Бэнэныгъэ ин
25 ӀЫХЬЭ—ТХЬЭМ И УНАФЭР БЫДЭЩ
« афэм Тхьэм и унэшхуэр къызэӀукӀри, зэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэр абы къыщылъэгъуащ” (Откр. 11:19). Тхьэм Езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ пхъуантэр Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым щӀэтщ, псэупӀэ лъапӀэм и етӀуанэ Ӏыхьэм. ЩӀылъэм щыӀа шэтыр лъапӀэм, «уафэм щыӀэм и образу, и ныбжьу щытам”, дин Ӏуэхухэр щалэжькӀэ, а етӀуанэ Ӏыхьэр Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэм и закъуэт къыщызэӀуахыу щытар, псэупӀэ лъапӀэр ягъэкъэбзэн папщӀэ. Аращи, уафэм Тхьэм и унэшхуэр къызэӀукӀри, зэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэр абы къыщылъэгъуащ жыхуиӀэм къегъэлъагъуэр 1844 гъэм Мэсихь уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм и нэхъ ЛъапӀэ Пэшым зэрыщӀыхьар, цӀыхухэр къызэрищэхуж Ӏуэхушхуэм и иужь Ӏыхьэм пэрыхьэн папщӀэ. Я Щоджэнышхуэм нэхъ ЛъапӀэ Пэшым и лэжьыгъэм щыщыщӀидзэм фӀэщхъуныгъэкӀэ кӀэлъыкӀуахэм, Тхьэм Езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ и дыщэ пхъуантэр ялъэгъуащ. ПсэупӀэ лъапӀэм егупсысурэ, ахэм КъегъэлакӀуэм и лэжьыгъэм зэхъуэкӀыныгъэ къыщыхъуахэр къагурыӀуащ, иджы Тхьэм и дыщэ пхъуантэм деж, Абы и лэжьыгъэр зэрыщрихьэкӀыр къагурыӀуащ, Езым и Лъым и фӀыщӀагъэхэр цӀыхухэм ялъигъэсу. GCKar 402.1
ЗэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэм, щӀылъэм щыӀа шэтыр лъапӀэм щӀэтам, Тхьэм и унафэхэр тету мывэ джеитӀ дэлъащ. Дыщэ пхъуантэр, Тхьэм и унафэр щахъумэу щытауэ аращ, абы и лъапӀагъри и фӀагъри къызыхэкӀыр Тхьэм и унафэхэр зэрыдэлъырт. Уафэм Тхьэм и унэшхуэр къыщызэӀукӀам, зэгурыӀуэныгъэм и дыщэ пхъуантэр абы щыплъагъут. Уафэм щыӀэ шэтыр лъапӀэм и нэхъ ЛъапӀэ Пэш кӀуэцӀым ягъэлъапӀэу щахъумэр Тхьэм и Унафэр — Синай Ӏуащхьэм уафэр зэщӀэгъуагъуэу Зиусхьэным щигъэӀуауэ щытар, Езым и ӀэкӀэ мывэ джеитӀым тритхар. GCKar 402.2
Уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щахъумэ Тхьэм и Унафэр — ар подлинникышхуэщ, мывэ джеитӀым абы ещхьыркъабзэу тратха тхыгъэр зытращӀыкӀарщ, Муса бегъымбарым ар Торэм щитхыжащ. А упщӀэм мыхьэнэшхуэ зэриӀэр къызыгурыӀуахэм, Тхьэм и унафэм и лъапӀагъри, и быдагъри хьэкъыу япхыкӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. Япэм хуэмыдэу, КъегъэлакӀуэм и псалъэхэм я къарур абыхэм къагурыӀуащ: «Уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Тхьэм и хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, псори гъэзэщӀа хъуху” (Мф. 5:18). Тхьэм и унафэр — ар Тхьэм и Ӏэмырыр къызэӀузыхыу, Абы и хьэлыр зыгъэлъагъуэу «щыхьэт пэжу уафэм” игъащӀэкӀи щыӀэщ. Тхьэм и унафэм щыщ зыри зэи яхъуэжакъым, и хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀуми и зы хьэдзи. ЗэчыржыӀакӀуэм жеӀэр: «ИгъащӀэкӀи, Зиусхьэн, Уи псалъэр уафэм щыбыдэщ». Тхьэм и унафэхэр псори захуэщ, «игъащӀэкӀи, игъащӀэ псокӀи быдэнущ...» (Пс. 118:89; 110:8). GCKar 403.1
УнафипщӀым я джэлэсу еплӀанэ унафэр щытщ, пэщӀэдзэм ар зэрагъэӀуам хуэдэу: «Уигу игъэлъ щэбэт махуэр, бгъэлъэпӀэн папщӀэ; махуихкӀэ лажьэ, уи Ӏуэху псори щӀэ, ауэ ебланэ махуэр — щэбэтыр, Зиусхьэн уи Тхьэм ейщ: уэрикӀ, уи къуэми, уипхъуми, уи пщылӀми, уи унэ къихьа зыми а махуэм Ӏуэху лъэпкъ фымыщӀэ. МахуихкӀэ къигъэщӀащ Зиусхьэным уафэри щӀылъэри, тенджызри, абыхэм хэт псори, ауэ ебланэ махуэм зэгъащ. Абы къыхэкӀкӀэ, Зиусхьэным щэбэт махуэм и нэфӀ щыхуэри, ар игъэлъэпӀащ” (Исх. 20:8-11). GCKar 403.2
Тхьэм и Псалъэм егупсысхэм я гум Дух ЛъапӀэр елэжьащ. КъэзыгъэщӀам зэгъэгъуэ махуэу къыхихам щымыгъуазэу зэрамыгъэлъэпӀар, Тхьэм и унафэр якъутэу зэрыщытар абыхэм хуабжьу ягу къеуэрт. Тхьэм къыхигъэщхуэхукӀыу игъэлъэпӀа махуэм и пӀэкӀэ, цӀыхухэм нэгъуэщӀ махуэ — тхьэмахуэм и япэ махуэр — ягъэлъэпӀэн хуей щӀэхъуа щхьэусыгъуэр зэхэгъэкӀыным иужь ихьащ ахэр. Тхьэм и унафэ еплӀанэм темыхуэу зыри, е зэгъэгъуэ щэбэт махуэм и пӀэкӀэ нэгъуэщӀ махуэ гъэлъэпӀэн хуейуи зыри Тхыгъэ ЛъапӀэм абыхэм къыщагъуэтакъым. ЩӀэдзапӀэм ебланэ махуэм Тхьэм и нэфӀ зэрыщыхуам зэи зихъуэжакъым. Ягу псомкӀэ Тхьэм и Ӏэмырыр къащӀэну хущӀэкъурти, ахэм Тхьэм и унафэр зэракъутэмкӀэ къуаншагъэ ябгъэдэлъу залъытэжащ, арати, абы хуабжьу игъэнэщхъейхэт. Апхуэдэу щыхъум, Тхьэм зэрыхуэпэжыр ягъэлъэгъуэн папщӀэ, абыхэм Тхьэм и щэбэтыр ягъэлъэпӀэн щӀадзащ. GCKar 403.3
Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэтӀэсхъэну цӀыху куэд хуабжьу хущӀэкъуат. Дэтхэнэми къыгурыӀуэрт, щӀылъэм щыӀа псэупӀэ лъапӀэр, уафэм щыӀам и прообразу щытамэ, абы щыгъуэм, Тхьэм, Езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ пхъуантэу щӀылъэм щыӀам щахъумэу щыта Тхьэм и Унафэр уафэм щыӀэ дыщэ пхъуантэм дэлъ Тхьэм и Унафэм и копие пэжу зэрыщытар. Арати, уафэм псэупӀэ лъапӀэ зэрыщыӀэ пэжыгъэр къэпщтэным Тхьэм и Унафэм къигъэувхэри къэпщтэн хуей ищӀырт: ебланэ махуэр плъытэн хуейуэ, еплӀанэ унафэм зэрыжиӀэм ипкъ иткӀэ. Аращи, Тхыгъэ ЛъапӀэр зэрызэкӀэлъыкӀуэм хуэдэу, тэмэму щӀэджыкӀын зымыдэхэм я щхьэусыгъуэ пэжыр — ар Тхьэм и Псалъэр щыбджкӀэ, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм Мэсихь дин Ӏуэху щилэжьу къызэригъэлъагъуэр наӀуэ зэрыхъурщ. Зиусхьэным къызэӀуиха бжэр зэхуащӀыжыну егугъут цӀыхухэр. Ауэ «зыми хузэхуэмыщӀыжыну бжэр КъызэӀузыхым, зыми хузэӀуимыхыжыну бжэр ЗэхуэзыщӀым», жиӀащ: «Мис, Сэ уи пащхьэ бжэр зэӀусхащ, зыми ар зэхуищӀыжыфынукъым» (Откр. 3:7, 8). Мэсихь бжэр зэӀуихащ, абы къикӀращ: Я нэхъ ЛъапӀэ Пэшым Ар лэжьыгъэм щыпэрыхьащ, арати, псэупӀэ лъапӀэм и бжэ зэӀухам къыщӀэпсыкӀри, щӀылъэм нэху къытепсащ. Псоми къалъэгъуащ еплӀанэ унафэр, уафэм щыӀэ псэупӀэ лъапӀэм щахъумэ Тхьэм и Унафэм щыщ Ӏыхьэу зэрыщытыр. Тхьэм игъэувар цӀыхум ихъуэжыфынукъым. GCKar 403.4
