Бэнэныгъэ ин
29 ӀЫХЬЭ—ЕР КЪЫЗЭРЫХЪУАР
Гуэныхьыр къызэрыхъуари, ар щӀыщыӀэм и щхьэусыгъуэри куэдым я дежкӀэ къагурымыӀуэфыну щэхущ. Ем фӀэкӀыпӀэншэу гуауэ къихьу, хьэлэчу псори зэрызэхикъутэр щалъагъукӀэ, цӀыхухэр хуей-хуэмейми щӀоупщӀэр: Зи Ӏущагъми, Зи тепщэныгъэми, Зи фӀылъагъуныгъэми кӀэ зимыӀэм ар апхуэдэу дауэ щигъэӀэрэ? А щэхур ахэм я акъылым къитӀэсэфынукъым. Ар къазэрыгурымыӀуэм икӀи фӀэщхъуныгъэ здамыӀэм, абыхэм Тхьэм и Псалъэм зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу къыщыгъэлъэгъуа пэжыгъэхэу, дыкъелын папщӀэ къыдатахэр ялъагъуркъым. Гуэныхьыр щӀыщыӀэм и щхьэусыгъуэр къащӀэну хущӀэкъуурэ, Зиусхьэным зэи къызэӀуимыхахэм хыхьэну иужь итхэри щыӀэщ, икӀи, дауикӀ, упщӀэ яӀэ хъуахэм и жэуап ямыгъуэтурэ, фӀэщмыхъуныгъэмрэ критическэ гупсэ яӀэмрэ зэрахьэу, Тхьэм и Псалъэр зэрамыдэмкӀэ загъэзахуэ, а проблемэр зэпкърахыфыну зэрыщымытым щхьэкӀэ. Ер щӀыщыӀэм и щхьэусыгъуэу арэзы зытехъуэн жэуап зымыгъуэт цӀыхухэри щыӀэщ, хъыбарыжьхэмрэ узыгъэщхьэрыуэ гъэсэныгъэхэмрэ абыхэм я нэгур зэхуащӀри, Зиусхьэныр, Абы и пащтыхьыгъуэр зыхуэдэр, Ар гуэныхьым зэрыхущытыр къозыгъащӀэ Библиер гулъытэншэу къагъанэ. GCKar 458.1
Гуэныхьыр къызэрыхъуари, ар щӀыщыӀэм и щхьэусыгъуэри логическэу гурыӀуэгъуэ пхуэщӀынукъым. АтӀэми, гуэныхьыр къызэрыхъуамрэ, ар гъэкӀуэдыжыпэнымрэ дыщеплъкӀэ, ем ехьэлӀауэ Тхьэм и захуагъэри, и гущӀэгъури нэгъэсауэ зыхэтщӀыкӀыфынущ. Тхыгъэ ЛъапӀэм гурыӀуэгъуафӀэу къыбжеӀэр гуэныхьыр къызэрыхъуар Тхьэм зыкӀи зэримылажьэр. Уафэм зыкъэӀэтыныгъэм хуишэн хуэдэу Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр Ӏуихатэкъым, Абы и пащтыхьыгъуэми ныкъусаныгъэ лъэпкъ дэплъэгъунутэкъым. Гуэныхьыр узэмыжьа хьэщӀэм хуэдэщ, къызэрыхутар зыкӀи гурыӀуэгъуэ пхуэмыщӀыну. Ар узыхунэмысын щэхущ; гуэныхьыр бгъэзэхуэну иужь уихьэмэ — абы укъыщхьэщыжу аращ. Гуэныхьыр зэрыщыӀэм и щхьэусыгъуэр къэбгъуэтыфыну щытамэ, е ар къызэрыхъуар бгъэзахуэфтэмэ, ар гуэныхьу щытыжынутэкъым. Гуэныхьыр зищӀысыр къыбжезыӀэфыр Тхыгъэ ЛъапӀэм ит псалъэхэрщ — «гуэныхьыр — ар унафэр пкъутэнырщ». Тхьэм и пащтыхьыгъуэм и лъабжьэу щыт фӀылъагъуныгъэм и хабзэ иным пэщӀэувэ принципым ущытетым и дежщ гуэныхьыр къыщыхъур. GCKar 458.2
Ер къэмыхъу щӀыкӀэ Дунеибэ псом мамырыгъэрэ гуфӀэгъуэрэ щытепщэу щытащ. Псори Тхьэм и Ӏэмырым нэгъэсауэ гурыӀуэрт. Тхьэр фӀыуэ лъагъуныр псом япэ ирагъэщырт, зым адрейр фӀыуэ илъагъунри хьэрэмыгъэншэу къабзэт. Мэсихь — Псалъэр, Езым хуэдэу Тхьэм и Къуэр — ИгъащӀэкӀи псэу Адэм и гъусэу зыт. Ахэм я щытыкӀэри я мурадхэри зыт. Дунеибэ псом Тхьэм и мурад псоми щыгъуазэ Закъуэр Мэсихьт. Адэм Уафэм щыпсэу псори Мэсихь къригъэгъэщӀащ. «Абы псори къигъэщӀащ — уафэми щӀылъэми щыӀэ псори, плъагъухэри умылъагъухэри: тахътэхэри, пашэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри», Мэсихь и Адэм хуэдэу здэщытым, уафэ псом щхьэщи щӀыхьи къыхуащӀырт (Кол. 1:16). GCKar 459.1
Тхьэм и пащтыхьыгъуэм и лъабжьэр фӀылъагъуныгъэм и хабзэрауэ здэщытым, абы и принцип ин щыпкъагъэм дапхуэдизкӀэ тетми елъытат къагъэщӀа псоми насып яӀэныр. Тхьэр хуейщ Езым къигъэщӀа псоми фӀыуэ къалъагъуу къыхуэлэжьэну, пщӀэ къыхуащӀыну, Абы и хьэлыр акъылкӀэ къагурыӀуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ. Абы и гур зыкӀи хигъахъуэркъым залымыгъэкӀэ зыхуигъэлэжьэным, аращи, Абы псоми Ӏэмыр, хуитыныгъэ ярет, цӀыхухэр езыхэр хуейуэ къыхуэлэжьэфын папщӀэ. GCKar 459.2
