Бэнэныгъэ ин
22 ӀЫХЬЭ—БЕГЪЫМБАРӀУАТЭХЭР ЗЭРЫЗЭЩӀАР
1844гъэм и гъатхэр блэкӀащ — Мэсихь къигъэзэжыну щагугъа зэманыр. ФӀэщхъуныгъэ яӀэу, Ар къыщалъэгъунум ежьахэр, зы зэманкӀэ шэч щӀыным иӀыгъыу, Ӏэнкуну щытащ. ЦӀыхухэм ахэр гъэпцӀагъэм и щхьэузыхь хъуауэ ялъытэрт, ауэ абыхэм я дежкӀэ Тхьэм и Псалъэр, япэми хуэдэу, я гур зыгъэпсэху псынэу щытт. Куэдым Тхыгъэ ЛъапӀэр яджын щамыгъэтауэ, я фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэр къапщытэрт, бегъымбарӀуатэхэм къытрагъэзэжурэ еджэрт, нэху нэхъыбэ зрагъэгъуэтыну. Библием и щыхьэту абыхэм лъабжьэ яхуэхъуар, пыухыкӀауэ, уи фӀэщ зыщӀу, гурыӀуэгъуэу щытт. Нэщэнэхэм щыуагъэншэу къагъэлъагъуэрт Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэр къызэрыблэгъар. А хъыбарыр Зиусхьэным къызэригъэхьам щыхьэт техъуэрт, гуэныхьлыхэм Тхьэм деж зэрагъэзэжам, чристэнхэр къызэрыщӀэрэщӀэжам хэплъагъуэу, Тхьэм къыбгъэдэкӀа нэфӀщыхуэныгъэ хэхахэр. А зэманым фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэм гузэщыуэ къащӀытепсыхар къагурымыӀуами, итӀанэми, абыхэм зэхащӀэрт Тхьэм абдежым нэс ахэр зэришар. GCKar 361.1
Хьиса ЕтӀуанэу къыщыкӀуэну зэманым теухуа бегъымбарӀуатэхэм епхауэ щытщ Тхыгъэ ЛъапӀэм ит ущиер, ищӀэныр зымыщӀэу, цӀыху Ӏэнкунхэм папщӀэ Библием иратхар. Нобэ къагурымыӀуэфыр къэкӀуэну зэманым зэхэщӀыкӀыгъуэ зэрыхъуфынум шыӀэныгъэ яхэлъу, фӀэщхъуныгъэ яӀэу ежьэну тригъэгушхуэрт абы. GCKar 361.2
Аввакум бегъымбарым и Тхылъым ит мы Ӏыхьэрщ ар (2:1-4): «Си плъырыпӀэм сиувэжащ сэ, арати, чэщанэм сытету сыкӀэлъыплъырт, Абы сэ къызжиӀэнур, си тхьэусыхафэм и жэуапу къызитынур къэсщӀэн папщӀэ. Жэуапу Зиусхьэным къызжиӀащ: къыпхуэлъэгъуар тхы, зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу, гурыӀуэгъуэу тетхэ мывэ джейм, цӀыхухэр тыншу къеджэфын хуэдэу. Къэлъэгъуар зэхьэлӀар зэман пыухыкӀащ, зи гугъу ищӀыр кӀэухырщ икӀи укъигъэпцӀэнукъым; зиӀэжьэу щытми, ежьэ абы, къэмыхъункӀэ Ӏэмал иӀэкъыми”. GCKar 361.3
Зиусхьэным и унафэм: «Къэлъэгъуар тхы, зэхэщӀыкӀыгъуафӀэу, гурыӀуэгъуэу тетхэ мывэ джейм, цӀыхухэр тыншу къеджэфын хуэдэу» жиӀам, Чарльз Фич иджыри 1842 гъэм бегъымбарӀуатэу Данил бегъымбарым и Тхылъымрэ КъызэӀузых Тхылъымрэ ярытхэм я схемэ ищӀыну игу къигъэкӀащ. А схемэр къызэрыдагъэкӀар Аввакум бегъымбарым къыхуащӀа унафэр гъэзэщӀа хъуауэщ къазэрыгурыӀуар. АрщхьэкӀэ, зыми гу лъитакъым, абы езы бегъымбар псалъэ дыдэм и гугъу зэрищӀым, къэлъэгъуар гъэзэщӀа хъунум зэман пыухыкӀакӀэ зэрызиӀэжьэнум. Псоми ягу зыщыуа нэужь, Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ а Ӏыхьэм мыхьэнэ хэхарэ купщӀэрэ иӀэ хъуащ: «Къэлъэгъуар зэхьэлӀар зэман пыухыкӀащ, зи гугъу ищӀыр кӀэухырщ икӀи укъигъэпцӀэнукъым; зиӀэжьэу щытми, ежьэ абы, къэмыхъункӀэ Ӏэмал иӀэкъыми... цӀыху щыпкъэр и фӀэщхъуныгъэмкӀэ псэунущ”. GCKar 362.1
Апхуэдэуи Изкъил и бегъымбар псалъэхэм щыщ языныкъуэхэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гур фӀы зыщӀыжу, къару къезыту щытащ. «Зиусхьэным и псалъэр къысхуехащ: ЦӀыхум и къуэ! Сыт фи деж, Израил щӀыналъэм, щыжаӀэхэр: “Махуэ Ӏэджэ дэкӀынурэ, сыт хуэдэу бегъымбарым къыхуэлъагъуэхэри кӀуэдыжынущ жыхуаӀэр?” Аращи, абыхэм яжеӀэ: Зиусхьэну Тхьэм жиӀэр мыращ... бегъымбарым къыхуэлъэгъуа псори гъэзэщӀа щыхъуну махуэхэр гъунэгъущ... Сэ жызоӀэр, икӀи псалъэ Сэ жысӀар, гъэзэщӀа хъунущ, ар къэмыхъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым». «Мис, Израил и унагъуэм жаӀэр: “бегъымбарым къыхуэлъагъуэу, абы и нэгу щӀэкӀар, махуэ куэд дэкӀа нэужьщ къыщыхъунур, абы зи гугъу ищӀыр зэман жыжьэхэрщ зэхьэлӀар”. Аращи, яжеӀэ абыхэм: Зиусхьэным жиӀэр мыращ: си псалъэхэм ящыщ зыми дяпэкӀэ и пӀалъэм зезгъэӀэжьэнукъым, ауэ сэ жысӀэну псалъэр къэхъунущ, жеӀэр Зиусхьэну Тхьэм” (Иез. 12:21-25,27,28). GCKar 362.2
КӀэухыр пэщӀэдзэм щыщӀэдзауэ ЗыщӀэм, лӀэщӀыгъуэ куэд ипэкӀэ абыхэм я гур зэрызэщыунур ищӀэрти, ягухэр фӀы ищӀыжу абыхэм гугъэ къезытыжын псалъэ къазэрыхуигъэхьар я фӀэщ хъуууэ, Зиусхьэным ежьэхэр къэгуфӀэжащ. Тхьэм и Псалъэм дзыхь хуащӀу, шыӀэныгъэ яхэлъу ежьэну тезыгъэгушхуэ Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщ а Ӏыхьэхэр мыхъуамэ, абыхэм я фӀэщхъуныгъэр а гъэунэхуныгъэ сыхьэт шынагъуэм къэтӀэсхъэнут. GCKar 362.3
Матфей итхыжа Инджылым и 25-нэ псалъащхьэм ит хъыджэбзипщӀым теухуа ущиери адвентистхэм ехьэлӀащ. 24-нэ псалъащхьэм Матфей къыщеӀуатэ Мэсихь и къэкӀуэжыгъуэмрэ дунейм и кӀэухымрэ я нэщэнэ хъунухэм теухуауэ, къеупщӀа и еджакӀуэхэм Мэсихь жэуап щаритыжым, къажриӀауэ щыта Ӏуэхугъуэшхуэхэр дунеймрэ Члисэмрэ я тхыдэм къыщыхъун зэрыхуейр, Абы и Япэ и ЕтӀуанэ КъэкӀуэгъуэхэм я зэхуаку дэлъ лъэхъэнэм къриубыдэу. Ахэр мыращ: Ерусалим зэрызэтракъутэнур; мажусийхэмрэ папистхэмрэ Члисэр ямыгъэпсэууэ кърахуэкӀыурэ, гузэвэгъуэшхуэ зэрырагъэшэчынур; дыгъэр зэрыункӀыфӀынур, мазэми нэху зэримыдзынур, вагъуэхэри зэрижынур. АдэкӀэ къыпищэу Мэсихь жиӀащ къэкӀуэжу и Пащтыхьыгъуэр зэриублэну щӀыкӀэм ехьэлӀа ущие, Абы къыщигъэзэжынум пэплъэ узыщыгугъу хъун унэӀутымрэ уи дзыхь зэбгъэз мыхъун унэӀутымрэ я гугъу ищӀу. 25-нэ псалъащхьэр мы псалъэхэмкӀэ къыщӀедзэ: «Абы щыгъуэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Пащтыхьыгъуэр хъыджэбзипщӀым хуэдэнущ”. Мыбдежыр топсэлъыхь иужь махуэхэм щыӀэну Члисэм, 24-нэ псалъащхьэм и кӀэухыр зытеухуам къыпищэу. Мы ущием, Тхьэм и лъэпкъым яшэчын хуейуэ щытыр, къуэкӀыпӀэм хьэгъуэлӀыгъуэр зэрырагъэкӀуэкӀ хабзэр щапхъэу къигъэсэбэпурэ къегъэлъагъуэ. GCKar 362.4
