӀэ. КӀыфӀыгъэм и къарухэм ялъагъурт, я тепщэм гъунапкъэ зэриӀэр, Мэсихь и мурадыр къехъулӀэу щытмэ, я пащтыхьыгъуэм псынщӀэу кӀэухыр къызэрыхуэкӀуэнур. ШейтӀаныр, цепкӀэ япха аслъэным хуэдэу, хъийм икӀат, цӀыхухэм я псэхэмрэ я Ӏэпкълъэпкъхэмрэ езым и тепщэм зэрыщӀэтыр нэмысыншэ дыдэу игъэлъагъуэрт. GCKar 479.3
ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм зэхэщӀыкӀыгъуэу къыджеӀэр, бзаджэнаджэхэм яӀыгъ цӀыху зэрыщыӀар. Ахэр я ӀэпкълъэпкъкӀэ и закъуэкъым гугъу зэрырагъэхьыр абыхэм. Мэсихь фӀы дыдэу къыгурыӀуэрт зыпэщӀэтыр хэтми. Абы илъагъурт жин бзаджэхэр щыщытхэм и деж, икӀи абыхэм ялэжьахэр къищӀэрт. GCKar 480.1
Бзаджэнаджэхэр куэдыкӀей зэрыхъум, ахэр зэрыкъарум, зэрыбзаджейм я щапхъэ наӀуэ Тхыгъэ ЛъапӀэм къыщыдогъуэт. Абы щыгъуэм а щапхъэ дыдэр Мэсихь зэрылъэщымрэ зэрыгущӀэгъулымрэ щыхьэт тохъуэр. Зи гугъу тщӀыр Гергесинэ хэкум щыщу жин бзаджэ зыхэсхэр Хьиса зэригъэхъужауэ щытарщ. Сыт хуэдэ лъахъэхэри зэпызыч, а жин бзаджэ зыхэс насыпыншэхэм, я жьэм тхъурымбэхэр къаӀурыжу хъийм икӀат, хьэуар я пыхьэ макъымкӀэ ягъэнщӀрэ, езыхэм фэбжь зрахыжу, гъунэгъу уахуэхъункӀэ Ӏэмал имыӀэу, дзыхьщӀыгъуэджэу. Ныкъуэдыкъуэ хъуа абыхэм я Ӏэпкълъэпкъ лъы защӀэхэмрэ я акъыл зэӀыхьахэмрэ я теплъэм кӀыфӀыгъэм я пщыр щыгуфӀыкӀырт. Бзаджэнаджэхэм яӀыгъхэм ящыщ зым жиӀащ: «Легионщ сэ си цӀэр, дэ куэд дохъури” (Мк. 5:9). Римым и дзэм и легионыр цӀыху минищ е минитхуу зэхэтт. ШейтӀаным и дзэри гуп-гупурэ гуэшащ, а жинхэр зыщыщ гупым хыхьэхэм я бжыгъэр легионым нэхърэ нэхъ мащӀэтэкъым. GCKar 480.2
Хьиса жиӀам едаӀуэри, жин бзаджэхэм псэдзыгъэ ящӀхэр къагъэнащ, мыдрейхэри сабыр дыдэу, зэгъэжауэ, я акъыл зэтесу, КъегъэлакӀуэм и лъапэм деж щэхуу щетӀысэхат. АрщхьэкӀэ, кхъуэ хъушэм хыхьэну хуит ящӀа жинхэм кхъуэхэр тенджыз архъуанэм хадзащ. Гергесинэ хэкум исхэм ягъуэта хэщӀыныгъэр апхуэдизу куэдыкӀейуэ къащыхъуати, Мэсихь и нэфӀщыхуэныгъэхэр ядэжакъым. Арати, Тхьэуэ цӀыхухэр Зыгъэхъужым а щӀыпӀэр ирагъэбгынащ. ШейтӀаныр зыхуеиххэр арат. Хъушэр зэрыкӀуэдамкӀэ Хьиса игъэкъуаншэри, абы цӀыхухэр я щхьэ ягъейуэ игъэшынащ, абы къыхэкӀкӀи ахэм Тхьэуэ ЕгъэджакӀуэм едэӀуэну хуеякъым. ХэщӀыныгъэ псомкӀи, насыпыншагъэ, гугъуехь псомкӀи шейтӀаным сытым дежи чристэнхэр егъэкъуаншэр, а бэлыхьхэмкӀэ лажьэ зиӀэр езымрэ и дэӀэпыкъуэгъухэрауэ зэрыщытымкӀэ зиумысыжыным ипӀэкӀэ. Абы сытым дежи къуаншэр егъэзахуэри, лажьэ зимыӀэр егъэкъуаншэр. GCKar 480.3