Ауэ зыгуэр къахэкӀащ, а хуитыныгъэр ӀейкӀэ къэзыгъэсэбэпа. Гуэныхьыр япэу къыщыхъуащ, Мэсихь къыкӀэлъыкӀуэу етӀуанэ увыпӀэр зыӀыгъам, Тхьэм пщӀэ къызыхуищӀу щытам, и лъэкӀынагъкӀи и лъапӀагъкӀи адрей уафэ псэущхьэхэм нэхъ лъагэу щытам и деж. Дэмыхуэх щӀыкӀэ Люцифер япэ херувим нэхузехьэу, лъапӀэу, ныкъусаныгъэ лъэпкъ хэмылъу щытащ. «Мыпхуэдэу жеӀэ Зиусхьэну Тхьэм: уэ нэгъэсам уримыхъурт, Ӏущагъ псори ббгъэдэлът, дахагъэу щыӀэм уралейт. Жэнэтым ущыӀащ уэ, Тхьэм и жыг хадэм; уи щыгъынхэри мывэ нэхъ лъапӀэ дыдэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀауэ щытащ... мелыӀычхэм уралейуэ дагъэ лъапӀэр ныпщысхуат нэхузехьэ херувиму ущытын папщӀэ, ахэрат Сэ уэ пхуэзгъэфэщар; Тхьэм и бгы лъапӀэм ущыӀащ уэ, мафӀэ мывэхэми уахэту къэпкӀухьащ. УкъыщагъэщӀа махуэм щыщӀэдзауэ уи гъуэгу псомкӀи нэгъэсауэ ущытат хабзэншагъэ къыббгъэдэмыкӀыхукӀэ» (Иез. 28:12-15). GCKar 459.3
Уафэ мелыӀыч псоми Люцифер фӀыуэ къалъагъуу, пщӀэ къыхуащӀу зэрыщытым, Тхьэри нэфӀкӀэ къызэреплъым сыт щыгъуи щыгуфӀыкӀыфынут, езыми и хьэлым и фӀагъ псори адрейхэм и нэфӀ зэращихуэнум, КъэзыгъэщӀар зэригъэлъэпӀэнум хуигъэпсыфынут. АрщхьэкӀэ, бегъымбарым жеӀэр: «Уи дахагъэм къыхэкӀыу уи гур пагэ хъуащ, щытхъу узэрыхущӀэкъуам къыхэкӀыу уи Ӏущыгъэр бгъэкӀуэдыжащ” (Иез. 28:17). Люцифер хуэм-хуэмурэ зэрызигъэлъэгэным хущӀэкъуныр и гум фӀэфӀ хъуащ. «Уи акъылыр Тхьэм и акъылым хуэбгъадэу зыкъызэрыпфӀэщӀыжам щхьэкӀэ” (пыч. 6). «УигукӀэ жыпӀат: “Тхьэм и вагъуэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу си тахътэр сӀэтынщи, бгыщхьэм тхьэхэм сащыхэтӀысхьэнщ... Пшэ лъагэхэм я щхьэм сыдэкӀуеинщи, Тхьэм хуэдэ сыхъунщ”» (Ис. 14:13, 14). КъэзыгъэщӀар псом я нэхъыбэу фӀыуэ ялъагъуу, Абы хуэпэжу щытыным Тхьэм къигъэщӀахэр хуиущииным и пӀэкӀэ, Люцифер езым ахэр зыхуигъэлажьэу, щхьэщэ къызэрызыхуигъэщӀыным иужь ихьащ. Тхьэ Адэм и Къуэр къызыухъуреихь щӀыхьыр езым зэриӀэным щӀэхъуэпсурэ, уафэ мелыӀычхэм я пашэ Мэсихь фӀэкӀа нэгъуэщӀым имыӀэ тепщэныгъэр зыӀэригъэхьэну мурад ищӀащ. GCKar 460.1
Уафэ псом гуфӀэгъуэшхуэ хагъуатэрт КъэзыгъэщӀам и щӀыхьыр къателыдыкӀыу, Тхьэм щытхъу хуащӀыным. Тхьэр апхуэдизу ягъэлъапӀэу щытыху, псоми гупсэхугъуэрэ арэзыныгъэрэ яӀэу щытащ. Ауэ иджы уафэм зэгурыӀуэныгъэ нэгъэсар щыкъутат. Уи щхьэр пӀэтыныр, уи щхьэ закъуэ ухуэлажьэжыныр ДыкъэзыгъэщӀам и мурадым пэщӀэувэрт, нэхъапэм Тхьэм и щӀыхьыр япэ изыгъэщу щытахэм я гур гупсысэ Ӏейхэм хуигъажэу. Уафэ хасэм мызэ-мытӀэу Люцифер зыщӀэгупсысыжыну къыщелъэӀуащ, кърагъэгъэзэжын щхьэкӀэ. Тхьэм и Къуэм абы и фӀэщ ищӀырт Тхьэр зэрыиныр, зэрыфӀыгъуэр икӀи зэрызахуэр, Абы и Унафэр зэрылъапӀэри зэрыбыдэри. Езы Тхьэращ уафэм зэкӀэлъыкӀуагъэр щызыгъэӀэр, ар Люцифер къыфӀэмыӀуэхуу щикъутэкӀэ, КъэзыгъэщӀар апхуэдэу игъэпуду аращ, езыми щыхупӀэ-кӀуэдыпӀэм зыдидзэжу аращ. АрщхьэкӀэ, фӀылъагъуныгъэ гъунапкъэншэмрэ гущӀэгъумрэ къыхахыу, къызэрахъумэну иужь зэрита псоми, ар нэхъыбэу ерыщ иригъакӀуэрт. Люцифер и гур зэрыщыту фыгъуэным иритри, Ӏуэху кърихьэжьахэм нэхъыбэу абы нэхъ тригъэгушхуащ. GCKar 460.2
Езыр щэджащэу зэрыщытым ирипагэурэ, тепщэныгъэ нэхъ ин дыдэм ар щӀэхъуэпсырт. Зиусхьэным ар къызэриухъуреихьа щӀыхь лъапӀэм, абы хуэфащэ пщӀэ хуищӀакъым, кърита тыгъэ лъапӀэхэм щхьэкӀэ фӀыщӀэ лъэпкъ хуищӀакъым. Абы зигъэщӀагъуэрт уафэ псэущхьэ псоми я нэхъ лъапӀэу зэрыщытымкӀэ, арати, Тхьэм хуэдэ хъуну щӀэхъуэпсащ. Уафэ мелыӀычхэм фӀыуэ къалъагъуу абы пщӀэ къыхуащӀырт. ГуфӀэжу абы и унафэхэр ахэм ягъэзащӀэрт; ар псом нэхърэ нэхъ Ӏущт икӀи нэхъ лъапӀэти... АрщхьэкӀэ, уафэм и унафэщӀу псоми ялъытэр Тхьэм и Къуэрт, и Адэм тепщэныгъэуи къарууи иӀэм хуэдизыпс иӀэти. Мэсихь Тхьэм сытым дежи чэнджэщэгъу ищӀырт, абы щыгъуэм Люцифер Тхьэм и мурадхэм щыгъуазэтэкъым. Сыт, жиӀэрт абы, а мелыӀыч лъэщым, Мэсихь тепщэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэр щӀыӀэщӀэлъын хуейр? Сыт Ар, сэ, Люцифер нэхърэ щӀынэхълъагэр? GCKar 460.3