Мэсихь медат лэжьыгъэ зырырихьэкӀымрэ Тхьэм и Унафэр зэрыбыдэмрэ ятеухуа пэжыгъэр къэзыщтахэм гу лъатащ КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм а пэжыгъэ дыдэхэм я гугъу зэрищӀым. ЩӀылъэм щыпсэухэр Зиусхьэным къызэригъэзэжынум хуигъэхьэзырыну хуейуэ, а псалъащхьэм Ӏуэхугъуищым ущехъумэ. «Тхьэм хьэкум щищӀэну сыхьэтыр къэсащ”, — псалъэхэм Мэсихь цӀыхухэр къызэрищэхуж лэжьыгъэм и кӀэух Ӏыхьэр ягъэлъагъуэ. Абы хэлъ пэжыгъэр цӀыхухэм егъэщӀэн хуейщ, КъегъэлакӀуэм и медат лэжьыгъэр иухыу, и лъэпкъыр Езым и деж зришэлӀэжын щхьэкӀэ, къищтэжыну щӀылъэм къэмыкӀуэ щӀыкӀэ. ЗэхэзыгъэкӀ хьэкуму 1844 гъэм щӀидзар, дэтхэнэ зыми — лӀами, псэуми — Ӏыхьэ хуэхъунур къахутэху екӀуэкӀынущ. Аращи, ар, гъэунэхуныгъэ зэманыр, и кӀэм нэсыху екӀуэкӀынущ. Хъыбарым цӀыхухэм унафэ яхуещӀ, хьэкумым и пащхьэ ихьэфын папщӀэ, «Тхьэм щышынэу, ягъэлъэпӀэну”, «Уафэри, щӀыри, хыри, псынэхэри КъэзыгъэщӀам щхьэщэ хуащӀыну». А хъыбархэр къэзыщтахэм яӀэну зэхъуэкӀыныгъэхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм ит мы псалъэхэм ягъэлъагъуэ: «Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьиса и фӀэщхъуныгъэр зиӀэ цӀыху щыпкъэхэм бэшэчагъэ яӀэщ» (Откр. 14:12). Хьэкумым зыхуэбгъэхьэзырын папщӀэ, Тхьэм и Унафэр бгъэзэщӀэн хуейщ. А Унафэращ цӀыхум и хьэлыр хьэкумым къызэрыщапщытэнур. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел жеӀэр: «Унафэр къагурыӀуэу гуэныхь зыщӀахэр, а унафэ дыдэмкӀэ ягъэкъуэншэнущ... Тхьэм Хьиса МэсихькӀэ цӀыхухэм я Ӏуэху щэхухэм хьэкум щатрищӀэну махуэм». АдэкӀи къыпещэр: «унафэр зыгъэзащӀэхэр хей ящӀынущ” (Рим. 2:12-16). Тхьэм и Унафэр бгъэзэщӀэфын папщӀэ фӀэщхъуныгъэ ухуейщ, «фӀэщхъуныгъэ уимыӀэу Тхьэр арэзы пхуэщӀынукъыми”, «фӀэщхъуныгъэ уимыӀэу сыт ищӀыс пщӀэми, ар гуэныхь мэхъури” (Евр. 11:6; Рим. 14:23). GCKar 404.1
Япэ мелыӀычым цӀыхухэр къыхуреджэр «Тхьэм щышынэу, ягъэлъэпӀэну”, щхьэщэ хуащӀыну уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам. ЦӀыхухэм ар ягъэзэщӀэфын щхьэкӀэ, Тхьэм и Унафэм едэӀуэн хуейщ. Ӏущыгъэшхуэ зыбгъэдэлъа Сэлмэн бегъымбарым жеӀэр: «Тхьэм щышынэ, и унафэхэр гъэзащӀэ, аращ цӀыхум и къалэн нэхъыщхьэр» (Еккл. 12:13). И унафэхэм уемыдаӀуэу, хуэпщӀэ зыми Тхьэр арэзы къытехъуэнукъым. «Тхьэр фӀыуэ плъагъуныр зищӀысыр Абы и унафэхэр бгъэзэщӀэнырщ», «Унафэм емыдэӀуэну хэт и тхьэкӀумэр зэхуищӀми, абы и тхьэлъэӀур фӀейщ” (1 Ин. 5:3; Притч. 28:9). GCKar 405.1
Дэ Тхьэм щхьэщэ хуэтщӀын хуейщ дыкъызэригъэщӀам щхьэкӀэ икӀи псэ зыӀут псори зэрыпсэур Аращ зи фӀыщӀэр. Щхьэщэ къыхуащӀу, пщӀэ къыхуащӀу цӀыхухэр къызэрыхущытыпхъэр Тхьэм щыжиӀэкӀэ, Библием щыхьэтхэр къехь къэгъэщӀыныгъэ къару Тхьэм зэриӀэм теухуауэ. «Лъэпкъхэм я тхьэхэр тхьэнапэхэрщ, Зиусхьэныращ уафэхэр къэзыгъэщӀар» (Пс. 95:5). «Хэт фэ сызыхуэвгъэдэнур, хэт сызэвгъэщхьынур? — жеӀэр ЛъапӀэм, — Фи щхьэхэр къэфӀэти, уафэхэм я лъагагъым фыдэплъей, феплъ, хэт ахэр къэзыгъэщӀар?” «Мыпхуэдэу жеӀэр уафэхэр къэзыгъэщӀа Зиусхьэным... Абы щӀылъэр къигъэхъуащ, къигъэщӀри, быдэу игъэуващ. ... Сэращ Зиусхьэныр, нэгъуэщӀ щыӀэкъым» (Ис. 40:25, 26; 45:18). ЗэчырусакӀуэм жеӀэр: «Зиусхьэныр зэрыТхьэр зэвгъащӀэ, Абы дэ дыкъызэригъэщӀари, дэ Абы дызэрейри”. «ФыкъакӀуи, щхьэщэ хуэтщӀынщ, зеддзыхынщ, ДыкъэзыгъэщӀауэ ди Зиусхьэным и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу диувэнщ” (Пс. 99:3; 94:6). Псэущхьэ лъапӀэхэу уафэм Тхьэм щхьэщэ щыхуэзыщӀхэм, апхуэдэу щӀащӀэр мы псалъэхэмкӀэ яӀуатэр: «Пхуэфащэщ Уэ, Зиусхьэн, къэпщтэну щытхъури, щӀыхьри, къарури, Уэ псори къэбгъэщӀащи» (Откр. 4:11). GCKar 405.2
КъызэӀузых Тхылъым и 14-нэ псалъащхьэм Тхьэм щхьэщэ хуригъэщӀыну цӀыхухэр къыхуреджэр икӀи бегъымбарӀуатэм къегъэлъагъуэр мелыӀычищым я хъыбар укъэзыхъумэм щӀэдэӀуауэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр. Унафэхэм ящыщ зым гурыӀуэгъуэ дыдэу уегъэлъагъу Тхьэр КъэгъэщӀакӀуэу зэрыщытыр. ЕплӀанэ унафэм жеӀэр: «Ебланэ махуэр — щэбэтыр, Зиусхьэн уи Тхьэм ейщ... МахуихкӀэ къигъэщӀащ Зиусхьэным уафэри щӀылъэри, тенджызри, абыхэм хэт псори, ауэ ебланэ махуэм зэгъащ. Абы къыхэкӀкӀэ Зиусхьэным щэбэт махуэм и нэфӀ щыхуэри, ар игъэлъэпӀащ” (еплъ Исх. 20:10, 11). Щэбэтым теухуауэ Зиусхьэным адэкӀи жеӀэр: «Ар — дамыгъэщ... “Сэ фи Зиусхьэн фи Тхьэу сызэрыщытыр фщӀэн щхьэкӀэ”» (еплъ Иез. 20:20). Мыращ абы и щхьэусыгъуэр: «МахуихкӀэ къигъэщӀащ Зиусхьэным уафэри щӀылъэри, тенджызри, абыхэм хэт псори, ауэ ебланэ махуэм зэгъащ, зыри ищӀакъым» (Исх. 31:17). GCKar 405.3