АрщхьэкӀэ, Мэсихь и мурадыр зэхэкъутакъым. Абы жин бзаджэхэр хуит ищӀащ кхъуэ хъушэр ягъэкӀуэдыну, фейдэ къыпахыну а псэущхьэ хьэрэмхэр зэрызэрахуэмкӀэ, журтхэм апхуэдэу егиящ. Мэсихь жинхэр зэтримыӀыгъатэмэ, абыхэм тенджызым хадзэнур кхъуэхэм я закъуэтэкъым, атӀэ ахэр зейхэри хадзэнут. Мэсихь и гущӀэгъумрэ и гу щабагъэмрэ я фӀыщӀэкӀэщ ахэр къызэрелар. КъищынэмыщӀауэ, а Ӏуэхугъуэр Тхьэм къыщӀигъэхъуар, шейтӀан ябгэр цӀыхухэми псэущхьэхэми тепщэу зэрыщытыр и еджакӀуэхэм нэрылъагъу дыдэ ящищӀыну хуейти аращ. КъегъэлакӀуэр хуейт, и гъуэгу ирикӀуэхэр зыхуэзэну бийр нэхъыфӀу къаригъэцӀыхуну, абы и хьилэшагъэмкӀэ, и бзаджагъэмкӀэ ахэр къигъапцӀэу къытемыкӀуэфын щхьэкӀэ. ШейтӀаным и Ӏэхъулъэхъухэр зэхикъутэу, абы и гъэрхэр щхьэхуит ищӀыжын зэрыхузэфӀэкӀыр а щӀыпӀэм щыпсэухэм къаригъэлъэгъуну хуейт Ар иджыри. Хьиса а щӀыналъэр ибгынэн хуей хъуа щхьэкӀэ, гъуэзэджэу щхьэхуит ищӀыжа цӀыхухэр абы къыщынащ, ФӀыгъуэ КъахуэзыщӀэм щыхьэт щытехъуэну. GCKar 481.1
Тхыгъэ ЛъапӀэм дыщрохьэлӀэ апхуэдэ нэгъуэщӀ щапхъэхэми. Хьиса сирофиникиянкэм и пхъум жин бзаджэ къыхихужащ (еплъ Мк. 7:26-30). «Зы цӀыху гуэр бзагуэрэ нэфрэ узыщӀ жиным иӀыгът» (еплъ Мф. 12:22), щӀалэр бзагуэ зыщӀа жиным иӀыгъыу, мызэ-мытӀэу «псыми мафӀэми хидзэрт, игъэкӀуэдын щхьэкӀэ” (еплъ Мк. 9:17-27); «бзаджэнаджэ» зыкӀэрыщӀауэ, хьэзаб зышэчыр Капернаум къалэм Тхьэм и унэм щэбэт зэӀущӀэм зэран щыхуэхъуат (еплъ Лк. 4:33-36), — а насыпыншэ псори гущӀэгъулы КъегъэлакӀуэм игъэхъужащ. Мы къедбжэкӀа Ӏуэхугъуэхэм, къанэ щымыӀэу, Мэсихь жинхэм акъыл зиӀэ псэущхьэхэм хуэдэу захуигъазэрт, лей зраххэм къакӀэрыкӀыну, афӀэкӀа хьэзабым хамыгъэтыжыну унафэ яхуищӀурэ. Капернаум Тхьэ щелъэӀухэм, Мэсихь и лъэщагъыр къыщалъагъум, ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ зыр адрейм еупщӀырт: «Мыр сыт зищӀысыр, Абы къаруи тепщэныгъи иӀэу, бзаджэнаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхехуж?” (Лк. 4:36). GCKar 481.2
Жинхэм яӀыгъхэм инэхъыбэм гугъуехьышхуэ зэхащӀэрт, арщхьэкӀэ, апхуэдэ къызыщымыщӀи щыӀэт. Егъэлеяуэ къэхъу зимыхабзэ къару яӀэн щхьэкӀэ, языныкъуэхэм зыми хамыгъэзыхьауэ шейтӀаным и тепщэм зратырт. Шэчыншэу, абыхэм жинхэр я жагъуэтэкъым. Апхуэдэхэм ящыщт Симон-тхьэгурымагъуэри, Елимэ-тхьэгурымагъуэри, Филипп къалэ Павелрэ Силэрэ щыкӀэлъыкӀуа унэӀут цӀыхубзри. GCKar 481.3