Люцифер Тхьэм и пащхьэ икӀри, мелыӀычхэм мыарэзыныгъэ яхилъхьэным иужь ихьащ. Узыхунэмысыфын щэхугъэкӀэ зыкъиухъуреихьауэ, Тхьэр хуабжьу илъытэ хуэдэу фэ зэрызытригъауэмкӀэ и мурад пэжыр щӀихъумэурэ, уафэм щыпсэухэр зыщӀэт унафэм хуэмыарэзы ищӀыным хущӀэкъурт ар, зыкӀи хуэмыныкъуэу абыхэм я хуитыныгъэр унафэхэм зэрагъэмащӀэр зэхэщӀыкӀыгъуафӀэ дыдэ зэрахуэхъуным хуэдэу яжриӀэурэ. МелыӀычхэр я щытыкӀэкӀэ щылъапӀэкӀэ, я фӀэщ ищӀырт абыхэм, щхьэж и Ӏэмырым къыхэкӀ гукъэкӀхэм тету псэун хуейуэ. Ар хущӀэкъурт абыхэм яфӀэгуэныхь зищӀыну, Мэсихь щӀыхь нэхъ лъапӀэр щритым, езым Тхьэр къекъуэншэкӀа хуэдэу фэ зытригъауэурэ. Абы тегъэчыныхьауэ жиӀэрт тепщэныгъэ нэхъ иным щыхущӀэкъури, увыпӀэ нэхъ ин зригъэгъуэтыну и ужь щӀитри езым зиӀэтын щхьэкӀэу щымыту, атӀэ уафэм щыпсэу псоми я лъэкӀыныгъэхэм нэхъыбэу зригъэужьын хуэдэу Ӏэмал яригъэгъуэтын щхьэкӀэу жиӀэурэ. GCKar 461.1
Зиусхьэным и гущӀэгъу иным къыхэкӀкӀэ, Люцифер икъукӀэ куэдрэ ишэчащ. Абы, мыарэзыныгъэ хэзысэм, и увыпӀэ лъагэр занщӀэу къыӀэщӀахакъым, уеблэмэ, Тхьэм хуэпэж мелыӀычхэм хабзэншагъэу зыщӀэныкъуэкъухэр яхилъхьэн щыщӀидзами, ар фӀэкӀуэдакъым. Зэман кӀыхькӀэ уафэм къыщынащ ар. Куэдрэ абы къыхуагъэгъуну яужь къитащ, хущӀегъуэжу, зиумысыжу и щхьэр игъэлъэхъшатэмэ. Гъунапкъэншэ ФӀылъагъуныгъэмрэ Ӏущыгъэмрэ я зэфӀэкӀ псори ирахьэлӀащ абы и щыуагъэхэр ирагъэлъагъужыным. Иджыри къыздэсым зэгурымыӀуэныгъэр зищӀысыр уафэм щащӀэтэкъым. Япэ щӀыкӀи езы Люцифери зыдэджэразэ щыхупӀэр зыхуэдэр къыгурыӀуэжу щытакъым, и гурыщӀэхэр зищӀыс дыдэри зэхищӀыкӀыртэкъым. Ауэ мыарэзыныгъэм лъабжьэ зэримыӀэр кърагъэлъэгъуа нэужь, Люцифер къыгурыӀуэжащ: езыр захуэкъым, Тхьэм и унафэхэращ захуэр. Абы ар уафэ псом я пащхьэ къыщиӀуэтэн хуейт, икӀи апхуэдэу ищӀатэмэ, езыми зыкъригъэлыфынут, мелыӀыч куэди къригъэлыфынут. А зэманым ар иджыри зыгуэркӀэ Тхьэм хуэпэжу къэнат. Нэхузехьэ херувиму япэм иӀа увыпӀэр фӀэкӀуэдынми, дауэ мыхъуми, езыр-езыру КъэзыгъэщӀар зэрыӀущыр илъытэу, Абы и мурад иным дзыхь хуищӀу, къыхуигъэлъэгъуэну къулыкъум арэзы техъуэну хьэзыру, Тхьэм и деж игъэзэжатэмэ, япэм иӀа хуитыныгъэр къратыжынут. АрщхьэкӀэ, нэгъуэщӀым едэӀуэну ар хуит ищӀакъым пагагъэм. Ерыщу езым и еплъыкӀэмрэ и Ӏуэхухэмрэ къыщхьэщыжурэ, зыхущӀегъуэжын зэримыщӀар жиӀэурэ, КъэзыгъэщӀам лъэкӀ къимыгъанэу зэребэнын гъуэгум къэгъазэ имыӀэу ар техьащ. GCKar 461.2
Адрейхэм къахэнэӀукӀ и акъылым и зэфӀэкӀ псори и унафэм щӀэт мелыӀычхэр гъэпцӀагъэкӀэ къызэрыдихьэхыным хуиунэтӀащ. Уеблэмэ, Мэсихь ар къихъумэну кърита чэнджэщхэри Тхьэм зэрепцӀыжа и мурадхэм щхьэкӀэ зригъэкӀуэкӀащ. Хуэфащэ пщӀэ къыхуамыщӀу, зыкӀи хабзэм къемызэгъыу и хуитыныгъэр дакъузэу, абы къызэрекъуэншэкӀыр къыжиӀэурэ, ар псом хуэмыдэу фӀыуэ къэзылъагъуу щытахэм ягу зыщӀигъэгъуну яхуэтхьэусыхэрт. Мэсихь и Псалъэр зригъэкӀуэкӀри, ар бзаджагъэ зэмылӀэужьыгъуэхэм ещащ, арыххэу, пцӀы иупсащ, Тхьэм и Къуэм абы и напэр уафэм щыпсэу псоми я пащхьэ щытрихыну иужь ит хуэдэу игъэкъуаншэри. Тхьэм хуэпэж мелыӀычхэмрэ езымрэ зэрызэтемыхуэхэр пцӀы зэфэзэщкӀэ зэрихъуэкӀауэ адрейхэм зэрыригъэлъэгъуным егугъурт ар. Абы къигъэделэу езым и лъэныкъуэ къыдихьэхыну хузэфӀэмыкӀа псори абы игъэкъуаншэрт, уафэм щыпсэухэм я фейдэ зыхэлъыр къызыфӀэмыӀуэху хуэдэу. Тхьэм хуэпэжу къэнахэр абы игъэкъуаншэрт, езым ищӀэр якӀэрилъхьэурэ. Тхьэр абы къызэрекъуэншэкӀыр адрейхэм я фӀэщ ищӀын щхьэкӀэ, КъэзыгъэщӀам