«Щэбэтыр Дунейр къызэрагъэщӀам и фэеплъу зэрыщытым мыхьэнэшхуэ щӀиӀэр, ар сытым дежи щыхьэт тохъуэри аращ Тхьэм щхьэщэ щӀыхуэтщӀым и щхьэусыгъуэ пэжым». Абы и купщӀэр Тхьэр ГъащӀэ Зытщ, дэ Абы дыкъигъэщӀащ. «НэгъуэщӀ зы унафэми хуэмыдэу, щэбэтым ар зэхэщӀыкӀыгъуэ ещӀ. Щэбэтым имызакъуэу, сытым дежи Тхьэм щхьэщэ щӀыхуэпщӀыпхъэм и щхьэусыгъуэ пэжым и лъабжьэщ — Тхьэмрэ Абы къигъэщӀахэмрэ зэрызэхуэмыдэр, я кум дэлъ зэщхьэщыкӀыныгъэр. А хьэкъ иныр зэи жьы хъунукъым, икӀи ар зэи зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым”. Тхьэм щэбэтыр Жэнэт хадэм щигъэуващ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ цӀыхухэм а пэжыгъэр ягу къигъэкӀыжын щхьэкӀэ, икӀи Зиусхьэн ДыкъэзыгъэщӀам хуэдэу Тхьэм щхьэщэ хуэтщӀыху, щэбэтыр Тхьэм дунейр къызэригъэщӀам и нэщэнэу, и фэеплъу къэнэнущ. Псоми щэбэтыр ягъэлъапӀэу щытатэмэ, цӀыхухэм я гупсысэхэри, я гурыщӀэхэри КъэзыгъэщӀам хуэгъэзауэ щытынут, щхьэщэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀыу, итӀанэ, тхьэнапэхэм щхьэщэ хуэзыщӀ зыри, Тхьэр зи фӀэщ мыхъуи щыӀэнутэкъым. Щэбэтыр бгъэлъэпӀэныр — ар Тхьэ пэжым «уафэри, щӀылъэри, тенджызри, псынэхэри КъэзыгъэщӀам» узэрыхуэпэжыр зыгъэлъагъуэ дамыгъэщ. Аращи, Тхьэм щхьэщэ хуащӀыну, абы и унафэхэр ягъэзэщӀэну цӀыхухэр къыхуезыджэ хъыбарым еплӀанэ унафэр гъэзэщӀэн зэрыхуейр хэхауэ уигу къегъэкӀыж. GCKar 406.1
Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьиса зи фӀэщ хъухэм хуабжьу къащхьэщокӀ ещанэ мелыӀычым кӀуэдыжыныгъэм щихъумэну зи яужь ит цӀыхухэр, мы псалъэ шынагъуэхэмкӀэ зи гугъу ищӀхэр: «Хэт хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуищӀу, абы и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тридзэми, ар Тхьэм и губжьым и шагъыр гуащӀэм ефэнущ» (Откр. 14:9,10). А хъыбарыр тэмэму къыбгурыӀуэн папщӀэ, а дамыгъэхэр тэмэму зэхэгъэкӀын хуейщ. Сыт къарыкӀыр хьэкӀэкхъуэкӀэм, абы и образым, абы и дамыгъэм? GCKar 406.2
А дамыгъэхэр къэзыгъэсэбэп бегъымбарӀуатэхэр КъызэӀузых Тхылъым и 12-нэ псалъащхьэм къыщыщӀедзэ, Мэсихь къыщалъхум, Ар зыгъэкӀуэдыну иужь къита благъуэм щытепсэлъыхькӀэ. Благъуэм иджыри шейтӀанкӀэ йоджэр (еплъ Откр. 12:9). Аращ Ирод дунейм и КъегъэлакӀуэр иригъэукӀыну тезыгъэгушхуар. АрщхьэкӀэ, чристэн лъэхъэнэм и япэ лӀэщӀыгъуэхэм Мэсихьрэ Абы и лъэпкъымрэ зэригъэкӀуэдыну шейтӀаным Ӏэмэпсымэ нэхъыщхьэу иӀар мажусий диныр щытепщэ Рим империерщ. Аращи, хьэкӀэкхъуэкӀэм псом япэу къигъэлъагъуэр шейтӀанырами, ар иджыри мажусий Римым и дамыгъэщ. GCKar 406.3
КъызэӀузых Тхылъым и 13-нэ псалъащхьэр (1-10усэхэм) нэгъуэщӀ хьэкӀэкхъуэкӀэ щытопсэлъыхь, щомыщым (къаплъэн фӀыцӀэм) хуэдэм, благъуэм «и къарури, и тахътэри, тепщэныгъэ иныщэри зритам”. Протестант инэхъыбэм зэрагугъэмкӀэ, а дамыгъэм къигъэлъагъуэр папствэрщ, щӀэин Ӏыхьэу, пасэрей Римскэ империем и къарури, и тахътэри, и тепщэныгъэри къызыӀэрыхьарщ. Щомыщым хуэдэ хьэкӀэкхъуэкӀэм теухуауэ жаӀащ: «Абы жьэ иратат, пагэу, Тхьэр игъэпцӀу къэпсалъэу». «И жьэр зэщӀихащ абы, Тхьэр игъэпцӀын папщӀэ, Тхьэм и цӀэри, и псэупӀэри, уафэм щыпсэухэри игъэпцӀын папщӀэ. ЦӀыху щыпкъэхэм езауэу, текӀуэну ар хуит хъуащ; дэтхэнэ унагъуэми, къэралми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, дэтхэнэ лъэпкъми, тепщэнуи къару иратащ» (Откр. 13:5-7). Данил бегъымбарым и Тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм къиӀуатэ бжьакъуэ цӀыкӀум, къанэ щымыӀэу техуэу, а бегъымбарӀуатэм шэч хэмылъу папствэрщ къигъэлъагъуэр. GCKar 407.1
«Абы тепщэныгъэ иратащ мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ зыхуейр ищӀэну». Бегъымбарым жеӀэр: «Сэ слъэгъуащ абы и щхьэхэм ящыщ зым ажал удын игъуэтауэ». АдэкӀи жеӀэ: «Хэт цӀыхухэр гъэр ищӀми, езыри гъэр ящӀыжынущ, хэт джатэкӀэ цӀыху иукӀми, езыри джатэкӀэ яукӀыжынущ». Мазэ плӀыщӀрэ тӀур — ар зэман, зэманхэр, зэман ныкъуэ жыхуаӀэу илъэсищрэ ныкъуэрэ хъум е махуэ 1260-м къагъэлъагъуэ пӀалъэ дыдэрщ, Данил бегъымбарым и Тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм къызэригъэлъагъуэщи. А пӀалъэм и кӀыхьагъкӀэ папствэ тепщэныгъэм Тхьэм и лъэпкъыр имыгъэпсэууэ щытын хуейщ. А лъэхъэнэм, ищхьэкӀэ и гугъу зэрытщӀащи, 538 гъэм щӀидзащ, папэхэм тепщэныгъэ нэхъыщхьэр яӀэщӀэлъыну унафэ къыдэкӀам къару щигъуэтам, ар щиухар 1798 гъэрщ, французыдзэм папэр гъэр щищӀам щыгъуэ; папэм и тепщэм ажал удыныр щигъуэтам, «хэт цӀыхухэр гъэр ищӀми, езыри гъэр ящӀыжынущ”, — жыхуиӀэ бегъымбарӀуатэр гъэзэщӀа щыхъуам. GCKar 407.2