«Абы щыгъуэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Пащтыхьыгъуэр хъыджэбзипщӀым хуэдэнущ, зи уэздыгъэхэр къэзыщтэу щауэм пежьахэм. Абыхэм ящыщу тхур губзыгъэт, адрей тхур акъылыншэт. Мыгубзыгъэхэм я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэ къыздащтакъым... арати, щауэр къыщыгувэм, псори щхьэукъуэри, жеящ. АрщхьэкӀэ, жэщ ныкъуэм макъышхуэ къэӀуащ: “Мес, щауэр къокӀуэ, фыкъыщӀэкӀи, фыпежьэ!”». GCKar 363.1
Япэ мелыӀычым и хъыбарым щыщу, Мэсихь къызэригъэзэжынур, мыбдежым щауэр къызэрыкӀуэмкӀэ къыщыгъэлъэгъуащ. Реформацэ иныр, Зиусхьэным псынщӀэу къызэригъэзэжынум теухуа уазхэмкӀэ ирагъэкӀуэкӀар, хъыджэбзхэмкӀэ къэгъэлъэгъуащ. Мы ущием, Матфей и Инджылым и 24-нэ псалъащхьэми хуэдэу, цӀыхухэр тӀууэ зэпэщхьэхукӀауэ къегъэлъагъуэ. Псоми я уэздыгъэхэр, Библиер къащтэри, абы идз нэхум хэту ежьащ, Щауэм ӀущӀэну. Ауэ мыгубзыгъэхэм «я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэ къыздащтакъым», «Ӏущхэм я уэздыгъэхэм щӀыгъуу дагъи къыздащтащ, я дагъалъэхэмкӀэ”. Абыхэм Тхьэм и гущӀэгъур къаӀэрыхьащ: Тхьэм и Псалъэр «абыхэм я лъакъуэм уэздыгъэм хуэдэу, я гъуэгур нэху» хуэзыщӀ Дух ЛъапӀэм и къару укъэзыгъэщӀэрэщӀэжыр яӀэ хъуащ. Тхьэм фӀэлӀыкӀыу абыхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр яджащ, пэжыгъэр къащӀэн папщӀэ, гу къабзэрэ гъащӀэ къабзэрэ зэрызрагъэгъуэтыным пэжу хущӀэкъуащ. Абыхэм я щхьэкӀэ куэд ягъэунэхуащ, Тхьэмрэ Абы и Псалъэмрэ хуаӀэ я фӀэщхъуныгъэр гугъуехьхэм къелащ, гур зэщыунми зыӀэжьэныгъэми ягъэтӀэсхъакъым. Адрейхэм «я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэ къыздащтакъым”. Ахэр зы дакъикъэм къызэщӀэнэу хэлъадэ цӀыхухэм хуэдэт. Хъыбар лъапӀэм абыхэм я псэр игъэгузэват, ауэ зыщыгугъыр я къуэшхэм яӀэ фӀэщхъуныгъэрт, я гурыщӀэ къаблэм арэзы ирихъуурэ, ипэжыпӀэкӀэ пэжыгъэр быдэу зрагъэщӀакъым, Тхьэм и Дух ЛъапӀэр гум зэрелэжьыр ягъэунэхуакъым. Ахэр Зиусхьэным ӀущӀэну зэрежьар тыгъэфӀ къаӀэрыхьэнумкӀэ ягухэр ягъафӀэурэщ икӀи зыкӀи хуэхьэзыртэкъым гу зэщыуи зыӀэжьэныгъи яшэчыну. Апхуэдэу, гъэунэхуныгъэ зэманыр къыщысым, я фӀэщхъуныгъэр къэтӀасхъэри, я уэздыгъэхэри ункӀыфӀащ. GCKar 363.2
«Арати, Щауэр къыщыгувэм, псори щхьэукъуэри, жеящ”. Щауэр къызэрыгувам Зиусхьэным зэрежьэну зэманыр къегъэлъагъуэ, гур зэрызэщыунури, зыӀэжьэныгъэу къыпщыхъури. А зэман мыгурыӀуэгъуэм нэгъэсауэ фӀэщхъуныгъэ зымыгъуэта, цӀыху техьэ-текӀхэм адвентистскэ хъыбарыр къафӀэмыӀуэхуж хъури, гугъу зрагъэхьыну хуеижакъым, ауэ зи фӀэщхъуныгъэр Библиер езым зэрищӀэм тещӀыхьауэ щыт цӀыхухэр, къырым хуэдэу быдэу тетти, гу зэщыуэ толъкъуным хуэгъэхъеякъым. «Псори щхьэукъуэри жеящ» — языныкъуэхэм зыри къафӀэмыӀуэхуу, фӀэщхъуныгъэр яфӀэкӀуэдауэ, адрейхэм — шыӀэныгъэ яхэлъу нэху нэхъыбэм ежьэу. Ауэ щыхъукӀи, гъэунэхуныгъэ жэщым ахэри Ӏуэхум хуэпэжу, Тхьэм хущӀэкъуу зэрыщытар къэтӀэсхъауэ къыпщыхъурт. Нэгъэсауэ фӀэщхъуныгъэ зымыгъуэта, цӀыху техьэ-текӀхэр я къуэшхэм я фӀэщхъуныгъэм афӀэкӀа щыгугъыжыфынутэкъым. Дэтхэнэ зыри зэрыщытри зэрыджалэри и закъуэущ. GCKar 364.1
А зэманым фанатизм къэлъагъуэу щӀидзащ. Языныкъуэхэм, япэм хъыбарым езыфыгъулӀэу и телъхьэу зызыбжыжу щытахэм, иджы Тхьэм и Псалъэр ядэжтэкъым, щыуагъэншэу уи унафэщӀ закъуэу гъащӀэм Ар зибгъэӀэныр ядэжтэкъым, Дух ЛъапӀэм и Ӏумэту забжыжурэ, я гурыщӀэхэм, къащыхъухэм, гугъэ нэпцӀхэм я ӀэмыщӀэм зралъхьащ. Языныкъуэхэм акъылыншагъэ ягъэлъагъуэу, нэуфӀыцӀщхьэрыуэ езыфыгъулӀэу, езыхэм я щапхъэм темыт псори ягъэкъуаншэрт. Адвентистхэм я нэхъыбэм а цӀыхухэм я еплъыкӀэ нэпцӀхэр, я фасикъыгъэр даӀыгъакъым, ауэ щыхъукӀи, пэжыгъэм ныбжь тедза хъуат, цӀыхубэм пэжыгъэм шэч къытрахьэ хъуат. GCKar 364.2
ШейтӀаныр и ужь итащ Тхьэм и Ӏуэхум зэран хуэхъуу, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ зэхикъутэну. Адвентистхэм я идеехэм цӀыхубэр игъэгузэващ: гуэныхьлы мин бжыгъэхэм Тхьэм зыхуагъазэрт, Ӏуэхум хуэпэж цӀыхухэм, я щхьэ щымысхьыжу, пэжыгъэр ягъэӀурт — уеблэмэ, зыӀэжьэныгъэ зэманми. КӀыфӀыгъэм и пщым хэщӀыныгъэшхуэ игъуэтырти, Тхьэм и Ӏуэхур иуфӀеин папщӀэ, ЕтӀуанэу Мэсихь псынщӀэу къызэрыкӀуэнур быдэу зи фӀэщ хъу цӀыхухэр къызэригъэпцӀэным егугъут, егъэлеиныгъэ якӀэщӀидзэурэ. Абы и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм сыт хуэдэ щыуагъэхэри, сыт хуэдэ Ӏуэху мыщхьэпэхэри къагъэсэбэпыну хьэзырт, щӀагъатхъэурэ ар цӀыхухэм ирагъэлъагъуу, ягу адвентистхэм щагъэкӀын щхьэкӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ, ЕтӀуанэу Мэсихь къызэрыкӀуэнур зи фӀэщ хъухэу, атӀэми, шейтӀаным и тепщэм щӀэтхэу къанэхэр нэхъыбэ хъуху, шейтӀаным абы фейдэ нэхъыбэ къыхихыфынут, ахэр Члисэм щыщщ, жиӀэу игъэлъагъуэурэ. GCKar 364.3
ШейтӀаныр «къуэшхэр зыгъэкъуаншэщ”, абы цӀыхухэр щӀегъастэ Тхьэм и бынхэм я щыуагъэрэ я щыщӀагъэрэ лъигъахъуэурэ, къаригъэгъуэтурэ, ар я нэм къафӀигъэнэну, абы щыгъуэм адвентистхэм я Ӏуэху нэхъыфӀ дыдэхэм гу лъамытауэ къанэу. Бзаджэнаджэр сыт щыгъуи нэхъ жыджэр мэхъу Зиусхьэныр цӀыхухэм я псэр къызэрыригъэлыным иужь щитым деж. Тхьэм и бынхэр Зиусхьэным и пащхьэ щихьэм деж, абыхэм щӀыгъуу шейтӀанри макӀуэ. Диным цӀыхухэм я гупэр хуагъэзэху, ар йогугъу зи гур мыкъабзэ, зи акъыл зэтемыс цӀыхухэр Члисэм къызэрыхишэным. Апхуэдэхэм пэжыгъэм и Ӏыхьэм щыщ къащтэу, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм къахыхьа нэужь, ар йогугъу, ахэр къигъэсэбэпурэ, и теорие купщӀэншэхэмкӀэ, делагъэхэмкӀэ зэкӀэ гуитӀщхьиту щытхэр къызэригъэпцӀэным. Зы цӀыхуи чристэн пэжу убж хъунукъым Тхьэм и бынхэм зэрахэт къудейм щхьэкӀэ — тхьэлъэӀупӀэм зэрыщыӀэм е Зиусхьэным и Пшыхьым зэрыхэтым щхьэкӀэ. ШейтӀаныр куэдрэ зэӀущӀэ нэхъ лъапӀэ дыдэхэми щыӀэщ и Ӏэмэпсымэу къигъэсэбэп и ӀэмыщӀэм илъ цӀыхухэмкӀэ. GCKar 365.1