и псалъэхэмрэ и Ӏуэхухэмрэ пцӀыкӀэ зэрихъуэкӀын щӀидзащ. Абы и политикэм и бзаджагъэр зыхэлъыр шыпсэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ мелыӀычхэр Ӏэнкун ищӀынырт, Тхьэм и мурадхэр къагурымыӀуэжу, шэч къатригъэхьэнырт. КъызэрыгуэкӀ дыдэхэм абы щэхугъэ хэлъу къигъэлъагъуэрт, Иеговэ и унафэ нэхъ гурыӀуэгъуэ дыдэхэри хуэӀэзэу зэригъэкӀуэкӀыурэ, абыхэми дзыхьмыщӀыныгъэм и ныбжь тригъадзэрт. Абы увыпӀэ лъагэ зэриӀыгъым, Тхьэм и пащтыхьыгъуэр зезыгъакӀуэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытми, абы жиӀэ псоми къару нэхъыбэ иригъэгъуэтырт, арати, куэдыр къапцӀэри, Уафэм Щытепщэм хуэмыарэзыуэ зыкъэзыӀэтам гухьащ. GCKar 462.1
Тхьэм Ӏущагъышхуэ бгъэдэлъу здэщытым, шейтӀаныр хуит ищӀащ, зэрихьэ Ӏуэхухэм адэкӀи пэрытыну, мыарэзыныгъэр наӀуэу зыкъэӀэтыныгъэм хуэкӀуэху. Ар Ӏэмалыншагъэт, абы и мурад псори къэтӀэщӀын папщӀэ, ахэр зищӀысри зыхуэунэтӀари псоми къалъагъуфын папщӀэ. Люцифер, дагъэ лъапӀэр зыщахуа херувиму здэщытым, увыпӀэ лъагэ иубыдт, уафэм щыпсэухэм икъукӀэ фӀыуэ къалъагъуу щытт, икӀи абы ижь ахэм хуабжьу къащӀихурт. Зиусхьэным и унафэм щӀэту зэригъакӀуэхэр уафэм щыпсэухэм я закъуэтэкъым, атӀэ къигъэщӀа дуней псоми Ар я унафэщӀу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, шейтӀаныр щыгугът, и зыкъэӀэтыныгъэр уафэ мелыӀычхэм къыдаӀыгъмэ, адрей дунейхэри абы къыхуэгъэпцӀэну. Абы и аргументхэр икъукӀэ шэрыуэу, тэрэзу зэкӀэлъигъакӀуэрт, хьилагъэ зэмылӀэужьыгъуэмрэ бзаджагъэмрэ къигъэсэбэпурэ. Абы и гъэпцӀагъэм и къарур икъукӀэ иныщэт, арати, пцӀым и фащэр зыщитӀагъэри, абы ехъулӀэныгъэ зригъэгъуэтащ. Уеблэмэ, Тхьэм хуэпэж мелыӀычхэм абы и хьэл дыдэр зэхащӀыкӀыфыртэкъым, абы и Ӏуэхухэм узыхуишэнур нэгъэсауэ къагурыӀуэртэкъым. GCKar 463.1
ШейтӀаным апхуэдизу увыпӀэ лъагэ иӀыгъти, ищӀэ псори апхуэдизу узыхунэмысыфын щэхугъэкӀэ къэухъуреихьауэ щытти, мелыӀычхэм икъукӀэ къегугъуэкӀырт абы илэжьхэр зыхуэдэ дыдэр къагурыӀуэныр. Гуэныхьыр мыхъуху, къыбгурыӀуэну гугъут, абы узыхуишэр фӀэкӀыпӀэншэу кӀуэдыжыныгъэу зэрыщытыр. Иджыри къыздэсым Тхьэм и Дунеибэ псом мыпхуэдэ зыри къыщыхъуатэкъыми, псэущхьэ лъапӀэхэм гуэныхьыр зищӀысымрэ абы и Ӏеягъэмрэ зыри хащӀыкӀыртэкъым. Абыхэм я нэгу къыщӀагъахьэфыну щыттэкъым Тхьэм и унафэр пкъутэным кърикӀуэну шынагъуэхэр. ЯпэщӀыкӀэ шейтӀаным и мурадхэр щӀихъумэу щытащ Тхьэм хуэпэж хуэдэу фэрыщӀу зэрызищӀымкӀэ. ФӀэщыгъэ хэлъу жиӀэрт абы, Зиусхьэным и лъапӀагъэр игъэбыдэу игъэбэгъуэну егугъуу, Зиусхьэным и пащтыхьыгъуэмрэ и щӀыхьымрэ игъэбыдэу уафэм щыпсэу псоми я фӀыгъуэм пылъыну. ЗэгурымыӀуэныгъэм и щхъухьыр ткӀуэпс-ткӀуэпсурэ и блыгущӀэт мелыӀычхэм я акъылым хигъаткӀуэурэ, Ӏэзагъышхуэ хэлъу фэ зытригъауэрт, и къару псом къызэрихькӀэ а зэгурымыӀуэныгъэр игъэкӀуэдыну иужь ит хуэдэу. Тхьэм и пащтыхьыгъуэм и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ зэрыхъуэжын хуейм тригъэчыныхьурэ, абы жиӀэрт уафэм зэгурыӀуэныгъэр апхуэдэу фӀэкӀа зэрыщомыхъумэфынур. GCKar 463.2
Зиусхьэныр гуэныхьым зэрыпэщӀэтыфынур щыпкъагъэрэ пэжыгъэрэкӀэт. ШейтӀаным езым и лъэныкъуэкӀэ, Тхьэм и дежкӀэ къемызэгъынухэр къигъэсэбэпырт — фэрыщӀагъ зыхэлъ щытхъумрэ пцӀымрэ. Тхьэм и Псалъэр зригъэкӀуэкӀыурэ Тхьэм и пащтыхьыгъуэр зэрызригъакӀуэхэр пцӀыкӀэ зэрихъуэкӀауэ мелыӀычхэм зэрабгъэдилъхьэным ар егугъурт, и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ ягъэзэщӀэн хуейуэ уафэм щыпсэухэм зэрыхуигъэувымкӀэ Зиусхьэныр мызахуэу я фӀэщ ищӀыну иужь итт, къигъэщӀа псори къедаӀуэу, жиӀэр ящӀэу зэрыщигъэтынымкӀэ, Абы Езым зигъэлъэпӀэн фӀэкӀа хуэмейуэ жиӀэрт. Арати, уафэм щыпсэу псоми, адрей дунейхэм щыпсэухэми Ӏэмал имыӀэу егъэлъэгъун хуейт Тхьэм и пащтыхьыгъуэм и захуагъэмрэ Тхьэм и Унафэм ныкъусаныгъэ лъэпкъ зэримыӀэмрэ. ШейтӀаным фэ зытригъауэрт Дунеибэм и фӀыгъуэ зэрихуэ хуэдэу. Абы къыхэкӀкӀэ псоми къагурыӀуэн хуейт узурпаторым и хьэлыр зыхуэдэ дыдэмрэ абы и мурадхэр зищӀыс дыдэмрэ. И хабзэншагъэхэмкӀэ абы езым зыкъыщӀигъэщыжын щхьэкӀэ зэман пыухыкӀа етын хуейт. GCKar 463.3