АдэкӀэ иджыри зы дамыгъэ дыхуозэ. Бегъымбарым жеӀэ: «НэгъуэщӀ хьэкӀэкхъуэкӀэ щӀым къыхэкӀыу къэслъэгъуащ, абы бжьакъуитӀ тетт, щынэм ейм хуэдэу» (Откр. 13:11). А хьэкӀэкхъуэкӀэм и теплъэми, къызэрылъэгъуа щӀыкӀэми къыджаӀэр а дамыгъэм япэрейхэм емыщхь лъэпкъ (къэрал) къызэригъэлъагъуэр. Дунейм и тепщэу щыта пащтыхьыгъуэ инхэр Данил бегъымбарым кърагъэлъэгъуауэ щытащ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я теплъэр яӀэу, ахэр «уафэм къыщепщэ жьиплӀу... тенджызышхуэм” щызэбэнырт (Дан. 7:2). КъызэӀузых Тхылъым и 17-нэ псалъащхьэм мелыӀычым гурыӀуэгъуэ щищӀащ псыхэм «цӀыху гупышхуэхэр, къэралхэр, лъэпкъхэр, бзэхэр» къызэрагъэлъагъуэр» (Откр. 17:15). Жьыр зэбииныгъэм и дамыгъэщ. Уафэм къыщепщэ жьиплӀыр, тенджыз иным щызэбэнхэр зи нэщэнэр, абыхэм къагъэлъагъуэр зауэ зэрыпхъуакӀуэхэрщ, революцэхэрщ, ахэр къагъэсэбэпурэ, пащтыхьыгъуэхэм тепщэныгъэр яубыд. GCKar 407.3
Ауэ щынэм ейм хуэдэу бжьакъуитӀ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэр «щӀым” къыхокӀыр. А дамыгъэмкӀэ къэгъэлъэгъуа лъэпкъым тепщэныгъэ зэригъуэтар нэгъуэщӀ тепщэр тридзукъым — атӀэ ар иджыри зыми имыубыда щӀыналъэм йотӀысхьэри, абы мамыру, хуэм-хуэмурэ зыщеужь. Аращи, а лъэпкъыр Дунеижь жыхуаӀэу цӀыху куэд зэрыс зэбий къэралхэм, тенджыз къэукъубеям «къэралхэм, цӀыху гупышхуэхэм, лъэпкъхэм, бзэхэм» я деж къыщыхутэфынутэкъым. Ар къыщылъыхъуэн хуейр къухьэпӀэ лъэныкъуэрщ. GCKar 408.1
Сыт хуэдэ лъэпкъ 1798 гъэм а ДунеищӀэм зыщиужьын, зыщиӀэтын щӀэзыдзар, къэралыгъуэ лъэщышхуэ хъуну гугъэу, дуней псом я гулъытэр къыдихьэхыу? А дамыгъэм къигъэлъагъуэр гурыӀуэгъуэ зэращӀам зыми шэч къытрихьэркъым. Зы лъэпкъ закъуэщ а бегъымбарӀуатэм техуэр — абы щыуагъэншэу къигъэлъагъуэр Штат Зэгуэтхэрщ. Зэкъым-тӀэукъым а гупсысэр, иныкъуэхэм деж, уеблэмэ, бегъымбарым и псалъэхэр, емыгупсысауэ, зэрыщыт дыдэхэм хуэдэу тхыдэтххэми, ораторхэми къызэрагъэсэбэпар а лъэпкъым зэрызиужьам щытетхыхьхэм щыгъуэ. ХьэкӀэкхъуэкӀэр плъагъурт «щӀым къыхэкӀыу». Бзэ щӀэныгъэлӀхэм къызэралъытэмкӀэ, мыбдежым «къыхэкӀыу» жаӀэу, причастиеу зэрадзэкӀа алыдж псалъэм ипэжыпӀэкӀэ къикӀыр: «хэхъуэн е къэкӀыгъэм хуэдэу къэкӀын жиӀэу аращ”. Апхуэдэу, дэ зэрытлъэгъуащи, а лъэпкъыр къыщыхъун хуеяр япэм ямыубыдауэ, нэщӀу щыта щӀыналъэрщ. Зы тхакӀуэ цӀэрыӀуэм, Штат Зэгуэтхэм зэрызаужьам я гугъу щищӀкӀэ, мыпхуэдэу жеӀэр: «зыри здэщымыӀэм щэхуу къызэрыщыхъуар» икӀи дыщӀегъу: «Жылэм хуэдэу, Ӏэуэлъауэншэу дыкъэкӀри, империе дыхъуащ”. Зы европей журнали 1850 гъэм Штат Зэгуэтхэм империе хьэлэмэт фӀищащ, напӀэзыпӀэм «къэхъуауэ”, икӀи «щӀыналъэ щымым здытетым, махуэ къэс и къаруми и пагагъэми хегъахъуэ”, — жиӀэу. Эдуард Эверт зэгуэрым адэжьхэм — а лъэпкъыр къэзыгъэхъуахэм — теухуауэ къыщыпсалъэм, мыр жиӀащ: «Къалъыхъуауэ арат ахэм щхьэегъэзыпӀэ щэху, шынагъуэгъэншэ щӀыпӀэ, Лейден я члисэ цӀыкӀур, напэ хужькӀэ щыпсэуфын хуэдэу?” Жорым и ныпыр яӀэтауэ, ахэм мамырыгъэкӀэ яубыда мы щӀыналъэ гъунапкъэншэ нэщӀышхуэм феплъыт!” GCKar 408.2
«Абы бжьакъуитӀ тетт, щынэм ейм хуэдэу». Бжьакъуэ, щынэм ейм хуэдэм ягъэлъагъуэ абы и щӀалагъэр, зэрылажьэншэр, и щабагъэр, зыри къэмынэу нэгъэсауэ Штат Зэгуэтхэм я хьэлым тохуэр, дунейпсом и утыкум 1798 гъэм, «щӀым къыхэкӀыу, дунейм къытехьэу”, бегъымбарым кърагъэлъэгъуауэ щытам. Хэкум ирахуа чристэнхэм, пащтыхь дэзыкъузэхэмрэ нэгъуэщӀ дин зыхуэмышэчхэмрэ зыкърагъэлыну, псом япэ иту Америкэм ежэлӀахэм, цӀыху куэд яхэтащ къэралыр щаухуэкӀэ абы исхэм я хуитыныгъэмрэ сыт хуэдэ дин зепхьэнкӀи хуитыныгъэмрэ абы и лъабжьэ ящӀыну быдэу я мураду. Абыхэм я гупсысэхэр щхьэхуитыныгъэ Декларацэм хыболъагъуэр, пэжыгъэ ин къэзыӀэтам, «цӀыху псори зэхуэдэу къызэрагъэщӀар”, икӀи гъащӀэ яӀэну, щхьэхуитыныгъэ яӀэну, насыпым хущӀэкъуну зэхуэдэу, къыӀэщӀамыхыфыну псоми хуитыныгъэ зэрыратар. Къащта Конституцэр шэсыпӀэ ихьэрт цӀыхубэм езыхэм я щхьэ и унафэ хуащӀыжыну хуитыныгъэ зэраритымкӀэ, езыхэм я лӀыкӀуэхэр Ӏэ ӀэткӀэ хахыурэ, абыхэм законхэр къызэрыдагъэкӀынымкӀэ, суд Ӏуэхухэри абыхэм я ӀэмыщӀэ зэрилъынымкӀэ. Хуитыныгъэ иратат псоми — дэтхэнэ зы цӀыхури хуитт Тхьэм щхьэщэ хуищӀыну, езым и щхьэ, и напэ зэреплъкӀэ. Республиканскэ хабзэхэмрэ протестантизмымрэ а къэралым и законхэм лъабжьэ быдэ яхуэхъуащ. Аращ ар лъэщ зэрыхъуам, хуабжьу зэрызиужьам хэлъ щэхур. ЩӀылъэм дэнэ дежи щыдакъузэ чристэнхэм я нэгур гулъытэшхуэ хуащӀу, гугъэ къариту а щӀыналъэм хуагъазэрт. Мелуан бжыгъэкӀэ цӀыхухэм абы и ӀуфэхэмкӀэ яунэтӀащ. GCKar 409.1
АрщхьэкӀэ, щынэм ейм хуэдэ бжьакъуэ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэр «благъуэм хуэдэу» псалъэрт. «Абы Ӏуэхухэр ищӀэрт япэ хьэкӀэкхъуэкӀэм и тепщэмкӀэ икӀи щӀылъэм щыпсэу псоми япэ хьэкӀэкхъуэкӀэм, ажал удын зытелъауэ хъужам, залымыгъэкӀэ щхьэщэ хуригъэщӀырт... хьэкӀэкхъуэкӀэм, джатэм и уӀэгъэр зытелъу псэум и образыр ящӀыну яжриӀэурэ” (Откр. 13:11-14). GCKar 409.2