Ӏеягъэм и пщыр, зы бжьизкӀэ икӀуэтыну хуэмейуэ, Тхьэм и лъэпкъыр Уафэм зэрыкӀуэ гъуэгум ныкъуакъуэу тетщ. Члисэм и тхыдэм къриубыдэу зы зэхъуэкӀыныгъи бэӀутӀэӀуншэу, тыншу екӀуэкӀакъым. Апхуэдэущ зэрыщытар Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел и зэманми. Дэнэ деж Павел члисэ щызэхуимышэсми, фӀэщхъуныгъэр къэзыщтэхэм сыт щыгъуи къахыхьэт узыгъэкӀуэдыныпцӀ къызыпкърыкӀхэр, адрейхэм ар къащтэмэ, пэжыгъэр фӀыуэ ямылъагъужынкӀэ шынагъуэ щыӀэу. Лютери фанатик зэмылӀэужьыгъуэхэм хуабжьу гугъу ирагъэхьу щытащ. А фанатикхэм, дэ Тхьэм Ӏэмэпсымэ дищӀащ жаӀэрт, а щхьэусыгъуэмкӀи езыхэм я идеехэр, я еплъыкӀэхэр Тхыгъэ ЛъапӀэм и щыхьэтым нэхърэ нэхъ ягъэлъэгэну яужь итт. ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэу, Тхьэр зымыцӀыху, ауэ зыщыгугъыжыныгъэ зыхурикъу, щӀэщыгъуагъэм дихьэх куэдыр а егъэджакӀуэщӀэхэм къагъэпцӀауэ, шейтӀаным и Ӏэпыдзлъэпыдз хъуат, ЛютеркӀэ Тхьэм иухуа псори зэтракъутэу. Уэсли зэкъуэшхэми, адрей реформаторхэми, зи фӀэщхъу ныгъэмрэ зи лэжьыгъэхэмрэ дунейм нэфӀщыхуэныгъэ хуэхъуахэр, лъэбакъуэ ячыху шейтӀаным бзаджэу абыхэм я гъуэгуанэм щызэрихъа хъыхэм ихуэрт — къемызэгъыу езыфыгъулӀэ, зэтемыс цӀыхухэм, Тхьэм и Дух ЛъапӀэр зимыӀэу, сыт хуэдэ фанатизмэкӀи уфӀеяхэм. GCKar 365.2
Уильям Миллер фанатикхэр зэи игу ирихьу щытакъым. Лютери хуэдэу абы жиӀэрт, дэтхэнэ зы гупсэри Тхьэм и ПсалъэмкӀэ гъэунэхун зэрыхуейр. «Ди зэманым шейтӀаныр цӀыху куэдым я акъылым и тепщэщ, — жиӀэрт Миллер. Дапхуэдэу-тӀэ къызэрытщӀэнур сыт хуэдэ гупсэ цӀыхум иӀэми? Библием жэуап къыдет: “КъапкърыкӀымкӀэ къэфцӀыхунущ ахэр”. Гупсэ куэд щыӀэщ, дэ ахэр дгъэунэхун хуейуэ унафэ къытхуащӀащ. ЗэпӀэзэрыту, щыпкъагъэ зетхьэу, Тхьэм дыфӀэлӀыкӀыу дыпсэуну дытезымыгъэгушхуэ гупсэр — Ар Мэсихь и Гупсэкъым. Махуэ къэс нэхъыбэжу си фӀэщ мэхъу сыт хуэдэ фанатизмри шейтӀаным къызэрыбгъэдэкӀыр... Дэ тщыщ куэдыр, щихъ хъуауэ зызылъытэжхэр, цӀыхухэм яӀуатэ таурыхъыжьхэм иропсэу, зэрытлъагъущи, абыхэм пэжыгъэм зыри хащӀыкӀ хуэдэкъым, зэи пэжыгъэм емыгупсысахэм хуэдэу”. «Щхьэрыуэным и гупсэм пэжыгъэм дыкъыбгъэдеш, Тхьэм и Гупсэм — Дух ЛъапӀэм — абы дыхуешэ. Ауэ фэ жывоӀэ, цӀыху щыуэм пэжыгъэр иӀэу и гугъэнкӀэ зэрыхъунур. Сыт хуэдэ пэжыгъэ абы иӀэр? Абы и жэуапу мыр диӀэщ: Гупсэри Псалъэри нэгъэсауэ зэгуроӀуэ. ЦӀыхум Тхьэм и ПсалъэмкӀэ зыщигъэунэхум деж и хьэл-щэныр Тхьэм и Псалъэм гурыӀуэу къилъагъумэ, итӀанэ абы пэжыгъэр иӀэу ибж хъунущ; ауэ ар зезыгъакӀуэ гупсэр Тхьэм и Унафэмрэ и Псалъэхэмрэ къаӀуатэм темыхуэу къилъагъумэ, ар икъукӀэ сакъын хуейщ, шейтӀаным и хъым къимыхутэн папщӀэ. Чристэн дунейм щытепщэ зэрызехьэм нэхърэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр нэхъ хызолъагъуэ гу пцӀанэм къыбгъэдэкӀыу зы псалъэ пэжым, зы Ӏуплъэгъуэ гуапэм, зэ хэщытыкӀыгъуэм, нэпс ткӀуэпсхэм». GCKar 366.1
Реформацэр щекӀуэкӀым, абы и бийхэм фанатикхэщ жаӀэу, Ӏейуэ губжьауэ ягъэкъуаншэрт быдэу фанатизмым пэщӀэтхэр. Адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм и бийхэми апхуэдэ дыдэу ящӀэрт. Фанатикхэм я щыуагъэхэм зэрыщӀагъатхъэм, пцӀыкӀэ зэрызэрахъуэкӀым иримыкъуу, абыхэм ауэ гъунэгъууи пэжым емыщхь хъыбар делагъэхэр ягъэӀурт. А цӀыхухэм апхуэдэу щӀащӀэр хабзэжьхэм итхьэкъуауэ, адвентистхэм теплъэ мыхъуу щытти арат. Мэсихь куэбжэпэм къызэрысам и хъыбарым абыхэм я мамырыр икъутат. Ахэр иригузавэрт, а хъыбарыр пэжу къыщӀэкӀынкӀэ зэрыхъунум, итӀанэми щыгугът, ар апхуэдэу щымыту — мис арат абыхэм адвентистхэри адвентистхэм я фӀэщхъуныгъэри ялъагъу щӀэмыхъум хэлъ щэхур. GCKar 366.2
Фанатик гуэрхэм адвентистхэм зыкъыхагъэпшэхъуамэ, абы щхьэкӀэ адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр Тхьэм къыбгъэдэмыкӀауэ плъытэ хъунукъым, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел и зэманым е Лютер и зэманым Члисэм гъэпцӀакӀуи фанатики зэрыхэтам абыхэм я лэжьыгъэр зэримыгъэпудам хуэдэ къабзэу. Тхьэм и лъэпкъыр къреуш, жейм къыхрекӀи, хущӀегъуэжыныгъэ Ӏуэхумрэ Реформацэ Ӏуэхумрэ пэрырехьэ; Тхыгъэ ЛъапӀэр джыным пэрырехьэ, пэжыгъэр, Мэсихь хэлъыр, къыгурыӀуэн щхьэкӀэ; зэрыщыту Тхьэм хурелажьэ, итӀанэ мызагъэ шейтӀаныр япэми хуэдэу, Тхьэм зэрибийр сэтей къэзыщӀын щыхьэт дыщыщӀэнукъым. ГъапцӀагъэ куэд къызэпищэурэ, бзаджэнаджэм и къарур игъэлъэгъуэнущ, и пащтыхьыгъуэм щӀэт мелыӀыч дэхуэха псори дэӀэпыкъуэгъу ищӀурэ. GCKar 367.1
Мэсихь ЕтӀуанэу къызэрыкӀуэну хъыбарыракъым фанатизмэмрэ зыгуэшыныгъэмрэ къызыхэкӀар. Ахэр къыщыхъуар 1844 гъэм и гъэмахуэрщ, адвентистхэр шэч щӀыным иӀыгъыу, Ӏэнкун щыхъуам щыгъуэщ. Япэ мелыӀычымрэ «жэщ ныкъуэм къэӀуа макъышхуэмрэ» зэтраӀыгъат фанатизмым, зыгуэшыныгъэм я къарур. А зэщӀэхъееныгъэ лъапӀэм хэтахэр зэнэзэпсэу щытат; щӀэх дыдэу ялъагъуну зыщыгугъ Хьиса хуаӀэ фӀылъагъуныгъэмкӀэ ягухэр гъэнщӀауэ, дэтхэнэ зы цӀыхури фӀыуэ ялъагъуу. Псоми зы фӀэщхъуныгъэ, фӀыгъуэ зыпылъ зы гугъэ зэраӀэм, сыт хуэдэ Ӏейри абыхэм къалъимыгъэӀэсу щытт, шейтӀаныр къащытеуэкӀи къихъумэрт. GCKar 367.2
Фанатик гуэрхэм адвентистхэм зыкъыхагъэпшэхъуамэ, абы
щхьэкӀэ адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр Тхьэм къыбгъэдэмыкӀауэ
плъытэ хъунукъым, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел и зэманым
е Лютер и зэманым Члисэм гъэпцӀакӀуи фанатики зэрыхэтам
абыхэм я лэжьыгъэр зэримыгъэпудам хуэдэ къабзэу.