ШейтӀаным езым уафэм зэгурымыӀуэныгъэ къыщигъэхъуамкӀэ Тхьэм и унафэмрэ и пащтыхьыгъуэмрэ игъэкъуаншэрт. Е псори къызэрыкӀар Тхьэм и унафэ щӀыкӀэрауэ абы къыжиӀащ, езым и мурад закъуэр — ар Иеговэ и унафэхэр егъэфӀэкӀуэнырщ. Абы щхьэкӀэ зыщӀэныкъуэкъухэр зищӀыс дыдэр абы къыщӀигъэщыжыныр Ӏэмалыншагъэт, итӀанэ, Тхьэм и унафэм хэлъхьэн хуей зэхъуэкӀыныгъэу къыжиӀэхэр и ӀуэхухэмкӀэ игъэлъагъуэныр. Ар зыгъэкъуэншэжын хуейр езым илэжьыжарт. Ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ шейтӀаным жиӀэрт зыкъимыӀэтауэ. Дунеибэ псом я пащхьэ гъэпцӀакӀуэр сэтей къыщыщӀын хуейт. GCKar 464.1
АфӀэкӀа ар уафэм щыӀэжын хуэмейуэ унафэ щащӀами, Зи Ӏущагъыр Гъунапкъэншэм шейтӀаныр игъэкӀуэдыжакъым. Тхьэм къищтэ къулыкъур фӀыуэ къызэралъагъум къыхэкӀкӀэ къызэрыхуэлажьэм и закъуэщи, Абы къигъэщӀа псори къыхуэпэжыныр зэлъытар, Тхьэм и захуагъэмрэ и фӀыгъуагъэмрэ шэч къытрамыхьэу быдэу ящӀэнырт. Тхьэм Ӏиблисыр игъэкӀуэдыжатэмэ, уафэмрэ нэгъуэщӀ дунейхэмрэ щыпсэухэм, гуэныхьыр зищӀысымрэ абы кърикӀуэмрэ къагурыӀуэфыну щымыту, Тхьэр захуэу, гущӀэгъулыуэ ялъытэфынутэкъым. ШейтӀаныр занщӀэу ягъэкӀуэдыжамэ, абы щыгъуэм ахэр Тхьэм зэрыхуэлэжьэнур фӀыуэ ялъагъуурэтэкъым, атӀэ щышынэурэт. ГъэпцӀакӀуэми и кӀэм нэсу текӀуэнутэкъым абы щыгъуэм, зыкъэӀэтыныгъэм и гупсэр лъэужьыншэу кӀуэдынутэкъым. Ер и хъупӀэм нэсын хуейт. Дунеибэ псом я фӀыгъуэм и хьэтыркӀэ шейтӀаныр хуит щӀын хуейт и принципхэм нэхъыбэу зригъэужьыну, Тхьэм и пащтыхьыгъуэм теухуауэ зэригъэкъуаншэхэр зэрыщыт дыдэр къагъэщӀауэ щыӀэ псэущхьэ псоми къалъэгъун папщӀэ, итӀанэ, Зиусхьэныр зэрызахуэр, Абы и Унафэм гущӀэгъу зэрыхэлъыр икӀи зэрыбыдэр, шэч лъэпкъ хэмылъу, игъащӀэкӀи, псоми быдэу ящӀэнут. GCKar 464.2
КъэкӀуэну лӀэщӀыгъуэ псоми шейтӀаным зэрызыкъиӀэтар Дунеибэ псом дерс яхуэхъун хуейт, гуэныхьыр зищӀысымрэ абы шынагъуэ кърикӀуэхэмрэ игъащӀэкӀи щыхьэт техъуэу. ШейтӀаным илэжьхэм, мелыӀычхэми цӀыхухэми яхищӀыхьхэм, Тхьэм и тепщэныгъэр умылъытэным узыхуишэр къагъэлъагъуэн хуейт. А псор щыхьэт техъуэн хуейт, Тхьэм къигъэщӀа псоми я бэӀутӀэӀуншагъэр зыхэлъыр Тхьэм и Унафэр ягъэзэщӀэнымрэ Тхьэм и принципхэм тетынымрэ ару зэрыщытым. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, а зыкъэӀэтыныгъэ Ӏейм, акъыл зиӀэ псэущхьэхэм я нэр къахузэӀуихыу унафэншагъэр зищӀыс дыдэр къаригъэлъагъуу, дяпэкӀэ бэӀутӀэӀуншэу псэуным сэбэп къахуэхъун хуейт, псэущхьэ лъапӀэ псоми абы къыхаха дерсым игъащӀэкӀи ахэр, гуэныхь ящӀэным щихъумэу, гуэныхьым фӀэкӀыпӀэншэу кърикӀуэ гугъуехьхэмрэ тезырымрэ щихъумэу щытын хуейт. GCKar 465.1
ГъэпцӀакӀуэ иным зигъэзахуэурэ къекӀуэкӀащ уафэм бэнэныгъэр и кӀэм щынэсыхукӀи. ЗыфӀэгуэныхь хъухэр дэщӀыгъуу, шейтӀаныр уафэ псэупӀэ тхъэгъуэм къызэрырахунур къыщащӀэм, зыкъэзыӀэтахэм я пашэм къехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъыжу жиӀащ КъэзыгъэщӀам и Унафэм теплъэ зэрымыхъур. Абы иджыри къытригъэзэжри жиӀащ мелыӀычхэр къапщытэну зэрыхуэмыныкъуэр, абыхэм я унафэщӀу щытын хуейр, сыт щыгъуи фӀы ящӀэну ягу къэзыгъэкӀыну щыт, щхьэж езым и Ӏэмырырщ. Абы жиӀащ Тхьэм и хабзэхэм абыхэм я хуитыныгъэр игъэмащӀэу, абы къыхэкӀкӀи, Унафэр гъэкӀуэдыжын хуейуэ, уафэ псэущхьэхэр абы и Ӏэхъулъэхъум къикӀыжауэ, нэхъ лъагэ увыпӀэ, щӀыхь зыпылъым, хунэсыфын папщӀэ. GCKar 465.2