Щынэм ейм хуэдэ бжьакъуэхэмрэ благъуэм и макъымрэ дамыгъэу ягъэлъагъуэр а къэралым игъэӀуа хабзэхэмрэ ипэжыпӀэкӀэ илэжь Ӏуэхухэмрэ хуабжьу зэрызэщхьэщыкӀырт. Абы и «Макъыр” зищӀысыр абы и законхэр зэхэзылъхьэ, суд органхэм я Ӏуэхухэрщ. ИкӀи а Ӏуэхухэр щхьэхуитыныгъэм, мамырыгъэм я хабзэхэм, абы и политикэм лъабжьэ хуащӀауэ щытам къыщхьэщокӀыр. Ар «благъуэм хуэдэу» къэпсэлъэну, «япэ хьэкӀэкхъуэкӀэм и къарумкӀэ” и Ӏуэхухэр ищӀэу щӀидзэну къыжызыӀэ бегъымбарӀуатэм, гурыӀуэгъуэу къыдегъащӀэ, благъуэмкӀэ, итӀанэ, щомыщым ещхь хьэкӀэкхъуэкӀэмкӀэ къагъэлъэгъуа къэралхэм яӀа хьэлым хуэдэу, абы нэгъуэщӀ дин зезыхьэхэр зымышэч хьэл зэриӀэнур икӀи ахэр имыгъэпсэууэ зэрыщытынур. Щынэм ейм хуэдэ бжьакъуэ зиӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэм «щӀылъэм щыпсэу псоми япэ хьэкӀэкхъуэкӀэм залымыгъэкӀэ щхьэщэ хуригъэщӀырт» псалъэхэм къагъэлъагъуэр а къэралымрэ папствэмрэ зэрызэгухьэнур, икӀи а лъэпкъым и къарур къызэригъэсэбэпынур, абы щыпсэухэм залымыгъэкӀэ папскэ хабзэ-бзыпхъэхэр и унафэхэр къаригъэщтэн щхьэкӀэ. GCKar 409.3
Апхуэдэу илэжь Ӏуэхухэр а къэралым и хабзэхэм, щхьэхуитыныгъэм и телъхьэ законхэм, и Декларацэмрэ и Конституцэмрэ хэӀэтыкӀауэ ягъэлъапӀэу жаӀэхэм техуэркъым. Американскэ къэралыр зыухуахэм Ӏущыгъэ хэлъу ящӀащ Члисэм къэралым тепщэныгъэ зэрыхуимыгъаӀэр, абы кърикӀуэнкӀэ хъунут нэгъуэщӀ дин зыӀыгъхэр дакъузэу, ямыгъэпсэууэ зэхэзехуэн ящӀыныр. Конституцэм къыжеӀэр: «Конгрессым диныр залымыгъэкӀэ къезыгъащтэу е езыр зыхуей диныр иримыгъэӀыгъыну зыгъэув унафэ гуэри къыдигъэкӀыну хуитыныгъэ имыӀэу”, икӀи «США-м цӀыхур мыхьэнэшхуэ зиӀэ общественнэ лэжьапӀэ къыщащтэкӀэ, абы зэрихьэ диным зэикӀ еплъын хуэмейуэ». Къэралым езым и лъэныкъуэкӀэ цӀыхум залымыгъэкӀэ нэгъуэщӀ дин къригъэщтэныр — ар цӀыхум и хуитыныгъэр зыхъумэ хабзэхэр зыкъутэщ, пшэч мыхъуну. Ауэ зэкӀэлъымыкӀуэныгъэ дэплъагъуу, а тепщэныгъэм апхуэдэу зэрищӀэнур гурыӀуэгъуэ зыщӀ дамыгъэмкӀэ Тхыгъэ ЛъапӀэм къыщыгъэлъэгъуащ. Къабзэу, лажьэ имыӀэу, зэраныгъэншэу къызэрыпщыхъункӀэ хъунур зыгъэлъагъуэу, щынэм ейм хуэдэ бжьакъуэ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэр, атӀэми «благъуэм хуэдэу» мэпсалъэр. GCKar 410.1
«ЩӀылъэм щыпсэухэм хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр ящӀыну яжриӀэу”. А псалъэхэм къагъэлъагъуэр а къэралыр зэрызекӀуэну хабзэхэр зыубзыху, къэзыщтэ къарур цӀыхубэм ӀэщӀэлъу зэрыщытынур икӀи бегъымбарӀуатэм жыхуиӀэ а къэралыр Штат Зэгуэтхэрауэ зэрыщытым и щыхьэт гъэщӀэгъуэнщ ар. GCKar 410.2
АтӀэ «хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр” сыт зищӀысыр? ИкӀи дапхуэдэу ар къызэрыхъунур? А образыр бжьакъуитӀ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэм игъэхьэзырынущ, япэ хьэкӀэкхъуэкӀэм къытрищӀыкӀыу. А образым и купщӀэри, ар къызэрыхъунури къыдгурыӀуэн щхьэкӀэ, дэ фӀыуэ дыщыгъуазэн хуейщ езы хьэкӀэкхъуэкӀэм хэхауэ иӀэ хьэл щхьэхуэхэм, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, зи гугъу тщӀыр папствэрщ. GCKar 410.3
Пасэрей ЧлисэщӀэм мажусий хабзэ, бзыпхъэхэр къищтэу, Инджылым и къабзагъэмрэ и къызэрыгуэкӀынагъымрэ щыфӀэкӀуэдам, абы Тхьэм и Дух ЛъапӀэмрэ и къарумрэ имыӀэж хъуащ икӀи цӀыхухэм я напэм и тепщэу щытыну хущӀэкъуурэ, къэралым и тепщэныгъэр зыдигъэӀэпыкъу хъуащ. Арати, абы къыхэкӀыу папствэр къэхъуащ — къэрал тепщэныгъэр къэзыпщытэ Члисэ икӀи ар езым и щхьэ ӀуэхукӀэ къэзыгъэсэбэп, псом хуэмыдэу «еретикхэр» игъэкӀуэдын папщӀэ. Штат Зэгуэтхэм хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр ящӀын папщӀэ, члисэм и иерархием гражданскэ правительствэр апхуэдизу контрол ищӀу хъун хуейщ, езыхэм я мурадхэр зрагъэхъулӀэн папщӀэ, абыхэм я къарур къагъэсэбэпыфын хуэдэу. GCKar 411.1
Сыт хуэдэ зэманми Члисэм къэралым и тепщэныгъэр къыщыӀэрыхьэм деж, абы ар къегъэсэбэп и гъэсэныгъэхэр зымыдэхэм тезыр трилъхьэн папщӀэ. Протестантскэ члисэхэу Римым щапхъэ тезыхахэм къэрал унафэщӀхэм зэгурыӀуэныгъэ иращӀылӀащ, цӀыхухэм дин ӀуэхукӀэ я хуитыныгъэр ягъэмэщӀэну хущӀэкъуу. Абы и щапхъэщ Англиканскэ члисэр, нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ зиӀэхэр куэдрэ зэхэзехуэн зыщӀар. ХУӀ-ХУӀӀ лӀэщӀыгъуэхэм къриубыдэу члисэм и къулыкъущӀэ мин бжыгъэхэм, къэралым къигъэув диныр къэзыщтэну зымыдэхэм, я члисэхэр ябгынэн хуей хъуащ, дин-лэжьакӀуэ куэдми члисэхэм щыщ цӀыху къызэрыгуэкӀ куэдхэми къуэды ирагъэтащ, тутнакъэщхэм ирадзащ, хьэзаб ирагъэшэчащ, гугъу ирагъэхьхэу яукӀащ. GCKar 411.2
Члисэр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам къэралым и тепщэныгъэм и деж дэӀэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэн хуей ищӀащ — апхуэдэ щыкӀэкӀэ, хьэкӀэкхъуэкӀэр — папствэр къэхъунымкӀэ Ӏэмал псори игъуэтащ. Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел жеӀэр: «Сыту жыпӀэмэ, япэщӀыкӀэ дин къабзэм цӀыхубэр къыбгъэдэмыкӀауэ икӀи гуэныхьым и цӀыху къэсэхыжынур къыщӀэмыщауэ...” (2 Фес. 2:3). Аращи, дин къабзэм Члисэр къызэрытекӀынум хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр зэращӀынум гъуэгу хуигъэхьэзырынущ. GCKar 411.3