«Арати, Щауэр къыщыгувэм, псори щхьэукъуэри жеящ. АрщхьэкӀэ, жэщ ныкъуэм макъышхуэ къэӀуащ: “Мес, Щауэр къокӀуэ, фыкъыщӀэкӀи, фыпежьэ!” Ар щызэхахым, а хъыджэбз псори къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ» (Мф. 25:5-7). 1844 гъэм гъэмахуэм махуэ 2300-р щиухын хуейуэ япэм хуагъэфэща пӀалъэм и ныкъуэр щыблэкӀам щыщӀэдзауэ а гъэ дыдэм и бжьыхьэм нэсыху, иужькӀэ къызэращӀауэ, ипэжыпӀэкӀэ а лъэхъэнэр щиухам нэсыху — Тхыгъэ ЛъапӀэм «Мес Щауэр къокӀуэ” жыхуиӀэ хъыбарыр ягъэӀуащ. GCKar 367.3
Ерусалим зэтрагъэувэжын хуейуэ Артаксеркс и унафэм, махуэ 2300рэ хъу лъэхъэнэр щыщӀидзэм къару щигъуэтар ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 457 гъэм бжьыхьэрауэ зэрыщытыр абыхэм къалъагъужащ, япэм ар а гъэм и пэщӀэдзэм щыщӀидзэу зэрабжамкӀэ щыуахэт. 457 гъэм бжьыхьэм щыщӀэдзауэ илъэс 2300-р щиухыр 1844-м и бжьыхьэрщ. GCKar 367.4
Пасэрей зэгурыIуэныгъэм и прообразхэми «псэуп!э лъапIэр щагъэкъэбзэну” Тхыгъэ ЛъапIэм зи гугъу ищ! Iуэхугъуэхэр къыщыхъун хуей зэману апхуэдэу ягъэлъагъуэр бжьыхьэрт. Хьиса и Япэ къэк!уэгъуэм теухуауэ гъэзэщ!а хъуа прообразхэм я нэхум а упщӀэр нэхъ пыухыкӀауэ гурыӀуэгъуэ ищӀащ. GCKar 368.1
IутIыж щынэр къурмэн зэращ!у щытар Мэсихь зэрылIэным и нэщэнэт. Тхьэм и л!ык!уэ Павел жеIэр: «Ди IутIыжыр, дэр щхьэкӀэ яукIа Мэсихьщ” (1 Кор. 5:7). ЩӀым къытраххэм япэу хэхъукӀахэм щыщу Зиусхьэным япэ пхыр ягъэсысу къыхуахьу щытар, Мэсихь къызэрыхъужыным и прообразт. Зиусхьэныр лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжыным, Езым и гъуэгу ирикӀуэхэри къызэригъэтэджыжыным я гугъу ищӀу, Тхьэм и лӀыкӀуэ Павел мыпхуэдэу итхащ: «ЯпэщӀыкӀэ Мэсихьщ, итӀанэ Мэсихь зи псэм щыщхэрщ, Абы къыщигъэзэжкӀэ» (1 Кор. 15:23). Пхыр ягъэсысым хуэдэу, хэгъуэр къыщысым япэу кърахьэлӀэжахэу, япэу хъуа щхьэмыжхэм хуэдэу, цӀыху щыпкъэхэр къыщагъэтэджыжкӀэ Тхьэм и гуэным щызэхуашэсынухэм, мылӀэжыныгъэ зиӀэну къащэхужахэм, япэ итынур Мэсихьщ. GCKar 368.2
А прообразхэр я мыхьэнэкӀэ гъэзэщӀа зэрыхъуам имызакъуэу, къыщыхъун хуей зэманми къэхъуащ. Журтхэм я япэ мазэм и епщыкӀуплӀанэ махуэм, лӀэщӀыгъуэ пщыкӀутху еным и кӀыхьагъкӀэ а мазэ дыдэм ӀутӀыж щынэр къурмэн щащӀу щытам, Мэсихь и еджакӀуэхэр и гъусэу ӀутӀыжым щыщ зыӀуигъэхуащ, апхуэдэ щӀыкӀэу Зиусхьэным и Пшыхьыр къиублащ, «дунейм и гуэныхьыр къэзыщтэ Тхьэм и щынэм хуэдэу», Абы и лӀэныгъэм и фэеплъу дяпэкӀэ ар хабзэу ягъэзэщӀэн хуейуэ. А жэщ дыдэм Тхьэм щымышынэхэм Ар яубыдщ, жорым кӀэраӀулӀэри яукӀащ. Пхыр ягъэсысу щытам и прообразу ди Зиусхьэныр ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, «лӀахэр къызэригъэтэджыжынумкӀэ Ар Тхьэм и сакъылэту”, я «Ӏэпкълъэпкъ щӀыхьыншэхэр» «Абы и Ӏэпкълъэпкъ щӀыхьышхуэ зиӀэм хуэдэ” хъуауэ, цӀыху щыпкъэ къэхъужыну псоми япэ иту (Флп. 3:20,21). GCKar 368.3
ЕтӀуанэ къэкӀуэгъуэм ехьэлӀа нэщэнэ къулыкъуу щытахэм я прообразхэри апхуэдэ къабзэу и зэманым зэщӀэн хуейт. Муса бегъымбарым и хабзэхэм япкъ иткӀэ, псэупӀэ лъапӀэр щагъэкъабзэр е Къэщэхужыгъуэ Махуэ лъапӀэр, ебланэ журт мазэм и епщӀанэ махуэрт щекӀуэкӀыр (еплъ Лев. 16:29-34). Абы щыгъуэм щоджэн пашэм Израил псор къищэхужт, псэупӀэ лъапӀэм журтхэм я гуэныхьхэр щӀигъэкъэбзыкӀыжт, къыщӀэкӀыжырти, зэрылъэпкъыу и нэфӀ ящихуэрт. Абы хуэдэу миллеритхэм я фӀэщ хъурт, Мэсихь, ди Щоджэнышхуэ Пашэр, къыщӀэкӀуэнур гуэныхьри гуэныхьлыхэри игъэкӀуэду, щӀылъэр игъэкъэбзэн папщӀэу, Езым и лъэпкъым нэфӀщыхуэныгъэ зыхэлъ тыгъэу мылӀэжыныгъэ яритын щхьэкӀэ. Ебланэ журт мазэм и епщӀанэ махуэр — Къэщэхужыгъуэ Махуэшхуэт, псэупӀэ лъапӀэр щагъэкъабзэ зэмант. 1844 гъэм а махуэр зытехуэр октябрым и 22-рт. А махуэрат Зиусхьэныр къыщыкӀуэну зыпэплъэр. Махуэ 2300-рэ хъу лъэхъэнэр бжьыхьэм иухын хуейуэ япэм къызэрабжауэ щытам ар техуэрт. Абы къыхэкӀкӀэ, а Ӏуэхум шэч къыщӀытепхьэн щхьэусыгъуэ бгъуэтынутэкъым. GCKar 368.4
Матфей итхыжа Инджылым и 25-нэ псалъащхьэм ит щӀагъыбзэ зыхэлъ хъыбарым щауэр къэкӀуэным ипэ къихуэу щежьэнымрэ, щыжеину зэманрэ зэрыщыӀэнур къегъэлъагъуэ. Ар апхуэдэуи Пасэрей ЗэгурыӀуэныгъэм ит бегъымбарӀуатэхэмрэ прообразхэмрэ тохуэ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я щыхьэтхэр зэрыпэжыр быдэу я фӀэщ хъурт, арати, «жэщ ныкъуэм къэӀуа макъыр» хъыбарзехьэ мин бжыгъэхэм ягъэӀурт. GCKar 369.1