Зыжьэу шейтӀанми абы и лъэныкъуэгъухэми зэрызыкъаӀэтар зи лажьэр Мэсихьу къыщӀрагъэдзащ, къыдэмыхъурджэуамэ, зэи зыкъэтӀэтынутэкъым, жаӀэри. Нэмысыншагъэ Тхьэм иракуауэ, ерыщ екӀуауэ мыдаӀуэу, алейуэ Тхьэм и пащтыхьыгъуэр традзыну иужь иту, абы щыгъуэми, лажьэ лъэпкъ ямыӀэхэу, атӀэ тепщэ залымым лей къариха хуэдэу зыкъагъэлъагъуэу здэщытым, гъэпцӀакӀуэ инымрэ абы и лъэныкъуэгъухэмрэ уафэм кърадзыхащ. GCKar 465.3
Уафэм зыкъэӀэтыныгъэ къэзыхьа гупсэм, иджыри къыздэсым щӀылъэм зыщӀэгъэстакӀуэхэр щегъэгушхуэр. ШейтӀаным цӀыхухэм я дежи а политикэ дыдэр щрегъэкӀуэкӀ, мелыӀычхэр къыщигъапцӀэм къигъэсэбэпар. Абы и гупсэр ноби мыдаӀуэ бынхэм я тепщэщ. Абы хуэдэу ахэр хущӀокъу Тхьэм и унафэм хуит узыхуимыщӀхэр Ӏуахыну, унафэр зыкъутэ цӀыхухэм хуитыныгъэ иратыну къагъэгугъэр. ГуэныхьымкӀэ бгъэкъуэншэным гуэныхь зыщӀар къыппэщӀэувэжу къозэуэн ищӀ зэпыту къокӀуэкӀ. Узыгъэкъуаншэу Тхьэм къыбгъэдэкӀ макъым напэр къыщигъэушым деж, шейтӀаным цӀыхухэр трегъэгушхуэр загъэзэхуэну иужь итыну, къэзыухъурейхьхэм яфӀэгуэныхь загъэхъуу зыкъыщхьэщагъэжыну. Я щыуагъэхэр ягъэзэкӀуэжыным ипӀэкӀэ, цӀыхухэр къыщӀэзыгъэщам пэщӀоувэхэр, къэхъуа гурымыхьым и щхьэусыгъуэ закъуэр ара хуэдэу. Авел цӀыху щыпкъэм и махуэхэм щыщӀэдзауэ иджыри къыздэсым гуэныхьыр игъэкъуэншэну тегушхуэ дэтхэнэми апхуэдэущ зэрыхущытыр. GCKar 465.4
Уафэм зэрыщищӀэу щытауэ, залым гущӀэгъуншэ ткӀийм хуэдэу Зиусхьэныр къигъэлъагъуэурэ, шейтӀаным цӀыхухэр гуэныхьым хуишащ. Ар къыщехъулӀэм, абы жиӀащ цӀыхухэр дэзыгъэхуэхар, Тхьэм къигъэув мызахуагъэ хуэдэхэрауэ, езы дыдэри зэгуэрым хьэргъэшыргъэ къиӀэтыным хуэзыша хуэдэм. GCKar 466.1
АрщхьэкӀэ, псом я нэхъ Лъагэр зыхуэдэр Езым къыджеӀэр: «Зиусхьэнщ, Зиусхьэнщ Тхьэр — цӀыхур фӀыуэ зылъагъущ, гущӀэгъулыщ, икъукӀэ тэмакъкӀыхьщ, куэду гущӀэгъу зыщӀщ, пэжщ, щӀэблэ миным нэсыху и гущӀэгъур зыхъумэщ, цӀыхум и къуаншагъэри, и щӀэпхъаджагъэри, и гуэныхьри хуэзыгъэгъущ» (Исх. 34:6, 7). GCKar 466.2
Тхьэм шейтӀаныр уафэм къыщрихум, и захуагъэм Езыр щыхьэт техъуэжащ, икӀи абыкӀэ и тахътэм и щӀыхьыр ихъумэжащ. А дэхуэха гупсэм и гъэпцӀагъэм едаӀуэу, цӀыхум гуэныхь щищӀам щыгъуэ, Тхьэр и фӀылъагъуныгъэм щыхьэт техъуэжащ, Езым хуэдэ и Къуэр цӀыху лъэпкъ дэхуэхам и хьэтыркӀэ лӀэныгъэм иритри. А ӀуэхумкӀэ Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр нэгъэсауэ къыдигъэлъэгъуащ. Жорыр — щыхьэтыгъэ лъэщщ, Люцифер къыхиха гуэныхьым и гъуэгур Тхьэм и пащтыхьыгъуэм и ныкъусаныгъэу зыкӀи зэрыщымытыр къигъэлъагъуэу. GCKar 466.3
КъегъэлакӀуэр щӀылъэм цӀыхухэм щыхуэлэжьам щыгъуэ, Мэсихьрэ шейтӀанымрэ я зэбэныныгъэм, гъэпцӀакӀуэ иным зэрыщыту зыкъыщыщӀигъэщащ. Зыми апхуэдизу уафэ мелыӀычхэм шейтӀаным ягу щигъэкӀыфынутэкъым, Дунеибэ псоми я щӀыб къыхурагъэгъэзэфынутэкъым, ар гущӀэгъуншэу дунейм и КъегъэлакӀуэм къытезэрыгуэу зэрыщытам хуэдэу. Мышынэу, Тхьэр игъэпцӀу, шейтӀаным Мэсихь щхьэщэ зыхуригъэщӀыну иужь зэритам; зыкъыфӀэщӀыжауэ зэрызыщытхъужам, Хьиса бгыщхьэм щытригъувам щыгъуэ, хьэмэрэ Тхьэм и унэм и унащхьэм щыдрихьеям щыгъуэ; абы бзаджагъэу и мурад къыщӀэщахэм, уи щхьэр зыгъэуназэ лъагапӀэм зыкъридзыхыжыну Мэсихь щыжриӀам щыгъуэ; хьилагъэ къыкӀэлъызэрихьэ зэпыту Хьиса игъэӀэпхъуэшапхъуэу къызэрырихуэкӀам; икӀэм-икӀэжым, щоджэнхэм я гур быдэ ищӀу, Абы и фӀылъагъуныгъэм я щӀыб хуагъазэу, замыщӀэжу «Жорым, жорым еӀулӀ ар!», — жаӀэу, зэригъэкӀияхэм — а псори ягъэщӀагъуэу Дунеибэр хуабжьу зэгуигъэпащ. GCKar 466.4