Библием жеӀэр, Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэм ипэ къихуэу цӀыхухэр Ӏимансыз зэрыхъунур, япэ лӀыщӀыгъуэхэм зэрыщытам хуэдэу. «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэяӀэжынукъым;зэкӀужыныгъэрзыхуэдэрящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым; уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ; Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъэгъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым” (2 Тим. 3:1-5). «Тхьэм и Дух ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум къызэрытекӀыжыпэнур, цӀыхухэр гуэныхьым дезыгъэхьэх шейтӀаным щӀэдэӀуурэ, жин бзаджэхэм къабгъэдэкӀа гъэсэныгъэхэм щӀэдэӀуурэ» (1 Тим. 4:1). ШейтӀаным и Ӏуэхухэр ищӀэнущ «лъэкӀыныгъэу иӀэ псори къигъэсэбэпу, нэщэнэ нэпцӀхэри, Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри къигъэсэбэпу, кӀуэдыпӀэм и гъуэгум тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи къигъапцӀэу, къелын папщӀэ щыпкъагъэр фӀыуэ зэрамылъэгъуам щхьэкӀэ». «Абы щхьэкӀэ Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэригъэкӀуэкӀынурэ, пцӀыр я фӀэщ хъунущ» (2 Фес. 2:9-11). Апхуэдэ бзаджагъэр тепщэ щыхъукӀэ, абы кърикӀуэнухэр япэ лӀэщӀыгъуэхэм зэрыщытам хуэдэнущ. GCKar 411.4
Языныкъуэхэм къызэралъытэмкӀэ, протестантскэ члисэхэм доктринэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд зэраӀэр, зылымыгъэкӀэ абыхэм я гъэсэныгъэхэр зы пщӀыну зэрыпхузэфӀэмыкӀынум щыхьэт пэж хуэхъу хуэдэщ. АрщхьэкӀэ, илъэс зэкӀэлъыкӀуэ куэдым протестантскэ члисэхэм, зэхуэдэу доктринэ яӀэхэр лъабжьэ ящӀурэ, я гъэсэныгъэр зы ящӀыну хуабжьу зэрыхущӀэкъум хэхъуэ зэпыту йокӀуэкӀ. Апхуэдэ зэгухьэныгъэ члисэхэм ягъуэтын щхьэкӀэ, щӀызэгурыӀурымыӀуэ Ӏуэхухэм я гугъу ямыщӀу къагъэнэн хуей мэхъу, Библиер зэреплъымкӀэ, абыхэм я мыхьэнэр дапхуэдизу мыинами. GCKar 412.1
Чарльз Бичер 1846 гъэм уаз здитым, мыпхуэдэу жиӀащ: «инджыл-протестантскэ члисэхэм я къулыкъущӀэхэм псоми ящӀэр фӀэщщӀыгъуейми, цӀыхухэм зэращышынэрщ къызыхэкӀыр, ахэр щыпсэури, щызекӀуэхэри, щыбауэхэри щӀыпӀэ нэхъ зэкӀуэкӀа дыдэрщ, Ӏэпкълъэпкъым ифӀэфӀ гуэныхьхэм худачыхыурэ, пэжыгъэр ябзыщӀри, Тхьэм къыбгъэдэкӀа тепщэм щхьэщэ хуащӀ. Апхуэдэукъэ Римым и Ӏуэхур зэрыщытар? Абы и лъэужьым дримыкӀуэу пӀэрэ? Сыт дэ дызыхуэкӀуэу тлъагъур? Иджыри зы Дунейпсо члисэ! Дунейпсо зэгурыӀуэныгъэ! Чристэн зэгухьэныгъэ, зы дунейпсо доктринэ!” А зэгурыӀуэныгъэм дыхуэкӀуа нэужь, итӀанэ зы лъэбакъуэ закъуэщ къэнэжынур залымыгъэ къэгъэсэбэпыным, зэгурыӀуэныгъэ нэгъэсар хъумэн папщӀэ апхуэдэу ящӀэнур Ӏэмалыншагъэ хъунущи. GCKar 412.2
Штат Зэгуэтхэм я члисэ пашэхэр псоми я зэхуэдэ доктринэхэмкӀэ зы хъуауэ, я унафэхэр цӀыхубэм хапщэну, я организацэхэм къыдагъэӀэпыкъун папщӀэ, къэралым яжь щӀрагъэхун щӀадзэмэ, итӀанэ жыпӀэ хъунущ, протестантскэ Америкэм римскэ иерархием и образыр къызэрыщыхъуар. НэгъуэщӀ гупсысэкӀэ зиӀэхэм тезыр тралъхьэн папщӀэ, гражданскэ Ӏуэхугъуэхэр къагъэсэбэпыныр фӀэкӀыпӀэншэу кърикӀуэнущ абы. GCKar 412.3
БжьакъуитӀ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэм псоми — цӀыкӀухэми инхэми, къулейхэми тхьэмыщкӀэхэми, щхьэхуитхэми пщылӀхэми — залымыгъэ ярех «я Ӏэ ижьым е я натӀэм» хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр трагъэдзэну, «икӀи зыми къэщэхуни щэни яхузэфӀэкӀынукъым, а дамыгъэр е а хьэкӀэкхъуэкӀэм и цӀэр, е абы и бжыгъэр зиӀэхэм фӀэкӀ” (Откр. 13:16, 17). Ещанэ мелыӀычым узыщихъумэну хуейр мыращ: «Хэт хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ яхуищӀу, абы и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тридзэми, ар Тхьэм и губжьым и шагъыр гуащӀэм ефэнущ». Мыбдежым, мы хъыбарым зи гугъу ищӀ «хьэкӀэкхъуэкӀэр», бжьакъуитӀ зытет хьэкӀэкхъуэкӀэм залымыгъэкӀэ псоми щхьэщэ зыхуригъэщӀынурщ, — ар япэ хьэкӀэкхъуэкӀэрщ е щомыщым хуэдэ хьэкӀэкхъуэкӀэрщ (Откр. 13 Ӏыхь.) — папствэращ. ЗалымыгъэкӀэ езым я доктринэхэр цӀыхубэм кърагъэщтэн папщӀэ, протестантскэ члисэхэм къэрал тепщэныгъэр зыдагъэӀэпыкъуну иужь ихьа нэужь, тхыдэм и утыкум къихьэну, пэжыгъэм къытекӀа протестантизм зэмылӀэужьыгъуэхэр — «хьэкӀэкхъуэкӀэм и образырщ» зищӀысыр. Иджы зэхэдгъэкӀыну къэнэжыр «хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр» зищӀысырщ. GCKar 413.1
ХьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ худамыгъэщӀыну дыкъэзыхъумэ бегъымбарӀуатэм къыпещэр: «Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьиса и фӀэщхъуныгъэр зиӀэ цӀыху щыпкъэхэм мыбдежым бэшэчагъэ щаӀэщ”. ХьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуащӀу, абы и дамыгъэр къэзыщтэхэм пэщӀагъэувэр Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэр, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, къыдегъэлъагъу Тхьэм щхьэщэ хуэзыщӀхэмрэ хьэкӀэкхъуэкӀэм щхьэщэ хуэзыщӀхэмрэ зэрызэхэдгъэкӀыфынур дауэми: зы лъэныкъуэм Тхьэм и унафэхэр зэрагъэзащӀэмкӀэщ, — адрейхэм зэракъутэмкӀэщ. GCKar 413.2
ХьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ къызэрыпцӀыхуну яхэлъ нэщэнэ нэхъыщхьэр Тхьэм и унафэхэр зэракъутэнурщ. Данил бегъымбарыр бжьакъуэ цӀыкӀум, папствэм, мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Ахэм ягъэлъапӀэ зэманхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ ихъуэжыну ар пылъынущ» (Дан. 7:25). Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел а тепщэныгъэ дыдэм, Тхьэм нэхърэ зызыгъэнэхъ лъагэнум, «гуэныхьлы цӀыху” фӀищащ. Зы бегъымбарӀуатэм адрейр ирырегъэкъу. GCKar 413.3