Тенджыз толъкъунышхуэм хуэдэу, а зэщӀэхъееныгъэм къэрал псор зэрихьэрт. Хъыбарыр зы къалэм ирахыурэ адрей къалэм яхьт, зы къуажэм ирахыурэ адрей къуажэм яхьт, апхуэдэурэ ар къэралым и къуэгъэнапӀэ пхыдзахэми нэсат, Тхьэм и лъэпкъыр зэрыщыту Зиусхьэным зэрыӀущӀэным зыхуамыгъэхьэзырыху. А нэхум и къарум сыт хуэдэ фанатизмри игъэкӀуэдт, дыгъэ къыкъуэкӀым и бзийхэм пщэдджыжьыпэм Ӏумылыр зэригъэткӀум хуэдэу. Шэч щӀынымрэ Ӏэнкунынымрэ кӀуэдат, гугъэмрэ лӀыгъэмрэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гур къагъэнэхурт. УзэтезыӀыгъэ Тхьэм и Дух ЛъапӀэмрэ и Псалъэмрэ зимыӀэ цӀыхухэм я ӀуэхущӀафэм сытым дежи хэплъагъуэу щыт хэлъадэ-хэжыж щыӀэтэкъым. А псом уигу къагъэкӀыжырт пасэм Тхьэм и пщылӀхэм Израилым и гуэныхьыр къыщӀигъэща нэужь, Ӏэдэбагъ хэлъу абы Тхьэм и деж щигъэзэжу щыта зэманыр. Аращ Тхьэм и лэжьыгъэм сыт хуэдэ зэманми дэплъагъур. Егъэлеяуэ гуфӀэуи зыри плъагъунутэкъым, цӀыхухэр ягухэм иплъэжырт, я гуэныхьхэр яумысыжырт, дунейм пэӀэщӀэ зыхуащӀырт. Зиусхьэным зэрыӀущӀэным зыхуэгъэхьэзырыным егугъуным зэщӀищтауэ, ахэм я тхьэлъэӀу нэрыгъхэр уафэм драхьейт, зэрыщыту Тхьэм зратт. GCKar 369.2
ЕкӀуэкӀхэр къыщиӀуатэм, Миллер мыпхуэдэу жиӀащ: «ЦӀыхухэм егупсысауэ гуфӀэгъуэшхуэ ямыгъэлъагъуэу къыпщохъу, къэкӀуэну махуэхэм ар хэхауэ хуахъумэу, уафэ псори щӀылъэри зэгъусэу пхуэмыӀуэтэну щӀыхь пылъу щыгуфӀэным. Макъышхуи ягъэӀуу зэхэпхкъым, сыту жыпӀэмэ, псори уафэм къиӀукӀыну МелыӀыч Пашэм и макъым йожьэр. УэрэджыӀакӀуэхэр щымщ — ахэри, мелыӀычхэм я дзэхэмрэ, уафэ уэрэджыӀакӀуэ гупымрэ я гъусэу щытхъу макъамэ зыжьэу щагъэӀуну зэманым ежьэ хуэдэщ... ГурыщӀэ зэтемыхуэ зыми иӀуатэу зыхэпхынукъым, псоми зыгурэ зы акъылрэщ яӀэр». GCKar 369.3
Ахэр зи нэгу щӀэкӀа нэгъуэщӀ зыгуэрми мыращ итхыжар: «А зэщӀэхъееныгъэм дэнэкӀи цӀыхухэр я гум и лъащӀэм нэсу иригъэплъэжурэ, Тхьэуэ Псом я нэхъ Лъагэм и пащхьэм Ӏэдэб защригъэщӀырт. ЦӀыхухэр дунейм пыщӀауэ зэрыщытыр къэтӀэсхъат, зэрызэгурымыӀуэ зэзыгъэбийхэр я зэхуаку дахат, я гуэныхьхэмкӀэ заумысыжат, икӀи псори хуабжьу хущӀегъуэжауэ Тхьэм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итт, къахуигъэгъуну, къищтэну елъэӀухэу. Апхуэдэ зыгъэпудыныгъэрэ хущӀегъуэжыныгъэрэ дунейм иджыри илъэгъуатэкъым. Иоиль бегъымбарым зэрыжиӀауэ щытам хуэдэу, Тхьэм и махуэшхуэр къызэрыблагъэм, цӀыхухэр, я щыгъынхэр ямычатхъэу ягухэр ячэтхъэным, нэщӀ ису, гъыуэ икӀи пыхьэу Тхьэм зыхуагъэзэным къыхуигъэушащ. ГущӀэгъумрэ нэфӀщыхуэныгъэмрэ я Гупсэр Тхьэм и бынхэм къахуехащ, Зиусхьэным и бегъымбар Захарие и жьэкӀэ зэрыжиӀэгъам хуэдэу: “Зэпыджам худэплъеинущ ахэр, Абы щхьэкӀэ гъынущ”, Зиусхьэным ежьэхэм я щхьэр Абы хуагъэлъэхъшащ”. GCKar 370.1
1844 гъэм бжьыхьэм щыӀам хуэдэу, диным и зэщӀэхъееныгъэ нэхъ ин дыдэхэм щыщу, апостолхэм я деж къыщыщӀэдзауэ, зыри апхуэдизу цӀыхум и щыщӀагъэхэм, шейтӀаным и гъэпцӀагъэхэм щыхъумауэ щытакъым. Уеблэмэ, иджыпстуи, абы лъандэрэ илъэс куэд зэрыдэкӀауэ, пэжыгъэр быдэу зи фӀэщ хъууэ, а лэжьыгъэм хэта псоми, а нэфӀщыхуэныгъэ зэщӀэхъееныгъэм ижь лъапӀэр иджыри къыздэсым къащӀеху, икӀи ар Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ зэрыщытам щыхьэт тохъуэ. GCKar 370.2
«Мес, щауэр къокӀуэ, фыкъыщӀэкӀи, фыпежьэ!”, жаӀэу макъышхуэ къыщыӀум, Абы ежьэхэр «къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ”; ахэм Тхьэм и Псалъэр, япэм къэмыхъуам хуэдэ егугъуныгъэ яӀэу, яджащ. Уафэм къикӀыу мелыӀычхэр къагъэкӀуащ, зигу зэщыуахэм ягухэр фӀы хуащӀыжу, хъыбарыр къызэращтэным хуагъэхьэзырын щхьэкӀэ. Ӏуэхур цӀыху ӀущагъкӀэ е цӀыху щӀэныгъэкӀэтэкъым зэрыкӀуатэр, атӀэ Тхьэм и къарукӀэт. Хъыбарыр япэу зэхэзыхыу къэзыщтахэр щӀэныгъэ нэхъыбэ зыбгъэдэлъхэракъым, зэчий зиӀэхэракъым, атӀэ нэхъ Ӏэдэбхэращ икӀи Тхьэм хуэпэжхэращ. Фермерхэм губгъуэм гуэдзыр Ӏуамыхыжауэ къранауэ, ӀэщӀагъэлӀхэм я Ӏэмэпсымэхэр хыфӀадзауэ, гуфӀэ нэпс къащӀэжу Тхьэм хуэлэжьахэрт, цӀыхухэр къэзыхъумэну уаз ятурэ. Япэм Тхьэм и Ӏуэхум унафэщӀу хэтахэр псом яужьщ а зэщӀэхъееныгъэм щыхыхьар. Члисэхэм я бжэхэр а хъыбарым хузэхуащӀт, икӀи, хъыбарыр къэзыщтахэм я члисэхэр къагъэнэн хуей хъурт. Тхьэм и жыжьэплъэныгъэм и Ӏэмырт «жэщ ныкъуэм къэӀуа макъышхуэр» етӀуанэ мелыӀычым и хъыбарым хэпщӀэну, къару нэхъыбэ апхуэдэу иригъэгъуэтын щхьэкӀэ. GCKar 370.3
«Мес, щауэр къокӀуэ” хъыбырыр щыхьэт хуэныкъуэтэкъым, нэгъуэщӀ мыхъуми, пыухыкӀауэ икӀи гурыӀуэгъуэу Библием и щыхьэтыр абы лъабжьэ зэрыхуэхъуам щхьэкӀэ. А псалъэхэм хэхауэ къару ябгъэдэлът цӀыхум и гум и тепщэ ищӀу. Шэч къызытепхьэни, мыгурыӀуэгъуэу къэнэни а псалъэхэм хэбгъуэтэнутэкъым. Мэсихь ягъэлъапӀэу Ерусалим щыдыхьам щыгъуэ, къэралым и щӀыпӀэ псоми къикӀыу абдеж щызэхуэса цӀыхухэм Елеон ӀуащхьэмкӀэ ягъэзат, арати, Хьиса кӀэлъыкӀуэ цӀыху гупышхуэм къащыхыхьэм, екӀуэкӀым и лъапӀагъэр зыхащӀэри, абыхэм я гуфӀ макъыр даӀыгъащ: «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ!» — жаӀэу (Мф. 21:9). Абы хуэдэу адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхухэри къыхыхьэрт, языныкъуэхэм яфӀэгъэщӀэгъуэну, адрейхэр иригушыӀэну, ауэ дапхуэдэу мыхъуми, адрейхэми мыдрейхэми «Мес, щауэр къокӀуэ” хъыбырым и къару узыпэмылъэщыр зыхащӀэрт. GCKar 371.1