Тхыгъэ ЛъапӀэм бзаджэнаджэхэм теухуауэ белджылы дыдэу щыхьэтыгъэ къихьхэр я фӀэщ мыхъуурэ, шейтӀанри абы и мелыӀычхэри зэрыщыӀэр зымыдэхэм я дежкӀэ жин бзаджэхэм ялъэкӀхэр шынагъуэ Ӏейщ. Ахэр зэрыхьилэшым, зэрыбзаджейм хэдмыщӀыкӀыху, абыхэм фейдэ яӀэщ; куэдыр абыхэм я чэнджэщхэм, ягъэлъагъуэхэм тетщ, езыхэм я акъылкӀэ зекӀуэ ягугъэжми. Зэманым и кӀэм дыхуэкӀуэху, шейтӀаным цӀыхухэр къигъэпцӀэн, игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, и къарур телъыджэу къигъэсэбэпынущ, ар зэрыщыӀэр я фӀэщ мыхъуныр дэнэкӀи щыхипщэу. Аращ зытеухуэжар шейтӀаным и бзаджэнаджагъэр, гу лъэпкъ залъримыгъатэурэ щэхуу зыхуейр ищӀэнырщ. GCKar 482.1
ГъэпцӀакӀуэ иныр апхуэдизу зыми щышынэркъым, и бзаджагъэхэр сэтей къащӀыным нэмыщӀ. И хьэлыр зыхуэдэ дыдэмрэ и мурадхэмрэ нэхъыфӀу щӀихъумэн папщӀэ, ар йогугъу цӀыхухэм къафӀэмыӀуэхун щхьэкӀэ, дыхьэшхэным хуэдэу заригъэлъэгъуну. Ар арэзы дыдэ тохъуэ зэкӀэщӀэшауэ, дыхьэшхэну, псэущхьэ лъагъугъуейуэ къыщагъэлъагъуэм и деж — псэущхьэ ныкъуэу, цӀыху ныкъуэу. Абы игу ирохь щӀэныгъэ зыбгъэдэлъ цӀыхухэр иригушыӀэу, дыхьэшхэну къыщытепсэлъыхьхэм деж. GCKar 482.2
Ардыдэрщ къызыхэкӀыр, апхуэдизу Ӏэзэу абы зищӀыс дыдэр зэрыщӀихъумэфыр, дэнэкӀи цӀыхухэр щӀыщӀэупщӀэр: «Ар пэж дыдэу щыӀэ фи гугъэрэ?» жаӀэу. ЦӀыхухэм диным хапщащ, Тхьэм и Псалъэм и щыхьэт наӀуэхэм зэрыщыту пэщӀэувэ гъэсэныгъэхэр, — ари абы и лэжьыгъэм и ехъулӀэныгъэхэр зыгъэлъагъуэщ. GCKar 482.3
ШейтӀаным ижь къащӀихуу зи мыгугъэххэ цӀыхухэр апхуэдизу тыншу абы зэригъэдаӀуэрщ, Тхьэм и Псалъэм щапхъэ Ӏэджэ къыщӀихьыр, и къарур иущэхуауэ, бзаджэнаджагъэу абы илэжьхэр къыдигъэщӀэн папщӀэ, ар къыщыттеуэкӀэ дыпэщӀэувэжыфыну сытым дежи дыхьэзырын папщӀэ. GCKar 482.4
ШейтӀанымрэ абы и дзэмрэ я къарум я бзаджэнаджагъэм шэч хэмылъу дэ дигъэшынэнут, дигъэгузэвэнут, Дыкъэзыщэхужам и лъэщагъэр егъэзыпӀэ-быдапӀэу димыӀатэмэ. Дэ ди унэхэм ӀункӀыбзэ идот, бжэӀулъэкӀэ дегугъуу догъэбыдэ, ди мылъкумрэ ди гъащӀэмрэ цӀыху бзаджэхэм ящытхъумэн папщӀэ, ауэ ди гум екӀуэлӀапӀэ сытым дежи къэзылъыхъуэ, жин бзаджэхэм сыту мащӀэрэ дэ дызэрегупсысыр, ди къарукӀэ дыпэщӀэувэу, зыщытхъумэфыну щымытхэм. Ахэр хуит ящӀауэ щытатэмэ, ди акъылыр ягъэутхъуэнут, ди Ӏэпкълъэпкъыр зэкӀэщӀатхъынут, ди мылъкури, ди гъащӀэри ягъэкӀуэдынут. Гугъуехьхэмрэ насыпыншагъэхэмрэ абыхэм я гур хуабжьу хагъахъуэ. Тхьэм и унафэм емыдаӀуэу, шейтӀаным и гъэӀулэныгъэхэм зыдезыгъэхьэххэм я Ӏуэхур сыту гузэвэгъуэ, ауэ иджыри Тхьэм ахэр къигъэнакъым, бзаджэнаджэхэм я ӀэмыщӀэм къринэн хуэдэу. Ауэ Мэсихь и гъуэгу ирикӀуэхэр, Тхьэм сытым дежи къехъумэр. Ахэр къахъумэну уафэ мелыӀыч лъэщышхуэхэр, жин бзаджэхэм нэхърэ зи къарур нэхъ инхэр, къагъэкӀуащ. ШейтӀаныр къарууншэу къыщӀедз Тхьэм и лъэпкъыр къызэриухъуреихьа а хъумакӀуэхэм пхыкӀыну иужь щихьэхэм деж. GCKar 482.5