Тхьэм и Унафэр зэрызэрихъуэкӀыну закъуэмкӀэт папствэм Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу зэрызилъытэжыфынур, икӀи зыхищӀыкӀыу а унафэ зэрахъуэкӀар зыгъэзащӀэм, апхуэдэ зэхъуэкӀыныгъэ зыщӀа тепщэм щӀыхь нэхъ лъагэр хуещӀыр. Папэм и унафэхэм щӀэт цӀыхум, Тхьэм и тепщэм и пӀэкӀэ папэ и тепщэр къищтэу аращ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ. GCKar 413.4
Папствэм Тхьэм и Унафэр ихъуэжыну хэтащ. ЕтӀуанэ унафэр, сурэтхэм щхьэщэ хуэпщӀыну хуит узымыщӀыр, абыхэм Унафэм хагъэкӀащ, еплӀанэ унафэр яхъуэжащ, ебланэ махуэ щэбэтым и пӀэкӀэ — тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэ тхьэмахуэр ягъэлъэпӀэныр унафэм щыщ ящӀын щхьэкӀэ. Папистхэм жаӀэр етӀуанэ унафэр япэм къыщыгъэлъэгъуауэ икӀи абыхэм Унафэр Тхьэм цӀыхухэм къазэрыритауэ щытам хуэдэ дыдэу яӀуатэ хуэдэу. Ауэ бегъымбарым зи гугъу ищӀыр хуейуэ, къагурыӀуэу, егупсысауэ зэрахъуэжынурщ: «зэманхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ ихъуэжыну ар пылъынущ», — жи. ЕплӀанэ унафэм халъхьа зэхъуэкӀыныгъэхэм, бегъымбарӀуатэр зэрыщыт дыдэу зэщӀа зэрыхъуар къегъэлъагъуэр, Тхьэ закъуэм фӀэкӀа нэгъуэщӀым бгъэдэмылъ зэфӀэкӀыныгъэхэр иӀэу зыкъилъытэжри, мы Ӏуэхум ехьэлӀауэ, Римскэ-католическэ члисэм Тхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу зыкъызэригъэлъэгъуам. GCKar 414.1
Тхьэм пэж дыдэу щхьэщэ хуэзыщӀхэр къыхэзыгъэщхуэхукӀыу щытар еплӀанэ унафэм пщӀэ хэха зэрыхуащӀырт, ар Тхьэм къэгъэщӀыныгъэ къару зэриӀэм и дамыгъэу зэрыщытым щхьэкӀэ икӀи цӀыхухэм къабгъэдэкӀыу Абы щӀыхьрэ щхьэщэрэ зэрыхуэфащэм щыхьэт зэрытехъуэм щхьэкӀэ. ХьэкӀэкхъуэкӀэм щхьэщэ хуэзыщӀынухэр къызэрыхэщхьэхукӀынур ДыкъэзыгъэщӀам фэеплъу къыхиха махуэр ягъэкӀуэдыну зэрыхущӀэкъунурщ, абы и пӀэкӀэ Римым къыдигъэкӀа унафэхэр ягъэлъапӀэу. ЗыкъыфӀэщӀыжауэ папствэм зыщӀэныкъуэкъухэр япэ дыдэу къыщигъэувар, тхьэмахуэ махуэм теухуауэ зыдигъэӀэпыкъуну, япэу къэрал тепщэныгъэм зыщыхуигъэзам щыгъуэщ, лъэщыгъэкӀэ цӀыхухэм а махуэр «Зиусхьэным и махуэм» хуэдэу, ирагъэгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ. АрщхьэкӀэ, Библием егъэлъагъуэр япэ махуэр Зиусхьэным и махуэу зэрыщымытыр, атӀэ апхуэдэу щытыр — зэрыебланэр. Мэсихь жиӀащ: «Аращи, ЦӀыхум и Къуэм хуэдэу Къехар щэбэтым и зиусхьэнщ” (Мк. 2:28). ЕплӀанэ унафэм жеӀэр: «Ебланэ махуэр — Зиусхьэным и щэбэтщ”. Есихь бегъымбарым и жьэкӀэ Зиусхьэным щэбэтым щхьэкӀэ «си махуэ лъапӀэщ” жиӀащ (Ис. 58:13). GCKar 414.2
Мэсихь щэбэтыр ихъуэжауэ щыхьэт къэзыхьыну куэдрэ яужь итхэм Мэсихь и псалъэ дыдэм ар зэрыпцӀыр къыщӀегъэщ. Ӏуащхьэм щита уазым Абы щыжиӀащ: «Фимыгугъэ Сэ унафэр е бегъымбархэр згъэпцӀыну сыкъэкӀуауэ, ахэр згъэпцӀыну аракъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ згъэзэщӀэн щхьэкӀэщ. Пэжыр нывжызоӀэ: уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Тхьэм и унафэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, псори зэщӀа хъуху. Аращи, хэт а унафэхэм щыщу нэхъ цӀыкӀу дыдэр икъутэу, апхуэдэу цӀыхухэр иригъасэми, ар Тхьэм и Пащтыхьыгъуэм мыхьэнэншэ дыдэу къыщыщӀидзынущ» (Мф. 5:17-19). GCKar 414.3
Тхыгъэ ЛъапӀэм щэбэтыр пхъуэжыну хуит узэримыщӀым зэрыщыгъуазэр протестантхэм я нэхъыбэм ябзыщӀкъым. Ар гурыӀуэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ Америкэм щыӀэ хылъ тедзапӀэ нэхъ цӀэрыӀуэхэм я обществэмрэ тхьэмахуэ школу щыӀэхэм я зэгухьэныгъэмрэ къыдагъэкӀ тхыгъэу псори зыщыгъуазэхэм. Абыхэм ящыщ зы тхыгъэм къызэрилъытэмкӀэ, «ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр щымщ, тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэн хуей унафэм теухуауэ зы псалъэ щумыгъуэтыну”. GCKar 415.1
Мыпхуэдэуи щыжаӀи къохъу: «Мэсихь и лӀэныгъэм ипэкӀэ а махуэр яхъуэжакъым, ЗэгурыӀуэныгъэщӀэм и Тхыгъэхэм наӀуэ зэращӀщи, Тхьэм и лӀыкӀуэхэм ебланэ махуэр — щэбэтыр — яхъуэжауэ, абы и пӀэкӀэ тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэр гъэлъэпӀэн хуейуи зыри унафэ ящӀакъым. GCKar 415.2
Римскэ-католическэ члисэм щыщхэм ябзыщӀыркъым, Зиусхьэным и махуэр зыхъуэжар я Члисэрауэ зэрыщытыр. КъищынэмыщӀауэ, абыхэм загъэщӀагъуэ тхьэмахуэ махуэр протестантхэм щагъэлъапӀэкӀэ, езыхэм я тепщэм, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, ахэр зэрыщӀэтым щхьэкӀэ. «Сыт хуэдэ махуэ дгъэлъэпӀэн хуейр еплӀанэ унафэм ипкъ иткӀэ?» упщӀэм «Католическэ чристэн катехизисым” мыпхуэдэ жэуап ирет: GCKar 415.3
«Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм и зэманым щэбэтыр махуэ лъапӀэу щытащ; ауэ Члисэм, Хьиса Мэсихь зэригъэсауэ, Тхьэм и Дух ЛъапӀэм и унафэм здыщӀэтым, щэбэтыр тхьэмахуэ махуэмкӀэ ихъуэжащ; апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, дэ иджы дгъэлъапӀэр ебланэ махуэракъым, атӀэ япэ махуэращ. Тхьэмахуэ махуэм иджы Зиусхьэным и махуэщ жиӀэу къокӀыр». GCKar 415.4
Папистхэм католическэ Члисэм щӀыхь зэриӀэм и дамыгъэу ялъытэр «щэбэт махуэр тхьэмахуэмкӀэ зэрахъуэжар, протестантхэри абы арэзы зэрытехъуэр, сыту жыпӀэмэ, абыхэм тхьэмахуэ махуэр щагъэлъапӀэкӀэ, члисэм махуэшхуэхэр иублэу, залымыгъэкӀэ цӀыхухэм ар ирагъэгъэлъэпӀэну къару зэриӀэм арэзы тохъуэри». Сыт-тӀэ абы щыгъуэм щэбэтыр зэрахъуэжам къикӀыр, ар римскэ члисэм и щӀыхьым и дамыгъэу — «хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэу» щымытмэ? GCKar 415.5