А зэманым цӀыхухэм я тхьэлъэӀухэм и жэуап езыгъэгъуэтыф фӀэщхъуныгъэ быдэ яӀэт — тыгъэншэу укъэзымыгъанэ фӀэщхъуныгъэ. ЩӀы гъущӀам хэшхэ уэшхым хуэдэу, нэфӀщыхуэныгъэм и Гупсэр, пэжыгъэр къэзыщтэну хуэлӀэхэм къахуехащ. ЩӀэх дыдэу езыхэм я щхьэкӀэ я ЩэхужакӀуэр къэзылъэгъуну гугъэхэм къыпхуэмыӀуэтэну гуфӀэгъуэ зыхащӀэрт. Уи гур щабэ зыщӀ, жыӀэдаӀуэ узыщӀ, Дух ЛъапӀэм и къарум цӀыхухэм ягухэр игъэткӀури, Тхьэм и нэфӀщыхуэныгъэр жумарту къахуригъэхащ, гу къабзэкӀэ пэжыгъэм и телъхьэхэм. GCKar 371.2
А хъыбарыр къэзыщтахэм, Тхьэм щӀыхь хуащӀу, егугъуу загъэхьэзырурэ, Зиусхьэным щыӀущӀэну я гугъэ зэманыр къэблэгъат. Пщэдджыжь къэс ахэм, псом япэ ирагъэщын хуей къалэну ялъытэрт Тхьэм къызэрищтар къащӀэным. Зыгурэ зы псэрэ яӀэу, ахэр зыр зым папщӀэ быдэу Тхьэ зэхуелъэӀужхэрт. Тхьэм зыхуагъэзэн папщӀэ, ахэр лъэныкъуэегъэз щӀыпӀэхэм зэгъусэу щызэхуэсхэрт, губгъуэхэми, мэзхэми ахэр зыр адрейм Тхьэ щыхуелъэӀухэу я Ӏэхэр уафэмкӀэ драхьейт. ЩӀылъэ щӀакхъуэм нэхърэ КъегъэлакӀуэм и арэзыныгъэм нэхъ хуэныкъуэт ахэр, икӀи зыгуэрым абыхэм ягухэр игъэнэщхъеямэ, ахэр тепыӀэнутэкъым я гум мамырыгъэр тепщэ щыхъужыху. Псори зыгъэгъу нэфӀщыхуэныгъэр я щхьэкӀэ ягъэунэхуауэ, апхуэдизу фӀыщэу Ялъагъум Ӏуплъэну хуэлӀэт ахэр. GCKar 371.3
Ауэ, аргуэрым ахэм къапэплъэр гузэщыуэт. Ягъэлъэгъуа зэманыр блэкӀащ, арщхьэкӀэ, КъегъэлакӀуэр къэкӀуакъым. Ар къэлъагъуэным гугъэ быдэ яӀэу ахэр ежьащ, иджы ахэр Мария кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, ар нэщӀу къыщилъэгъуам зэрытауэ щыта щытыкӀэ дыдэм итхэт, абы щыгъуэм гъыурэ «Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым” жиӀат абы (Ин. 20:13). GCKar 371.4
Тхьэм зэрыщышынэм икӀи а хъыбарыр пэжу къыщӀэкӀынкӀэ зэрыхъуным зэрытегузэвыхьым, зы зэманкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр зэтриӀыгъащ. Траухуа зэманыр щыблэкӀым, апхуэдэ гурыщӀэхэр абыхэм занщӀэу яфӀэкӀуэдыжакъым. ЯпэщӀыкӀэ ахэр занщӀэу тегушхуакъым Мэсихь ежьахэр къызэрыпцӀам нэрылъагъуу щыдыхьэшхын. АрщхьэкӀэ, Тхьэм и губжьым и нэщэнэ зыри щамылъагъум, щӀэгузэвэн ямыӀэжу, ахэм Тхьэм и бын пэжхэр ауан ящӀу, щӀэнакӀэу щӀадзащ. Зиусхьэныр псынщӀэу къызэрыкӀуэнур я фӀэщ хъууэ жызыӀэу щыта цӀыху куэдыкӀейм, абы лъандэрэ куэд дэмыкӀами, иджы я фӀэщхъуныгъэр ядэжакъым. Нэхъ зыкъызыфӀэщӀыжахэм я пагагъэр апхуэдизкӀэ инти, я напэр текӀауэ ябжу мы дунейм текӀыжыным щӀэхъуэпсырт. Инус бегъымбарым хуэдэу, ахэм Зиусхьэныр ягъэкъуаншэрт, лӀэныгъэр гъащӀэм нэхърэ нэхъ къащтэрт. Адрейуэ, зи фӀэщхъуныгъэр Тхьэм и Псалъэм трамыщӀыхьу, цӀыхухэм жаӀэхэм тезыщӀыхьахэм иджы я еплъыкӀэхэр аргуэру яхъуэжыным хуэхьэзырт. Зи фӀэщхъуныгъэр мащӀэхэмрэ шынэкъэрабгъэхэмрэ Тхьэр зыгъэпцӀхэм къыдахьэхыурэ, я лъэныкъуэгъу ящӀырти, абыхэм зэщӀыгъуу жаӀэрт иджы зыри афӀэкӀа узыщышынэн щымыӀэжу, узэжьэн щымыӀэжу. Зэманыр блэкӀащ, Зиусхьэныр къэкӀуакъым, дунейр илъэс минкӀэ иджыри япэм зэрыщытауэ щытыжынущ, жаӀэурэ. GCKar 372.1
ФӀэщхъуныгъэ пэж зиӀэ, зэпӀэзэрыт цӀыхухэм Мэсихь папщӀэ яӀэ псор ятат икӀи, нэхъапэм зэрыщымытауэ, Ар я гъусэу зыхащӀэрт. Къэзыхъумэну иужь хъыбарыр дунейм ирагъэщӀа я гугъэу, я ЕгъэджакӀуэмрэ мелыӀыч лъапӀэхэмрэ щӀэх дыдэ хуэзэну щыгугъыу, а хъыбарыр къэзыщтэну зымыдахэм пэӀэщӀэ зэрызыхуащӀыным егугъут ахэр. Ягу псом къыбгъэдэкӀыу лъаӀуэрт ахэр: «КъэкӀуэж, Хьиса Зиусхьэн, нэхъ псынщӀэу къэкӀуэж!” АрщхьэкӀэ, Ар къэкӀуэжакъым. Иджы аргуэру бжьы хьэлъэу дуней Ӏуэхухэр къапэплъэрт, къехъурджауэу, къыщӀэнакӀэу, дунейм ауан къызэрыщащӀынур яшэчын хуейт. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэмрэ я шэчыныгъэмрэ гъэунэхуныгъэ шынагъуэм хэхуащ. GCKar 372.2
АрщхьэкӀэ, а гузэщыуэр апхуэдизу интэкъым, Мэсихь Япэу къыщыкӀуам щыгъуэ Абы и еджакӀуэхэм ягъэунэхуауэ щытам хуэдэу. Хьиса ягъэлъапӀэу Ерусалим щыдыхьэм, Абы и гъуэгурыкӀуэхэм я фӀэщ хъурт Ар Даут и тахътэм тетӀысхьэу, Израилыр зэрыпхъуакӀуэхэм къаӀэщӀихыу, щхьэхуит ищӀыжыну. Я гугъэ пагэхэмрэ зыпэплъэ гуфӀэгъуэхэмрэ яӀыгъыу, ахэр зэпеуэу, Пащтыхьым сыт хуэдэ щӀыхьи зэрыхуащӀыным егугъут. Куэдым алэрыбгъум и пӀэкӀэ езыхэм я щыгъынхэр Абы и пащхьэ щаубгъурт, адрейхэми хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀэтурэ ирагъэблагъэрт. ГуфӀэ-гупсэу зэрызехьэ гупым «Даут и Къуэм Хъусаннэ!” жаӀэурэ ину ягъэӀурт. Къэгубжьауэ, къэгузэвауэ зэхэт фарисейхэм Хьиса и еджакӀуэхэм я жьэр зэтрагъэпӀэну къыщыпаубыдым, «Абыхэм щагъэтмэ, мывэхэр къэгуоунущ”, къажриӀащ Абы (Лк. 19:40). Бегъымбар псалъэр гъэзэщӀа хъун хуейт. ЕджакӀуэхэм Тхьэм и Ӏэмырыр ягъэзэщӀащ, ауэ, итӀанэми, абыхэм гузэщыуэ дыдж къапэплъэрт. Махуэ зытӀущ фӀэкӀа нэхъ дэмыкӀыу ахэм я нэгу щӀэкӀащ КъегъэлакӀуэр хьэзабыр телъу лӀэуэ, кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьэжар. Я гугъэхэм ящыщ зыри, я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэри, къэхъуакъым, Мэсихь щӀыгъуу я гугъэхэри лӀэжащ. Зиусхьэным текӀуэныгъэ иӀэу кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжа нэужьщ абыхэм къащыгурыӀуар къэхъуа псори бегъымбарӀуатэхэмкӀэ къыжыӀауэ зэрыщытар, абыхэм ипкъ иткӀэ «Мэсихь гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейт” (Деян. 17:3). GCKar 372.3