ШейтӀанырщ дунейм Мэсихь къезымыгъэщтар. Ем и пщым и къару псори, и бзаджагъэ псори Хьиса игъэкӀуэдыным ирихьэлӀащ. КъегъэлакӀуэм цӀыхухэм игу щӀэгъуу, фӀыуэ илъагъуу, ядэгузавэу, щабэу яхущыту, я гуэныхьхэр къазэрыхуигъэгъумкӀэ Тхьэм и хьэлыр дунейм къазэрыхузэӀуихыр илъагъурти — Ар абы игу техуэртэкъым. ШейтӀаныр Тхьэм и Къуэм и зы псалъэ дэтхэнэми пэщӀэувэрт икӀи КъегъэлакӀуэм и гъащӀэр гугъуехьрэ гуауэрэкӀэ игъэнщӀын щхьэкӀэ цӀыхухэр и Ӏэмэпсымэм хуэдэу къигъэсэбэпырт. Хьиса и лэжьыгъэм зэран хуэхъуным зэрыхущӀэкъуауэ, абы пцӀы къигупсысахэри бзаджагъэ зэрихьахэри; мыдаӀуэныгъэм и къуэхэмкӀэ дыджагъыу илэжьа псори; жумартынымрэ Тхьэм фӀэлӀыкӀынымрэ и щапхъэ нэс зи гъащӀэмкӀэ къэзыгъэлъэгъуа Хьиса, гущӀэгъуншэу бзаджэнаджагъэкӀэ зэригъэкъуаншари, — а псор абы къызыхихар и гужьгъэжьыр куэд щӀауэ Хьиса трикъутэну зэрыхуейрт. Уафэ псор шынагъэм зэщӀищтауэ, дымауэ, куэдрэ щӀахъума фыгъуэныгъэм, бзаджагъэм, губжьым, жагъуэм я мафӀэ шынагъуэм Тхьэм и Къуэр Голгофэм зэрыщилыгъуэм кӀэлъыплъащ. GCKar 467.1
Къурмэнышхуэр къахьа нэужь, Мэсихь уафэм дэкӀуеижащ, мелыӀычхэм щхьэщэ къыхуащӀыныр имыдэу: «Уэ къызэптахэр, сыхуейщ, Сэ сыздэщыӀэм, ахэри си гъусэу щыӀэну”, — жиӀэу, и лъэӀур и Адэм и пащхьэ иримылъхьэху (Ин. 17:24). Адэм и тахътэм къыбгъэдэкӀыу жэуапым и макъ къэӀуащ, пхуэмыӀуэтэну фӀылъагъуныгъэрэ къарукӀэ гъэнщӀауэ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми Абы щхьэщэ хурыращӀ» (Евр. 1:6). Хьиса зы бжьыгъэ телъу къыщӀэкӀакъым. Абы и къурмэныр Тхьэм къабыл ищӀащ, сыт хуэдэцӀэм нэхъри нэхъ лъапӀэу Абы цӀэ фӀащащ. GCKar 467.2
Иджы шейтӀаным и къуаншагъэр зыкӀи пхуэгъэзэхуэжынутэкъым. Абы зыкъицӀыхужащ пцӀыупсрэ цӀыхуукӀыу зэрыщытымкӀэ. Иджы гурыӀуэгъуэ хъуат абы и къарум щӀэт цӀыхухэм зыхуейр яригъащӀэу иӀа гупсэм уафэм щыпсэухэм я дежи зэрызыкъыщигъэлъэгъуэнутэр. Абы тригъэчыныхьу щытащ Тхьэм и унафэр пкъутэмэ, абы Дунеибэм щыпсэухэм хуитыныгъэ къахуихьу лъагэу иӀэтыну, ауэ иджы гурыӀуэгъуэ зэрыхъуащи, абы ахэр пщылӀыгъэмрэ кӀуэдыжыныгъэмрэ хуишэн къудейуэщ зэрыщытар. GCKar 467.3
ШейтӀаным Тхьэм и хьэлымрэ и пащтыхьыгъуэмрэ пцӀыуэ кӀэрилъхьар къыщӀэщащ. Абы Тхьэр игъэкъуэншат, къигъэщӀахэр къедаӀуэу и унафэм щӀигъэтыну зэрыхуеймкӀэ, Абы и Ӏэмырыр ахэм якӀэрилъхьэу, икӀи зэрызигъэлъэпӀэным хущӀэкъун фӀэкӀа хуэмейуэ жиӀэрт, псори псэемыблэжу щытыным хуиущийурэ, ДыкъэзыгъэщӀам, Езым зыкӀи щхьэузыхь зимыщӀу, жиӀэрт. Иджы псоми къалъэгъуат, дэхуэха гуэныхьыщӀэ лъэпкъыр къригъэлын папщӀэ Дунеибэ псом и УнафэщӀым къурмэн нэхъ ин дыдэу щыӀэр къызэрихьар, фӀылъагъуныгъэм хузэфӀэкӀыфыну щыӀэ псор ищӀэу; «Тхьэм МэсихькӀэ дунейр Езым зригъэкӀужащ» (2 Кор. 5:19). Апхуэдэуи псоми къалъэгъуащ, Люцифер щӀыхьрэ тепщэныгъэ нэхъ ин дыдэмрэ здыхущӀэкъум, гуэныхьым бжэр зэрыхузэӀуихар, атӀэ Мэсихь гуэныхьыр игъэкӀуэдыжын папщӀэ, Езым и щхьэр игъэлъахъшэри, лӀэныгъэм нэсыхукӀэ жыӀэдаӀуэу щытащ. GCKar 468.1
УбатакӀуэм и принципхэр игу зэрыримыхьыр Тхьэм къигъэлъэгъуащ. Уафэ псом зэрыщыту къалъэгъуащ Тхьэм и захуагъэр, шейтӀаным хьэкум щытрищӀэми, цӀыхухэр къызэрищэхужымкӀи. Унафэм зыщимыхъуэжкӀэ, ар зыкъутам къыщыхуэмыгъуфынукӀэ, жиӀэрт Люцифер, абы щыгъуэм Унафэр зыкъута дэтхэнэ зыми КъэзыгъэщӀам гущӀэгъу къыхуищӀыну игъащӀэкӀи Ӏэмал иӀэфын хуейкъым. Абы жиӀэрт гуэныхь зыщӀа цӀыхухэр къамыщэхужыфыну, ауэ щыхъукӀэ хабзэм ипкъ иткӀэ ахэр езым хуэфащэу ейуэ. АрщхьэкӀэ, Мэсихь и лӀэныгъэр цӀыхум и телъхьэ узыпэмылъэщын хъуащ. Хабзэм ипкъ иткӀэ, тезырыр Тхьэм хуэдэ Дыдэм техуащ, иджы цӀыхум Мэсихь и щыпкъагъэр къыхуэщтэнущ, Ӏэсэу, Тхьэм фӀэлӀыкӀыу псэумэ текӀуэныгъэ къыхуэхьынущ, Тхьэм и Къуэр шейтӀаным и тепщэм зэрытекӀуам хуэдэу. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, Тхьэр щыпкъэщ, захуэщ, Хьиса зи фӀэщ хъухэри зыгъэзэхуэжщ. GCKar 468.2