Римскэ члисэм тепщэныгъэ нэхъыщхьэм щӀэныкъуэкъун щигъэтыжакъым, икӀи Библием и щэбэтыр имыдэу, абы игъэува щэбэтыр дуней псоми, протестантскэ члисэхэми къыщащтэм, апхуэдэу зэращӀамкӀэ ахэм ар зыщӀэныкъуэкъур ипэжыпӀэкӀэ хуагъэдэхауэ аращ. ЗэхъуэкӀыныгъэ къэхъуахэр бгъэзэхуэфынкӀи мэхъу, члисэм и адэжьхэмрэ абыхэм къадэгъуэгурыкӀуа хабзэхэмрэ яӀэ щӀыхьыр къэплъытэмэ, ауэ протестантхэм ахэр къыщащтэкӀэ, я хабзэ нэхъыщхьэм: «Библиерщ, икӀи Библие закъуэрщ протестантхэм ди диныр», — жыхуаӀэу, ахэр Римым къыгуэзыгъэкӀым, елъэпэуэжауэ аращ. Папистхэм къагуроӀуэр протестантхэм я щхьэр къызэрагъэпцӀэжыр, нэрылъагъу пэжыныгъэхэр ямылъэгъун папщӀэ я нэр щызэтрапӀэкӀэ. Ахэр мэгуфӀэр тхьэмахуэ махуэр гъэлъэпӀэныр махуэ къэскӀэ цӀыхухэм хэзыпщэ зэщӀэхъееныгъэм къару зэригъуэтыр щалъагъукӀэ — абы ахэм гугъэ къарет, гува-щӀэхами протестант псори Римым и ныпым щӀэувэну. GCKar 415.6
Папистхэм жаӀэр: «тхьэмахуэ махуэр ягъэлъапӀэурэ, протестантхэр, хуей-хуэмейми, католическэ члисэм и тепщэм щӀоувэр”. Протестантскэ члисэхэм тхьэмахуэ махуэр зэрагъэлъапӀэмкӀэ, папствэм — хьэкӀэкхъуэкӀэм, щхьэщэ хуащӀу мэхъур. Тхьэм и унафэ еплӀанэм къигъэувыр къэзыщтэу, арщхьэкӀэ, щэбэт пэжым и пӀэкӀэ пцӀыр зыгъэлъапӀэхэм, апхуэдэ зэхъуэкӀыныгъэ зыщӀа тепщэныгъэр яӀэту аращ. Къэрал тепщэныгъэр къагъэсэбэпурэ, дин Ӏуэхухэр цӀыхухэм залымыгъэкӀэ езыгъэщӀэну иужь ит члисэхэм езыхэм хьэкӀэкхъуэкӀэм и образыр ящӀыр; аращи, США-м цӀыхухэм залымыгъэ ирахыу, тхьэмахуэ махуэр ирагъэгъэлъэпӀэну хагъэзыхьыным къикӀынур «хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хурагъэщӀыну» цӀыхухэр хагъэзыхьынырщ. GCKar 416.1
БлэкӀа зэманым псэуа чристэнхэм тхьэмахуэ махуэр щагъэлъапӀэм Библием и щэбэтыр ягъэлъапӀэу быдэу я фӀэщ хъурт, ноби дэтхэнэ зы члисэми, уеблэмэ, римскэ-католическэ члисэхэми, чристэн пэж яхэтщ, тхьэмахуэ махуэр Тхьэм къыхиха щэбэту быдэу зи фӀэщ хъухэр. Тхьэм къабыл ещӀ абыхэм я гум къыбгъэдэкӀыу къыхуащӀэ къулыкъур, а упщӀэм ахэр хьэрэмыгъэншэу зэрыхущытыр. Ауэ, щэбэт махуэр ягъэлъэпӀэныр законым къигъэуву хъуа нэужь, щэбэт махуэ пэжыр дэтхэнэрами дунейм хъыбар ирагъэщӀауэ щыщытынум деж, Римым игъэува хабзэм щхьэкӀэ Тхьэм и унафэр зыкъутэ дэтхэнэми папствэр Тхьэм нэхърэ нэхъ игъэлъэпӀэну аращ. Абы Римым щӀыхь хуищӀынущ икӀи Римым къыдигъэкӀа унафэр игъэзэщӀэну хэзыгъэзыхь тепщэныгъэм щӀыхь хуищӀынущ. Аращи, апхуэдэу зыщӀэм «хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ” щхьэщэ хуищӀынущ. Тхьэм игъэува унафэр, Тхьэм и тепщэм и мыхъуру щытыр, ямыдэу, Римым и тепщэм и дамыгъэу къыдигъэкӀа унафэр ягъэлъапӀэурэ, цӀыхухэм апхуэдэу Римым зэрыхуэпэжым и дамыгъэр — «хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр» къащтэнущ. Ауэ а Ӏуэхур и кӀэм нэсу цӀыхухэм гурыӀуэгъуэ щащӀауэ, ахэр Тхьэм и унафэхэмрэ цӀыхухэм я унафэхэмрэ Ӏэмалыншэу хэдэн хуей хъуа нэужьщ — абы щыгъуэ дыдэрщ ерыщу бзаджащӀэхэм «хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр» къыщащтэнур. GCKar 416.2
Ещанэ мелыӀычым лӀэныгъэм ӀэщӀэлъ цӀыхухэм нэхъ хъыбар шынагъуэу зэгуэрым зыхахам ящыщ зы къарегъащӀэр. ГущӀэгъу имыщӀыжу, Тхьэм и губжьыр гуэныхьлым и щхьэм къыщхьэщызыгъэхьэну гуэныхь шынагъуэщ абы зи гугъу ищӀыр. Апхуэдизу мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхум зыри хамыщӀыкӀыу цӀыхухэр къэбгъанэ хъунукъым, дауикӀ. Дунейм хъыбар егъэщӀэн хуейщ а гуэныхьым теухуауэ, Тхьэм хьэкум ищӀэну ди щӀылъэм къэмыкӀуэ щӀыкӀэ. Дэтхэнэ зыми ищӀэн хуейщ, а хьэкумыр къыхуэзыхьынкӀэ хъунур зищӀысыр, къэкӀуэну тезырым щымыгъуазауэ зыми ар къытемыхуэн папщӀэ, къелыну псоми Ӏэмал ягъуэтын папщӀэ. БегъымбарӀуатэм жеӀэр, япэ мелыӀычым и хъыбарыр «лъэпкъ псоми, унагъуэ псоми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, къэрал псоми” зэрахуэгъэзар. Хъыбарищым щыщ Ӏыхьэу, ещанэ мелыӀычым укъэзыхъумэну игъэӀу хъыбарым зэрызиубгъунур нэхъ мащӀэкъым. БегъымбарӀуатэм щыжыӀащ, а хъыбарыр уафэгум къыщызылъэтыхь мелыӀычым макъышхуэкӀэ зэригъэӀур, абы дуней псом ягу зэрызылъригъэтэнур. GCKar 417.1
Бэнэныгъэм и кӀэм чристэн псори ӀыхьитӀу гуэша хъунущ — Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэу Хьиса и фӀэщхъуныгъэр зыӀэхэр зы гупу, хьэкӀэкхъуэкӀэмрэ абы и образымрэ щхьэщэ хуэзыщӀхэу, абы и дамыгъэр къэзыщтэхэр нэгъуэщӀ гупу. Члисэмрэ къэралымрэ «цӀыкӀуи ини, къулеи тхьэмыщкӀи, щхьэхуитхэми пщылӀхэми” (Откр. 13:16) хьэкӀэкхъуэкӀэм и дамыгъэр кърагъэщтэну я къарухэр зы ящӀкӀи, итӀанэми, Тхьэм и лъэпкъым ар къищтэнукъым. Бегъымбарым Патмос хытӀыгум щилъэгъуащ «хьэкӀэкхъуэкӀэми абы и образми, и дамыгъэми, и дамыгъэм и бжыгъэми» ятекӀуахэр. Ахэр «абдж-тенджыз джафэм тетт, пшынэ дыкъуакъуэхэр яӀыгърэ, Муса бегъымбарымрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэу (Откр. 15:2, 3). GCKar 417.2