Илъэс 500 абы ипэкӀэ Зиусхьэным и бегъымбар Захарие жригъэӀащ: «ГуфӀэгъуэ макъхэм зевгъэӀэт Сион щыпсэухэм, нэжэгужэу вгъэлъапӀэ Ерусалим дэсхэм, мес, уи Пащтыхьыр къыпхуокӀуэр, щыпкъэу укъезыгъэлыр, Ӏэдэбу, шыд щӀэщӀам къилъхуа шыдыщӀэм тесу» (Зах. 9:9). Нэхъапэ щӀыкӀэ еджакӀуэхэм Хьиса хьэкумымрэ лӀэныгъэмрэ хуэкӀуэу ящӀатэм, абы щыгъуэм а бегъымбарӀуатэр ягъэзэщӀэну ялъэкӀынутэкъым абыхэм. GCKar 373.1
Абы хуэдэу Миллеррэ и акъылэгъухэмрэ дунейм хуэгъэза хъыбарыр, Тхьэм яригъэтхыжа и Псалъэм итыр, щагъэӀуам, бегъымбарӀуатэр ягъэзэщӀащ. Ауэ а бегъымбар псалъэр, ахэм гузэщыуэ къыпэплъэу къыжызыӀэр, ауэ щыхъукӀи Зиусхьэныр ЕтӀуанэу къэкӀуэным и пэкӀэ лъэпкъ псоми егъэщӀэн хуейуэ нэгъуэщӀ хъыбар къыжызыӀэр, и кӀэм нэсу къагурыӀуауэ щытамэ, а лэжьыгъэр ягъэзэщӀэн яхузэфӀэкӀынутэкъым. Япэми, етӀуанэ мелыӀычми я хъыбарыр и зэманым ягъэӀуащ, икӀи Зиусхьэным яхухиха я къалэныр ягъэзэщӀащ. GCKar 373.2
Дуней псор кӀэлъыплът а зэщӀэхъееныгъэм, зэманыр блэкӀамэ, Мэсихь къэмыкӀуамэ, адвентистхэм узыхурагъаджэр кӀуэдыжынущ жаӀэу.Куэдыр, гъэунэхуныгъэ гугъур яхуэмышэчу, я фӀэщхъуныгъэм къытекӀами, адрейхэр къэмыскӀэу къызэтенащ. Адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм нэрылъагъуу кърикӀуахэу: Ӏэдэбагъым и гупсэр, зыщӀэгупсысыжын хьэлыр, дунейм пэӀэщӀэ зыхуэщӀыныр, уи гъащӀэ псор пхъуэжыныр — а хъыбарыр Тхьэм къызэрыбгъэдэкӀам наӀуэу щыхьэт техъуэрт. ЕтӀуанэу Хьиса къызэрыкӀуэнур хъыбару зыгъэӀуну тезыгъэгушхуэу щытар Дух ЛъапӀэм и къарурауэ зэрыщытыр дауэ щӀахъумэфынт абыхэм? Бегъымбар лъэхъэнэр къыщабжым щыуауи дауэ я гугъэнут? Я ныкъуэкъуэгъу нэхъ бзаджэ дыдэхэми яхузэфӀэкӀакъым бегъымбар лъэхъэнэр къызэрабжар пцӀыуэ къыщӀрагъэдзыну. Зи акъылыр Тхьэм и Духым къигъэнэхуауэ, зигухэм Тхьэм и фӀылъагъуныгъэ къабзэр зытепщэ цӀыхухэм егупсысыпэу, Тхьэм елъэӀуурэ, Тхьэм фӀэлӀыкӀыу Тхыгъэ ЛъапӀэр яджурэ ягъуэта я фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэр абыхэм къагъэнэфынутэкъым, Библиер щыхьэт темыхъуауэ. Критикэ нэхъ ткӀий дыдэр зышэчыфа пэжыгъэр, цӀыхубэм я дин-егъэджакӀуэхэмрэ философ цӀэрыӀуэхэмрэ жагъуэгъу нэхъ пхъашэ дыдэ къыхуэзыщӀар; ар мыпэжу жаӀэурэ, щӀэныгъэлӀхэр къытезэрыгуами, жьакӀуэу къехъурджауэу, къащӀэнакӀэу, адвентистхэр ягъэпуду цӀыхухэр къахуэмыхъущами, япэми хуэдэу быдэу къэнэжа пэжыгъэр ямыдэжыну дауэ яхузэфӀэкӀынт абыхэм? GCKar 373.3
Пэжщ, зэжьа Ӏуэхугъуэр къэхъуакъым, ауэ абы Тхьэм и Псалъэр уи фӀэщ хъуныр игъэтӀэсхъэфынутэкъым. Инус бегъымбарым Ниневие и уэрамхэм махуэ 40 дэкӀмэ къалэр зэтракъутэнущ жиӀэу щигъэӀуам, Зиусхьэным гу лъимытэу къэнакъым Ниневие дэсхэм я гъащӀэм зэхъуэкӀыныгъэ зэрагъуэтам, арати, гъэунэхуныгъэ зэманым къыпищащ; атӀэми, Инус и уазыр Тхьэрат къызыбгъэдэкӀар, къалэри Тхьэм и ӀэмыркӀэт зэрагъэунэхуар. Адвентистхэм я фӀэщ хъурт, хьэкумым и хъыбарыр дунейм ирагъэщӀэн хуейуэ, апхуэдэ дыдэу Зиусхьэным абыхэм къалэн ящищӀауэ. «А хъыбарым, зыхэзыхахэм ягухэр игъэунэхури, языныкъуэхэр я Зиусхьэным ӀущӀэну хуей ищӀащ, адрейхэм я гум губжь ирилъхьащ, хэти нэхъ мащӀэу, хэти нэхъыбэу, Зиусхьэным зэрилъагъущи...”, — жаӀэрт абыхэм. А хъыбарым цӀыхухэр лъэныкъуитӀу игуэшащ, ягухэм иплъэжу, къащӀэфын щхьэкӀэ: щежьа зэманым Зиусхьэныр къэкӀуатэмэ, дэтхэнэ лъэныкъуэрт ахэр къыщыхутэнур; хуэхьэзырт ахэр, Ар къыщылъэгъуэну махуэм: “Мис Аращ — Ди Тхьэр, Абы дыщыгугъати, дыкъригъэлащ”, жаӀэу, гуфӀэну? Хьэмэрэ ахэм къырхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зыхуагъэзэнут, къатеджалэу, Щынэм и губжьым щигъэпщкӀун щхьэкӀэ? Дэ дызэригугъэмкӀэ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ Тхьэм и лъэпкъыр игъэунэхуауэ аращ: я фӀэщхъуныгъэр игъэунэхуащ, къилъэгъун щхьэкӀэ, Абы зэтригъэувэну зыхуей лъабжьэм, гъэунэхуныгъэ сыхьэтым къытенэжынут ахэр; дунейр къагъанэу, Тхьэм и Псалъэм нэгъэсауэ дзыхь хуащӀыну хьэзыру?». GCKar 374.1