Ауэ Мэсихь дунейм къыщӀэкӀуар, гугъуехьым, лӀэныгъэм и уасэкӀэ цӀыхур къищэхужыным и закъуэкъым. Абы «унафэр игъэлъапӀэу и щӀыхьыр игъэбэгъуэн хуейт». ЩӀылъэм щыпсэухэм Абы хуэфащэ пщӀэ хуаригъэщӀыным имызакъуэу, Дунеибэ псом, Тхьэм къигъэщӀахэр здэщыпсэууэ щыӀэ дунейхэм, я фӀэщ ищӀын хуейт Унафэм зэрызимыхъуэжыр. Унафэм къигъэувхэр пхъуэж хъуну щытамэ, ар зыкъутахэр къищэхужын папщӀэ, Тхьэм и Къуэм и гъащӀэр щӀитын хуей щыӀэнутэкъым. Мэсихь и лӀэныгъэр щыхьэт тохъуэр абы къутапӀэ зэримыӀэм. Адэмрэ Къуэмрэ гъунапкъэншэу гуэныхьыщӀэр фӀыуэ зэралъагъум къаригъэхьа а къурмэныр, Дунеибэ псом щыхьэт яхутохъуэ захуагъэр, гущӀэгъур — Унафэмрэ Тхьэм и пащтыхьыгъуэмрэ я лъабжьэу зэрыщытым. ЦӀыху дэхуэхахэр къызэращэхуж а Ӏуэхушхуэм фӀэкӀа нэгъуэщӀым зыми Тхьэм и хьэлыр зыхуэдэ дыдэр, зищӀысыр, и пэжагъыр зэфӀигъэувэжыфынутэкъым. GCKar 468.3
Иужь хьэкумым щызэхэкӀынущ, гуэныхьыр къэхъуным зыри щхьэусыгъуэ зэримыӀар. Дуней псом и ХьэкумщӀакӀуэм шейтӀаным жэуап иригъэтыну щрихулӀэкӀэ: «Сыт уэ укъыспэщӀэувэу зыкъэпӀэту си Пащтыхьыгъуэм щӀэтхэр къыщӀэбдыгъуар?”, — жиӀэу щеупщӀкӀэ, ер зыублам зэрызигъэзэхуэну зыри хужыӀэнукъым. Зыми зы псалъэ жиӀэнукъым, зыкъэзыӀэта гуартэм я бзэр иубыдынущ. GCKar 469.1
Голгофэ жорыр щыхьэт тохъуэр Унафэр зэрыбыдэм, икӀи Дунеибэ псом ярегъэлъагъу гуэныхьым и тезырыр лӀэныгъэу зэрыщытыр. И псэр хэкӀын ипэ КъегъэлакӀуэм «ЗэфӀэкӀащ!” жиӀэу къызэрыхэӀукӀар, шейтӀаным и дежкӀэ укӀкӀэ и тезырыр зэращӀэнур зэхихауэ аращ. Апхуэдиз зэманкӀэ екӀуэкӀа бэнэныгъэшхуэр зэриухыну щӀыкӀэр зэхэкӀащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ ер лъэужьыншэу гъэкӀуэдыжыным Ӏэмал къыхуагъуэтащ. Тхьэм и Къуэр кхъэм и куэбжэм дэкӀащ, «лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтӀаным и къарур Езым и лӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын папщӀэ» (Евр. 2:14). Люцифер зиӀэтыну зэрыхуеяр мы псалъэхэм къагъэлъагъуэр: «Тхьэм и вагъуэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу си тахътэр сӀэтынщи... Тхьэм хуэдэ сыхъунщ” (Ис. 14:13,14). Зиусхьэным жеӀэр: «Сэ уэ щӀылъэм сахуэ ущысщӀынурэ... игъащӀэкӀи ущыӀэжынукъым” (Иез. 28:18, 19). «КъэкӀуэнущ махуэ, хьэкум хуэдэу жьэражьэу; абы щыгъуэм пагэ псори, бзаджагъэ зыщӀэ псори хьэуазэм хуэдэнущ, къэкӀуэну махуэм ахэр исынущ, лъабжьи къуэпси къахуимыгъанэу, жеӀэр Зиусхьэну Уафэм и Дзэпщым” (Мал. 4:1). GCKar 469.2
Дунеибэ псом къалъэгъунущ гуэныхьыр зищӀысри абы кърикӀуэхэр зыхуэдэри. ШейтӀаным зыкъыщиӀэтам Тхьэм ар занщӀэу игъэкӀуэдыжатэмэ, мелыӀычхэр хуабжьу абы игъэшынэнут, Тхьэм и щӀыхьри гъэпуда хъунут. Ауэ иджы ар зэрагъэкӀуэдыжыпэнур Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм и щыхьэту щытынущ икӀи Дунеибэ псом щыпсэухэу, Тхьэм и Ӏэмырыр ягъэзэщӀэным нэхъ тхъэгъуэ зимыӀэхэм, зи гум Абы и Унафэр зитхахэм я дежкӀэ, Тхьэр нэхъ лъагэжу иӀэтынущ а Ӏуэхугъуэм. АфӀэкӀа зэи бзаджагъэ щыӀэжынукъым. Тхьэм и Псалъэм жеӀэр: «Насыпыншагъэм афӀэкӀа къытригъэзэжынукъым” (Наум. 1:9). Тхьэм и Унафэр, шейтӀаным пщылӀыпӀэм и бжьу къигъэлъэгъуар, хуитыныгъэм и унафэу ялъытэнущ. Тхьэм къигъэщӀауэ ягъэунэхухэу а гъэунэхуныгъэхэр зышэчыфахэм афӀэкӀа зэи шэч къытрахьэжынукъым зэрыхуэпэжынум Тхьэм, узыхунэмысыфын фӀылъагъуныгъэ ЗиӀэу, зи Ӏущагъым кӀэ ЗимыӀэу нэгъэсауэ ЗакъыхузэӀузыхам. GCKar 469.3