Тхьэм и ӀэмыркӀэ псори къызэрыхъуар, япэми хуэдэу, зи фӀэщ хъухэм я гурыщӀэхэр, Уильям Миллер фӀы дыдэу къиӀуэтэжащ: «ЩӀэрыщӀэу си гъащӀэр къэзгъэщӀэн хуей хъуамэ, япэм сиӀауэ щыта, а щыхьэт дыдэхэр сиӀэу, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ сахуэпэжын папщӀэ, сэ аргуэру сызэрыкӀуа гъуэгум срикӀуэжынут”. «Зыми и гуэныхь зэрыстемылъыр си фӀэщ мэхъу. Зыми симыгъэкъуэншэфын щхьэкӀэ, сэ слъэкӀ къэзгъэнакъым. ТӀэунейрэ сигу зэщыуами, — къыпещэ адэкӀэ Тхьэм хуэлажьэ лӀым, — си гугъэр хэсхыжакъым... Мэсихь къызэрыкӀуэнур, япэми хуэдэу, быдэу си фӀэщ мэхъу. Илъэс куэдкӀэ хуабжьу сегупсыса нэужь, си къалэну къэслъытаращ сэ згъэзэщӀар. ЗыгуэркӀэ сыщыуамэ, цӀыхухэр фӀыуэ зэрыслъэгъуаращ икӀи Тхьэм и пащхьэ си къалэныр щызгъэзэщӀэну сызэрыхущӀэкъуаращ». «ПцӀы хэмылъу мыр схужыӀэнущ — сигу псомкӀэ сэ езым си фӀэщ хъурт цӀыхухэм яжесӀар, икӀи сэ Тхьэр си гъусащ; Абы и къарур си лэжьыгъэхэм къыщылъэгъуащ, апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ фӀы куэд къэхъуащ. ЦӀыху миным Тхыгъэ ЛъапӀэр яджын щӀадзащ, ди зэманым зекӀуа уазхэм я фӀыгъэкӀэ, Мэсихь и лъым узэригъэкъабзэр я фӀэщ зэрыхъуамкӀэ, Тхьэм ахэр екӀужащ. ЦӀыху цӀэрыӀуэхэм ягу зризгъэхьыну зэи сыхущӀэкъуакъым, дунейр жагъуэгъу къызэрысхуэхъуами сыкъригъэкӀуэтакъым. Иджыри иужь ситкъым ахэр къызэрыдэсхьэхыным, си къалэным сыхуэпэжынущ, уеблэмэ, ахэр бий къысхуэхъунуми. Сэ си псэр дзапэкӀэ сӀыгъыу сыщыткъым, Тхьэм и ӀэмыркӀэ ар сфӀэкӀуэдын хуей хъуми, сыкъэмыскӀэну согугъэ”. GCKar 374.2
фыщыгугъын щывмыгъэтыж, Тхьэм щыгугъахэм я ӀыхьэфӀыр
инщ. ШыӀэныгъэ фхэлъын хуейщ, Тхьэм и Ӏэмырыр
вгъэзащӀэу, фыкъызэригъэгугъар вгъуэтын щхьэкӀэ. Иджыри
тӀэкӀу, зы тӀэкӀу дэкӀыжмэ, КъэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ.
Тхьэм и лъэпкъыр къигъэнакъым; Абы и Дух ЛъапӀэр япэми хуэдэу я гум илът, нэху ягъуэтар гупсысэншэу къэзымыгъэнахэм, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэм хуэмышхыдэхэм. А зэман хьэлъэм гугъу ехьахэм папщӀэ Журтхэм хуагъэхьа Тхыгъэм итщ уи гур фӀы зыщӀыж, укъэзыхъумэ псалъэхэр: «Аращи, фыщыгугъын щывмыгъэтыж, Тхьэм щыгугъахэм я ӀыхьэфӀыр инщ. ШыӀэныгъэ фхэлъын хуейщ, Тхьэм и Ӏэмырыр вгъэзащӀэу, фыкъызэригъэгугъар вгъуэтын щхьэкӀэ. Иджыри тӀэкӀу, зы тӀэкӀу дэкӀыжмэ, КъэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ. “ЦӀыху щыпкъэр и фӀэщхъуныгъэмкӀэ псэунущ, ауэ хэт къикӀуэтыжми, ар Сигу ирихьынукъым”. Дэ кӀуэдыжыныгъэм хуэкӀуэ къебэ-небэхэм дащыщкъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дрокӀуэ, дыкъелын щхьэкӀэ” (Евр. 10:35-39). GCKar 375.1
Зиусхьэныр ЕтӀуанэу мыгувэу къызэрыкӀуэнур къыжызыӀэ псалъэхэм къахощ, а хъыбарыр иужь махуэхэм щыӀэну Члисэм зэрыхуэгъэзар: «Иджыри тӀэкӀу, зы тӀэкӀу дэкӀыжмэ, КъэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ». Мыбдежым зэхэщӀыкӀыгъуэу щыжыӀащ къэгувэу къызэрыпщыхъунур, икӀи Зиусхьэныр щӀэх къызэрымыкӀуэжынур. А ущиер адвентистхэм ягъэунэхуам хуабжьу ещхьщ. А псалъэхэр зыхуэгъэза лъэпкъым, фӀэщхъуныгъэр яфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъуэ къащхьэщытт. Ахэм Тхьэм и Ӏэмырыр ягъэзэщӀащ, Абы и Псалъэм тетурэ, и Дух ЛъапӀэм и унафэм щӀэтурэ, ауэ щыхъукӀи, зыхэхуа гъэунэхуныгъэм теухуауэ ахэм Тхьэм и мурадыр къагурыӀуэфакъым; къагурыӀуэфакъым сыт Тхьэм а гъуэгумкӀэ ахэр щӀишар, арати, шэч къытрахьэн щӀадзащ: пэж дыдэу Тхьэм ишэрэ ахэр? А зэманым хуабжьэу хуэгъэзащ мы псалъэхэр: «ЦӀыху щыпкъэр и фӀэщхъуныгъэмкӀэ псэунущ”. «Жэщ ныкъуэм къэӀуа макъым» и нэхум ахэм я лъагъуэр къыщигъэнэхум, бегъымбарӀуатэхэр ахэм гурыӀуэгъуэу къалъэгъуащ, псынщӀэу къэхъуа нэщэнэхэми Мэсихь и къэкӀуэгъуэр къызэрыблэгъар жаӀэрт, арати, ягъэунэхуа нэхум хэту зекӀуэхэрт ахэр. Ауэ иджы гузэщыуэмрэ гугъэншагъэмрэ къатегуплӀауэ, ахэр мыджалэу къызэрынэфынур Тхьэр зэралъытэмкӀэт, Абы и Псалъэр я фӀэщ зэрыхъумкӀэт. КъыщӀэнакӀэу дунейм жаӀэрт: «ФыкъагъэпцӀащ; фи фӀэщ хъур къэвгъани, адвентистскэ зэщӀэхъееныгъэр шейтӀаным къыбгъэдэкӀащ жыфӀи, фежьэж”. Ауэ «Хэт къикӀуэтыжми, ар Сигу ирихьынукъым”, — жиӀэрт Тхьэм и Псалъэм. Иджы фӀэщхъуныгъэм укъытекӀыжмэ, хъыбарым дэщӀыгъуа Дух ЛъапӀэм и къарур умыдэжмэ, абы къикӀыр Тхьэм укъыбгъэдэкӀынырт икӀи кӀуэдыжыныгъэт. Тхьэм и лӀыкӀуэм и псалъэхэу: «Аращи, фыщыгугъын щывмыгъэтыж, Тхьэм щыгугъахэм я ӀыхьэфӀыр инщ. ШыӀэныгъэ фхэлъын хуейщ... Иджыри тӀэкӀу, зы тӀэкӀу дэкӀыжмэ, КъэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ» жызыӀэм, абыхэм я быдагъэр лъэщӀ ищӀырт. Ахэр ирикӀуэн хуейт гъуэгу захуэ закъуэм, Тхьэм зэгуэрым къарита нэхур яхъумэу, Абы къызэригъэгугъахэм быдэу щыгугъыу, Тхыгъэ ЛъапӀэр джыным къыпащэу, шыӀэныгъэ яхэлъу, темыплъэкъукӀыу, мыщхьэукъуэу нэхущӀэ къаӀэрыхьэным ежьэу. GCKar 375.2